47 СТАТЬЯР
103 УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ
Къуэшхэ, зэхуэсым и нэхъыжь фыхъуну мурад фиІэ?
«Зэхуэсым и Іэтащхьэ [«и нэхъыжь», ДЩІ] хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ІуэхуфІщ» (1 ТИМ. 3:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зэхуэсым и нэхъыжь хъуну хуей къуэшыр Библием ит сыт хуэдэ хабзэхэм тетын хуейми.
1, 2. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирахьэкІыр?
УЭ ЗЭМАН гуэр хъуауэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу улажьэмэ, зэхуэсым и нэхъыжь ухъуну ухуэзышэ гъуэгум утету жыпІэ хъунущ. А «ІуэхуфІым» ухущІэкъурэ уэ? (1 Тим. 3:1).
2 Сыт а «ІуэхуфІым» хыхьэр? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм хъыбарыфІыр жыджэру ягъэІу, пастырскэ лэжьыгъэр ягъэзащІэ икІи къуэш, шыпхъухэр ирагъаджэ. Абыхэм я хьэл-щэнкІи я псэлъэкІэкІи щапхъэфІ ягъэлъагъуэ икІи къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ. Аращ Библиер зэхуэсым и нэхъыжьхэм «тыгъэкІэ» щІеджэр (Еф. 4:8).
3. Къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь хъун щхьэкІэ сыт ищІэн хуейр? (1 Тимофей 3:1—7; Тит 1:5—9).
3 Зэхуэсым и нэхъыжь ухъун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр? ЛэжьапІэ ущыувым деж зэфІэкІ гуэрхэр уиІэн хуейщ. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьым зэфІэкІ гуэрхэр иІэныр мащІэщ. Абы хъыбарыфІыр фІыуэ зэригъэІумрэ нэгъуэщІхэр зэрыригъаджэмрэ нэмыщІ, 1 Тимофей 3:1—7, Тит 1:5—9 зи гугъу ищІ хьэл-щэнхэр игъэлъэгъуэн хуейщ (къеджэ). А хьэл-щэнхэм щыщ языныкъуэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. Дэ дытепсэлъыхьынущ къуэшыр фІы и лъэныкъуэкІэ яцІыхун, унагъуэм и нэхъыжьыфІу щытын икІи зэхуэсым щыщхэм ядэІэпыкъуну хьэзыру щытын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми.
ФІЫ И ЛЪЭНЫКЪУЭКІЭ УАЦІЫХУН
4. Къуэшыр фІы и лъэныкъуэкІэ яцІыхун щхьэкІэ дапхуэдэу зэрыщытын хуейр?
4 Уэ зэхуэсым и нэхъыжь ухъун щхьэкІэ «зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ ббгъэдэмылъу» ущытын, нэгъуэщІу жыпІэмэ къуэш, шыпхъухэм фІы и лъэныкъуэкІэ уацІыхун хуейщ. Абы нэмыщІ «зэхуэсым щымыщхэри фІыуэ щыхьэт зыхуэхъу цІыхуу ущытын хуейщ». ДауикІ, Иеговэ хуэмылажьэхэр уи диным ІейкІэ тепсэлъыхьынкІэ хъунущ, ауэ уэ цІыху пэжу икІи узыщыгугъ хъун цІыхуу узэрыщытым абыхэм шэч къыщІытрахьэн щхьэусыгъуэ ептын хуейкъым (Дан. 6:4, 5). ЗэупщІыж: «Сэ стеухуауэ къуэш, шыпхъухэмрэ Алыхьым хуэмылажьэхэмрэ сыт жаІэфынур?»
5. «ФІыр фІыуэ лъагъу» жиІэм сыт къикІыр?
5 «ФІыр фІыуэ лъагъу» жиІэм къокІ нэгъуэщІхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыптэныр икІи абы щхьэкІэ уащытхъуныр. Абы иджыри къокІ нэгъуэщІхэм фІы хуэпщІэн зэрыхуейр, уеблэмэ ахэр къызэрыпщыгугъым нэхърэ нэхъыбэ (1 Фес. 2:8; «Учебная Библия» жыхуаІэм Тит 1:8 ит «фІыр фІыуэ лъагъу» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ, англ.). Зэхуэсым и нэхъыжьым дежкІэ сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? А къуэшыр хьэзырщ зэхуэсым щыщхэр зыхуей зэрыхуигъэзэным икІи къалэн къратхэр зэригъэзэщІэным зэман куэд тригъэкІуэдэну (1 Пет. 5:1—3). Абы къару куэд текІуэдэнуми, нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъум къуэшым гуфІэгъуэшхуэ къыхуихьынущ (Апост. 20:35).
6. «ХьэщІэхэр зыгъэлъапІэ» цІыхуу ущытыным сыт къикІыр? (Еврейхэм 13:2, 16; сурэтми феплъ).
6 «ХьэщІэхэр зыгъэлъапІэ» цІыхуу ущытын жиІэм къокІ нэгъуэщІхэм фІы гуэр яхуэпщІэныр, ди ныбжьэгъуу щымытхэри абыхэм яхэту (1 Пет. 4:9). Библием тепсэлъыхь зы справочник гуэрым хьэщІагъэ зыхэлъ цІыхум теухуауэ мыпхуэдэу щыжыІащ: «Абы и бжэри и гури хамэ цІыхухэм щхьэкІэ зэІухащ». ЗэупщІыж: «Зэхуэсым къекІуалІэхэм хьэщІагъэ езых цІыхуу сыкъацІыхуу пІэрэ?» (Къеджэ Еврейхэм 13:2, 16.) Абыхэм хохьэ хуэмыщІауэ псэухэр, районым и нэхъыжьхэр, псалъэ гъэхьэзыра жаІэн щхьэкІэ къакІуэ къуэшхэр, нэгъуэщІхэм псэемыблэжу дэІэпыкъухэри (ЩІэдз. 18:2—8; Прит. 3:27; Лк. 14:13, 14; Апост. 16:15; Рим 12:13).
ХьэщІагъэ зыхэлъ зэщхьэгъусэхэм районым и нэхъыжьымрэ и щхьэгъусэмрэ я деж щагъэІэну кърагъэблэгъащ (6 абзацым феплъ.)
7. Мылъкум ущІэмыхъуэпсыным къикІыр сыт?
7 «Мылъкум щІэмыхъуэпсу щытын хуейщ» жиІэм къикІыр укъулейми, хуэмыщІауэ упсэуми, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм япэ увыпІэр зэрептын хуейращ (Мт. 6:33, ДЩІ). Иеговэ ухуэлэжьэн, уи унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн икІи зэхуэсым удэІэпыкъун щхьэкІэ уи зэманри, уи къарури, уи мылъкури къэгъэсэбэп (Мт. 6:24, ДЩІ; 1 Ин. 2:15—17). Мыпхуэдэ упщІэхэр зэптыж хъунущ: «Дапхуэдэу сэ ахъшэм сызэрыхущытыр? СиІэмкІэ арэзыуэ сыщыт хьэмэрэ нэхъыбэ къызэрызлэжьыным икІи щІэуэ къежьэ хьэпшыпхэр къызэрысщэхуным сыхущІэкъурэ?» (1 Тим. 6:6, 17—19).
8. Сыт и лъэныкъуэкІи зышыІэныгъэ бгъэлъэгъуэным къикІыр сыт?
8 Зэхуэсым и нэхъыжьыр «шыІэ зыхэлъ лІыуэ щытын хуейщ». Абы хохьэ фадэкІи ерыскъыкІи иумыгъэлеиныр, уи теплъэм укІэлъыплъыныр икІи зыгъэпсэхуным теухуауэ унафэ тэмэм къэпщтэныр. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьым Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я дуней тетыкІэм щапхъэ трихын хуейкъым (Лк. 21:34; Екъуб 4:4). Иджыри ар и пІэм кърашыну щыхэтым деж мыхьэнэшхуэ иІэщ зышыІэныгъэ игъэлъэгъуэным. Зэхуэсым и нэхъыжьыр «фадафэу» е нэгъуэщІу жыпІэмэ фадэ фІыуэ зылъагъу цІыхуу яцІыхун хуейкъым. ЗэупщІыж: «Сыт и лъэныкъуэкІи зышыІэныгъэ згъэлъагъуэрэ?»
9. ЗэхэщІыкІ зиІэ икІи хабзэфІым тет жиІэмэ сыт къикІыр?
9 «Гулъытэ [«зэхэщІыкІ», ДЩІ]» зиІэ цІыхуу щытын хуейщ. Абы къокІ унафэ гуэр къыщыпщтэкІэ Библием ит принципхэм утетыныр. ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхур а принципхэм куууэ зэрегупсысым Іущ ещІ. Абы пІащІэу унафэ къищтэкъым, атІэ а Іуэхум теухуауэ нэхъыбэ къызэрищІэным хущІокъу (Прит. 18:13, Гъэсэпэтхыдэхэр). А цІыхум и унафэхэр зэпэшэчауэ щытщ икІи абыхэм Иеговэ и еплъыкІэр къыхощ. «ХабзэфІым тету», е нэгъуэщІу жыпІэмэ Іуэхур фІыуэ зэзыгъэпэщ жиІэм къокІ цІыхум псори игъуэу зэрищІэр. Апхуэдэ цІыхум ущыгугъ хъунущ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалэн гуэр къыщратым деж а къалэныр зэрыгъэзэщІэн хуей унафэхэм ар тетщ. Зи гугъу тщІа хьэл-щэнхэм ебгъэфІакІуэмэ, фІы и лъэныкъуэкІэ уацІыхунущ. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ унагъуэ зиІэ къуэшхэм Библием сыт къахуигъэувми.
УИ УНАГЪУЭМ УИ НЭІЭ ТЕГЪЭТ
10. «Унагъуэр фІыуэ зепхьэн» жыхуиІэм къикІыр сыт?
10 Уэ унагъуэ уиІэу щытмэ икІи зэхуэсым и нэхъыжь ухъуну ухуеймэ, уи унагъуэм щыщхэм псоми щапхъэфІ ягъэлъэгъуэн хуейщ. Абы къыхэкІкІэ уэ уи «унагъуэр фІыуэ зепхьэн», нэгъуэщІу жыпІэмэ лъагъуныгъэ зыхэлъ унагъуэм и нэхъыжьыфІу уацІыхуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы къокІ уэ уи унагъуэм и гъусэу Библиер бджын зэрыхуейр. Абы нэмыщІ уи щхьэгъусэмрэ уи бынхэмрэ зэІущІэхэм зэрыкІуэным икІи хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтыным уи нэІэ тебгъэтын хуейщ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Апостол Паул итхащ: «Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкІэлъыплъыфынур?» (1 Тим. 3:5).
11, 12. Къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь ящІынрэ ямыщІынрэ и бынхэм я щытыкІэм дапхуэдэу зэрелъытар? (Сурэтми феплъ.)
11 Уэ илъэс 18 иримыкъуа бын уиІэу щытмэ, абыхэм «щІыхь зыхуебгъэщІу, бгъэІурыщІэфу», нэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр жыІэдаІуэу икІи гъэсауэ щытын хуейщ. Лъагъуныгъэ пхэлъу ахэр гъасэ. ДауикІ, сабийхэм псоми яфІэфІщ дыхьэшхыну икІи джэгуну. Ауэ ахэр адэ-анэм едаІуэу, нэгъуэщІхэм пщІэ хуащІу икІи къуейщІейуэ щымыту бгъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы нэмыщІ уэ къарууэ уиІэр епхьэлІэн хуейщ уи сабийхэр Алыхьым и ныбжьэгъу зэрыхъуным, Библием ит принципхэм тету зэрыпсэуным икІи псым зыщІагъэуэну мурад ящІу абы зэрыхущІэкъуным.
12 «И бынхэми фІэщхъуныгъэ яІэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщІэ псэукІэкІи мыдэІуэныгъэкІи къуаншэ хъу хъунукъым». Псым зыщІэзыгъэуа е апхуэдэ мурад зиІэ ныбжьыщІэм гуэныхь хьэлъэ ищІэмэ, и адэм зэхуэсым щигъэзащІэ къалэнхэм дапхуэдэу ар зэран зэрыхуэхъуфынур? Адэм и быныр игъасэу, еущийуэ щымытамэ, абы зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэнхэр къыхуамыгъэфэщэнкІэ хъунущ. (1996 гъэм, октябрым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 21 напэкІуэцІым ит 6, 7 абзацхэм феплъ.)
Унагъуэм и нэхъыжьым и бынхэм Иегови зэхуэсми зыгуэр хуащІэу игъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (11 абзацым феплъ.)
ЗЭХУЭСЫМ УИ НЭІЭ ТЕГЪЭТ
13. АкъылыфІагъэ уиІэным къикІыр сыт? Ерыщу ущымытыным къикІыр сыт?
13 Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэ къуэшхэр зэхуэсым и дежкІэ тыгъэшхуэщ. «Іэсэу» щыт, е нэгъуэщІу жыпІэмэ акъылыфІагъэ зыхэлъ цІыхур мамырыгъэм хущІокъу. Абы нэгъуэщІхэм жаІэм гулъытэ хуещІ икІи я еплъыкІэр къызэрыгурыІуэным къару ирехьэлІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьу ущыту уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Зы Іуэху гуэрым теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр фызэІущІати, къуэш нэхъыбэм я еплъыкІэмрэ уэ уи еплъыкІэмрэ зэтехуакъым. Библием ит принципхэм зыри емыбакъуэмэ, нэхъыбэм ящІа унафэм арэзы утехъуэну? Зэхуэсым и нэхъыжь хъуну хуей къуэшыр «ерыщу» щыт хъунукъым. Аращи, езыр зэрыхуейм хуэдэу адрей къуэшхэм ящІэн хуейуэ тригъэчыныхьын хуейкъым. Абы къыгуроІуэ нэгъуэщІхэм уечэнджэщыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (ЩІэдз. 13:8, 9; Прит. 15:22). Зэхуэсым и нэхъыжьыр «шхыдэрейуэ» икІи «губжьыгъуафІэу» щыт хъунукъым. Абы къыхэкІкІэ ар нэгъуэщІхэм пхъашэу яхущыт икІи едауэ хъунукъым. Ар цІыхухэм щабэу, гуапагъэ хэлъу яхущытын хуейщ, щымытыншым дежи абы мамырыгъэр зэрихъумэным къару ирехьэлІэ (Екъуб 3:17, 18). Гуапагъэрэ щабагъэрэ зыхэлъ псэлъэкІэм псалъэмакъ къэхъеяр игъэужьыхыжыфынущ. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ Иеговэ и Щыхьэтхэр фІыуэ зымылъагъу цІыхухэм дыщепсалъэм деж (Суд. 8:1—3; Прит. 20:3; 25:15, Гъэс.; Мт. 5:23, 24, ДЩІ).
14. Псым зыщІигъэуагъащІэу щытын хуейкъым жиІэм сыт къикІыр? Пэжагъ бгъэлъэгъуэным къикІыр сыт?
14 Зэхуэсым и нэхъыжь хъуну хуей къуэшыр «фІэщхъуныгъэ зиІэ хъуагъащІэхэм ящыщу щыт хъунукъым». ДауикІ, абы псым зэрызыщІигъауэрэ Іэмал имыІэу илъэс куэд дэкІауэ щытын хуейкъым. Ауэ абы Алыхьым и еплъыкІэ иІэ хъун щхьэкІэ зэман гуэри дэкІын хуейщ. Уэ зэхуэсым и нэхъыжь уащІын ипэ Хьисэ хуэдэу Іэдэбагъ зэрыпхэлъыр икІи Иеговэ къыбгъэдэкІ сыт хуэдэ къалэнри бгъэзэщІэну узэрыхьэзырыр къэбгъэлъэгъуэн хуейщ (Мт. 20:23; Флп. 2:5—8). Иджыри зэхуэсым и нэхъыжьым «гу къабзагъэ» иІэн, нэгъуэщІу жыпІэмэ ар пэжагъ зыгъэлъагъуэ цІыхуу щытын хуейщ. Ар Иеговэ и хабзэхэм тету мэпсэу икІи Алыхьым и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм тетщ (1 Тим. 4:15).
15. Зэхуэсым и нэхъыжьыр Іэмал имыІэу жьакІуэу щытын хуей? КъыдгурывгъаІуэ.
15 Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ зэхуэсым и нэхъыжьыр «цІыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщІэн зылъэкІ цІыхуу» щытын зэрыхуейр. Абы къикІыу пІэрэ уэ Іэмал имыІэу жьакІуэу ущытын хуейуэ? Хьэуэ. Сценэм иту жьакІуэу псэлъэну зэхуэсым и нэхъыжь псоми яхузэфІэкІкъым. («Учебная Библия» жыхуаІэм 1 Тимофей 3:2 ит «цІыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщІэн зылъэкІ цІыхуу» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ, англ.; евгъапщэ 1 Коринф 12:28, 29, Ефес 4:11.) Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьым хъыбарыфІыр щигъэІукІэ е пастырскэ лэжьыгъэр щигъэзащІэкІэ Библиер фІыуэ къигъэсэбэпыфу щытын хуейщ. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьым цІыхухэр зэрыригъаджэ щІыкІэм сыт щыгъуи иригъэфІэкІуэн хуейщ. Сыт уэ абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
16. Дапхуэдэу егъэджакІуэфІ узэрыхъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
16 Зэхуэсым и нэхъыжьыр «Іуэху пэжхэм... быдэу тетын» е нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и Псалъэм итым тетын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ сценэм уиту укъыщыпсалъэкІэ е зыгуэрым чэнджэщ щепткІэ жыпІэр Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ щытын зэрыхуейр зыщумыгъэгъупщэ. Ар пхузэфІэкІын щхьэкІэ Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ куууэ джы (Прит. 15:28, Гъэс.; 16:23; «Учебная Библия» жыхуаІэм Тит 1:9 ит «Іуэху пэжу фэдгъэщІахэм быдэу тетын» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ, англ.). Библиер щыбджым деж едзыгъуэхэр ди публикациехэм къызэрыбгурагъаІуэм гу лъытэ. Абы щыгъуэ уэ ахэр тэмэму къэбгъэсэбэпыфынущ. НэгъуэщІхэр щебгъаджэкІэ я гум узэрынэсыным хущІэкъу. ЕгъэджакІуэ Іэзэ ухъун щхьэкІэ сытым иджыри уелэжь хъунуми куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт къуэшхэм еупщІи, абыхэм я чэнджэщхэм тет (1 Тим. 5:17). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр «ягъэгушхуэн» хуейщ. Ауэ иныкъуэхэм деж абыхэм къуэш, шыпхъухэм чэнджэщ иратын, уеблэмэ «зэрымызахуэр гурагъэІуэн» хуей мэхъу. Дапхуэдэу мыхъуами, а Іуэхур щыпщІэкІэ гуапагъэрэ щабагъэрэ пхэлъын хуейщ. Лъагъуныгъэ хэлъу нэгъуэщІхэм уахущытмэ икІи уи чэнджэщхэр Библием тегъэщІауэ щытмэ, ди ЕгъэджакІуэшхуэ Хьисэ Мэссихь щапхъэ тыбох (Мт. 11:28—30; 2 Тим. 2:24).
Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум Библиер къигъэсэбэпу нэгъуэщІхэр зэригъэгушхуэным зрегъасэ; абыкІэ зэхуэсым и нэхъыжьыр къыдоІэпыкъу. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъур гъуджэм бгъэдэту псалъэ гъэхьэзыра зэрыжиІэну щІыкІэм зыхуегъэхьэзыр (16 абзацым феплъ.)
АДЭКІИ УИ МУРАДЫМ ХУЩІЭКЪУ
17. 1) Зэхуэсым и нэхъыжь хъуну хуей зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм сыт ящІэн хуейр? 2) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь хъуну хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ щызэхагъэкІым деж? («Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, зэхэщІыкІ зыхэвгъэлъ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
17 Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу щыт языныкъуэ къуэшхэм я гугъэщ ахэр зэхуэсым и нэхъыжь зэи мыхъуфыну. Абыхэм къащохъу Библием зэхуэсым и нэхъыжьхэм къахуигъэувыр зэи яхуэмыгъэзэщІэну. Апхуэдэ гурыщІэхэр уиІэу щытмэ, зыщумыгъэгъупщэ: Иегови абы и организацэми уэ къыпхуагъэувкъым а псор щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу бгъэзэщІэну (1 Пет. 2:21). Абы нэмыщІ уигу игъэлъ Иеговэ зэи уи закъуэ укъызэримыгъэнэнур, ар и къару лъапІэмкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ (Флп. 2:13). Библием зэхуэсым и нэхъыжьхэм къахуигъэувым щыщ гуэрым нэхъ ебгъэфІэкІуэну ухуей? Ухуейуэ щытмэ, абы щхьэкІэ Иеговэ елъэІу, а темэм теухуауэ ди публикациехэм къыщылъыхъуэ икІи сытым ебгъэфІакІуэ хъунуми зэхуэсым и нэхъыжьхэм ечэнджэщ.
18. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм сыт хуэдэ мурад ягъэувын хуейр?
18 Къуэш, шыпхъухэми зэхуэсым и нэхъыжьхэми мы статьям зи гугъу тщІа языныкъуэ хьэл-щэнхэр ирагъэфІэкІуэн хуейщ (Флп. 3:16). Уэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу ущыт? Ущытмэ, зэхуэсым щхьэкІэ нэхъыбэ пщІэну мурад гъэув. Къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэу уадэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ уигъэсэну икІи узыхуэныкъуэ хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэну къыбдэІэпыкъуну елъэІу (Ис. 64:8). Шэч къытумыхьэ: зэхуэсым и нэхъыжь ухъун щхьэкІэ къару зэрепхьэлІэм Иеговэ фІыгъуэ къыпигъэкІуэнущ!
101 УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