ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Ноябрь н. 8—13
  • Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр фи зэхуаку дэвгъэлъ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр фи зэхуаку дэвгъэлъ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭКІЭ ХЭТ ДЭ ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУН ХУЕЙР?
  • ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАУЭ РУФЭ ТХЫЛЪЫМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
  • ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ІУЭХУКІЭ ДАУЭ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР?
  • ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ТЫГЪЭ КЪАПЭЩЫЛЪЫР?
  • Руфэрэ НэІумийрэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Руфрэ Ноеминрэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Иеговэ «зигу иудахэр... кърегъэл»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Ноябрь н. 8—13

45 СТАТЬЯР

Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр фи зэхуаку дэвгъэлъ

«Зыр зым лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зыхуэфщІ» (ЗАХ. 7:9).

107-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр ди зэхуаку дэдгъэлъын щхьэкІэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

ПЭЖАГЪ зыхэлъ лъагъуныгъэр ди зэхуаку дэдгъэлъын щІыхуейм щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ, Притчи тхылъым абы теухуауэ мыпхуэдэу щыжыІащ: «ФІылъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ пэІэщІэ уахуэмыхъу... КъыплъэІэсынщ итІанэ Тхьэм и нэфІыр, удыхьэнщ итІанэ цІыхухэм ягу»; «ФІылъагъуныгъэр [пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр] зыгъэлъагъуэ цІыхум и щхьэм фІы хуещІэж»; «ИІэнущ гъащІи, ехъулІэныгъи, пщІэи захуагъэмрэ фІылъагъуныгъэмрэ [пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэмрэ] хущІэкъум» (Прит. 3:3, 4; 21:21, Гъэсэпэтхыдэхэр; 11:17).

2 Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр ди зэхуаку щІыдэдгъэлъын хуейм и щхьэусыгъуищ мы едзыгъуэхэм къыщыхьащ. Япэрауэ, апхуэдэ цІыхухэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. ЕтІуанэрауэ, абы сэбэп къытхуехь, псалъэм папщІэ, ныбжьэгъуфІ дыхъуну къыддоІэпыкъу. Ещанэрауэ, пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэхэм къэкІуэну зэманым тыгъэшхуэ къаІэрыхьэнущ, гъащІэ мыухыжри абы хэту. Аращи, Иеговэ къыбгъэдэкІ мы псалъэхэм дыщІедэІуэн щхьэусыгъуэхэр диІэщ: «Зыр зым [пэжагъ зыхэлъ] лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зыхуэфщІ» (Зах. 7:9).

3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

3 Мы статьям дэ упщІиплІ щызэпкърытхынущ: пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэкІэ хэт дэ фІыуэ тлъагъун хуейр? А лъагъуныгъэм теухуауэ Руфэ тхылъым сытым дыхуигъасэрэ? Апхуэдэ лъагъуныгъэр ІуэхукІэ дауэ зэрыдгъэлъэгъуэфынур икІи а хьэл-щэныр зыгъэлъагъуэ цІыхухэм сыт хуэдэ тыгъэ къапэщылъыр?

ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭКІЭ ХЭТ ДЭ ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУН ХУЕЙР?

4. Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр Иеговэ зыхуигъэлъагъуэр хэт икІи дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур? (Марк 10:29, 30).

4 Мыбы ипэ дджа статьям Иеговэ игъэлъагъуэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм дытепсэлъыхьащ. Апхуэдэ лъагъуныгъэр абы зыхуиІэр ар фІыуэ зылъагъу икІи хуэлажьэ цІыхухэращ (Дан. 9:4). Лъагъуныгъэ зилъ унагъуэм къыщыхъу сабийхэм и нэхъыбэм я адэм щапхъэ трах. Абы ещхьу, дэри Алыхьым щапхъэ тетхыну дыхущІокъу (Еф. 5:1). Абы къыхэкІкІэ дэ дыхуейщ ди къуэш, ди шыпхъухэм ныбжьэгъу пэж дахуэхъуну икІи ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэдгъэлъыну. (Къеджэ Марк 10:29, 30.)

5, 6. «Пэжагъ» псалъэр цІыхухэм и нэхъыбэм дапхуэдэу къазэрыгурыІуэр?

5 ДауикІ, апхуэдэ лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ ар зищІысыр сытми нэгъэсауэ къыбгурыІуэн хуейщ. Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэмрэ пэжагъымрэ зэрызэщхьэщыкІым теухуауэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ.

6 Илъэс куэд щІауэ зы компание гуэрым щылажьэ цІыхур ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Зы лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, ар пэжагъ зыгъэлъагъуэ лэжьакІуэу жыпІэфынущ. Ауэ абы а компаниемрэ и унафэщІхэмрэ фІыуэ имылъагъункІэ хъунущ. Уеблэмэ, ар абыхэм зэи хуэмызауэ икІи къащтэ унафэхэм арэзы щытемыхъуи къэхъу къыщІэкІынщ. Ар щІэлажьэм и щхьэусыгъуэр ахъшэ къратыр игу ирохьри аращ икІи, нэхъ лэжьапІэфІ къимыгъуэту щытмэ, пенсие кІуэгъуэ хъуху абы Іутынущ.

7, 8. 1) Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр цІыхум игъэлъэгъуэну хуэзыгъэушыр сыт? 2) Руфэ тхылъым ит пычыгъуэхэм гу лъыттэну ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

7 Щапхъэ къэтхьам зи гугъу ищІ зи лэжьыгъэм хуэпэжу щыт лэжьакІуэмрэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэ цІыхумрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? Ахэр зэрызэщхьэщыкІыр пэжагъ щІагъэлъагъуэм и щхьэусыгъуэращ. Пасэрей зэманым Алыхьым и лэжьакІуэхэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр щІагъэлъагъуэр сытыт? Ар къалэну къалъытэу аратэкъым, атІэ езыхэр хуейуэ, я гум къыбгъэдэкІыу а хьэл-щэныр ягъэлъагъуэт. Даут и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Даут Ионафанрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу илъытэти, пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэкІэ ар фІыуэ илъагъут. Абы и адэ Щаул Даут иукІыну зэрыхэтар а лъагъуныгъэм зэран хуэхъуакъым. Ионафан лІа иужь илъэс бжыгъэ щыдэкІам щыгъуи Даут абы хуиІа пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр ужьыхакъым. Псалъэм папщІэ, ар щабагъ хэлъу Ионафан и къуэ Мефивошет хущытащ (1 Сам. 20:9, 14, 15; 2 Сам. 4:4; 8:15; 9:1, 6, 7).

8 Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм теухуауэ Руфэ тхылъым дэ куэд къыщыдощІэ. Абы зи гугъу ищІ цІыхухэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуар? Абыхэм я щапхъэхэр ди къуэш, ди шыпхъухэм апхуэдэ лъагъуныгъэр дахуиІэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?b

ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАУЭ РУФЭ ТХЫЛЪЫМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?

9. Иеговэ и ней къыщыхуауэ НэІумий щІигугъар сыт?

9 НэІумий, абы и нысэ Руфэ, абы нэмыщІ Алыхьым хуэпэжу щыта БоІэз сымэ Руфэ тхылъыр топсэлъыхь. БоІэз НэІумий и щхьэгъусэм и благъэт. Израил щІыналъэм гъаблэ къыщыхъуам щыгъуэ НэІумий и щхьэгъусэмрэ и къуитІымрэ и гъусэу МоІэбей щІыналъэм Іэпхъуащ. Зэман гуэр дэкІа иужь НэІумий и щхьэгъусэр лІащ. Абы и къуитІым фыз къашащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, а щІалитІри дунейм ехыжащ (Руфь 1:3—5; 2:1, Руфэ, 2009). Апхуэдиз гуауэм къыхэкІкІэ НэІумий и гъащІэр егъэлеяуэ дыдж хъуати, а къыщыщІа псор Иеговэ къыбгъэдэкІ хуэдэу егупсысу щІидзащ. Абы и гурыщІэхэр жиІа псалъэхэм къыхощ: «Зиусхьэным и ней къысщыхуащ»; «Псори ЗылъэкІым си гъащІэр дыдж Іей ищІащ»; «Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ» (Руфь 1:13, 20, 21, Руфэ, 2009).

10. НэІумий гукъеуэм къыхэкІкІэ жиІа псалъэхэр Иеговэ дауэ къыщыхъуа?

