ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w23 Ноябрь н. 2—7
  • Иеговэ псалъэ быдэ къыдет: «ЩІылъэр жэнэт хъужынущ!»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ псалъэ быдэ къыдет: «ЩІылъэр жэнэт хъужынущ!»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪЭР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ ПСАЛЪЭ БЫДЭ КЪЫДЕТ
  • «МИС, ІУЭХУ ПСОРИ ЩІЭУЭ СОЛЭЖЬ»
  • «МЫХЭР УЗЫЩЫГУГЪ ХЪУН ПСАЛЪЭ ЩЫПКЪЭЩ». «ІУЭХУР ЗЭФІЭКІАЩ»
  • «АЛФЭРИ ОМЕГЭРИ... СЭРАЩ»
  • ИЕГОВЭ НЭХЪЫБЭУ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • «Жэнэтым дыщызэхуэзэжынщ!»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
w23 Ноябрь н. 2—7

46 СТАТЬЯР

Иеговэ псалъэ быдэ къыдет: «ЩІылъэр жэнэт хъужынущ!»

«ЩІылъэм тетхэм щыщу фІы хуэзэну хуей дэтхэнэ зыми пэжым и Алыхьым и нэфІ къыщыхуэнущ» (ИС. 65:16).

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Сыт хуэдэ гупсысэ бегъымбар Ешайя израил цІыхухэм къагуригъэІуэну зыхуеяр?

БЕГЪЫМБАР Ешайя Иеговэ щхьэкІэ «пэжым и Алыхь» жиІащ. «Пэж» жаІэу зэрадзэкІа псалъэм къикІыр «Іэмин», е нэгъуэщІу жыпІэмэ «апхуэдэу кърехъу», жиІэу аращ (Ис. 65:16). Библием щІэх-щІэхыурэ «Іэмин» псалъэр къегъэсэбэп, Иеговэрэ Хьисэрэ я псалъэр сыт щыгъуи зэрагъэзащІэм щыхьэт техъуэн щхьэкІэ. Сыт хуэдэ гупсысэ Ешайя израил цІыхухэм къагуригъэІуэну зыхуеяр? Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэпщІ хъунущ. Абы сыт щыгъуи жиІар егъэзащІэ.

2. Иеговэ дзыхь щІыхуэтщІын сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ икІи сыт хуэдэ упщІэхэр адэкІэ зэпкърытхыну?

2 Иеговэ жиІа псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ диІэ? Ешайя и тхылъыр итха иужь, илъэс 800 хуэдиз дэкІауэ апостол Паул къыдгуригъэІуащ Алыхьым и псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІ хъунур. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Алыхьым пцІы иупсынкІэ зы Іэмали щыІэкъым» (Евр. 6:18, ДЩІ). Псынэм псынэпс къабзи псы шыугъи зэуэ къызэрыщІэмыжым хуэдэу, пэжым и Алыхь Иеговэ пцІы иупскъым. Абы къокІ Иеговэ жиІэу хъуам дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур. Мы статьям дэ мыпхуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: Иеговэ сыт хуэдэ гъащІэ дыкъызэригъэгугъэр? Абы жиІэр ди фІэщ тщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪЭР СЫТ?

3. 1) Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ пророчествэ ягу ирихьыр? (Апокалипсис 21:3, 4). 2) Языныкъуэ цІыхухэм а пророчествэм ит псалъэхэр дапхуэдэу къазэрыщыхъур?

3 Иеговэ и лэжьакІуэ псоми ягу ирихь зы пророчествэ иджыпсту зэпкърытхынщ. (Къеджэ Апокалипсис 21:3, 4.) Иеговэ дыкъегъэгугъэ «лІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри» щыщымыІэжыну зэман къызэрыкІуэнумкІэ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ мы псалъэхэм щІэх-щІэхыурэ цІыхухэм дакъыхуоджэ. Ауэ а псалъэхэр дапхуэдэу цІыхухэм къазэрыщыхъур? Языныкъуэхэм ар таурыхъым ещхьу жаІэ.

4. 1) Ди зэманым теухуауэ сытыт Иеговэ ищІэр? 2) Гугъэм нэмыщІ, сыт иджыри Иеговэ къыдитар?

4 ДауикІ, Иеговэ ипэ къихуэу ищІэт дэ Апокалипсис тхылъым ит псалъэхэм цІыхухэм дакъызэрыхуеджэнур икІи куэдым я дежкІэ ахэр фІэщхъугъуейуэ зэрыщытынур (Ис. 42:9; 60:2; 2 Кор. 4:3, 4). НтІэ, Апокалипсис 21:3, 4 ит псалъэхэр къызэрыхъунур адрей цІыхухэм я фІэщ ящІыну дауэ дазэрыдэІэпыкъуфынур? Дэри диІэ фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ зырытщІыфынур? Дэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэхэр диІэщ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ахэр?

ИЕГОВЭ ПСАЛЪЭ БЫДЭ КЪЫДЕТ

5. Иеговэ дзыхь щІыхуэтщІ хъуну щхьэусыгъуэхэр сыт хуэдэ едзыгъуэхэра здитыр?

5 Иеговэ жэнэтым теухуауэ жиІа псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэхэр Апокалипсис 21:5, 6 итщ. Абы дыкъыщоджэ: «Тахътэм тесым жиІащ итІанэ: — Мис, Іуэху псори щІэуэ солэжь. — Мыхэр тхы, — къыпищащ итІанэ, — мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи. — Іуэхур зэфІэкІащ, — къызжиІащ итІанэ. — Алфэри Омегэри, ублапІэри ухыпІэри сэращ».

6. Алыхьым дыкъызэригъэгугъэм дзыхь хуэтщІыну Апокалипсис 21:5, 6 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

6 Библием щыщ мы едзыгъуэхэр къыддоІэпыкъу Алыхьым дыкъызэригъэгугъэр ди фІэщ тщІыну. А едзыгъуэхэм теухуауэ «Апогей Откровения» жыхуиІэ тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Иеговэ къыхуэпэж цІыхухэм фІыгъуэ яхуищІэнум теухуауэ зэрыт документым Іэ щІидзыж хуэдэщ»b. Апокалипсис 21:3, 4 едзыгъуэхэм Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр итщ. КъыкІэлъыкІуэ едзыгъуитІымкІэ абы Іэ щІидзыжу жыпІэ хъунущ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и псалъэхэм нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІ зэрыхъунур. Иджыпсту 5, 6-нэ едзыгъуэхэр нэхъ куууэ зэпкърытхынщи, мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм гу лъыттэнщ.

7. Етхуанэ едзыгъуэм и щІэдзапІэр сыткІэ гъэщІэгъуэн?

7 Етхуанэ едзыгъуэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Тахътэм тесым жиІащ» (Апок. 21:5). Езы Иеговэ къэпсэлъауэ Апокалипсис тхылъым щэнейрэ фІэкІа дыщрихьэлІэкъым. Мыр абыхэм ящыщ зыщ. Аращи, дэ дыкъэзыгъэгугъэр мелыІыч гуэркъым икІи лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэкъым, атІэ езы Иеговэщ. КъыкІэлъыкІуэ псалъэхэр ди фІэщ тщІы зэрыхъуным ар щыхьэт тохъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ зэи пцІы иупсыркъым (Тит 1:2). Апхуэдэу 5-нэ едзыгъуэм и щІэдзапІэр щыхьэт тохъуэ Апокалипсис 21:5, 6 едзыгъуэхэм итым нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІ зэрыхъунум.

«МИС, ІУЭХУ ПСОРИ ЩІЭУЭ СОЛЭЖЬ»

8. Иеговэ и псалъэхэр къызэрыхъунум гу лъыдигъэтэн щхьэкІэ, сыт жиІэр? (Исайя 46:10).

8 «Мис, Іуэху псори щІэуэ солэжь» жыхуиІэ псалъэхэм иджыпсту нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ (Апок. 21:5). «Мис» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къикІыр «еплъ» е «къэдаІуэ» жиІэу аращ. А псалъэм Апокалипсис тхылъым куэдрэ ущрохьэлІэ. Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, а псалъэм и мыхьэнэр абы иужь ит псалъэхэм цІыхум гу лъригъэтэныращ. «Мис» псалъэм сыт адэкІэ къыкІэлъыкІуэр? Иеговэ «Іуэху псори щІэуэ злэжьынущ» жиІакъым, атІэ «Іуэху псори щІэуэ солэжь» жиІащ. ИпэкІэ къэхъунум Алыхьыр щытепсэлъыхьым деж, ар къэхъум хуэдэущ зэрыжиІэр. Абы къокІ Алыхьым шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр жиІауэ хъуар къызэрыхъунум. (Къеджэ Исайя 46:10.)

9. 1) Дапхуэдэу Иеговэ псори щІэуэ зэрищІыжынур? 2) Иджыпсту щыІэ «уафэмрэ» «щІылъэмрэ» сыт къащыщІынур?

9 Иджы «Іуэху псори щІэуэ солэжь» жыхуиІэ псалъэхэм нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ деплъынщ. Дапхуэдэу Иеговэ псори щІэуэ зэрищІынур? Абы зыгуэри ихъуэжынущ, зыгуэри зэтригъэувэжынущ. Сыт Иеговэ ихъуэжынур? Апокалипсис 21:1 мыпхуэдэу итщ: «Япэрей уафэри япэрей щІылъэри щыІэжкъым». «Япэрей уафэм» къигъэлъагъуэр ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ я ІэмыщІэ илъ цІыху пащтыхьыгъуэхэращ (Мт. 4:8, 9; 1 Ин. 5:19). Библием ит «щІылъэ» псалъэм иныкъуэхэм деж къигъэлъагъуэр щІылъэм тет цІыхухэращ (1 Лет. 16:31; Пс. 96:1). Аращи, «япэрей щІылъэр» жыхуиІэ псалъэхэм къагъэлъагъуэр ди зэманым псэу цІыху бзаджащІэхэращ. Иджы щыІэ «уафэмрэ» «щІылъэмрэ» Иеговэ нэхъыфІ ищІыну аракъым, атІэ ахэр игъэкІуэдыпэнуращ. Абыхэм я пІэм «уафэщІэрэ щІылъэщІэрэ» иригъэувэнущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр пэжыгъэ зиІэ цІыхухэм я тепщэу щытынущ.

10. Сыт Иеговэ зэтригъэувэжынур?

10 Ауэ Иеговэ зэрыщыту псори ихъуэжынукъым, зыгуэри абы зэтригъэувэжынущ, ар щІэм хуэдэу щытын щхьэкІэ (Апок. 21:5). Иеговэ щІылъэри абы тет цІыхухэри игъэхъужынущ икІи дагъуэншэ ищІыжынущ. Ешайя жиІауэ щытат ди щІылъэр псори Іэдэн жыг хадэм хуэдэу дахэ зэрыхъужынур. Дэтхэнэ зы цІыхуми зыхищІэнущ къару къызэрыщІыхьэжыр икІи щІалэ зэрыхъужыр. ЩІакъуэхэр, нэфхэр, дэгухэр узыншэ хъужынущ. ЛІа нэгъуни къэтэджыжынущ! (Ис. 25:8; 35:1—7).

«МЫХЭР УЗЫЩЫГУГЪ ХЪУН ПСАЛЪЭ ЩЫПКЪЭЩ». «ІУЭХУР ЗЭФІЭКІАЩ»

11. Сыт Иеговэ Иуан жриІар икІи сыт щхьэкІэ?

11 Иеговэ дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, сыт абы иджыри жиІар? Абы Иуан мыпхуэдэу жриІащ: «Мыхэр тхы... мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи» (Апок. 21:5). Зэрытлъагъущи, Алыхьым Иуан «тхы» зэрыжриІам нэмыщІ, ар щІитхын хуейри мыпхуэдэу жиІащ: «Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщ». Дэ Иуан фІыщІэ худощІ, Алыхьым жиІар зэритхам щхьэкІэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ фІыгъуэхэм теухуауэ деджэну икІи абыхэм дегупсысыну Іэмал диІэщ.

12. Сыт Иеговэ «Іуэхур зэфІэкІащ» щІыжиІар?

12 АдэкІэ Алыхьым мыпхуэдэу жиІащ: «Іуэхур зэфІэкІащ» (Апок. 21:6). ЩІылъэр жэнэт зэрыхъужынум Иеговэ щытепсэлъыхьым деж, ар къэхъуам хуэдэущ зэрыжиІэр. Алыхьым апхуэдэу жиІэну хуитыныгъэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и мурадыр игъэзэщІэну зыри зэран къыхуэхъуфынукъым. АдэкІэ Иеговэ дзыхь щІыхуэтщІын мыхьэнэшхуэ зиІэ зы щхьэусыгъуэ иджыри къехь.

«АЛФЭРИ ОМЕГЭРИ... СЭРАЩ»

13. Сыт Иеговэ «Алфэри Омегэри... сэращ» щІыжиІар?

13 ИпэкІэ зэрыжытІащи, Иеговэ езыр къызэрыпсэлъам Апокалипсис тхылъым щэнейрэ ущрохьэлІэ (Апок. 1:8; 21:5, 6; 22:13). Щэми Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэр жеІэ: «Алфэри Омегэри... сэращ». Алфэр — ар алыджыбзэ алфавитыр къызэрыщІидзэ хьэрфыращ, омегэр — зэриухыжыращ. «Алфэри Омегэри» щыжиІэм деж, Иеговэ къегъэлъагъуэ абы Іуэху гуэр щищІэм деж, ар Іэмал имыІэу икІэм зэрынигъэсыр.

Коллаж «Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа зэрыхъур»: 1) «Алфэ»: Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм итщ; 2) Алыхьым зэрыпэщІэувам кърикІуар: мелыІыч бзаджэ хъуа ШейтІаныр, жьы хъуа Іэдэмрэ Хьэуарэ, Бабилэн чэщанэшхуэр, кхъэр, солдатхэр, танкыр, зауэм хуащІа кхъухьлъатэхэр, хьэуар фІей зыщІ заводхэр, зыкъэзыІэта цІыхухэр. Адрей сурэтитІым къыщыгъэлъэгъуащ Иеговэ хуэм-хуэмурэ и мурадыр зэригъэзащІэр: Хьисэ пкъом фІэлъщ (Хьисэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр итащ), Иеговэ и лэжьакІуэхэр блэкІа зэманымрэ ди зэманымрэ (Іэдэмрэ Хьэуарэ къатехъукІахэм щыщу Иеговэ пэжу хуэлажьэ цІыхухэр); 3) «Омегэ»: жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэу цІыхухэр зэгъусэу гуфІэгъуэ яІэу зэдолажьэ.

Иеговэ Іуэху гуэрым иужь ихьамэ, ар и кІэм негъэс (14, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

14. 1) Иеговэ «Алфэ» щыжиІар дапщэщ икІи сыт щыгъуэ «Омегэ» щыжиІэнур? КъыдгурывгъаІуэ. 2) ЩІэдзапІэ 2:1—3 ит псалъэхэр сытым щыхьэт техъуэрэ?

14 Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къыщигъэщІам щыгъуэ, цІыхухэмрэ щІылъэмрэ теухуауэ иІэ мурадыр жиІауэ щытащ. Библием дыкъыщоджэ: «И нэфІ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриІащ: „Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ“» (ЩІэдз. 1:28). Иеговэ абы щыгъуэ «Алфэ» жиІауэ жыпІэ хъунущ. Абы и мурадыр гурыІуэгъуэу къытхузэІуихащ: Іэдэмрэ Хьэуарэ къатехъукІа щІэблэм — дагъуэншэу икІи жыІэдаІуэу щыт цІыхухэм — щІылъэ псор жэнэт ящІын хуейт. А мурадыр гъэзэщІа хъуа иужь, Иеговэ «Омегэ» жиІэнущ. Ар апхуэдэу зэрыщытынум щыхьэт техъуэ псалъэхэр Алыхьым уафэмрэ щІылъэмрэ къигъэщІа иужь занщІэу жиІащ. Абы теухуауэ ЩІэдзапІэ 2:1—3 итщ (къеджэ). Мы пычыгъуэм щыжыІащ ебланэ махуэр Иеговэ махуэ лъапІэ зэрищІар. Апхуэдэу Алыхьым быдэу дыкъегъэгугъэ а махуэм и кІэм и мурадыр гъэзэщІа зэрыхъунур.

15. ШейтІаным и ягъэкІэ Алыхьым и мурадыр къемыхъулІэну къыщІыпщыхъункІэ хъунур сытыт?

15 Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, ахэр гуэныхьлы хъуащ икІи я щІэблэм гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ щІэину къыхуагъэнащ (Рим 5:12). Абы къикІыу пІэрэт Иеговэ и мурадыр къемыхъулІэну икІи дагъуэншэу, жыІэдаІуэу щыт цІыхухэр щІылъэм зэи темытыну? ШейтІаныр къызэрыхэІэбам къыхэкІкІэ, Иеговэ «Омегэ» жиІэну Іэмал имыІэну ара? ШейтІаным и гугъэу къыщІэкІынт Иеговэ Іуэхугъуэ гугъум иригъэувауэ икІи абы хэкІыпІэ куэд имыІэу. А хэкІыпІэхэм ящыщ зыр — ар Іэдэмрэ Хьэуарэ игъэкІуэду, а тІум я пІэкІэ дагъуэ зимыІэ нэгъуэщІ цІыхуитІ къигъэщІыну. Ауэ Алыхьым апхуэдэу ищІауэ щытамэ, ШейтІаным ар пцІыупсу жиІэнут. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ЩІэдзапІэ 1:28 зэритымкІэ, Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ яжриІащ абыхэм къатехъукІа щІэблэр щІылъэм тез зэрыхъунур.

16. Сытыт ШейтІаныр щІегупсысыр Иеговэ къригъэжьа Іуэхур и кІэм хунэмыгъэсу жиІэфыну?

16 ШейтІаныр иджыри егупсысыфынут Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ щІэблэ къащІэхъуэну хуит ищІми, а щІэблэр сыт щыгъуи гуэныхьлыуэ щытыну (Эккл. 7:20; Рим 3:23). Абы щыгъуэ ШейтІаным жиІэфынут Иеговэ къригъэжьа Іуэхур икІэм хунэмыгъэсу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІылъэм гуэныхьыншэу щыт цІыхухэр зэи тетынукъым.

17. Дапхуэдэу Иеговэ ШейтІаным и мурадыр зэрызэтрикъутар икІи дапхуэдэу икІэм деж псори зэрыщытынур? (Сурэтми феплъ.)

17 Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ бын яІэну хуит зэрищІамкІэ ШейтІаным и мурадыр зэтрикъутащ (Пс. 92:5). Абы къыхэкІкІэ ШейтІаным жиІэфынутэкъым Алыхьым пцІы иупсу икІи и мурадыр икІэм хунэмыгъэсу. Иеговэ зэрыжиІам тету, зи гугъу ищІа «щІэблэр» щІылъэм къигъэкІуащ. Абы и гъащІэр къурмэныпхъэу итащ икІи Іэдэмрэ Хьэуарэ къатехъукІахэм щыщу жыІэдаІуэу щыт цІыхухэр къригъэлащ (ЩІэдз. 3:15; 22:18). Иеговэ зыгуэр ищІэну хуэзыгъэушыр лъагъуныгъэращ (Мт. 20:28; Ин. 3:16). ШейтІаныр щхьэхуещэщи, а гурыщІэр зищІысыр ищІэркъым. Аращ абы игу къыщІэмыкІыххар Иеговэ апхуэдэ лъэбакъуэ ичыну. НтІэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къытхуихьынур? Илъэс минкІэ екІуэкІыну Пащтыхьыгъуэм икІэм деж жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэунущ Іэдэмрэ Хьэуарэ къатехъукІа, гуэныхь зыхэмылъ, жыІэдаІуэу щыт цІыхухэр. Алыхьым ипэм иІа мурадым хуэдэу псори хъунущ. Абы щыгъуэ Иеговэ «Омегэ» жиІэнущ.

ИЕГОВЭ НЭХЪЫБЭУ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

18. ЩІылъэр жэнэт зэрыхъунур ди фІэщ щІэтщІын сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? («Иеговэ къыдита псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІ хъуну щхьэусыгъуищ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

18 Мы статьям дэ щызэпкърытхащ щІылъэр жэнэт зэрыхъунум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр. Япэрауэ, езы Иеговэ абыкІэ дыкъегъэгугъэ. Апокалипсис тхылъым щыжыІащ: «Тахътэм тесым жиІащ итІанэ: „Мис, Іуэху псори щІэуэ солэжь“». А псалъэхэр Алыхьым игъэзэщІэн щхьэкІэ Іущагъи, къаруи, гукъыдэжи иІэщ. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ и псалъэхэр къызэрыхъунум шэч къытрихьэкъыми, ахэр къэхъуам хуэдэу жеІэр. Аращ абы «мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщ» икІи «Іуэхур зэфІэкІащ» щІыжиІар. Ещанэрауэ, Иеговэ «Алфэри Омегэри... сэращ» зэрыжиІэмкІэ къегъэлъагъуэ абы зыгуэр ищІэн щІидзамэ, ар и кІэм зэрынигъэсыр. Иеговэ къигъэлъэгъуэнущ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр икІи и мурадыр игъэзэщІэну ар зэран къызэрыхуэмыхъуфынур.

Иеговэ къыдита псалъэхэм дзыхь щІыхуэтщІ хъуну щхьэусыгъуищ

Нур къызыщхьэщих уафэм щыІэ тахътэр. Абы Иеговэ къегъэлъагъуэ.
  • «Тахътэм тесым жиІащ итІанэ: „Мис, Іуэху псори щІэуэ солэжь“» (Апок. 21:5).

Апостол Иуан илъэгъуар пергаментым третхэ.
  • «„Мыхэр тхы, — къыпищащ итІанэ, — мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи. — Іуэхур зэфІэкІащ“» (Апок. 21:5, 6).

Алыджыбзэ алфавитым и хьэрфхэр — алфэрэ омегэрэ.
  • «Алфэри Омегэри... сэращ» (Апок. 21:6).

19. Иеговэ щІылъэр жэнэт ищІыжыну къыдита псалъэхэр зыгуэрым и фІэщ мыхъумэ, сыт пщІэ хъунур?

19 Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэм теухуауэ цІыхухэм яжепІэху, Алыхьым нэхъыбэжу дзыхь хуэпщІу уохъу. Ауэ уэ Апокалипсис 21:4 итым цІыхум укъыхуеджа иужь, абы: «Мыр таурыхъым ещхьщ», — къыбжиІэмэ-щэ? Сыт апхуэдэм деж пщІэ хъунур? Абы щыгъуэ Иеговэ и псалъэхэм Іэ щІидза хуэдэу зэрыщытыр къыгурыбгъэІуэн щхьэкІэ, 5, 6-нэ едзыгъуэхэм къыхуеджэ (Ис. 65:16).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ щІылъэр жэнэт зэрищІыжынур езым къызэрыджиІэм сыт къыдгуригъаІуэр?

  • Иеговэ и сыт хуэдэ псалъэхэра къыдгурызыгъаІуэр абы жиІар къызэрыхъунур?

  • Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм дауэ нэхъыбэжу дзыхь зэрыхуэтщІынур?

145-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым жэнэтыр иухуэжыну дыкъегъэгугъэ

a Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Иеговэ щІылъэр жэнэт зэрищІыжынум теухуауэ псалъэ быдэ къызэрыдитыр. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэху, Алыхьым нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу.

b «Откровение: его грандиозный апогей близок!» жыхуиІэ тхылъым, 303-нэ напэкІуэцІым, 8, 9-нэ абзацхэм феплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын