ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Октябрь н. 2—7
  • Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр сыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПАЩТЫХЬ АХАВ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
  • ПАЩТЫХЬ МАНАССИЕ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
  • НЭГЪЭСАУЭ ГУЭНЫХЬЫМ УХУЩІЕГЪУЭЖЫНЫМ И НЭЩЭНЭХЭР
  • ГУЭНЫХЬ ЗЫЩІАХЭМ Я ЩЫУАГЪЭХЭМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНУ ФАДЭІЭПЫКЪУ
  • Иеговэ хуейщ псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Октябрь н. 2—7

40 СТАТЬЯР

Гуэныхьым хущІегъуэжыным къикІыр сыт?

«СыкъыщІэкІуар... гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкІэщ» (ЛУКА 5:32).

36-НЭ УЭРЭДЫР Уи гур хъумэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Ахаврэ Манассиерэ я гъащІэр сыткІэ зэщхьэщыкІыу щыта икІи сыт хуэдэ упщІэхэр дэ зэпкърытхыну?

ПАСЭРЕЙ зэманым пащтыхьитІ псэуащ: зыр Израилым и пащтыхьу, адрейр Иудэм и пащтыхьу щытащ. А тІур щыпсэуа зэманыр зэтемыхуэми, я гъащІэр куэдкІэ зэщхьт. ТІури Иеговэ пэщІэувэт, я лъэпкъхэри Иеговэ хуэмылэжьэну хуагъэушт. ТІуми тхьэ напэхэр ягъэлъапІэт икІи лажьэ зимыІэ цІыху куэдым ялъ ягъэжащ. Ауэ а тІум зыгуэркІэ я гъащІэр зэщхьэщыкІт. Зыр псэуху а гъуэгум тетащ, адрейр ищІам хущІегъуэжри, Алыхьым абы и гуэныхьыр къыхуигъэгъуащ. Хэт зи гугъу тщІыр?

2 Израилым и пащтыхьыр Ахавт, Иудэм и пащтыхьым и цІэр Манассиет. А цІыхухъуитІым я ІуэхущІафэр зэрызэщхьэщыкІыу щытар къатщІэу щытмэ, гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнущ (Апост. 17:30; Рим 3:23). ЦІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжыр сыт къэзыгъэлъагъуэр? Ар зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дыхуейщ Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну. А упщІэм и жэуапыр къэтщІэн щхьэкІэ Ахаврэ Манассиерэ я гъащІэм дытепсэлъыхьынщ икІи абыхэм я щапхъэхэм сытым дыхуагъасэми къэтщІэнщ. Абы нэмыщІ гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Хьисэ жиІэжа зы ущие хъыбарым дытепсэлъыхьынщ.

ПАЩТЫХЬ АХАВ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?

3. Ахав сыт хуэдэ пащтыхьу щыта?

3 Ахав лъэпкъипщІ хъу Израил пащтыхьыгъуэм и ебланэ пащтыхьу щытащ. Абы Сидон къалэм и пащтыхьым и пхъу Иезавель къишащ. Сидон къалэр мылъкукІэ хуэщІауэ щытат. Абы къыхэкІкІэ а нэчыхьым Ахаврэ Израил лъэпкъымрэ фейдэ къахуихьу къыщІэкІынт, ауэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, абы зэранышхуэ къахуихьащ: Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрикъутащ. Иезавель Ваал тхьэ нэпцІым хуэлажьэт икІи и щхьэгъусэ Ахав къигъэсэбэпурэ а гущыкІыгъуэ дин нэпцІыр Израил лъэпкъым яхипщэт. А дин нэпцІыр зыІыгъхэм Ваал щыхуэлажьэм деж, къэхьпагъэ зэрахьэт икІи я сабийхэр абы къурмэныпхъэу къыхуахьт. Иезавель тепщэныгъэ иІэху, Иеговэ и бегъымбархэм я гъащІэр яфІэкІуэдыну сыт щыгъуи шынагъэ щыІащ. Абыхэм ящыщ куэдыр Иезавель иригъэукІащ (1 Цар. 18:13). Езы Ахави абы зыкІи къыкІэрыхутэкъым, «Иеговэ щІэпхъаджагъэу илъытэ Іуэхухэр Омри и къуэ Ахав илэжьт икІи абы и пэкІэ псэуахэм нэхърэ нэхъ Іеижу щытт» (1 Цар. 16:30). А псом Иеговэ гу лъимытэу къанэтэкъым икІи Ахаврэ Иезавельрэ я ІуэхущІафэхэр фІы дыдэу ищІэт. Абы емылъытауэ, Иеговэ а тІуми Израил лъэпкъми гущІэгъу яхуищІт икІи, Иляс бегъымбар къигъэсэбэпурэ, зэман щыІэ щІыкІэ зыкъащІэжыну ахэр хуигъэушт. Ауэ Ахаврэ Иезавельрэ зыри къафІэІуэхутэкъым.

4. Иеговэ Ахав сыт хуэдэ тезыр трилъхьэну унафэ ищІа икІи а пащтыхьым ар дауэ къызэрыщыхъуар?

4 ИкІэм-икІэжым Иеговэ и шыІэныгъэр и гъунэм нэсащ. Абы бегъымбар Иляс Ахаврэ Иезавельрэ я деж игъакІуэри, я унагъуэр зэрыщыту зэригъэкІуэдыжынур жригъэІащ. А псалъэхэр Ахав и гум апхуэдизкІэ щІыхьати, а пащтыхь пагэм зигъэлъэхъшащ (1 Цар. 21:19—29).

1. Царь Ахав смиряется. 2. Позже он со злостью приказывает бросить пророка Михея в тюрьму.

Ахав Алыхьым и бегъымбарыр тутнакъым зэрыридзамкІэ къигъэлъэгъуащ ар и гуэныхьхэм зэрыхущІемыгъуэжар (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)b

5, 6. Ахав и гуэныхьхэм хущІемыгъуэжауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

5 А Іуэхугъуэм щыгъуэ Ахав зигъэлъэхъшами, ар и гуэныхьым зэрыхущІемыгъуэжар и ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэт. Псалъэм папщІэ, Ваал тхьэ нэпцІым хуэлэжьэныр игъэкІуэдын щхьэкІэ абы зыри ищІакъым икІи и лъэпкъыр Иеговэ хуэлэжьэну хуигъэушакъым. А пащтыхьыр и гуэныхьым зэрыхущІемыгъуэжам щыхьэт техъуэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэри щыІэщ.

6 Зэман гуэр дэкІауэ Ахав Иудэ и пащтыхь Иосафат и гъусэу Сирием езэуэну елъэІуащ. Иосафат Алыхьым хуэпэжти, зауэм кІуэн ипэ Иеговэ и бегъымбарым ечэнджэщыну хуейт. Ахав ар игу ирихьакъым икІи мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ ебгъэупщІ хъун зы цІыху иджыри щыІэщ, ауэ сэ ар слъагъу хъукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэр щхьэкІэ абы Іей фІэкІа зэи фІы жиІэкъым». Дапхуэдэу щымытми, а бегъымбарыр кърагъэблэгъэну Иосафат абы елъэІуащ. Бегъымбар Михей къраджа иужь пащтыхьым теухуауэ абы зыри фІы жиІакъым. Абы иужь Ахав хущІегъуэжыным и пІэкІэ къэгубжьри, бегъымбар Михей тутнакъым иригъэтІысхьащ (1 Цар. 22:7—9, 23, 27). Абы Михей тутнакъым иридзами, Иеговэ и псалъэхэр къэхъунум ар зыкІи зэран хуэхъуфынутэкъым. ИкІэм-икІэжым Ахав зауэм щаукІащ (1 Цар. 22:34—38).

7. Ахав лІа иужь абы теухуауэ сыт Иеговэ жиІар?

7 Ахав яукІа иужь Иеговэ а пащтыхьым теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ иІами гурыІуэгъуэ хъуащ. Иосафат зыри къыщымыщІу унэм къыщигъэзэжам щыгъуэ, Иеговэ абы и деж бегъымбар Ииуй игъэкІуащ. ИкІи бегъымбарым Иосафат игъэкъуэншащ абы Ахав зэгурыІуэныгъэ зэрырищІылІам щхьэкІэ. Бегъымбарым жиІащ: «БзаджащІэхэм уадэІэпыкъуну икІи Иеговэ зылъагъу мыхъухэр фІыуэ плъагъуну къезэгърэ?» (2 Лет. 19:1, 2). Фегупсысыт: Ахав и гум къыбгъэдэкІыу щІегъуэжауэ щытамэ, бегъымбарым ар бзаджащІэу икІи Иеговэ илъагъу мыхъуу жиІэнут? ГурыІуэгъуэщ: Ахав ищІа гуэныхьхэм щхьэкІэ тІэкІу зигъэлъэхъшауэ щытми, ар абыхэм хущІегъуэжакъым.

8. Гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Ахав и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

8 Ахав и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ? Абы и унагъуэм къыщыщІынур щызэхихам щыгъуэ зигъэлъэхъшащ икІи хъарзынэу щІидзауэ жыпІэ хъунут. Ауэ Ахав и ІуэхущІафэхэм адэкІэ къагъэлъэгъуащ ар и гуэныхьхэм зэрыхущІемыгъуэжар. Аращи, гуэныхьым хущІегъуэжыныр — ар цІыхум ищІар игу къызэреуэр жиІэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. АдэкІэ зи гуэныхьым пэж дыдэу хущІегъуэжа цІыхум и щапхъэ зэпкърытхынущ.

ПАЩТЫХЬ МАНАССИЕ И ЩАПХЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?

9. Манассие сыт хуэдэ пащтыхьу щыта?

9 Илъэс щитІ хуэдиз дэкІауэ Манассие Иудэм и пащтыхь хъуащ икІи Ахав и гуэныхьхэм нэхърэ нэхъ Іеиж ищІауэ жыпІэ хъунущ. А пащтыхьым теухуауэ Библием мыпхуэдэу дыкъыщоджэ: «МыхъумыщІагъэ куэд зэрилэжьымкІэ абы Иеговэ игъэпудт» (2 Лет. 33:1—9). Манассие тхьэ нэпцІхэм щхьэкІэ къурмэн щІыпІэхэр дэнэкІи щиухуащ. Уеблэмэ, абы ахэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ Иеговэ и унэшхуэм пкъо щигъэуващ (ар бэвыгъэм и тхьэ гуащэу щытауэ къыщІэкІынущ). Манассие Иеговэ гущыкІыгъуэу къилъытэ Іэзэгъуазэ Іуэхухэр илэжьт. Абы нэмыщІ лажьэ зимыІэ цІыху куэдым ялъ игъэжащ. А щІэпхъаджащІэм тхьэ нэпцІхэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ езым и къуэхэр мафІэкІэ игъэсащ (2 Цар. 21:6, 7, 10, 11, 16).

10. Иеговэ пащтыхь Манассие сыт хуэдэ тезыр трилъхьар икІи сыт абы къыпэкІуар?

10 Манассие зыкъищІэжын щхьэкІэ Иеговэ абы и деж мызэ-мытІэу и бегъымбархэр игъакІуэу щытащ. Ауэ Ахав хуэдэу ари ерыщу абыхэм едэІуэн идэтэкъым. ИкІэм-икІэжым «Иеговэ абыхэм я деж [Иудэм] Ассирие пащтыхьым и дзэ пашэхэр къишащ икІи абыхэм Манассие гъущІ къэрэкъэшкІэ къыщІалъэфщ, гъуаплъэм къыхэщІыкІа Іэхъулъэхъу тІуащІэ иралъхьэри Бабилэн яшащ». Манассие хамэ щІыналъэм щыІэу, тутнакъым ису, куууэ зыщІэгупсысыжри, «и адэжьхэм я Алыхьым и пащхьэм гукІи-псэкІи зыщигъэлъэхъшащ». Ауэ ар абыкІэ къэувыІакъым. Манассие «и Алыхь Иеговэ гущІэгъу къыхуищІыну лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэу щІидзащ». Арати, а щІэпхъаджащІэу щыта цІыхухъум зихъуэжу щІидзащ. Абы Иеговэ и Алыхьу къилъытэну икІи гъунэгъу зыхуищІыну гукъыдэж иІэ хъуащ (2 Лет. 33:10—13).

