46 СТАТЬЯР
Унагъуэ зыухуагъащІэхэ, Иеговэ и лэжьыгъэм фи гъащІэм япэ увыпІэр щефт
«Иеговэ си къарущ... Си гур абы щогугъ» (ПС. 28:7).
131-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Унагъуэ зыухуагъащІэхэм Иеговэ дзыхь хуащІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Псалом 37:3, 4). 2) Мы статьям щызэпкърытхынур сыт?
УНАГЪУЭ зэрывухуэрэ куэд мыщІамэ е фыухуэну мурад фиІэмэ, дауикІ, фэ фыхуейщ фІыуэ флъагъу цІыхум и гъусэу фи гъащІэ псокІэ фыпсэуну. Ауэ, абы емылъытауэ, зэщхьэгъусэхэр гугъуехь гуэрхэм пэщІохуэ икІи абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр къащтэн хуей мэхъу. А гугъуехьхэм фыпэлъэщын щхьэкІэ къафщтэ унафэхэм елъытащ фи унагъуэр насыпыфІэу щытынрэ щымытынрэ. Иеговэ дзыхь хуэфщІу щытмэ, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэфщтэну ар фэ къывдэІэпыкъунущ. Абы и фІыгъэкІэ фи унагъуэр быдэу икІи насыпыфІэу щытынущ. Ауэ Алыхьым и чэнджэщхэм фемыдаІуэу щытмэ, фи нэчыхьым зэран хуэхъун икІи насыпыншэ фызыщІын гугъуехьхэм фыпэщІэхуэнкІэ хъунущ. (Къеджэ Псалом 37:3, 4.)
2 Мы статьяр унагъуэ зыухуагъащІэхэм хуэгъэзами, мыбы зи гугъу ищІ гугъуехьхэм дэтхэнэ зы унагъуэри пэщІэхуэфынущ. Библием зи гугъу ищІ Алыхьым хуэпэжу псэуа цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфынуми дытепсэлъыхьынущ. А щапхъэхэм къыхэтх дерсхэр унагъуэми, гъащІэм и нэгъуэщІ лъэныкъуэхэми къыщыдгъэсэбэпыфынущ. Абы нэмыщІ ди зэманым псэу языныкъуэ унагъуэхэми я щапхъэхэм дытепсэлъыхьынущ.
УНАГЪУЭ ЗЫУХУАГЪАЩІЭХЭР СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ ПЭЩІЭХУЭФЫНУ?
Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэну зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ унафэхэр зэран къахуэхъуну? (3, 4-нэ абзацхэм феплъ.)
3, 4. Унагъуэ зыухуагъащІэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфыну?
3 Языныкъуэ цІыхухэм зэрышагъащІэхэр адрейхэм хуэдэу псэуну хуагъэушыфынущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм сабий зрагъэгъуэтыну я адэ-анэхэм къытракъузэу щІадзэнкІэ хъунущ. Е иныкъуэхэм деж я ныбжьэгъухэмрэ я благъэхэмрэ, фІы къыхуащІэ я гугъэу, абыхэм жраІэнкІэ хъунущ Іэмал имыІэу езыхэм я унэ зэрагъэпэщын икІи иужьрей къежьа хьэпшып лъапІэхэр а унэм щІагъэувэн хуейуэ.
4 ЗэрышагъащІэхэм фІыуэ зэмыгупсыса унафэхэр къащтэу щытмэ, абыхэм щІыхуэ къатехуэфынущ е кредитышхуэ къащтэнкІэ хъунущ. ИужькІэ ар япшыныжын щхьэкІэ зэщхьэгъусэхэр Іэмал имыІэу нэхъыбэу лэжьэн хуеинущ. Хуэм-хуэмурэ апхуэдэ цІыхум езым икІи и унагъуэм и гъусэу Библиер зэриджымрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ тригъэкІуадэ зэманыр лэжьыгъэм иубыду щІидзэнущ. Абы и лэжьапІэр фІэмыкІуэдын е ахъшэ нэхъыбэ къилэжьын щхьэкІэ зэІущІэхэр блигъэкІыу щІидзэфынущ. Апхуэдэу унагъуэм Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэну иІэ Іэмалыр зыІэщІегъэкІ.
5. Клаусрэ Марисэрэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
5 ГъащІэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, цІыхум и акъылыр мылъку зэхуэхьэсыным щытеухуам деж ар насыпыфІэу щыткъым. Ар зэрыпэжыр Кла́усрэ Мари́сэрэ я щхьэмкІэ зыхащІащb. Абыхэм зыхуейуэ хъуар ягъуэту псэун щхьэкІэ хьэгъуэлІыгъуэ нэужьым тІури махуэ псокІэ лажьэу щІадзащ. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, ахэр насыпыфІэу щыттэкъым. Клаус къыддогуашэ: «Дэ дызыхуэныкъуэ хьэпшыпхэм нэхърэ нэхъыбэ диІэт, ауэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэхъутэкъым. Пэжыр жысІэнщи, ди гъащІэр нэхъ хьэлъэ тщІыжауэ аращ». Фэри гу лъыфтауэ къыщІэкІынщ мылъку зэгъэгъуэтыным гуфІэгъуэ къызэрыфхуимыхьым. Апхуэдэу щытмэ, фи Іэр евмыхьэх. Фызыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр фи гъащІэм хэфлъхьэну мы статьям ит чэнджэщхэр къывдэІэпыкъунущ. Япэ щІыкІэ гу лъыттэнщ пащтыхь Иосафат и щапхъэм унагъуэм и нэхъыжьхэр сытым хуигъасэми.
ПАЩТЫХЬ ИОСАФАТ ХУЭДЭУ, ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
6. Иосафат гъэунэхуапІэ щыпэщІэхуам щыгъуэ Притчи 3:5, 6 ит чэнджэщыр дауэ къызэригъэсэбэпар?
6 Унагъуэм и нэхъыжьхэ, фи къалэнхэр вгъэзэщІэну къыщывэхьэлъэкІ къэхъурэ? Къэхъуу щытмэ, фэ пащтыхь Иосафат и щапхъэр сэбэп къыфхуэхъунущ. Абы лъэпкъ псор зыхуейр хуигъэзэну къалэн и пщэ дэлът. А мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэныр абы дауэ игъэзащІэу щыта? Абы и лъэпкъыр ихъумэн щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ищІэт. Псалъэм папщІэ, Иосафат Иудэм къалэ быдэхэр щиухуэри, зауэлІ 1 160 000 нэхъыбэ зыхэт дзэшхуэ зригъэпэщащ (2 Лет. 17:12—19). ИужькІэ Иосафат гугъуехьышхуэм пэщІэхуащ: аммонитянхэм, моавитянхэм, абы нэмыщІ Сеир бгыхэм щыпсэу цІыхухэм дзэшхуэ зрагъэпэщри, Иудэм къытеуэну иужь ихьащ (2 Лет. 20:1, 2). Сыт Иосафат ищІар? Абы Иеговэ зыхуигъазэри, къыдэІэпыкъуну хуабжьу елъэІуащ. Абы ищІар Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщ Іущым техуэт. (Къеджэ Притчи 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Іэдэбагъ зыхэлъ Иосафат и тхьэлъэІур 2 Летопись 20:5—12 къыщыдогъуэт. Абы и псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иосафат и щхьэм щымыгугъыу уафэм щыІэ и Адэм нэгъэсауэ дзыхь хуищІу зэрыщытар. Иосафат и тхьэлъэІум Иеговэ сыт хуэдэ жэуап иритар?
7. Иеговэ Иосафат и тхьэлъэІум дауэ жэуап зэрыритар?
7 Иеговэ левит Яхазиил къигъэсэбэпри Иосафат мыпхуэдэу жриІащ: «Фыув, фыщыт икІи феплъ Иеговэ фыкъызэрыригъэлым» (2 Лет. 20:13—17). ДауикІ, апхуэдэ щІыкІэкІэ зауэм зыми зыхуигъэхьэзыркъым. Ауэ а унафэр къызыбгъэдэкІар цІыху гуэртэкъым, атІэ езы Иеговэт. Иосафат Алыхьым дзыхь хуищІти, къызэрыжраІам хуэдэу ищІащ. Лъэпкъыр бийм пэувыну къыщыдэкІам щыгъуэ пащтыхьым дзэм и пэм иригъэувар зауэлІ хахуэхэракъым, атІэ Іэщэ зымыІыгъ уэрэджыІакІуэхэращ. Алыхьым жиІа псалъэхэр игъэзэщІэжащ: абы бийм и дзэшхуэр игъэкІуэдащ (2 Лет. 20:18—23).
Унагъуэ зыухуагъащІэхэм Иеговэ и лэжьыгъэр я гъащІэм япэ ирагъэщыфынущ абы лъэІукІэ зыхуагъазэмэ икІи Библиер куууэ яджмэ (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Иосафат и щапхъэм унагъуэм и нэхъыжьхэр сытым хуигъэсэфыну?
8 Унагъуэм и нэхъыжьхэ, Иосафат и щапхъэм фэ куэдым фыхуигъэсэфынущ. Фи унагъуэхэр зыхуей хуэвгъэзэну къалэн фи пщэ дэлъщ. Ахэр фхъумэн икІи абыхэм фадэІэпыкъун щхьэкІэ фэ къаруушхуэ ивохьэлІэ. Гугъуехь гуэрхэм фыщыпэщІэхуэм деж фэ фегупсысыфынущ фи къару закъуэмкІэ абыхэм фыпэлъэщыфыну. Ауэ дыныволъэІу: фи щхьэ закъуэм фыщымыгугъыу, Алыхьым фыщыгугъыу зевгъасэ. Фэ езым икІи фи щхьэгъусэм и гъусэу Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэвгъази, и Іэмырыр къывгуригъэІуэну фелъэІу. Библиемрэ Алыхьым и организацэм къыдигъэкІ публикациехэмрэ куууэ вджы икІи абыхэм къыщывгъуэта чэнджэщхэм фытет. ДауикІ, фэ къафщтэ унафэхэр псоми ягу ирихьынукъым. Языныкъуэхэм а унафэхэм акъыл хэмылъу къалъытэнущ. Абыхэм къывжаІэфынущ унагъуэр хъума хъун щхьэкІэ цІыхухъум ахъшэфІ къилэжьын хуейуэ. Ауэ пащтыхь Иосафат и щапхъэр зыщывмыгъэгъупщэ. Абы Иеговэ дзыхь зэрыхуищІыр и ІуэхущІафэхэм къыхэщти Иеговэ ар къигъэнакъым. Фэри абы фыкъигъэнэнукъым! (Пс. 37:28; Евр. 13:5). Сыт иджыри зэщхьэгъусэхэм ящІэ хъунур я гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ?
БЕГЪЫМБАР ЕШАЙАРЭ АБЫ И ЩХЬЭГЪУСЭМРЭ ХУЭДЭУ, ИЕГОВЭ ФИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ЩЕФТ
9. Бегъымбар Ешайарэ абы и щхьэгъусэмрэ теухуауэ сыт дэ тщІэр?
9 Ешайарэ абы и щхьэгъусэмрэ я гъащІэм япэ увыпІэр зыубыду щытар Иеговэ хуэлэжьэныращ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Ешайа Алыхьым и бегъымбару щытащ. Абы и щхьэгъусэм щхьэкІи Библием «бегъымбар» жиІэу итщ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ Ешайа и щхьэгъусэми пщІэ зыпылъ къалэнхэр хуигъэфащэу зэрыщытар (Ис. 8:1—4). Шэч хэмылъу, абыхэм я гъащІэм япэ увыпІэр Иеговэ и лэжьыгъэм иратт. Иджыпсту щыІэ унагъуэхэм абыхэм сыту щапхъэфІ къыхуагъэна!
10. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр зэщхьэгъусэхэм щызэпкърахым деж Иеговэ хуэлэжьэну яІэ гукъыдэжыр дапхуэдэу зэрыхэхъуэр?
10 Ди зэманым псэу зэщхьэгъусэхэм Ешайа и унагъуэм щапхъэ трахыфынущ, Иеговэ и лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ яхузэфІэкІыу хъуар ящІэмэ. Абыхэм зэгъусэу Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр щызэпкърахым икІи ахэр сыт щыгъуи пэж зэрыхъум теухуауэ я фІэщхъуныгъэр щыхагъахъуэм деж Иеговэ дзыхь нэхъ хуащІу мэхъу (Тит 1:2)c. Абы нэмыщІ зэщхьэгъусэхэр Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм езыхэр дапхуэдэу хэтыфынуми щегупсысым деж абы сэбэпынагъ къахуехь. Псалъэм папщІэ, абы хохьэ мы дуней бзаджэм и кІэухыр къыщысыну зэманым теухуауэ Хьисэ жиІар: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ» (Мт. 24:14). Библием итыр къызэрыхъур нэхъ наІуэу къалъэгъуху, зэщхьэгъусэхэм Иеговэ хуэлэжьэну яІэ гукъыдэжыр нэхъ ин хъунущ.
ПРИСКИЛЛЭРЭ АКИЛЭРЭ ХУЭДЭУ, ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ И ІУЭХУР ФИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭУ ИВГЪЭЩ
11. Акилэрэ Прискиллэрэ сыт хуэдэ лэжьыгъэм хэтыну Іэмал яІа икІи сыт щхьэкІэ?
11 Рим къалэм щыпсэуа зэщхьэгъусэ Акилэрэ Прискиллэрэ унагъуэ зыухуагъащІэхэм щапхъэфІ дыдэ къыхуагъэнащ. А тІур журт лъэпкъым щыщт икІи Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр щызэхахам щыгъуэ абы и лъэужь иуващ. Абыхэм ирахьэкІ гъащІэр ягу ирихьт, ауэ абы зэуэ зихъуэжащ император Клавдий журт лъэпкъым щыщхэм Рим къалэр къагъэнэн хуейуэ унафэ щищІам щыгъуэ. Фегупсысыт: Акилэрэ Прискиллэрэ дежкІэ сытыт абы къикІыр? Абыхэм я унэр икІи шэтыр ящІу зытраухуа я лэжьыгъэр къагъэнэн хуейт, абы нэмыщІ нэгъуэщІ къалэм Іэпхъуэу псори щІэрыщІэу къыщІадзэжын хуейт. Акилэрэ Прискиллэрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа лэжьыгъэр адэкІи япэ ирагъэщыну а зэхъуэкІыныгъэхэр зэран къахуэхъуауэ пІэрэ? А упщІэм и жэуапыр фэ, дауикІ, фщІэуэ къыщІэкІынщ. Акилэрэ Прискиллэрэ здэІэпхъуа Коринф къалэм щыІэ зэхуэсым жыджэру дэлажьэт икІи Паул и гъусэу къуэшхэр ягъэгушхуэт. ИужькІэ а тІур мызэ-мытІэу хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэхэм Іэпхъуащ (Апост. 18:18—21; Рим 16:3—5). Шэч хэмылъу, а зэщхьэгъуситІым гъащІэ гъэщІэгъуэн ирахьэкІащ!
12. Зэщхьэгъусэхэм Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр зыхуагъэувыжыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
12 Ди зэманым псэу зэщхьэгъусэхэм Акилэрэ Прискиллэрэ щапхъэ трахыу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм япэ увыпІэр я гъащІэм щратыфынущ. ЩІалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэн ипэ, я гъащІэр зытраухуэныр сытми зэгурыІуэу щытмэ, нэхъыфІщ. Абыхэм Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр зэгъусэу ягъэувмэ икІи ахэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ къару ирахьэлІэмэ, Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъур ялъэгъуну Іэмал нэхъыбэ яІэнущ (Эккл. 4:9, 12). Абы щыхьэт тохъуэ Ра́сселрэ Эли́забетрэ я щапхъэр. Рассел жеІэ: «Дэ дызэрышэн ипэ Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр зэгъусэу дгъэуващ». Элизабет пещэ: «ИкІи унагъуэ дыхъуа иужь ар хуабжьу къыддэІэпыкъуащ. Дэ унафэ гуэр къыщытщтэм деж а мурадхэм елъытауэщ къызэрытщтэр икІи зыри зэран зыхуэдмыгъэхъуну дыхущІокъу». Абы и фІыгъэкІэ Расселрэ Элизабетрэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ Микроне́зием Іэпхъуэну Іэмал яІэ хъуащ.
Унагъуэ зыухуагъащІэхэм Иеговэ и лэжьыгъэр я гъащІэм япэ ирагъэщыфынущ Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр ягъэувмэ (13-нэ абзацым феплъ.)
13. Псалом 28:7 зэритымкІэ, Иеговэ щыгугъ зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъыр?
13 Расселрэ Элизабетрэ хуэдэу, зэщхьэгъусэ куэдым мурад ящІащ я гъащІэр гугъу ямыщІын щхьэкІэ цІыхухэм я нэхъыбэр зыхущІэкъу Іуэхугъэхэм хущІэмыкъуну. Абы и фІыгъэкІэ апхуэдэ унагъуэхэм Іэмал яІэ хъуащ хъыбарыфІ гъэІунымрэ гъэсэнхэр гъэхьэзырынымрэ зэман нэхъыбэ трагъэкІуэдэну. Зэщхьэгъусэхэр Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр зыхуагъэувыжу абыхэм щыхущІэкъум деж, абы сэбэп куэд къахуехь. Иеговэ и нэІэ къазэрытригъэтыр Іэмал имыІэу зэщхьэгъусэхэм къалъэгъунущ икІи абы дзыхь нэхъыбэжу хуащІу хъунущ. Абы къыхэкІкІэ ахэр нэгъэсауэ насыпыфІэу щытынущ. (Къеджэ Псалом 28:7.)
АПОСТОЛ ПЕТРРЭ АБЫ И ЩХЬЭГЪУСЭМРЭ ХУЭДЭУ, ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪЭМ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
14. Петррэ абы и щхьэгъусэмрэ Маттэ 6:25, 31—34 ит псалъэхэм дзыхь зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?
14 Апостол Петррэ абы и щхьэгъусэмрэ я щапхъэм зэщхьэгъусэхэр куэдым хуригъэсэфынущ. Петр Хьисэ зэрыхуэзэрэ илъэс ныкъуэ е илъэс хуэдиз щыдэкІам щыгъуэ ар абы и лъэужь иувэну къригъэблэгъащ. Абы щыгъуэ Петр бдзэжьеящэу щытащ (Лк. 5:1—11). А мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэр къищтэн ипэ Петр и унагъуэр адэкІи зэрипІыным теухуауэ егупсысын хуейт. ЗэрытщІэщи, Петр Хьисэ и лъэужь иувэну унафэ ищІащ икІи абы Іущагъ хэлът. А унафэр Петр и щхьэгъусэм къызэрыдиІыгъам шэч къыщІытедмыхьэн щхьэусыгъуэ диІэщ. Библием итщ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Петр хъыбарыфІыр нэгъуэщІ щІыпІэхэм щигъэІуну щыкІуэм щыгъуэ зэман гуэркІэ абы и щхьэгъусэр и гъусэу кІуэуэ зэрыщытар (1 Кор. 9:5). Ар щхьэгъусэфІу зэрыщытам къыхэкІкІэ Петр Іэмал иІэт хуиту зэхуэсым щыщ зэщхьэгъусэхэм чэнджэщ яритыну (1 Пет. 3:1—7). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр я гъащІэм япэу изыгъэщ цІыхухэр зыхуей зэрыхуигъэзэным теухуауэ Иеговэ псалъэ итащ. Петррэ абы и щхьэгъусэмрэ а лъэныкъуэмкІэ Алыхьым дзыхь хуащІу зэрыщытар нэрылъагъущ. (Къеджэ Маттэ 6:25, 31—34.)
15. Тьягорэ Эстреррэ я щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну?
15 Унагъуэ фызэрыхъурэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щытмэ, Иеговэ нэхъыбэу фыхуэлэжьэну фиІэ гукъыдэжыр ффІэмыкІуэдыну сыт къывдэІэпыкъунур? НэгъуэщІ зэщхьэгъусэхэм я щапхъэхэм феплъ хъунущ. Псалъэм папщІэ, «Они с готовностью предоставили себя для служения»d жыхуиІэ рубрикэм ит статьяхэм апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ. Бразилием щыщ зэщхьэгъусэ Тья́горэ Э́стеррэ а статьяхэм я фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну гукъыдэж яІэ хъуащ. Тьяго жеІэ: «Ди зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрадэІэпыкъум теухуауэ дэ деджэт. Абы къыхэкІкІэ дэри Иеговэ ди лъэр зэриунэтІыр икІи и нэІэ къызэрыттригъэтыр зыхэтщІэну дыхуейт». Зэман гуэр дэкІа иужь ахэр Парагвай къэралым Іэпхъуащ икІи 2014-нэ гъэм щыщІэдзауэ португалыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ. Эстер жеІэ: «Дэ Ефес 3:20 ит псалъэхэр хуабжьу дигу ирохь икІи ахэр къызэрыхъур ди гъащІэм щыдолъагъу». А едзыгъуэмкІэ Паул къыдгурегъаІуэ Иеговэ дызэрелъэІум нэхърэ ІэджэкІэ нэхъыбэ къызэрытхуищІэнур икІи ар зэрыпэжым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ.
Унагъуэ зыухуагъащІэхэм Иеговэ и лэжьыгъэр я гъащІэм япэ ирагъэщыфынущ Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэм ечэнджэщмэ (16-нэ абзацым феплъ.)
16. Унагъуэ зыухуагъащІэхэм Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр ягъэувыну къадэІэпыкъуфынур хэт?
16 Унагъуэ зыухуагъащІэхэр Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэм елъэІу хъунущ абыхэм чэнджэщ къратыну. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ зэщхьэгъусэхэр илъэс куэд хъуауэ полновременнэу Иеговэ хуолажьэ. Фи гъащІэр здэвунэтІыным теухуауэ фегупсысу щытмэ, абыхэм фечэнджэщ хъунущ. Иеговэ дзыхь зэрыхуэфщІыр фэ апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ (Прит. 22:17, 19, Гъэс.). Абы нэмыщІ унагъуэ зыухуагъащІэхэм Алыхьым и лэжьыгъэм теухуа мурадхэр ягъэувыну икІи ахэр ягъэзэщІэну зэхуэсым и нэхъыжьхэри абыхэм къадэІэпыкъуфынущ.
17. Клаусрэ Марисэрэ я гъащІэм сыт къыщыхъуар икІи дэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
17 Ауэ иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтыну дгъэува мурадыр дызэригугъам хуэдэу къыдэхъулІэкъым. НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Клаусрэ Марисэрэ я Іуэхур апхуэдэущ зэрыхъуар. Ахэр зэрызэрышэрэ илъэсищ дэкІа иужь Финляндием Іэпхъуащ, филиалым и ухуэныгъэм пыщІа лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ. Ауэ куэд дэмыкІыу абыхэм къащІащ а лэжьыгъэм мазихкІэ фІэкІа зэрыхэмытыфынур. ЯпэщІыкІэ Клаусрэ Марисэрэ ар хуабжьу я жагъуэ хъуащ. Ауэ абы иужь ахэр хьэрыпыбзэ щадж курсым кърагъэблэгъащ. Иджыпсту ахэр гуфІэгъуэ яІэу зы къэрал гуэрым хьэрыпыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядогуашэ. Марисэ жеІэж: «Къыппэщылъыр умыщІэу, узэса гъащІэр къэбгъанэу Иеговэ дзыхь хуэпщІыну тегушхуэгъуейщ. Ауэ сэ слъэгъуащ Иеговэ дызэримыгугъа щІыкІэм хуэдэу къызэрыддэІэпыкъуар. Абы иужькІэ Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэсщІу сыхъуащ». Клаусрэ Марисэрэ я щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэзыщІхэм Іэмал имыІэу и нэфІ зэращыхуэнур.
18. Зэщхьэгъусэхэм Иеговэ адэкІи дзыхь хуащІыну сыт къадэІэпыкъунур?
18 Унагъуэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ (Мт. 19:5, 6). Ар хуейщ зэщхьэгъусэхэм абы гуфІэгъуэ къахуихьыну (Прит. 5:18, Гъэс.). Унагъуэ зыухуагъащІэхэ, фи гъащІэр зытевгъэкІуэдэныр сытми фегупсыс. Иеговэ тыгъэ къыфхуищІ псом щхьэкІэ фІыщІэ зэрыфщІыр евгъэлъэгъуну Іэмалу фиІэу хъуар къэвгъэсэбэпу пІэрэ? Фи Іуэхум хуэкІуэ принципхэр къэвгъуэтыну Иеговэ къывдэІэпыкъун щхьэкІэ тхьэлъэІукІэ абы зыхуэвгъазэ икІи и Псалъэр куууэ вджы. Абы иужькІэ къэвгъуэта чэнджэщхэм фытет. Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэм фи гъащІэм япэ увыпІэр щевгъэубыду щытмэ, насыпыфІэу фызэрыщытыным шэч къытевмыхьэми хъунущ.
132-НЭ УЭРЭДЫР Иджы зыпкъ дыхъуащ
a Дэ къатщтэ унафэхэм елъытащ Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ дапхуэдиз къарурэ зэманрэ тедгъэкІуэдэнуми. Псалъэм папщІэ, зэрышагъащІэхэм къащтэ унафэхэм я гъащІэр илъэс куэдкІэ яунэтІыфынущ. Абыхэм я гъащІэр насыпыфІэу икІи мыхьэнэ иІэу щытын щхьэкІэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къащтэну мы статьяр къадэІэпыкъунущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c Псалъэм папщІэ, «Чистое поклонение Иегове восстановлено!» жыхуиІэ тхылъым и 6, 7, 19-нэ псалъащхьэхэм феплъ хъунущ.
d Япэм щыгъуэ а статьяхэр «ХъумакІуэ чэщанэм» къытрадзэт, иджыпсту ахэр jw.org сайтым «Случаи из жизни» жыхуиІэ разделым къыщыбгъуэтыфынущ.