10 НэІумий гукъеуэм къыхэкІкІэ жиІа псалъэхэр Иеговэ дауэ къыщыхъуа? Абы ар и жагъуэ хъуакъым икІи а цІыхубзым и щІыб хуигъэзакъым. Иеговэ абы и гум телъ гуауэр илъагъути, гущІэгъу хуищІащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ фІы дыдэу ещІэ «цІыху Іущым и Іуэхур дэкъуза щыхъукІэ делагъэ гуэр» зэрыжиІэфынур (Эккл. 7:7). Ауэ НэІумий Алыхьым и щІыб къызэрыхуимыгъэзам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ гуэр хуэныкъуэт, Иегови ар къыгурыІуэт (1 Сам. 2:8). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ Руфэ хуигъэушащ фІыуэ илъагъу и гуащэ НэІумий дэІэпыкъуну. Руфэ и гуащэм и гур къызэрыгъуэтыжыну, и фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъужыну щабэу икІи гуапэу дэІэпыкъуащ. Руфэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

11. Зи лъэр щІэхуахэм дадэІэпыкъуну дыщІыхуейр сыт?

11 Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш зи лъэр щІэхуахэм дэІэпыкъуэгъу дахуэхъуну. Руфэ НэІумий и гъусэу къызэрынам хуэдэу, дэри зи лъэр щІэхуахэмрэ зи гур иудахэмрэ дэІэпыкъуэгъу дахуэхъуну дыхуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэну дыхьэзырщ (Прит. 12:25; 24:10). Апостол Паул и псалъэхэми апхуэдэу тщІэну дыхуагъэуш: «Зи гур кІуэдахэр вгъэгушхуэ, дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъу, цІыху псоми шыІэныгъэкІэ фадэгъуэгурыкІуэ» (1 Фес. 5:14).

Зи лъэр щІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэр я гукъеуэхэмкІэ къыщыддэгуашэм деж абыхэм дедэІуэну хуэныкъуэщ (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Зи лъэр щІэхуа цІыхур и нэхъыбэм сыт зыхуэныкъуэр?

12 И нэхъыбэм зи лъэр щІэхуа цІыхур зыхуэныкъуэр абы зыгуэр къедэІуэныращ икІи ар фІыуэ зэралъагъур къыжраІэныращ. Иеговэ лъапІэу илъытэ и мэл цІыкІухэм щыщ гуэрым апхуэдэу фыхущытмэ, ар гулъытэншэу къэнэнукъым (Пс. 41:1). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Притчи 19:17 мыпхуэдэу итщ: «ТхьэмыщкІэм гущІэгъу хуэзыщІым Иеговэ щІыхуэ иритым хуэдэщ, икІи Абы фІыгъуэ къыхуищІэжынущ».

Руфэ и гуащэ НэІумий и гъусэу къэнащ, ауэ Іурпэ МоІэбей щІыналъэм игъэзэжащ. Руфэ НэІумий жреІэ: «Уэ уздэкІуэ сэри сыкІуэнущ». (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Руфэрэ Іурпэрэ я щытыкІэр сыткІэ зэщхьэщыкІрэт икІи Руфэ ищІар пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэу щытауэ жыпІэ щІэхъунур сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

13 НэІумий и гъащІэм адэкІэ къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм теухуауэ нэхъыбэ къыдагъащІэ. «Зиусхьэну Тхьэм и лъэпкъым закъыщІигъакъуэу, гъавэ бэв къаритауэ» НэІумий щызэхихам щыгъуэ и хэкум игъэзэжыну унафэ ищІащ, и ныситІри абы и гъусэу гъуэгу теуващ (Руфь 1:6, Руфэ, 2009). Гъуэгу щытетым щыгъуэ НэІумий и ныситІым МоІэбей щІыналъэм ягъэзэжыну щэнейрэ елъэІуащ. АдэкІэ къэхъуам теухуауэ Руфэ тхылъым мыпхуэдэу дыкъыщоджэ: «Іурпэ и гуащэм ІэплІэ, ба хуищІыжри, ежьэжащ, ауэ Руфэ НэІумий имыутІыпщу» и гъусэу къэнащ (Руфь 1:7—14, Руфэ, 2009). Іурпэ, къызэрыжраІам хуэдэу, и унэм игъэзэжащ, ауэ Руфэ аракъым ищІар. Абы МоІэбей щІыналъэм игъэзэжыну Іэмал иІами, лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ и гуащэм и гъусэу къэнэну мурад ищІащ (Руфь 1:16, 17, Руфэ, 2009). Руфэ апхуэдэу щІищІар ар и къалэну аратэкъым, атІэ и гум къыбгъэдэкІыу НэІумий дэІэпыкъуну хуейти арат. Апхуэдэу абы и гуащэм хуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр игъэлъэгъуащ. Мы хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ?

14. 1) Нобэ къуэш, шыпхъу куэдым пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрагъэлъагъуэр? 2) Еврейхэм 13:16 зэритымкІэ, Алыхьым сыт хуэдэ къурмэнхэр игу ирихьрэ?

14 Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш къызэрытщыгугъым нэхърэ нэхъыбэ цІыхум хуэтщІэну. Ди зэманым Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр къуэш, шыпхъухэм хуагъэлъагъуэ, ямыцІыхухэри абыхэм яхэту. Псалъэм папщІэ, зыщІыпІэ гузэвэгъуэшхуэ къэхъуа иужь лей къызытехьа къуэш, шыпхъухэм ахэр дэІэпыкъуну хущІокъу. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ гуэр дэхуэхауэ щызэхахым деж, абыхэм къелъэІуху пэмыплъэу, а къуэшым е а шыпхъум щІэгъэкъуэн хуэхъуну ахэр иужь итщ. Апхуэдэу абыхэм япэ лІэщІыгъуэм псэуа Македонием щыщ къуэш, шыпхъухэм щапхъэ трах. Ахэр хуэкъулейуэ мыпсэуами, зыгуэр зыхуагъэныкъуэну хьэзырт лей къызытехьа къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Ноби Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым къазэрыщыгугъым нэхърэ нэхъыбэ ящІэ (2 Кор. 8:3). Апхуэдэ лъагъуныгъэр ди зэхуаку зэрыдэлъыр Иеговэ илъэгъуну и гуапэщ. (Къеджэ Еврейхэм 13:16.)

ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ІУЭХУКІЭ ДАУЭ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР?

15, 16. Руфэ и Іэр зэрыримыхьэхар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

15 Руфэ НэІумий зэрыдэІэпыкъуам дэ дерс куэд хэтхыфынущ. Абыхэм щыщ зыбжанэр иджыпсту зэпкърытхынщ.

16 Фи Іэр евмыхьэх. Руфэ и гуащэм дэІэпыкъуну мурад щищІам щыгъуэ япэщІыкІэ НэІумий абы арэзы техъуакъым. Ауэ Руфэ и Іэр ирихьэхакъым. Сыт абы къыпэкІуар? «И гъусэу кІуэну Руфэ мурад быдэ зэрищІар къыщыгурыІуэм, НэІумий ар хигъэзыхьыжакъым» (Руфь 1:15—18, Руфэ, 2009).

17. Ди Іэр едмыхьэхыну сыт къыддэІэпыкъунур?

17 Дерсыр. Зи лъэр щІэхуа цІыхум дыдэІэпыкъун щхьэкІэ шыІэныгъэм дыхуэныкъуэнущ, ауэ ди Іэр етхьэхын хуейкъым. Псалъэм папщІэ, гугъуехь гуэр зиІэ шыпхъумc дызыдигъэІэпыкъун идэкъым. Ауэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм а ІуэхумкІэ дыкъимыкІуэтыну дыхуигъэушынущ (Гал. 6:2). Абы и фІыгъэкІэ ди Іэр етхьэхынукъым икІи икІэм-икІэжым а шыпхъум дызыдигъэІэпыкъуну дыщыгугъынущ.

18. НэІумий и псалъэхэр Руфэ и жагъуэ щІэхъункІэ хъунур сытыт?

18 Фи жагъуэ фымыщІ. НэІумий Бэтлэхьэм къалэм къигъэзэжа иужь, и гъунэгъу цІыхубзхэм щахуэзам щыгъуэ, мыпхуэдэу яжриІащ: «Сэ мыбы зыри сыщымыщІэу сыдэкІащ, арщхьэкІэ Зиусхьэным зыри симыІэжу къызигъэгъэзэжащ» (Руфь 1:21, Руфэ, 2009). Фегупсысыт: а псалъэхэр Руфэ щызэхихам щыгъуэ сыт зыхищІар? НэІумий и хьэтыркІэ абы куэдым зыхуигъэныкъуащ: ар и гуащэм дэгъащ, гупсэхугъуэ иритащ икІи гъуэгуанэ кІыхь и гъусэу зэпичащ. Ауэ, абы емылъытауэ, мыпхуэдэ псалъэхэр зэхех: «Зиусхьэным зыри симыІэжу къызигъэгъэзэжащ». Руфэ а псалъэхэр щызэхихкІэ НэІумий хуищІа псор фІыщІэ имыщІ хуэдэу къыщыхъункІэ хъунут. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Руфэ НэІумий и щІыб хуигъэзакъым.

19. Псалъэ жагъуэхэр ди гум едмыгъэжэлІэну къыддэІэпыкъунур сыт?

19 Дерсыр. Зи лъэр щІэхуа шыпхъум фыдэІэпыкъун щхьэкІэ сыт хуэдиз къару евмыхьэлІами, абы псалъэ жагъуэ къывжиІэнкІэ хъунущ. Іэмал зэриІэкІэ, а псалъэхэр фи гум евмыгъэжалІэ, фи щІыб абы хуэвмыгъазэ икІи а шыпхъум фызэрыдэІэпыкъуфыну щІыкІэр къывгурыІуэн щхьэкІэ Иеговэ фелъэІу (Прит. 17:17).

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм БоІэз дапхуэдэу щапхъэ зэрытрахыфынур? (20, 21-нэ абзацхэм феплъ.)

20. Руфэ НэІумий адэкІи дэІэпыкъун щхьэкІэ сыт къару къезытар?

20 Къуэш, шыпхъухэр вгъэгушхуэн щхьэкІэ Іэмалу хъуар къэвгъэсэбэп. Руфэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэкІэ НэІумий фІыуэ илъагъути, абы дэІэпыкъун щхьэкІэ къару куэд тригъэкІуэдащ. Ауэ иджы езы Руфэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэт. Арати, Иеговэ БоІэз хуигъэушащ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ Руфэ игъэгушхуэну: «ІуэхуфІу пщІа псори Зиусхьэным бэгъуауэ къыпхуищІэж! Зи жьауэм ущІэтыну укъызыхуэкІуа Израилым и Тхьэу Зиусхьэным фІыгъуэу щыІэр къыпхуищІэ!» Руфэ а псалъэхэм хуабжьу хуэныкъуэт. Абы БоІэз мыпхуэдэ жэуап иритыжащ: «Си гур фІы схуэпщІащ, сэ — уи пщылІым — дахэ къызжепІащ» (Руфь 2:12, 13, Руфэ, 2009). БоІэз и псалъэ гуапэхэм Руфэ ягъэгушхуащ икІи НэІумий адэкІи дэІэпыкъуну къару къыхалъхьащ.

21. Исайя 32:1, 2 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр?

21 Дерсыр. Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэ цІыхур иныкъуэхэм деж езыри гушхуэныгъэм хуэныкъуэщ. Псалъэм папщІэ, Руфэ и гуапэ хъуат абы НэІумий хуищІэ псор гулъытэншэу къызэрымынар БоІэз къыщыжриІам щыгъуэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм БоІэз щапхъэ трах: абыхэм къуэш, шыпхъухэм ящІэ ІуэхуфІхэм гу лъатэ икІи абы щхьэкІэ ящотхъу. Пэжщ, игъуэу жыпІа псалъэ гуапэхэм цІыхум адэкІи пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр игъэлъэгъуэн щхьэкІэ къару къыхалъхьэфынущ. (Къеджэ Исайя 32:1, 2.)

ПЭЖАГЪ ЗЫХЭЛЪ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ТЫГЪЭ КЪАПЭЩЫЛЪЫР?

22, 23. НэІумий и гупсысэкІэм дапхуэдэу зихъуэжа икІи сыт абыкІэ къыдэІэпыкъуар? (Псалом 136:23, 26).

22 Зэман гуэр дэкІауэ БоІэз хьэлэлу Руфэрэ НэІумийрэ гъавэкІэ дэгуэшащ (Руфь 2:14—18, Руфэ, 2009). БоІэз и хьэлэлагъыр НэІумий дауэ къыщыхъуа? Абы жиІащ: «Зиусхьэным и нэфІ къыщыхуэ абы! ...Абы лІахэри псэухэри и гущІэгъум дыхинакъым» (Руфь 2:20а, Руфэ, 2009). НэІумий и гупсысэкІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжар? Япэм щыгъуэ абы и нэпсхэр къежэхыу мыпхуэдэу жиІащ: «Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ». Ауэ иджы абы гуфІэгъуэ иІэу жеІэ: «Абы... и гущІэгъум дыхинакъым». НэІумий и гупсысэкІэр ихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?

23 ИкІэм-икІэжым НэІумий къыгурыІуащ Иеговэ ар зэи къызэримыгъэнар. МоІэбей щІыналъэм къикІыу Иудэ щІыналъэм къигъэзэжыху, Иеговэ абы дэІэпыкъун щхьэкІэ Руфэ къигъэсэбэпащ (Руфь 1:16, Руфэ, 2009). Абы нэмыщІ я «щэхужакІуэ»d БоІэз и хьэлэлагъым НэІумий Иеговэ и лъагъуныгъэр хилъэгъуащ (Руфь 2:19, 20б, Руфэ, 2009). Ар мыпхуэдэу егупсысу къыщІэкІынт: «Мис иджы солъагъу Иеговэ зэи сыкъызэримыгъэнар. Ар сыт щыгъуи си гъусэу щытащ!» (Къеджэ Псалом 136:23, 26.) ДауикІ, НэІумий фІыщІэ ищІт Руфэрэ БоІэзрэ ар къызэрамыгъэнам щхьэкІэ. Абыхэм я фІыгъэкІэ НэІумий къэпсэужа хуэдэт. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт а цІыхуищым яІа гуфІэгъуэр!

24. Къуэш, шыпхъухэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр яхуэдгъэлъэгъуэну дыщІыхуейр сыт?

24 Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм теухуауэ Руфэ тхылъым сыт къыщытщІар? Абы дыхуегъэуш зи лъэр щІэхуа къуэш, шыпхъухэр къэдмыгъэнэну икІи абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ зыгуэрым зыхуэдгъэныкъуэну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэ къуэш, шыпхъухэм гу лъатэн икІи ящытхъун хуейщ. Абы нэмыщІ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъухэм Алыхьым хуэлэжьэну къару яІэ мэхъу. Ар щытлъагъум деж дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхыдощІэ (Апост. 20:35). Ауэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр щІэдгъэлъагъуэм и щхьэусыгъуэ нэхъапэр сыт? Ар апхуэдэ лъагъуныгъэр зи куэд Иеговэ щапхъэ тетхыну икІи дгъэгуфІэну дызэрыхуейращ (Исх. 34:6; Пс. 33:22).

ФЩІЭЖУ ПІЭРЭ?

  • Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр пэжагъым сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

  • Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъэгъуэным теухуауэ БоІэзрэ Руфэрэ дауэ щапхъэ ятетхыфыну?

  • Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэхэм дауэ Иеговэ и нэфІ зэращыхуэр?

130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

a Иеговэ хуейщ зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр яхудиІэну. Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зищІысыр сытми нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ а хьэл-щэныр Алыхьым и языныкъуэ лэжьакІуэхэм зэрагъэлъэгъуам деплъынщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Руфэ, НэІумий, БоІэз сымэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъасэми.

b Мы статьям ит дерсхэр нэхъыфІу къывгурыІуэн щхьэкІэ Руфэ тхылъым и япэ псалъащхьитІым фыкъеджэну фыхудогъэуш.

c Мы статьяр НэІумий зэрытепсэлъыхьым къыхэкІкІэ шыпхъур щапхъэу къэтхьащ. Ауэ къуэшхэри апхуэдэ Іуэхугъуэм пэщІэхуэфынущ.

d 2012-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Подражайте их вере. „Достойная женщина“» жыхуиІэ статьям БоІэз щэхужакІуэу щытыну иІа хуитыныгъэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын