26 СТАТЬЯР
Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр шынэм дытекІуэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
«Иеговэ си телъхьэщи, сышынэнукъым» (ПС. 118:6).
105-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ЦІыхур сытым игъэшынэфыну?
ЯЗЫНЫКЪУЭ ди къуэш, ди шыпхъухэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэм гу лъыттэнщ. Не́сторрэb Мариерэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну мурад яІэт. Абы щхьэкІэ ахъшэ нэхъ мащІэкІэ псэууэ абыхэм зрагъэсэн хуейт. Ауэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэм ахэр щышынэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъэсауэ насыпыфІэу щымытыну къащыхъут. Би́ниам хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр щызэхуэщІа къэралым щопсэу. Ар Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам, абы щхьэкІэ къызэрырахуэкІынур къыгурыІуэт. Биниам абы щышынэт. Ауэ ар нэхъыбэу зыщышынэ зы Іуэхугъуэ щыІэт: и диныр зэрихъуэжар и унагъуэм щыщхэм къащІа иужь зэрызащІынум. Валери́ псынщІэу зызыубгъу рак уз иІэу къагъуэтащ. Ауэ лъы хамыгъэлъадэу операцэ зыщІын дохутыр абы игъуэттэкъым. Валери а узым пэмылъэщу лІэнкІэ шынэт.
2. Шынэм дызэщІиубыдэну Іэмал едмытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
2 Уэри апхуэдэ Іуэхугъуэхэм упэщІэхуауэ пІэрэ? Дэ тщыщ куэдым шынэр зищІысыр ящІэ. Ауэ шынэм дызэщІиубыдэну Іэмал едмытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іущагъ зыхэмылъ унафэхэр шынэм къыдигъэщтэнкІэ хъунущ икІи ар Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфынущ. Аращ ШейтІаныр зыщІэхъуэпсыр. Абы нэмыщІ дызыщышынэхэр къигъэсэбэпу Иеговэ и хабзэхэм дригъэбэкъуэну ар хущІокъу, псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр дымыгъэІужу дыхъуну (Апок. 12:17). ШейтІаныр бзаджэщ, гущІэгъуншэщ икІи абы къаруушхуэ бгъэдэлъщ. Ауэ уэ абы зыщыпхъумэфынущ. Дапхуэдэу?
3. Шынэм дыпэлъэщыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
3 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи дызэригъусэм шэч къытедмыхьэу щытмэ, ШейтІаным зэи дигъэшынэфынукъым (Пс. 118:6). 118-нэ Псаломыр зыуса Алыхьым и лэжьакІуэм и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуат. Псалъэм папщІэ, абы жагъуэгъу куэд иІащ, тепщэныгъэ зиІэхэри абыхэм яхэту (9, 10 едзыгъуэхэр). Зэман-зэманкІэрэ абы и бийхэм хуабжьу къытракъузэт (13 едзыгъуэр). Абы нэмыщІ езы Иегови абы тезыр трилъхьащ (18 едзыгъуэр). Ауэ, а псом емылъытауэ, Псаломыр зытхам мыпхуэдэу жиІащ: «[Сэ] сышынэнукъым». Апхуэдэу жиІэну ар хуэзыгъэушар сыт? Псаломыр зытхам фІыуэ къыгурыІуэт, Иеговэ абы тезыр трилъхьауэ щытми, ар фІыуэ къэзылъагъу уафэм щыІэ и Адэу зэрыщытыр. Абы быдэу и фІэщ хъут, ар сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, Иеговэ къыдэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр (Пс. 118:29).
4. Алыхьым фІыуэ дызэрилъагъур быдэу ди фІэщ хъумэ, сыт хуэдэ шынэхэм дытекІуэфыну?
4 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ хъумэ, куэдыр зыщышынэ Іуэхугъуищым дыпэлъэщыфынущ: 1) ди унагъуэр зыхуей хуэдмыгъэзэфыну дызэрышынэм, 2) цІыхухэм гугъуехь дагъэшэчыну дызэрышынэм, 3) лІэныгъэм дызэрыщышынэм. Япэ абзацым зи гугъу тщІа къуэш, шыпхъухэр зыщышына Іуэхугъуэхэм пэлъэщыфащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм шэч къытрахьэтэкъым Алыхьым ахэр фІыуэ зэрилъагъум.
