ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Сентябрь н. 20—25
  • Дапхуэдэу цІыху куэдыр захуагъэм зэрыхуагъэсэнур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дапхуэдэу цІыху куэдыр захуагъэм зэрыхуагъэсэнур?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «ЩІЫМ ХЭЛЪУ ЖЕЙХЭМ ЯЩЫЩ КУЭДЫР КЪЫЗЭЩЫУЖЫНУЩ»
  • «ЗАХУАГЪЭМ ЦІЫХУ КУЭД ХУЭЗЫГЪАСЭХЭР»
  • ИУЖЬРЕЙ ГЪЭУНЭХУАПІЭР
  • ДЫЩЫПСЭУ «ИУЖЬ ЗЭМАНХЭР»
  • Уи цІэр «гъащІэм и тхылъым» итхауэ пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • 8-не Іыхьэ
    Алыхьым жиІэм едаІуэ
  • Данил щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Сентябрь н. 20—25

40 СТАТЬЯР

Дапхуэдэу цІыху куэдыр захуагъэм зэрыхуагъэсэнур?

«Захуагъэм цІыху куэд хуэзыгъэсахэм игъащІэ псокІи, вагъуэхэм хуэдэу, нурыр къащхьэщихынущ» (ДАН. 12:3, ДАНИЛ БЕГЪЫМБАР, 2018).

151-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Илъэс минкІэ щыІэну Хьисэ и Пащтыхьыгъуэм щыгъуэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр тлъагъуну?

ШЭЧ ХЭМЫЛЪУ, уэ щІэх-щІэхыурэ уи нэгу къыщІэбгъэхьэу къыщІэкІынущ илъэс минкІэ щыІэну Хьисэ и Пащтыхьыгъуэм щыгъуэ лІахэр къызэрытэджыжынур. Дэ псоми къытхуэмыгъэсу а зэманым дыпоплъэ! ДауикІ, лІэныгъэм тІэщІиха фІыуэ тлъагъу цІыхухэр къыщытэджыжыну махуэм дэтхэнэ зыри дожьэ. Иегови лІахэм хуабжьу хуозэш (Иов 14:15). Абы щыгъуэ цІыхухэр зэрызэхуэзэжым дапхуэдиз гуфІэгъуэ къахуихьынуми егупсысыт! Мыбы ипэ дджа статьям къызэрыщытщІащи, гъащІэм и тхылъым зи цІэр иратха «щыпкъагъэ зиІэ» цІыхухэр, игъащІэкІэ псэун щхьэкІэ, къэтэджыжынущ (Апост. 24:15; Ин. 5:29). Уэ фІыуэ плъагъу цІыхухэр япэу къэтэджыжынухэм яхэтыну къыщІэкІынущb. Абы нэмыщІ «щыпкъагъэ зимыІэхэри» лІахэм къахэтэджыкІыжынущ, псалъэм папщІэ, Иеговэ къацІыхуу и лэжьакІуэ хъуну Іэмал зимыІахэр. Ауэ ахэр къэтэджыжа иужь абыхэм хьэкум тращІыхьынущ.

2, 3. 1) Исайя 11:9, 10 зэритымкІэ, цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэшхуэ щІылъэм щрагъэкІуэкІынур? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

2 ЛІахэм къахэтэджыкІыжынухэр псори егъэджэн хуей хъунущ (Ис. 26:9; 61:11). Абы къыхэкІкІэ, а цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм абы ипэ зэи щымыІа лэжьыгъэшхуэ щІылъэ псом щригъэкІуэкІынущ. (Къеджэ Исайя 11:9, 10.) «Щыпкъагъэ зимыІэ» къэтэджыжахэм куэд къащІэн хуеинущ, псалъэм папщІэ, Хьисэ Мэссихь, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм, абы нэмыщІ Иеговэ и цІэмрэ и тепщэныгъэмрэ епха ШейтІаным къиІэта упщІэхэм теухуауэ. Уеблэмэ, «щыпкъагъэ зиІэ» къэтэджыжынухэми щІылъэм теухуауэ Иеговэ и мурадыр хуэм-хуэмурэ къызэрызэІуихар къащІэн хуей хъунущ. Библиер икІэм нэс тхын ямыухауэ абыхэм щыщ языныкъуэхэр лІащ. Аращи, «щыпкъагъэ зиІэхэми зимыІэхэми» куэдым зыхурагъэсэн хуеинущ.

3 Мы статьям къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІынур? ЦІыхум и цІэр гъащІэм и тхылъым иратхэнрэ ирамытхэнрэ а Іуэхугъуэм дапхуэдэу зэрепхар? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтыным ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Даниил, Апокалипсис тхылъхэм ит къэхъун хуей псалъэхэр. Абыхэм я фІыгъэкІэ лІахэр къэтэджыжа иужь къэхъунур сытми нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ. Ауэ япэщІыкІэ Даниил 12:1, 2 ит къэхъун хуей псалъэ гъэщІэгъуэнхэр зэпкърытхынщ.

«ЩІЫМ ХЭЛЪУ ЖЕЙХЭМ ЯЩЫЩ КУЭДЫР КЪЫЗЭЩЫУЖЫНУЩ»

4, 5. Иужьрей махуэхэм теухуауэ Даниил 12:1 сыт щыжыІар?

4 Къеджэ Даниил 12:1 (ДБ, 2018). Иужьрей махуэхэм къэхъуну Іуэхугъуэхэр зэрызэкІэлъыкІуэм теухуауэ Даниил тхылъым къытхузэІуех. Псалъэм папщІэ, Даниил 12:1 итщ Михаил, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ Мэссихь, Алыхьым и лъэпкъым дэІэпыкъун щхьэкІэ, зэрызыкъиІэтынур. А псалъэхэр къэхъуу щІадзащ 1914-нэ гъэм, Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу щытрагъэувам щыгъуэ.

5 Данил иджыри къыжраІащ «лъэпкъхэр зэрыщыІэрэ зэи къэмыхъуауэ, гузэвэгъуэ зэманым» щыгъуэ Хьисэ «къызэрыунэхунур». А зэман гугъум Маттэ 24:21 «гузэвэгъуэшхуэкІэ» йоджэ. А «гузэвэгъуэ зэманым» икІэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Армагеддоным щыгъуэ, Хьисэ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм къащхьэщыжын щхьэкІэ, зыкъиІэтынущ. Апокалипсис тхылъыр абыхэм «гузэвэгъуэшхуэм къыхэкІа» «цІыху куэдыкІейкІэ» йоджэ (Апок. 7:9, 14).

6. «ЦІыху куэдыкІейр» «гузэвэгъуэшхуэм» пхырыкІа иужь, сыт къэхъунур? КъыдгурывгъаІуэ. (ЩІылъэм щыпсэун щхьэкІэ къэтэджыжыну цІыхухэм теухуауэ мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм фыщеджэ.)

6 Къеджэ Даниил 12:2 (ДБ, 2018). «ЦІыху куэдыкІейр» «гузэвэгъуэшхуэм» пхырыкІа иужь, сыт къэхъунур? Япэм щыгъуэ дэ ди гугъэт къэхъун хуей мы псалъэхэр иужьрей махуэхэм щыпсэуну Алыхьым и лэжьакІуэхэм я фІэщхъуныгъэр зэрызытрагъэувэжынум хуэхьауэc. Ауэ иджы къыдгуроІуэ дунеищІэм цІыхухэр лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынум а псалъэхэр зэрыхуэхьар. Апхуэдэу дегупсысыну сыт дэ щхьэусыгъуэ тхуэхъуар? Даниил 12:2 ит «щІы» псалъэр Иов 17:16 итщ икІи абы зи гугъу ищІыр «кхъэлэгъунэращ». А Іуэхугъуэр щыхьэт тохъуэ Даниил 12:2 итыр иужьрей махуэхэмрэ Армагеддон зауэмрэ зэфІэкІа иужь лІахэр къызэрытэджыжынум зэрытепсэлъыхьыр.

7. 1) Языныкъуэхэр «мыкІуэдыж гъащІэм къыхуэушыжынущ» жиІэм къикІыр сыт? 2) «[Абыхэм] нэхъ гъащІэфІ ягъуэтынущ» жыхуиІэ псалъэхэм зи гугъу ящІыр сыт?

7 Языныкъуэхэр «мыкІуэдыж гъащІэм къыхуэушыжыну» Даниил 12:2 щыжыІащ. Сыт абы зи гугъу ищІыр? Абы къикІыр илъэс миным къриубыдэу Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ щІэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну икІи абы тету псэуну цІыхухэм икІэм-икІэжым гъащІэ мыухыж къазэрылъысынуращ (Ин. 17:3). «Тхьэм къыщигъэтэджыжкІэ, [абыхэм] нэхъ гъащІэфІ ягъуэтынущ» (Евр. 11:35). Сыт ар щІэнэхъыфІыр? Япэм щыгъуэ лІахэм къахэтэджыкІыжа цІыхухэр, гуэныхь зэрахэлъым къыхэкІкІэ, етІуанэу лІэжащ.

8. «Адрейхэр игъащІэ псокІи я напэр текІыным къыхуэтэджыжынущ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт?

8 Ауэ Иеговэ къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр зыхэзылъхьэн зымыдэну цІыхухэри къэтэджыжахэм яхэтынущ. Абыхэм теухуауэ Данил бегъымбарым итхащ ахэр «игъащІэ псокІи я напэр текІыным къыхуэтэджыжыну». А цІыхухэр жыІэдаІуэу щытыну зэрыхуэмейм къыхэкІкІэ я цІэхэр гъащІэм и тхылъым иратхэнукъым икІи абыхэм гъащІэ мыухыж къалъысынукъым. Абыхэм «игъащІэ псокІи я напэр текІыныр» къапэщылъщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр щІылъэм трагъэкІуэдыкІынущ. Аращи, цІыхухэр лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь я ІуэхущІафэхэм сытым хуишэнуми Даниил 12:2 топсэлъыхь (Апок. 20:12)d. Языныкъуэхэм гъащІэ мыухыж къалъысынущ, адрейхэм къалъысынукъым.

«ЗАХУАГЪЭМ ЦІЫХУ КУЭД ХУЭЗЫГЪАСЭХЭР»

9, 10. 1) Даниил 12:3 зэритымкІэ, «гузэвэгъуэшхуэм» иужь къэхъунур сыт? 2) «Дыгъэ бзийм хуэдэу къызэщІэлыдэнур» хэт?

9 Къеджэ Даниил 12:3 (ДБ, 2018). Къытпэщылъ «гузэвэгъуэ зэманым» иужь, сыт иджыри къэхъунур? Даниил 12:3 ит псалъэхэм абы теухуауэ щыгъуазэ дащІ. Ахэр «гузэвэгъуэшхуэр» блэкІа иужь къэхъуну Іуэхугъуэхэм топсэлъыхь.

10 Хэт-тІэ «дыгъэ бзийм хуэдэу къызэщІэлыдэнур»? Ар къыдгурыІуэну Маттэ 13:43 ит Хьисэ и псалъэхэр къыддоІэпыкъу. Абы щыжыІащ: «Щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапІэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ». А псалъэхэр жиІэн ипэ Хьисэ «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэт цІыхухэм» и гугъу ищІащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и гъусэу уафэм щытепщэнухэм тепсэлъыхьащ (Мт. 13:38). Аращи, Даниил 12:3 зытепсэлъыхьыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэрауэ къыщІэкІынущ икІи абыхэм илъэс миным къриубыдэу ягъэзэщІэну лэжьыгъэм а едзыгъуэм и гугъу ещІ.

Та же сцена, что и в предыдущей статье, но показанная с другой точки зрения. Иисус и 144 000 наблюдают с неба, как брат объясняет воскресшим, что означает статуя из сна Навуходоносора, записанного во 2-й главе Даниила.

Хьисэ Мэссихьрэ 144 000-мрэ илъэс 1 000-м къриубыдэу, цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІынущ (11-нэ абзацым феплъ.)

11, 12. 144 000-м хыхьэхэм илъэс 1 000 къриубыдэу сыт хуэдэ лэжьыгъэ ягъэзэщІэнур?

11 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм «захуагъэм цІыху куэд зэрыхуагъэсэнур» дапхуэдэу? Ахэр илъэс 1 000-кІэ Хьисэ Мэссихь дэлэжьэнущ икІи, цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІынущ. 144 000-м хыхьэхэр пащтыхьу зэрыщытынум нэмыщІ иджыри дин пашэм и лэжьыгъэр ягъэзэщІэнущ (Апок. 1:6; 5:10; 20:6). Абы къыхэкІкІэ «лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъужыну», нэгъуэщІу жыпІэмэ, щІылъэм тет цІыхухэр хуэм-хуэмурэ дагъуэншэ хъужыну, ахэр ядэІэпыкъунущ (Апок. 22:1, 2; Иез. 47:12). А лэжьыгъэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дапхуэдиз гуфІэгъуэ къахуихьынуми фегупсысыт!

12 НтІэ, захуагъэм хуагъэсэну «цІыху куэдыр» хэт хъуну? А гупым хыхьэнущ лІахэм къахэтэджыкІыжахэр, Армагеддон зауэм пхырыкІа цІыхухэр икІи дунеищІэм къыщалъхуну сабийхэр. Илъэс 1 000 икІэм деж щІылъэм тет цІыхухэр псори дагъуэншэ хъужынущ. Дапщэщ-тІэ абыхэм я цІэхэр къэрэндащкІэ мыхъуу шакъэ́кІэ гъащІэм и тхылъым щратхэнур?

ИУЖЬРЕЙ ГЪЭУНЭХУАПІЭР

13, 14. Дагъуэншэ хъуа дэтхэнэ зы цІыхуми, гъащІэ мыухыжыр къылъысын щхьэкІэ, сыт ищІэн хуей хъунур?

13 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: цІыхур дагъуэншэ хъуами, гъащІэ мыухыжыр езыр-езыру абы къылъысынукъым. Іэдэмрэ Хьэуарэ я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. А тІур цІыху дагъуэншэу щытащ, ауэ, гъащІэ мыухыжыр къалъысын щхьэкІэ, ахэр Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щытын хуейт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, япэ цІыхуитІыр щхьэзыфІэфІу къыщІэкІащ (Рим 5:12).

14 НтІэ, илъэс 1 000-р зэфІэкІа иужь, щІылъэм щыпсэуну цІыхухэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр псори цІыху дагъуэншэу щытынущ. Иеговэ и тепщэныгъэм щІэту игъащІэкІэ псэуну абыхэм гукъыдэж яІэну пІэрэ? Хьэмэрэ, абыхэм щыщ гуэрхэр, цІыху дагъуэншэ зэрыхъуам емылъытауэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ хуэдэу, жыІэмыдаІуэныгъэм и гъуэгур къыхамыхыну пІэрэ? А упщІэхэм жэуап еттыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ дауэ ар зэрытщІ хъунур?

15, 16. 1) Иеговэ зэрыхуэпэжыр къагъэлъэгъуэну цІыхухэм псоми Іэмал щаІэнур дапщэщ? 2) Иужьрей гъэунэхуапІэр зэриухынур дапхуэдэу?

15 Илъэс 1 000-м къриубыдэу ШейтІаныр лъэхъуэщым ебгъэщхь хъуну щІыпІэм щІаубыдэнущ икІи зыгуэр къигъэпцІэну абы Іэмал иІэнукъым. Ауэ а зэманыр иуха иужь, ар къаутІыпщыжынущ. Абы щыгъуэ дагъуэншэ хъуа цІыхухэр Иеговэ бгъэдишыну ар иужь ихьэнущ. А зэманым псоми Іэмал яІэнущ Алыхьым и цІэр лъапІэу зэралъытэмрэ и тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуащІымрэ къагъэлъэгъуэну (Апок. 20:7—10). Абы щыгъуэ дэтхэнэ зы цІыхуми ШейтІаным ирит жэуапым елъытауэ щытынущ абы и цІэр гъащІэм и тхылъым игъащІэкІэ итын щхьэкІэ иратхэнрэ ирамытхэнрэ.

16 Языныкъуэ цІыхухэр (абыхэм я бжыгъэр тщІэкъым), Іэдэмрэ Хьэуарэ хуэдэу, Иеговэ и тепщэныгъэм пэщІэувэнущ. Сыт абыхэм къащыщІынур? Абы теухуауэ Апокалипсис 20:15 мыпхуэдэу итщ: «МыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъым зи цІэхэр ирамыгъуэта цІыхухэр мафІэм ис хым хадзащ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ пэщІэувэну зыкъэзыІэтахэр икІэщІыпІэкІэ ягъэкІуэдынущ. Ауэ дагъуэншэ хъуа цІыхухэм и нэхъыбапІэм я пщІэр мыкІуэду а гъэунэхуапІэм къыхэкІынущ икІи абыхэм я цІэхэр гъащІэм и тхылъым ирамыкъутыкІыжын хуэдэу иратхэнущ.

ДЫЩЫПСЭУ «ИУЖЬ ЗЭМАНХЭР»

17. Ди зэманым теухуауэ мелыІычым Данил сыт жриІар? (Даниил 12:4, 8—10).

17 Къэхъун хуей Іуэхугъуэхэм дыщегупсысым деж, ди гур хохъуэ! Ауэ ди зэманми теухуауэ мелыІычым мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр Данил жриІащ. Дызэрыт лъэхъэнэм Библиер «иужь зэманкІэ» йоджэ (къеджэ Даниил 12:4, 8—10, ДБ, 2018; 2 Тим. 3:1—5). МелыІычым жиІащ а зэманым «щІэныгъэр [зэры]бэгъуэнур». НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм Даниил тхылъым ит къэхъун хуей псалъэхэр нэхъыфІу къагурыІуэнущ. Абы щыгъуэ къэхъуным теухуауэ мелыІычым иджыри жиІащ: «БзаджащІэхэм щІэпхъаджагъэу ялэжьыр зэпагъэунукъым. МыхъумыщІэ зыщІэхэм ящыщ зыми мы Іуэхухэр къыгурыІуэнукъым».

18. ЩІэпхъаджащІэхэм куэд мыщІэу къащыщІынур сыт?

18 ЩІэпхъаджащІэхэм псори къахуэгъуу нобэ къыпщыхъункІэ хъунущ (Мал. 3:14, 15). Ауэ куэд мыщІэу Хьисэ цІыху бзаджэхэм хьэкум ятрищІыхьынущ икІи «мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу», захуагъэ зыхэлъхэмрэ зыхэмылъхэмрэ зэхигъэкІынущ (Мт. 25:31—33). ЩІэпхъаджащІэхэр гузэвэгъуэшхуэм къелынукъым икІи, дунеищІэм щыпсэун щхьэкІэ ахэр лІахэм къыхагъэтэджыкІыжынукъым. Абыхэм я цІэхэр Малахия 3:16 зытепсэлъыхь тхылъым итынукъым.

19. Сыт дэ иджыпсту тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ? (Малахия 3:16—18).

19 ЩІэпхъаджащІэхэм дакъызэрыщхьэщыкІыр ди ІуэхущІафэхэмкІэ къэдгъэлъэгъуэну иджыпсту игъуэ дыдэщ. (Къеджэ Малахия 3:16—18.) Иеговэ ди зэманым «и цІыху хэхауэ» къилъытэхэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и лъэпкъ лъапІэр, зэхуешэс. Шэч хэмылъу, абыхэм дахэтыну дэтхэнэ зыри дыхуейщ.

В раю пророк Даниил с друзьями собрались, чтобы насладиться едой и пообщаться.

Дэ къытхуэмыгъэсу дунеищІэм дыпоплъэ, Данилрэ фІыуэ тлъагъу цІыхухэмрэ, я тыгъэр къаІэрыхьэн щхьэкІэ, къыщытэджыжыну зэманым (20-нэ абзацым феплъ.)

20. Данил сыт къызэрагъэгугъар икІи ар гъэзэщІа щыхъуну зэманым къыфхуэмыгъэсу фыщІыпэплъэр сыт?

20 Дэ дыщыпсэу зэманыр егъэлеяуэ гъэщІэгъуэнщ! Ауэ ар къэкІуэну зэманым къэхъуну Іуэхугъуэхэм жыжьэрэ гъунэгъуу пэпщІ хъунукъым. Куэд мыщІэу дэ ди нэкІэ тлъагъунущ Іейм кІэ къызэрыхуэкІуэнур. ИужькІэ Иеговэ Данил жриІа мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур тлъагъунущ: «Иужь махуэм укъэтэджыжынущ, уи Іыхьэр къыпІэрыхьэн щхьэкІэ» (Дан. 12:13, ДБ, 2018). Шэч хэмылъу, фэ къыфхуэмыгъэсу фыпоплъэ Данилрэ фІыуэ флъагъу цІыхухэмрэ къыщытэджыжыну зэманым. Аращи, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ. Абы щыгъуэ ди цІэхэр гъащІэм и тхылъым Алыхьым зэи ирикъутыкІынукъым.

МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ КЪИКІЫР ДАУЭ КЪЫЗЭРЫВГУРЫІУАР?

  • Даниил 12:1

  • Даниил 12:2, 3

  • Даниил 12:4, 8—10

80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»

a Мы статьям Даниил 12:2, 3 итыр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ къызэрыхыхьар къыщыхьащ. А едзыгъуэхэр топсэлъыхь, цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, зэи щымыІа лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкІуэкІынум. Дапщэщ а Іуэхугъуэр къыщыхъунур икІи хэт абы хэтынур? Илъэс минкІэ екІуэкІыну Пащтыхьыгъуэм и кІэм щыІэну иужьрей гъэунэхуапІэм а лэжьыгъэм дапхуэдэу цІыхухэр зэрыхуигъэхьэзырынур? А упщІэхэм я жэуапхэр адэкІэ зэпкърытхынущ.

b Иужьрей махуэхэм лІа Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр япэу къэтэджыжыну къыщІэкІынущ. ИтІанэ абыхэм ипэ псэуа цІыхухэр. ИужькІэ абыхэм япэж псэуахэр. АдэкІэ апхуэдэурэ екІуэкІыну къыщІэкІынущ. Апхуэдэу щытмэ, цІыхум езым ицІыхуу щытахэр къригъэблэгъэжыфынущ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм теухуауэ Библием щыжыІащ ахэр «хэти щичэзум деж» къызэрытэджыжынур (1 Кор. 15:23). Абы къыхэкІкІэ щІылъэми лІахэр къыщытэджыжкІэ зы хабзэ гуэрым тету а Іуэхугъуэр екІуэкІыну къыщІэкІынущ (1 Кор. 14:33).

c Япэм щыгъуэ мы упщІэр къызэрыдгурыІуэу щытам теухуауэ «Внимайте пророчеству Даниила!» тхылъым и 17-нэ псалъащхьэм итщ, абы нэмыщІ 1987-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 17—21 напэкІуэцІхэм феплъ хъунущ.

d Даниил 12:2 итыр Апостолхэм 24:15 икІи Иуан 5:29 итым къыщхьэщокІ. А едзыгъуэхэм «щыпкъагъэ зиІэхэмрэ зимыІэхэмрэ», абы нэмыщІ «фІы зыщІахэмрэ» «Іей зыщІахэмрэ» щыжиІэм деж зытепсэлъыхьыр къэтэджыжа цІыхум лІэн ипэ ищІа ІуэхущІафэхэращ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын