25 СТАТЬЯР
НэгъуэщІхэм яхуэзыгъэгъухэм Иеговэ и нэфІ ящохуэ
«Зым адрейм хуэвгъэгъу... Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу» (ЕФ. 4:32).
130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Зи гуэныхь хущІегъуэжа цІыхухэр Иеговэ сыткІэ къигъэгугъэрэ?
ИЕГОВЭ ди КъэгъэщІакІуэщ, ди ХьэкумыщІэщ икІи ди УнафэщІщ. Абы нэмыщІ ар фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэщ (Пс. 100:3; Ис. 33:22). Аращи, гуэныхь тщІам ди гум къыбгъэдэкІыу дыхущІегъуэжу щытмэ, Иеговэ къытхуигъэгъуну хьэзырщ икІи апхуэдэ лъэкІыныгъэ абы иІэщ (Пс. 86:5). Бегъымбар Ешайа къигъэсэбэпу Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу къыджеІэ: «Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъунущ» (Ис. 1:18).
2. НэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну дыхуейуэ щытмэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
2 ЦІыху гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм псалъэкІэ е ІуэхукІэ я жагъуэ тщІыфынущ (Екъуб 3:2). Ауэ дгъэгъуфу зедгъасэу щытмэ, нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр кІуэдынукъым (Прит. 17:9; 19:11; Мт. 18:21, 22). Зыгуэрым ди жагъуэ къыщищІым деж, абы хуэдгъэгъуну Иеговэ къытщогугъ (Еф. 4:32). Иеговэ и гум къыбгъэдэкІыу къызэрытхуигъэгъум къыхэкІкІэ дэри дгъэгъуфу дыщытын хуейщ (Ис. 55:7).
3. Мы статьям щызэпкърытхынур сыт?
3 Дэ, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм, Алыхьым щапхъэ тетхыу, нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуу зэрызедгъэсэным мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ. КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэми я жэуапхэр къэтщІэнущ: сыт хуэдэ гуэныхьхэм теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм жетІэн хуей? НэгъуэщІхэм хуэдгъэгъуну Иеговэ дыщІыхуигъэушыр сыт? Адрейхэм ящІа гуэныхьхэм я ягъэкІэ гугъуехьхэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну?
АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭМ ГУЭНЫХЬ ХЬЭЛЪЭ ЩИЛЭЖЬЫМ ДЕЖ
4. 1) Гуэныхь хьэлъэ зыщІа Иеговэ и лэжьакІуэм сыт ищІэн хуейр? 2) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт зэхагъэкІын хуейр?
4 Зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къэтщІауэ щытмэ, абы теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІэн хуейщ. Апхуэдэ гуэныхьхэм щыщ зыбжанэм 1 Коринф 6:9, 10 топсэлъыхь. ЦІыхур Алыхьым и хабзэм щелъэпауэм деж, гуэныхь хьэлъэ ещІэ. Аращи, гуэныхь зыщІам Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэн икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдигъэІэпыкъун хуейщ (Пс. 32:5; Екъуб 5:14). Сыт абы щыгъуэ а къуэшхэм ящІэн хуейр? Гуэныхьыр нэгъэсауэ игъэгъуну хуитыныгъэ зиІэр Иеговэ закъуэщ. Ар Хьисэ и гъащІэр щхьэщэхужу зэритам и фІыгъэщb. Ауэ къуэшхэми хуитыныгъэ яІэщ Алыхьым и Псалъэм тету гуэныхь зыщІар зэхуэсым къыхэнэ хъунрэ мыхъунрэ унафэ ящІыну (1 Кор. 5:12). А къалэныр тэмэму ягъэзэщІэн щхьэкІэ, абыхэм къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап иратын хуейщ: цІыхум гуэныхь зэрилэжьыр къыгурыІуэу щыта? Абы и гуэныхьыр щІихъумэну хэта? Сыт хуэдизрэ абы а гуэныхьыр илэжьу псэуа? Абы нэмыщІ а цІыхур и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьым хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ зэхэгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ИкІи Иеговэ абы зэрыхуигъэгъуам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ гуэр щыІэу пІэрэ? (Апост. 3:19).
5. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам щІыхуэзэр сыт?
5 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам щІыхуэзэм и щхьэусыгъуэр ар абы и Іуэхур зэхагъэкІын зэрыхуейращ. Абы нэмыщІ абыхэм къащтэ унафэр уафэм къыщащта унафэм техуэн хуейщ (Мт. 18:18). Дапхуэдэу абы зэхуэсыр къызэрихъумэр? Гуэныхь зыщІар абы хущІемыгъуэжу щытмэ, Иеговэ и мэл цІыкІухэм зэран хуэмыхъун щхьэкІэ, ар зэхуэсым хагъэкІ (1 Кор. 5:6, 7, 11—13; Тит 3:10, 11). Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм а цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжыну хуагъэушыфынкІэ хъунущ икІи Алыхьым абы къыхуигъэгъунущ (Лк. 5:32). Абы щыгъуэ къуэшхэр Иеговэ елъэІунущ а цІыхум и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ къыдэІэпыкъуну (Екъуб 5:14).
6. Зэхуэсым хагъэкІа цІыхум и гуэныхьыр Иеговэ хуигъэгъуфыну? КъыдгурывгъаІуэ.
6 Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам щепсалъам щыгъуэ, ар и гуэныхьым хущІемыгъуэжауэ жытІэнщ. Абы щыгъуэ ар зэхуэсым хагъэкІ. А цІыхур къэрал унафэ гуэрым ебэкъуауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы къыпэкІуэ тезырым ар щахъумэнукъым. Иеговэ тепщэныгъэ зиІэхэр хуит ищІащ къэрал унафэм ебакъуэ дэтхэнэ зыри хьэкум ящІыну икІи тезыр тралъхьэну. А цІыхум ищІам хущІегъуэжми хущІемыгъуэжми, абы тралъхьэ тезырыр ипшыныжын хуеинущ (Рим 13:4). Ауэ иужькІэ а цІыхум зыкъищІэжу и щытыкІэр ихъуэжу щытмэ, Иеговэ абы хуигъэгъуну хьэзырщ (Лк. 15:17—24). ИкІи ар ищІа гуэныхьым и хьэлъагъым елъытакъым (2 Лет. 33:9, 12, 13; 1 Тим. 1:15).
7. Зыгуэр къыдэзыщІам хуэдгъэгъуным къикІыр сыт?
7 Сыту гупсэхугъуэ пщІэну гуэныхь зыщІам хуагъэгъуну хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ дэ унафэ тщІын зэрыхуэмейр! А унафэр зыщІыр Иеговэщ. Ауэ дэри зы унафэ гуэр къэтщтэфынущ. Сыт хуэдэ? ЦІыхум «къысхуэгъэгъу» къыджимыІами, дэ абы хуэдгъэгъуфынущ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, ди гум илъ губжьымрэ гужьгъэжьымрэ идгъэкІыну унафэ къэтщтэфынущ. Ауэ абы зэмани къаруи текІуэдэфынущ, псом хуэмыдэу, ди гум телъ уІэгъэр куууэ щытмэ. Абы теухуауэ 1994-нэ гъэм, фокІадэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэу щыжыІат: «ЦІыхум и гуэныхьыр щыхуэдгъэгъум деж, абы ищІам мыхьэнэ едмыту къикІкъым. Дгъэгъуным къикІыр — Иеговэ дзыхь хуэтщІу, Іуэхур абы и ІэмыщІэ итлъхьэныращ. Ар Дунеишхуэ псом и ХьэкумыщІэщ икІи и зэманым захуагъэр зэтригъэувэжынущ». НтІэ, дгъэгъуну икІи хьэкумыр и ІэмыщІэ итлъхьэну Иеговэ дыщІыхуигъэушыр сыт?
ГУЭНЫХЬЫР ДГЪЭГЪУНУ ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЩІЫХУРИДЖЭР СЫТ?
8. Иеговэ и гущІэгъур фІыщІэ зэрытщІым дызыхуигъэушыр сыт?
8 Дэ зэрыдгъэгъумкІэ Иеговэ и гущІэгъур фІыщІэ зэрытщІыр къыдогъэлъагъуэ. Зэгуэр Хьисэ зы ущие хъыбар жиІат. Абы Алыхьыр иригъэщхьащ пщылІым и щІыхуэшхуэр хуэзыгъэгъуа пащтыхьым. Ауэ а пщылІым и ныбжьэгъум куэдкІэ нэхъ мащІэ и щІыхуэ телът икІи ар абы хуигъэгъуакъым (Мт. 18:23—35). Хьисэ абыкІэ сытым дыхуигъасэрэ? Иеговэ гущІэгъушхуэ къызэрытхуищІар фІыщІэ тщІыуэ щытмэ, дэ нэгъуэщІхэм зэрыхуэдгъэгъуным дыхущІэкъунущ (Пс. 103:9). Илъэс куэд ипэ «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэу щыжыІауэ щытащ: «ЦІыхухэм дапхуэдизрэ яхуэдмыгъэгъуми, Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ къытхуищІа гущІэгъум ар зэи хуэбгъадэ хъунукъым».
9. Иеговэ сыт хуэдэ цІыхухэра гущІэгъу зыхуищІыр? (Маттэ 6:14, 15).
9 НэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуу щытмэ, Иеговэ дэри къытхуигъэгъунущ. Иеговэ гущІэгъу зыхэлъхэм гущІэгъу яхуещІ (Мт. 5:7; Екъуб 2:13). Хьисэ а гупсысэр къыхигъэщащ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн хуейм теухуауэ щыжиІам щыгъуэ. (Къеджэ Маттэ 6:14, 15.) Иеговэ нэхъапэІуэкІэ Іэиуб щепсэлъам щыгъуэ, а гупсысэ дыдэм гу лъитащ. Элифаз, Билдад, Цофар сымэ жаІа псалъэ пхъашэхэр пэжагъ зыхэлъ Іэиуб и гум хуабжьу еуат. Ауэ Иеговэ Іэиуб елъэІуащ абыхэм щхьэкІэ лъэІукІэ зыкъыхуигъэзэну. Іэиуб апхуэдэу зэрищІам щхьэкІэ, Иеговэ и нэфІ къыщыхуащ (Иов 42:8—10).
10. Уи гум гужьгъэжь ибгъэлъыным зэран щІыпылъыр сыт? (Ефес 4:31, 32).
10 Уи гум гужьгъэжь ибгъэлъу щытмэ, абы зэран къыпхуехь. Гужьгъэжьыр, мывэм хуэдэу, цІыхум и гум хьэлъэу телъщ. Ауэ Иеговэ зыхуейр ди гум гупсэхугъуэ илъыныращ. (Къеджэ Ефес 4:31, 32.) Библием мыпхуэдэу итщ: «Къэгъанэ губжьыр икІи укъызэщІэмыплъэ» (Пс. 37:8). А чэнджэщым утетыным Іущагъ хэлъщ. Ди гум гужьгъэжь щидгъэлъым деж, ар ди Іэпкълъэпкъми ди акъылми зэран хуохъу (Прит. 14:30, Гъэсэпэтхыдэхэр). Уи гум гужьгъэжь ибгъэлъынри уэ езыр щхъухь уефэу уи жагъуэ къэзыщІар абы игъэлІэным уежьэнри — тІури зыщ. Аращи, къыдащІар щыдгъэгъум деж, ди щхьэм фІы хуэтщІэжу аращ (Прит. 11:17). Апхуэдэу щытщІэм деж, ди гур мамыр мэхъуж икІи Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэну зыри зэран къытхуэхъукъым.
11. ЦІыхум и бзаджагъэр ебгъэпшыныжыным теухуауэ Библием итыр сыт? (Рим 12:19—21).
11 ЦІыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжыну хуитыныгъэ зиІэр Иеговэщ. ЦІыхум къыдищІам хуэдэ етщІэжыну Иеговэ хуитыныгъэ къыдитакъым. (Къеджэ Рим 12:19—21.) Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ, Алыхьым Іуэхур тэмэму зэрызэхигъэкІыным хуэдэу, тхузэхэгъэкІынукъым (Евр. 4:13). Абы нэмыщІ ди гурыщІэхэм дыкъагъапцІэу, дымыщІапхъэ гуэр дагъэщІэнкІэ хъунущ. Алыхьым Екъуб хуигъэушащ мыпхуэдэ псалъэхэр итхыну: «ЦІыхур губжьмэ, Тхьэм дежкІэ щыпкъагъэ илэжьыркъым» (Екъуб 1:20). Дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ Іэмал имыІэу захуагъэр зэтригъэувэжынущ.
Губжьымрэ гужьгъэжьымрэ фи гум ивмыгъэлъ. Фи Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэ. Абы гуэныхьым къытхуихьа уІэгъэхэр псори игъэхъужынущ (12-нэ абзацым феплъ.)
12. Иеговэ захуагъэр зэрызэтригъэувэжынум шэч къызэрытедмыхьэр къэзыгъэлъагъуэр сыт?
12 Щыдгъэгъум деж дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ захуагъэр зэрызэтригъэувэжынум шэч къызэрытедмыхьэр. Дэ ди Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуэныхьым къыпэкІуа Іей псор абы игъэзэхуэжынущ. ДунеищІэм ди гум телъ уІэгъэ псори Иеговэ игъэхъужынущ. Абы и Псалъэм щыжыІащ: «БлэкІа Іуэхухэр зыми игу къэкІыжынукъым икІи абыхэм зыри игъэгузэвэжынукъым» (Ис. 65:17). Ауэ зыгуэрым егъэлеяуэ ди жагъуэ къищІауэ щытмэ, ди гум илъ губжьымрэ гужьгъэжьымрэ идгъэкІыфыну пІэрэ? ИдгъэкІыфынущ. КъыкІэлъыкІуэ щапхъэхэр абы щыхьэт тохъуэ.
НЭГЪУЭЩІХЭМ ЗЭРЫХУЭДГЪЭГЪУМ ФІЫГЪУЭ КЪЫТХУЕХЬ
13, 14. Энтони и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
13 Ди къуэш, ди шыпхъу куэдым гуауэшхуэ къахуэзыхьа цІыхухэм хуагъэгъуфащ. Дапхуэдэу абыхэм Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуар?
14 Филиппины къэралым щыщ Э́нтониc къыщыщІам гу лъыттэнщ. Ар Иеговэ и Щыхьэт хъуным иджыри илъэс куэд иІэу и къуэш нэхъыжьхэм щыщ зыр Хосе́ зи цІэ цІыхухъум зэриукІар къищІащ. А зэманым Энтони къэгубжьыгъуафІэу икІи гущІэгъуншэу щытти, и къуэшым илъ ищІэжыну мурад ищІащ. Хосе ищІам щхьэкІэ яубыдри, ягъэтІысащ. Ар тутнакъым кърагъэкІыжа иужь, Энтони тхьэ иІуащ Хосе къигъуэту иукІыжыну икІи абы щхьэкІэ кІэрахъуэ къищэхуащ. Ауэ Энтони Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзащ. Абы жеІэж: «Библиер зэрызджым и фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ си хьэлымрэ си дуней тетыкІэмрэ схъуэжын икІи си гум илъ губжьыр изгъэкІын зэрыхуейр». Зэман дэкІри, Энтони псым зыщІигъэуащ икІи зэхуэсым и нэхъыжь хъуащ. Абы хуабжьу игъэщІэгъуащ Хосе Иеговэ и лэжьакІуэ хъуауэ къыщищІам щыгъуэ! Ахэр щызэхуэзам щыгъуэ, гуапэу ІэплІэ зыхуащІащ икІи Энтони Хосе зэрыхуигъэгъуар жриІащ. Абы и гум илъа гужьгъэжьыр зэрыригъэкІам зыми хуэмыдэ гуфІэгъуэшхуэ къызэрыхуихьар жиІащ. Энтони игъэгъуну хьэзыру зэрыщытам щхьэкІэ, Иеговэ и нэфІ абы щыхуащ!
Губжьымрэ гужьгъэжьымрэ зэрызыхэднэфыным Питеррэ Сьюрэ я щапхъэр щыхьэт тохъуэ (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)
15, 16. Питеррэ Сьюрэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
15 1985-нэ гъэм Питеррэ Сьюрэ зэІущІэм щыІэу Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэр къэуащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, абы зыгуэрым бомбэ щІилъхьат. Абы щыгъуэ Сью фэбжь куэд игъуэтащ, псалъэм папщІэ, зэрилъагъумрэ зэрызэхихымрэ куэдкІэ хэщІащ икІи мэхэр къыщІимыхьэжу хъуащd. Питеррэ Сьюрэ щІэх-щІэхыурэ зэупщІыжт: «Апхуэдэ щІэпхъаджагъэр сыт хуэдэ цІыхум ищІэфыну?» Илъэс куэд дэкІауэ ар зыщІар яубыдри, игъащІэ псокІэ ягъэтІысащ. Питеррэ Сьюрэ а цІыхум хуагъэгъуарэ хуамыгъэгъуарэ къыщеупщІам щыгъуэ, абыхэм мыпхуэдэу жаІащ: «Дэ Иеговэ дегъасэ ди гум гужьгъэжь идмыгъэлъыну, армыхъумэ ди акъылми ди узыншагъэми ар зэран хуэхъунущ. Абы къыхэкІкІэ дэ занщІэу Иеговэ делъэІуу щІэддзащ ди гум мамырыгъэ илъын икІи а Іуэхум дримыбэмпІэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну».
16 Абыхэм я дежкІэ тыншу пІэрэт ягъэгъуну? Хьэуэ. Ахэр къыддогуашэ: «Сью фэбжь игъуэтахэм зэман-зэманкІэрэ зыкърагъащІэ. Абы щыгъуэ дэ аргуэру дыкъогубжь. Ауэ а гурыщІэ Іейхэм демыгупсысыну дызэрыхущІэкъум къыхэкІкІэ дэ псынщІэу доупщІыІуж. Пэжыр жыпІэмэ, а щІэпхъаджащІэр зэгуэр ди къуэш хъууэ щытмэ, дэ абы хуабжьу дригуфІэнущ! А Іуэхугъуэм дэ къыдгуригъэІуащ Библием ит принципхэм нэгъэсауэ хуит узэращІыр икІи а хуитыныгъэр уи нэгу къыпхущІэгъэхьэнум нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъ иныр. Иджыри дэ гупсэхугъуэ къыдэзытыр — ар куэд мыщІэу тфІэкІуэдауэ хъуар Иеговэ къызэрыдитыжыныращ».
17. Мира и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
17 Ди шыпхъу Ми́ра Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, щхьэгъусэ бгъэдэст икІи абыхэм сабий цІыкІуитІ яІэт. Абы и щхьэгъусэм Библием ит пэжыр и фІэщ хъуакъым. Зэман гуэр дэкІа иужь Мира и щхьэгъусэр къепцІыжащ икІи унагъуэр хыфІидзащ. Ди шыпхъум игу къегъэкІыж: «Си щхьэгъусэм дыкъыщигъэнам щыгъуэ, апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа куэдым яІа гурыщІэхэм хуэдэ сэри сиІащ. Псалъэм папщІэ, Іэнкун сыхъуат, къысщыщІар си фІэщ хъутэкъым, си лъэр щІэхуат, си щхьэр згъэкъуэншэжт икІи си гум губжьыр илът». Мира и нэчыхьыр къутэжами, и щхьэгъусэр къызэрепцІыжам къыхуихьа гурыщІэ хьэлъэхэр зыщІыпІи кІуатэкъым. Абы пещэ: «А гурыщІэ хьэлъэхэм мазэ бжыгъэкІэ си лъэр щІагъэхуащ. Арати, сэ къызгурыІуащ ахэр Иеговэрэ цІыхухэмрэ сазэрыхущытым зэран зэрыхуэхъур». Мира и губжьым текІуэфащ икІи афІэкІа и щхьэгъусэу щытам ІейкІэ хуэупсэжкъым. Уеблэмэ, зэгуэр ар Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну щогугъ. Ди шыпхъум и акъылыр Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ гъащІэ дахэм триухуэну хузэфІэкІащ икІи иджыпсту ар и гъащІэмкІэ арэзыщ. Иеговэ фІыуэ ялъагъуу Мира и къуитІыр игъэсэфащ. Я унагъуэхэр я гъусэу ахэр Алыхьым хуолажьэ.
ИЕГОВЭ ХУЭДЭ ХЬЭКУМЫЩІЭ ЩЫІЭКЪЫМ
18. Иеговэ ХьэкумыщІэ Нэхъыщхьэу зэрыщытым къыхэкІкІэ дэ шэч къызытедмыхьэр сыт?
18 Дэ цІыхухэм хьэкум тетщІыхьын хуейуэ зэрыщымытыр пщІэну сыту фІы! Иеговэ ХьэкумыщІэ Нэхъыщхьэу зэрыщытым къыхэкІкІэ а къалэн гугъур тщхьэщихащ (Рим 14:10—12). Алыхьым фІымрэ Іеймрэ теухуауэ унафэ гуэр къыщищтэм деж, захуагъэм сыт щыгъуи зэрытетым шэч къытедмыхьэми хъунущ (ЩІэдз. 18:25; 1 Цар. 8:32). Езым игъэува хабзэхэм ар зэи ебэкъуэнукъым!
19. Иеговэ и захуагъэм зэрытетым къэкІуэну зэманым сыт къытхуихьынур?
19 Гуэныхьым къытхуихьа мыхъумыщІагъэ псори Иеговэ щигъэкІуэдыну зэманым дэ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ. Абы щыгъуэ ди гуми ди Іэпкълъэпкъми телъ уІэгъэхэр Алыхьым игъэхъужынущ икІи ахэр зэи дигу къэкІыжынукъым (Пс. 72:12—14; Апок. 21:3, 4). А зэманыр къэсыху дэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІынущ, абы щапхъэ тетхыну икІи нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну зэфІэкІ къызэрыдитам щхьэкІэ.
18-НЭ УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ
a Иеговэ зи гуэныхьым хущІегъуэжхэм хуигъэгъуну хьэзырщ. Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, абы щапхъэ тетхыу, ди жагъуэ къэзыщІахэм яхуэдгъэгъун хуейщ. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ сыт хуэдэ гуэныхьхэр дэ езым дгъэгъу хъунуми икІи сыт хуэдэ гуэныхьхэм теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІэн хуейми. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну Иеговэ къыщІытщыгугъымрэ абы къытхуихьыну сэбэпынагъымрэ теухуауэ дэ къэтщІэнущ.
b 1996-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ.
c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
d 1992-нэ гъэм, мазаем и 8-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым и 9—13-нэ напэкІуэцІхэм феплъ. Абы нэмыщІ JW Broadcasting® программэм «Питер и Сью Шульц. Жизнь после трагедии возможна» жыхуиІэ видеом фыщеплъ хъунущ.