22 СТАТЬЯР
127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?
Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн щхьэкІэ, зэхуэзэхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?
Уасэшхуэ иІэщ «цІыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу... дахэ фызыщІым» (1 ПЕТ. 3:4).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Къуэшымрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэм деж унафэ тэмэм къащтэну сыт къадэІэпыкъунуми икІи зэхуэсым щыщхэри абыхэм дапхуэдэу щІэгъэкъуэн яхуэхъуфынуми.
1, 2. Языныкъуэхэм сыт жаІэр щызэхуэзэу щыта зэманым теухуауэ?
УЩЫЗЭХУЭЗЭМ деж гуфІэгъуэр уи куэдщ, уи гури къигуфІыкІыу щытщ. Зэщхьэгъусэ куэдым ар дыдэр жаІэфынущ. Уэ иджыпсту зыгуэрым ухуэзэу щытмэ, а зэманыр ІэфІу уи гум къинэжыну ухуейуэ къыщІэкІынщ. Эфиопием щыщ ди шыпхъу Ци́онa жеІэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ дыщызэхуэзэу щыта зэманыр гукъинэжт! Дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэм дытепсэлъыхьт, куэдри дыдыхьэшхт. Сэ хуабжьу сынасыпыфІэт фІыуэ слъагъу икІи сыкъэзылъагъу цІыху сызэрыхуэзам щхьэкІэ».
2 Нидерланды щыщ Але́ссио жеІэ: «Си щхьэгъусэ хъуным сыщыхуэзэ зэманыр фІы дыдэт, ауэ а зэманыр тыншу щытауэ жысІэнкъым». Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ цІыхуитІ щызэхуэзэм деж зрихьэлІэну гугъуехьхэр икІи Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къадэІэпыкъунуми. Иджыри дэ дыхэплъэнущ зэхуэсым щыщхэр зэхуэзэхэм дапхуэдэу щІэгъэкъуэн яхуэхъуфынуми.
ФЫЩІЫЗЭХУЭЗЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ
3. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ щызэпсалъэм деж сыт хуэдэ мурад яІэн хуейр? (Притчи 20:25).
3 ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ щызэхуэзэ зэманыр гум фІэІэфІу щытщ. Ауэ а зэманым мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щыгъуэ зэхуэзитІым унафэ тэмэм къащтэн хуейщ. Абыхэм зэрышэну мурад ящІмэ, Иеговэ и пащхьэм деж псалъэ щатынущ дунейм тетыху фІыуэ зэрылъагъуну, пщІэ зэхуащІыну. Дэ псалъэ ттын ипэ фІыуэ догупсысэ икІи ар зэрыдгъэзэщІэжыным иужь дитщ. (Къеджэ Притчи 20:25.) Дыщызэрышэм деж зэтта псалъэми апхуэдэу дыхущытщ. Къуэшымрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэм деж, а тІур фІыуэ зэрыцІыхун хуейщ, я акъыл зэтехуэрэ зэтемыхуэрэ къагурыІуэн щхьэкІэ. А тІум зэхуэмызэжыну унафэ ящІмэ, абы къикІкъым зыгуэр къэхъуауэ, атІэ я акъыл зэтехуэрэ зэтемыхуэрэ зэхагъэкІауэ аращ.
4. Зэхуэзэным теухуауэ сыт псоми еплъыкІэ тэмэм дыщІиІэн хуейр?
4 Зэхуэзэным теухуауэ еплъыкІэ тэмэм уиІэмэ, унагъуэ бухуэну мурад умыщІауэ зыми ухуэзэнукъым. Зэхуэзэным и мыхьэнэр зыщІэжын хуейр зэхуэзитІым я закъуэкъым, адрейхэми ар ящІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм я гугъэщ зэхуэзитІыр Іэмал имыІэу зэрышэн хуейуэ. Апхуэдэ гупсысэкІэр зэхуэзэ къуэшымрэ шыпхъумрэ дапхуэдэу зэран зэрахуэхъункІэ хъунур? США-м щыщ щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу Мели́ссэ жеІэ: «Дэлъхумрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэм деж, языныкъуэ Иеговэ и Щыхьэтхэр йогупсыс а тІур Іэмал имыІэу зэрышэн хуейуэ. Аращи, зэхуэзитІым къащыхъункІэ хъунущ ахэр арэзы ящІын щхьэкІэ зэрышэн хуейуэ. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэхэм зэхуэзэн щагъэткъым, я акъыл зэрызэтемыхуэр къагурыІуа пэтми. Ар зылъагъу адрейхэри мэшынэ зыгуэрым хуэзэн щІадзэну».
ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЦІЫХУ
5, 6. ЦІыхуитІыр щызэхуэзэм деж зым адрейм теухуауэ сыт къищІэн хуейр? (1 Петр 3:4).
5 Уэ иджыпсту зыгуэрым ухуэзэу щытмэ, сыт къыбдэІэпыкъунур ар щхьэгъусэ пщІынрэ умыщІынрэ къыбгурыІуэну? Узыхуэзэр фІыуэ къызэрыпцІыхуным хущІэкъу. Уэ ар тІэкІуи пцІыхуу къыщІэкІынщ, ауэ абы и «гум илъыр» фыщызэхуэзэ зэманым къызэрыбгурыІуэным иужь уитмэ нэхъыфІщ. (Къеджэ 1 Петр 3:4.) Псалъэм папщІэ, нэхъыфІу къэпщІэн хуейщ абы и хьэл-щэнхэр, и гупсысэкІэр, Иеговэрэ абырэ я зэхущытыкІэр. Зэман дэкІмэ, уэ мыпхуэдэ упщІэхэм жэуап ептыфынущ: «Ар щхьэгъусэфІ схуэхъуну пІэрэ? (Прит. 31:26, 27, 30; Еф. 5:33; 1 Тим. 5:8). Зым адрейр щІэгъэкъуэн дыхуэхъуфыну пІэрэ? Ди ныкъусанхэм емылъытауэ дызэдэпсэуфыну пІэрэ? (Рим 3:23)»b. Зыщумыгъэгъупщэ: псом нэхъапэр фызэрызэщхьыракъым, атІэ зыр адрейм зэрызыдевгъэкІуращ.
6 Сыт иджыри адрей цІыхум теухуауэ къэпщІэн хуейр? ГурыщІэ куу хуэпщІын ипэ, уэ мыхьэнэ зиІэ Іуэхугъуэхэм утепсэлъыхьыну ухуеинкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ фи мурадхэм, узыншагъэм, ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм икІи ипэ зэманым уи гур изыкъутыхьа Іуэхугъуэ гуэрым. Ауэ Іэмал имыІэу щыткъым фызэхуэзэн зэрыщІэвдзэу абыхэм фытепсэлъыхьын хуейуэ. (Евгъапщэ Иуан 16:12.) Иджыпсту абы имызэману къэплъытэмэ, жыІэ. Ауэ гува-щІэхами пэжыр жыпІэн хуейщ. Унафэ тэмэм къэфщтэн щхьэкІэ лъэныкъуитІми зыри ямыбзыщІу зэпсэлъэн хуейщ.
7. Къуэшымрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэм деж, дапхуэдэу зым зыр нэхъыфІу къызэрицІыхуфынур? («Фэ зэпэжыжьэу фыпсэумэ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.) (Сурэтхэми феплъ.)
