ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Июль н. 26—30
  • Си гъащІэ гъуэгур иунэтІыну Иеговэ хуит сощІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Си гъащІэ гъуэгур иунэтІыну Иеговэ хуит сощІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • ІУГЪУЭ ФІЫЦІЭМ СЫКЪЫХОКІРИ ДЫГЪЭ ЛЪАБЖЬЭМ СЫЩІОУВЭ
  • ЗЭМАН ГУГЪУХЭМ МАЛАВИ ДЫЩОЛАЖЬЭ
  • ЗИМБАБВЕ ДЫЩЫІЭУ МАЛАВИ ДЫДОІЭПЫКЪУ
  • МАЛАВИ ДОГЪЭЗЭЖ
  • КЪЭЗЫГЪЭКІЫР ИЕГОВЭЩ
  • КЪЭСЩТА УНАФЭХЭМ СЫХУЩІЕГЪУЭЖКЪЫМ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Июль н. 26—30

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Си гъащІэ гъуэгур иунэтІыну Иеговэ хуит сощІ

ЖЫЗЫІЭЖАР ИТОН КИТЩ

Молодой Кит Итон.

ИДЖЫРИ сыныбжьыщІэу сэ си гъащІэ гъуэгур къыхэсхат. Си лэжьыгъэр хуабжьу сигу ирихьт икІи ар къэзгъэнэну си гугъэтэкъым. Ауэ Иеговэ нэгъуэщІ гъуэгум сытеувэну къызэлъэІуащ икІи сыкъигъэгугъащ, а гъуэгум сытетыхукІэ, сызыхуэныкъуэ ущиер къызитыну (Пс. 32:8). Абы щыгъуэ сэ мурад сщІащ а гъуэгум сытеувэу, Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну. Сэ илъэс 52-кІэ Иеговэ Африкэм сыщыхуэлэжьащ. А гъуэгум сызэрытеувам сыту гуфІэгъуэ куэд къысхуихьа!

ІУГЪУЭ ФІЫЦІЭМ СЫКЪЫХОКІРИ ДЫГЪЭ ЛЪАБЖЬЭМ СЫЩІОУВЭ

Сэ 1935-нэ гъэм Къэрал ФІыцІэм, Дарластон къалэм сыкъыщалъхуащ. Англием и зы Іыхьэм Къэрал ФІыцІэ щІыфІащар Іугъуэ фІыцІэ къызыпих заводхэмрэ фабрикэхэмрэ абы куэду зэрыщыІэращ. ИлъэсиплІ хуэдиз сыщыхъум, си адэ-анэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер яджу щІадзат. Илъэс 14 е 15 сыщыхъум, сэ къызгурыІуащ Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхурагъаджэр зэрыпэжыр икІи 1952-нэ гъэм, илъэс 16-м ситу, псым зыщІэзгъэуащ.

А зэманым сэ заводышхуэм стажёру сыуват. А заводым Іэмэпсымэ зэмылІэужьыгъуэхэмрэ машинэ моторым пкъралъхьэ Іыхьэхэмрэ къыдигъэкІт. УвыпІэ нэхъ лъагэ къызатын щхьэкІэ, сэ иджыри седжэт. Ауэ къызэрымыкІуэу хъуэпсэгъуэ ІэнатІэт ар!

Ауэ а зэман дыдэм районым и нэхъыжьыр къызэлъэІуащ Уи́лленхолл щыІэ зэхуэсым «книгоизучение» жыхуаІэ зэІущІэр езгъэкІуэкІыну. А Іуэхум теухуауэ унафэ сщІыну тынштэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ зэхуэситІым сыкІуэт икІи си унэмрэ си лэжьапІэмрэ я зэхуаку километр 30 хуэдиз дэлът. Аращи, тхьэмахуэм къриубыдэу Бро́мсгров щыІэ зэхуэсым сыкІуэт, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм си адэ-анэм я деж сыщыкІуэжым, Уилленхолл щыІэ зэхуэсым сыкІуэт.

Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр дэсІыгъыну сыхуейти, фІыуэ слъагъу си лэжьапІэр къэзгъанэри, районым и нэхъыжьыр къызэрызэлъэІуар згъэзэщІащ. Абы щыгъуэ Иеговэ си лъэр иунэтІыну хуит зэрысщІам хуабжьу сыщогуфІыкІыж! А унафэм и фІыгъэкІэ купщІэ зыхэлъ гъащІэ гъэщІэгъуэным щІидзащ икІи сэ абы зэи сыхущІегъуэжакъым.

Бромсгров щекІуэкІ зэІущІэхэм сыщыкІуэм, Алыхьыр фІыуэ зылъагъу Энн зи цІэ шыпхъу дахэ цІыкІу зэзгъэцІыхуащ. Дэ 1957-нэ гъэм дызэрышащ икІи дызэгъусэу Алыхьым и лэжьыгъэм жыджэру деувэлІащ: общэ пионеру, специальнэ пионеру дылэжьащ, районнэ лэжьыгъэми, Вефилым щекІуэкІ лэжьыгъэми дыхэтащ. Си щхьэгъусэ Энн — си гуфІэгъуэ нэхущ!

1966-нэ гъэм дэ Галаад Школым и 42-нэ классым дыщеджащ. Ар къэдуха иужь, Мала́ви къэралым дагъэкІуащ. Малави щыпсэухэр гуапэу икІи хьэщІагъэ яхэлъу зэрыщытым щхьэкІэ, а къэралым Африкэм игу пщтыркІэ йоджэ. Ауэ дэ ди гущхьэ къэкІыххэтэкъым а къэралым куэдрэ зэрызыщыдмыІэжьэнур.

ЗЭМАН ГУГЪУХЭМ МАЛАВИ ДЫЩОЛАЖЬЭ

Малави дызэрыщызекІуэу щыта «кайзер-джипыр»

1967-нэ гъэм, мазаем и 1-м дэ Малави дыІэпхъуащ. Зы мазэкІэ екІуэкІа курсым бзэм дыхуеджа иужь, областной лэжьыгъэм дыпэрыуващ. Дэ ди гугъэт дызэрыс джипыр къуакІэбгыкІэхэми псыежэххэми кІуэцІрыкІыфыну, ауэ дэ хуабжьу дыщыуэт. Ар махэу къыщІэкІащ икІи псы чэнж цІыкІу фІэкІа, нэхъыбэ хуэгъэкъарутэкъым. Иныкъуэхэм деж дэ дыщыжейр ятІагъуэм къыхэщІыкІа унэ цІыкІут. Абы и унащхьэр хьэуазэти, уэшх къыщешхым деж, брезент кІэщІомыІулІэу хъунутэкъым. Миссионер лэжьыгъэр щІэзыдзагъащІэхэм я дежкІэ а псор гъэунэхуапІэт, ауэ дэ псори дигу ирихьт!

Мэлыжьыхьым ди Іуэхур нэхъ гугъу хъуащ. Къэралым и президент Хастингс Банда радиокІэ къэпсалъэри, Иеговэ и Щыхьэтхэм пцІы ятрилъхьащ. Абы зэрыжиІамкІэ, дэ налогхэр ттытэкъым икІи къэрал Іуэхухэм дыхэІэбэт. ДауикІ, ар пцІыт! Абы жагъуэу дыкъыщІилъагъум и щхьэусыгъуэ дыдэр къыдгурыІуэт: дэ нейтралитетым дытетт икІи къуэшхэм парт билетхэр къащэхун ядэтэкъым.

ФокІадэм къытрадза газетым зэритамкІэ, къэралым илъ гугъуехьу хъуамкІэ президентым игъэкъуаншэр дэрат. Партыр щызэхуэсам, президентым жиІащ икІэщІыпІэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэр зэхуищІыну правительствэм мурад зэриІэр. 1967-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 20-м дэ дызэхуащІащ. Абы иужь занщІэу полициемрэ миграционнэ службэм и лэжьакІуэхэмрэ Вефилым къакІуэри, ар зэхуащІащ икІи миссионерхэр къэралым ирахуащ.

1967-нэ гъэм Малави дыкъраху. Миссионеру лажьэ Йоханссон Джекрэ Линдэрэ ди гъусэщ

МахуищкІэ тутнакъым дыщаІыгъа иужь, дэ Маври́кий дагъэкІуащ. А зэманым а хытІыгур Великобританием и лъабжьэ щІэтт. АрщхьэкІэ, Маврикий и къэрал унафэщІхэм дэ къытхуадакъым миссионеру а хытІыгум дыкъыщынэну. Абы къыхэкІкІэ къуэшхэм Роде́зие дагъэкІуащ (иджыпсту абы Зимба́бве и цІэщ). Дыкъыщысам зы къулыкъущІэ гуэр пхъашэу къыдэпсалъэри, къыджиІащ къэралым дыщыпсэуну хуит дызэримыщІынур. Абы жиІащ: «Фэ Малави фыкъыщынэну хуит фащІакъым. Маврикий хытІыгуми фрагъэхьакъым. Иджы сыт, хьэщІэ лъапІэхэм хуэдэу, мыбдеж псори къыфпэплъэ фи гугъэу ара?» Абдежым Энн къыщиудри, къэгъащ. Дэ зыри къытхуэмейуэ къытщыхъут икІи Англием, ди унэм дгъэзэжыну дыхуейт. ИкІэм-икІэжым къэрал унафэщІхэм унафэ къытхуащІащ ди филиалым нэху дыкъыщекІыу, етІуанэ махуэм абыхэм я офис нэхъыщхьэм дыкІуэну. Дэ къару лъэпкъ къытхуэнэжатэкъым, ауэ дызыщыгугъыр Иеговэт. Ди Іуэхур Алыхьым зэрызэхигъэкІынум дыпэплъэт. ЕтІуанэ махуэм дэ хуит дащІащ Зимбабве турист папщІэу дыкъыщынэну. Абы щыгъуэ сиІа гурыщІэхэр сэ зэи сщыгъупщэжынукъым! Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэтэкъым Иеговэ ди гъуэгур зэриунэтІым.

ЗИМБАБВЕ ДЫЩЫІЭУ МАЛАВИ ДЫДОІЭПЫКЪУ

Кит и Энн Итон работают вместе в офисе.

Эннрэ сэрэ Зимбабве щыІэ Вефилым дыщолажьэ. 1968-нэ гъэ

Зимбабве и филиалым служебнэ отделым сыщылажьэт. Сэ къалэн къысхуащІащ Малави, Мозамби́к къэралхэм щыІэ ди къуэшхэм садэІэпыкъуну. Малави щыпсэу ди къуэшхэр гущІэгъуншэу кърахуэкІт. А къэралым районым и нэхъыжьу щылажьэ къуэшхэм кърагъэхь письмохэр зэздзэкІыну си къалэным хыхьэт. Зэгуэр бийхэр ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъуншэу къазэрыхущытым теухуауэ седжэу офисым сыщІэстa. А пщыхьэщхьэм нэпс мащІи щІэзмыгъэкІарэ сэ! Апхуэдизу къызэрырахуэкІым емылъытауэ, ахэр Иеговэ хуэпэжт икІи фІэщхъуныгъэ быдэрэ теубыдагъэрэ ягъэлъагъуэт. Сыту гухэхъуэт ар! (2 Кор. 6:4, 5).

Дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэт Малави къэна ди къуэшхэмрэ Мозамбик щІэпхъуэжын хуей хъуахэмрэ ди тхыгъэхэр яІэрыхьэн щхьэкІэ. Малави щыпсэухэр и нэхъыбэр зэрыпсалъэр чиче́ва бзэращ. А бзэмкІэ зэзыдзэкІ ди къуэш, ди шыпхъухэр Зимбабве щыпсэу ди зы къуэшым и фермэшхуэм къыщыувыІат. ХьэщІагъэ зыхэлъ а ди къуэшым ахэр щыпсэун унэрэ щылэжьэн офисрэ яхуищІащ. Абы и фІыгъэкІэ ди тхыгъэхэр адэкІи зэрадзэкІт.

Районым и нэхъыжьу Малави щылажьэ къуэшхэр илъэс къэс чичева бзэмкІэ Зимбабве щекІуэкІ областной конгрессым къакІуэт. Конгресс нэужьым гъэхьэзыра псалъэхэм я планхэр дэ абыхэм етт. Малави ягъэзэжа иужь, Библием ит гупсысэ гъэщІэгъуэнхэмкІэ ахэр къуэш, шыпхъухэм ядэгуашэт. Районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшхэм папщІэ дэ зэгуэр «Школа священного служения» жыхуаІэр Зимбабве щедгъэкІуэкІыфауэ щытащ. ДауикІ, а Школым лІыгъэ зыхэлъ ди къуэшхэр игъэгушхуат.

Чичева, шона бзэхэмкІэ Зимбабве щекІуэкІ конгрессым чичева бзэмкІэ псалъэ щыжызоІэ

1975-нэ гъэм, мазаем сэ Мозамбик сыкІуэри, Малави къиІэпхъукІа ди къуэш, ди шыпхъухэм сахуэзащ. Ахэр Иеговэ и организацэм къыкІэрыхутэкъым. Зэхуэс къэс зы къуэш мыхъуу, атІэ къуэш зыбжанэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэт икІи а къуэшхэм зэхуэсым ирихьэкІ лэжьыгъэр фІыуэ зэрагъэпэщт. Абыхэм гъэхьэзыра псалъэхэр жаІэт, къуэш, шыпхъухэм я гъусэу махуэм хухаха Библием щыщ едзыгъуэр зэпкърахт, «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр яджт икІи районнэ конгрессхэр ирагъэкІуэкІт. ЩІэпхъуэжын хуей хъуахэр щыпсэу щІыпІэр конгрессышхуэхэр щедгъэкІуэкІ щІыпІэхэм ещхьт. Къуэшхэр къабзагъэм, ерыскъыр гуэшыным икІи шынагъэ гуэр щымыІэным кІэлъыплът. Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ а къуэшхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІыфащ. А псор щыслъэгъуам, сэ абы хуабжьу сигъэгушхуат!

1970 гъэхэм и кІэм щыщІэдзауэ Малави кІэлъыплъыр Замбие щыІэ филиалырат. Ауэ сэ адэкІи Малави щыпсэу къуэшхэм сахуэгузавэт икІи Тхьэ сахуелъэІут. Къуэш куэдми апхуэдэу ящІэт. Зимбабве щыІэ филиалым и комитетым сыхэтти, дунейпсо ІуэхузехьэпІэм къикІа къуэшыр Малави, ЮАР, Замбие къэралхэм я къуэш нэхъыжьхэм щахуэзэкІэ сэри а зэІущІэм сыщыІэт. Апхуэдэ зэІущІэ къэс къуэшхэм мыпхуэдэ упщІэ къаІэтт: «Малави щыпсэу ди къуэшхэм сыт дэ иджыри яхуэтщІэфынур?»

Зэманыр кІуэт, дыкъызэрырахуэкІри нэхъ мащІэ хъут. Ди къуэш, ди шыпхъу куэдым Малави ягъэзэжат, абы къыщынауэ щытахэми я гум жьы дихужат. Абы пэгъунэгъу къэралхэми щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм хуитыныгъэ иратыжт. Псалъэм папщІэ, 1991-нэ гъэм Мозамбик щыпсэу ди къуэшхэм апхуэдэ хуитыныгъэ къратыжат. Ауэ дэ псори дыпэплъэт Малави щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэр хуиту Иеговэ щыхуэлажьэ хъуну зэманым.

МАЛАВИ ДОГЪЭЗЭЖ

Малави Іуэхум зихъуэжт икІи 1993-нэ гъэм правительствэм Иеговэ и Щыхьэтхэм яІа хуитыныгъэхэр яритыжащ. Абы иужь куэд дэмыкІыу, зы миссионерым сыздепсалъэм ар къызэупщІащ: «Сыт, Малави вгъэзэжыну?» Абы щыгъуэ сэ илъэс 59 сыхъути, абы жесІащ: «Хьэуэ, сэ жьыІуэ сыхъуащ». Ауэ, дауэ къыфщыхъурэ, а махуэ дыдэм Малави дгъэзэжыну УнафэщІ гупыр къыдэлъэІуащ!

Зимбабве дыщылэжьэну дигу ирихьти, Малави дыІэпхъуэну ди дежкІэ тынштэкъым. Дэ мы къэралым десат икІи фІыщэу тлъагъу ныбжьэгъу куэд диІэт. УнафэщІ гупым къытхуитха письмо гуапэм зэритымкІэ, дэ дыхуейуэ щытмэ, Зимбабве дыкъанэми хъунут. Ара хъунт дэ тщІэнур, ди гъащІэ гъуэгур дэ езым дыунэтІыжыну дыхуейуэ щытамэ. Ауэ сэ сигу къэзгъэкІыжащ Ибрэхьимрэ Сарэрэ я щапхъэр. Я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам емылъытауэ, а тІум я унэ тыншыр къагъанэри, Иеговэ къарита унафэр ягъэзэщІащ (ЩІэдз. 12:1—5).

Дэ мурад тщІащ, Иеговэ и организацэм къыджиІэм дедаІуэу, Малави дгъэзэжыну. Япэ дыдэу дыкъыщыкІуа лъандэрэ илъэс 28 дэкІауэ, 1995-нэ гъэм, мазаем и 1-м дэ а къэралым дыІэпхъуэжащ. Малави щыІэ филиалым и комитетым щылэжьэну къуэшищ трагъэуват, сэри абыхэм сахэту. Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр зэтедгъэувэжын щхьэкІэ, дэ еш дымыщІэу дылажьэт.

КЪЭЗЫГЪЭКІЫР ИЕГОВЭЩ

Сыту гухэхъуэ плъэгъуну Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэр! 1993-нэ гъэм хъыбарыфІыр зыгъэІухэм я бжыгъэр 30 000 хуэдиз хъууэ щытамэ, 1998-нэ гъэм абыхэм я бжыгъэр 42 000 щІигъутb. А къэралым Иеговэ и Щыхьэтхэм я бжыгъэр псынщІэу зэрыхэхъуэм къыхэкІкІэ УнафэщІ гупым филиал дыухуэну хуит дищІат. Абы щхьэкІэ Лилонгв къалэм гектар 12 хъу щІапІэ къыщытщэхуащ. А ухуэныгъэм и комитетым сыщылэжьэну сытрагъэуващ.

2001-нэ гъэм, накъыгъэм ирихьэлІэу филиалыр хьэзыр хъуащ. Дыухуа филиалыр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм теухуа псалъэр УнафэщІ гупым щыщ ди къуэш Гай Пирс къыджиІащ. ГуфІэгъуэшхуэ къытхуэзыхьа а зэІущІэм къуэш, шыпхъуу 2 000-м щІигъу щыІащ икІи абыхэм щыщу и нэхъыбэр илъэс 40-м щІигъуауэ Иеговэ хуэлажьэт. Илъэс бжыгъэкІэ гущІэгъуншэу къызэрырахуэкІыу щытам емылъытауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэр Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Къуэш, шыпхъухэр тхьэмыщкІэу псэуми, Алыхьым и пащхьэм ахэр щыкъулейт. Иджы абыхэм Вефилым къыщакІухьыну Іэмал яІэт! Ди уэрэд дахэхэр дэнэкІи щызэхэпхт. Африкэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрыжаІэм хуэдэу, зыми а уэрэдхэр яхужыІэнукъым. А псом къигъэлъагъуэт гъэунэхуапІэхэм пэжу къыхуэна Иеговэ и лэжьакІуэхэм абы и нэфІ зэрыщыхуэр.

ХуэмыщІауэ псэу къэралхэм щхьэкІэ ди организацэм дыщызэхуэс Унэхэр иухуэт. Филиалыр нэдгъэса иужь, Малави къэралми дыщызэхуэс Унэхэр дыухуэу щІэддзат икІи а Унэхэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм теухуа псалъэхэр сэ щыжысІэ къэхъут. Япэм языныкъуэ зэхуэсхэм я зэІущІэхэр жыг къудамэхэм къыхэщІыкІа навесхэм щІэсу, ятІагъуэм къыхэщІыкІа тетІысхьэпІэхэм тесу ирагъэкІуэкІт. Иджы абыхэм, езыхэм ящІыжа хьэкухэр къагъэсэбэпурэ, чырбыш ящІт икІи абыкІэ Унэ дахэхэр зэтралъхьэт. Ауэ къуэш, шыпхъухэм шэнт нэхърэ скамейкэхэм тесмэ, нэхъ къащтэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм цІыху нэхъыбэ тохуэ.

Иеговэ и лъэпкъым и нэфІыр зэрыщыхуэр щыслъагъукІэ си гур хэхъуэт! Псом хуэмыдэу къуэш ныбжьыщІэхэм я щапхъэр сигу ирихьт. Иеговэ нэхъыбэ хуащІэну ахэр хуэгъэушын хуейуэ щыттэкъым. Армырами, ахэр сыт щыгъуи хьэзырт еджэну икІи зыхурагъаджэр занщІэу я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну. А псом и фІыгъэкІэ апхуэдэ къуэшхэм Вефилми зэхуэсми къалэн куэд щагъэзэщІэну хьэзырт. Районым и нэхъыжьу куэд мыщІэу трагъэува къуэшхэми фІы дыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэр ягъэгушхуэт. А къуэшхэм щыщу куэдым щхьэгъусэ яІэт. Ауэ абыхэм мурад ящІат, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ, зэкІэ сабий зрамыгъэгъуэтыну, я Іыхьлыхэмрэ къэзыухъуреихь цІыхухэмрэ къазэрыгурымыІуэм икІи къызэрытракъузэм емылъытауэ.

КЪЭСЩТА УНАФЭХЭМ СЫХУЩІЕГЪУЭЖКЪЫМ

Эннрэ сэрэ Великобританием щыІэ Вефилым дыщолажьэ

Дэ Африкэм илъэс 52-кІэ дыщылэжьащ. Ауэ иужькІэ си узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ, УнафэщІ гупым хуит дищІащ Великобританием щыІэ филиалым дгъэзэжыну. ФІыуэ тлъагъу лэжьыгъэр къэдгъэнэну ди дежкІэ тынштэкъым. Ауэ Великобританием и Вефилым щылажьэ къуэш, шыпхъухэм дэ гуапэу драгъэблэгъащ икІи ахэр фІы дыдэу къыддоІэпыкъу.

Шэч хэмылъу, Иеговэ си гъащІэ гъуэгур иунэтІыну хуит зэрысщІар унафэ нэхъыфІ дыдэт! Си щхьэм сыщыгугъыжу лэжьыгъэм зестамэ, хэт ищІэрэт абы сызыхуишэнур. ДауикІ, си «гъуэгур занщІэ» зыщІыфынур Иеговэ закъуэт (Прит. 3:5, 6, Гъэс.). СыщыныбжьыщІэм сэ сыдихьэхауэ щІэзджыкІт, ехъулІэныгъэ уиІэу заводышхуэм ущылэжьэн щхьэкІэ, пщІэн хуейр сытми. Ауэ а лэжьыгъэр зыри ищІыстэкъым, Иеговэ и организацэм къысхуигъэфэща лэжьыгъэ лъапІэм елъытауэ. Иеговэ сызэрыхуэлажьэр си дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытащ икІи щытынущ!

a Малави щыпсэу ди къуэшхэм теухуауэ 1999-нэ гъэм къыдагъэкІа «Ежегодник Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ тхылъым, 148—223-нэ напэкІуэцІхэм къыщытрадзащ.

b Иджыпсту Малави хъыбарыфІыр зыгъэІухэм я бжыгъэр 100 000 щІегъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын