45 СТАТЬЯР
138 УЭРЭДЫР «Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ!»
Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм иужьрейуэ жаІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
«Іущагъ зыбгъэдэлъыр ныбжь зиІэхэракъэ икІи гъащІэ кІыхь къэзыгъэщІахэракъэ зэхэщІыкІ зиІэр?» (ИОВ 12:12).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Нобэ Иеговэ хуэжыІэдаІуэхэм и нэфІ дапхуэдэу ящыхуэми икІи къэкІуэну зэманым абыхэм сыт хуэдэ гъащІэ яхуигъэхьэзырами.
1. Ныбжь зиІэхэм я деж зыщыбгъэсэным Іущагъ щІыхэлъыр сыт?
МЫХЬЭНЭШХУЭ зиІэ унафэ къыщытщтэм деж дэ псори чэнджэщ дыхуэныкъуэщ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъуфынущ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэмрэ. Ахэр дэ нэхърэ куэдкІэ нэхъыжьми, абы къикІкъым абыхэм я чэнджэщхэр ди зэманым хуэмыкІуэу. Иеговэ хуейщ дэ ныбжь зиІэхэм я деж зыщыдгъэсэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм гъащІэ нэхъыбэ къагъэщІащи, зэхэщІыкІрэ Іущагъ нэхъыбэрэ яІэщ (Иов 12:12).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Пасэрей зэманым Иеговэ и лъэпкъым дэІэпыкъут икІи ныбжь зиІэ цІыхухъухэр къигъэсэбэпурэ унафэ иритт. Абыхэм ящыщт Мусэ бегъымбар, пащтыхь Даут, апостол Иуан сымэ. Ахэр щыпсэуар зы зэмантэкъым, я Іуэхур зыІутри хуабжьу зэщхьэщыкІт. Я гъащІэр и кІэм щынэблагъэм абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми къыкІэлъыкІуэ щІэблэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщыфІхэр къыхуигъэнащ. А цІыхухъуищми къыхагъэщащ Алыхьым уедэІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Іущагъ зыхэлъ а псалъэхэр дэр щхьэкІэ Иеговэ Библием ирыригъэтхащ. Дэ ди ныбжьым емылъытауэ абыхэм я чэнджэщхэм куууэ дызэрегупсысыр сэбэп къытхуэхъунущ (Рим 15:4; 2 Тим. 3:16). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ а цІыхухъуищым иужьрейуэ жаІа псалъэхэр икІи абыхэм сытым дыхуагъасэми деплъынущ.
А ЩІЫНАЛЪЭМ «ФЭ КУЭДРЭ ФЫЩЫПСЭУНУЩ»
3. Мусэ теухуауэ сыт дэ тщІэр?
3 Мусэ и гъащІэ псокІэ Иеговэ хуэпэжащ. Ар бегъымбарт, хеящІэт, дзэ пашэт икІи тхыдэм елэжьт. Мусэ и гъащІэм къриубыдэу куэд илъэгъуащ. Абы израил цІыхухэр Мысырым къришыжащ икІи Иеговэ ищІа телъыджэ куэди и нэгу щІэкІащ. Алыхьым ар хуигъэушащ Библием и япэ тхылъитхумрэ 90 Псаломымрэ итхыну. Абы нэмыщІ 91 Псаломымрэ Иов тхылъымрэ Мусэ итхауэ къыщІэкІынущ.
4. Мусэ хэт игъэгушхуар икІи сыт апхуэдэу щІищІар?
4 Мусэ лІэн ипэ илъэс 120 хъууэ израил лъэпкъыр зэхуишэсащ Иеговэ къахуищІа псор ягу къигъэкІыжын щхьэкІэ. Алыхьым телъыджэхэр ищІэу мысыр цІыхухэм тезыр щатрилъхьам щыгъуэ израил лъэпкъым щыщ языныкъуэхэр сабийт икІи ныбжьыщІэт (Исх. 7:3, 4). Иеговэ Хы Плъыжьыр зэгуэкІыу израил лъэпкъыр щІы гъущэм тету зэрызэпригъэкІари мысыр зауэлІхэр зэригъэкІуэдари абыхэм ялъэгъуат (Исх. 14:29—31). Губгъуэ нэщІым щитым Алыхьым и нэІэ абыхэм сыт щыгъуи ятригъэтащ икІи къихъумащ (Втор. 8:3, 4). Куэд мыщІэу израил цІыхухэр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьэн хуейти, аращ лІэн ипэ Мусэ ахэр игъэгушхуэну щІыхуеярa.
5. Мусэ израил цІыхухэм иужьрейуэ сыт хуэдэ псалъэхэр яжриІа? (Второзаконие 30:19, 20)
5 Сыт Мусэ жиІар? (Къеджэ Второзаконие 30:19, 20.) Абы израил цІыхухэм ягу къигъэкІыжащ гъащІэ дахэ къазэрыпэщылъыр. Иеговэ и фІыгъэкІэ ахэр Ханаан щІыналъэ дахэм куэдрэ щыпсэуфынут. А щІыналъэм гъавэ бэв къыщыкІт. Мусэ жиІащ: «Иеговэ фришэнущ... фэ фымыухуа къалэшхуэ дахэхэр здэщыІэ, фэ щІэвмылъхьа хъугъуэфІыгъуэ куэд зыщІэлъ унэхэр здэщыІэ, фэ фымыщІа псы хъумапІэхэр здэщыІэ, фэ хэвмыса жызумрэ зейтун жыгхэмрэ здэщыІэ щІыналъэм» (Втор. 6:10, 11).
6. НэгъуэщІ лъэпкъхэм израил цІыхухэр къазэуну Алыхьым хуит щІищІар сыт?
6 Мусэ израил цІыхухэм иджыри яжриІауэ щытат а щІыналъэ дахэм куэдрэ щыпсэуну хуеймэ, Иеговэ и хабзэм ахэр тетын зэрыхуейр. Мусэ ахэр хуигъэушащ гъащІэр къыхахыну, нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым жиІэм едаІуэу, абы хуэпэжу щытыну. Ауэ израил цІыхухэм я щІыб Иеговэ хуагъэзащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым хуит ищІащ ассирие цІыхухэм, иужькІэ бабилэн цІыхухэм израил лъэпкъыр къазэуу гъэрыпІэм яшэну (2 Цар. 17:6—8, 13, 14; 2 Лет. 36:15—17, 20).
7. Мусэ и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? (Сурэтми феплъ.)
7 Мусэ и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? ЖыІэдаІуэныгъэм гъащІэр кърегъэл. Израил цІыхухэр Ханаан щІыналъэм и гъунапкъэм зэрыщытам хуэдэу, дэри Алыхьым дыкъызэригъэгугъа дунеищІэм и гъунапкъэм дыщыту жыпІэ хъунущ. Куэд дэмыкІыу дэ тлъэгъунущ щІылъэ псор жэнэт зэрыхъур (Ис. 35:1; Лк. 23:43). Абы ШейтІанри жин бзаджэхэри щыІэжынукъым (Апок. 20:2, 3). Дин нэпцІым афІэкІа зыри игъэщхьэрыуэжынукъым (Апок. 17:16). ЦІыхухэм лей къытезыгъэхьэ тепщэныгъэ зиІэхэр щыІэжынукъым (Апок. 19:19, 20). ЗыкъэзыІэт, ныкъуакъуэу щыт цІыхухэр жэнэтым щыпсэунукъым (Пс. 37:10, 11). Псори Иеговэ и хабзэм тетынущ, мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ я зэхуаку дэлъу. Апхуэдэу ахэр фІыуэ зэрылъагъунущ икІи зыр зым дзыхь хуищІынущ (Ис. 11:9). А зэманым зыкІэ дэ дожьэри! Дэ Иеговэ дедаІуэу щытмэ, жэнэтым илъэсищэ бжыгъэкъым, атІэ игъащІэкІэ дыщыпсэунущ (Пс. 37:29; Ин. 3:16).
Дэ Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, жэнэтым илъэсищэ бжыгъэкъым дызэрыщыпсэунур, атІэ игъащІэкІэщ (7 абзацым феплъ.)
8. ГъащІэ мыухыжым теухуа гугъэр ди зы къуэшым дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? (Иудэ 20, 21).
8 ГъащІэ мыухыжым теухуауэ диІэ гугъэр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну икІи гугъуехь псоми дыпэлъэщыну. (Къеджэ Иудэ 20, 21.) Ар иджыри къыддэІэпыкъунущ ди ныкъусанхэм дебэныну. Куэд щІауэ Африкэм миссионеру щылажьэ ди зы къуэшыр и ныкъусан гуэрым ебэнт. Ар къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуащ Иеговэ хуэжыІэдаІуэу сыщымытмэ, гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къызэрыслъымысынур. Ар сэ къыздэІэпыкъуащ си Іэр езмыхьэхыну икІи Иеговэ нэхъыбэжу лъэІукІэ зыхуэзгъэзэну. Апхуэдэу Иеговэ къыздэІэпыкъуащ си гугъуехьым сыпэлъэщыну».
«УЭ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ УИІЭНУЩ»
9. Даут сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?
9 Даут Алыхьым хуэпэж пащтыхьу щытащ. Ар иджыри музыкантт, усакІуэт, зауэлІ хахуэт икІи бегъымбарт. Абы гугъуехь куэд ишэчащ. Илъэс куэдкІэ абы пащтыхь Щаул зыфІигъэпщкІун хуей хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къефыгъуэти иукІыну иужь итт. Даут пащтыхь щыхъуам щыгъуэ аргуэру зигъэпщкІун хуей хъуащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар и къуэ Авессалом ар иукІыу, абы и пІэкІэ пащтыхьу теувэну зэрыхэтаращ. А гугъуехьхэми и щыуагъэхэм щхьэкІи къэмынэу Даут и гъащІэ псокІэ Алыхьым хуэпэжащ. Иеговэ абы щхьэкІэ «си гум ирихь цІыху» жиІащ. Аращи, Даут и чэнджэщым дедэІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ! (Апост. 13:22; 1 Цар. 15:5).
10. Даут и ущием Сэлмэн щІыхуэныкъуэр сытыт?
10 Даут сыт хуэдэ ущие и къуэ Сэлмэн иритами деплъынщ. Ар пащтыхь хъун хуейт. Иеговэ а щІалэр къыхихат дин къабзэр ихъумэн икІи Алыхьым и унэшхуэр иухуэн щхьэкІэ (1 Лет. 22:5). Сэлмэн лэжьыгъэшхуэ иригъэкІуэкІын икІи лъэпкъ псом и нэІэ тригъэтын хуейт. ДауикІ, Иеговэ къыдэмыІэпыкъуауэ щытамэ, а псом ар пэлъэщынутэкъым. Сыт-тІэ Даут и къуэм жриІар? Иджыпсту абы деплъынщ.
11. Даут сыт хуэдэ ущие Сэлмэн ирита икІи а псалъэхэр зэрыпэжыр сытым къыхэщрэ? (1 Царей 2:2, 3). (Сурэтми феплъ.)
11 Сыт Даут жиІар? (Къеджэ 1 Царей 2:2, 3.) Даут и къуэм жриІащ Иеговэ жиІэм едаІуэмэ, ехъулІэныгъэ зэриІэнур. ИкІи апхуэдэу къыкІэлъыкІуэ илъэсхэм Иеговэ Сэлмэн куэдкІэ дэІэпыкъуащ (1 Лет. 29:23—25). Абы Алыхьым и унэшхуэр иухуащ, Библием щыщ тхылъ зыбжани итхащ. Абы нэмыщІ абы и псалъэхэр Библием ит нэгъуэщІ тхылъхэми къыщыхьащ. Сэлмэн и Іущагъымрэ и къулеягъымрэ теухуауэ нэгъуэщІ щІыпІэхэми щызэхахат (1 Цар. 4:34). Ауэ абы зыщигъэгъупщэн хуейтэкъым и ехъулІэныгъэр Иеговэ зэредаІуэм елъытауэ зэрыщытыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужькІэ Сэлмэн тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щІидзащ. Иеговэ ар игу ирихьатэкъыми абы Іущагъ иритын щигъэтащ. Абы къыхэкІкІэ Сэлмэн и тепщэныгъэм захуагъи пэжагъи хэлъыжтэкъым (1 Цар. 11:9, 10; 12:4).
Даут Сэлмэн жриІа иужьрей псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, абы Іущагъ къыдиту унафэ тэмэм къызэрытщтэфынур (11, 12 абзацхэм феплъ.)b
12. Даут и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?
12 Даут и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Иеговэ дыщедаІуэм деж абы и нэфІ къытщохуэ (Пс. 1:1—3). ДауикІ, Иеговэ жиІакъым дэ Сэлмэн хуэдэу къулейуэ икІи цІэрыІуэу дыщытыну. Ауэ дэ Алыхьым дедаІуэмэ, абы Іущагъ къыдитынущ (Прит. 2:6, 7; Екъуб 1:5). Библием ит принципхэр къыддэІэпыкъуфынущ лэжьыгъэм, щІэныгъэ зэгъэгъуэтыным, нэгу зегъэужьыным икІи ахъшэм теухуауэ унафэ тэмэмхэр къэтщтэну. Алыхьым и чэнджэщхэм дытетмэ, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхъумэфынущ икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ (Прит. 2:10, 11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы нэмыщІ дэ ныбжьэгъуфІхэмрэ унагъуэ насыпыфІэрэ диІэнущ.
13. Кармен и гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ зэрищІар?
13 Мозамбик щыщ ди шыпхъу Ка́рмен и гугъэт щІэныгъэ нэхъыщхьэр зримыгъэгъуэтмэ, ехъулІэныгъэ имыІэну. Абы къыхэкІкІэ ди шыпхъур университетым щІэтІысхьащ, «архитектурный факультет» жыхуаІэм. Ар къыддогуашэ: «Сэ еджэныр сфІэфІт, ауэ абы къару куэди зэман куэди текІуадэт. Дэ 7:30 щыщІэдзауэ 18:00 хъуху еджапІэм дыщыІэти, зэІущІэхэм сыкІуэну гугъут. Апхуэдэу си фІэщхъуныгъэр махэ хъуащ. Сэ къызгурыІуащ зиусхьэнитІым сыхуэлэжьэну иужь сызэритыр» (Мт. 6:24, ДЩІ). Сыт Кармен ищІар? Абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт, ди публикациехэри куууэ иджт. Ди шыпхъум пещэ: «Сэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ си анэмрэ сечэнджэщри, мурад сщІащ пионер лэжьыгъэр къэсщтэн щхьэкІэ университетым сыкъыщІэкІыжыну. А унафэр псом нэхърэ нэхъыфІ дыдэт икІи сэ абы зыкІи сыхущІегъуэжкъым».
14. Мусэрэ Даутрэ я псалъэхэм и гупсысэ нэхъыщхьэр сыт?
14 Мусэрэ Даутрэ Иеговэ фІыуэ ялъагъут икІи къагурыІуэт абы уедэІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Иужьрей псалъэхэр щыжаІэм щыгъуэ абыхэм нэгъуэщІхэр хуагъэушащ я щапхъэм тетыну икІи Алыхьым хуэпэжу къэнэну. Абыхэм иджыри жаІащ Иеговэ зи щІыб хуэзыгъазэм и нэфІ зэрыщымыхуэнур, къызэригъэгугъа фІыгъуэхэри къызэрылъымысынур. Мусэрэ Даутрэ я псалъэхэр нобэ ди дежкІи щхьэпэщ. Илъэсищэ бжыгъэ дэкІа иужь Иеговэ и лэжьакІуэ нэгъуэщІми къигъэлъэгъуащ Алыхьым хуэпэжу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.
«АБЫ НЭХЪРЭ НЭХЪ ГУФІЭГЪУЭШХУЭ СИІЭКЪЫМ»
15. Иуан и гъащІэм къриубыдэу сыт илъэгъуар?
15 Иуан Хьисэ Мэссихь и ныбжьэгъуу икІи и апостолу щытащ (Мт. 10:2; Ин. 19:26). Ар и Зиусхьэным и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным куэду хэтащ, телъыджэ ищІахэр илъэгъуащ икІи зэман гугъухэм щІэгъэкъуэн хуэхъуащ. Иуан илъэгъуащ Хьисэ щаукІым икІи лІахэм къащыхэтэджыкІыжам. Абы иджыри илъэгъуащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ гуп цІыкІур зэхуэсышхуэ зэрыхъуар, хъыбарыфІри «уафэм и щІагъым щыпсэу цІыху псоми» я деж зэрынэсар (Кол. 1:23).
16. Иуан итха письмохэр хэт сэбэп зыхуэхъуар?
16 Иуан и ныбжьыр щыхэкІуэтам Алыхьым щІыхь къыхуищІащ Библие тхыным хэтыну Іэмал зэрыритамкІэ. Абы итхащ «Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Іуэхугъуэхэр» зэрыт Апокалипсис тхылъыр (Апок. 1:1). Абы иджыри итхащ и цІэр зезыхьэ ХъыбарыфІымрэ письмоищымрэ. Иуан и письмо ещанэр зыхуитхар Алыхьым хуэпэж Гай зи цІэ къуэшырат. Ар и къуэм хуэдэу фІыуэ илъагъут (3 Ин. 1). Иуан и быным хуэдэу илъытэу къуэш, шыпхъу куэд зэхуэсым хэтауэ къыщІэкІынщ. Зи ныбжьыр хэкІуэта Алыхьым и лэжьакІуэм итхам Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ди зэманми нэсыху я фІэщхъуныгъэр егъэбыдэ.
17. 3 Иуан 4 зэритымкІэ, сыт гуфІэгъуэшхуэ къыпхуэзыхьыр?
17 Иуан сыт итхар? (Къеджэ 3 Иуан 4.) Иуан тепсэлъыхьащ Алыхьым хуэпэжу ущытыным гуфІэгъуэ къызэрыпхуихьым. Иуан и ещанэ письмор щитхам зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм щІэныгъэ нэпцІхэр ягъэбагъуэу щІадзат икІи ар зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъут. Ауэ «щыпкъагъэм тету» псэухэри абыхэм яхэтащ. Ахэр Иеговэ жиІэм едаІуэт икІи «и унафэхэм тету» псэут (2 Ин. 4, 6). Пэжагъ зыгъэлъагъуэ а къуэш, шыпхъухэм Иуан и закъуэтэкъым, атІэ Иегови ягъэгуфІэт (Прит. 27:11).
18. Иуан и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?
18 Иуан и псалъэхэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Алыхьым узэрыхуэпэжым гуфІэгъуэ къыпхуехь (1 Ин. 5:3). Псалъэм папщІэ, Иеговэ игу ирихь гуэр зэрытщІэм дэ гуфІэгъуэ къытхуехь. Иеговэ и гуапэщ Іей щІэным пэІэщІэ зыхуэтщІу, и хабзэхэм дыщытетым деж (Прит. 23:15, Гъэс.). Абы щыгъуэ уафэм щыІэ мелыІычхэри мэгуфІэ (Лк. 15:10). Абы нэмыщІ дэри догуфІэ гугъуехь ирагъэшэчым щхьэкІи, гъэунэхуапІэхэм щхьэкІи къэмынэу къуэш, шыпхъухэр Алыхьым пэжу къыщыхуэнэм деж (2 Фес. 1:4). ШейтІаным и дунеижьыр Иеговэ игъэкІуэда иужь, дэ дыщыгуфІыкІыжынущ Алыхьым пэжу дыкъызэрыхуэнам.
19. Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъум Рейчел сыт хуэдэ гурыщІэ къритрэ? (Сурэтми феплъ.)
19 Псом хуэмыдэу дэ гуфІэгъуэ къытхуехь Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну Іэмал дызэриІэм. Доминиканская Республика жыхуаІэм щыпсэу ди шыпхъу Ре́йчел лъапІэу елъытэ Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуфыр. Абы Библием иригъэджахэм теухуауэ жеІэ: «ЦІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуу, дзыхь хуищІу, и гъащІэми зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэу щыплъагъум деж, гуфІэгъуэ зыхэпщІэр псалъэкІэ пхужыІэнкъым! А псор щыслъагъукІэ сэ къызгуроІуэ къару есхьэлІари зыгуэрым зэрызыхуэзгъэныкъуари пщІэншэу зэрыщымытар».
Дэ гуфІэгъуэшхуэ диІэщ нэгъуэщІхэм Иеговэ фІыуэ ялъэгъун икІи и хабзэхэм тетын щыщІадзэм деж (19 абзацым феплъ.)
АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭ ПЭЖХЭМ ИУЖЬРЕЙУЭ ЖАІА ПСАЛЪЭХЭМ ФЫЩІЭДЭІУ
20. Мусэ, Даут, Иуан сымэ я гъащІэмрэ дэ ди гъащІэмрэ сыткІэ зэщхь?
20 Мусэ, Даут, Иуан сымэ дунейм зэрытемытыжрэ куэд щІащ. Абыхэм я Іуэхур зыІутамрэ ди Іуэхур зыІутымрэ фІыуэ зэщхьэщыкІми, дэ куэдкІэ дызэтохуэ. Дэ дызыхуэлажьэ Алыхьым ахэри хуэлажьэт. Абыхэм Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэт, щыгугът, дэІэпыкъуэгъу ящІт икІи и чэнджэщ къалъыхъуэт. Дэри апхуэдэу дощІ. Иеговэ а цІыхухъухэм я жыІэдаІуэныгъэм щхьэкІэ и нэфІ щыхуащ. Дэри шэч къытетхьэкъым Иеговэ фІыгъуэ къызэрытхуищІэжынум.
21. Мусэ, Даут, Иуан сымэ иужьрейуэ жаІа псалъэхэм щІэдэІухэм сыт къапэщылъыр?
21 Зи ныбжь хэкІуэта цІыхухъуищым жаІа ущиехэм дыщІэдэІуу, Иеговэ и хабзэхэм дытевгъэт. Абы щыгъуэ сыт дымыщІэми, дэ ехъулІэныгъэ диІэнущ, гъащІэ мыухыжи тыгъэу къытлъысынущ (Втор. 30:20). Ди гъащІэр гуфІэгъуэкІэ гъэнщІауэ щытынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ ди Адэр арэзы тщІыуэ дыпсэунущ. Абы дыкъызэригъэгугъауэ хъуар игъэзэщІэнущ, уеблэмэ ди нэгу къыщІэдмыгъэхьа фІыгъуэ куэди ищІэнущ (Еф. 3:20).
129 УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
a Хы Плъыжьым деж Иеговэ ищІа телъыджэхэр зылъэгъуа израил цІыхухэм я нэхъыбэр Ханаан щІыналъэм ихьакъым (Чис. 14:22, 23). Зи ныбжь илъэс 20 ирикъуахэмрэ абыхэм нэхърэ нэхъыжьхэмрэ, зи щхьэ бжыгъэр ятхахэр, губгъуэ нэщІым щылІэну Иеговэ унафэ ищІащ (Чис. 14:29). Ауэ илъэс 20 мыхъуахэм щыщ куэдыр, абы нэмыщІ Нун и къуэ Ехьошуа, Халев икІи Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ куэдыр Иордан псым зэпрыкІри, Ханаан щІыналъэм ихьащ (Втор. 1:24—40).
b СУРЭТЫМ ИТЫР. СэмэгурабгъумкІэ. ЛІэным куэд имыІэжу Даут Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ и къуэ Сэлмэн ирет. ИжьырабгъумкІэ. «Школа пионерского служения» жыхуаІэм къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и Іущагъыр щызрагъэгъуэт.