11 СТАТЬЯР
Псым зыщІэвгъэуа иужь адэкІи «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэфшэкІ
«ЩэныщІэфІыр фащэ хуэдэу зэфшэкІ» (КОЛ. 3:10).
49-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и гур гъэгуфІэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дапхуэдэ цІыхуу дыщытынуми япэ дыдэу зэлъытар сыт?
ДЭ ПСЫМ зэрызыщІэдгъауэрэ дапхуэдиз зэман дэмыкІами, Иеговэ игу ирихь хьэл-щэнхэр тхэлъыну дыхуейщ. Апхуэдэу дыщытын щхьэкІэ ди гупсысэкІэм дыкІэлъыплъын хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дапхуэдэ цІыхуу дыщытынуми зэлъытар ди гупсысэкІэращ. Ди Іэпкълъэпкъым дызыхуигъэушым сыт щыгъуи дегупсысу щытмэ, тщІэнури жытІэнури мыхъумыщІэу щытынущ (Еф. 4:17—19). Ауэ ди акъылыр гупсысэфІхэм тедгъэтыну дыхущІэкъуу щытмэ, шэч хэмылъу, ди Адэ Иеговэ игу ирихь псэлъэкІэрэ дуней тетыкІэрэ диІэнущ (Гал. 5:16).
2. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
2 Мыбы ипэ дджа статьям и гугъу зэрыщытщІащи, гупсысэ Іейхэр зэи дигу къэмыкІыну тхузэфІэкІынукъым. Ауэ дэ тхузэфІэкІынущ абыхэм дызыхуагъэушыр дымыщІэну. Псым зыщІэдгъэуэн ипэ Иеговэ ифІэмыфІ ІуэхущІафэхэмрэ псэлъэкІэмрэ къэдгъэнэн хуейщ. Армыхъумэ, «щэныжь бзаджэр» зыхэднэфынукъым. Ауэ Иеговэ дэркІэ арэзыуэ щытын щхьэкІэ дэ иджыри зыгуэр тщІын хуейщ. Библием дыкъыхуреджэ: «ЩэныщІэфІыр фащэ хуэдэу зэфшэкІ» (Кол. 3:10). Мы статьям дэ упщІитІ щызэпкърытхынущ: 1) «ЩэныщІэфІыр» зищІысыр сыт? 2) Дапхуэдэу ар зэрызыхэтлъхьэнур икІи зэрытхъумэнур?
«ЩЭНЫЩІЭФІЫР» ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
3. Галатие 5:22, 23 зэритымкІэ, «щэныщІэфІыр» зищІысыр сыт икІи ар зыхэтлъхьэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
3 «ЩэныщІэфІыр» зыхэплъхьэным икІи зыхомынэным къикІыр — ар Иеговэ игу ирихь гупсысэкІэмрэ дуней тетыкІэмрэ уиІэныращ. Абы къыхэкІкІэ «щэныщІэфІыр» зыхэзылъхьэ цІыхум и гупсысэхэри, и гурыщІэхэри, и ІуэхущІафэхэри Алыхьым и къару лъапІэм иунэтІыну хуит ещІ. (Къеджэ Галатие 5:22, 23.) Псалъэм папщІэ, апхуэдэ цІыхум Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ фІыуэ елъагъу (Мт. 22:36—39). ГъэунэхуапІэхэм щыпэщІэхуэм деж абы гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдкъым (Екъуб 1:2—4). Ар мамырыгъэм хущІокъу (Мт. 5:9). Апхуэдэ цІыхур нэгъуэщІхэм щабэу икІи шыІэныгъэ хэлъу яхущытщ (Кол. 3:12, 13). Абы фІы ищІэну ифІэфІщ (Лк. 6:35). А цІыхум фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр и ІуэхущІафэхэм къыхощ (Екъуб 2:18). И пІэм кърашыну щыхэтым дежи ар Іэдэбу къонэ икІи и пкъым гуэныхь ищІэну щыхуигъэушым щыгъуи абы зышыІэныгъэ егъэлъагъуэ (1 Кор. 9:25, 27; Тит 3:2).
4. «ЩэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэтшэкІын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр псори зыхэтлъхьэн щІыхуейр сыт?
4 «ЩэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэтшэкІын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр псори зыхэтлъхьэн хуейщb. А Іуэхугъуэр щыгъыныр зэрызу зэрызыщыттІагъэм ещхькъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр псори зэпхауэ щытщ. Псалъэм папщІэ, сэ нэгъуэщІ цІыхум шыІэныгъэрэ щабагърэ схэлъу сыхущымытмэ, ар фІыуэ слъагъуу жыпІэ хъуну? Е Іэдэбагърэ шыІэныгъэрэ схуримыкъуу щытмэ, сыцІыхуфІу жыпІэ хъуну?
ДАПХУЭДЭУ «ЩЭНЫЩІЭФІЫР» ЗЭРЫЗЫХЭТЛЪХЬЭНУР?
Хьисэ и гупсысэкІэр нэхъыбэу зыхэтлъхьэху, и щапхъэм дытетыну ди дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ (5, 8, 10, 12, 14-нэ абзацхэм феплъ.)
5. Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэным къикІыр сыт икІи абы и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щІыхуейр сыт? (1 Коринф 2:16).
5 Къеджэ 1 Коринф 2:16. «ЩэныщІэфІыр» зыхэтлъхьэн щхьэкІэ Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтын хуейщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къатщІэу, апхуэдэу дыгупсысэу зедгъэсэн хуейщ. Иеговэ и хьэл-щэнхэр Хьисэ нэгъэсауэ егъэлъагъуэ. Абы къыхэкІкІэ ар и Адэм и хьэл-щэнхэр къызэрыщ гъуджэм ебгъэщхь хъунущ (Евр. 1:3). Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ нэхъыбэу зидгъэІэху, дэ абы нэхъ ещхь дыхъуурэ докІуэ (Флп. 2:5).
6. «ЩэныщІэфІыр» зыхэзылъхьэхэм зыщагъэгъупщэн хуэмейр сыт?
6 Хьисэ щапхъэ тетхыну дэ тхузэфІэкІыну пІэрэ? Зыгуэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Хьисэ дагъуэншэу щытащ. Абы хуэдэу сэ зэи сыщытыфынукъым». Фэри апхуэдэу фегупсысу щытмэ, къыкІэлъыкІуэ гупсысэхэр фигу ивгъэлъ. Япэрауэ, Иеговэ дыкъыщІигъэщІар абырэ Хьисэрэ ещхьу дыщытын щхьэкІэщ (ЩІэдз. 1:26). Аращи, дыхуейуэ щытмэ, дэ абыхэм щапхъэ ятетхыну икІи абыкІэ ехъулІэныгъэ гуэрхэр диІэну тхузэфІэкІынущ. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ псом нэхърэ нэхъ лъэщу щыт и къару лъапІэр къыдет. Дэ езым тхузэфІэмыкІынур абы и фІыгъэкІэ тхуэщІэнущ. Ещанэрауэ, Иеговэ дэ иджыпсту къытщыгугъкъым Хьисэ нэгъэсауэ щапхъэ тетхыну. А Іуэхугъуэм уафэм щыІэ ди Адэм илъэс 1 000 хухихащ! (Апок. 20:1—3). Иеговэ иджыпсту къызэрытщыгугъыр ди къарум къихьыр тщІэну икІи ар зыдэдгъэІэпыкъуну аращ.
7. Сыт иджыпсту зэпкърытхынур?
7 Хьисэ сыткІэ щапхъэ тетхын зэрыхуейр? Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм и лъэныкъуиплІыр иджыпсту зэпкърытхынщ. Дэ къэтщІэнущ Хьисэ а хьэл-щэнхэр зэригъэлъагъуэу щытам сытым дыхуигъасэми. Абы нэмыщІ упщІэ зыбжанэ зэпкърытхынущ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ «щэныщІэфІыр» зэрызыхэтлъхьэмкІэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр диІэми къэтлъэгъуну.
8. Хьисэ и лъагъуныгъэр къызыхэщу щытар сыт?
8 Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэшхуэм Хьисэ хуигъэушащ и Адэм щхьэкІи дэр щхьэкІи куэдым зыхуигъэныкъуэну (Ин. 14:31; 15:13). Абы и гъащІэмкІэ къигъэлъэгъуащ цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур. Куэдыр Хьисэ Іейуэ къызэрыхущытым емылъытауэ, абы щабагъымрэ гущІэгъумрэ игъэлъэгъуэн щигъэтакъым. Хьисэ цІыхухэм яхуиІэ лъагъуныгъэр и нэхъыбэм къызыхэщу щытар — ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІымкІэ абыхэм зэрыдэгуашэрат (Лк. 4:43, 44). Абы нэмыщІ Хьисэ Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэрилъагъум щыхьэт тохъуэ хьэзаб ирагъэшэчу и гъащІэр зэритар. Абы и фІыгъэкІэ дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал диІэ хъуащ.
9. Лъагъуныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
9 Уафэм щыІэ ди Адэр фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ дэ ди гъащІэр абы и ІэмыщІэм итлъхьэри, псым зыщІэдгъэуащ. Аращи, Хьисэ хуэдэу, дэри Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур цІыхухэм дазэрыхущытымкІэ къэдгъэлъэгъуэн хуейщ. Апостол Иуан итхащ: «НэкІэ илъэгъуа и къуэшыр фІыуэ зымылъагъум, нэкІэ имылъэгъуа Тхьэр фІыуэ илъагъун лъэкІынукъым» (1 Ин. 4:20). Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыжын хуейщ: «ЦІыхухэр фІыуэ слъагъурэ? Ахэр пхъашэу къыщысхущытым дежи гущІэгъу яхуэсщІрэ? Си къарумрэ си зэманымрэ сыщымысхьу Иеговэ теухуа хъыбарымкІэ нэгъуэщІхэм садэгуэшэну сыхьэзыр? ЦІыхухэр хъыбарыфІым едэІуэну зэрыхуэмейм е ахэр къызэрыспэщІэувэм сыкъигъэувыІэрэ? Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырыным зэман нэхъыбэ тезгъэкІуэдэфыну пІэрэ?» (Еф. 5:15, 16).
10. Хьисэ мамырыгъэм хущІэкъуу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
10 Хьисэ мамырыгъэм хущІэкъуу щытащ. ЦІыхухэр абы Іейуэ къыщыхущытым щыгъуи ар абыхэм Іейуэ яхущытыжакъым. Абы нэмыщІ къаугъэ гуэр къыщыхъейм деж Іуэхур мамыр зэрищІыжыным Хьисэ къару ирихьэлІэт. ЦІыхухэр щызэфІэнэм деж ахэр зэкІужыну Хьисэ хуигъэушт. Псалъэм папщІэ, Хьисэ цІыхухэм яжриІэт, я зэхуаку мамырыгъэ дэмылъу щытмэ, ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэм мыхьэнэ зэримыІэр (Мт. 5:9, 23, 24). Абы мызэ-мытІэу и апостолхэм яжриІащ «и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуейм» теухуауэ ахэр зэдэуэн зэрыхуэмейр (Лк. 9:46—48; 22:24—27).
11. Мамырыгъэм дыхущІэкъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
11 Мамырыгъэм хущІэкъу цІыхур псэлъэмакъ хэмыхьэкІэ зэфІэкІкъым. Абы мамырыгъэ здэщымыІэм ар щызэтригъэувэжыну хущІокъу икІи зи зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэмылъ къуэш, шыпхъухэр зэкІужыну хуегъэуш (Флп. 4:2, 3; Екъуб 3:17, 18). Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Мамырыгъэм сызэрыхущІэкъур къэзгъэлъэгъуэн щхьэкІэ сыт сщІэну сыхьэзыр? Гужьгъэжь си гум изгъэлъыну хьэл сиІэу пІэрэ? ЦІыхум секІужын щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр счыну сыхьэзыр, хьэмэрэ „а лъэбакъуэр зычын хуейр къуаншэращ“ жысІэу сегупсысрэ? Къезэгъыу щытмэ, нэгъуэщІхэр зэкІужыну хуэзгъэушрэ?»
12. Хьисэ и щабагъыр къызыхэщу щытар сыт?
12 Хьисэ цІыху щабэу щытт (Мт. 11:28—30). Щымытыншым дежи ар цІыхухэм гуапэу яхущытт икІи ахэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщт. Псалъэм папщІэ, Ханаан щІыналъэм щыщ цІыхубзым и пхъур игъэхъужыну Хьисэ къыщелъэІуам щыгъуэ, абы ар хуидакъым. Ауэ а цІыхубзым фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэр Хьисэ щилъагъум щыгъуэ къызэрелъэІур хуищІащ (Мт. 15:22—28). Хьисэ цІыху щабэу щытами, и ныбжьэгъухэр чэнджэщым хуэныкъуэу щилъагъум деж къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу ар яритт. Псалъэм папщІэ, Петр Хьисэ къыпэщылъым теухуауэ пэрыуэну щыхэтам щыгъуэ, и гъэсэнхэм зэхахыу ар Петр егиящ (Мк. 8:32, 33). Хьисэ апхуэдэу щІищІар Петр и пщІэр ириудыхын щхьэкІэтэкъым, атІэ абыи адрей и гъэсэнхэми мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс къагуригъэІуэн щхьэкІэт: Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы и лъэныкъуэр сытым дежи яІыгъын хуейщ. Шэч хэмылъу, Петр зэхиха псалъэхэм Іэнкун ящІащ, ауэ иужькІэ ар абы сэбэп хуэхъуащ.
13. ЦІыхум фІыуэ дызэрыхущытыр къызыхэщыр сыт?
13 Иныкъуэхэм деж цІыхум фІыуэ дызэрыхущытыр къэдгъэлъэгъуэн щхьэкІэ абы и щыуагъэм гу лъедгъэтэн хуейщ. Ар щытщІкІэ Хьисэ щапхъэ тетхыу ди псалъэхэр Библием тегъэщІауэ икІи щабэу щытын хуейщ. Ди ныбжьэгъум ищІам мурад Іей щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ дегупсысын хуейкъым. Иегови дэри фІыуэ зылъагъу цІыхум ди чэнджэщхэр фІыщІэ зэрищІынум шэч къытетхьэнкъым. КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм дегупсысынщ: «Си ныбжьэгъум щыуагъэ гуэр ищІамэ, абы сепсэлъэн щхьэкІэ лІыгъэ схурикъуну пІэрэ? Абы и щыуагъэм теухуауэ сыщепсалъэкІэ дауэ ар зэрысщІыр: щабэу хьэмэрэ пхъашэу? Абы сепсэлъэну сыхуэзыгъэушыр сыт: губжьыра хьэмэрэ сыдэІэпыкъуну сызэрыхуейра?»
14. Хьисэ и щапхъэр къэвгъэсэбэпу фІы щІэныр зищІысыр сытми къыдгурывгъаІуэ.
14 Хьисэ нэгъуэщІхэм фІыуэ узэрыхущытын хуейм теухуауэ ищІэ къудейуэ къанэтэкъым, атІэ ар сыт щыгъуи цІыхухэм апхуэдэу яхущытт. Хьисэ и Адэр фІыуэ елъагъу икІи сыт щыгъуи фІы ищІэну лъагъуныгъэм ар хуегъэуш. Пэжщ, нэгъуэщІхэм фІыуэ дазэрыхущытыр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Ауэ а Іуэхухэм дыхуэзыгъэушыр сытми зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: ар лъагъуныгъэра, хьэмэрэ нэгъуэщІ гуэр? Зыгуэрым мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Лъагъуныгъэм къыхэмыкІыу зыгуэрым фІы хуэпщІэфыну?» ХуэпщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ тхьэмыщкІэхэм ядэІэпыкъу цІыхухэм я гугъу ищІащ. Абыхэм а ІуэхуфІхэр щІащІу щытар фІыщІэ лей зыхурагъэщІын щхьэкІэт. Ауэ апхуэдэ «ІуэхуфІхэм» Иеговэ и дежкІэ зы мыхьэнэ яІэтэкъым (Мт. 6:1—4).
15. НэгъуэщІхэм фІыуэ дахущыту жытІэфын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
15 Дэ нэгъуэщІхэм фІыуэ дахущыту жытІэфын щхьэкІэ ар ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ икІи абы дыхуэзыгъэушын хуейр лъагъуныгъэращ. Аращи, дызэупщІыж хъунущ: «ФІы зэрыщІэн хуейм теухуауэ сщІэ къудейуэ ара, хьэмэрэ ар ІуэхукІэ згъэлъагъуэрэ? ІуэхуфІхэр сщІэну сыхуэзыгъэушыр сыт?»
ДАПХУЭДЭУ «ЩЭНЫЩІЭФІЫР» ЗЭРЫТХЪУМЭНУР?
16. Сыт махуэ къэс тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
16 Псым зыщІэдгъэуа иужь «щэныщІэфІыр» зыхэтлъхьэн дыухауэ жыпІэ хъуну? Хьэуэ. А «фащэр» адэкІи дахэу щытын щхьэкІэ ар зэрытхъумэным иужь дитын хуейщ. Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр махуэ къэс дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ къару етхьэлІэмэ, Иеговэ а ІуэхумкІэ къыддэІэпыкъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и къару лъапІэр къигъэсэбэпу сыт щыгъуи ІуэхуфІхэр егъэзащІэ (ЩІэдз. 1:2). Аращи, Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр псори ди ІуэхущІафэхэм къыхэщын хуейщ. Псалъэм папщІэ, Екъуб итхащ: «ФІыщІагъэхэр зыщІымыгъу фІэщхъуныгъэм псэ хэткъым» (Екъуб 2:26). Ар дыдэр жыпІэ хъунущ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ нэгъуэщІ хьэл-щэнхэм щхьэкІи. А хьэл-щэнхэр дгъэлъэгъуэху дэ щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур.
17. Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр дгъэлъэгъуэну тхузэфІэмыкІмэ, сыт тщІэн хуейр?
17 Илъэс куэд щІауэ псым зыщІэзыгъэуахэми Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр ягъэлъэгъуэну щымытынш къохъу. Ауэ а Іуэхум теухуауэ ди Іэр едмыхьэхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Зы щапхъэ къэтхьынщ: фІыуэ тлъагъу щыгъын гуэр зэфІэтхъауэ щытмэ, ар занщІэу хыфІэддзэну? Хьэуэ, ар ддыжу, адэкІэ дыхуэсакъыу зетхьэну къыщІэкІынущ. Абы ещхьу зыгуэрым гуапэу икІи шыІэныгъэрэ лъагъуныгъэрэ хэлъу дыхущытыну тхузэфІэмыкІмэ, ди Іэр етхьэхынкъым. Ди гум къыбгъэдэкІыу а цІыхум къытхуигъэгъуну делъэІумэ, щыгъыныр зэрыддыжым хуэдэу, ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхузэтегъэувэжынущ. Абы иужь а зэхущытыкІэм дыхуэсакъынщ.
18. Сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?
18 Хьисэ щапхъэфІ къызэрытхуигъэнар дэ фІыщІэшхуэ дощІ. Абы и гупсысэкІэр нэхъыбэу зыхэтлъхьэху, и щапхъэм дытетыну ди дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ. Хьисэ и щапхъэм нэхъыбэу дытетыху, «щэныщІэфІыр» нэхъыфІу тхузыхэлъхьэнущ. Мы статьям Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм щыщу плІы щызэпкърытхащ. Адрей хьэл-щэнхэм теухуауэ нэхъыфІу къатщІэрэ, ахэр ди гъащІэм къызэрыхэщым дегупсысамэ, фІы дыдэ хъунут. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэм ит статьяхэр (Христианская жизнь > Плод духа). Шэч къытевмыхьэ: «щэныщІэфІыр» зыхэфлъхьэн икІи ар фхъумэн щхьэкІэ флъэкІ къэвмыгъанэу щытмэ, Иеговэ Іэмал имыІэу къывдэІэпыкъунущ.
127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?
a Дэ етхьэкІа гъащІэм емылъытауэ, псоми «щэныщІэфІыр» зыхэтлъхьэфынущ. Абы щхьэкІэ ди гупсысэкІэм адэкІи зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэн икІи Хьисэ щапхъэ зэрытетхыным дыхущІэкъун хуейщ. Мы статьям Хьисэ и гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ дыщытепсэлъыхьынущ. Ар къыддэІэпыкъунущ псым зыщІэдгъэуа иужьи Хьисэ адэкІи щапхъэ тетхыну.
b Алыхьым и лэжьакІуэм зыхилъхьэн хуей хьэл-щэнхэр псори Галатие 5:22, 23 къыщыхьакъым. А Іуэхум теухуауэ 2020-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.