35 СТАТЬЯР
123 УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэхуэсым хагъэкІахэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?
«Гуэныхь хущІегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цІыху бгъущІрэ бгъум папщІэ уафэм щыІэну гуфІэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущІегъуэж гуэныхьыщІэ закъуэм щхьэкІэ уафэм нэхъ гуфІэгъуэшхуэ щыІэнущ» (ЛУКА 15:7).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
ЦІыхур зэхуэсым хэтыну щыхуимытыжыр дапщэщми икІи къэтщІэнущ ар и гуэныхьым хущІегъуэжу, Алыхьым гъунэгъу хуэхъужын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэми.
1, 2. 1) Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр хуейуэ гуэныхь зылэжьым икІи абы хущІемыгъуэжым? 2) Гуэныхь зылэжьхэм сыт ящІэну Иеговэ зыхуейр?
ИЕГОВЭ идэкъым цІыхум зыхуейуэ хъуар ищІэу икІи гуэныхь илэжьу дунейм тетыну (Пс. 5:4—6). Ар хуейщ абы и Псалъэм ит хабзэ пэжхэм дытету дыпсэуну. ДауикІ, Иеговэ ещІэж дэ гуэныхь зэрытхэлъыр (Пс. 130:3, 4). Ауэ Алыхьым хуит ищІкъым цІыхухэм «мыхъумыщІэ псэукІэм зратын щхьэкІэ» абы и гущІэгъур къагъэсэбэпыну (Иудэ 4). Библием зэрыжиІэмкІэ, апхуэдэ цІыхухэр Армагеддон зауэм хэкІуэдэнущ (2 Пет. 3:7; Апок. 16:16).
2 Ауэ Иеговэ зы цІыхуи хэкІуэдэну хуейкъым. Мы журналым ит статьяхэм къызэрыщытщІамкІэ, Библием щыжыІащ Алыхьыр зэрыхуейр «цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну» (2 Пет. 3:9). Алыхьым щапхъэ трахыу, зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам шыІэныгъэ яхэлъу хущытщ. Ахэр апхуэдэ цІыхум доІэпыкъу и гуэныхьым хущІегъуэжу Иеговэ и деж къигъэзэжыну. Ауэ языныкъуэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр здагъэІэпыкъукъым (Ис. 6:9). Абыхэм гуэныхь ялэжьын щагъэткъым, зэхуэсым и нэхъыжьхэр мызэ-мытІэу къадэІэпыкъуну зэрыхэтым емылъытауэ. Сыт апхуэдэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэн хуейр?
«ЦІЫХУ БЗАДЖЭР ЗЫХЭВГЪЭКІ»
3. 1) Библием зэритымкІэ, цІыхур и гуэныхьым хущІемыгъуэжмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр? 2) ЦІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІар езым къыхиха гъуэгуу жыпІэ щІэхъунур сыт?
3 ЦІыхур и гуэныхьым хущІемыгъуэжмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм 1 Коринф 5:13 ит унафэр ягъэзэщІэн хуей мэхъу: «ЦІыху бзаджэр зыхэвгъэкІ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, апхуэдэ цІыхур зэхуэсым хэтыну хуитыжкъым. А гъуэгур абы езым къыхихауэ жыпІэ хъунущ, сыту жыпІэмэ абы хьэсэм трисар къытрихыжу аращ (Гал. 6:7). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр мызэ-мытІэу абы дэІэпыкъуну хэтащ, ауэ цІыхум ахэр здигъэІэпыкъун идакъым (2 Цар. 17:12—15). Абы и ІуэхущІафэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ Иеговэ едэІуэну икІи и унафэхэм щІэтыну зэрыхуэмейр (Втор. 30:19, 20).
4. Зи гуэныхьым хущІемыгъуэжыр зэхуэсым зэрыхагъэкІам теухуауэ зэхуэсым объявление щІащІыр сыт?
4 Зи гуэныхьым хущІемыгъуэжыр зэхуэсым зэрыхагъэкІам теухуауэ зэхуэсым объявление щащІ. Апхуэдэ объявление щІащІыр цІыхум и пщІэр ираудыхын щхьэкІэкъым, атІэ зэхуэсым щыщхэр Тхыгъэ ЛъапІэм ит мы унафэм тетын щхьэкІэщ: «Апхуэдэ цІыхум гъусэ фыхуэмыхъу... икІи фыдэмышхэ» (1 Кор. 5:9—11). Иеговэ а унафэр къыщІыдитам и щхьэусыгъуэр апостол Паул къыдгурегъаІуэ. Абы итхат «пщагъэ тІэкІум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфІэІур» (1 Кор. 5:6). Зи гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхур зэхуэсым хамыгъэкІмэ, адрейхэм къащыхъункІэ хъунущ ахэри Иеговэ и хабзэхэм темытми хъуну (Прит. 13:20; 1 Кор. 15:33).
5. Зэхуэсым хагъэкІа къуэшым дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
5 Зэхуэсым хагъэкІа къуэшым дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейрa? ДауикІ, дэ абы и гъусэу зэман дгъэкІуэнукъым. Ауэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: цІыхур мэл щхьэрыуам ебгъэщхь хъунуми, абы и Іуэхур зэфІэкІауэ дэ къэтлъытэкъым. Хъушэм кІэрыхуа мэл цІыкІум къигъэзэжыну Іэмал иІэщ. Абы и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьауэ щытащ, ар зыщыдгъэгъупщэнкъым. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Иеговэ ирита псалъэм ар иджыпсту тетыжкъым икІи ар гъуэгу шынагъуэм теувауэ жыпІэ хъунущ (Иез. 18:31). Иджыри зэман зэрыщыІэм, Иегови гущІэгъушхуэ зэрыхэлъым гугъапІэ къыдет апхуэдэ къуэшым къигъэзэжыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэр зэхуэсым хагъэкІа къуэшым дэІэпыкъун щхьэкІэ?
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ КЪАБГЪЭДЭКІ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУР
6. Къуэшхэм сыт ящІэнур зэхуэсым къигъэзэжыну цІыхум дэІэпыкъун щхьэкІэ?
6 ЦІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІам къикІрэ ар дэІэпыкъуэгъуншэу къагъэнауэ икІи Алыхьым деж хуэзышэ гъуэгур езым къигъуэтыжын хуейуэ? Хьэуэ, къикІкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я комитетым зи гуэныхьым хущІемыгъуэжа цІыхум ар зэхуэсым зэрыхагъэкІар жриІэнущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым къигъэзэжын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми къуэшхэм абы къыгурагъэІуэнущ. Сыт иджыри абыхэм ящІэнур? Зэхуэсым хагъэкІахэм я нэхъыбэм мыпхуэдэ Іэмал яІэщ: мазэ зыбжанэ дэкІмэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абыхэм яхуэзэнущ, я гупсысэкІэм зихъуэжарэ зимыхъуэжарэ къащІэн щхьэкІэ. А цІыхур къахуэзэну хьэзырмэ, къуэшхэр абы щабэу епсэлъэнущ икІи зэхуэсым къигъэзэжыну хуагъэушынущ. Абы щыгъуэ зэхуэсым хагъэкІам и гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ имыхъуэжауэ къыщІэкІми, зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэман-зэманкІэрэ абы хуэзэнущ, и гуэныхьым хущІегъуэжыну хуагъэушын щхьэкІэ.
7. Дапхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм, Иеговэ щапхъэ трахыу, Алыхьым хуэмылэжьэжхэм гущІэгъу зэрыхуащІыр? (Иеремия 3:12).
7 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ щапхъэ трахыу, абы хуэмылэжьэжхэм гущІэгъу хуащІ. Псалъэм папщІэ, пасэрей зэманым Израил лъэпкъым зэрыщыуар къыгурыІуэжу къыщигъэзэжыным Иеговэ емыжьэу, езым япэ лъэбакъуэр ичт. Абы и бегъымбархэр яхуигъакІуэт ахэр я гуэныхьым иджыри хущІемыгъуэжами. Мы журналым и етІуанэ статьям дэ дыкъыщеджащ бегъымбар Осие теухуауэ. Иеговэ абы унафэ хуищІат, и щхьэгъусэм иджыри гуэныхь илэжьын щимыгъэтами, хуигъэгъуу ар и унэм къишэжыну (Ос. 3:1). Осие и щапхъэмкІэ Алыхьым къигъэлъэгъуащ и лъэпкъым гущІэгъушхуэ зэрыхуищІыр (Мал. 3:7). Иеговэ хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэри пэж дыдэу хуейщ гуэныхь зыщІам Алыхьым и деж къигъэзэжыну икІи абы и гъуэгур нэхъ тынш зэрыхуащІыным ахэр иужь итщ. (Къеджэ Иеремия 3:12.)
8. Къуэ кІуэдам теухуауэ Хьисэ жиІауэ щыта ущие хъыбарыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур Иеговэ и гурыщІэхэр къыдгурыІуэну? (Лука 15:7).
8 Къуэ кІуэдам теухуауэ Хьисэ жиІауэ щыта ущие хъыбарыр дигу къэдгъэкІыжынщ. Мы журналым и етІуанэ статьям а щапхъэр щызэпкърытхащ. «Адэм и къуэр къэкІуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щІэгъущ, жэри, ІэплІэ иришэкІыу, ба хуищІу щІидзащ» (Лк. 15:20). Гу лъыфтэт: къуэр къыбгъэдыхьэу, къыхуигъэгъуну къелъэІуным адэр пэплъакъым. АтІэ дэтхэнэ зы адэфІми зэрищІэным хуэдэу, ар епІэщІэкІащ и къуэм пежьэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абы фІыуэ илъагъут. Мы ущие хъыбарым къегъэлъагъуэ Иеговэ гъуэгу пэжым текІахэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр яхуиІэми. ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми абыкІэ Алыхьым щапхъэ трах. Ахэр хуейщ дэтхэнэ зы мэл цІыкІу щхьэрыуами унэм къигъэзэжыну (Лк. 15:22—24, 32). Гуэныхь зыщІа цІыхум зэхуэсым къыщигъэзэжым деж, уафэми щІылъэми гуфІэгъуэшхуэ къыщокІуэкІ: Иегови, Хьиси, мелыІычхэри, зэхуэсым щыщхэри мэгуфІэ! (Къеджэ Лука 15:7.)
9. Гуэныхь зыщІам и фІэщ ищІыну Иеговэ зыхуейр сыт?
9 КъызэрыдгурыІуащи, гуэныхь зылэжьу абы хущІемыгъуэжыр зэхуэсым хэтыну Иеговэ хуит ищІкъым. Ауэ абы къикІкъым Алыхьым апхуэдэ цІыхум и щІыб хуигъазэу икІи афІэкІа дэІэпыкъуну хуэмейуэ. Иеговэ хуейщ абы къигъэзэжыну. Алыхьым и гурыщІэхэр Осия 14:4 итщ: «Абыхэм пэжагъ зэрамыгъэлъагъуэр сэ згъэзэкІуэжынущ, сигу псомкІэ ахэр фІыуэ слъагъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си губжьыр теужащ». Мы псалъэ дахэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуагъэуш, цІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжам щыхьэт техъуэ Іуэху цІыкІу нэгъуни гу лъатэну. Мы едзыгъуэм гуэныхь зыщІами и фІэщ ещІ Иеговэ фІыщэу къызэрилъагъур икІи къигъэзэжыну зэрыпэплъэр.
10, 11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ зэрыдэІэпыкъу хъунур илъэс куэд хъуауэ зэхуэсым хагъэкІа цІыхум?
10 ЦІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІрэ илъэс куэд дэкІамэ-щэ? Абы гуэныхь щІэныр куэд щІауэ къигъэнауэ щытыфынущ е илэжьауэ щыта гуэныхьыр сыт хуэдэми имыщІэжынкІэри хъунущ. Зэман дапщэ дэмыкІами, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къару ирахьэлІэнущ апхуэдэ цІыхур къагъуэту, абы епсэлъэн щхьэкІэ. Къуэшхэмрэ абырэ Алыхьым зэгъусэу лъэІукІэ зыхуагъазэ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я гум къыбгъэдэкІыу цІыхур хуагъэушынущ и гуэныхьым хущІегъуэжу, зэхуэсым къигъэзэжыну. ЦІыхур илъэс куэдкІэ зэхуэсым щыхэмытакІэ, дауикІ, абы и фІэщхъуныгъэр махэ хъуащ. Ауэ къигъэзэжыну хуеймэ, къуэшхэм абы жраІэнущ Библием ирагъэджэну Іэмал зэрыщыІэр. ЦІыхум иджыри зэхуэсым къызэримыгъэзэжар зэран хъукъым апхуэдэу Библием ирагъэджэну. ЦІыхур арэзы техъуэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ар езыгъэджэну къуэшыр е шыпхъур къыхахынущ.
11 Иеговэ цІыхухэр фІыщэу елъагъу. Абы щапхъэ трахыу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуа цІыхухэр псори къалъыхъуэнущ. ИкІи Алыхьым и деж къэзыгъэзэжыну хуейхэм къыгурагъэІуэнущ гъуэгур зэрызэІухар. И гуэныхьым хущІегъуэжрэ, Іуэху мыхъумыщІэхэр къигъанэмэ, апхуэдэ цІыхур занщІэу зэхуэсым хагъэхьэж хъунущ (2 Кор. 2:6—8).
12. 1) Дапщэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр псом хуэмыдэу щысакъын хуейр? 2) ЦІыхум гуэныхь хьэлъэ зэрищІам щхьэкІэ Иеговэ зэи абы гущІэгъу хуимыщІыну къэтлъытэн щІыхуэмейр сыт? (Сноскэми феплъ.)
12 Иныкъуэхэм деж цІыхур зэхуэсым хагъэхьэжынрэ хамыгъэхьэжынрэ унафэ щащІым деж, къуэшхэр псом хуэмыдэу сакъын хуей мэхъу. Псалъэм папщІэ, цІыхум сабийм лей ирихамэ е Алыхьым епцІыжу, абы пэщІэувамэ, е бзаджагъэкІэ и нэчыхьыр икъутэжамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыуэ зэхагъэкІын хуейщ ар пэж дыдэу и гуэныхьым хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ (Мал. 2:14; 2 Тим. 3:6). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и мэл цІыкІухэр яхъумэн хуейщ. Ауэ абыхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым гуэныхь зыщІа дэтхэнэ зы цІыхури гурэ псэкІэ и гуэныхьым хущІегъуэжрэ ар къигъанэмэ, Иеговэ и гуапэу къызэрыригъэблагъэжынур. ЦІыхум ищІа гуэныхьым гущІэгъуншагъэрэ бзаджагъэрэ хэлъмэ, дауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы и Іуэхум нэхъ куууэ хэплъэнущ. Ауэ абыхэм къалъытэн хуейкъым апхуэдэ цІыхум Иеговэ зэи гущІэгъу хуимыщІыну (1 Пет. 2:10)b.
ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩХЭМ КЪАБГЪЭДЭКІ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУР
13. Порицание зратахэмрэ зэхуэсым хагъэкІахэмрэ дапхуэдэу дазэрыхущытыр?
13 Мыбы ипэ зэпкърытха статьям зэритамкІэ, иныкъуэм деж цІыхум порицание зэрыратам теухуауэ зэхуэсым объявление щащІ. Апхуэдэм деж дэ цІыхум депсэлъэн щыдгъэткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар и гуэныхьым хущІегъуэжащ икІи афІэкІа гуэныхь ищІэжкъым (1 Тим. 5:20). Ар зэхуэсым щыщу къонэж, къуэш, шыпхъухэм я дэІэпыкъуэгъуми хуэныкъуэщ (Евр. 10:24, 25). Ауэ цІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІам теухуауэ объявление ящІамэ, абы щыгъуэ Іуэхур нэгъуэщІщ. Апхуэдэм деж дэ а цІыхум депсалъэкъым икІи дыдэшхэкъым (1 Кор. 5:11).
14. БиблиемкІэ гъэса ди напэм дытету зэхуэсым хагъэкІа цІыхум дапхуэдэу дызэрыхущытынур? (Сурэтми феплъ.)
14 Ауэ мыпхуэдэ упщІэ къоув: зэхуэсым хагъэкІам ди щІыб хуэдгъэзауэ жыпІэ хъуну? Хьэуэ. ДауикІ, дэ абы дыдэуэршэрынукъым икІи и гъусэу зэман дгъэкІуэнукъым. Ауэ къуэшым е шыпхъум БиблиемкІэ гъэса и напэм тету унафэ ищІынкІэ хъунущ апхуэдэ цІыхур зэІущІэм къригъэблэгъэну. Ар абы и ныбжьэгъуу щытауэ е и благъэу щытыфынущ. А цІыхур зэІущІэм къакІуэмэ, дауэ абы дызэрыхущытынур? Япэм дэ абы сэлам етхынутэкъым, ауэ иджы абы теухуауэ унафэ тщІыну БиблиемкІэ гъэса ди напэр къыддэІэпыкъунущ. Хэти мурад ищІынкІэ хъунущ абы сэлам ирихыну, хэти и гум къыбгъэдэкІыу псалъэ зытІущ жриІэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ апхуэдэ цІыхум куэдрэ депсэлъэнукъым икІи и гъусэу зэман дгъэкІуэнукъым.
Къуэшым е шыпхъум унафэ ищІыфынущ зэхуэсым хагъэкІар зэІущІэм къригъэблэгъэну икІи ар къэкІуа иужь абы сэлам ирихыну (14 абзацым феплъ.)
15. 2 Иуан 9—11 хэт зи гугъу ищІыр? («Иуанрэ Паулрэ зытепсэлъыхь гуэныхьыр зы?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
15 Языныкъуэхэм жаІэфынущ: «Библием жиІэкъэ зэхуэсым хагъэкІа цІыхум „фІэхъус езыхым“ а цІыхум илэжь Іуэху ІейхэмкІэ и Іыхьэгъу хуэхъуу?» (Къеджэ 2 Иуан 9—11.) 2 Иуан 9—11 и контекстым къызэригъэлъагъуэмкІэ, мы едзыгъуэхэр зытепсэлъыхьыр Алыхьым епцІыжу, абы пэщІэувахэращ икІи Библием имыдэ Іуэхухэр ящІэну нэгъуэщІхэр хуэзыгъэушхэращ (Апок. 2:20). Абы къыхэкІкІэ цІыхум Алыхьым епцІыжахэм я еплъыкІэр е Библием пэщІэувэ гупсысэкІэр ерыщу игъэбагъуэу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы хуэзэнукъым. ДауикІ, дэ дыщогугъ апхуэдэ цІыхум зихъуэжыну, ауэ зэкІэ абы сэлам етхынукъым, зэІущІэхэми къедгъэблэгъэнукъым.
ИЕГОВЭ И ГУЩІЭГЪУМ ЩАПХЪЭ ТЫДОХ
16, 17. 1) Иеговэ гуэныхь зыщІа цІыхур сытым къыхуриджэрэ? (Иезекииль 18:32). 2) Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу Иеговэ зэрыдэлажьэр?
16 Мы статьяитхум сыт къыщытщІар? Иеговэ хуейкъым зы цІыхуи хэкІуэдэну. (Къеджэ Иезекииль 18:32.) Ар хуейщ гуэныхь зыщІахэр абы къекІужыну (2 Кор. 5:20). Аращ пасэрей зэманым къыщыщІэдзауэ Иеговэ къэзыгъэна и лэжьакІуэхэр я гуэныхьым хущІегъуэжу, и деж къагъэзэжыну къыщІыхуриджэр. Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэшхуэ яхуищІащ — ахэр Алыхьым дэлажьэурэ, цІыхум доІэпыкъу и гуэныхьым хущІегъуэжыну (Рим 2:4; 1 Кор. 3:9).
17 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжа иужь уафэм къыщекІуэкІ гуфІэгъуэшхуэр! Мэл цІыкІу щхьэрыуахэм къыщагъэзэжым деж, Иеговэ и гум гуфІэгъуэр из мэхъу. Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм и гущІэгъушхуэм икІи къэдмылэжьауэ къытхуищІэ псом дыщегупсысым деж, абы худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ иныж мэхъу (Лк. 1:78).
111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
a Мы статьям гуэныхь зыщІам дыщытепсэлъыхькІэ цІыхухъум и гугъу тщІыми, зэпкърытх принципхэр цІыхубзхэми хуэхьащ.
b Библием зэритымкІэ, языныкъуэхэм я гуэныхьхэр къахуэгъунукъым. Ауэ абы и щхьэусыгъуэр абыхэм ящІа гуэныхьым и хьэлъагъыракъым, атІэ ерыщу, мыувыІэу Алыхьым зэрыпэщІэтыращ. Иеговэрэ Хьисэрэщ унафэ зыщІыр цІыхум и гуэныхьыр къыхуэгъунрэ къыхуэмыгъунрэ (Мк. 3:29; Евр. 10:26, 27).