7 ЦІыхур зэрыщыт дыдэр дапхуэдэу къызэрыпщІэнур? Псом нэхърэ нэхъ ІэмалыфІыр зыри умыбзыщІу узэпсэлъэныращ: упщІэ епта иужь къыуит жэуапым фІыуэ едаІуэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр; Екъуб 1:19). Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? УзэпсэлъылІэну Іэмал къозыт Іуэхугъуэхэм фыхэт. Псалъэм папщІэ, зэгъусэу фызэдэшхэ, къэфкІухь, хъыбарыфІыр вгъэІу. Иджыри нэхъыфІу фызэрыцІыхуфынущ, фи унагъуэхэмрэ фи ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу зэманыр вгъакІуэу щытмэ. Уэ къэплъагъун хуейщ абы Іуэхугъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм деж зэрызищІыр, цІыхухэми зэрыхущытыр. Аращи, апхуэдэ Іуэхугъуэхэм фыхэтыну мурад фщІы. Нидерланды щыщ А́свин щхьэгъусэ хуэхъуа Али́сие щыхуэзэм щыгъуэ ищІар жеІэж: «Дэ нэхъыфІу дызэрыцІыхун щхьэкІэ къыддэІэпыкъун Іуэхухэр къыхэтхт. Абы щхьэкІэ зыгуэр къэбгупсысын хуейтэкъым. Псалъэм папщІэ, зэгъусэу дыпщафІэт, унагъуэ Іуэхухэр зэдэтщІэт. Апхуэдэурэ хэт сыт хузэфІэкІынуми къыдгурыІуэт».
Нэхъыбэу фыщызэдэуэршэрыфын Іуэхухэм зэгъусэу фыхэт. Апхуэдэу зым зыр нэхъ къицІыхуфынущ (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Библиер зэгъусэу бджыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъыр?
8 Фэ иджыри нэхъыфІыжу фызэрыцІыхуфынущ, Библиер зэгъусэу вджымэ. Фэ фызэрышэу щытмэ, зэгъусэу Библие джыным зэман хухэфхын хуейщ, фи унагъуэм Алыхьым япэ увыпІэр щиІыгъын щхьэкІэ (Эккл. 4:12). Ущызэхуэзэ зэманым деж Библие джыныр зэгъусэу ебгъэкІуэкІыным Іущагъ хэлъщ. Пэжщ, зэхуэзэхэр иджыри унагъуэкъым, шыпхъури къуэшым и унафэ щІэткъым. Ауэ зэгъусэу Библием итыр щызэпкърахкІэ абыхэм къагурыІуэнущ хэт сыт хуэдэ хущытыкІэ Иеговэ хуиІэми. США-м щыщ Максрэ Ла́йзэрэ жаІэж ди публикациехэр зэгъусэу бджыным иджыри сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъми: «Дэ зэхуэзэн зэрыщІэддзэу нэчыхьым, унагъуэм, зэхуэзэным теухуауэ ди публикациехэм ит статьяхэм деджэу щІэддзащ. Абы и фІыгъэкІэ дытепсэлъыхьыну къыдэгугъуэкІын темэхэр хуиту зэпкърытхт».
СЫТ ИДЖЫРИ УЗЭГУПСЫС ХЪУНУР?
9. Къуэшымрэ шыпхъумрэ зэрызэхуэзэр жаІэн ипэ, сыт зэгупсысын хуейр?
9 Фызэрызэхуэзэр зыжепІэ хъунур хэт? Ар фэращ зи унафэр. ЯпэщІыкІэ ар куэдым жефІэну фыхуеину къыщІэкІынкъым (Прит. 17:27, Гъэс.). Апхуэдэу фэ гулъытэ леймрэ упщІэ лейхэмрэ зыщыфхъумэфынущ. Ауэ ар зыми къевмыгъэщІэххэмэ, щэхуу фэ езы тІур фызэхуэзэн хуей хъунущ. Абы шынагъэ хэлъщ. Аращи, фэ фи Іуэхум зыгуэрым хищІыкІмэ нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ а цІыхум чэнджэщ къывитыфынущ е зыгуэркІи къывдэІэпыкъуфынущ (Прит. 15:22). Фызэрызэхуэзэр жепІэ хъунущ, псалъэм папщІэ фи Іыхьлы гуэрым, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ фи ныбжьэгъу гуэрым е зэхуэсым и нэхъыжьым.
10. Зэпсалъэ къуэшымрэ шыпхъумрэ сыт къадэІэпыкъунур щызэхуэзэкІэ къабзэу къэнэну? (Притчи 22:3).
10 ФыщызэхуэзэкІэ къабзагъэр дапхуэдэу зэрыфхъумэфынур? Фэ зэгъусэу зэман нэхъыбэ вгъэкІуэху, фи гурыщІэхэр нэхъ ин хъунущ икІи зым зыр фыдихьэхыу, нэхъ гъунэгъу фызэхуэхъуну фыхуей хъунущ. Къабзагъэр фхъумэну сыт фэ къывдэІэпыкъунур? (1 Кор. 6:18). Темэ къемызэгъхэм фытемыпсэлъыхь, фи закъуэу фыкъэмынэ, фадэми фыхуэсакъ (Еф. 5:3). А Іуэхугъуэхэм фыкъызэщІигъаплъэу къабзагъэр ффІэкІуэдынкІэ хъунущ. Иеговэ и жагъуэ фымыщІын икІи зым адрейм и пщІэр евмыудыхын щхьэкІэ сыт фщІэ хъунуми щІэх-щІэхыурэ фытепсэлъыхь. (Къеджэ Притчи 22:3.) Эфиопием щыщ Дави́трэ А́лмазрэ къадэІэпыкъуар жаІэж: «Дэ дыщызэхуэзэкІэ цІыху здэщыІэ щІыпІэхэм дыкІуэт, ди ныбжьэгъухэм даригъусэт, машинэми унэми ди закъуэу дыкъыщынэтэкъым. А псор дэ къыддэІэпыкъуащ къабзэу дыкъэнэну».
11. Къуэшымрэ шыпхъумрэ сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр, я гурыщІэхэр дапхуэдэу ягъэлъэгъуэнуми щызэгурыІуэкІэ?
11 Къуэшымрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэкІэ, псалъэм папщІэ, зэдэхащІэ, ІэплІэ зэхуащІ, я Іэхэр зэрыІыгъ хъуну? Нэхъ гъунэгъу фызэхуэхъумэ, ар къевгъэзэгъынкІэ хъунущ. Ауэ фымыбэлэрыгъ, армыхъумэ фи гурыщІэр къыфтекІуэу Іущагъ зыхэмылъ унафэ къэфщтэнкІэ хъунущ (Песня 1:2; 2:6). Абы нэмыщІ гурыщІэ зэрывгъэлъагъуэ щІыкІэр евгъэлеймэ, фымыщІапхъэ гуэр фщІэнкІэ хъунущ (Прит. 6:27, Гъэс.). Аращи, зэхуэзэн зэрыщІэвдзэу фи гурыщІэхэр зэрывгъэлъэгъуэну щІыкІэм теухуауэ Библием ит принципхэр зэпкърыфх (1 Фес. 4:3—7)c. ФызэупщІыж: «Ди зэхущытыкІэм адрейхэр имыгъэукІытэну пІэрэ? Дэ тІум язым гурыщІэ къемызэгъ диІэ мыхъуну пІэрэ?»
12. ЗэгурымыІуэныгъэ фи зэхуаку къыдыхьэмэ, сыт фызэгупсысын хуейр?
12 Фи зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэр дапхуэдэу зэрызэхэвгъэкІыр? Фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдыхьэм деж абы къикІыу пІэрэ афІэкІа фызэхуэзэн хуэмейуэ? Іэмал имыІэу щыткъым. Зэхуэзэхэр псори зыгуэркІэ зэтехуэкъым. Зым адрейм и гурыщІэм, и еплъыкІэм пщІэ хуэзыщІ цІыхуитІыращ нэчыхь быдэ зиІэр. Иджыпсту фи гугъуехьхэр зэрызэхэвгъэкІым къигъэлъэгъуэнущ унагъуэ фыхъуа иужьи абыхэм дапхуэдэу фыпэлъэщынуми. ФызэупщІыж: «УпщІэ къэхъейхэр пщІэ хэлъу, ди пІэм дыкъимыкІыу зэхэдгъэкІыфу пІэрэ? Ди щыуагъэр занщІэу жытІэу ар зэдгъэзэкІуэжрэ? Дэтчыхыфу дыщыт, „къысхуэгъэгъу“ жытІэрэ, дэ езыми дгъэгъуфрэ?» (Еф. 4:31, 32). Ауэ иджыпсту щыщІэдзауэ сыт щхьэкІи фызэдауэмэ, фызэрыша иужькІэ зыгуэрым зихъуэжыну фыщымыгугъ. АкъылкІэ фызэрызэтемыхуэр къывгурыІуамэ, фэ тІум дежкІи фызэпыкІыжмэ нэхъыфІщd.
13. Къуэшымрэ шыпхъумрэ сыт къадэІэпыкъунур, дапхуэдизрэ зэхуэзэн хуейми къагурыІуэну?
13 Дапхуэдиз зэман фызэрызэхуэзэн хуейр? УпІащІэмэ, уи щхьэм и зэран уекІыжынкІэ хъунущ (Прит. 21:5). Аращи, фІыуэ фызэрыцІыхуху фызэхуэзэмэ нэхъыфІщ. Іэмал имыІэу щыткъым а зэманыр кІыхьлІыхь пщІыну. Библием щыжыІащ: «ГугъапІэ жыжьэм гур ехуз» (Прит. 13:12, Гъэс.). Аращи, зэманыр нэхъыбэрэ зэгъусэу вгъэкІуэху хъуэпсэныгъэм упэщІэтыну нэхъ гугъу мэхъу (1 Кор. 7:9). «Иджыри дапхуэдизрэ дызэрызэхуэзэн хуейр?» — жыпІэу уемыгупсысу, а цІыхур нэхъыфІу зэгъэцІыху, унафэ тэмэм къэпщтэн щхьэкІэ.
ЗЭХУЭЗЭХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЩІЭГЪЭКЪУЭН ДАЗЭРЫХУЭХЪУФЫНУР?
14. Дэ псори зэхуэзэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
14 Дэ ди цІыхугъэ гуэрхэм зэхуэзэн щІадзамэ, сыткІэ абыхэм дадэІэпыкъуфыну? Псалъэм папщІэ, шэджагъуашхэ къедгъэблагъэ хъунущ е я гъусэу зыгъэпсэхуакІуэ дыкІуэ хъунущ (Рим 12:13). Ар абыхэм къадэІэпыкъунущ нэхъыфІу зэрыцІыхуну. Ахэр гъусэ яхуеинкІэ хъунущ, зыщІыпІэ щыкІуэкІэ е хуиту щызэпсэлъэфын щІыпІэ къыщыхахкІэ (Гал. 6:10). Алисиерэ Асвинрэ фІыщІэ ящІ апхуэдэ дэІэпыкъуэгъу зэрагъуэтам щхьэкІэ. Алисия игу къегъэкІыж: «Языныкъуэ дэлъху, шыпхъухэм я деж дыкърагъэблагъэт, дэ тІур дызэхуэзэн щхьэкІэ икІи абыхэм ди закъуэу дыкъагъанэтэкъым. Ар зыкІэ гуапэти!» Къуэшымрэ шыпхъумрэ я гъусэу зэманыр дгъэкІуэну дыкърагъэблэгъауэ щытмэ, дзыхь къызэрытхуащІар лъапІэу дывгъэлъытэ. Ахэр я закъуэу къэвмыгъанэ, ауэ я гущхьэми фытемыс, езыхэр хуиту зэпсэлъэфын щхьэкІэ (Флп. 2:4).
Зэпсалъэ къуэшымрэ шыпхъумрэ дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)
15. Зэхуэзэ къуэшымрэ шыпхъумрэ щхьэкІэ сыт дэ иджыри тщІэфынур? (Притчи 12:18).
15 Дэ иджыри зэхуэзэхэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуфынущ, жытІэм дыкІэлъыплъыжу щытмэ. Иныкъуэм деж абы къару ехьэлІэн хуейщ. (Къеджэ Притчи 12:18.) Псалъэм папщІэ, а зэхуэзитІым теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну уепІэщІэкІынкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэ Іэмалыр езы тІум ептыжмэ нэхъыфІщ. Дэ абыхэм къащта унафэм теухуауэ я щІыбагъкІэ дахуэпсалъэ хъунукъым (Прит. 20:19, Гъэс.; Рим 14:10; 1 Фес. 4:11). Абыхэм зэрышэну унафэ пыухыкІа къамыщтамэ, я Іуэхум теухуауэ упщІэ къемызэгъхэр епту ахэр умыгъэукІытэ. Ди шыпхъу Эли́зрэ и щхьэгъусэмрэ ягу къагъэкІыж: «ХьэгъуэлІыгъуэм теухуауэ дэ езым иджыри унафэ дымыщІахэм зыгуэр щыщІэупщІэм деж, дэ Іэнкун дыхъут».
16. Зэпсалъэу щыта къуэшымрэ шыпхъумрэ зэрызэпыкІыжам дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
16 Къуэшымрэ шыпхъумрэ зэхуэмызэжыну унафэ къащтэмэ-щэ? Дэ абыхэм я Іуэхум дыхэІэбэнукъым икІи зыми и лъэныкъуэ дыубыдынукъым (1 Пет. 4:15). Ди шыпхъу Лия жеІэж: «Сызыхуэзэу щыта ди дэлъхумрэ сэрэ дызэрызэпыкІыжам теухуауэ хъыбар куэд къекІуэкІащ. Ар сэ хуабжьу си жагъуэ хъут». Мы статьям зэрыщыжытІащи, къуэшымрэ шыпхъумрэ зэрызэхуэмызэжым къикІкъым зыгуэр къэхъуауэ. Абы къикІыр а тІум унагъуэ яухуэнрэ ямыухуэнрэ зэрызэхагъэкІаращ. Дапхуэдэу щымытми, а тІум зэрызэхуэмызэжыр къехьэлъэкІынущ икІи закъуэныгъэ зыхащІэнущ. Аращи, дэ дегупсысын хуейщ абыхэм щІэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуным (Прит. 17:17).
17. Къуэшымрэ шыпхъумрэ щызэхуэзэм деж, я къарур сыт зытрагъэкІуэдэн хуейр?
17 Зэрытлъэгъуащи, ущызэхуэзэм деж, гуфІэгъуи гугъуехьи уиІэщ. Дже́ссикэ къыддогуашэ: «Дэ фІыуэ дызэрыцІыхун щхьэкІэ лэжьыгъэшхуэ едгъэкІуэкІащ. Абы зэманышхуи къаруи текІуэдами, ар щхьэпэт». Иджыпсту фэ фызэхуэзэмэ, фІыуэ фызэрызэрыцІыхуным къарууэ фиІэр ефхьэлІэ. Ар фэ къывдэІэпыкъунущ унафэ тэмэм къэфщтэну.
49-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и гур гъэгуфІэ
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
b Узэгупсыс хъуну нэгъуэщІ упщІэхэр иджыри къыщыбгъуэтыфынущ «Ответы на твои вопросы» жыхуиІэ тхылъым и 2-нэ томым, 39—40 напэкІуэцІхэм.
c НэгъуэщІым и укІытапІэм уеІусэныр зинэ щІэным хохьэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэм теухуауэ правовой комитет ящІын хуей хъунущ. Бгъэм еІусэным, сексым теухуауэ телефонкІэ зэпсэлъэным, зэхуэтхэным теухуауэ иныкъуэхэм дежи правовой комитет щащІын щыхуей къохъу.
d 1999-нэ гъэм, августым и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.