ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w23 Ноябрь н. 8—13
  • Къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ лъагъуныгъэр фымыгъэужьых

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ лъагъуныгъэр фымыгъэужьых
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ЗЭХУАКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ДЭЛЪЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЕДГЪЭЛЪАГЪУ ХЪУНУР АХЭР ФІЫУЭ ЗЭРЫТЛЪАГЪУР?
  • ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР МЫУЖЬЫХЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
  • ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ДИ ЗЭМАНЫМ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?
  • Лъагъуныгъэм сыт щыгъуи хэвгъахъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
w23 Ноябрь н. 8—13

47 СТАТЬЯР

Къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ лъагъуныгъэр фымыгъэужьых

«ФІыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокІ» (1 ИН. 4:7).

109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Паул фІэщхъуныгъэм, гугъэм, лъагъуныгъэм и гугъу щищІам щыгъуэ, лъагъуныгъэр нэхъ ину щІыжиІар сыт? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

АПОСТОЛ Паул фІэщхъуныгъэм, гугъэм, лъагъуныгъэм и гугъу щищІам щыгъуэ, мыпхуэдэу жиІащ: «Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фІылъагъуныгъэр арщ» (1 Кор. 13:13). Сыт Паул апхуэдэу щІыжиІар? Зэман дэкІмэ, Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дунеищІэм теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэм дэ дыхуеижынукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым ар къэхъуа Іуэхуу щытынущ. Ауэ Иеговэрэ цІыхухэмрэ яхудиІэ лъагъуныгъэр зыщІыпІи кІуэнукъым. Уеблэмэ, зэманыр кІуэху, ар хэхъуэурэ кІуэну аращ.

2 Лъагъуныгъэм сыт щыгъуи дызэрыхуеинум къыхэкІкІэ упщІищ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? ЕтІуанэрауэ, къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу абыхэм зэредгъэлъагъу хъунур? Ещанэрауэ, ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр мыужьыхын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

ДИ ЗЭХУАКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ДЭЛЪЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?

3. Ди зэхуаку лъагъуныгъэ щІыдэдгъэлъын хуейр сыт?

3 Ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Абы и зы щхьэусыгъуэр — Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр къызэрацІыхур лъагъуныгъэращи. Хьисэ и апостолхэм мыпхуэдэу яжриІауэ щытат: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:35). Абы нэмыщІ лъагъуныгъэм зэкъуэт дещІ. Паул итхащ «фІылъагъуныгъэм зыуэ... дызэрызэрипхыр» (Кол. 3:14). Ди зэхуаку лъагъуныгъэ щІыдэдгъэлъын хуейм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ. Апостол Иуан къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэу яхуитхащ: «Тхьэр фІыуэ зылъагъум и къуэшри фІыуэ илъагъун хуейщ» (1 Ин. 4:21). Дэ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу щытмэ, Алыхьыр фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ.

4, 5. Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэмрэ къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэмрэ зэпхауэ зэрыщытыр сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ?

4 Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэмрэ къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэмрэ зэпхауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? Ар къыдгурыІуэн щхьэкІэ, гумрэ нэгъуэщІ пкъыгъуэхэмрэ зэрызэпхар щапхъэу къэтхьынщ. Дохутырым пульсыр къыщипщым деж, гур зэрылажьэм теухуауэ зыгуэр къищІэфынущ. Мы щапхъэр дызытепсэлъыхь темэм дапхуэдэу зэрепхар?

5 Ди гур узыншэрэ мыузыншэрэ дохутырым ди пульсымкІэ къызэрищІэм хуэдэу, Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр нэгъуэщІхэм дазэрыхущытымкІэ къэтщІэфынущ. Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр зэрыужьыхым гу лъыттамэ, абы къегъэлъагъуэ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ мащІэ зэрыхъуар. Ауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр ІуэхукІэ дгъэлъагъуэу щытмэ, абы къокІ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэри ину зэрыщытыр.

6. Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр упщІыІуу щІидзамэ, ар дыщІэгузэвэн хуей щхьэусыгъуэу щІыщытыр сыт? (1 Иуан 4:7—9, 11).

6 Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр упщІыІуу щІидзамэ, ар дыщІэгузэвэн хуей щхьэусыгъуэщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэщ. Апостол Иуан абы теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «НэкІэ илъэгъуа и къуэшыр фІыуэ зымылъагъум, нэкІэ имылъэгъуа Тхьэр фІыуэ илъагъун лъэкІынукъым» (1 Ин. 4:20). Сыт хуэдэ дерс абы ди дежкІэ хэлъыр? Иеговэ дэркІэ арэзыуэ щыщытынур ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу щытмэщ. (Къеджэ 1 Иуан 4:7—9, 11.)

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЕДГЪЭЛЪАГЪУ ХЪУНУР АХЭР ФІЫУЭ ЗЭРЫТЛЪАГЪУР?

7, 8. Ди лъагъуныгъэр къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур?

7 Алыхьым и Псалъэм мызэ-мытІэу дыхуегъэуш къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъуну (Ин. 15:12, 17; Рим 13:8; 1 Фес. 4:9; 1 Пет. 1:22; 1 Ин. 4:11). Лъагъуныгъэр къыздикІыр гуращ, ауэ гум илъыр цІыхухэм ялъагъукъым. Дауэ-тІэ ди лъагъуныгъэр къуэш, шыпхъухэм къызэралъэгъунур? Ар дэ псалъэкІи ІуэхукІи дгъэлъэгъуэфынущ.

8 Ди лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмал зыбжанэм и гугъу тщІынщ. «Зым зым пэжыр зэжефІэ» (Зах. 8:16). «ФызэгурыІуэу фызэдэпсэу» (Мк. 9:50). «Фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфІэу флъытэ» (Рим 12:10). «Зым зыр вдэн хуейщ» (Рим 15:7). «Зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу» (Кол. 3:13). «Зым и хьэлъэр адрейм дреІэт» (Гал. 6:2). «Зым адрейр ирегъэгушхуэ» (1 Фес. 4:18). «Зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт» (1 Фес. 5:11). «Зыр адрейм папщІэ Тхьэм фелъэІу» (Екъуб 5:16).

Коллаж: 1) шыпхъум тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуегъазэ; 2) ар и гурыщІэхэмкІэ къыдэгуашэ нэгъуэщІ шыпхъум йодаІуэ; 3) ар сымаджэ хъуа, зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум видеосвязькІэ йопсалъэ; 4) абы саугъэт ищІыным и гъусэну открыткэр егъэхьэзыр; 5) абы зи Іэ къута шыпхъум и гъусэу шэджагъуашхэ ещІ.

Гугъуехь зиІэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (7—9-нэ абзацхэм феплъ.)

9. ЦІыхум гупсэхугъуэ едгъэгъуэтыжыныр — ар ди лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъагъуэ ІэмалыфІу жыпІэ щІэхъунур сыт? (Сурэтми феплъ.)

9 Мыбы ипэ ит абзацым лъагъуныгъэ зэрыдгъэлъагъуэ хъуну Іэмал зыбжанэм и гугъу щытщІащ. Абыхэм ящыщ зым дытепсэлъыхьынщ. Паул «зым адрейр ирегъэгушхуэ» щыжиІам, зи гугъу ищІар цІыхум гупсэхугъуэ едгъэгъуэтыжыныращ. Ар цІыхур фІыуэ зэрытлъагъур къызэрыдгъэлъэгъуэн ІэмалыфІу жыпІэ щІэхъунур сыт? Библием тепсэлъыхь зы справочник гуэрым зэритымкІэ, «гупсэхугъуэ егъэгъуэтыжын» жиІэм къикІыр гугъуехь хьэлъэ зиІэр бгъэгушхуэн, абы щІэгъэкъуэн ухуэхъун жиІэу аращ. Аращи, гугъуехь зиІэ къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ зрагъэгъуэтыжыну дащыдэІэпыкъум деж, дэ ахэр адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ къэдгъэщІэрэщІэжу жыпІэ хъунущ. Иджыри дэ абыкІэ къыдогъэлъагъуэ а цІыхур фІыуэ зэрытлъагъур (2 Кор. 7:6, 7, 13).

10. ЦІыхум гущІэгъу хуэпщІынымрэ абы гупсэхугъуэ ебгъэгъуэтыжынымрэ дапхуэдэу зэрызэпхар?

10 ЦІыхум гупсэхугъуэ ебгъэгъуэтыжынымрэ гущІэгъу хуэпщІынымрэ зэпхащ. ГущІэгъу зыхэлъ цІыхур зи гум хьэлъэ телъ цІыхум гупсэхугъуэ зэрыритыным хущІокъу. НэгъуэщІу жыпІэмэ дэ япэщІыкІэ цІыхум гущІэгъу хуэтщІу щІыдодзэ, иужькІэ абы гупсэхугъуэ игъуэтыжыну дыдоІэпыкъу. Ар Иеговэ и щапхъэмкІэ зэпкърытхынщ. «Учебная Библия» жыхуаІэм мыпхуэдэу итщ: «Алыхьыр гущІэгъум и Адэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гущІэгъур къызыбгъэдэкІыр аращ». Псынэпс къабзэм псыхуэлІэр ирегъэкІ. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэ гупсэхугъуэ хуэныкъуэхэр къегъэщІэрэщІэж. Аращ абы щхьэкІэ Библием «гущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэ... Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми... дигу зыгъэзагъэ» щІыжиІэр (2 Кор. 1:3, 4). Дэ Иеговэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур? ГущІэгъу зэрытхэлъымкІэ икІи нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ зэредгъэгъуэтымкІэ дэ Иеговэ щапхъэ тыдох. Апхуэдэу дыщытын щхьэкІэ, дэ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэри зыхэтлъхьэн хуейщ. Сыт хуэдэ хьэл-щэн ахэр?

11. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ еттын щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр иджыри зыхэтлъхьэн хуей? (Колоссэ 3:12; 1 Петр 3:8).

11 Дэ махуэ къэс зым адрейм гупсэхугъуэ еттын щхьэкІэ, ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, гущабагъэр хэдгъэхъуэн хуейщ. (Къеджэ Колоссэ 3:12; 1 Петр 3:8.) Мы хьэл-щэнхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? ГущІэгъумрэ абы епха нэгъуэщІ хьэл-щэнхэмрэ зыхэтлъхьа иужь, гузэвэгъуэ пэщІэхуа цІыхум гупсэхугъуэ едмыту къэдгъэнэнукъым. Хьисэ зэрыжиІащи, «жьэм къыжьэдэкІыр гум илъырщ. ЦІыхуфІым игу илъ фІым фІыгъуэр къыдокІуэ» (Мт. 12:34, 35). Гузэвэгъуэ пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ щеттым деж, абыхэм фІыуэ къызэралъагъур зыхащІэ.

ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР МЫУЖЬЫХЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

12. 1) Сыт дэ дыщІэсакъын хуейр? 2) Сыт адэкІэ дызытепсэлъыхьынур?

12 ДауикІ, дэ псори «фІыуэ дызэрылъагъуну» дыхуейщ (1 Ин. 4:7). Ауэ Хьисэ жиІат «цІыху куэдым я фІылъагъуныгъэр зэрыупщІыІунур» (Мт. 24:12). Дэ а псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. «ЦІыху куэдым» жиІэу Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, зи гугъу ищІар и гъэсэнхэракъым. Ауэ, абы емылъытауэ, дэ дысакъын хуейщ, лъагъуныгъэ здэщымыІэ мы дуней щхьэхуещэм дыкъимыцІэлэн щхьэкІэ. НтІэ, къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр къызэрытщІэн Іэмал щыІэу пІэрэ? Абы теухуауэ иджыпсту къэтщІэнщ.

13. Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр здынэсыр дауэ къызэрытщІэфынур?

13 Зыгуэр къыщыхъум деж дэ зэрызытщІым дыкІэлъыплъмэ, ди лъагъуныгъэм и кууагъыр къытхуэщІэнущ (2 Кор. 8:8). Псалъэм папщІэ, апостол Петр мыпхуэдэу итхат: «Псом япэрауэ фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу, фІылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури» (1 Пет. 4:8). Аращи, къуэш, шыпхъухэр щыщыуэм е ди жагъуэ къыщащІым деж дэ зэрызытщІым къегъэлъагъуэ абыхэм яхудиІэ лъагъуныгъэр здынэсыр.

14. 1 Петр 4:8 зэритымкІэ, къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ лъагъуныгъэ яхудиІэн хуейр? Щапхъэ къэфхь.

14 Петр и псалъэхэм нэхъ куууэ дыхэвгъаплъэ. Еянэ едзыгъуэм и япэ Іыхьэм щыжыІащ ди зэхуаку сыт хуэдэ лъагъуныгъэ дэлъын хуейми. Абы итщ ди фІэщу фІыуэ дызэрылъагъун, нэгъуэщІу жыпІэмэ ди лъагъуныгъэр гуащІэу зэрыщытын хуейр. «Фи фІэщу» жаІэу зэрадзэкІа псалъэм къикІыр зыгуэр «хэшын е зэкІэщІэгъэкІуэтын» жиІэу аращ. А едзыгъуэм и етІуанэ Іыхьэм щыжыІащ апхуэдэ лъагъуныгъэм къыпэкІуэр сытми. Абы къуэш, шыпхъухэм я гуныхьхэр егъэгъу. Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ фи нэгу къыщІэвгъэхьэт: дэ лъагъуныгъэр къыдощтэри, щэкІ ІэтІэлъатІэр зэрыхашым хуэдэу хыдош, абы зы гуэныхькъым, гуэныхьитІкъым, атІэ «гуэныхь куэд» щІихъумэн щхьэкІэ. ЩэкІым бжьыгъэ гуэр зэрыщІихъумэфынум хуэдэу, лъагъуныгъэм цІыхухэм я ныкъусанхэмрэ я щыуагъэхэмрэ щІихъумэфынущ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ игъэгъуфынущ.

15. Лъагъуныгъэ гуащІэм сытым дыхуигъэушрэ? (Ефес 4:32).

15 Лъагъуныгъэ гуащІэм дыхуегъэуш щымытыншым дежи къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэр дгъэгъуну. (Къеджэ Ефес 4:32.) НэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр дгъэгъумэ, дэ къыдогъэлъагъуэ ди лъагъуныгъэр зэрыгуащІэр икІи Иеговэ дгъэгуфІэну дызэрыхуейр. Къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэр дгъэгъуну сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур?

Сурэт хъурейм къыщыгъэлъэгъуащ къуэшым гупым зытраха зы сурэт и телефоным зэрыригъэкІыжыр. Сурэтхэм ящыщ зыр абы иригъэщІыжри рамкэм иригъэувэжауэ и полкэм тетщ.

Дэ нэхъыфІу ттекІа сурэтхэращ къэдгъанэр. Апхуэдэ дыдэу, къуэш, шыпхъухэм теухуауэ фІыращ ди гум идгъэлъыр, Іейр зэрызыщыдгъэгъупщэным дыхущІокъу (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

16, 17. НэгъуэщІхэм я щыуагъэхэм гу лъыдмытэну сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.)

16 Къуэш, шыпхъухэм я ныкъусанхэм фемыплъу, абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу зэрылъыфтэным фыхущІэкъу. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъухэм я гъусэу зэманыр бгъакІуэу. Уэ абыхэм я гъусэу сурэт зытыбох. ЗыгуэркІэ тэмэму темыкІмэ жыбоІэри, уэ иджыри сурэтитІ тыбох. Аращи, иджы уэ сурэтищ уиІэщ. Ауэ уэ гу лъыботэ зы сурэтым къуэшыр тэмэму къызэримыкІар. Сыт а сурэтым епщІэнур? ДауикІ, уэ ар тебгъэкІыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ адрей сурэтитІым псори, а къуэшри яхэту, фІы дыдэу къикІащ.

17 Апхуэдэ сурэтхэм ди гукъэкІыжхэр ебгъэщхь хъунущ. Дэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэманыр дгъэкІуэну тфІэфІщ. Ауэ абыхэм ящыщ гуэрым псалъэкІэ е ІуэхукІэ ди жагъуэ къищІамэ, сыт дэ тщІэнур? Дигу иримыхь сурэтыр зэридгъэкІыжым хуэдэу, ари зэрызыщыдгъэгъупщэным дыхущІэкъун хуейщ (Прит. 19:11). Къуэшым е шыпхъум и щыуагъэхэр дигу идгъэлъын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхум пыщІауэ дэ гукъэкІыжыфІ куэд диІэщ. Ахэращ дэ дигу идгъэлъыну дызыхуейр!

ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ДИ ЗЭМАНЫМ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?

18. Лъагъуныгъэм теухуауэ мы статьям сыт къыщытщІар?

18 Ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Мы статьям зэрыщыжытІащи, къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, Иегови фІыуэ долъагъу. Лъагъуныгъэр дапхуэдэу ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Зы Іэмалыр — ар къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ еттыныращ. Апхуэдэу тщІэн щхьэкІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъын хуейщ. НтІэ, ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр мыужьыхын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ щымытыншым дежи къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэр дгъэгъун хуейщ.

19. Псом хуэмыдэу нобэ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

19 Псом хуэмыдэу нобэ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Абы щхьэусыгъуэ хуэхъум теухуауэ апостол Петр итхам гу лъыфтэт: «ЩыІэ псоми я кІэухыр къэблэгъащ». Аращ Петр «фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу» щІыжиІар (1 Пет. 4:7, 8). ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ мы дуней бзаджэм и кІэухым дэ дыщопсэу. Сыт-тІэ дэ къытпэщылъыр? Хьисэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Си цІэр зэрывгъэлъапІэм щхьэкІэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ» (Мт. 24:9). А гугъуехьым дыпэщІэтын щхьэкІэ дэ зэкъуэтыныгъэм дыхуэныкъуэщ. Абы щыгъуэ ШейтІаным дызэпэщІигъэувэжыну иІэ мурадыр къехъулІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ лъагъуныгъэм «псори дызэрепх» (Кол. 3:14; Флп. 2:1, 2).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ щІэтлъагъун хуейр сыт?

  • Къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэредгъэлъагъу хъунур ахэр фІыуэ зэрытлъагъур?

  • Лъагъуныгъэмрэ гуэныхь гъэгъунымрэ сыткІэ зэпха?

130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

a Псом хуэмыдэу нобэ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур икІи къуэш, шыпхъухэр фІыщэу зэрытлъагъур абыхэм едгъэлъагъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын