ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Март н. 2—7
  • «Щэныжь бзаджэр... зыхэвныну» фхузэфІэкІынущ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Щэныжь бзаджэр... зыхэвныну» фхузэфІэкІынущ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «ЩЭНЫЖЬ БЗАДЖЭР» ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
  • «ЩЭНЫЖЬ БЗАДЖЭР» ЗЫХЭДНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
  • ПСЫМ ЗЫЩІЭВГЪЭУЭН ЩХЬЭКІЭ ФЭ ЗЫФХЪУЭЖЫФЫНУЩ!
  • Псым зыщІэвгъэуа иужь адэкІи «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэфшэкІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Фи гупсысэкІэр зэрыфхъуэжыным фыхущІэкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Фи щэныжь бзаджэр зыхэвныжи, щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу зэфшэкІ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Март н. 2—7

10 СТАТЬЯР

«Щэныжь бзаджэр... зыхэвныну» фхузэфІэкІынущ!

«Фи щэныжь бзаджэр, абы и Іуэхухэри щІыгъуу, зыхэвныж» (КОЛ. 3:9).

29-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыдита цІэм хуэфащэу допсэу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Библиер дджын ипэ сыт хуэдэ гъащІэ етхьэкІар?

ИЕГОВЭ и Щыхьэтхэм уахуэзэу Библиер бджын щІэбдзэн ипэ сыт хуэдэ гъащІэ епхьэкІар? Дэ тщыщ куэдым ар ягу къагъэкІыжынуи хуейкъым. Дэ ди теплъэм, ди гупсысыкІэм икІи Іеймрэ фІымрэ теухуауэ мы дунейм и еплъыкІэр диІэу дыпсэууэ къыщІэкІынут. Апхуэдэу щытамэ, «гугъэ димыІэу Тхьэр дымыщІэу мы дунейм дытетащ» (Еф. 2:12). Ауэ Библиер дджын зэрыщІэддзам и фІыгъэкІэ ди гъащІэм зихъуэжащ.

2. Библиер бджын щыщІэбдзам щыгъуэ сыт уэ къэпщІар?

2 Библиер щыбджым щыгъуэ уэ къэпщІащ уафэм щыІэ фІыуэ укъэзылъагъу Адэ узэриІэр. Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуну икІи абы и унагъуэшхуэм ухыхьэну уэ гукъыдэж уиІэ хъуащ. Ауэ абы щхьэкІэ уи гупсысэкІэм, уи дуней тетыкІэм икІи уи теплъэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хэплъхьэн зэрыхуейр къыбгурыІуащ. Уэ лэжьыгъэшхуэ къыппэщылът — фІымрэ Іеймрэ теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр зыхэплъхьэну (Еф. 5:3—5).

3. Колоссэ 3:9, 10 зэритымкІэ, Иеговэ сыт къызэрытщыгугъыр икІи мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

3 Иеговэ дэ псори дыкъигъэщІащ икІи ар уафэм щыІэ ди Адэу щытщ. Абы къыхэкІкІэ и унагъуэр зэрыпсэуным теухуауэ унафэ ищІыну абы хуитыныгъэ иІэщ. Аращи, ар къытщогугъ псым зыщІэдгъэуэн ипэ «щэныжь бзаджэр, абы и Іуэхухэри щІыгъуу, зыхэдныжыну»b. (Къеджэ Колоссэ 3:9, 10.) Псым зыщІэзыгъэуэну хуейхэм мы статьяр къадэІэпыкъунущ къыкІэлъыкІуэ упщІищым жэуап иратыну: 1) «Щэныжь бзаджэр» зищІысыр сыт? 2) Ар зыхэднэну Иеговэ къыщІыджиІэр сыт? 3) Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Псым зыщІэзыгъэуахэми «щэныжь бзаджэ» зыханам къимыгъэзэжын щхьэкІэ сыт ящІэн хуейми къагурыІуэну мы статьяр къадэІэпыкъунущ.

«ЩЭНЫЖЬ БЗАДЖЭР» ЗИЩІЫСЫР СЫТ?

4. «Щэныжь бзаджэ» зыхэлъ цІыхум сыт хуэдэ щытыкІэ иІэр?

4 «Щэныжь бзаджэ» зыхэлъ цІыхум гуэныхьым хуэзышэ гупсысэкІэмрэ щытыкІэмрэ иІэщ. Апхуэдэ цІыхур къэгубжьыгъуафІэу, зыри фІыщІэ имыщІу, пагэу икІи щхьэхуещэу щытыфынущ. Абы порнографиер икІи залымыгъэрэ цІапІагъэрэ зыхэт фильмхэр игу ирихьынкІэ хъунущ. Пэжщ, апхуэдэ цІыхум хьэл-щэныфІ гуэрхэри хэлъщ, уеблэмэ, и ІуэхущІафэхэмрэ жиІэ псалъэхэмрэ ириукІытэжынкІэ хъунущ, ауэ зихъуэжыну абы гукъыдэж иІэкъым (Гал. 5:19—21; 2 Тим. 3:2—5).

Изучающий Библию идёт по дороге и выбрасывает старую одежду. Позади него сигареты, алкоголь, фишки казино, флаг ЛГБТ-движения и жестокие видеоигры.

ЦІыхум «щэныжь бзаджэр» зыхина иужь афІэкІа хьэл мыхъумыщІэхэм я унафэм щІэтыжкъым (5-нэ абзацым феплъ.)g

5. «Щэныжь бзаджэр» икІэм нэс зыхэднэфыну? КъыдгурывгъаІуэ. (Апостолхэм 3:19).

5 Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ икІэм нэс гупсысэ Іейхэмрэ гурыщІэ мыхъумыщІэхэмрэ зыхэдгъэкІыфынукъым. Зэман-зэманкІэрэ дэ дызыхущІегъуэжын гуэр жытІэнущ е тщІэнущ (Иер. 17:9; Екъуб 3:2). Ауэ «щэныжь бзаджэр» зыхэзына цІыхум и гупсысэ Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ афІэкІа я лъабжьэ щІэтыжкъым (Ис. 55:7; къеджэ Апостолхэм 3:19).

6. «Щэныжь бзаджэм» къыбгъэдэкІ гупсысэ Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ зыхэднэну Иеговэ дыщІыхуигъэушыр сыт?

6 Иеговэ дыхуегъэуш гупсысэ Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ зыхэднэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэ фІыщэу делъагъу икІи ар хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьыну (Ис. 48:17, 18). Иеговэ къыгуроІуэ, апхуэдэу дымыщІэмэ, дэ ди щхьэми нэгъуэщІ цІыхухэми зэран дызэрыхуэхъунур икІи ар абы игу къоуэ.

7. Рим 12:1, 2 зэритымкІэ, дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ унафэ тщІын хуей?

7 Ди ныбжьэгъухэмрэ ди Іыхьлыхэмрэ ди гъащІэм хэтлъхьа зэхъуэкІыныгъэхэр япэщІыкІэ ягу иримыхьауэ, уеблэмэ, ауан дащІауэ къыщІэкІынщ (1 Пет. 4:3, 4). Абыхэм мыпхуэдэу жаІэу къыщІэкІынт: «Уэ уи гъащІэм ухуитыжщ икІи пщІэнымрэ къыхэпхынымрэ теухуауэ зыми унафэ къыпхуищІыну хуиткъым!» Ауэ Иеговэ и унафэм щІэтыну хуэмейхэр нэгъэсауэ щхьэхуиту пхужыІэну? Хьэуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр ШейтІаным и лъабжьэм щІэтщ икІи абы и ІэмыщІэ илъ дунейм и унафэхэм тету мэпсэу. (Къеджэ Рим 12:1, 2.) Аращи, дэтхэнэ зыми къыхэтхын хуейщ: е ШейтІаным къыбгъэдэкІ «щэныжь бзаджэр» адэкІи зыхэдгъэлъыну е фІыкІэ зытхъуэжыну Иеговэ къыддэІэпыкъуну хуит тщІыну (Ис. 64:8).

«ЩЭНЫЖЬ БЗАДЖЭР» ЗЫХЭДНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

8. «Щэныжь бзаджэр» зыхэднэну Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

8 Иеговэ къыгуроІуэ къаруи зэмани дызэрыхуэныкъуэнур ди гупсысэкІэмрэ ди хьэлхэмрэ тхъуэжын щхьэкІэ (Пс. 103:13, 14). Ауэ дэІэпыкъуэгъуншэу абы дыкъигъэнакъым: Библием, и къару лъапІэм икІи и организацэм и фІыгъэкІэ дэ нэхъ Іущ дохъу икІи къару зыдогъэгъуэт. Уэ ар зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ. АдэкІэ дэ дытепсэлъыхьынущ «цІыхум щэныжь бзаджэр зыхинэу» ар зыхимылъхьэжын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми икІи псым зэрызыщІигъэуэным дапхуэдэу зыхуигъэхьэзыр хъунуми.

9. Алыхьым и Псалъэр дапхуэдэу къызэрывдэІэпыкъуфынур?

9 Библиер къэбгъэсэбэпу зыгъэунэхуж. Алыхьым и псалъэр гъуджэм хуэдэщ. Абы и фІыгъэкІэ ди гупсысэхэмрэ ди щытыкІэмрэ сыт хуэдэми къэтлъэгъужыну Іэмал диІэщ икІи сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ди гъащІэм хэтлъхьэн хуейми къыдгуроІуэ (Екъуб 1:22—25). Библием уезыгъаджэм е Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэм чэнджэщ къыуатыфынущ. Псалъэм папщІэ, Библием щыщ едзыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ абыхэм уагъэлъэгъуэфынущ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр уиІэми икІи сытым иджыри уелэжьын хуейми. Хьэл мыхъумыщІэ гуэрым уебэну щытмэ, ахэр я гуапэу къыбдэІэпыкъунущ ди публикациехэм чэнджэщ узыхуэныкъуэхэр къыщыбгъуэтыну. Езы Иегови къыбдэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. Уэ уи гум илъыр абы елъагъу икІи къызэрыбдэІэпыкъуфыну щІыкІэр зыми хуэмыдэу ещІэ (Прит. 14:10; 15:11). Абы къыхэкІкІэ махуэ къэс Алыхьым зыхуэбгъэзэну икІи абы и Псалъэр бджыну хущІэкъу, ар хьэл пхуэхъун щхьэкІэ.

10. Эли и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

10 Иеговэ и хабзэхэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр зыщывмыгъэгъупщэ. Иеговэ дэ сыткІэ къыдэмылъэІуами, абы ди сэбэп хэлъщ. Абы и хабзэхэм тету псэу цІыхухэм я щхьэм пщІэ хуащІыж, гъащІэм и мыхьэнэр зыхащІэ икІи нэгъэсауэ насыпыфІэу щытщ (Пс. 19:7—11). Ауэ Иеговэ и хабзэхэр ІэщІыб зыщІхэм я дуней тетыкІэм къыпэкІуа гугъуехьхэр я щхьэкІэ зыхащІэ. Абы теухуауэ Эли́ зи цІэ цІыхухъум и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар зэрыцІыкІу лъандэрэ и адэ-анэм Иеговэ и гъэсэныгъэр бгъэдалъхьэт, ауэ Эли щыныбжьыщІэм щыгъуэ ныбжьэгъу мыхъумыщІэхэм запищІащ. Абы наркотик зрихьэлІэн, зинэ ищІэн икІи дыгъуэн щІидзащ. Эли зэрыжиІэжымкІэ, ар егъэлеяуэ тэмакъкІэщІ икІи гущІэгъуншэ хъуат. Абы пещэ: «Къапщтэмэ, си адэ-анэм „умыщІэ“ жаІэу сызыщІапІыкІауэ хъуар псори сщІэт». Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, Эли щыцІыкІум бгъэдалъхьа гъэсэныгъэр кІуэдакъым. ИкІэм-икІэжым абы Библиер иджын щІидзэжащ. Эли и хьэл мыхъумыщІэхэр зыхинэн щхьэкІэ къаруушхуэ ирихьэлІэри, 2000 гъэм псым зыщІигъэуащ. Иеговэ и хабзэхэм тету псэун зэрыщІидзам сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къыхуихьар? Эли къыддогуашэ: «Иджыпсту сэ си гум мамырыгъэ илъщ икІи си напэр къабзэщ».c Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ и хабзэхэм темыт цІыхухэр я щхьэм зэран зэрыхуэхъужыр. Ауэ Иеговэ абыхэми ядэІэпыкъуну хьэзырщ.

11. Иеговэ сыт илъагъу мыхъур?

11 Иеговэ илъагъу мыхъур фэри флъагъу мыхъуу зевгъасэ (Пс. 97:10). Библием щыжыІащ «пагагъэ зыхэлъ плъэкІэр, пцІы зыупс бзэр, лажьэ зимыІэ цІыхум и лъыр зыгъажэ Іэр» Иеговэ илъагъу мыхъуу зэрыщытыр (Прит. 6:16, 17). Абы и дежкІэ «лъы зыгъажэмрэ нэгъуэщІхэр къэзыгъапцІэмрэ» гущыкІыгъуэу щытщ (Пс. 5:6). Нухь и зэманым къэхъуар абы щыхьэт тохъуэ: Иеговэ цІыху Іейхэр игъэкІуэдащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «абыхэм къабгъэдэкІ ем дунейр» зэщІищтат (ЩІэдз. 6:13). Иеговэ иджыри илъагъу мыхъум теухуауэ бегъымбар Малахие жиІащ. Алыхьыр къогубжь цІыхур лажьэ зимыІэ и щхьэгъусэм щыбгъэдэкІыжым деж. Иеговэ апхуэдэ цІыхур къызэрыхуэлажьэр къищтэкъым икІи абы тезыр тримылъхьэу къигъэнэнукъым (Мал. 2:13—16; Евр. 13:4).

Женщина с отвращением смотрит на испортившиеся продукты в холодильнике.

Дэ тщыщ зыми игу къэкІыххэнукъым зэІыхьауэ щыт ерыскъы гуэр ишхыну. Абы узэрегупсыс къудейм уи гур къызыІегъыхьэ. Апхуэдэ дыдэу Иеговэ илъагъу мыхъур ди дежкІи гущыкІыгъуэу щытын хуейщ (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)

12. Бзаджагъэм гущыкІ хуэтщІыным къикІыр сыт?

12 Иеговэ мыпхуэдэу къыджеІэ: «Бзаджагъэм пэІэщІэ зыфщІ» (Рим 12:9). НэгъуэщІу жыпІэмэ, ар хуейщ дэ бзаджагъэм гущыкІ хуэтщІыну. Зыгуэрым гущыкІ щыхуэпщІым деж ар хуабжьу плъагъу мыхъуу уохъу. Дэ тщыщ зыми игу къэкІыххэнукъым зэІыхьауэ щыт ерыскъы гуэр ишхыну. Абы узэрегупсыс къудейм уи гур къызыІегъыхьэ. Апхуэдэ дыдэу Иеговэ илъагъу мыхъур ди дежкІи гущыкІыгъуэу щытын хуейщ.

13. Ди акъылыр тхъумэн щІыхуейр сыт?

13 Фи акъылыр фхъумэ. Дэтхэнэ зы ІуэхущІафэри гупсысэм къыпэкІуэ Іуэхугъуэщ. Аращ гуэныхьым дыхуэзышэфыну гупсысэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну Хьисэ дыщІигъасэр (Мт. 5:21, 22, 28, 29). ДауикІ, дэ псори дыхуейщ уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ арэзы тщІыну. Абы къыхэкІкІэ ди гум къэкІ гупсысэ мыхъумыщІэхэм занщІэу кІэ еттыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.

14. Ди псэлъэкІэм сыт къигъэлъагъуэр икІи сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей?

14 Фи бзэм фыкІэлъыплъыж. Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Жьэм къипсэлъыр гум къокІ» (Мт. 15:18). Пэжщ, дэ сыт хуэдэ цІыхуу дыщытми жытІэм къегъэлъагъуэ. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Пэжыр зэрыжысІэм гугъуехь къысхуихьынуми, пцІы сымыупсыну сыхьэзыр? Си щхьэгъусэу щымыт гуэрым зыкъыпезгъэхрэ? Псалъэ фІейхэр зэрыжызмыІэным сыхущІэкъурэ? ЦІыху гуэрым сыщигъэбампІэм деж сыкъэмыгубжьу зысшыІэфрэ?» Мы упщІэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Къемызэгъ псэлъэкІэр щыгъыным ит щІыІум хуэдэщ. Дэ апхуэдэ псалъэхэр къыщыдгъэсэбэпым деж щыгъын фІейм ебгъэщхь хъуну «щэныжь бзаджэр» зыщытхыным и пІэкІэ абы ит щІыІухэр дыпхэжу жыпІэ хъунущ. Ауэ а щыгъыныжьыр зыщытхын щхьэкІэ къемызэгъ псэлъэкІэр зыхэднэн хуейщ.

15. «Ди щэныжь бзаджэр» пкъом етІулІыным къикІыр сыт?

15 Тегушхуэныгъэ фхэлъу зэхъуэкІыныгъэхэр фщІы. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ апостол Паул щапхъэ гъэщІэгъуэн къихьащ. Абы мыпхуэдэу жиІащ: «Ди щэныжь бзаджэр... жорым [пкъом, ДЩІ] зэрыраІулІар дощІэ» (Рим 6:6). НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ. Абы Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ и гъащІэр итащ. Дэри тегушхуэныгъэ тхэлъу Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр зыхэднэн щхьэкІэ сыти тщІэну хьэзыру дыщытын хуейщ. Армырамэ, напэ къабзэрэ гъащІэ мыухыжым теухуа гугъэрэ диІэнукъым (Ин. 17:3; 1 Пет. 3:21). Зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ и хабзэхэр зэи ихъуэжкъым. Абыхэм дытетын щхьэкІэ зызыхъуэжын хуейр дэращ (Ис. 1:16—18; 55:9).

16. Хьэл мыхъумыщІэхэм адэкІи дебэнын щІыхуейр сыт?

16 АдэкІи хьэл мыхъумыщІэхэм фебэн. Псым зыщІэвгъэуа иужьи хьэл мыхъумыщІэхэм адэкІи фебэнын хуейщ. Маури́сиу и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар и щІалэгъуэм щыгъуэ гомосексуалисту щытащ. ИужькІэ абы Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзащ икІи и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьа иужь 2002-нэ гъэм псым зыщІигъэуащ. Маурисиу илъэс куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэми, мыпхуэдэу жеІэ: «Пэжыр жысІэнщи, иныкъуэхэм деж а гурыщІэ мыхъумыщІэхэм иджыри себэнын хуей мэхъу». Ауэ Маурисио и Іэр ирихьэхкъым. Ар къыддогуашэ: «ГурыщІэ Іейхэм зыдезмыгъэхьэхыну къару къызэзытыр абыкІэ Иеговэ арэзы зэрысщІыр къызэрызгурыІуэращ»d.

17. Набиха и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

17 Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу икІи фи щхьэм фыщымыгугъыжу абы и къару лъапІэм фыщыгугъ (Гал. 5:22; Флп. 4:6). «Щэныжь бзаджэр» зыхэднэн икІи абы къимыгъэзэжын щхьэкІэ дэ къаруушхуэ етхьэлІэн хуейщ. Наби́ха зи цІэ цІыхубзым и щапхъэр абы щыхьэт тохъуэ. Ар илъэсих щыхъум щыгъуэ и адэм унагъуэр хыфІидзащ. Абы игу къегъэкІыж: «А Іуэхугъуэм си гум дыркъуэшхуэ къытринащ». Набиха къыдэкІуэтеиху нэхъ бзаджэ икІи нэхъ тэмакъкІэщІ хъуурэ кІуэт. Абы наркотик ищэу щІидзащ. Абы щхьэкІэ ар тутнакъым илъэс зыбжанэкІэ ягъэтІысащ. Иеговэ и Щыхьэтхэр тутнакъым исхэм я деж тхьэмахуэм зэ кІуэти, Набиха абыхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзащ. Абы щыгъуэ Набиха и гъащІэм зэхъуэкІыныгъуэшхуэхэр хилъхьащ. Ар къыддогуашэ: «Языныкъуэ хьэл мыхъумыщІэхэр сэ тыншу схузыхэнащ, ауэ тутыныр хыфІэздзэну си дежкІэ гугъут». Набиха а хьэл мыхъумыщІэр зыхинэн щхьэкІэ илъэсым щІигъу тригъэкІуэдащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ: «Псом хуэмыдэу сэ къыздэІэпыкъуар Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэпымыууэ зэрызыхуэзгъэзаращ». Иджы абы нэгъуэщІхэм мыпхуэдэу яжреІэ: «Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым: Иеговэ арэзы сщІын щхьэкІэ зысхъуэжыну щысхузыфІэкІакІэ, ар хэти хузэфІэкІынущ!»e

ПСЫМ ЗЫЩІЭВГЪЭУЭН ЩХЬЭКІЭ ФЭ ЗЫФХЪУЭЖЫФЫНУЩ!

18. 1 Коринф 6:9—11 зэритымкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым сыт яхузэфІэкІар?

18 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псым зыщІагъэуэн ипэ сыт хуэдэ гъащІэ ирахьэкІар? Хэти зинэ ищІэу, хэти гомосексуалисту, хэти дыгъуэгъуакІуэу щытащ. Ауэ Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ абыхэм а хьэл мыхъумыщІэхэр зыханэфащ. (Къеджэ 1 Коринф 6:9—11.) Ди зэманми мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэну Библиер ядэІэпыкъуащf. Абыхэм куууэ яхэпщауэ щыта хьэл мыхъумыщІэхэр зыханыфащ. А цІыхухэм я щапхъэм къегъэлъагъуэ фэри псым зыщІэвгъэуэн щхьэкІэ зыфхъуэжыну зэрыфхузэфІэкІынур.

«Библием гъащІэр ехъуэж»

2008-нэ гъэм «ХъумакІуэ чэщанэм» «Библия меняет жизнь» жыхуиІэ рубрикэр къытрадзэу щІадзащ. Абы ит статьяхэр топсэлъыхь псым зыщІагъэуэн ипэ цІыхухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр зэрыхалъхьам. Иджыпсту апхуэдэ статьяхэмрэ видеохэмрэ jw.org сайтым къралъхьэ. Хьэл мыхъумыщІэ гуэр зыхэбнэну къогугъуэкІыу щытмэ, а рубрикэм зи гугъу ищІ цІыхухэм теухуауэ уеджэну ухудогъэуш. Уэ абы къыщыбгъуэтыфынущ уи гугъуехьхэм хуэдэ зиІа икІи абыхэм пэлъэща цІыхухэм теухуа статьяхэр. А статьяхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэм ихьэ (Библия > Практические советы > «Библия меняет жизнь»). Е jw.org сайтым ахэр къыщыбгъуэтын щхьэкІэ «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «Библия меняет жизнь» псалъэхэр итхэ.

19. КъыкІэлъыкІуэ статьяр сыт зытеухуар?

19 Псым зыщІэдгъэуэн щхьэкІэ дэ «щэныжь бзаджэр» зыхэднэным нэмыщІ «щэныщІэфІри» зыхэтлъхьэн хуейщ. Ар зэрытщІ хъуным икІи нэгъуэщІхэр абыкІэ къызэрыддэІэпыкъуфынум теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • «Щэныжь бзаджэр» зищІысыр сыт?

  • «Щэныжь бзаджэр» зыхэднэн щІыхуейр сыт?

  • «Щэныжь бзаджэр» зыхэднэн икІи абы къимыгъэзэжын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх

a ЦІыхум псым зыщІигъэуэн ипэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэхъуэкІыныгъэхэр и гъащІэм хилъхьэн хуейщ. Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: «щэныжь бзаджэр» зищІысыр сыт? Ар зыхэднэн щІыхуейр сыт икІи дауэ ар зэрытщІ хъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ дэ псоми, псым зыщІэзыгъэуахэри абыхэм яхэту, «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» дауэ зэтшэкІ хъунуми.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мыбдеж «щэныжь бзаджэр зыхэвныж» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр Иеговэ фІэмыфІ гупсысэкІэмрэ хьэлхэмрэ зыхэднэныращ. ЦІыхум псым зыщІигъэуэн ипэ ар ищІэн щІидзэн хуейщ (Еф. 4:22).

c 2012-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Библия меняет жизнь. „Я решил вернуться к Иегове“» жыхуиІэ статьям феплъ.

d 2012-нэ гъэм, накъыгъэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Библия меняет жизнь. „Они были очень добры ко мне“» жыхуиІэ статьям феплъ.

e 2012-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Библия меняет жизнь. „Я стала злой и агрессивной“» жыхуиІэ статьям феплъ.

f «Библием гъащІэр ехъуэж» жыхуиІэ рамкэм феплъ.

g СУРЭТЫР. Хьэл мыхъумыщІэхэр зэрызыхэбнэр щыгъыныжьыр зэрыхыфІэбдзэм ебгъэщхь хъунущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын