48 СТАТЬЯР
97 УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу
Хьисэ телъыджэ щІыкІэкІэ цІыхухэр зэригъэшхам хэтхыфыну дерсхэр
«ЦІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэр сэращ... Си деж къакІуэр мэжэлІэжынукъым» (ИН. 6:35).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иуан 6 псалъащхьэм щыжыІащ Хьисэ телъыджэ щІыкІэу щІакхъуитхурэ бдзэжьеитІрэ къигъэсэбэпу цІыху куэд зэригъэшхар. А Іуэхугъуэм сыт хуэдэ дерсхэр хэтхыфыну?
1. Пасэрей зэманым щІакхъуэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІар?
ПАСЭРЕЙ зэманым куэдым я дежкІэ щІакхъуэр шхыныгъуэ нэхъыщхьэу щытащ (ЩІэдз. 14:18; Лк. 4:4). Иныкъуэхэм деж Библием шхыным и гугъу щищІкІэ «щІакхъуэ» псалъэр къыщыгъэсэбэпащ (Мт. 6:11). Абы нэмыщІ Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм щыщу тІур щІакхъуэм епхащ (Мт. 16:9, 10). А ІуэхугъуитІым щыщ зым теухуауэ Иуан 6 псалъащхьэм щыжыІащ. А хъыбарыр адэкІэ зэпкърытхынщи, мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтхынщ.
2. Дапщэщ мин бжыгъэ хъу цІыхухэр шхын щыхуэныкъуар?
2 ХъыбарыфІ гъэІуным фІыуэ хэтауэ Хьисэ и деж къыщагъэзэжам апостолхэм загъэпсэхуну хуейт. Арати, абыхэм я гъусэу Хьисэ кхъуафэжьейм итІысхьэри, Галилей хым и адрей лъэныкъуэмкІэ кІуащ — Вифсайдэ къалэм пэмыжыжьэу щІыпІэ щэху гуэрым (Мк. 6:7, 30—32; Лк. 9:10). Ауэ ар къыщащІам, а щІыпІэм мин бжыгъэ хъу цІыху щызэхуэсащ. Хьисэ ахэр гулъытэншэу къимыгъанэу гуапагъ хэлъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ иригъаджэу щІидзащ икІи сымаджэхэр игъэхъужащ. Пщыхьэщхьэ щыхъуам а цІыхухэр шхэн зэрыхуейм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр егупсысу щІадзащ. Языныкъуэ цІыхухэм шхын гуэр яІыгъыу къыщІэкІынт, ауэ и нэхъыбэр шхын къащэхун щхьэкІэ гъунэгъу къуажэхэм кІуэн хуейт (Мт. 14:15; Ин. 6:4, 5). Сыт-тІэ Хьисэ ищІар?
ХЬИСЭ ТЕЛЪЫДЖЭ ЩІЫКІЭКІЭ ЦІЫХУ КУЭДЫКІЕЙ ИГЪЭШХАЩ
3. Сыт Хьисэ апостолхэм ящІэну яжриІар? (Сурэтми феплъ.)
3 Хьисэ апостолхэм яжриІащ: «Ахэр щІэкІуэн щыІэкъым. Фэ вгъашхэ ахэр» (Мт. 14:16). Ар пхузэфІэмыкІыну къыпщыхъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абдеж къыщызэхуэса цІыхухъухэр 5 000 хуэдиз хъут. ЦІыхубзхэмрэ сабийхэмрэ хэту гъэшхэн хуейр цІыху 15 000 хъууэ къыщІэкІынт (Мт. 14:21). Индрис жиІащ: «Хьэ щІакхъуитхурэ бдзэжьеитІрэ зиІэ щІалэ цІыкІу гуэр къытхэтщ». Хьэм къыхэщІыкІа щІакхъуэр цІыхухэм махуэ къэс яшхт. Бдзэжьейр гъэгъупцІауэ къыщІэкІынт. Индрис адэкІэ мыпхуэдэу пищащ: «Ауэ мыпхуэдиз цІыхум ар яхурикъун?» (Ин. 6:9). Пэж дыдэу щІалэ цІыкІум иІыгъ закъуэмкІэ псори пхуэгъэшхэнутэкъым. Хьэмэрэ пхуэгъэшхэнут?
Хьисэ шхыни Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъи цІыхухэм яритт (3 абзацым феплъ.)
4. Иуан 6:11—13 итым сыт хуэдэ дерсхэр хэтхыфыну? (Сурэтми феплъ.)
4 Хьисэ цІыхухэм хьэщІагъэ ярихыну хуейти, абыхэм елъэІуащ гуп-гупурэ удзыпцІэм хэтІысхьэну (Мк. 6:39, 40; къеджэ Иуан 6:11—13). ИужькІэ щІакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ щхьэкІэ Хьисэ и Адэм фІыщІэ хуищІащ. Апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ шхын дызэриІэр Алыхьым и фІыгъэу зэрыщытыр. Дэри ди закъуэми ди мызакъуэми дышхэну дытІысыху Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Хьисэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэза иужь и апостолхэм яжриІэри щІакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ цІыхухэм хуагуэшащ икІи я ныбэ изу ахэр шхащ. Ерыскъыр апхуэдизу куэддти абыхэм къадэхуэжащ. Шхыныр зэІыхьэну Хьисэ хуейтэкъыми къэнэжар зэхуахьэсыжыну яжриІащ, иужькІэ хэт хуейми ишхын щхьэкІэ. Зэрытлъагъущи, Хьисэ иІэр зэригъэзахуэт. Дэри абыкІэ щапхъэ тетх хъунущ. Адэ-анэхэ, фи сабийхэр фи гъусэу мы хъыбарым феджи, къагурывгъаІуэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр: ушхэн ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэным, хьэщІагъэрэ хьэлэлагърэ пхэлъыным икІи Іущагъ хэлъу уиІэр зэбгъэзэхуэным.
ЗэупщІыж: «Хьисэ шхэн ипэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэт. Сэри апхуэдэу сщІэрэ?» (4 абзацым феплъ.)
5. Хьисэ ищІэ телъыджэхэр щалъагъум сыт цІыхухэм ящІэну зыхэтар, ауэ сыт абы ищІар?
5 Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэмрэ ищІэ телъыджэхэмрэ цІыхухэм хуабжьу ягъэщІагъуэт. Мусэ жиІат зыми хуэмыдэ бегъымбар Алыхьым и лъэпкъым къызэрыхуигъэкІуэнур. Ахэр абы пэплъэти, «мырауэ пІэрэ Мусэ зи гугъу ищІа бегъымбарыр?» жаІэу егупсысу къыщІэкІынт (Втор. 18:15—18). Иджыри абыхэм я гугъэфынут Хьисэ пащтыхьыфІ хъууэ, зэрылъэпкъыу ерыскъыкІэ зыхуей хуигъэзэфыну. Арати, абыхэм мурад ящІащ Хьисэ «лІыгъэкІэ пащтыхь ящІыну» (Ин. 6:14, 15). Хьисэ ахэр зэрыхуейм хуэдэу ищІатэмэ, политикэм хэпщІа хъунут. НтІэ, сыт абы ищІар? АдэкІэ итщ Хьисэ «Іуащхьэм и закъуэу зэрыдэкІуеяр». ЦІыхухэм къызэрытракъузэм емылъытауэ Хьисэ политикэм хэІэбэтэкъым. Сыту щапхъэфІ ар ди дежкІэ!
6. Хьисэ сыткІэ щапхъэ тетхын хуей? (Сурэтми феплъ.)
6 ДауикІ, дэ зыри къыдэлъэІуну къыщІэкІынкъым телъыджэ щІыкІэкІэ цІыхухэр дгъэшхэну е дгъэхъужыну, е къэралым и унафэщІ дыхъуну. Ауэ цІыхухэм дыхагъэзыхьынкІэ хъунущ выборхэм дыхэтыну е политикхэм я лъэныкъуэр зэрытІыгъыр зыгуэркІэ къэдгъэлъэгъуэну. А Іуэхум теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ игъэлъэгъуащ. Абы политикэм хэтын идакъым икІи иужькІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым» (Ин. 17:14; 18:36). Дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, абы и гупсысэкІэмрэ и щытыкІэмрэ щапхъэ тетхын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ дэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр тІыгъщ, абы теухуа хъыбарыр догъэІу икІи Алыхьым долъэІу а Пащтыхьыгъуэр къэкІуэну (Мт. 6:10, ДЩІ). Хьисэ телъыджэ щІыкІэкІэ цІыхухэр зэригъэшхауэ щыта хъыбарым сытым иджыри дыхуигъасэми адэкІэ деплъынщ.
Хьисэ политикэм хэІэбэтэкъым. Дэри абы и щапхъэм дытетын хуейщ (6 абзацым феплъ.)
ЩІАКХЪУЭМ ТЕУХУАУЭ ХЬИСЭ ИЛЭЖЬА ІУЭХУ ТЕЛЪЫДЖЭМ И МЫХЬЭНЭР
7. Сыт Хьисэ ищІар икІи дапхуэдэу апостолхэм ар къазэрыщыхъуар? (Иуан 6:16—20).
7 Хьисэ цІыху куэд игъэшха иужь и гъэсэнхэм яжриІащ кхъуафэжьейкІэ Капернаум ягъэзэжыну. Езыр пащтыхь зыщІыну хуея цІыхухэм ябгъэдэкІри Іуащхьэм дэкІуеящ. (Къеджэ Иуан 6:16—20.) Апостолхэр хым щытетым щыгъуэ жьышхуэ къыкъуэури хы толъкъуным кхъуафэжьейр зэридзэу щІидзащ. Абы хэту апостолхэм къалъэгъуащ Хьисэ псы гущІыІум тету къазэрыхуэкІуэр. Хьисэ апостол Петри апхуэдэу ищІэну жриІащ (Мт. 14:22—31). Ауэ Хьисэ кхъуафэжьейм щитІысхьам жьыр увыІащ. Абы щыгъуэ апостолхэм жаІащ: «ИпэжыпІэкІэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ» (Мт. 14:33)a. ГъэщІэгъуэныращи, апхуэдэ гупсысэм ахэр къыщыхуэкІуар абы мин бжыгъэ хъу цІыхухэр щигъэшхаракъым, атІэ иджыпстущ. А къэхъуам теухуауэ Марк итхыжам мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэ хэтщ: «[Апостолхэм] ар нэхъри ягъэщІэгъуащ, сыту жыпІэмэ... Хьисэ Іуэху телъыджэу щІакхъуэхэмкІэ илэжьар къагурыІуэн ялъэкІатэкъым» (Мк. 6:50—52). Абыхэм къагурыІуакъым а телъыджэри мин бжыгъэ хъу цІыхухэр зэригъэшхари Иеговэ и къарум и фІыгъэу зэрыщытыр. ИужькІэ Хьисэ щІакхъуэм теухуауэ и гъэсэнхэм яжриІащ абы дерс хэтхын щхьэкІэ.
8, 9. ЦІыхухэм сытыт Хьисэ къыщІалъыхъуэр? (Иуан 6:26, 27).
8 Хьисэ игъэшха цІыхухэм я акъылыр зытеухуар я Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ закъуэрат. Дэнэ дэ ар щытщІэр? ЕтІуанэ махуэм цІыхухэм къалъэгъуащ Хьиси апостолхэри а щІыпІэм зэрыщымыІэжыр. Абы хэту Тивериадэ къикІыу кхъуафэжьей зыбжанэ къыІухьащ. ЦІыхухэр а кхъуафэжьейхэм итІысхьэри, Хьисэ къалъыхъуэну ежьахэщ (Ин. 6:22—24). Абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэну хуейуэ арат? Хьэуэ. Хьисэ щІакхъуэ иджыри къаритыну хуейуэ арат ахэр. Апхуэдэ гупсысэм сыт дыкъыщІыхуэкІуар?
9 Гу лъыфтэт сыт къэхъуами Капернаум пэмыжыжьэу цІыхухэм Хьисэ къыщагъуэтам щыгъуэ. Хьисэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу ахэр къыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр яжриІащ: «ЩІакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщІащи аращ». Абыхэм апхуэдиз къару зрахьэлІар «шхыныгъуэ кІуэдыжыныращ». Ауэ Хьисэ ахэр хуигъэушащ «цІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ езыт шхыныгъуэм» къару трагъэкІуэдэну. (Къеджэ Иуан 6:26, 27.) Хьисэ абыхэм яжриІащ и Адэм апхуэдэ шхыныгъуэ зэраритынур. МыкІуэдыжын гъащІэ къозыт шхын зэрыщыІэр цІыхухэм щызэхахам, дауикІ, ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ. Сыт хуэдэ шхыныгъуэт ар икІи дапхуэдэут абыхэм ар зэрызыІэрагъэхьэфынур?
10. ЦІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэн щхьэкІэ сытыт ящІэн хуейр?
10 А журтхэр Хьисэ еупщІауэ щытащ апхуэдэ шхын яІэн щхьэкІэ сыт ящІэн хуейми. Абыхэм я гугъауэ къыщІэкІынщ Мусэ и хабзэм ит унафэ гуэрхэм Хьисэ и гугъу ищІыну. Ауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэм къигъэкІуамкІэ фІэщхъуныгъэ фиІэ хъуныращ Тхьэр зыхуей Іуэхур» (Ин. 6:28, 29). Хьисэ ипэІуэкІи жиІауэ щытащ гъащІэ мыухыж цІыхухэм яІэн щхьэкІэ езымкІэ фІэщхъуныгъэ зэраІэн хуейр (Ин. 3:16—18). ЕзымкІэ фІэщхъуныгъэ уиІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр иужькІи абы къыхигъэщауэ щытащ (Ин. 17:3).
11. Журтхэр шхыным фІэкІа зыми зэремыгупсысар сыт къызыхэщыр? (Псалом 78:24, 25).
11 Хьисэ журтхэм гурыІуэгъуэу яжриІащ Алыхьыр абыхэм сыткІэ щыгугъми. Ауэ абыхэм Хьисэ жиІэр къагурымыІуэу мыпхуэдэу еупщІащ: «Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщІэгъуэныщэ ди нэгу щІэбгъэкІын, ар ди нэкІэ тлъагъуу, уэркІэ фІэщхъуныгъэ диІэ хъун щхьэкІэ?» (Ин. 6:30). Абыхэм жаІащ Мусэ и зэманым телъыджэ щІыкІэкІэ Алыхьым мэнн шхыныгъуэр махуэ къэс я адэжьхэм къариту зэрыщытар (Неем. 9:15; Ин. 6:31; къеджэ Псалом 78:24, 25). Зэрытлъагъущи, ахэр зэгупсысу щытар я Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ ерыскъы закъуэрат. Мэнн шхыныгъуэм елъытауэ гъащІэ мыухыж къозыт «уафэм къикІ щІакхъуэ пэжым» Хьисэ щытепсэлъыхьам щыгъуи, зи гугъу ищІыр сытми ахэр щІэупщІакъым (Ин. 6:32). Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэм абыхэм я акъылыр апхуэдизу теубыдауэ щытти, Хьисэ къагуригъэІуэну зыхуея Алыхьым къыбгъэдэкІ пэжхэм гу лъатакъым. Сыт хуэдэ дерс а Іуэхугъуэм хэтхыфынур?
ДИ ДЕЖКІЭ ПСОМ НЭХЪРЭ НЭХЪАПЭУ ЩЫТЫН ХУЕЙР СЫТ?
12. Хьисэ зэрыжиІамкІэ цІыхум и дежкІэ сыт псом нэхърэ нэхъапэу щытын хуейр?
12 Иуан 6 псалъащхьэм итым сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Ди дежкІэ псом нэхъапэу щытын хуейр Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэращ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ ШейтІаным жэуап щритыжым жиІащ уи Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ ерыскъыр ебгъэгъуэтыным нэхърэ Иеговэ уедэІуэныр зэрынэхъапэр (Мт. 4:3, 4). Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуи Хьисэ къыхигъэщащ цІыхухэр Алыхьым зэрыхуэныкъуэр икІи абыхэм ар къагурыІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Мт. 5:3, ДЩІ). Аращи, зэупщІыж: «Си дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр сыт: Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэра хьэмэрэ си Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэра?»
13. 1) Шхыным гуфІэгъуэ хэпхыным зыри Іей щІыхэмылъыр сыт? 2) Паул жиІа сыт хуэдэ псалъэхэм дыщІэдэІун хуей? (1 Коринф 10:6, 7, 11).
13 Дызыхуэныкъуэм теухуауэ Алыхьым делъэІуным икІи ар къызэрыдитым гуфІэгъуэ хэтхыным зыри Іей хэлъкъым (Лк. 11:3). Библием щыжыІащ «ефэн-ешхэным икІи... лэжьыгъэм фІыгъуэ къыпэкІуэм гуфІэгъуэ хэпхыныр» тэмэму зэрыщытыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «ари Алыхь пэжым и ІэмыщІэ къокІ» (Эккл. 2:24; 8:15; Екъуб 1:17). Ауэ а Іуэхугъуэхэм япэ увыпІэр етт хъунукъым. Абы теухуауэ апостол Паули и письмом къыхигъэщауэ щытащ. Паул къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжащ израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым щитам икІи Синай бгым и гъунэгъуу абыхэм сыт къащыщІами. Паул абыхэм яжриІат израил цІыхухэр «Іуэху бзаджэхэм щІэхъуэпсу зэрыщытам хуэдэу» ахэр щІэмыхъуэпсыну. (Къеджэ 1 Коринф 10:6, 7, 11.) Иеговэ телъыджэ щІыкІэкІэ израил цІыхухэм ерыскъы яритащ. Ауэ абыхэм а ерыскъым нэпсейуэ зэрызрадзам Іей къыпэкІуащ (Чис. 11:4—6, 31—34). Израил цІыхухэм дыщэм къыхэщІыкІа танэр щагъэлъэпІам къагъэлъэгъуащ ефэн-ешхэныр, къэфэныр абыхэм я дежкІэ нэхъ лъапІэу зэрыщытыр Алыхьым хуэлэжьэным нэхърэ (Исх. 32:4—6). Паул итха письмор игъуэ дыдэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэд дэмыкІыу, ди эрэм 70 гъэм, Ерусалимрэ абы дэта Алыхьым и унэшхуэмрэ зэхакъутащ. Дэ иужьрей зэманым дыщопсэу, аращи, израил цІыхухэм ящІа щыуагъэхэм хуэдэ дымыщІэжын щхьэкІэ Паул и псалъэхэм дыщІэдэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
14. Ерыскъым теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ Библием итыр?
14 Хьисэ цІыхухэр игъасэт махуэм зыхуэныкъуэ щІакхъуэр яІэн щхьэкІэ Алыхьым елъэІуну икІи ар зыхуейр «уафэм гъэзэщІа зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми гъэзэщІа щыхъуну» (Мт. 6:9—11, ДЩІ). Къытпэщылъ гъащІэ дахэм ущегупсысым деж сыт уи нэгу къыщІыхьэр? Библием зэритымкІэ Алыхьым и мурадым хохьэ щІылъэм шхыныгъуэфІхэр зэрыщыІэнур. Исайя 25:6—8 щыжыІащ цІыхухэм шхыныгъуэфІхэр берычэту зэраІэнур. Псалом 72:16 къэхъун хуейуэ мыпхуэдэу итщ: «ЩыІэнущ пэрыхьэту гуэдзыр дуней псом, бгыщхьэхэм ар берычэту щыІэнущ». Уи нэгу къыщІэгъэхьэт а гуэдзыр къапщтэу мэ дахэ къызыхих, уэ пфІэфІ щІакхъуэ щабэ бгъажьэу е зэи умыпщэфІа гуэр а гуэдзым къыхэпщІыкІыу. Абы нэмыщІ жызум къэбгъэкІыу уэ езым шагъыр пщІыжыфынущ (Ис. 65:21, 22). Апхуэдэ фІыгъуэхэр дуней псом тетыну цІыхухэм яІэнущ.
15. ЛІахэм къахэтэджыкІыжынухэр сытым хурагъэджэну? (Иуан 6:35).
15 Къеджэ Иуан 6:35. Иджыри зэ дигу къэдгъэкІыжынщ Хьисэ щІакхъуэрэ бдзэжьейкІэрэ игъэшхауэ щыта цІыхухэр. А цІыхухэм ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ ямыІами, ахэр лІахэм къахэтыджыкІыжынухэм яхэтынкІэ хъунущ (Ин. 5:28, 29, ДЩІ). Абы щыгъуэ а цІыхухэм Хьисэ жиІа мы псалъэхэм къикІыр къагурыІуэнущ: «ЦІыхухэм гъащІэ езыт щІакхъуэр сэращ... Си деж къакІуэр мэжэлІэжынукъым». Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм теухуауэ абыхэм фІэщхъуныгъэ зрагъэгъуэтын хуеинущ. А зэманым лІахэм къэхэтэджыкІыжынухэмрэ къалъхуну сабийхэмрэ дадэІэпыкъунущ Алыхьымрэ абы и мурадымрэ теухуа щІэныгъэ зрагъэгъуэтыну. А Іуэхугъуэм дэ ерыскъы ІэфІым нэхърэ нэхъ гурыфІыгъуэшхуэ къытхуихьынущ!
16. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
16 Иджыпсту дэ Иуан 6 псалъащхьэм ит дерсхэм щыщ языныкъуэхэращ зэпкърытхар. Ауэ абы итщ гъащІэ мыухыж уиІэн щхьэкІэ Хьисэ сыт хуэдэ унафэхэр иджыри къытхуигъэнами. Абы иригъэджа журтхэр Хьисэ жиІэм фІыуэ едэІуэн хуейт. Дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ. Иуан 6 псалъащхьэм итыр адэкІэ къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
20 УЭРЭДЫР Уи Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ
a А Іуэху телъыджэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ «Иисус — путь, истина и жизнь» жыхуаІэ тхылъым и 131 напэкІуэцІым, абы нэмыщІ «Подражайте их вере» жыхуаІэ тхылъым и 185, 186 напэкІуэцІхэм.