ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Июнь н. 2—7
  • Иеговэ хуэдэу, зыми игъэгъукъым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ хуэдэу, зыми игъэгъукъым
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ИГЪЭГЪУНУ ХЬЭЗЫРЩ
  • ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ЗЭРИГЪЭГЪУР?
  • ИЕГОВЭ ЗЫХУИГЪЭГЪУР ХЭТ?
  • ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫФХУИГЪЭГЪУНЫМ ШЭЧ КЪЫТЕВМЫХЬЭ
  • Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар быдэу уи фІэщ щІы
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • НэгъуэщІхэм яхуэзыгъэгъухэм Иеговэ и нэфІ ящохуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Иеговэ къызэрытхуигъэгъум къытхуихь фІыгъуэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Июнь н. 2—7

24 СТАТЬЯР

Иеговэ хуэдэу, зыми игъэгъукъым

«Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ, зыкъыпхуэзыгъазэ псоми уи фІылъагъуныгъэшхуэр ибогъэлъагъу» (ПС. 86:5).

42-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и лъэІу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Экклезиаст 7:20 сыт хуэдэ пэж итыр?

ПАЩТЫХЬ Сэлмэн итхащ: «ФІы ищІэ зэпыту, ауэ гуэныхь имылэжьу зы цІыху пэж мы дунейм теткъым» (Эккл. 7:20). Ар сыту пэж! Дэ псоми гуэныхь тхэлъщ (1 Ин. 1:8). Абы къыхэкІкІэ Алыхьми цІыхухэми къытхуагъэгъуну дэтхэнэ зыри дыхуэныкъуэщ.

2. Ныбжьэгъум къыщыпхуигъэгъум деж, абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

2 Зэгуэр уи ныбжьэгъум и жагъуэ пщІауэ къыщІэкІынщ. ДауикІ, уэ абы уекІужын щхьэкІэ, уи гум къыбгъэдэкІыу къыпхуигъэгъуну уелъэІуащ. Абы къыщыпхуигъэгъуам щыгъуэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІа? Шэч хэмылъу, гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ уэ зыхэпщІащ.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэ дыхуейщ Иеговэ ди ныбжьэгъуфІу щытыну. Ауэ иныкъуэхэм деж дэ абы и жагъуэ хъун гуэр дощІэ е жыдоІэ. Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхуейм шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт? Абы зэригъэгъумрэ дэ зэрыдгъэгъумрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? Иеговэ зыхуигъэгъур хэт? АдэкІэ мы упщІэхэм нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

ИЕГОВЭ ИГЪЭГЪУНУ ХЬЭЗЫРЩ

4. Иеговэ игъэгъуну зэрыхьэзырым шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт?

4 Библием щыжыІащ Иеговэ игъэгъуну зэрифІэфІыр. Алыхьым Синай бгым деж и щІыхьыр Мусэ щригъэлъагъум щыгъуэ, мелыІычыр къигъэсэбэпри, мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ, и лъагъуныгъэр мин бжыгъэхэм ярегъэлъагъу, хабзэншагъэр, щІэпхъаджагъэр, гуэныхьыр егъэгъу» (Исх. 34:6, 7). Иеговэ — щабагърэ гущІэгъурэ зыхэлъ Алыхьщ икІи, цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжу щытмэ, хуигъэгъуну хьэзырщ (Неем. 9:17; Пс. 86:15).

Рядом с сестрой — слова из Псалма 103:13, 14: «Он хорошо знает, из чего мы созданы». Вокруг неё фотографии, на которых изображены события из её жизни с самого детства.

Дапхуэдэ цІыхуу дыщытми, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа псор Иеговэ ещІэ (5-нэ абзацым феплъ.)

5. Иеговэ фІыуэ дызэрицІыхум сытым хуигъэушрэ? (Псалом 103:13, 14).

5 Иеговэ дыкъызэригъэщІам къыхэкІкІэ дэ ттеухуауэ псори ещІэ. Абы дэтхэнэ зыри апхуэдэу фІыуэ зэрицІыхур гъэщІэгъуэнкъэ? (Пс. 139:15—17). Аращи, ди адэ-анэм «щІэину» къытхуагъэна гуэныхьым къыхэкІкІэ дэ тхэлъ ныкъусанхэр псори абы елъагъу. Абы нэмыщІ хьэл зыхэтлъхьахэм ди гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэр щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъуам ар щыгъуазэщ. А псор зэрищІэм Иеговэ сытым хуигъэушрэ? Апхуэдэу фІыуэ дызэрицІыхум къыхэкІкІэ Иеговэ гущІэгъу къытхуещІ (Пс. 78:39; къеджэ Псалом 103:13, 14).

6. Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

6 Иеговэ игъэгъуну зэрыхьэзырым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр игъэлъэгъуащ. Абы къыгуроІуэ япэ цІыхум и ягъэкІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ ди Іыхьэ зэрыхъуар (Рим 5:12). А нэлатыр дэ езым ди къарукІэ зытетхыну зы Іэмали щыІэкъым (Пс. 49:7—9). Ауэ гущІэгъум къыхэкІкІэ, фІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ, Іэмал къигъуэтащ. Иуан 3:16 зэритымкІэ, Иеговэ «и Къуэ закъуэр [дэр щхьэкІэ] итащ» (Мт. 20:28; Рим 5:19). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ ди гуэныхьхэр зытрилъхьэри, ди пІэкІэ лІащ (Евр. 2:9). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ зи фІэщ хъу дэтхэнэ зыми гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІэкІыну Іэмал иІэщ. Иеговэ и Къуэ щІасэм хьэзаб ирагъэшэчу зэраукІыр щилъагъум и гур зэрыузар уи нэгу къыпхущІэгъэхьэнкъым. Абы къытхуигъэгъуну хуэмейуэ щытамэ, и Къуэр яукІыну хуит ищІынутэкъым.

7. Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр Библием ит сыт хуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэрэ?

7 Иеговэ цІыхухэм я гуэныхьхэр къазэрыхуигъэгъуам и щапхъэ куэд Библием итщ (Еф. 4:32). Хэт япэу фигу къэкІар? Пащтыхь Манассие къыщІэкІынщ. Абы Иеговэ и пащхьэм егъэлеяуэ гуэныхьышхуэхэр щилэжьащ. Манассие езыр тхьэ нэпцІхэм зэрыхуэлажьэм нэмыщІ и лъэпкъри абы хуигъэушт. Ар зыхуэлажьэ тхьэ нэпцІхэм и къуэхэр къурмэныпхъэу къахуихьащ. Абы нэмыщІ Манассие Иеговэ и унэшхуэм тхьэ напэхэр щигъэуващ. А пащтыхьым теухуауэ Библием щыжыІащ: «МыхъумыщІагъэ куэд зэрилэжьымкІэ абы Иеговэ игъэпудт» (2 Лет. 33:2—7). А псом емылъытауэ, Манассие и гуэныхьхэм щыхущІегъуэжам щыгъуэ, Иеговэ абы псори хуигъэгъуащ. Уеблэмэ, Иеговэ Манассие и пащтыхьыгъуэри иритыжащ (2 Лет. 33:12, 13). Е пащтыхь Даут и щапхъэр фигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ. Абы и гъащІэм къриубыдэу гуэныхь хьэлъэ зыбжанэ ищІащ, зинэ щІэнымрэ цІыху укІынымрэ абыхэм яхэту. Ауэ, Даут и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьхэм щыхущІегъуэжам щыгъуэ, Иеговэ абы хуигъэгъуащ (2 Сам. 12:9, 10, 13, 14). Мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр. Абы зэригъэгъумрэ цІыхухэм ар зэращІымрэ куэдкІэ зэщхьэщокІ. АдэкІэ абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ЗЭРИГЪЭГЪУР?

8. Иеговэ нэхърэ нэхъыфІу зыми имыгъэгъуу сыт жыпІэ щІэхъунур?

8 Иеговэ — «ЩІылъэ псом и хеящІэщ» (ЩІэдз. 18:25). ХеящІэм и лэжьыгъэр тэмэму игъэзэщІэн щхьэкІэ, къэралым къыдигъэкІ хабзэхэм фІыуэ хищІыкІын хуейщ. Шэч хэмылъу, ди Алыхь Иеговэ щхьэкІэ ар пхужыІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хеящІэм и увыпІэр зэриІыгъым нэмыщІ хабзэхэри къызыбгъэдэкІыр аращ (Ис. 33:22). ФІымрэ Іеймрэ теухуауэ Иеговэ нэхърэ нэхъыфІу зыщІэ зыри щыІэкъым. Сыт иджыри хеящІэм ищІэн хуейр? Абы унафэ къищтэн ипэ Іуэхум и сыт хуэдэ лъэныкъуэми хэплъэн хуейщ. АбыкІэ зы хеящІи Иеговэ пэпщІ хъунукъым.

9. Иеговэ цІыхум хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ унафэ щищІым деж, зэплъыр сыт?

9 ЦІыхухэм елъытауэ, Иеговэ хьэкум щищІым деж, ар Іуэхум и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фІыуэ щыгъуазэщ (ЩІэдз. 18:20, 21; Пс. 90:8). ЦІыхухэм ялъагъумрэ зэхахымрэ нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ ещІэ. Абы къыгуроІуэ цІыхум ищІам щхьэусыгъуэ хуэхъуа псор. Псалъэм папщІэ, генетикэр, бгъэдалъхьа гъэсэныгъэр, къэзыухъуреихь цІыхухэр, эмоциональнэ, психическэ узыншагъэр. Абы нэмыщІ Иеговэ цІыхум и гум илъыр елъагъу. Абы фІыуэ ещІэ цІыхум и мурадхэри ар зыщІэхъуэпсри. Алыхьым зыри щыубзыщІыфынукъым (Евр. 4:13). Аращи, Иеговэ цІыхум хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ унафэ щищІым деж, абы Іуэхум и лъэныкъуэ псори зэпелъытэ.

Рядом с величественными горами — слова из Второзакония 32:4: «Он — Скала, его дела совершенны».

Иеговэ сыт щыгъуи захуагъэм тетщ икІи цІыху зэхэгъэж ищІкъым. Абы зыми Іулъхьэ иритыфынукъым (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Иеговэ и унафэхэр сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетыр дэнэ дэ щытщІэр? (Второзаконие 32:4).

10 Иеговэ хьэкум щищІым деж, сыт щыгъуи захуагъэм тетщ. Абы зэи цІыху зэхэгъэж ищІкъым. Алыхьыр цІыхум и теплъэм, и мылъкум, и увыпІэм икІи и зэфІэкІхэм еплъкъым (1 Сам. 16:7; Екъуб 2:1—4). Иеговэ захуагъэм темыту хьэкум иригъэщІыну зыми хузэфІэкІынукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы тепкъузэну е Іулъхьэ ептыну зы Іэмали щыІэкъым (2 Лет. 19:7). Иеговэ гурыщІэ иІэхэр зытригъакІуэу унафэ ищІкъым (Исх. 34:7). Шэч хэмылъу, Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу хьэкумыр ещІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы псори елъагъу икІи псоми щыгъуазэщ. (Къеджэ Второзаконие 32:4.)

11. Иеговэ зэригъэгъумрэ цІыхухэм зэрагъэгъумрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

11 Иеговэ зэригъэгъур цІыхухэм зэрагъэгъум хуабжьу къыщхьэщокІ. Ар ЖуртыбзэкІа тха Тхыгъэхэм ІупщІу къыхощ. Библием тепсэлъыхь зы справочникым зэритымкІэ, «цІыхум и гуэныхьыр Алыхьым зэрыхуигъэгъур» къэзыгъэлъагъуэ псалъэ хэхам а тхыгъэхэм ущрохьэлІэ. Иджыри абы щыжыІащ: «ЦІыхум и гуэныхьыр нэгъуэщІ цІыхум щыхуигъэгъум деж, а псалъэр зэи къагъэсэбэпкъым. Алыхьым зэригъэгъумрэ цІыхухэм зэрагъэгъумрэ хуабжьу зэщхьэщокІ»b. Зи гуэныхьым хущІегъуэж цІыхум нэгъэсауэ хуигъэгъуну хуитыныгъэ зиІэр Иеговэ закъуэщ. НтІэ, Алыхьым гуэныхьыр щигъэгъум деж, сыт цІыхум зыхищІэр?

12, 13. 1) Сыт цІыхум зыхищІэр и гуэныхьыр Иеговэ къыхуигъэгъуа иужь? 2) Дапхуэдэу Иеговэ зэригъэгъур?

12 Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар къыщыдгурыІуэм деж, дэ ди гум мамырыгъэ илъ мэхъу икІи ди напэр къыдэныкъуэкъукъым. Апхуэдэ гурыщІэхэр Иеговэ къызэрытхуигъэгъум нэмыщІ дэ зыми къыдитыфынукъым (Апост. 3:19). Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж, дэ зэи гуэныхь дымыщІам хуэдэу, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъа ныбжьэгъугъэр зэтрегъэувэж.

13 Иеговэ къытхуигъэгъуауэ щытмэ, а гуэныхьым щхьэкІэ афІэкІа зэи дигъэкъуэншэнукъым икІи тезыр къыттрилъхьэнукъым (Ис. 43:25; Иер. 31:34). Библием щыжыІащ: «КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу, абы ди гуэныхьхэр тпэжыжьэ ищІащ» (Пс. 103:12)c. Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырым дыщегупсысым деж, дэ фІыщІэрэ гуфІэгъуэшхуэрэ зыхыдощІэ (Пс. 130:4). Ауэ Иеговэ зыхуигъэгъур хэт?

ИЕГОВЭ ЗЫХУИГЪЭГЪУР ХЭТ?

14. Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ сыт дэ къэтщІар?

14 Зэрытлъэгъуащи, Иеговэ цІыхум хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ абы ищІа гуэныхьым и хьэлъагъым елъытакъым. Абы нэмыщІ дэ къэтщІащ, Иеговэ апхуэдэ унафэ щищІым деж, и щІэныгъэр къызэригъэсэбэпыр. А щІэныгъэм щІэи гъуни иІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ ди КъэгъэщІакІуэщ, ди ХьэкумыщІэщ икІи ди УнафэщІщ. ЦІыхум хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ унафэ щищІым деж, Иеговэ иджыри зэплъыр сыт?

15. ЦІыхум и гуэныхьыр хуигъэгъунрэ хуимыгъэгъунрэ Иеговэ унафэ щищІым деж, сыт иджыри зэплъыр? (Лука 12:47, 48).

15 Япэрауэ, Иеговэ йоплъ цІыхум гуэныхь зэрищІэр къыгурыІуэу щытарэ щымытарэ. Абы теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэр итщ Лука 12:47, 48 (къеджэ). Зыгуэрым ищІэр къыгурыІуэжу Иеговэ и унафэм ебакъуэу щытмэ, абы гуэныхь хьэлъэ елэжь. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ цІыхум къыгуроІуэ Алыхьым зэрыпэщІэувэр. Абы и гуэныхьыр Иеговэ къыхуимыгъэгъункІэ хъунущ (Мк. 3:29; Ин. 9:41). Ауэ, пэжыр жыпІэмэ, иныкъуэхэм деж дэ тщІэр Иеговэ игу зэрыримыхьынур къыдгурыІуэжу дощІэ. Апхуэдэм деж дэ ди гуэныхьыр къытхуэгъуну гугъэ щыІэ? НтІэ. Ар къыдгурыІуэн щхьэкІэ, гуэныхьыр щигъэгъум деж, Иеговэ зэплъ етІуанэ Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ.

Рядом с братом — слова из Исайи 55:7: «Он великодушно простит». На заднем плане этот брат сильно подавлен. На переднем плане он же счастливый, с уверенным взглядом.

Ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжу щытмэ, Иеговэ Іэмал имыІэу къытхуигъэгъунущ (16, 17-нэ абзацхэм феплъ)

16. Гуэныхьым хущІегъуэжыныр зищІысыр сыт икІи арыншэу Иеговэ сыт къыщІытхуимыгъэгъунур?

16 ЕтІуанэрауэ, цІыхум и гум къыбгъэдэкІыу ищІам хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ Иеговэ йоплъ. Ауэ гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр сыт? Абы къикІыр гуэныхьым узэрыхущытыр пхъуэжыныращ. Псалъэм папщІэ, цІыхум мыхъумыщІагъэ гуэр ищІэну зигъэхьэзыру щытамэ, ар имыщІэну унафэ ещІ. Зи гуэныхьым хущІегъуэж цІыхур ищІами абы щхьэусыгъуэ хуэхъуами хуабжьу ирогузавэ. Алыхьым пэжыжьэ зэрыхуэхъуари абы игу къоуэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа пащтыхь Манассиерэ Даутрэ дигу къэдгъэкІыжынщ. А тІуми гуэныхь хьэлъэ ящІат, ауэ я гум къыбгъэдэкІыу зэрыщІегъуэжам къыхэкІкІэ Иеговэ абыхэм яхуигъэгъуащ (1 Цар. 14:8). Аращи, Иеговэ къытхуигъэгъун щхьэкІэ, ди гуэныхьым дызэрыхущІегъуэжар абы илъэгъун хуейщ. Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІыу пІэрэ? Хьэуэ. Иеговэ дэ иджыри къытщогугъ тщІам дызэрыхущІегъуэжар ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэнуd. Ар Иеговэ гу зылъитэ иджыри зы Іуэхугъуэщ.

17. Ди гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэн хуей икІи япэм тщІа щыуагъэхэр дымыщІэну дапхуэдэу ахэр къызэрыддэІэпыкъунур? (Исайя 55:7).

17 Ещанэрауэ, цІыхум зихъуэжарэ зимыхъуэжарэ Иеговэ гу лъетэ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьыр хуейщ цІыхум гъуэгу мыхъумыщІэр къигъанэу гъуэгу пэжым техьэжыну. (Къеджэ Исайя 55:7.) ЦІыхум и гупсысэкІэр ихъуэжу, Иеговэ и нэкІэ псоми еплъу зригъэсэн хуейщ (Рим 12:2; Еф. 4:23). Абы Иеговэ игу иримыхь гупсысэхэмрэ Іуэхухэмрэ къигъэнэну мурад быдэ ещІ (Кол. 3:7—10). Ауэ, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр мыхъуауэ щытамэ, а псом зы мыхьэнэ иІэнутэкъым. Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну ар лъабжьэ хуохъу. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэуэ щытмэ, а къурмэныпхъэм ипкъ иткІэ Иеговэ Іэмал имыІэу ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ (1 Ин. 1:7).

ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫФХУИГЪЭГЪУНЫМ ШЭЧ КЪЫТЕВМЫХЬЭ

18. Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ сыт дэ къэтщІар?

18 Мы статьям зи гугъу тщІа гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу дигу къэдгъэкІыжынщ. Иеговэ хуэдэу, зыми игъэгъукъым. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Япэрауэ, Иеговэ игъэгъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. ЕтІуанэрауэ, дэ ттеухуауэ абы псори ещІэ икІи ди гум къыбгъэдэкІыу тщІам дыхущІегъуэжарэ дыхущІемыгъуэжарэ фІы дыдэу елъагъу. Ещанэрауэ, Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж, зэи гуэныхь дымыщІам хуэдэу, ар зыщегъэгъупщэ. Абы и фІыгъэкІэ дэ напэ къабзэ диІэщ икІи Иеговэ къызэрытхуэарэзыр зыхыдощІэ.

19. Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ, щыуагъэ дымыщІэну тхузэфІэмыкІми, гуфІэгъуэ диІэну щхьэусыгъуэ дыщІиІэр сыт?

19 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ гуэныхь тхэлъыху щыуагъэ дымыщІэну тхузэфІэкІынукъым. Ауэ, «Понимание Писания» жыхуиІэ тхылъым ит псалъэхэм дэ дагъэгушхуэ. Абы щыжыІащ: «Иеговэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытыр ещІэ икІи гущІэгъу къытхуещІ. Абы къыхэкІкІэ дэ ди щыуагъэхэм щхьэкІэ ди щхьэм мыгъуагъэ сыт щыгъуи хуэтхьыжын хуейкъым (Пс 103:8—14; 130:3). Ди гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым и хабзэхэм дытетыну дыхущІэкъуу щытмэ, дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ диІэнущ (Флп. 4:4—6; 1 Ин. 3:19—22)» («Раскаяние» жыхуиІэ статьяр, 7-нэ абзацыр). Мы гупсысэм сыту дигъэгушхуэрэ!

20. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

20 Ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьхэм дыщыхущІегъуэжым деж, Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырым щхьэкІэ, фІыщІэшхуэ худощІ. Ауэ дапхуэдэу дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур? Иеговэ зэригъэгъумрэ дэ зэрыдгъэгъумрэ сыткІэ зэщхь икІи сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? Ар тщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

ИЕГОВЭ ЗЭРИГЪЭГЪУМ ТЕУХУАУЭ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР...

  • Псалом 103:13, 14?

  • Второзаконие 32:4?

  • Исайя 55:7?

45-НЭ УЭРЭДЫР Си гум илъ гупсысэхэр

a Библием щыжыІащ Иеговэ зи гуэныхьым хущІегъуэж цІыхухэм яхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр. Ауэ иныкъуэхэм деж Алыхьым къытхуигъэгъуну дэ тхуэмыфащэу къытщыхъункІэ хъунущ. Ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжу щытмэ, Иеговэ и фІэфІу къызэрытхуигъэгъуным шэч къыщІытедмыхьэн хуейр сыт? Мы статьям а упщІэм и жэуапыр щызэпкърытхынущ.

b Гёдлстоун Р. Синонимы Ветхого Завета. Лондон, 1897. С. 135. Англ. яз.

c «Приближайся к Иегове» жыхуиІэ тхылъым и 26-нэ псалъащхьэм, 9-нэ абзацым феплъ.

d ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «Гуэныхьым хущІегъуэжын» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр ар цІыхум и гупсысэкІэр зэрихъуэжыращ. Апхуэдэ цІыхум ирихьэкІа гъащІэр, ищІа мыхъумыщІагъэхэр е и щыуагъэхэр хуабжьу игу къоуэ. Абы нэмыщІ и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжым цІыхур хуегъэуш и дуней тетыкІэр ихъуэжыну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын