ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Апрель н. 26—31
  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр вгъэбыдэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр вгъэбыдэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИГЪАЩІЭ ПСОКІЭ УИІЭНУ НЫБЖЬЭГЪУ КЪЫЗЭРЫХЭПХЫНУР
  • ЗЭГЪУСЭУ ЗЭМАНЫР ВГЪАКІУЭ
  • ГУГЪУЕХЬ ФЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ, ФИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ФХЪУМЭ
  • Щхьэгъусэ пхуэхъунур дауэ къызэрыбгъуэт хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Нэчыхьыр — Алыхьым и тыгъэщ
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • ХьэгъуэлІыгъуэ нэужьым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Унагъуэхэр насыпыфІэ хъуну Алыхьым и чэнджэщхэр къадоІэпыкъу
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Апрель н. 26—31

2026 ГЪЭ, ИЮНЫМ И 29 — ИЮЛЫМ И 5

131 УЭРЭДЫР «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр»

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр вгъэбыдэ

«ЩыІэщ ныбжьэгъу, къуэшым нэхърэ нэхъыфІу укъилъагъуу» (ПРИТ. 18:24).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэмрэ абыхэм Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэмрэ я нэчыхьыр насыпыфІэ зэрищІым.

1. НыбжьэгъуфІхэр Иеговэ къыдита тыгъэу щыту сыт жыпІэ щІэхъунур?

НЫБЖЬЭГЪУФІХЭР — Иеговэ и тыгъэщ (Екъуб 1:17). Абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъу, дэри фІыуэ дыкъалъагъу. Ныбжьэгъухэм ди гуфІэгъуэр къыддаІыгъ, дыщынэщхъейм деж дагъэгушхуэ икІи дыщыхуэныкъуэм деж чэнджэщ къыдат. Ахэр къытхуэпэжщ икІи абыхэм ущыгугъ хъунущ. Апхуэдэ ныбжьэгъухэр дызэриІэм пэж дыдэу ди гур егъэгуфІэ! (Прит. 27:9).

2. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр ягъэбыдэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Маттэ 19:6).

2 Зэщхьэгъусэхэр зэныбжьэгъуфІу щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэ ныбжьэгъугъэр езыр-езыру къэхъукъым. Зэщхьэгъусэхэм а ныбжьэгъугъэр Іэпэдэгъэлэл ящІмэ, зэман куэд дэмыкІыу закъуэныгъэ зыхащІэнущ, насыпыншэу зыкъалъытэнущ, уеблэмэ, зыр зым хуэгубжьынущ. Ауэ абыхэм зыр адрейм нэхъ гъунэгъу зэрыхуэхъуным адэкІи къару ирахьэлІэмэ, я зэхуаку зыми хуэмыдэ ныбжьэгъугъэ дэлъынущ. (Къеджэ Маттэ 19:6.) Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ зэщхьэгъусэхэм я ныбжьэгъугъэр дапхуэдэу ягъэбыдэ хъунуми. Ауэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ унагъуэ зыухуэну хуей къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэ яхуэхъун щхьэгъусэ дапхуэдэу къыхахыфынуми.

ИГЪАЩІЭ ПСОКІЭ УИІЭНУ НЫБЖЬЭГЪУ КЪЫЗЭРЫХЭПХЫНУР

3, 4. ЦІыхум щхьэгъусэфІ къыхихыну сыт къыдэІэпыкъунур? (Притчи 18:22, Гъэс.).

3 Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ гуэр къэпщтэн ипэ, Іуэхум и лъэныкъуэ псори зэпэпшэчын икІи абы къыпэкІуэнум уегупсысын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а унафэм уи гъащІэр е фІыкІэ е ІейкІэ ихъуэжыфынущ.

4 Щхьэгъусэ къыщыхэпхкІэ, игъащІэкІэ уиІэну ныбжьэгъу къыхыбох. А унафэр псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ унафэхэм ящыщ зыщ. Нэчыхьыр Иеговэ щиухуакІэ, ар чэнджэщэгъу тщІыным акъыл хэлъщ. Иеговэ хуейщ цІыхухъуми цІыхубзми щхьэгъусэфІ яхуэхъун къагъуэтыну. Дэ ди дежкІэ сытыр нэхъыфІми абы ещІэ (къеджэ Притчи 18:22, Гъэсэпэтхыдэхэр; Ис. 48:17, 18). Аращи, Алыхьым и Псалъэм ит принципхэр щхьэгъусэфІ къэдгъуэтыну къыддэІэпыкъунущ.

5. Щхьэгъусэ пхуэхъуныр Иеговэ и лэжьакІуэу щытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

5 Дэ псым зыщІэдгъэуа иужь, Алыхьым и ныбжьэгъу дохъу (Пс. 25:14). Аращи, унагъуэ быухуэну ухуеймэ, щхьэгъусэу къыхэпхын хуейр Иеговэ и ныбжьэгъуу щыт цІыхуращ (1 Кор. 7:39). Апхуэдэу уэ къэбгъэлъэгъуэнущ Алыхьым и хабзэхэм пщІэ зэрыхуэпщІыр икІи уи щхьэгъусэр абы и тыгъэу къэплъытэфынущ (Прит. 19:14). Иджыри «фІэщхъуныгъэ зимыІэхэм гъусэ яхуэхъуу зы бжьым дэщІэувэхэм» яІэ гугъуехьхэм уэ зыщыпхъумэфынущ (2 Кор. 6:14). Зэхуэсым уигу ирихь зэрыщомыгъуэтым щхьэкІэ, Иеговэ хуэмылажьэ цІыхум уепсэлъэн щІэбдзэным икІи зэман дэкІмэ, ар абы и лэжьакІуэ хъуну ущыгугъыным, дауикІ, Іущагъ хэлъкъым.

6, 7. ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ щызэпсалъэкІэ сыт хуэдэ упщІэхэм егупсысын хуей?

6 ДауикІ, псым зыщІэзыгъэуа дэтхэнэ зыри уэ щхьэгъусэфІ пхуэхъунукъым. Уэ зыгуэр уигу ирихьамэ, уи щхьэр къомыгъэпцІэжу, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап етa: «Ар и унагъуэм щыщхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? Ар нэгъуэщІхэм пщІэрэ гулъытэрэ хэлъу яхущыт? Хэт абы и ныбжьэгъухэр? Псалъэмакъ гуэр къыщыхъейм деж, дапхуэдэу абы зэрызищІыр? Абы сыт щыгъуи зыхуейр кІуэцІригъэкІыну хэт хьэмэрэ Іуэхур Библием ит принципхэм пэщІэмыувэмэ, дичыхыну хьэзыр? Дапхуэдэу ар ахъшэм зэрыхущытыр?»

7 Иджыри мыпхуэдэ упщІэхэм егупсыс: «Абы Иеговэ фІыуэ илъагъурэ икІи и хьэл-щэнхэм щапхъэ трихыну хущІэкъурэ? Ар щхьэгъусэ схуэхъумэ, Иеговэ нэхъыбэ хуэсщІэну къыздэІэпыкъуну? Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІауэ диІэ мурадхэр зэтехуэрэ? Абырэ сэрэ ныбжьэгъуфІ дызыхуэхъуфыну?» (Кол. 3:9, 10). Уэ ушыпхъуу щытмэ, егупсыс, узэпсалъэ дэлъхур уи ныбжьэгъу хъуным нэмыщІ, унагъуэм и нэхъыжьым и къалэнхэр фІыуэ игъэзэщІэфыну? (1 Кор. 11:3). Уэ укъуэшу щытмэ, егупсыс, узэпсалъэ шыпхъур уи ныкъусанхэм емылъытауэ, пщІэ хэлъу уи унафэм щІэтыфыну? Мы упщІэхэм жэуап ептын щхьэкІэ зэман ухуейщ. Аращи, фыщызэпсалъэм деж, фымыпІащІэу, зыр зым нэхъыфІу къызэрыфцІыхуным фыхущІэкъу.

8, 9. Щхьэгъусэ къыщыхэпхкІэ, Іущагъ зыхэлъ унафэ къэпщтэну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

8 Іущагъ зыхэлъ унафэ къэпщтэн щхьэкІэ, фыщызэпсалъэм деж, цІыхур зэрыщыт дыдэр къэпщІэну хущІэкъу. Абы теухуауэ нэгъуэщІхэм еупщІи, фІыуэ хэлъри и ныкъусанхэри къащІэ. Псалъэм папщІэ, ар Іэдэбагъ, щабагъ икІи зэхэщІыкІ зыхэлъ цІыхуу яцІыхурэ? «Французская Гвиана» жыхуаІэм щыпсэу Са́рэ ди къуэш Данье́ль дэкІуэн ипэ, ищІам теухуауэ къыддогуашэ: «Даньель сыт хуэдэ цІыхуу яцІыхуми нэгъуэщІхэм сыщІэупщІащ. Сэ сепсэлъащ ар пионеру зыдэлэжьа икІи и гъусэу псэуа дэлъхум, ари сэри дыкъэзыцІыху ди ныбжьэгъухэм, абы и зэхуэсым щыщ шыпхъухэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьымрэ». Иджыри узэпсалъэ цІыхум щабэу уеупщІ хъунущ абы иджыпсту ирихьэкІ е япэм ирихьэкІа гъащІэм теухуауэ зыгуэр пщІэн хуейрэ хуэмейрэ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ иджыпсту къомыщІэмэ, унагъуэ фыхъуа иужь, гугъуехьышхуэхэм фыпэщІэхуэфынущ.

9 Узэпсалъэ цІыхур щхьэгъусэфІ зэрыпхуэхъуным шэч къытепхьэрэ? Е Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм абы и хьэл-щэн Іейхэм теухуауэ ухуэсакъыну къыбжаІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, а Іуэхур гулъытэншэу къомыгъанэ. Ар къыбдэІэпыкъунущ адэкІи а цІыхум уепсэлъэнрэ уемыпсэлъэнрэ къыбгурыІуэнуb. Иджы унагъуэ зыухуахэм дытепсэлъыхьынщ.

Зэхуэзэ къуэшымрэ шыпхъумрэ хьэщІапІэ щыІэу, гуапэу зопсалъэ.

Фыщызэпсалъэм деж, цІыхур зэрыщыт дыдэр къэпщІэну хущІэкъу (8, 9 абзацхэм феплъ.)


ЗЭГЪУСЭУ ЗЭМАНЫР ВГЪАКІУЭ

10. Зэщхьэгъусэхэм гулъытэ зыхуащІыным икІи зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

10 Зэщхьэгъусэхэм дапхуэдиз Іуэху ямыІами, зыр зым гулъытэ хуащІмэ, я нэчыхьымрэ я ныбжьэгъугъэмрэ нэхъ быдэ ящІынущ. Апхуэдэу абыхэм махуэм и кІуэцІым къащыщІам тепсэлъыхьыфынущ, я гупсысэхэмрэ я гурыщІэхэмрэ теухуауэ зэдэгуэшэфынущ, я лъагъуныгъэр ягъэлъэгъуэфынущ е зэманыр гуапэу ягъэкІуэфынущ.

11. Зэщхьэгъусэхэм я ныбжьэгъугъэм сыт зэран хуэхъуфынур?

11 Ныбжьэгъугъэ быдэ зи зэхуаку дэлъ зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэну ягу ирохь. ДауикІ, ахэр зэпымыууэ зэгъусэу щытыфынукъым, ауэ зэщхьэгъусэхэр зэман куэдкІэ зэпэІэщІэу щытмэ, абы шынагъэ пылъщ. Псалъэм папщІэ, зэщхьэгъусэхэм щыщ зыр лэжьапІэ ІуэхукІэ нэгъуэщІ къэралым кІуэуэ щытмэ, ар и унагъуэм пэжыжьэу зэман куэдкІэ псэун хуей хъунущ. Абыхэм зыхуэныкъуэ ахъшэ къалэжьынкІэ хъунущ, ауэ зэщхьэгъусэхэр зэман куэдкІэ зэпэІэщІэу зэрыпсэуныр я нэчыхьым хуабжьу зэран хуэхъунущ.

12, 13. 1) Языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэн щхьэкІэ, сыт ящІэр? (Сурэтми феплъ.) 2) Уэ щхьэгъусэ уиІэмэ, уи гъащІэм псом нэхъапэу щытын хуейр хэт? («Уи щхьэгъусэм уи гъащІэм сыт хуэдэ увыпІэ щиІыгъын хуейр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

12 Языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу зэманыр ягъэкІуэн щхьэкІэ, сыт ящІэми деплъынщ. Гуам хытІыгум щыщ Ли́а жеІэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ дигу ирохь Іуэху зэмылІэужьыгъуэхэр зэгъусэу тщІэну. Дызэмыгъусэу хьэщІапІэ е ди нэгу зедгъэужьыну дыщыкІуэр закъуэтІакъуэщ». США-м щыщ ди шыпхъу Рокса́нн къыддогуашэ: «Дэ дэтхэнэ зыми Іуэху куэд дызэриІэм къыхэкІкІэ, зэгъусэу зэманыр щыдгъэкІуэфынур тыдоухуэ». (Евгъапщэ Амос 3:3.) Францием щыщ ди къуэш Дамье́н къыхегъэщ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ щхьэж езым дигу ирихь Іуэху гуэрхэр диІэщ, ауэ зым игу ирихьыр адрейми и фІэфІу щытыну дэ зедгъэсащ» (Мт. 7:12, ДЩІ). США-м щыщ ди шыпхъу Кэ́ти къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж дэ ди телефонхэр Іудох, зэгъусэу зэманыр дгъэкІуэну зыри зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ».

13 А псом нэмыщІ Алыхьым гъунэгъу фыхуэзыщІ Іуэхухэм зэгъусэу фыхэт. Францием щыщ ди шыпхъу Мириа́н жеІэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ пщэдджыжь къэс Библием доджэ икІи дигу ирихьа гупсысэхэр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфыным теухуауэ дытопсэлъыхь. Апхуэдэу зэманыр зэрыдгъакІуэр си дежкІэ лъапІэщ». Абы адэкІэ пещэ: «Иджыри зэгъусэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр сигу ирохь, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэхэм деж си щхьэгъусэм Иеговэ фІыщэу зэрилъагъур си нэкІэ солъагъу». ИпэкІэ зи гугъу тщІа Кэти къыддогуашэ: «Дэ псом нэхъ дигу ирихьыр зэгъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуныращ. Абы щыгъуэ дэ зэхыдох дэтхэнэ зыми фІэщхъуныгъэ иІэу пэжым зэрытепсэлъыхьыр. Абы нэмыщІ дэ зыр адрейм и деж зыгуэрым зыхудогъасэ икІи а псом дэ хуабжьу дегъэгушхуэ» (Прит. 27:17).

Ипэ сурэтым ита къуэшымрэ шыпхъумрэ иджы унагъуэ хъуащ — ахэр мэзым щыІэу, зэгъусэу зэманыр гуапэу ягъакІуэ; я щІыбагъымкІэ палаткэ къыдэтщ.

Зэпымыууэ зэгъусэу зэманыр вгъакІуэ. Ар къывдэІэпыкъунущ зэныбжьэгъуфІу фыщытыну, фи унагъуэри нэхъ быдэ фщІыну (12, 13 абзацхэм феплъ.)


Уи щхьэгъусэм уи гъащІэм сыт хуэдэ увыпІэ щиІыгъын хуейр?

Дэ дэтхэнэ зыми фІыуэ тлъагъу цІыхухэр диІэщ. Ауэ псом нэхъапэу ди гъащІэм щытын хуейр хэт? (Флп. 1:10).

  1. 1. Иеговэ. Алыхьым худиІэ ныбжьэгъугъэр ди дежкІэ псом нэхъ лъапІэщ (Мт. 6:33, ДЩІ; Мк. 12:30). Ди щхьэгъусэм щхьэкІэ дэ зэи Иеговэ депцІыжынукъым (Апост. 5:29; евгъапщэ ЩІэдзапІэ 2:16, 17; 3:6).

  2. 2. Щхьэгъусэр. Зэщхьэгъусэхэр — «тІури зыпкъщ». Аращи, дэтхэнэ зыри и щхьэм зэрыхущытым хуэдэу и щхьэгъусэм хущытын хуейщ (ЩІэдз. 2:24; Еф. 5:28, 29, 33).

  3. 3. НэгъуэщІ цІыхухэмрэ ди къалэнхэмрэ. Дэ дыхуейщ ди адэ-анэхэм, Іыхьлыхэм, къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуну икІи Алыхьым и организацэм щыдиІэ къалэнхэр дгъэзэщІэну. Ауэ Иеговэ къыщынэмыщІа ди щхьэгъусэр насыпыфІэ зэрытщІыным нэхърэ нэхъапэ ди дежкІэ зыри щыІэн хуейкъым (1 Тим. 5:8).

ГУГЪУЕХЬ ФЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ, ФИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ФХЪУМЭ

14, 15. Зэщхьэгъусэхэр унагъуэм къихьэ зэгурымыІуэныгъэхэм пэлъэщын щхьэкІэ, къару щІрахьэлІэн хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.

14 Зэщхьэгъусэхэр гуэныхьлыуэ зэрыщытым къыхэкІкІэ, Іэмал имыІэу гугъуехь гуэрхэм пэщІэхуэнущ. Библиеми къыхегъэщ унагъуэ зыухуэхэм япэм ямыІа гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэнур (1 Кор. 7:28). Зэщхьэгъусэхэм къару ирахьэлІэн хуейщ ахэр зэныбжьэгъуу къэнэн икІи зэгъусэу гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

15 Щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт унэшхуэ дахэ гуэрым е хьэпшып лъапІэ гуэрым зыгуэр къыщыщІауэ. Ар зызейм ахэр зыхуей хуигъэзэжын щхьэкІэ, и къаруми, и зэманми, и ахъшэми щысхьыну къыщІэкІынкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а унэр е а хьэпшыпыр абы и дежкІэ псом хуэмыдэу лъапІэу щытщ. Апхуэдэ дыдэу дэтхэнэ зы нэчыхьри лъапІэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэныбжьэгъуфІ дыдэу щыт зэщхьэгъусэхэри зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэм щыхъумауэ щыткъым. Ауэ унэр е хьэпшып гуэрыр зэрыпщІыжыфыным хуэдэу, зэгурымыІуэныгъэ зиІэ зэщхьэгъусэхэми япэм яІа зэхущытыкІэр зэтрагъэувэжыфынущ. А Іуэхугъуэм зэмани, къару куэди ихьыну къыщІэкІынщ. Ауэ зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр нэхъ быдэ ящІын икІи зэгъусэу къэнэн щхьэкІэ, яхузэфІэкІыу хъуар щащІэм деж, Иеговэ мэгуфІэ (Мал. 2:16). Апхуэдэу абыхэм къагъэлъагъуэ я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыр, унагъуэ зыухуа Иегови пщІэ зэрыхуащІыр.

16. 1 Коринф 13:4—8 и япэ Іыхьэм нэс зэритымкІэ, зи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьа зэщхьэгъусэхэм сыт къадэІэпыкъунур? (Сурэтым икІи «Фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІыну сыт къывдэІэпыкъунур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

16 Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьамэ, фызыбгъэдэкІыжыну фымыпІащІэ (1 Кор. 7:10, 11). Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Дапхуэдэу ди зэхущытыкІэр зэрызгъэбыдэфынур?» Абы иужькІэ лъагъуныгъэм теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэм къеджи егупсыс 1 Коринф 13:4—8 и япэ Іыхьэм нэс зи гугъу ищІ хьэл-щэнхэр дапхуэдэу уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыфынуми (къеджэ). Уи щхьэгъусэм узэрыбгъэдэкІыжын Іэмал къомылъыхъуэу, абы и гум узэрылъэІэсын Іэмал къэлъыхъуэ. Уи щхьэгъусэм зэрызихъуэжын хуейм уемыгупсысу, фи зэхущытыкІэр зэтебгъэувэжын щхьэкІэ, уэ пщІэ хъунум уи акъылыр теухуэ. Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу икІи нэчыхьым теухуауэ ди видеохэм феплъ, ди тхыгъэхэми итыр зэпкърыфх. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэмрэ зыдэвгъэІэпыкъу. Библием щыжыІащ нэчыхьыр «щыуэ зэгуэлъу ІуэнтІа кІапсэм» ещхьу зэрыщытыр. Ещанэу икІи нэхъ кІапсэ быдэу щытыр Иеговэщ. Аращи, абы жиІэм фытетмэ, фи нэчыхьыр быдэу щытынущ (Эккл. 4:12).

Ипэ сурэтым хэта зэщхьэгъусэхэр унэм щІэсщ. ЦІыхубзым гъыурэ и гурыщІэхэр жеІэ, цІыхухъум и Іэр абы и дамэм телъу жиІэм фІыуэ йодаІуэ. Абыхэм я пащхьэ Библие зэІухамрэ «Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ» жыхуиІэ брошюрэмрэ стІолым телъщ.

Гугъуехьхэм фи унагъуэр зэтрамыкъутэн щхьэкІэ, фхузэфІэкІыу хъуар фщІэ (16 абзацым феплъ.)


Фи зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІыну сыт къывдэІэпыкъунур?

Зэщхьэгъусэхэм я зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ящІын е ар зэтекъутамэ, зэтрагъэувэжыну къадэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ и организацэм куэд къыдегъэкІ. Псалъэм папщІэ, къыкІэлъыкІуэ материалхэм ит чэнджэщхэр къэвгъэсэбэп хъунущ:

  • «Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ» жыхуиІэ брошюрэр;

  • «Унагъуэм илъ насыпыр зэлъытар» жыхуиІэ рубрикэм щыщ видеохэр;

  • «Помощь семье» жыхуиІэ статья гупыр;

  • jw.org сайтым ит «Брак и семья» жыхуиІэ Іыхьэр.

17. Унагъуэ зиІэхэмрэ ар зыухуэну хуейхэмрэ дапхуэдэу насыпыфІэу зэрыщытыфынур?

17 Иеговэ хуейщ дэтхэнэ зы и лэжьакІуэри насыпыфІэу щытыну, унагъуэ зиІэхэри, ар зыухуэну хуейхэри абы хэту. Уэ удэкІуэну е къэпшэну ухуеймэ, а Іуэхум фІыуэ егупсыс, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щхьэгъусэ пхуэхъунур игъащІэ псокІэ уи ныбжьэгъуу щытынущ. Ауэ уэ унагъуэ уиІэу щытмэ, фи зэныбжьэгъугъэр адэкІи зэрыбгъэбыдэным хущІэкъу. Фи унагъуэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм фыпэлъэщын щхьэкІэ къару ефхьэлІэ икІи Иеговэ зыдэвгъэІэпыкъу. Апхуэдэу фщІэмэ, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэфхыу фыпсэуфынущ (Эккл. 9:9).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Къуэшым е шыпхъум игъащІэ псокІэ ныбжьэгъуфІ хуэхъун щхьэгъусэ къыхихыну сыт къыдэІэпыкъунур?

  • Зэщхьэгъусэхэм я зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэну сыт къадэІэпыкъунур?

  • Зи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьа зэщхьэгъусэхэм зэныбжьэгъуфІу къэнэну сыт къадэІэпыкъунур?

132 УЭРЭДЫР Иджы зыпкъ дыхъуащ

a Мы упщІэхэр цІыхухъухэми цІыхубзхэми хуэхьащ.

b НэхъыфІу фызэрыцІыхун щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну чэнджэщ нэхъыбэ къыщывгъуэтыфынущ 2024 гъэм, майм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн щхьэкІэ, зэхуэзэхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?» жыхуиІэ статьям («ФІыуэ фызэрыцІыху» жыхуиІэ псалъащхьэр).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын