31 СТАТЬЯР
Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъэзэну фиІэ Іэмалыр лъапІэу флъытэ
«Си тхьэлъэІур, уи пащхьэм щагъэхьэзыра фимиамым хуэдэу, щрет» (ПС. 141:2).
47-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ махуэ къэс тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дапхуэдэу тхьэлъэІум дызэрыхущытын хуейр?
УАФЭРИ щІылъэри къэзыгъэщІа Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал къызэрыдитамкІэ щІыхьышхуэ къытхуищІащ. Фегупсысыт: сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ бзэкІи Алыхьым зыхуэдгъэзэну дэ Іэмал диІэщ. Абы нэмыщІ Алыхьым зыхуэдгъэзэн щхьэкІэ, ипэкІэ абы дыгурыІуэн хуейуэ щыткъым. Дэнэ дыщымыІами — сымаджэщми, тутнакъми — фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэм дызэхихынущ. А тыгъэ лъапІэм щхьэкІэ, дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ!
2. Пащтыхь Даут Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну иІа Іэмалыр лъапІэу илъытэу зэрыщытар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
2 Пащтыхь Даут Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну иІэ Іэмалыр лъапІэу илъытэт. Абы Алыхьым хуиуса щІыхь уэрэдхэм щыщ зым мыпхуэдэ псалъэхэр хэтщ: «Си тхьэлъэІур, уи пащхьэм щагъэхьэзыра фимиамым хуэдэу, щрет» (Пс. 141:1, 2). Даут щыпсэуа зэманым дин пашэхэр, Алыхьым щыхуэлажьэм деж, ягъэс фимиамыр зэрызэхалъхьэм мыхьэнэшхуэ иратт (Исх. 30:34, 35). Даут щапхъэу фимиамыр къызэрихьам къыдгурегъаІуэ уафэм щыІэ и Адэм зыхуигъэзэн ипэ жиІэну зыхуейм ар фІыуэ егупсысу зэрыщытар. Шэч хэмылъу, дэри апхуэдэ гурыщІэхэр диІэщ икІи ди тхьэлъэІухэр Иеговэ игу ирихьыну дыхуейщ.
3. Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ дапхуэдэу ар зэрытщІын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
3 ТхьэлъэІу щыжытІэкІэ, цІыху къызэрыгуэкІ гуэрым депсалъэ хуэдэу, пщІэ хэмылъу дыпсалъэ хъунукъым. Дэ Иеговэ пщІэшхуэ зэрыхуэтщІыр ди тхьэлъэІухэм къыхэщын хуейщ. Ешайа, Иезекииль, Данил, Иуан сымэ я нэгу щІэкІахэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абыхэм ялъэгъуар зэтемыхуэми, зы лъэныкъуэкІэ ахэр зэщхьт. А бегъымбархэм я нэгу щІэкІам къыщыгъэлъэгъуат Иеговэ псом нэхърэ нэхъ лъагэу икІи щІыхьышхуэ зиІэ Пащтыхьу щыту. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Ешайа «тахътэ лъагэм тес Иеговэ» илъэгъуащ (Ис. 6:1—3). Иезекиили и нэгу щІэкІам щилъэгъуащ Иеговэ уафэм щыІэ и шыгум ису икІи «абы и хъуреягъкІэ нур къаблэт, ар лэгъупыкъум ещхьт» (Иез. 1:26—28). Бегъымбар Данили «Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр» и нэгу щІэкІащ. Абы и щыгъынхэр, уэсым хуэдэу, хужьт икІи «и тахътэр мафІэ бзийуэ лыдырт» (Дан. 7:9, 10, Данил бегъымбар, 2018). Абы нэмыщІ апостол Иуан Иеговэ тахътэм тесу илъэгъуащ. А «тахътэм ихъуреягъкІэ лэгъупыкъу теплъэ зиІэ мывэ лъапІэ удзыфэу смарагдкІэ зэджэм хуэдэр щыІэт» (Апок. 4:2—4). Иеговэ и щІыхьышхуэм пэплъыт хъун зыри щыІэкъым! Абы дыщегупсысым деж, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэр нэхъыбэжу фІыщІэ дощІ. Иджыри дигу къыдогъэкІыж Иеговэ зыщыхуэдгъазэкІэ пщІэшхуэ хэлъу дыпсэлъэн зэрыхуейр. Ауэ ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэн хуейр сыт?
«ТХЬЭМ МЫПХУЭДЭУ ФЕЛЪЭІУ»
4. Маттэ 6:9, 10 ит псалъэхэм тхьэлъэІум теухуауэ сытым дыхуагъасэрэ?
4 Къэджэ Маттэ 6:9, 10. Хьисэ Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуэ, и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ, я тхьэлъэІухэр Алыхьым игу ирихьын щхьэкІэ, дапхуэдэ щІыкІэкІэ зыхуагъэзэн хуейми. Хьисэ «Тхьэм мыпхуэдэу фелъэІу» щыжиІам щыгъуэ, Иеговэ и мурадым техуэ Іуэхугъуищым и гугъу ищІащ. Ар Алыхьым и цІэр гъэлъэпІэн зэрыхуейр, Иеговэ и бийхэр зыгъэкІуэдыну Пащтыхьыгъуэр къэкІуэн щхьэкІэ, делъэІун зэрыхуейр, абы нэмыщІ щІылъэмрэ цІыхухэмрэ фІыгъуэ къахуэзыхьыну Іуэхугъуэхэм теухуауи делъэІун зэрыхуейр. Ахэр ди тхьэлъэІухэм зэрыхэдгъэхьэмкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ ди дежкІэ Алыхьым и Іэмырым мыхьэнэ зэриІэр.
5. Ди щхьэ ІуэхухэмкІэ дыщелъэІум деж, Иеговэ едаІуэу пІэрэ?
5 ИужькІэ Хьисэ жиІа псалъэхэм къагъэлъагъуэ ди щхьэ ІуэхухэмкІи Алыхьым делъэІуным зыри Іей зэрыхэмылъыр. Дэ Иеговэ делъэІу хъунущ махуэм тшхын ерыскъы къыдитыну, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну, гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ, къару къытхилъхьэну икІи ШейтІаным дыщихъумэну (Мт. 6:11—13). Апхуэдэ тхьэлъэІухэм къагъэлъагъуэ ди гъащІэр Иеговэ елъытауэ зэрыщытыр къызэрыдгурыІуэр икІи ар арэзы тщІыну дызэрыхуейр.
Къуэшыр и щхьэгъусэм и гъусэу сытым теухуауэ Алыхьым елъэІуфыну? (6-нэ абзацым феплъ.)b
6. Хьисэ щапхъэу къытхуигъэна тхьэлъэІум нэгъуэщІ гуэр хэдгъэхьэ хъуну? КъыдгурывгъаІуэ.
6 Иджыпсту зи гугъу тщІа тхьэлъэІур Хьисэ щапхъэу къытхуигъэнауэ аращ. Ар хуеякъым сыт щыгъуи а тхьэлъэІум зы псалъэкІи дытемыкІыу къытедгъэзэжурэ ар жытІэну. Езы Хьисэ Иеговэ зыщыхуигъазэм щыгъуэ, а зэманым зыгъэгузавэ Іуэхугъуэхэр и тхьэлъэІум хигъэхьэу щытащ (Мт. 26:39, 42; Ин. 17:1—26). Дэри, дызыгъэгузавэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ, Иеговэ делъэІу хъунущ. Унафэ гуэр тщІын щыхуейм деж, Иеговэ Іущагъ къыдитыну делъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Пс. 119:33, 34). Абы нэмыщІ къалэныщІэ гуэр дгъэзэщІэну иужь дыщихьэм деж, ар зэрыдгъэзэщІэну щІыкІэр къыдгурыІуэну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ делъэІу хъунущ (Прит. 2:6). Адэ-анэхэр я бынхэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэ хъунущ, бынхэри я адэ-анэхэм щхьэкІэ абы елъэІу хъунущ. Дэ иджыри ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэ хъунущ Библием едгъаджэхэмрэ хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэ цІыхухэмрэ. ДауикІ, дэ Иеговэ зыщыхуэдгъазэм деж, абы хэтын хуейр лъэІухэм я закъуэкъым.
Иеговэ фІыщІэрэ щытхъурэ къыхуэтхьын щІыхуейр сыт? (7—9-нэ абзацхэм феплъ.)c
7. Ди тхьэлъэІухэм щытхъу псалъэхэр хэдгъэхьэн щІыхуейр сыт?
7 Дэ ди тхьэлъэІухэм щытхъу псалъэхэр хэдгъэхьэну зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ хуэдэу, щытхъу зыхуэфащэ зыри щыІэкъым. Абы и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ». Абы нэмыщІ ар «Алыхь гущабэщ икІи [абы] гущІэгъу хэлъщ, шыІэныгъэрэ пэжагърэ хэлъщ икІи пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр и куэдщ» (Пс. 86:5, 15). Алыхьым и хьэл-щэнхэр апхуэдизкІэ дахэщи, и ІуэхущІафэхэри апхуэдизкІэ гъуэзэджэщи, абы щытхъу къыхуомыхьыну зы Іэмали щыІэкъым!
8. Иеговэ сытым щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыфыну? (Псалом 104:12—15, 24).
8 Иеговэ дыщытхъуным нэмыщІ абы къыдит тыгъэхэм щхьэкІи фІыщІэ хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, удз гъэгъа дахэхэм, ерыскъы ІэфІым икІи ди ныбжьэгъухэм щхьэкІэ, дэ абы фІыщІэ хуэтщІыфынущ. Абы нэмыщІ гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьын щхьэкІэ, фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм нэгъуэщІ фІыгъуэ куэди къыдет. (Къеджэ Псалом 104:12—15, 24.) Ауэ псом хуэмыдэу дэ Иеговэ фІыщІэ худощІ езым теухуа щІэныгъэ пэжыр пэрыхьэту къызэрытлъигъэІэсым икІи къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ къызэрыдитым щхьэкІэ.
9. Иеговэ фІыщІэ хуэтщІыну тщымыгъупщэн щхьэкІэ, сыт къыддэІэпыкъунур? (1 Фессалоникэ 5:17, 18).
9 Ауэ иныкъуэхэм деж Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыну къытщогъупщэ. Абы щыгъуэ сыт тщІэ хъунур? Иеговэ дызэрелъэІу Іуэхугъуэхэр зыщІыпІэ иттхэу, зэман-зэманкІэрэ ттхам деплъ хъунущ, абы ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритар къэтлъэгъун щхьэкІэ. Абы иужь Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъуам щхьэкІэ, фІыщІэ хуэтщІ хъунущ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:17, 18.) Фегупсысыт: нэгъуэщІхэм фІыщІэ къыщытхуащІым деж, дэ абы насыпыфІэ дещІ. Иегови апхуэдэу дыдэу мэгуфІэ абы фІыщІэ щыхуэтщІым деж (Кол. 3:15). Ауэ дэ иджыри Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын, мыхьэнэшхуэ зиІэ зы щхьэусыгъуэ диІэщ.
ИЕГОВЭ И КЪУЭ ЛЪАПІЭМ ЩХЬЭКІЭ ФІЫЩІЭ ХУЭФЩІ
10. Хьисэ щІылъэм къызэригъэкІуам щхьэкІэ, Иеговэ фІыщІэ хуэтщІын щІыхуейр сыт? (1 Петр 2:21).
10 Къеджэ 1 Петр 2:21. Иеговэ дигъэсэн щхьэкІэ, и Къуэ лъапІэр щІылъэм къигъэкІуауэ щытащ. Абы щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ хуэтщІын хуейщ. Хьисэ и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, уафэм щыІэ ди Адэр нэхъыфІу къыдоцІыху икІи ар зэрыдгъэгуфІэнум теухуауэ нэхъыбэ къыдощІэ. Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуну икІи абырэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъыну дыхуейуэ щытмэ, Хьисэ Мэссихь и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу зэритар ди фІэщ хъун хуейщ (Рим 5:1).
11. Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ Иеговэ зыщІыхуэдгъазэр сыт?
11 Дэ Иеговэ фІыщІэ худощІ, абы и Къуэм и цІэкІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап щритым деж, Хьисэ къегъэсэбэп. Ар къыдгурыІуэн щхьэкІэ, Хьисэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Адэ лъапІэм си цІэкІэ сыткІэ фелъэІуми, ар сэ фхуэсщІэнущ, Адэ лъапІэм и щІыхьышхуэр абы и Къуэм цІыхухэм яригъэлъагъун щхьэкІэ» (Ин. 14:13, 14).
12. Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ дэ иджыри диІэ?
12 Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ипкъ иткІэ, Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу. Библием щыжыІащ «уафэхэм щыІэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиІэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкІэ бгъэдэс дин пашэшхуэу» Хьисэ зэрыщытыр (Евр. 8:1). Ар «Адэ лъапІэм... тхуелъэІу» ди телъхьэщ (1 Ин. 2:1). Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, гущІэгъушхуэ зыхэлъ Дин пашэшхуэ къызэрыдитам щхьэкІэ. Хьисэ къыгуроІуэ дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытыр икІи абы щхьэкІэ «Тхьэм... тхуолъэІу» (Рим 8:34; Евр. 4:15). Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр мыхъуауэ щытамэ, дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал диІэнутэкъым. Алыхьым и Къуэ лъапІэр тыгъэу къызэрыдитар дэ зэи зэрытхуэмыпшыныжынум фэ арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ.
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ФИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ХЭВГЪЭХЬЭ
13. Хьисэ щаубыдыну жэщым и гъэсэнхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
13 Хьисэ щаубыдыну жэщым щыгъуэ, и Адэм тхьэлъэІу кІыхькІэ зыхуигъэзащ икІи и гъэсэнхэр «ШейтІаным щихъумэну» елъэІуащ (Ин. 17:15). Абы езым гугъуехь хьэлъэхэр къызэрыпэщылъым емылъытауэ, ар и апостолхэм щхьэкІэ гузавэт. Апхуэдэу Хьисэ и гъэсэнхэм яхуиІэ лъагъуныгъэшхуэр нэрылъагъу хъуащ.
Къуэш, шыпхъухэр ди тхьэлъэІум щыхэдгъэхьэм деж, сытым теухуауэ Иеговэ делъэІу хъуну? (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)d
14. Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур къызыхэщыр сыт?
14 Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыну дызэрыхущІэкъум къыхэкІкІэ дызэгупсысыр ди щхьэм и закъуэкъым. Аращи, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, дэ щІэх-щІэхыурэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ долъэІу. Апхуэдэу «фІыуэ фызэрылъагъу» жиІэу Хьисэ къытхуигъэна хабзэм дэ дытетщ (Ин. 13:34). ДауикІ, зэхуэсым щыщхэм фІыуэ дазэрыхущытыр Иеговэ илъэгъуну и гуапэщ. Аращи, ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым дызэрелъэІум мыхьэнэ имыІэу щыткъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и Псалъэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «Щыпкъагъэ зиІэ цІыхум и тхьэлъэІум лъэкІыныгъэ иІэщ икІи куэд лъокІ» (Екъуб 5:16).
15. Къуэш, шыпхъухэр ди тхьэлъэІухэм щІыхуэныкъуэр сыт?
15 Къуэш, шыпхъухэр гугъуехь куэдым зэрыпэщІэхуэм къыхэкІкІэ ди тхьэлъэІухэм ахэр хуабжьу хуэныкъуэщ. Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм, зауэ щекІуэкІ щІыпІэхэм щыпсэухэм, я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ кърахуэкІхэм, сымаджэхэм е нэгъуэщІ гугъуехь гуэр зиІэхэм щхьэкІэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Абы нэмыщІ гугъуехь пэщІэхуахэм псэемыблэжу дэІэпыкъу къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ, Иеговэ делъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэ гугъуехь зиІэ гуэр уэ пцІыху къуэш, шыпхъухэм яхэту къыщІэкІынщ. Абыхэм я цІэхэр къипІуэурэ, ахэр уи тхьэлъэІухэм хэбгъэхьэ хъунущ. Апхуэдэу уэ лъагъуныгъэ пэж бгъэлъэгъуэнущ.
16. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм щхьэкІэ, Иеговэ делъэІун щІыхуейр сыт?
16 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыщІэ ящІ, ахэр ди тхьэлъэІухэм зэрыхэдгъэхьэм щхьэкІэ. Ди тхьэлъэІухэр мыхъуамэ, абыхэм я къалэнхэр ягъэзэщІэну нэхъ гугъу хъунут. Абы теухуауэ апостол Паул мыпхуэдэу итхащ: «Си жьэр щызэтесхкІэ, хъыбарыфІым и щэхур гушхуэныгъэкІэ къызэрыжысІэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкІэ Тхьэм фысхуелъэІу» (Еф. 6:19). Ноби, Паул хуэдэу, псэемыблэжу Алыхьым хуэлажьэ къуэш куэд къытхэтщ. Дэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушынущ, абыхэм къадэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ делъэІуну.
НЭГЪУЭЩІХЭМ ЗЭХАХЫУ ТХЬЭЛЪЭІУР ЩЫЖЫТІЭМ ДЕЖ
17, 18. НэгъуэщІхэм зэхахыу тхьэлъэІу жытІэну къыдэлъэІункІэ щыхъунур дапщэщ икІи сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
17 Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм зэхахыу тхьэлъэІу жытІэну дэ къыдэлъэІункІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, шыпхъум нэгъуэщІ шыпхъу Библие джыным кърегъэблагъэ икІи тхьэлъэІур жиІэну йолъэІу. А шыпхъум Библием ирагъаджэ цІыхубзым и Іуэхур зытетыр имыщІэнкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Библие джыным и кІэм деж тхьэлъэІур жиІэм нэхъ къещтэ. Абы щыгъуэ, ирагъаджэ цІыхубзыр зыхуэныкъуэм теухуауэ шыпхъум и тхьэлъэІум сыт хигъэхьэ хъунуми, нэхъ тыншу къыгурыІуэнущ.
18 Къуэшым зэхуэсыр щызэІущІэм е хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІым тхьэлъэІур щыжиІэну къелъэІункІэ хъунущ. Япэрауэ, абы псори щІызэхуэсам и щхьэусыгъуэр игу иригъэлъын хуейщ. ЕтІуанэрауэ, тхьэлъэІум чэнджэщ е объявленэ гуэр хигъэхьэн хуейкъым. Абы нэмыщІ уэрэдми тхьэлъэІуми зэхэту зэману дакъикъитху хуэдизщ къыхудагъэкІыр. Абы къыхэкІкІэ къуэшым и тхьэлъэІур кІыхьу жиІэн хуейкъым, псом хуэмыдэу зэІущІэм щыщІидзэм деж (Мт. 6:7).
ФИ ГЪАЩІЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УВЫПІЭ ТХЬЭЛЪЭІУМ ЩЕФТ
19. Иеговэ и махуэшхуэм хуэхьэзыру дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
19 Иеговэ и махуэшхуэр нэхъ гъунэгъу хъуху, тхьэлъэІум нэхъ мыхьэнэшхуэ еттын хуейщ. Аращ Хьисэ мыпхуэдэу щІыжиІар: «Сыт щыгъуи фысакъ икІи къэхъуну псоми фахэкІын щхьэкІэ, къару къэвгъуэтурэ... Тхьэм фелъэІу зэпыт» (Лк. 21:36). Иеговэ тхьэлъэІукІэ сыт щыгъуи зыхуэдгъазэу щытмэ, ди фІэщхъуныгъэр быдэ хъунущ икІи абы и махуэшхуэм хуэхьэзыру дыщытынущ.
20. Ди тхьэлъэІухэр фимиамым и мэ ІэфІым дапщэщ щебгъэщхь хъунур?
20 Аращи, дызытепсэлъыхьар къэтпщытэжынщ. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну диІэ Іэмалыр дэ лъапІэу тлъытэн хуейщ. Ди тхьэлъэІухэм япэу зи гугъу тщІын хуейр Иеговэ и мурадым техуэ Іуэхугъуэхэращ. Хьисэ Мэссихьрэ Пащтыхьыгъуэмрэ щхьэкІэ, Алыхьым фІыщІэ хуэтщІын хуейщ. Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэри ди тхьэлъэІухэм хэдгъэхьэну зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. ДауикІ, махуэ къэс дызыхуэныкъуэм теухуауэ икІи ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ, Иеговэ делъэІу хъунущ. Ди тхьэлъэІум хэдгъэхьэну дызыхуейм фІыуэ дызэрегупсысымкІэ Алыхьым зыхуэдгъэзэну диІэ Іэмалыр лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ. Абы щыгъуэ ди тхьэлъэІухэр Иеговэ и дежкІэ, фимиамым и мэ ІэфІым хуэдэу, щытынущ (Прит. 15:8, Гъэсэпэтхыдэхэр).
45-НЭ УЭРЭДЫР Си гум илъ гупсысэхэр
a Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну диІэ Іэмалыр дэ лъапІэу долъытэ. Дэ дыхуейщ ди тхьэлъэІухэр Иеговэ и дежкІэ, мэ ІэфІ къызыпих фимиамым хуэдэу, щытыну. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ ди тхьэлъэІухэм сыт хэдгъэхьэн хуейми. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм зэхахыу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну къыщыдэлъэІум деж, сыт дигу идгъэлъын хуейми дытепсэлъыхьынущ.
b СУРЭТЫР. Ди къуэшыр и щхьэгъусэр и гъусэу Алыхьым йолъэІу школым щыІэ я пхъу цІыкІум зыри къыщымыщІыну, и щыкъу адэм и узыншагъэр нэхъыфІ хъуну икІи Библием ирагъаджэ цІыхубзым и фІэщхъуныгъэр хэхъуэну.
c СУРЭТЫР. Къуэшым Иеговэ фІыщІэ хуещІ: Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм, ди унэ дахэу щыт щІылъэм икІи къэуат зыхэлъ ерыскъым щхьэкІэ.
d СУРЭТЫР. Шыпхъур Иеговэ йолъэІу и къару лъапІэмкІэ УнафэщІ гупым дэІэпыкъуну икІи гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэмрэ я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ кърахуэкІхэмрэ щІэгъэкъуэн яхуэхъуну.