ДИ УНАГЪУЭР ЗЫХУЕЙ ХУЭДМЫГЪЭЗЭФЫНУ ДЫЗЭРЫШЫНЭР
Къуэшым, и унагъуэм ерыскъы иІэн щхьэкІэ, и къуэм и гъусэу бдзэжьей йощэ (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Унагъуэм и нэхъыжьыр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм игъэгузэвэфыну? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
5 Алыхьым хуэлажьэ унагъуэм и нэхъыжьым и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуигъэзэну иІэ къалэным мыхьэнэшхуэ ирет (1 Тим. 5:8). Уэри унагъуэм и нэхъыжьу ущытмэ, пандемиер щекІуэкІ зэманым ущІэгузэвэн щхьэусыгъуэ куэд къыпхуихьауэ къыщІэкІынщ. Уэ уи лэжьапІэр пфІэкІуэду уи унагъуэр зыхуей хуомыгъэзэфыну уригузэвауэ пІэрэ? Хьэмэрэ нэгъуэщІ лэжьапІэ къыпхуэмыгъуэту щытмэ, фэтэрыпщІэ зэрыпхуемытынум уигъэгузэва? Е, Несторрэ Мариерэ хуэдэу, ахъшэ нэхъ мащІэкІэ упсэуну пхузэфІэмыкІыну уи гугъэу щыта? Апхуэдэ дызыщышынэ Іуэхугъуэхэр ехъулІэныгъэ иІэу ШейтІаным куэд щІауэ къегъэсэбэп.
6. ШейтІаным ди фІэщ ищІыну зыхуейр сыт?
6 Иеговэ и нэІэ къыптримыгъэту икІи уи унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ къыбдэмыІэпыкъуу ШейтІаным уи фІэщ ищІыну хуейщ. Ар ди фІэщ хъумэ, ди щхьэр къэдгъэпцІэжу мыпхуэдэу дегупсысынкІэ хъунущ: «Библием ит принципхэм себэкъуа папщІэ, си лэжьапІэр зыфІэзгъэкІуэд хъунукъым».
7. Хьисэ сытым теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну хуей?
7 Хьисэ псом нэхърэ нэхъыфІу Иеговэ ецІыху. Аращ абы мыпхуэдэу щІыжиІар: «Фэ фелъэІун и пэкІэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапІэм ещІэр» (Мт. 6:8). Абы нэмыщІ Хьисэ езым и нэкІэ илъэгъуауэ ещІэ Иеговэ и унагъуэр зыхуей хуигъэзэну зэрыхьэзырыр. Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр, абы и унагъуэм дыщыщщ. Аращи, Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьу зэрыщытым къыхэкІкІэ 1 Тимофей 5:8 ит принципым езыр зэрытетыжым дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.
Иеговэ дызыхуэныкъуэр къыдимыту дыкъигъэнэнукъым икІи абы щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпыфынущ (8-нэ абзацым феплъ.)d
8. 1) Ди унагъуэр зыхуей хуэдмыгъэзэфыну дызэрышынэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Маттэ 6:31—33) 2) Сурэтым тет зэщхьэгъусэхэр шыпхъум ерыскъыкІэ зэрыдэгуашэм сытым дыхуигъасэрэ?
8 Иеговэ уэри уи унагъуэри фІыуэ зэрилъагъур быдэу уи фІэщ хъумэ, узыхуэныкъуэу хъуар абы сыт щыгъуи къызэрыуитынум шэч къытепхьэнукъым. (Къеджэ Маттэ 6:31—33.) Иеговэ и унагъуэм кІэлъыплъыну хуабжьу игу ирохь. Ар хьэлэлагърэ щабагърэ зыхэлъ ди Адэ лъапІэщ икІи абы щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыну хуэфащэщ! ЩІылъэр къыщигъэщІым щыгъуэ, абы дызыхуэныкъуэр къыдита къудейкъым, атІэ гуфІэгъуэрэ насыпрэ къытхуэзыхь тыгъэ куэд къыдитащ (ЩІэдз. 2:9). Ауэ иныкъуэхэм деж дызыхуэныкъуэм фІэкІа димыІэу щытми, ар дызэриІэм ди акъылыр тедухуэм нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ зыми жиІэфынукъым Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр хуэмыгъэзэщІауэ (Мт. 6:11). Аращи, зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ иджыпсту къыдитымрэ къэкІуэну зэманым къыдитынумрэ куэдкІэ нэхъыбэщ дэ нобэ зызыхуэдгъэныкъуэн хуейм нэхърэ. Несторрэ Мариерэ ар я щхьэкІэ зыхащІащ (Ис. 65:21, 22).
9. Несторрэ Мариерэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
9 Колумбием щыщ Несторрэ Мариерэ унэ дэгъуэрэ лэжьапІэфІрэ яІащ. Абыхэм жаІэж: «Иеговэ нэхъыбэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьэну дыхуейт, ауэ дышынэт. Дэ дегупсыст ахъшэ нэхъ мащІэ къэдлэжьу щытмэ, ди гъащІэм гуфІэгъуэ хэмытыжыну». А шынэм пэлъэщыну сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Несторрэ Мариерэ ягу къагъэкІыжу щІадзащ Иеговэ и лъагъуныгъэр мызэ-мытІэу абыхэм яригъэлъагъуэу зэрыщытар. Уафэм щыІэ я Адэм ахэр къызэримыгъэнэнур быдэу я фІэщ хъууэ Несторрэ Мариерэ я лэжьапІэфІхэр къагъэнащ. А зэщхьэгъусэхэм я унэр ящэри, хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуащ. А унафэм къыпэкІуар дауэ абыхэм къазэрыщыхъуар? Нестор къыддогуашэ: «Маттэ 6:33 ит псалъэхэр зэрыпэжыр ди щхьэкІэ зыхэтщІащ! Дэ зэи зыми дыщыщІакъым. Иджы ди гъащІэр ІэджэкІэ нэхъ насыпыфІэ хъуащ».
ЦІЫХУХЭМ ГУГЪУЕХЬ ДАГЪЭШЭЧЫНУ ДЫЗЭРЫШЫНЭР
10. ЦІыхухэр зыр зым зэрыщышынэр щІэмыгъэщІэгъуэныр сыт?
10 Іэдэмрэ Хьэуарэ щыпсэуа зэманым щыщІэдзауэ цІыхухэр зыр зым «зэран хуохъу» (Эккл. 8:9). Псалъэм папщІэ, къулыкъущІэхэм тепщэныгъэ яІэмкІэ ирагъэлей, щІэпхъаджащІэхэр дэнэкІи куэд щыхъуащ, школакІуэхэм къадеджэхэм лей къытрагъэхьэ, абы нэмыщІ зи унагъуэм щыщхэм гущІэгъуншэу хущыт куэди щыІэщ. Аращи, цІыхухэр нэгъуэщІ цІыхухэм зэрыщышынэр гъэщІэгъуэнкъым! А шынэр ШейтІаным дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыр?
11, 12. ЦІыхухэм дазэрыщышынэр дапхуэдэу ШейтІаным къызэригъэсэбэпыр?
11 ШейтІаныр хуейщ цІыхухэм дащышынэу Алыхьым и хабзэхэм дебэкъуэну икІи хъыбарыфІыр афІэкІа дымыгъэІуну. Абы и ягъэкІэ языныкъуэ къэралхэм я унафэщІхэм ди лэжьыгъэр зэхуащІ икІи ди къуэш, ди шыпхъухэр тутнакъым ягъэтІыс (Лк. 21:12; Апок. 2:10). Нобэ куэдым Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ пэжыр зэблаш икІи пцІы яупс. А пцІыр зи фІэщ хъухэр щІэх-щІэхыурэ къытщодыхьэшх, уеблэмэ, пхъашэу къытхущытщ (Мт. 10:36). Апхуэдэ Іэмалхэр ШейтІаным къызэригъэсэбэпыр дгъэщІэгъуэн хуей? Хьэуэ. Япэ лІэщІыгъуэми а Іэмалхэр абы къигъэсэбэпу щытащ (Апост. 5:27, 28, 40).
Ди унагъуэм щыщхэр ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ къытпэщІэувэфынущ, ауэ Иеговэ сыт щыгъуи фІыуэ дыкъызэрилъэгъунум шэч къытедмыхьэми хъунущ (12—14-нэ абзацхэм феплъ.)e
12 ШейтІаныр зэран къытхуэхъун щхьэкІэ, къэрал унафэщІхэм я закъуэкъым къигъэсэбэпыр. Языныкъуэхэр Библием ит пэжыр я унагъуэм щыщхэм къазэрыщыхъунум апхуэдизкІэ щошынэри, удын къытралъхьамэ, нэхъ къащтэнут. А къуэш, шыпхъухэм я унагъуэм щыщхэр фІыуэ ялъагъу. Ахэр хуейщ абыхэми Иеговэ къацІыхуу хуэлэжьэн щІадзэну. Абы нэмыщІ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм ягу къоуэ я Іыхьлыхэр Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ ІейкІэ зэрытепсэлъыхьыр. Ауэ иныкъуэхэм деж нэгъуэщІуи къохъу: пэжым пэщІэувэу щытахэр Иеговэ и Щыхьэт мэхъу. НтІэ, Иеговэ и лэжьакІуэ дызэрыхъуам щхьэкІэ, ди унагъуэм щыщхэм ІэщІыб дащІу щытмэ-щэ? Абы щыгъуэ сыт дэ тщІэнур?
13. Ди унагъуэм щыщхэм ІэщІыб дащІауэ щытми, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ зэрыхъур дапхуэдэу къыддэІэпыкъурэ? (Псалом 27:10).
13 Псалом 27:10 ит псалъэхэм гупсэхугъуэ къыдатыфынущ (къеджэ). Иеговэ и лъагъуныгъэм и инагъым дыщегупсысым деж, ди Іыхьлыхэм ІэщІыб дащІауэ щытми, дэ гузэгъэгъуэ зыхыдощІэ. Теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэм щхьэкІэ, Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуэным шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу дызыхуей дыхуегъазэ. Псалъэм папщІэ, ди Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр къыдет, ди гум мамырыгъэ кърелъхьэ икІи насыпыфІэ дещІ, абы нэмыщІ абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэну къыддоІэпыкъу. Ар зэрыпэжым ди къуэш Биниам щыхьэт тохъуэ.
14. Биниам и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
14 Биниам щыпсэу къэралым Иеговэ и Щыхьэтхэр хуабжьу кърахуэкІ. Абы емылъытауэ, Биниам Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну мурад ищІащ. ЦІыхухэм щымышынэну Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу абы къызэрыдэІэпыкъуар? Биниам къыддогуашэ: «Гугъуехьхэр сызэригугъам нэхърэ нэхъ гуащІэу къыщІэкІащ. Ауэ абы нэхърэ нэхъ Іейуэ сэ си унагъуэр къызэрыспэщІэувэнум сыщышынэт. Иеговэ и лэжьакІуэ сыхъуну къэсщта унафэр си адэм игу иримыхьынкІэ сыгузавэт икІи си унагъуэм щыщхэм ауан сащІыну си гугъэт». Ауэ Биниам шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ фІыуэ илъагъухэм и нэІэ зэрытригъэтым. Абы пещэ: «Ахъшэм епха гугъуехьхэм, захуагъэ хэмылъу къазэрыхущытым икІи лей къызэрытрагъэхьэм пэлъэщыну Иеговэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъуам сегупсыст. Сэ си фІэщ хъут, Иеговэ хуэпэжу сыкъанэмэ, абы и нэфІ къызэрысщыхуэнур. Мызэ-мытІэу сэ полицием саубыдащ, уеблэмэ, удын къыщыстралъхьаи къэхъуащ. Ауэ сэ си щхьэкІэ зыхэсщІащ Иеговэ абы хуэпэжхэм сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн зэрахуэхъур». Биниам а гугъуехьхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ, Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ и Адэу, къуэш, шыпхъухэр — и унагъуэу зэрыщытыр зыхищІащ.
ЛІЭНЫГЪЭМ ДЫЗЭРЫЩЫШЫНЭР
15. ЛІэныгъэм дыщІыщышынэр сыт?
15 Библием щыжыІащ лІэныгъэр ди бийуэ зэрыщытыр (1 Кор. 15:25, 26). Абы дызэрегупсыс закъуэм дегъэшынэ, псом хуэмыдэу дэ езыр е фІыуэ тлъагъу гуэр сымаджэ хьэлъэ щыхъуам деж. ЛІэныгъэм дыщІыщышынэр сыт? Иеговэ цІыхухэр къыщигъэщІым щыгъуэ, «я гум ирилъхьащ игъащІэкІэ псэуну хуейуэ» (Эккл. 3:11). Иныкъуэхэм деж лІэныгъэм дызэрыщышынэм ди гъащІэр къихъумэфынущ. Псалъэм папщІэ, тшхым дыкІэлъыплъыну, ди Іэпкълъэпкъым зедгъэужьыну, зыгуэр къыщыдэузым деж дохутырым зыхуэдгъэзэну. Абы нэмыщІ лІэныгъэм дызэрыщышынэм дыхуигъэушыфынущ ди гъащІэм дыхуэсакъыну.
16. ЛІэныгъэм дызэрыщышынэр дапхуэдэу ШейтІаным къызэригъэсэбэпыр?
16 ШейтІаным ещІэ гъащІэр ди дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр. Абы жеІэ ди гъащІэр къедгъэлын щхьэкІэ, сытри тщІэну дыхьэзыру, уеблэмэ, Иеговэ депцІыжыну (Иов 2:4, 5). Сыту Іейуэ щыуэрэ ар! Ауэ итІанэми «лІэныгъэм тепщэныгъэ хузиІэ» ШейтІаныр къэувыІэкъым. Иеговэ къыдигъэгъэнэн щхьэкІэ, лІэныгъэм дызэрыщышынэр абы къегъэсэбэп (Евр. 2:14, 15). Иныкъуэхэм деж ШейтІаным и лъабжьэ щІэт цІыхухэм Иеговэ и лэжьакІуэхэм жраІэ, ахэр я фІэщхъуныгъэм емыпцІыжу щытмэ, яукІыну. Е цІыхум узыфэ гуэр иІэу и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІэм деж, ШейтІаным ар къигъэсэбэпыфынущ Иеговэ и хабзэхэм ебэкъуэну хуигъэушын щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, дохутырхэмрэ Иеговэ зи фІэщ мыхъу ди унагъуэм щыщхэмрэ, лъы зыхэдгъэлъэдэн щхьэкІэ, къыттракъузэфынущ. Е Библием ит принципхэм темыхуэ цІыхухэр зэрагъэхъуж Іэмалхэр къыхэтхыну дыхагъэзыхьынкІэ хъунущ.
17. Рим 8:37—39 зэритымкІэ, лІэныгъэм дыщышынэн щІыхуэмейр сыт?
17 Пэжщ, дэ дылІэну дыхуейкъым. Ауэ апхуэдэу къэхъуу щытми, дэ дощІэ Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэм зэи кІэ зэримыІэнур. (Къеджэ Рим 8:37—39.) Иеговэ и ныбжьэгъуу щыт цІыхур дунейм щехыжым деж, абы ар щыгъупщэкъым. Алыхьым и дежкІэ ар псэум хуэдэщ (Лк. 20:37, 38). А цІыхур лІахэм къащыхигъэтэджыкІыжыну зэманым Иеговэ къыхуэмыгъэсу поплъэ (Иов 14:15). Абы, «мыкІуэдыжын гъащІэ [д]иІэ хъун щхьэкІэ», уасэшхуэ итащ — и Къуэ щІасэм и гъащІэр (Ин. 3:16). Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъур икІи и нэІэ къызэрыттригъэтыр. Аращи, узыфэ хьэлъэ дызэриІэм е даукІыну шынагъэ зэрыщыІэм щхьэкІэ, дэ Алыхьыр зэи къэдгъэнэнукъым. Абы ипІэкІэ гупсэхугъуэ, Іущагъ, къару къыдитын щхьэкІэ, Иеговэ зыхудогъазэ. Аращ Валери́рэ и щхьэгъусэмрэ ящІар (Пс. 41:3).
18. Валери и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
18 Валери илъэс 35 щыхъум щыгъуэ псынщІэу зызыубгъу рак уз иІэу къагъуэтащ. ДауикІ, ар лІэныгъэм щышынэт. Ауэ а шынэм пэлъэщыну Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу абы къызэрыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Узыфэ хьэлъэ сызэриІэр къыщысщІам щыгъуэ си гъащІэм зэуэ зихъуэжащ. Операцэ самыщІу хъунутэкъым. Сэ дохутыр куэдым захуэзгъэзащ, ауэ лъы къысхамыгъэлъадэу операцэ сащІын абыхэм ядэтэкъым. Іуэхур апхуэдэу зэрыщытым къыхэкІкІэ сэ хуабжьу сышынэт. Ауэ, а псом емылъытауэ, Иеговэ и хабзэм себакъуэу лъы зыхэзгъэлъэдэну зы Іэмал щыІэтэкъым! Си гъащІэм къриубыдэу сэ мызэ-мытІэу Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхэсщІащ. Иджы сэри Іэмал сиІэ хъуащ ар фІыщэу зэрыслъагъур къэзгъэлъэгъуэну. Дохутырхэм си Іуэхур зэрымыщІагъуэр къызжаІэхукІэ, Иеговэ згъэгуфІэну сэ нэхъыбэжу сыхуейт. Абы нэмыщІ ШейтІаныр зытезгъэкІуэну сыхуейтэкъым. ИкІэм-икІэжым лъы къысхамыгъэлъадэу операцэ сащІащ икІи ар тэмэму зэфІэкІащ. Нэгъэсауэ си узыншагъэр зэтемыувэжами, Иеговэ сыт щыгъуи сызыхуэныкъуэу хъуар къызет. Псалъэм папщІэ, узыфэ хьэлъэ сызэриІэр къэсщІэн ипэ махуэ зыбжанэ иІэу „Сохраняйте мужество в бедственные времена“ жыхуиІэ статьяр зэІущІэм щызэпкърытхатc. Сыту игъуэу къэсат а статьяр! Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абы къытедгъэзэжыурэ деджэт. Апхуэдэ статьяхэмрэ Алыхьым зэпымыууэ дызэрыхуэлажьэмрэ дэ къыддоІэпыкъу ди гум мамырыгъэ илъыну икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну».
ШЫНЭ ДИІЭХЭМ ДЫТОКІУЭ
19. Куэд мыщІэу сыт къэхъунур?
19 Иеговэ и фІыгъэкІэ дуней псом тет и лэжьакІуэхэр я гугъуехьхэм полъэщ икІи ШейтІаныр зытрагъакІуэкъым (1 Пет. 5:8, 9). Уэри ар пхузэфІэкІынущ! Куэд мыщІэу Иеговэ Хьисэрэ абы и гъусэу уафэм щытепщэнухэмрэ «ШейтІаным и Іуэхухэр [я]гъэкІуэдыну» унафэ яхуищІынущ (1 Ин. 3:8). Абы иужь цІыхухэр хуиту Алыхьым хуэлэжьэнущ икІи «ахэр зыми игъэшынэнукъым» (Мих. 4:4; Ис. 54:14). А зэман дахэр къэсыху, дызыщышынэ Іуэхугъуэхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ.
20. Шынэм дытекІуэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
20 Иеговэ и ныбжьэгъухэр фІыуэ елъагъу икІи абыхэм къащхьэщож. Абы теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэм адэкІи хэдгъэхъуэн хуейщ. Абы щхьэкІэ пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрихъумэу щытам дегупсыс икІи абыкІэ къуэш, шыпхъухэм дадэгуашэ хъунущ. Абы нэмыщІ дэ езым ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну ар къызэрыддэІэпыкъуауэ щытар зыщыдгъэгъупщэнкъым. Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ дэ дызыщышынэ псоми дытекІуэфынущ! (Пс. 34:4).
129-НЭ УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
a Шынэр сыт щыгъуи Іейуэ щыту жыпІэ хъунукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыхур шынагъэ гуэрым щихъумэфынущ. Ауэ шынэм дызэщІиубыдэну Іэмал етту щытмэ, ШейтІаным ар къигъэсэбэпынущ, зэран къытхуэхъун щхьэкІэ. Аращи, шынэр зытедмыгъэкІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Мы статьям къызэригъэлъэгъуэнумкІэ, Иеговэ ди лъэныкъуэр зэриІыгъым икІи фІыуэ дызэрилъагъум шэч къытедмыхьэу щытмэ, дэ зэи зыми дигъэшынэфынукъым.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c 2012-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 7—11 напэкІуэцІхэм феплъ.
d СУРЭТЫР. Шыпхъум и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ, къару куэд ирехьэлІэ. Абы и зэхуэсым щыщ зэщхьэгъусэхэр шыпхъум и унагъуэм ерыскъыкІэ догуашэ.
e СУРЭТЫР. Ди къуэш щІалэщІэм, и адэ-анэр къызэрыпэщІэувэм емылъытауэ, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур быдэу и фІэщ мэхъу.