44 СТАТЬЯР
33 УЭРЭДЫР Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ
Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къыщытхущытым деж дапхуэдэу Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэнур?
«Бзаджагъэр зытумыгъакІуэу, фІы щІэнымкІэ бзаджагъэм текІуэ» (РИМ 12:21).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къыщытхущытым деж Іуэхур нэхъ Іей мыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.
1, 2. Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къыщытхущытым деж сыт дэ зыхэтщІэр?
ХЬИСЭ фызабэм теухуа ущие хъыбар жиІауэ щытат. А фызабэр хеящІэм зэпымыууэ елъэІут и Іуэхур захуагъэм тету зэхигъэкІыну. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм а цІыхубзым и гурыщІэхэр тыншу къагурыІуэфынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым нэхъ зыхузэфІэкІхэр цІыху къызэрыгуэкІхэм захуагъэ хэмылъу щахущыт щІэх-щІэхыурэ къэхъут (Лк. 18:1—5). Ди зэманми Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ дэри а цІыхубзым и гурыщІэхэр къыдгурыІуэфынущ.
2 Нобэ цІыху куэдыр нэпсейщ, нэфІ-ней хэлъу нэгъуэщІхэм хущытщ икІи абыхэм я гум фІы илъкъым. Аращи, дэ дгъэщІагъуэкъым захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым деж (Эккл. 5:8). Ауэ апхуэдэ гуэр зэхуэсым къыщыхъумэ, дэ абы Іэнкун дищІыфынущ. Ди бийхэм елъытауэ къуэш, шыпхъухэм ди жагъуэ къащІыну хуейуэ аракъым, атІэ апхуэдэу къыщІэхъур гуэныхь яхэлъщи аращ. ДауикІ, дэ ар ди жагъуэ мыхъуу щыткъым, ауэ ди гурыщІэхэм дыпэлъэщыну Хьисэ и щапхъэр къыддэІэпыкъунущ. Дэ зэпкърытхынущ абы сыт ищІами и бийхэр захуагъэ хэмылъу къыщыхущытам щыгъуэ. Иеговэ и лэжьакІуэхэр шыІэныгъэ хэлъу бийхэм щахущытын хуейкІэ, дауикІ, къуэш, шыпхъухэми апхуэдэу яхущытын хуейщ. Мы дунейм щыщхэр е зэхуэсым щыщхэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытым деж сыт Иеговэ зыхищІэр? Ар дэр щхьэкІэ гузавэу пІэрэ?
3. Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къыщытхущытым деж Иеговэ ар къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр дэнэ дэ щытщІэр?
3 Ди гъащІэм къыщыхъуу хъуар Алыхьым елъагъу икІи абы ар къыфІэмыІуэхуу щыткъым. «Иеговэ захуагъэр фІыуэ елъагъу» (Пс. 37:28). Хьисэ жиІауэ щытат и зэманыр къэсмэ, Алыхьым захуагъэр псынщІэу зэрызэтригъэувэжынур (Лк. 18:7, 8). Куэд мыщІэу Иеговэ ди гугъуехьу хъуам кІэ иритынущ икІи захуагъэ хэмылъу къытхущытыну зыми хуидэнукъым (Пс. 72:1, 2).
4. Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым деж дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
4 ДауикІ, дэ иджыри дыпэплъэн хуейщ Иеговэ ди гугъуехьхэр щыІуихыжыну зэманым (2 Пет. 3:13). Ауэ ар иджыпстуи къыддоІэпыкъу. Зыгуэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытым деж Іуэхур нэхъ Іей мыхъун щхьэкІэ, тщІэным теухуауэ Иеговэ дегъасэ. Абы щхьэкІэ Иеговэ и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ и щапхъэмкІэ дигъэлъэгъуащ зыгуэр Іейуэ къыщытхущытым деж дэ езыр дапхуэдэу дыщытын хуейми. Абы нэмыщІ апхуэдэ Іуэхугъуэ дихуа иужь Алыхьым къыдит чэнджэщхэри сэбэп къытхуохъу.
ЗАХУАГЪЭ ХЭМЫЛЪУ ЗЫГУЭР КЪЫЩЫФХУЩЫТЫМ ДЕЖ ІУЭХУР НЭХЪ ІЕЙ ФЫМЫЩІЫН ЩХЬЭКІЭ ФЫХУЭСАКЪ
5. Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым деж дысакъын щІыхуейр сыт?
5 Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым деж дэ ар хуабжьу ди гум йоуэ икІи Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къытщыхъункІэ хъунущ (Эккл. 7:7). Апхуэдэ гурыщІэхэр Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэми яІащ, псалъэм папщІэ Іэиуб, Аввакум сымэ (Иов 6:2, 3; Авв. 1:1—3). ДауикІ, лей къыщыттехьэм деж апхуэдэ гурыщІэхэр дызэриІэр гъэщІэгъуэнкъым. Ауэ дымысакъыу щытмэ, а гурыщІэхэр къыттекІуэу, Іуэхур нэхъ Іеижу зэхэдгъэзэрыхьынкІэ хъунущ.
6. Авессалом и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? (Сурэтми феплъ.)
6 Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым е фІыуэ тлъагъу гуэрым лей къыщытехьэм деж, а Іуэхур ди ІэмыщІэ итлъхьэу, лей зезыхьам Іей гуэр етщІэжыну дыхэтынкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэу тщІэмэ, абы гугъуехь нэхъыбэ къыпэкІуэфынущ. Пащтыхь Даут и унагъуэм къыщыхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Амнон Авессалом и шыпхъу Тамарэ лей ирихат. Авессалом ар къыщищІам хуабжьу къэгубжьащ. Мусэ и хабзэм тету а щІэпхъаджагъэм щхьэкІэ Амнон яукІын хуейт (Лев. 20:17). Авессалом къыщІэгубжьар дэ къыдгуроІуэ, ауэ а Іуэхур и ІэмыщІэ ирилъхьэу, и къуэшым хьэкум трищІыхьыну абы хуитыныгъэ иІэтэкъым (2 Сам. 13:20—23, 28, 29).
Авессалом губжьыр зытригъэкІуащ и шыпхъу Тамарэ лей зэрырахар къыщищІам щыгъуэ (6 абзацым феплъ.)
7. 73 Псаломыр зытхам къекІуэкІ хабзэншагъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр кърита?
7 МыхъумыщІагъэ зылэжьхэм ящІа Іейм зыри къыпэмыкІуэу къыщытщыхъум деж пэжагъым дызэрытетым мыхьэнэ имыІэу дегупсысынкІэ хъунущ. 73 Псаломыр зытхам апхуэдэ гупсысэкІэ иІэ хъуат. Абы илъагъут бзаджащІэхэм цІыху пэжхэр зэрыдакъузэр икІи ар къазэрыхуэгъур (Пс. 73:12). Абы апхуэдизу и гур ехуэхати, Алыхьым зэрыхуэлажьэм мыхьэнэ лъэпкъ имыІэу къыщыхъут. Абы жиІащ: «Сэ а псор къызэрызгурыІуэным сыхэтт, икІи абы гупсэхугъуэр сфІигъэкІуэдт» (Пс. 73:14, 16). Уеблэмэ, абы мыпхуэдэу зыкъиумысыжащ: «Сэ гъуэгу пэжым сытекІ пэтащ, сылъэпэрэпэнми тІэкІут иІэжыр» (Пс. 73:2). Апхуэдэ гуэр ди зы къуэшым къыщыщІащ, абы Альбе́рто и цІэу жытІэнщ.
8. Захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къызэрыхущытам ди зы къуэшыр сытым хуиша?
8 Зэхуэсым и ахъшэр Альберто къидыгъуауэ я гугъэри, къуэшхэм ар ягъэкъуэншащ. Абы къыхэкІкІэ Альберто зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр фІэкІуэдащ, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэми нэмыплъ ирату щІадзащ. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ апхуэдизкІэ абы срибампІэти, сызэгуэудыным сынэсат». Альберто и гурыщІэ Іейхэр зэран зыхуигъэхъури, илъэситхукІэ зэхуэсыр къигъэнащ. Мы Іуэхугъуэм къегъэлъагъуэ захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщытхущытым деж губжьыр зытедгъакІуэмэ сыт къэхъуфынуми.
ХЬИСЭ ЛЕЙ КЪЫЩЫТРАГЪЭХЬЭМ СЫТ ХУЭДЭ ХЬЭЛ-ЩЭН ИГЪЭЛЪЭГЪУА?
9. ЦІыхухэр дапхуэдэу Хьисэ къызэрыхущытар? (Сурэтми феплъ.)
9 Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къыщытхущытым деж дызэрыщытын хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэ нэгъэса къытхуигъэнащ. Фегупсысыт абы сыт зыхищІами захуагъэ хэмылъу и унагъуэри адрей цІыхухэри къыщыхущытам щыгъуэ. И унагъуэм щыщхэм я гугъэт ар и акъылым икІауэ. Дин пашэхэм жаІэт Хьисэ жин бзаджэхэр и гъусэу. Рим зауэлІхэр абы щыдыхьэшхт, лей къытрагъэхьэт, икІэм-икІэжми абыхэм ар яукІащ (Мк. 3:21, 22; 14:55; 15:16—20, 35—37). Хьисэ теубыдагъэ хэлъу а псор ишэчащ икІи цІыхухэм къращІам хуэдэ ярищІэжыну зэи хэтакъым. Абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къыщытхущытым деж дызэрыщытын хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэ нэгъэса къытхуигъэнащ (9, 10 абзацхэм феплъ.)
10. Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къызэрыхущытам Хьисэ дапхуэдэу зэрыпэлъэщар? (1 Петр 2:21—23).
10 Къеджэ 1 Петр 2:21—23a. Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къыщытхущытым деж дэ Хьисэ щапхъэ тетхыфынущ. Абы ищІэт щыпсэлъэн хуейри щымыпсэлъэн хуейри (Мт. 26:62—64). Хьисэ езым теухуауэ жаІэ дэтхэнэ зы пцІыри къыщІигъэщыну хэтакъым (Мт. 11:19). Ар щыпсалъэм деж и бийхэм я пщІэр ириудыхтэкъым икІи ящІар яригъэпшыныжыну жиІэтэкъым. Хьисэ шыІэныгъэ хэлъыну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы «а Іуэхур Тхьэуэ цІыхухэм хьэкумыр захуагъэкІэ ятезыщІыхьым ирихьэлІащ». Хьисэ ищІэт и гугъуехьхэр Иеговэ зэрилъагъур икІи шэч къытрихьэтэкъым и зэманым абы захуагъэр зэрызэтригъэувэжыным.
11. Дыпсэлъэнрэ дымыпсэлъэнрэ унафэ щытщІым деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтми феплъ.)
11 Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къыщытхущытым деж Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? Дэ жытІэм дыкІэлъыплъын хуейщ. Мыхьэнэшхуэ зимыІэ зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыщыхъум деж Іуэхур нэхъ Іей дымыщІын щхьэкІэ зыри жыдмыІэмэ нэхъыфІщ (Эккл. 3:7; Екъуб 1:19, 20). Ауэ зыгуэр щыжыпІэн хуейи къохъу. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым укъыщхьэщыжын е пэжыр жыпІэн щхьэкІэ (Апост. 6:1, 2). Апхуэдэм деж мыхьэнэшхуэ иІэщ уи пІэ укъимыкІыным икІи пщІэ хэлъу упсэлъэным (1 Пет. 3:15)b.
Захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къыщытхущытым деж жытІэнумрэ ар зэрыжытІэну щІыкІэмрэ теухуауэ Хьисэ щапхъэ тетх хъунущ (11, 12 абзацхэм феплъ.)
12. «ЦІыхухэм хьэкумыр захуагъэкІэ ятезыщІыхьым» и ІэмыщІэ ди Іуэхур итлъхьэным сыт къикІыр?
12 Хьисэ и щапхъэм дытету «цІыхухэм хьэкумыр захуагъэкІэ ятезыщІыхьым» и ІэмыщІэ ди Іуэхур итлъхьэ хъунущ. НэгъуэщІхэр Іейуэ къыщытхущытым е Іей гуэр къыщыдащІэм деж дэ Иеговэ дыщогугъ икІи абы псори зэрилъагъур дощІэ. И зэманым Иеговэ псори зэрызэтригъэувэжынур зэрытщІэр дэ къыддоІэпыкъу захуагъэ хэмылъу нэгъуэщІхэр къызэрытхущытыр тшэчыну. Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм и фІыгъэкІэ ди гум гужьгъэжь идгъэлъкъым. Ауэ апхуэдэу дымыщІэмэ, ди гурыщІэ Іейхэм дымыщІапхъэ гуэр дагъэщІэфынущ, ди гуфІэгъуэр тфІагъэкІуэдыфынущ, Иеговэрэ дэрэ зи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зэран хуэхъуфынущ (Пс. 37:8).
13. ЦІыхухэр захуагъэ хэмылъу къызэрытхущытыр тшэчыну сыт къыддэІэпыкъунур?
13 ДауикІ, дэ иджыпсту Хьисэ нэгъэсауэ щапхъэ тетхыфкъым. Иныкъуэхэм деж дэ дызыхущІегъуэжын гуэр жыдоІэ е дощІэ (Екъуб 3:2). НэгъуэщІхэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущыти къохъу. Абыхэм ди гум тралъхьэ уІэгъэхэр мы дунейр щытыху мыкІыжынкІэ хъунущ. Апхуэдэу уэ къыпщыщІамэ, шэч къытумыхьэ узыпэщІэхуа гугъуехьыр Иеговэ зэрищІэм. Абы нэмыщІ Хьиси уэ уи гурыщІэхэр зэхещІыкІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыи лей къытрагъэхьат (Евр. 4:15, 16). Хьисэ и щапхъэм нэмыщІ Иеговэ дэ иджыри Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къыдет. А чэнджэщхэр къыддоІэпыкъу нэгъуэщІхэр захуагъэ хэмылъу къызэрытхущытыр тшэчыну. Паул Рим къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм яхуитха письмом ит апхуэдэ чэнджэщитІ зэпкърытхынщ.
«ТХЬЭМ И ГУБЖЬЫМ ГЪУЭГУ ЕФТ»
14. «Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр? (Рим 12:19).
14 Къеджэ Рим 12:19. Апостол Паул «Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт» жиІэри, къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ. Дапхуэдэу а чэнджэщыр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфынур? Дэ Иеговэ Іэмал идот дапщэщ икІи дапхуэдэу захуагъэ зэтригъэувэжынуми езым унафэ ищІыну. Захуагъэ хэмылъу зы къуэш гуэр Джон къыхущытат. Джон жеІэж: «Сэ сымыщІапхъэ гуэр сымыщІэн щхьэкІэ си губжьыр зытесІыгъэн хуейт, ауэ ар тынштэкъым. Абы щыгъуэ шыІэныгъэ схэлъу Иеговэ сыпэплъэну Рим 12:19 итыр къыздэІэпыкъуащ».
15. Ди Іуэхур Иеговэ зэхигъэкІыху дежьэмэ, щІэнэхъыфІыр сыт?
15 Иеговэ ди Іуэхур зэхигъэкІыну хуит щытщІым деж, ар дэркІэ нэхъыфІщ. Дэ езым Іуэхур зэхэдгъэкІыну иужь димыхьэмэ, ди къарури ди узыншагъэри нэхъ хъума хъунущ. Иеговэ дэ къыддэІэпыкъуну хьэзырщ. Абы къыджиІэ хуэдэщ: «Мы Іуэхур си ІэмыщІэ илъхьэ, сэ ар зэхэзгъэкІынщ». «ЦІыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ», — жеІэ Иеговэ. Мы псалъэхэр ди фІэщ хъууэ щытмэ, дымыгузавэми хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэрынэхъыфІ дыдэм хуэдэу Иеговэ псори зэхигъэкІынущ. Джон апхуэдэу ищІащ. Абы жеІэ: «Иеговэ сежьэнущ си Іуэхур зэхигъэкІыху, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ нэхърэ нэхъыфІу ар абы хузэфІэкІынущ».
«ФІЫ ЩІЭНЫМКІЭ БЗАДЖАГЪЭМ ТЕКІУЭ»
16, 17. ФІы щІэнымкІэ бзаджагъэм дытекІуэну тхьэлъэІур дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? (Рим 12:21).
16 Къеджэ Рим 12:21. Паул къуэш, шыпхъухэр иджыри хуигъэушащ фІы щІэнымкІэ бзаджагъэм текІуэну. Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэр псоми фІы дыдэу ящІэ. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр хэтащ: «Фи бийхэри фІыуэ флъагъу, гугъу фезыгъэхьхэми Алыхьым фахуелъэІу» (Мт. 5:44, ДЩІ). Хьисэ езыр а псалъэхэм тету псэуащ. Фигу къэвгъэкІыжыт рим зауэлІхэм ар пкъом щраІулІам щыгъуэ абы сыт хуэдэ гугъуехь ишэчами. Абы игъэвамрэ ар зэрагъэпудамрэ уи нэгу къыщІэбгъэхьэну гугъущ.
17 Ауэ хабзэншагъэ къращІам емылъытауэ Хьисэ лъагъуныгъэр зыфІигъэкІуэдакъым. Абы а зауэлІхэм гужьгъэжь яхуимыщІу Алыхьым елъэІуащ: «Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм... ялэжьыр зищІысыр къагурыІуэркъым» — жиІэри (Лк. 23:34). Гугъу дезыгъэхьхэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр къыддоІэпыкъу губжьыр зытедмыгъэкІуэну икІи ди гум илъ мамырыгъэр тхъумэну. Уеблэмэ ди жагъуэ къэзыщІхэм дазэрыхущытми зихъуэжыфынущ.
18. Альберторэ Джонрэ тхьэлъэІур дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуар?
18 Мы статьям зи гугъу ищІа къуэшитІым тхьэлъэІур къадэІэпыкъуащ. Альберто жеІэж: «Захуагъэ хэмылъу къысхущыта къуэшхэм щхьэкІэ сэ мызэ-мытІэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэзгъэзащ. Сэ Иеговэ селъэІут си жагъуэ къызэращІар зыщызгъэгъупщэну икІи сигу къэзмыгъэкІыжыну». Иджыпсту Альберто Иеговэ пэжу хуолажьэ. Ди къуэш Джони мыпхуэдэу жеІэ: «Апхуэдизу си жагъуэ къэзыщІа къуэшым щхьэкІэ сэ Алыхьым куэдрэ лъэІукІэ зыхуэзгъэзащ. А тхьэлъэІухэр къыздэІэпыкъуащ а къуэшым нэгъуэщІ нэкІэ сеплъыну икІи афІэкІа сымыгъэкъуэншэну. Абыхэм я фІыгъэкІэ сэ гупсэхугъуэ згъуэтыжащ».
19. Мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъыху сыт дэ тщІэн хуейр? (1 Пет. 3:8, 9).
19 Мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъыху дэ дыщыгугъ хъунукъым нэгъуэщІхэр сыт щыгъуи захуагъэ хэлъу къытхущытыну. Ауэ сыт къэмыхъуами, Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэпымыууэ девгъэлъэІу. Дэ иджыри Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ фІы щІэнымкІэ бзаджагъэм дызэрытекІуэным теухуауэ. Абы нэмыщІ мыхьэнэшхуэ иІэщ Библием ит принципхэр адэкІи ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыным. Апхуэдэу дыщытмэ, Іэмал имыІэу Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ. (Къеджэ 1 Петр 3:8, 9.)
38 УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
a Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм цІыхухэр захуагъэ хэмылъу къазэрыхущытам и щапхъэхэр апостол Петр япэу итха письмом и 2, 3 псалъащхьэхэм щытопсэлъыхь. Псалъэм папщІэ, тепщэ ткІийхэр я унэІутхэм пхъашэу зэрыхущытым, абы нэмыщІ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэр фІэщхъуныгъэ зимыІэ я щхьэгъусэхэм гугъу зэрырагъэхьым (1 Пет. 2:18—20; 3:1—6, 8, 9).
b jw.org сайтым илъ «Лъагъуныгъэ здэщыІэм мамырыгъэ нэгъэсари щыІэщ» жыхуиІэ видеом феплъ.