ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Февраль н. 30
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Февраль н. 30

Унагъуэ Іэщри нысащІэм щхьэкІэ щхьэщэхуж хъуфынут

ПщІэуэ пІэрэ?

Израил цІыхухэм нысащІэм щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэ щІатыр сытыт?

БИБЛИЕР зытепсэлъыхьыж зэманым нэчыхь зыщращІылІэкІэ щауэм и лъэныкъуэм нысащІэм и унагъуэм щхьэщэхуж уасэ иритт, псалъэм папщІэ, хьэпшып лъапІэхэр, псэущхьэхэр е ахъшэ. Иныкъуэхэм деж нысащІэр къищэхужын щхьэкІэ щауэм лэжьыгъэ гуэр игъэзэщІэн хуей хъут. Аращ Екъуб ищІауэ щытар: Рахэл и адэм и хъушэхэр илъэсиблкІэ игъэхъуащ а хъыджэбзыр къишэн щхьэкІэ (ЩІэдз. 29:17, 18, 20). Сытыт апхуэдэ хабзэ къыщІекІуэкІыр?

Зы тхылъ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, «пасэрей Ираилым адэм и пхъур афІэкІа къызэрыдэмыІэпыкъужынум щхьэкІэ щауэм и щыкъу адэм [нысащІэм щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэ] иритт»a. Мэкъумэш лэжьыгъэм ирипсэу унагъуэм и дежкІэ зы цІыхукІэ нэхъ мащІэ ухъуныр хэщІышхуэт. Абы нэмыщІ апхуэдэ хабзэм щауэмрэ нысащІэмрэ я унагъуэхэр зэкъуэт ищІт. Благъэ зэхуэхъуа унагъуитІыр зэман гугъум зэдэІэпыкъужт. НысащІэм щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэ зэрыщІатам къигъэлъагъуэт ар куэд мыщІэу зэрыдэкІуэнур икІи дяпэкІэ ар зыхуей хуэзыгъэзэнур и адэр мыхъуу, и щхьэгъусэрауэ зэрыщытыр.

НысащІэм щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэ зэратыр хабзэу къызэрекІуэкІым къикІтэкъым журтхэр цІыхубзым къэпщэху-пщэж хъун хьэпшыпым хуэдэу хущыту. Зы энциклопедием зэритымкІэ, «израил цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр къащэхуу жызыІэхэр щоуэ»b. НысащІэм щхьэкІэ ахъшэ е нэгъуэщІ мылъку зэрыщІатым апхуэдэу уригъэпсысыфынут, ауэ Библиер зыдж Боб Атли мыращ жиІэр: «НысащІэр къащэхуу аратэкъым, атІэ унагъуэм зы дэІэпыкъуэгъукІэ нэхъ мащІэ зэрыхъуар япшыныжу арат»c.

Языныкъуэ къэралхэм иджыри къыздэсым апхуэдэ хабзэ къыщокІуэкІ. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я пхъум щхьэкІэ щхьэщэхуж уасэ къащтэну хуеймэ, сыт хуэдэ чэнджэщ зыщагъэгъупщэн хуэмейр? «Фи гущабагъэр цІыху псоми нахуэ яхурехъу» жыхуиІэ принципыр, дауикІ, мы Іуэхум хуокІуэ (Флп. 4:5; 1 Кор. 10:32, 33). Адэ-анэм зэхэщІыкІ яхэлъмэ, щауэм и унагъуэм хуэмыгъэкъаруун уасэ я пхъум хуагъэувынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр хуейкъым ахъшэ фІыуэ зылъагъу цІыху нэпсейуэ щытыну (2 Тим. 3:2). Абы нэмыщІ адэ-анэм уасэ иныІуэ ямыгъэувмэ, щауэм хьэгъуэлІыгъуэр щытриухуа зэманым иригъэкІуэкІыфынущ икІи куэдыІуэрэ лэжьэн хуей хъунукъым. НысащІэм и адэ-анэр, дауикІ, хуейкъым малъхъэ яхуэхъуну щІалэм щхьэщэхужым и уасэр нэхъ псынщІэу зэхуихьэсын щхьэкІэ пионер лэжьыгъэр къигъэнэну.

НысащІэм щхьэкІэ ят щхьэщэхужым теухуауэ къэралым унафэ гуэрхэр къыдигъэкІауэ щытмэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм ахэр ягъэзэщІэн хуейщ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Библием дэр щхьэкІэ мыпхуэдэ унафэ итщ: «Тепщэныгъэ зиІэхэм яхуэІурыщІэу щрет». Абы къыхэкІкІэ къэрал унафэр Алыхьым и хабзэхэм пэщІэмыувэмэ, дэ ар дгъэзэщІэну ди къалэнщ (Рим 13:1; Апост. 5:29).

a Бокэм Р. Иисус и женщины. Роль женщин в общине Иисуса и в первоначальном христианстве. М., 2015. С. 173.

b Ринекер Ф., Майер Г. Библейская энциклопедия Брокгауза. М.: Российское библейское общество, 1999. С. 107.

c Атли Б. Бесплатные библейские комментарии // Серия «Комментарии для исследователя», Ветхий Завет. Маршалл, 2013. Т. 1Б. С. 289.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын