28 СТАТЬЯР
Пэжыр къызэрывгъуэтам шэч къытевмыхьэ
«Уэ зэбгъэщІа, узыщыгугъ Іуэхухэм сыт щыгъуи тет» (2 ТИМ. 3:14).
56-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыр зэхэщІыкІ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэ «пэж» псалъэр щыжытІэм деж сыт зи гугъу тщІыр?
УЭ ПЭЖЫР дапхуэдэу къызэрыпщІар? УзэрыцІыкІурэ пэжыр пщІэрэ? Илъэс дапщэ хъуауэ пэжым утет? Апхуэдэ упщІэхэр фэ мызэ-мытІэу къыватауэ къыщІэкІынщ е фэ езыр нэгъуэщІхэм апхуэдэу феупщІа хъунщ. Ауэ «пэж» псалъэр щыжытІэм деж сыт дэ зи гугъу тщІыр? И нэхъыбэм а псалъэр щыжытІэм деж дэ зи гугъу тщІыр ди еплъыкІэхэращ, Алыхьым дызэрыхуэлажьэращ икІи ди дуней тетыкІэращ. Пэжым тет цІыхум Библием итыр ещІэ икІи абы ит принципхэм тету псэуну хущІокъу. Абы къыхэкІкІэ апхуэдэ цІыхум дин нэпцІхэм зыхурагъаджэ пцІыр и фІэщ хъукъым икІи мы дунейм щепхьэкІыфыну гъащІэ нэхъыфІ дыдэр ирехьэкІ (Ин. 8:32).
2. Иуан 13:34, 35 зэритымкІэ, сыт пэжыр цІыхум игу щІрихьыфынур?
2 Пэжыр уэ сыт уигу щІрихьар? Иеговэ и Щыхьэтхэм я щытыкІэ дахэм удихьэха хъунщ (1 Пет. 2:12). Е я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр уигу ирихьауэ къыщІэкІынщ. Куэдым а лъагъуныгъэр зыхащІащ япэ дыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм щыкІуам щыгъуэ. ИкІи сценэм щызэхахаракъым абыхэм ягу къинэжар, атІэ а лъагъуныгъэращ. Абы зыри гъэщІэгъуэн хэлъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къацІыхуну. (Къеджэ Иуан 13:34, 35.) Ауэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щхьэкІэ лъагъуныгъэ закъуэр мащІэщ.
3. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэтщІу щытмэ, сыт къэхъункІэ хъунур?
3 Уэ, дауикІ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр уигу ирихьу къыщІэкІынщ. Ауэ фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъун хуейр а зыракъым. Апхуэдэу жыпІэ щІэхъунум дегупсысынщ. Къуэш гуэрым, псалъэм папщІэ зэхуэсым и нэхъыжьым е пионерым гуэныхь хьэлъэ ищІэмэ-щэ? Зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІамэ е ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщ гуэр Алыхьым епцІыжрэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм я деж пэжыр щымыІэу жиІэу щІидзэмэ-щэ? Уэ ар узыгъэлъэпэрэпэн мывэ пхуэхъуу, Иеговэ ухуэлэжьэн щыбгъэтыну? Мы упщІэхэм къыдгурагъаІуэ: ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъун хуейр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэращ. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэтщІу щытмэ, ар махэу щытынущ. Шэч хэмылъу, Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ хуэгъэзауэ фиІэ гурыщІэхэр зы лъэныкъуэ гуэркІэ къывдэІэпыкъунущ фи фІэщхъуныгъэр хэвгъэхъуэну. Ауэ фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ Библиер куууэ бджыным икІи абы ит щІэныгъэхэр къыбгурыІуэным. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ хьэкъыу ппхыкІынущ Библием Алыхьым теухуа пэжым узэрыхуригъаджэр (Рим 12:2).
4. Маттэ 13:3—6, 20, 21 зэритымкІэ, цІыхум и фІэщхъуныгъэм гъэунэхуапІэр дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур?
4 Хьисэ жиІауэ щытащ языныкъуэ цІыхухэм пэжыр ягу ирихьу къызэращтэнур, ауэ гугъуехь зэрыпэщІэхуэу я фІэщхъуныгъэр махэ зэрыхъунур. (Къеджэ Маттэ 13:3—6, 20, 21.) Абыхэм къагурыІуэу къыщІэкІынтэкъым Хьисэ и лъэужь иувэу щытмэ, гугъуехьхэмрэ гъэунэхуапІэхэмрэ зэрыпэщІэхуэнур (Мт. 16:24). Абы нэмыщІ ахэр егупсысынкІэ хъунут Алыхьым и лэжьакІуэ хъууэ щытмэ, зэи гугъуехь ямыІэну е я гугъуехьхэр псори Алыхьым ящхьэщихыну. Ауэ мы дунейм гугъуехьыншэу ущыпсэуфынукъым. Дэ ди Іуэхум зихъуэжу, зэман гуэркІэ гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ (Пс. 6:6; Эккл. 9:11).
5. Я нэхъыбэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщ хъур зэрыпэжым шэч лъэпкъ къызэрытрамыхьэр дауэ къызэрагъэлъагъуэр?
5 Я нэхъыбэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщ хъур зэрыпэжым шэч лъэпкъ къытрахьэкъым. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Абыхэм я фІэщхъуныгъэр быдэу къонэ, зэхуэсым щыщ гуэрым я жагъуэ къызэрищІам е Библием ит принципхэм темыхуэ гуэр зыгуэрым зэрищІам емылъытауэ (Пс. 119:165). Ахэр гугъуехь пэщІэхуэху я фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ мыхъуу, нэхъ быдэ хъууэ аращ (Екъуб 1:2—4). Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
ЩІЭНЫГЪЭ ПЭЖХЭР ЗЭВГЪЭГЪУЭТ
6. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и гъэсэнхэм я фІэщхъуныгъэм сытыт лъабжьэ хуэхъур?
6 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуу щытар Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэмрэ Хьисэ Мэссихь зыхуригъаджэу щытамрэщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ «хъыбарыфІым и пэжыгъэращ» (Гал. 2:5, Хъыб., 1993). А пэжыгъэр — дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, ди фІэщ хъу псоращ, абы хохьэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмрэ, ар лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжамрэ теухуа щІэныгъэхэр. А щІэныгъэхэр зэрыпэжыр апостол Паул быдэу и фІэщ хъут. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Абы Тхыгъэ ЛъапІэр къигъэсэбэпт «Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лІахэм къахэтэджыкІыжын хуейуэ зэрыщытар» цІыхухэм къагуригъэІуэн щхьэкІэ (Апост. 17:2, 3). Хьисэ и гъэсэнхэм а щІэныгъэхэр къащтащ икІи абыхэм я фІэщ хъут Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къагурыІуэну Алыхьым и къару лъапІэр къазэрыдэІэпыкъунур. Абыхэм хьэкъыу япхыкІащ Алыхьым и Псалъэр а щІэныгъэхэм лъабжьэ зэрыхуэхъур (Апост. 17:11, 12; Евр. 5:14). Абыхэм я фІэщхъуныгъэр зытегъэщІар я гурыщІэ закъуэратэкъым икІи ахэр Иеговэ щІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэр къуэш, шыпхъухэм яхэтыну ягу зэрырихьыратэкъым. Абыхэм я фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжхэращ (Кол. 1:9, 10).
7. Библием ит щІэныгъэхэр зэрыпэжыр быдэу ди фІэщ зэрыхъур дауэ къызэрыддэІэпыкъунур?
7 Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэм зэи захъуэжкъым (Пс. 119:160). Псалъэм папщІэ, зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ къызэрищІам е гуэныхь хьэлъэ зыгуэрым зэрищІам щхьэкІэ абыхэм захъуэжкъым. Абы нэмыщІ дэ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэкъым. Абы къыхэкІкІэ Библием ит щІэныгъэхэр дэ фІы дыдэу тщІэн хуейщ икІи ахэр зэрыпэжым шэч къытетхьэн хуейкъым. Библием итыр быдэу ди фІэщ хъумэ, зэман гугъухэр къэсу щытми Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэнущ. Уи фІэщ хъур зэрыпэжым шэч къытумыхьэну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?
УИ ФІЭЩ ХЪУР ПЭЖРЭ МЫПЭЖРЭ ЗЭХЭГЪЭКІ
8. 2 Тимофей 3:14, 15 зэритымкІэ, Тимофей пэжыр зэрищІэм шэч къытримыхьэну сыт къыдэІэпыкъуар?
8 Тимофей пэжыр зэрищІэм шэч къытрихьэтэкъым. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? (Къеджэ 2 Тимофей 3:14, 15.) Абы Тхыгъэ ЛъапІэр езыгъэцІыхуар и анэмрэ и анэшхуэмрэщ. Ауэ абы, дауикІ, езыми зэманрэ къарурэ тригъэкІуадэт Тхыгъэ ЛъапІэр иджын щхьэкІэ, абы къыхэкІкІэ Тимофей быдэу и фІэщ хъут ар зэрыпэжыр. Зэман гуэр дэкІри Тимофей и анэмрэ и анэшхуэмрэ и гъусэу Хьисэ зыхуригъаджэу щытар къицІыхуащ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуаку дэлъа лъагъуныгъэр Тимофей, дауикІ, игу ирихьт икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм яхэтыну, абы нэмыщІ ядэІэпыкъуну ар хуейт (Флп. 2:19, 20). Ауэ абы и фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъур цІыхухэм яхуиІэ гурыщІэхэратэкъым, атІэ щІэныгъэ пэжхэрат. А щІэныгъэхэм я фІыгъэкІэ ар Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуащ. Фэри Иеговэ теухуауэ Библием къыщыфщІэхэм куууэ фегупсысын хуейщ.
9. Библием ит сыт хуэдэ пэжхэр быдэу фи фІэщ фщІын хуей?
9 ЯпэщІыкІэ Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэу щым дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур зэхэдгъэкІын хуейщ: 1) Псори къэзыгъэщІар Иеговэщ (Исх. 3:14, 15; Евр. 3:4; Апок. 4:11). 2) Библиер — Алыхьым цІыхухэм яхуитха письмощ (2 Тим. 3:16, 17). 3) Хьисэ жиІэм едаІуэу, зэкъуэту къыхуэлажьэ лъэпкъ Иеговэ иІэщ, ар Иеговэ и Щыхьэтхэращ (Ис. 43:10—12; Ин. 14:6; Апост. 15:14). А пэжхэм шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу Библием ит псор тщІэн хуейуэ щыткъым. Фэ фи къалэныр — фи акъылыр къэвгъэсэбэпу, Библием ит пэжхэр быдэу фи фІэщ зэрыфщІыным къару ефхьэлІэн хуейуэ аращ (Рим 12:1).
НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ ПЭЖЫР Я ФІЭЩ ХЪУНУ
10. Библием ит пэжхэм дзыхь зэрыхуэпщІ хъунур зэхэдгъэкІа иужь, сытым зедгъэсэн хуей?
10 Алыхьым, абы и лъэпкъым икІи Библием теухуа пэжхэм дзыхь зэрыхуэпщІ хъунур зэхэдгъэкІа иужь, дэ зедгъэсэн хуейщ Библиер къэдгъэсэбэпу нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну, абыхэми апхуэдэ фІэщхъуныгъэ яІэн щхьэкІэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, къалэн диІэщ къыдэдаІуэхэр а пэжхэм хуедгъэджэну (1 Тим. 4:16)b. Библием итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэхэр нэгъуэщІхэм къащыхуэтхьым деж, дэ езым а пэжхэр нэхъри ди фІэщ мэхъу.
11. Апостол Паул сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?
11 Апостол Паул цІыхухэр щригъаджэм деж «Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ... Хьисэ теухуауэ жиІэхэр я фІэщ ищІыным хэтт» (Апост. 28:23). НэгъуэщІхэр пэжым щыхуедгъаджэм деж Паул дапхуэдэу щапхъэ зэрытетх хъунур? Дэ Библием итыр цІыхухэм ауэ сытми яжетІэжын хуейуэ аракъым. Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэ зрагъэгъуэтахэр къагъэсэбэпурэ езыхэр гупсысэ пэжхэм къыхуэкІуэфу едгъэсэн хуейщ. Апхуэдэу ящІэмэ, ахэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъунущ. Дэ дыхуейщ абыхэм пэжыр къащтэну, ауэ а лъэбакъуэм щхьэусыгъуэ хуэхъун хуейуэ къэтлъытэр къытхэтыну абыхэм зэрафІэфІыракъым, атІэ Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытым щыхьэт техъуэ гупсысэхэр езыхэм Библием къызэрыщагъуэтаращ.
Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фадэІэпыкъу Алыхьым и Псалъэр куууэ къагурыІуэну. Апхуэдэу фщІэмэ, абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэнущ. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)d
12, 13. Сабийхэр Алыхьым хуэпэжу щытын щхьэкІэ Адэ-анэхэр дапхуэдэу дэІэпыкъуэгъу зэрыхъуфынур?
12 Адэ-анэхэ, фэ, дауикІ, фыхуейщ фи бынхэм пэжыр къащтэну. Фэ фегупсысу къыщІэкІынщ абыхэм зэхуэсым щыщ ныбжьэгъуфІхэр яІэу щытмэ, фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыну. Ауэ фи сабийхэм Библием итыр зэрыпэжым шэч къытрамыхьэн щхьэкІэ ныбжьэгъухэр мащІэщ. Абыхэм Иеговэ гъунэгъу зыхуащІу, Библием ит щІэныгъэхэр зэрыпэжыр езыхэм зэхагъэкІын хуейщ.
13 Адэ-анэхэм сабийхэм Алыхьым теухуа пэжыр кърагъэщІэну хуеймэ, езыхэм Библиер куууэ яджын хуейщ, абыкІэ щапхъэ ягъэлъагъуэу. Адэ-анэхэр къащІэм куууэ егупсысын хуейщ. Апхуэдэу ящІэмэ, я сабийхэри куууэ гупсысэу ирагъэсэфынущ. Адэ-анэхэм я сабийхэр ягъэсэн хуейщ Библиер куууэ зэрыбдж хъуну Іэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу, Библием ирагъаджэ цІыхухэр зэрагъасэ дыдэм хуэдэу. Апхуэдэу ящІэмэ, ахэр я сабийхэм ядэІэпыкъунущ Иеговэ фІыуэ ялъагъуну икІи Алыхьым езым къыбгъэдэкІ ерыскъыр къыдитыну къалэн зыхуищІар зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутырауэ зэрыщытыр я фІэщ хъуну (Мт. 24:45—47). Адэ-анэхэ, фи бынхэм Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр евгъэщІа иужь абыкІэ фыкъэмыувыІэ. Сабийхэм я ныбжьымрэ я зэфІэкІымрэ теухуауэ Алыхьым и Псалъэр куууэ къагурыІуэну фадэІэпыкъу (1 Кор. 2:10). Апхуэдэу фщІэмэ, абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыфынущ.
КЪЭХЪУН ХУЕЙУЭ БИБЛИЕМ ИТ ПСАЛЪЭХЭР КУУУЭ ЗЭПКЪРЫФХ
14. Къэхъун хуейуэ Библием ит псалъэхэр куууэ зэпкърытхын щІыхуейр сыт? (Абы нэмыщІ «Къэхъун хуейуэ Библием ит къыкІэлъыкІуэ псалъэхэм къикІыр цІыхум къыгурывгъэІуэфыну?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
14 Къэхъун хуейуэ Библием итхэр — Алыхьым и Псалъэм мыхьэнэшхуэ зиІэ и зы Іыхьэу щытщ. Абыхэм я фІыгъэкІэ Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр хохъуэ. Къэхъун хуейуэ Библием ит сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІа? Мы «дунейм и иужьрей махуэхэм» теухуауэ Библием итырауэ къыщІэкІынущ (2 Тим. 3:1—5; Мт. 24:3, 7). Къэхъун хуейуэ Библием ит нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэр-щэ? Псалъэм папщІэ, Даниил тхылъым 2-нэ е 11-нэ псалъащхьэхэм ит псалъэхэм къикІыр цІыхум къыгурывгъэІуэфыну?c Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэхэр фи фІэщхъуныгъэм лъабжьэ быдэ хуэхъуауэ щытмэ, ар зыми хуэкъутэнукъым. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэм щыгъуэ Германием гущІэгъуншэу къыщрахуэкІыу щыта ди къуэшхэм я щапхъэхэм фегупсыс. Иужьрей махуэхэм къэхъун хуей псалъэхэм къикІыр ди къуэшхэм и кІэм нэс къагурымыІуэу щытами, абыхэм Библием ит щІэныгъэ зрагъэгъуэтахэм тегъэщІа фІэщхъуныгъэ быдэ яІэт.
Библиемрэ къэхъун хуейуэ абы ит Іуэхугъуэхэмрэ зэпкърытхыу щытмэ, гъэунэхуапІэ дыщихуэм деж фІэщхъуныгъэ быдэ диІэну ар къыддэІэпыкъунущ. (15—17-нэ абзацхэм феплъ.)e
15—17. Германием нацистхэр тепщэу щыщыта зэманым щыгъуэ кърахуэкІыу щыта ди къуэшхэм Библиер куууэ зэраджар дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуар?
15 Германием нацистхэр тепщэу щыщыта зэманым мин бжыгъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр концлагерым ягъэкІуат. Гитлеррэ СС-м и рейхсфюрер Генрих Гиммлеррэ Иеговэ и Щыхьэтхэр ялъагъу хъутэкъым. Ди зы шыпхъу гуэрым зэрыжиІэжымкІэ, Гиммлер концлагерым иса ди шыпхъу зыбжанэм мыпхуэдэу яжриІат: «Фи Иеговэ уафэм и тепщэу щырырет, ауэ щІылъэм щытепщэр дэращ! Дэ фэ фэдгъэлъэгъунщ Иеговэ и Щыхьэтхэмрэ нацистхэмрэ хэт псэунуми хэт лІэнуми!» А зэман гугъум щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт къадэІэпыкъуар Алыхьым хуэпэжу къыхуэнэну?
16 Абыхэм ящІэт 1914-нэ гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн зэрыщІидзар икІи къуэшхэм ягъэщІэгъуакъым ахэр хуабжьу кърахуэкІыу зэрыщІадзар. Иеговэ и лъэпкъым шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэну цІыху пащтыхьыгъуэхэм щыщу зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынур. Гитлер дин пэжыр хуэгъэкІуэдынутэкъым икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэхърэ нэхъ лъэщ пащтыхьыгъуэ хуэгъэувынутэкъым. Ди къуэшхэм шэч лъэпкъ къытрахьэтэкъым дапхуэдэу мыхъуами Гитлер и тепщэныгъэм кІэ къызэрыхуэкІуэнум.
17 А къуэш, шыпхъухэм я фІэщ хъум лъабжьэ имыІэу щыттэкъым. Куэд дэмыкІыу нацистхэм я тепщэныгъэм кІэ къыхуэкІуащ. «Мы щІылъэм щытепщэр дэращ» жызыІа Генрих Гиммлер и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ щІэпхъуэжын хуей хъуащ. Абы щыгъуэ ар концлагерым иса ди къуэш Любке хуэзат. Гиммлер ар къицІыхужащ икІи и лъэр щІэхуауэ абы еупщІащ: «Сыт, Библием и къэхутакІуэ, адэкІэ сыт къэхъунур?» Ди къуэш Любке Гиммлер жриІащ нацистхэм я тепщэныгъэм кІэ къызэрыхуэкІуэнумрэ езыхэр къызэрелынумрэ Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт щыгъуи ящІэу зэрыщытар. Иеговэ и Щыхьэтхэр зыгъэпуд псалъэхэр мызэ-мытІэу жызыІэу щыта Гиммлер иджы жиІэн игъуэтакъым. Абы иужь куэд дэмыкІыу абы зиукІыжащ. Абы щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэм дэ сытым дыхуигъэсэфыну? Библиемрэ къэхъун хуейуэ абы ит Іуэхугъуэхэмрэ зэпкърытхыу щытмэ, фІэщхъуныгъэ быдэ зэдгъэгъуэтынущ икІи гъэунэхуапІэ дыщихуэм деж теубыдагъэ тхэлъыну ар къыддэІэпыкъунущ (2 Пет. 1:19—21).
18. Паул зи гугъу ищІа «щІэныгъэрэ зэхэщІыкІ псомрэ» зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыдгурыІуэну Иуан 6:67, 68 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
18 Дэ псоми лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейщ, а хьэл-щэныращ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхур. Ауэ дэ иджыри «щІэныгъэрэ зэхэщІыкІ псомрэ» зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Флп. 1:9). Апхуэдэу дымыщІэмэ, дыкъэзыгъэпцІэну хуей цІыхухэм, Алыхьым епцІыжахэри абыхэм яхэту, къабгъэдэкІ «хъыбархэм я жьыбгъэм» дыкърихьэкІынкІэ хъунущ (Еф. 4:14). Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдым ар къагъэнауэ щытащ. Абы щыгъуэ апостол Петр фІэщхъуныгъэ быдэ иІэу жиІащ: «МыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр уи куэдщ». (Къеджэ Иуан 6:67, 68.) Хьисэ зыхуригъаджэу щыта псори Петр абы щыгъуэ къыгурымыІуэу щытами, ар абы хуэпэжу къэнащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ шэч къытрихьэтэкъым Хьисэ зэры-Мэссихьым. Библием итыр зэрыпэжымкІэ фІэщхъуныгъэ фиІэр фэри нэхъ быдэ фщІы хъунущ. Апхуэдэу фщІэмэ, зэман дэкІми фи фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэнущ икІи нэгъуэщІхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыну фадэІэпыкъуфынущ (2 Ин. 1, 2).
72-НЭ УЭРЭДЫР Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр догъэІу
a Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр лъапІэу тлъытэну икІи дэ ди фІэщ хъур зэрыпэжым шэч къытедмыхьэну.
b Библием ит пэжхэм теухуауэ цІыхухэм фепсэлъэну къывдэІэпыкъунущ 2010-нэ гъэм щыщІэдзауэ 2015-нэ гъэм нэс къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Разговор на библейскую тему» жыхуиІэ статьяхэр. А статьяхэм мыпхуэдэ темэхэр итщ: «Является ли Иисус Богом?», «Когда Царство Бога начало править? (часть 1)», «Когда Царство Бога начало править? (часть 2)», абы нэмыщІ «Наказывает ли Бог людей мучениями в аду?».
c Мы псалъащхьэхэм итыр 2012-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ита къыкІэлъыкІуэ статьяхэм щызэпкърыхащ: «Иегова — Бог, открывающий тайны», «Кто такие восемь царей», «Иегова открывает, „что вскоре должно произойти“», абы нэмыщІ 2020-нэ гъэм, накъыгъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» щызэпкърыхащ.
d СУРЭТЫР. Унагъуэм зэгъусэу Библиер ядж. Адэ-анэм я сабийхэм я гъусэу гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ къэхъуну Іуэхугъуэхэр зэпкърах.
e СУРЭТЫР. Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ къэхъу Іуэхугъуэхэм а унагъуэр хуэмыхьэзыру щыткъым.