21 СТАТЬЯР
107-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
Щхьэгъусэ пхуэхъунур дауэ къызэрыбгъуэт хъунур?
«ФызыфІыр дэнэ къипхын? Налкъутналмэсхэм ар йолъэпІэкІ» (ПРИТ. 31:10, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
ЦІыхум щхьэгъусэ къыщыхихкІэ Библием ит сыт хуэдэ принципхэр абы къыдэІэпыкъунуми икІи зэхуэсым щыщхэр унагъуэ зэзыгъэгъуэтыну хуей къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дэІэпыкъуфынуми.
1, 2. 1) Иеговэ и лэжьакІуэм дапхуэдэу къызэрищІэфынур зыгуэрым хуэзэну хуэхьэзыррэ хуэмыхьэзыррэ? 2) Зыгуэрым ухуэзэным къикІыр сыт? («Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэм феплъ.)
УНАГЪУЭ зэбгъэгъуэтыну ухуейт? Насыпыр абы емылъытами, къуэш, шыпхъу куэдыр — зи щІалэгъуэми, ныбжь нэхъ зиІэхэми — я гум дыхьэ цІыху щхьэгъусэу зрагъэгъуэтыну хуейщ. ДауикІ, зыгуэрым уепсэлъэн щІэбдзэн ипэ, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын икІи эмоциональнэ лъэныкъуэмкІэ ухуэхьэзыру, уи щхьэри ппІыжыфу ущытын хуейщ (1 Кор. 7:36)a. Апхуэдэм деж уэ уи унагъуэр насыпыфІэ хъуфынущ.
2 Ауэ щхьэгъусэфІ пхуэхъун цІыху къэбгъуэтыну Іуэху тыншу пхужыІэнкъым (Прит. 31:10. Гъэс.). Зыгуэр уигу ирихьауэ щытми, абы ухуэзэнуb узэрыхуейр жепІэну тыншкъым. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ щхьэгъусэфІ тхуэхъуныр дапхуэдэу къэдгъуэтыфынуми икІи абы депсэлъэн щІэддзэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ зэхуэсым щыщхэр унагъуэ зэзыгъэгъуэтыну хуей къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дэІэпыкъуфынуми.
ЩХЬЭГЪУСЭФІ КЪЭБГЪУЭТЫНУ СЫТ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУНУР?
3. Унагъуэ зэзыгъэгъуэтыну хуей цІыхур сытым егупсысын хуей?
3 Псом япэрауэ, уи щхьэгъусэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъыну ухуейми уэ езым зэхэбгъэкІын хуейщ. Ар зэхыумыгъэкІмэ, уэ щхьэгъусэфІ пхуэхъуным гу лъумытэнкІэ е пхуэмыкІуэ гуэрым уепсэлъэн щІэбдзэнкІэ хъунущ. ДауикІ, уэ узэплъын хуейр псым зыщІэзыгъэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэращ (1 Кор. 7:39). Ауэ абы къикІкъым абыхэм щыщ дэтхэнэ зыри уэ щхьэгъусэфІ пхуэхъуну. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Сыт хуэдэ мурадхэр сэ сиІэ? Си щхьэгъусэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъыну сыхуей? Си щхьэгъусэр зэрыщытыну сызэрыхуеймкІэ езмыгъэлейуэ пІэрэ?»
4. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я тхьэлъэІухэм сыт хагъэхьэр?
4 Уэ унагъуэ бухуэну ухуеймэ, абы теухуауэ Иеговэ уелъэІуу къыщІэкІынщ (Флп. 4:6). ДауикІ, Иеговэ укъигъэгугъакъым уэ щхьэгъусэ къыпхуигъуэтыну, ауэ абы и нэІэ къыптригъэтщ икІи уи гурыщІэхэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым. Абы къыхэкІкІэ ар а ІуэхумкІи къыбдэІэпыкъуфынущ. Аращи, уи гукъеуэхэмкІэ икІи узыхуейхэмкІэ адэкІи Иеговэ дэгуашэ (Пс. 62:8). Іущагърэ шыІэныгъэрэ къыуитыну абы елъэІу (Екъуб 1:5). США-м щыщ щхьэгъусэ зимыІэ ди къуэш Джонc и тхьэлъэІухэм сыт хигъэхьэми жеІэ: «Сэ си щхьэгъусэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъыну сыхуейми Иеговэ жызоІэ. Иджыри сэ солъэІу зыгуэр зэзгъэцІыхуну Іэмал сиІэну. Абы нэмыщІ сэ езыр щхьэгъусэфІ сыхъун щхьэкІэ сызыхуэныкъуэ хьэл-щэнхэр зыхэслъхьэну Иеговэ къыздэІэпыкъуну солъэІу». Шри-Ланка́ щыщ ди шыпхъу Таня жеІэ: «Сэ щхьэгъусэ схуэхъун иджыри къэзгъуэтакъым, ауэ абы сринэщхъейкъым. Сэ Иеговэ солъэІу хуэпэжу сыкъэнэну къыздэІэпыкъуну икІи фІым сыщыгугъыу гъащІэ насыпыфІэ есхьэкІыну». Уэ щхьэгъусэ пхуэхъун иджыпсту дыдэ къыумыгъуэтыфми, Иеговэ и нэІэ къыптригъэтынущ икІи и лъагъуныгъэмрэ и гулъытэмрэ сытым дежи зыхэпщІэнущ (Пс. 55:22).
5. Щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэр сытым и фІыгъэкІэ зэрыцІыхуфыну? (1 Коринф 15:58). (Сурэтми феплъ.)
5 «Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Іуэхум зэпымыууэ и ужь фит», — жиІэу Библием дыхуегъэуш. (Къеджэ 1 Коринф 15:58.) Иеговэ жыджэру ухуэлажьэмэ икІи къуэш, шыпхъу нэхъыбэм я гъусэу зэманыр бгъакІуэмэ, абы гуфІэгъуэ къызэрыпхуихьыным нэмыщІ, Алыхьым хуэпэж икІи унагъуэ зыухуэну хуей цІыху куэд къэпцІыхуну Іэмал уиІэнущ. Уэ Иеговэ бгъэгуфІэну узэрыхущІэкъум насыпыфІэ уищІынущ.
Иеговэ жыджэру ухуэлажьэмэ икІи абы и лэжьакІуэхэм зэман куэд ядэбгъакІуэмэ, уэр хуэдэу, щхьэгъусэ къэзылъыхъуэ цІыху ухуэзэфынущ (5-нэ абзацым феплъ.)
6. Унагъуэ зыухуэну хуей Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми сыт зыщигъэгъупщэн хуэмейр?
6 Щхьэгъусэ къэлъыхъуэным егъэлеяуэ иужь уимыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ухуэмысакъмэ, мыхьэнэ зиІэ Іуэхухэр ІэщІыб пщІынкІэ хъунущ (Флп. 1:10). Дэ ди насыпыр зэлъытар унагъуэ дызэриІэракъым, атІэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыращ (Мт. 5:3). Щхьэгъусэ зимыІэхэр нэхъ щхьэхуитщ (1 Кор. 7:32, 33). Ар уэ къэбгъэсэбэп хъунущ, Иеговэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ. США-м щыщ ди шыпхъу Дже́ссикэ илъэс 40-м нэблэгъауэ унагъуэ ихьащ. Абы жеІэ: «Сэ унагъуэ зэзгъэгъуэтыну сыхуейми, абы сыт щыгъуи си гур етауэ щыттэкъым. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру сызэрыхэтым къыхэкІкІэ, сэ сыт щыгъуи гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ зыхэсщІэт».
УМЫПІАЩІЭУ КІЭЛЪЫПЛЪ
7. Уигу ирихь цІыхум уи гурыщІэхэр хуэпІуэтэн ипэ укІэлъыплъыным Іущагъ щІыхэлъыр сыт? (Притчи 13:16).
7 Зыгуэр уигу ирихьауэ жытІэнщ. Сыт абы щыгъуэ пщІэнур? Библием щыжыІащ цІыху Іущым зыгуэр ищІэн ипэ, щІэныгъэ зэрызригъэгъуэтыр. (Къеджэ Притчи 13:16, Гъэс.) Аращи, уигу ирихь цІыхум уи гурыщІэхэр хуэпІуэтэн ипэ, абы укІэлъыплъыным Іущагъ хэлъщ. «Уи гурыщІэхэр мафІэм хуэдэу зэуэ къызэщІэнэу, апхуэдэ дыдэу зэуэ ужьыхыжыфынущ, — жеІэ Нидерланды щыщ А́свин. — Уи гурыщІэхэр зытумыгъакІуэмэ, щхьэгъусэфІ пхуэмыхъуфынум упІащІэу ухуэзэн щІэбдзэнукъым». ЦІыхум фІыуэ укІэлъыплъмэ, уэ къыбгурыІуэнущ ар щхьэгъусэ пхуэхъунрэ пхуэмыхъунрэ.
8. ЦІыхум теухуауэ дапхуэдэу нэхъыбэ къызэрыпщІэфынур? (Сурэтми феплъ.)
8 ЦІыхур нэхъыфІу къэпцІыхун щхьэкІэ ар зэІущІэм зэрыхэтым, и ныбжьэгъухэм зэрагъусэм кІэлъыплъ. Апхуэдэу абы и хьэлымрэ и фІэщхъуныгъэмрэ теухуауэ уэ нэхъыбэ къэпщІэнущ. Мы упщІэхэм егупсыс: «Хэт абы игъэныбжьэгъур? Сыт ар нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр? (Лк. 6:45). Ди мурадхэр зэтехуэрэ?» Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм е ар фІыуэ зыцІыху икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм абы теухуауэ уепсалъэ хъунущ (Прит. 20:18). Псалъэм папщІэ, абы и хьэл-щэнхэми зэхуэсым ар сыт хуэдэ цІыхуу къалъытэми ущІэупщІэ хъунущ (Руфь 2:11). Ауэ цІыхум ущыкІэлъыплъкІэ, абы и щхьэр йомыгъэужэгъу икІи ар Іэнкун зэрумыщІыным иужь ит. Абы и гурыщІэхэм пщІэ хуэщІ икІи зыщумыгъэгъупщэ и щхьэм и унафэ ищІыжыну зэрыхуитыр.
Уи гурыщІэр цІыхум жепІэн ипэ, и хьэл-щэнхэм кІэлъыплъ (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)
9. ЦІыхум уи гурыщІэхэр хуэпІуэтэн ипэ сыт зэхэбгъэкІын хуейр?
9 Уи гурыщІэхэм теухуауэ цІыхум дапщэщ щыжепІэн хуейр? УепІэщІэкІыу щытмэ, абы къыщыхъункІэ хъунущ шыІэныгъэ пхуримыкъуу (Прит. 29:20, Гъэс.). Ауэ гулъытэ лей зэрыхуэпщІар илъэгъуауэ, куэдыІуэрэ зыпІэжьэмэ, абы къыщыхъункІэ хъунущ уэ тегушхуэныгъэ пхуримыкъуу (Эккл. 11:4). Зыщумыгъэгъупщэ, Іуэхур абы зэрынэсам къикІкъым Іэмал имыІэу ар уэ щхьэгъусэ пщІын хуейуэ. Ауэ уэ шэч къытепхьэу щытын хуейкъым унагъуэ бухуэну узэрыхьэзырымкІэ икІи а цІыхур щхьэгъусэфІ зэрыпхуэхъуфынымкІэ.
10. Зыгуэрым игу урихьауэ, ауэ ар уэ езым уигу иримыхьмэ, сыт пщІэн хуейр?
10 Ауэ зыгуэрым игу узэрырихьым гу лъыптамэ-щэ? А цІыхур уигу иримыхьмэ, ар абы къыгурыгъаІуэ. НэгъуэщІым и гурыщІэхэм уриджэгуну икІи гугъэ нэпцІ ептыну гущІэгъуншэщ (1 Кор. 10:24; Еф. 4:25).
11. Зыгуэр и ныбжьэгъум е и благъэм щхьэкІэ щхьэгъусэ къыхуэдгъуэтыну къыдэлъэІуамэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
11 Языныкъуэ къэралхэм щыхабзэщ адэ-анэхэм я бынхэм щхьэгъусэ къыхуагъуэту. НэгъуэщІ къэралхэми зэщхьэгъусэ хъуфынухэр я благъэхэм е я ныбжьэгъухэм зэрагъэцІыху. Ауэ ахэр адэкІэ зэпсэлъэнми зэмыпсэлъэнми унафэ зыщІыр езы тІуращ. Зыгуэр и ныбжьэгъум е и благъэм щхьэкІэ щхьэгъусэ къыхуэдгъуэтыну къыдэлъэІуамэ, зэдгъэцІыхуну дызыхуеитІым ягу ирихьымрэ зыхуэныкъуэмрэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Къызыхуэплъыхъуэм зыгуэр хуэбгъэфэщамэ, абы и хьэл-щэнымрэ и фІэщхъуныгъэмрэ теухуауэ зэрыхъукІэ нэхъыбэ къэпщІэн хуейщ. Иеговэрэ а цІыхумрэ я зэхуакум дэлъ зэхущытыкІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ, абы иІэ увыпІэм, зригъэгъуэта щІэныгъэм икІи бгъэдэлъ мылъкум нэхърэ. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: унагъуэ яухуэнрэ ямыухуэнрэ пыухыкІауэ унафэ зыщІынур езы къуэшымрэ шыпхъумрэщ (Гал. 6:5).
ЗЭХУЭЗЭН ЩЫЩІЭВДЗЭМ ДЕЖ
12. Уигу ирихь цІыхум ухуэзэну узэрыхуейр дапхуэдэу зэрыжепІэнур?
12 НтІэ, уэ уигу ирихьам жепІэну ухуейщ абы ухуэзэну узэрыхуейр. Ар дауэ зэрыпщІ хъуныр?d Псалъэм папщІэ, цІыху здэщыІэ щІыпІэм фыщызэхуэзэ е телефонкІэ зызыпыфщІэ хъунущ. Абы щыгъуэ узыхуейр гурыІуэгъуэу жыІэ (1 Кор. 14:9). А цІыхум занщІэу жэуап къыуитыну мыхьэзырмэ, гупсысэну зэман ет (Прит. 15:28, Гъэс.). Ауэ ар къыпхуэзэну хуэмеймэ, унафэ ищІам пщІэ хуэщІ.
13. Зыгуэрым къыпхуиІэ гурыщІэхэр къыбжиІэмэ, сыт пщІэ хъунур? (Колоссэ 4:6).
13 Зыгуэрым къыпхуиІэ гурыщІэхэр къыбжиІэмэ, сыт пщІэ хъунур? ДауикІ, ар къыббгъэдыхьэн щхьэкІэ лІыгъэ зыхилъхьауэ къыщІэкІынщ. Аращи, пщІэ хэлъу, щабэу абы жэуап ет. (Къеджэ Колоссэ 4:6.) Угупсысэну зэман ухуеймэ, жыІэ, ауэ цІыхур куэдрэ зыпумыгъаплъэ (Прит. 13:12, Гъэс.). Ухуэзэну ухуэмеймэ, ар гурыІуэгъуэу, ауэ щабэу жыІэ. Австрием щыщ Ханс шыпхъу гуэрым игу зэрырихьыр къыщыжриІам щыгъуэ, ищІар жеІэж: «Сэ абы занщІэу, ауэ щабэу хьэуэ жесІащ. Сэ сыхуейтэкъым абы гугъапІэ нэпцІ естыну. ИужькІи унафэ сщІам сыхущІегъуэжауэ имыгугъэн щхьэкІэ сызэрыхущытым сыкІэлъыплът». Фызэхуэзэну мурад фщІымэ, адэкІэ фи Іуэхур къызэрекІуэкІыну щІыкІэм фытепсэлъыхь. Фызэрагъэсам, фызыщІапІыкІам е нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкІкІэ зэхуэзэным теухуауэ фи еплъыкІэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ.
ДЭ ПСОРИ ДАПХУЭДЭУ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ДЫЗЭРЫХЪУФЫНУР?
14. Унагъуэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу псалъэкІэ дазэрыдэІэпыкъуфынур?
14 Унагъуэ зыухуэну хуей къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дэ щІэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуфынур? Япэрауэ, дэ жытІэм дыкІэлъыплъыжын хуейщ (Еф. 4:29). ДызэупщІыж хъунущ: «Щхьэгъусэ зимыІэхэм гушыІэ къемызэгъкІэ я жагъуэ сымыщІу пІэрэ? Щхьэгъусэ зимыІэ къуэшрэ шыпхъурэ зэдэуэршэру слъагъумэ, абы зыгуэр къисхыу пІэрэ? А тІум яку зыри дэмылъми, семыгупсысу пІэрэ зым зыр игу ирихьу?» (1 Тим. 5:13). ЕтІуанэрауэ, щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэм къащыдгъэхъун хуейкъым унагъуэ зимыІэхэм зыгуэр я лажьэ хуэдэу икІи ахэр насыпыншэу. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Ханс къыддогуашэ: «Языныкъуэхэм къызжаІэ: „Зэ къэпшэну пІэрэ? Уэ уи ныбжьым куэд щІауэ унагъуэу утІысыжауэ щытын хуеящ“. Апхуэдэ псалъэхэр уи гум щІохьэ икІи къыпщохъу щхьэгъусэ уимыІэмэ, зыри уримыщІысу, псынщІэ-псынщІэу зыгуэр къэгъуэтын хуейуэ». Аращи, щхьэгъусэ зимыІэхэм я жагъуэ дымыщІу дащытхъумэ нэхъыфІщ! (1 Фес. 5:11).
15. 1) НэгъуэщІ зыгуэрым щхьэгъусэ къыщыхуэтлъыхъуэм деж сыт дызэгупсысын хуейр? (Рим 15:2). (Сурэтми феплъ.) 2) Мы видеом сытым дыхуригъасэрэ? (Сноскэм феплъ.)
15 Зы къуэш гуэррэ зы шыпхъу гуэррэ зэщхьэгъусэфІ хъуну къытщыхъумэ-щэ? Библием дыхуегъэуш адрейхэм я гурыщІэхэм дыхуэсакъыну. (Къеджэ Рим 15:2.) Языныкъуэхэр хуейкъым зыгуэр едгъэцІыхуну. Абыхэм къащта унафэм пщІэ хуэтщІын хуейщ (2 Фес. 3:11). Языныкъуэхэми уадэІэпыкъуами я жагъуэ хъунутэкъым. Ауэ цІыхур къомылъэІумэ, уи мыІуэху зумыхуэмэ нэхъыфІщ (Прит. 3:27)e. Языныкъуэхэри хуейщ зыри къыхэмыІэбэу езыр-езыру Іуэхур екІуэкІыну. Германием щыщ щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу Лидие жеІэ: «Зыбгъэпсэхуну гуп зэхуэпшэсу зэхуэбгъэфащитІри къебгъэблагъэ хъунущ. Абыхэм зэдэуэршэрыну Іэмал яІэнущ икІи адэкІэ ящІэнумкІэ езыхэр хуитыжщ».
Гупышхуэ щызэхуэсым деж щхьэгъусэ зимыІэ къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Іэмал яІэщ зэдэуэршэрыну, нэхъыфІу зэрыцІыхуну (15-нэ абзацым феплъ.)
16. Щхьэгъусэ зимыІэ Иеговэ и лэжьакІуэм сыт зыщигъэгъупщэн хуэмейр?
16 Щхьэгъусэ диІэми димыІэми, дэ гъащІэ насыпыфІэ етхьэкІыфынущ (Пс. 128:1). Аращи, уэ унагъуэ бухуэну ухуейуэ, ауэ зэкІэ уигу ирихьын умыгъуэтмэ, укъэмыувыІэу адэкІи Иеговэ хуэлажьэ. Мака́о щыщ ди шыпхъу Синь И жеІэ: «Щхьэгъусэ уиІэу жэнэтым узэрыщыпсэуну зэманым елъытауэ, мы дунейм щхьэгъусэншэу узэрыщыпсэуну зэманыр кІэщІ дыдэщ. Аращи, зэкІэ а зэман уиІэр лъапІэу лъытэ икІи Іущагъ хэлъу къэгъэсэбэп». Уигу ирихь гуэр къэбгъуэтауэ икІи фызэхуэзэн щІэвдзауэ щытмэ-щэ? КъыкІэлъыкІуэ статьям дытепсэлъыхьынущ а цІыхур пхуэкІуэрэ пхуэмыкІуэрэ къызэрыпщІэну щІыкІэм.
137-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэпэж цІыхубзхэр
a Унагъуэ бухуэну ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ къыбгурыІуэн щхьэкІэ «Свидания. Часть 1. Готов ли я с кем-то встречаться?» жыхуиІэ статьяр къыбдэІэпыкъунущ. Ар jw.org сайтым «Вопросы молодёжи» жыхуиІэ разделым къыщыбгъуэтыфынущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы статьями къыкІэлъыкІуэ статьями зэхуэзэн жыхуиІэ псалъэ къэдгъэсэбэпым къокІ цІыхубзымрэ цІыхухъумрэ фІыуэ зэрыцІыхун икІи зэщхьэгъусэфІ хъунрэ мыхъунрэ щызэхагъэкІ зэман жиІэу. А зэманым цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ я гурыщІэхэр зэхуаІуатэ, нэхъыфІу зэроцІыху икІи зэрышэнрэ зэрымышэнрэ зэхагъэкІ.
c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
d Языныкъуэ лъэпкъхэм «дызэхуэгъазэ» жызыІэр цІыхухъуращ, ауэ цІыхубзми ар жиІэ хъунущ (Руфь 3:1—13). Абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ 2004-нэ гъэм къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Вопросы молодёжи: Как мне рассказать ему о своих чувствах?» жыхуиІэ статьям.
e «ЕхъулІэныгъэ яІэу фІэщхъуныгъэм щІобэн — Щхьэгъусэ зимыІэхэр» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.