49 СТАТЬЯР
147 УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
ГъащІэ мыухыж диІэу дыпсэун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
«ИпэжыпІэкІэ, Къуэ лъапІэр зылъагъуу, ар зи фІэщ хъуа дэтхэнэми мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр» (ИН. 6:40).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэмрэ нэгъуэщІ мэлхэмрэ сыт хуэдэ Іэмал яритми.
1. ГъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал щымыІэу сыт куэдыр щІегупсысыр?
ЦІЫХУ куэдыр нэхъыбэрэ псэун щхьэкІэ яшхым кІэлъоплъ икІи я узыншагъэр нэхъ быдэ зэращІыным хущІокъу. Апхуэдэу щыт пэтми, гъащІэ мыухыж яІэфыну ахэр щыгугъкъым. Зы лъэныкъуэкІэ абыхэм я гугъэщ апхуэдэ Іэмал щымыІэу. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ ахэр гъащІэ мыухыжым щегупсысым деж я нэгу къыщІагъэхьэр жьы хъуауэ икІи жьыгъэм пыщІа гугъуехьхэри яІэущ. Ауэ Хьисэ гъащІэ мыухыжым и гугъу щищІым гуфІэгъуэ къозытын гуэрщ зытепсэлъыхьар. Псалъэм папщІэ, абы зи гугъу ищІа гъащІэ мыухыжым теухуауэ Иуан 3:16, абы нэмыщІ 5:24 дыкъыщеджэ хъунущ.
2. ГъащІэ мыухыжым теухуауэ Иуан 6 псалъащхьэм сыт щыжыІар? (Иуан 6:39, 40).
2 Зэгуэр Хьисэ телъыджэ щІыкІэкІэ мин бжыгъэ хъу цІыхухэр щІакхъуэрэ бдзэжьейкІэ игъэшхауэ щытащa. Ар гъэщІэгъуэныщэт, ауэ абы къыкІэлъыкІуэ махуэм жиІар цІыхухэм нэхъ телъыджэж ящыхъуащ. Ахэр Галилей хы Іуфэм Іут Капернаум къалэм къэкІуащ. Абдежым Хьисэ абыхэм яжриІащ лІахэр къызэрытэджыжынур икІи гъащІэ мыухыж яІэу зэрыпсэуфынур. (Къеджэ Иуан 6:39, 40.) Фегупсысыт дунейм ехыжа фи благъэхэмрэ фи ныбжьэгъухэмрэ абы сыт къыхузэІуихми? Абыхэм Іэмал яІэнущ лІахэм къахэтэджыкІыжу, гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу игъащІэкІэ псэуну! Ауэ Иуан 6 псалъащхьэм иту Хьисэ адэкІэ жиІа псалъэхэр а зэманым куэдым къагурыІуакъым нобэр къыздэсми куэдым къагурыІуэкъым. Сытыт Хьисэ жиІар?
3. Иуан 6:51 зэритымкІэ Хьисэ езым теухуауэ сыт жиІар?
3 Хьисэ телъыджэ щІыкІэкІэ цІыхухэр щигъэшхам абыхэм ягу къэкІыжащ я адэжьхэр губгъуэ нэщІым щитам Иеговэ къариту щыта мэнн шхыныгъуэр. Абыхэм ящІэт Алыхьым и Псалъэр мэнн шхыныгъуэм «уафэм къех щІакхъуэкІэ» зэреджэр (Пс. 105:40; Ин. 6:31). Мэнн шхыныгъуэм теухуауэ абыхэм зэращІэр Хьисэ къигъэсэбэпащ, мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэ къагуригъэІуэн щхьэкІэ. Мэнн шхыныгъуэр Алыхьым телъыджэ щІыкІэкІэ израил цІыхухэм яриту щытами ар зышхахэр икІэм-икІэжым лІащ (Ин. 6:49). Хьисэ и щхьэм щхьэкІэ жиІащ «уафэм къикІ щІакхъуэ пэжу», «Тхьэм и щІакхъуэу» икІи «цІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэу» ар зэрыщытыр (Ин. 6:32, 33, 35). Хьисэ къыхигъэщащ езымрэ мэнн шхыныгъуэмрэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы ІуэхугъуэкІэ зэрызэщхьэщыкІыр. Абы жиІащ: «ЦІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щІакхъуэм щыщ зышхыр игъащІэкІэ псэунущ». (Къеджэ Иуан 6:51.) Хьисэ едаІуэ журтхэр а псалъэхэм Іэнкун ищІат. Абыхэм къагурыІуэтэкъым Хьисэ «уафэм къикІ щІакхъуэу» щІыщытыр икІи я адэжьхэр Алыхьым зэригъэшха мэнн шхыныгъуэм нэхърэ а «щІакхъуэр» щІэнэхъыфІыр. Абыхэм а псалъэхэр къагурыІуэн щхьэкІэ Хьисэ яжриІащ: «ЩІакхъуэр си пкъыр арщ». Сытыт Хьисэ зи гугъу ищІар? А упщІэм и жэуапыр къэтщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэри ди благъэхэми гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэунрэ дымыпсэунрэ абы елъытащ. Аращи, а Іуэхур зыхэдывгъэгъэкІ.
«ЦІЫХУХЭМ ГЪАЩІЭ ЕЗЫТ ЩІАКХЪУЭ» ИКІИ «ЩІАКХЪУЭР СИ ПКЪЫР АРЩ» ЖЫХУИІЭ ПСАЛЪЭХЭМ СЫТ КЪИКІЫР?
4. Хьисэ и псалъэхэм языныкъуэхэр сыт Іэнкун щІищІар?
4 Хьисэ едэІуахэм щыщ языныкъуэхэр Іэнкун хъуат абы «дунейм и цІыхухэм гъащІэ яІэн... щхьэкІэ» си пкъыр стынущ щыжиІам щыгъуэ. А цІыхухэм ягугъауэ къыщІэкІынщ Хьисэ и пкъыр абыхэм яшхыну хуигъэушу, нэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхул яшхыну (Ин. 6:52). Ауэ адэкІэ Хьисэ жиІам ахэр нэхъри Іэнкун ищІащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащІэ фиІэнукъым» (Ин. 6:53).
5. Дэнэ дэ щытщІэр и лъыр пэж дыдэу ирафыну Хьисэ цІыхухэр зэрыхуимыгъэушар?
5 Нухь и зэманым щыгъуэ Алыхьым цІыхухэм унафэ яхуищІащ лъы ямышхыну (ЩІэдз. 9:3, 4). Иеговэ израил лъэпкъым хабзэ щритым щыгъуэ а унафэр иджыри зэ къыхигъэщащ. А унафэм ебакъуэ дэтхэнэ зыри яукІын хуейт (Лев. 7:27). Хьисэ журтхэм яжриІэт Мусэ и хабзэм ит псори абыхэм ягъэзэщІэн зэрыхуейр (Мт. 5:17—19, ДЩІ). Аращи, акъыл хэлъкъым уегупсысыну и пкъымрэ и лъымрэ пэж дыдэу яшхын хуейуэ Хьисэ журтхэм яжриІауэ. Ауэ а псалъэхэр дапхуэдэу гъэщІэгъуэну къыпщымыхъуами, «мыкІуэдыжын гъащІэ» уиІэныр абыхэм епхауэ щытщ (Ин. 6:54).
6. И «пкъымрэ» и «лъымрэ» тшхын хуейуэ Хьисэ жиІа псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыдгурыІуэн хуейр?
6 Сыт-тІэ Хьисэ зи гугъу ищІар? ГурыІуэгъуэщ ар щІагъыбзэкІэ зэрыпсэлъар. Абы ипи Хьисэ Самарие хэкум щыщ цІыхубзым апхуэдэу щІагъыбзэкІэ епсэлъащ. Хьисэ а цІыхубзым жриІащ: «Сэ ест псым ефэр игъащІэкІэ псы хуэлІэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цІыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкІуэдыжын гъащІи а псынэм къритынущ» (Ин. 4:7, 14)b. ДауикІ, абы и гугъу ищІакъым а цІыхубзым зы псыкъуий гуэрым ит псым гъащІэ мыухыж къритыну. Апхуэдэ дыдэу Хьисэ Капернаум щыІэ цІыхухэр хуригъэджакъым гъащІэ мыухыж яІэн щхьэкІэ и пкъымрэ и лъымрэ яшхын хуейуэ.
ХЬИСЭ ПКЪЫМРЭ ЛЪЫМРЭ ДАПЩЭЩ ИДЖЫРИ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАР?
7. Иуан 6:53 ит Хьисэ и псалъэхэр языныкъуэхэм дапхуэдэу къазэрыгурыІуэр?
7 Языныкъуэ динхэм хурагъаджэ Иуан 6:53 итым Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр дапхуэдэу екІуэкІын хуейми Хьисэ щыжиІауэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іуэхур щызэтриухуэм Хьисэ и гугъу ищІат пкъымрэ лъымрэ (Мт. 26:26—28). Аращ абыхэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуалІэхэм псоми щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэн хуейуэ щІыжаІэр. Ауэ ар пэжу пІэрэ? А упщІэр зэпкърытхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ илъэс къэс а Пщыхьэщхьэшхэм мелуан бжыгъэ хъу цІыху къокІуалІэ. АдэкІэ дэ зэпкърытхынущ Иуан 6 псалъащхьэм зи гугъу ищІымрэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр зэрегъэкІуэкІын хуеймрэ куэдкІэ зэрызэщхьэщыкІыр.
8. Иуан 6 псалъащхьэм итымрэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? (Сурэтхэми феплъ.)
8 Иджыпсту а ІуэхугъуитІыр зэрызэщхьэщыкІым деплъынщ. Япэрауэ, Иуан 6:53—56 итыр Хьисэ щыжиІар дэнэ икІи дапщэщ? А Іуэхугъуэр ди эрэм 32 гъэм Галилей хэкум къыщыхъуащ. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр Хьисэ щызэтриухуар Ерусалим къалэращ, хуэгъэфэщауэ илъэс дэкІа иужьщ. ЕтІуанэрауэ, а псалъэхэр хэт зыжриІар? Галилей къалэм щыщ цІыхухэм къалъыхъуэр Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа щІэныгъэратэкъым, атІэ я Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ ерыскъырат (Ин. 6:26). Хьисэ жиІэр а цІыхухэм къащыгурымыІуэм абы едэІуэн щагъэтащ. Уеблэмэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэми ар къагъэнащ (Ин. 6:14, 36, 42, 60, 64, 66). Ар евгъапщэ илъэс хуэдиз дэкІауэ ди эрэм 33 гъэм екІуэкІа Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм. Хьисэ и гъусэу апостол 11 абы щыІащ. Абыхэми Хьисэ и псалъэхэр и кІэм нэс къагурыІуэтэкъым, ауэ ар къагъэнакъым. Галилей хэкум щыщхэм елъытауэ апостолхэм шэч къытрахьэтэкъым Хьисэ уафэм къеха Алыхьым и Къуэу зэрыщытым (Мт. 16:16). Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу ящытхъуащ: «Гугъуехь сшэчу щыщытам си гъусар фэращ» (Лк. 22:28). Иджыпсту зэпкърытхам къегъэлъагъуэ Иуан 6:53 итыр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм зэремыпхар. А ІуэхугъуитІыр иджыри сыткІэ зэщхьэщыкІми деплъынщ.
Иуан 6 псалъащхьэм зэритымкІэ Хьисэ Галилей щыщ цІыху гупышхуэм зыхуегъазэ (сэмэгурабгъумкІэ). Илъэс хуэдиз дэкІауэ ар Ерусалим щыІэу цІыху гуп цІыкІум —и апостол пэжхэм — йопсалъэр (ижьырабгъумкІэ) (8 абзацым феплъ.)
ХЬИСЭ И ПСАЛЪЭХЭМ ДИ ДЕЖКІЭ СЫТ ХУЭДЭ МЫХЬЭНЭ ЯІЭР?
9. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ Хьисэ жиІа псалъэхэр хэтыт зыхуэгъэзар?
9 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ Хьисэ пщагъэ зыхэмылъ щІакхъуэр апостолхэм яритри а щІакхъуэм и пкъыр къызэригъэлъагъуэр жиІащ. ИужькІэ шагъырыр иригъакІуэри жиІащ: «Мы фалъэм къигъэлъагъуэр зэгурыІуэныгъэщІэращ. Фэр щхьэкІэ згъэжэну си лъыр абы лъабжьэ хуохъу» (Лк. 22:20, ДЩІ; 1 Кор. 11:24). Хьисэ иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэм и гугъу ищІащ — ар зэгурыІуэныгъэщІэращ. Иеговэ а зэгурыІуэныгъэр зрищІылІар Хьисэ и гъусэу тепщэу щытыну къыхихахэращ (Евр. 8:6, 10; 9:15). Пэжщ, абы щыгъуэ апостолхэм икІэм нэс псори къагурыІуэтэкъым, ауэ куэд дэмыкІыу Алыхьым и къару лъапІэр къащыхуэри ахэр а зэгурыІуэныгъэщІэм хыхьащ икІи Хьисэ и гъусэу уафэм щыІэну Іэмал яІэ хъуащ (Ин. 14:2, 3).
10. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр Галилей хэкум къыщыхъуа Іуэхугъуэм сыткІэ иджыри къыщхьэщыкІрэ? (Сурэтми феплъ.)
10 Гу лъыфтэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ Хьисэ жиІа псалъэхэр «гуп мащІэм» хуэгъэзауэ зэрыщытам (Лк. 12:32). А гупым япэ дыдэу хыхьар а пщыхьэщхьэм Хьисэ игъуса апостол пщыкІузыращ. Абыхэми иужькІэ а гупым хыхьахэми Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щагъэлъапІэкІэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэт. Ахэращ Хьисэ и гъусэу уафэм щыІэнур. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым щыгъуэ Хьисэ жиІа псалъэхэр зылъэІэсыр абы и лъэужь ирикІуэхэм щыщу гуп цІыкІуращ. Ауэ Галилей хэкум щыІэу Хьисэ жиІа псалъэхэр цІыху псоми лъоІэс.
Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ куэдым зыІуалъхьэкъым, ауэ ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэ зыми гъащІэ мыухыж иІэу псэуфынущ (10 абзацым феплъ.)
11. Галилей хэкум щыІэу Хьисэ зи гугъу ищІа фІыгъуэхэр цІыху псоми зэрылъэІэсыр дэнэ дэ щытщІэр?
11 Ди эрэм 32 гъэм Хьисэ Галилей хэкум щыщыІам абы къедэІуа цІыхухэм и нэхъыбэм къалъыхъуэр зыхуэныкъуэ ерыскъы закъуэрат. Ауэ Хьисэ абыхэм нэхъ мыхьэнэ зиІэм — гъащІэ мыухыж къезытыфынум — гу лъригъэтащ. Абы жиІащ лІахэр къемэт махуэм къэтэджыжу гъащІэ мыухыж яІэу зэрыпсэуфынур. Хьисэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щыжиІа псалъэхэр зыхуэгъэзар гуп мащІэрат, ауэ Галилей хэкум щыжиІа псалъэхэр цІыху псоми яхуэгъэзат. Аращ Хьисэ щІыжиІар: «Дунейм и цІыхухэм гъащІэ яІэ сщІын щхьэкІэ, стыну щІакхъуэр си пкъыр арщ» (Ин. 6:51).
12. ЦІыхум гъащІэ мыухыж иІэн щхьэкІэ сыт ищІэн хуейр?
12 Галилей хэкум щыІэу Хьисэ жиІа псалъэхэм къагъэлъагъуэу пІэрэ дунейм тета цІыхухэм псоми гъащІэ мыухыж къалъысыну? Хьэуэ. ГъащІэ мыухыж зиІэнур а «щІакхъуэм щыщ зышххэращ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зэриІэр ІуэхукІэ зыгъэлъагъуэ цІыхухэращ. Чристэн диныр зезыхьэ куэдым я гугъэщ ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ уиІэмэ икІи ар КъегъэлакІуэу убжмэ, Іуэхур абыкІэ зэфІэкІыу (Ин. 6:29). Ауэ девгъэгупсысыт, Хьисэ Галилей хэкум щыІэу абы къедэІуа куэдым абыкІэ фІэщхъуныгъэ яІащ, ауэ иужькІэ ар къагъэнащ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр?
13. Хьисэ и лъэужь урикІуэным къикІыр сыт?
13 Хьисэ игъэшха цІыхухэм и нэхъыбэр абы и ужь итыну хьэзырт, зыхуейр яхуищІэху. Сытыт ахэр зыхуейр? А цІыхухэр хуейт Хьисэ ахэр игъэхъужыну, игъэшхэну икІи ягу ирихь псалъэхэм фІэкІа яжримыІэну. Ауэ Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар ахэр зыхуей псор яхуищІэн щхьэкІэтэкъым. Ар къыщІэкІуар цІыхухэр Алыхьым и гъуэгум пэжу зэрытетыным хуригъэсэн щхьэкІэт. Абы цІыхухэр и «деж къэкІуэну» къыхуриджэт. Абы къокІ ахэр Хьисэ и гъусэ къудейуэ щымыту абы жиІэм фІыуэ едаІуэу, къащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпын зэрыхуейр (Ин. 5:40; 6:44).
14. ГъащІэ мыухыж диІэу дыпсэун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
14 Иуан 6:53 зэритымкІэ Хьисэ пкъымрэ лъымрэ и гугъу щищІам зытепсэлъыхьар и гъащІэр къурмэну зэритын хуейрат. Абы къедаІуэ журтхэм абыкІэ фІэщхъуныгъэ яІэн хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абыхэм гъащІэ мыухыж яІэнрэ ямыІэнрэ зэлъытар арат. Ди зэманми Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытыр (Ин. 6:40). ЦІыхум гъащІэ мыухыж иІэну хуеймэ, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр и фІэщ хъун хуейщ. Апхуэдэ Іэмал дэтхэнэ зы цІыхуми иІэщ (Еф. 1:7).
15, 16. Иуан 6 псалъащхьэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ дерсхэр хэт?
15 Иуан 6 псалъащхьэм дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ куэд къыщытщІащ. Абы ІупщІу къыхощ Хьисэ цІыхухэм яфІ къилъыхъуэу зэрыщытар. Галилей хэкум щыщыІам абы цІыхухэр игъэхъужт, игъашхэт икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ яжриІэт (Лк. 9:11; Ин. 6:2, 11, 12). Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр «цІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэр сэращ» жиІэу Хьисэ цІыхухэр зэрыригъаджэрат (Ин. 6:35, 48).
16 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІкІэ «нэгъуэщІ мэлхэм» хыхьэхэм щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэн хуейкъым (Ин. 10:16). Ауэ абыхэм Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмкІэ фІэщхъуныгъэ зэраІэр ягъэлъагъуэри «цІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэр» яшхыу жыпІэ хъунущ (Ин. 6:53). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІкІэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэхэм къагъэлъагъуэ ахэр зэгурыІуэныгъэщІэм зэрыхыхьэр икІи Хьисэ и гъусэу уафэм пащтыхьу зэрыщытынур. Зэрытлъэгъуащи, Иуан 6 псалъащхьэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэрами, щІылъэм щыпсэунухэрами, псоми мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр хахыфынущ. А псалъащхьэм дэ къыдгурегъаІуэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн зэрыхуейр. Абы и фІыгъэкІэщ дэ гъащІэ мыухыж диІэ зэрыхъунур.
150 УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ
a Иуан 6:5—35 зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр мыбы ипэ ит статьям щызэпкърыхащ.
b Хьисэ зи гугъу ищІа псым къегъэлъагъуэ цІыхухэр игъащІэкІэ псэун щхьэкІэ Иеговэ япэм ищІамрэ иджыпсту ищІэмрэ.