1. Царь Манассия умоляет Иегову о милости. 2. Позже Манассия даёт указание уничтожить идолов, которых он когда-то установил в храме.

Манассие дин нэпцІыр игъэкІуэду зэрыщытамкІэ къигъэлъэгъуащ ар и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар (11-нэ абзацым феплъ.)c

11. 2 Летопись 33:15, 16 ит псалъэхэм дауэ къагъэлъагъуэрэ Манассие пэж дыдэу и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар?

11 Иеговэ Манассие жэуап иритащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэрызихъуэжар и тхьэлъэІухэм къыхэщт. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ Манассие и пащтыхьыгъуэр иритыжащ. АдэкІэ абы и гъащІэмкІэ къигъэлъэгъуащ ар и гум къыбгъэдэкІыу зэрыщІегъуэжар. Манассие Ахав елъытауэ и дуней тетыкІэр ихъуэжащ. Абы тхьэ нэпцІхэр игъэкІуэду икІи лъэпкъыр Иеговэ хуэлэжьэну хуигъэушу щІидзащ. (Къеджэ 2 Летопись 33:15, 16.) ДауикІ, апхуэдэу пщІэн щхьэкІэ фІэщхъуныгъэшхуэрэ лІыгъэшхуэрэ ухуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Манассие илъэс куэдкІэ и Іыхьлыхэри, и блэгущІэтхэри, и лъэпкъри зыхуригъасэу щытар нэгъуэщІт. Иджы Манассие и ныбжьыр хэкІуэтауэ къуаншагъэ ищІахэр игъэзэхуэжын щхьэкІэ къарууэ иІэу хъуар ирихьэлІэт. Манассие апхуэдэу зэрищІам и фІыгъэу къыщІэкІынущ абы и къуэрылъху Иосие пащтыхьыфІ зэрыхъуар (2 Цар. 22:1, 2).

12. Гуэныхьхэм хущІегъуэжыным теухуауэ Манассие и щапхъэм сыт къыдигъащІэр?

12 Пащтыхь Манассие и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Пащтыхь Ахав хуэдэу, Манассие зигъэлъэхъшащ, ауэ ар абыкІэ къэувыІакъым. Абы Иеговэ гущІэгъу къыхуищІыну лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэт. Манассие и дуней тетыкІэр ихъуэжащ икІи абы зэран къихьар игъэзэхуэжын щхьэкІэ къарууэ иІэр ирихьэлІэт. Абы и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІидзам нэмыщІ, Иеговэ хуэлэжьэну адрейхэри хуигъэушт. А пащтыхьым и гъащІэм теухуа хъыбарым гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхухэм Иеговэ къазэрыхуигъэгъунымкІэ гугъэ къарет. Абы ІупщІу къегъэлъагъуэ Иеговэ фІыуэ щыІэр зэрыхэлъыр икІи игъэгъуну зэрыхьэзырыр (Пс. 86:5). ЦІыхур и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьхэм хущІегъуэжу щытмэ, Иеговэ абы Іэмал имыІэу хуигъэгъунущ.

13. Гуэныхь пщІар уи жагъуэ хъужынымрэ абы ухущІегъуэжынымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? Щапхъэ къэфхь.

13 Манассие и гуэныхьхэр и жагъуэ хъу къудейуэ къэнакъым, атІэ ар зэрыщІегъуэжар ІуэхукІэ къигъэлъэгъуащ. Дэ абы мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтхыфынущ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт щІакхъуэ къэпщэхуну тыкуэным ущІыхьауэ, ауэ тыкуэнтесым щІакхъуэм и пІэкІэ хьэжыгъэ Іэбжьыб къыует. Уэ абыкІэ арэзы ухъуну? ДауикІ, ухъунукъым. Абы иужь тыкуэнтесым щІакхъуэр хьэжыгъэм къызэрыхащІыкІыр къыбжиІэмэ, щІакхъуэм и пІэкІэ хьэжыгъэр къэпщтэну? Къэпщтэну къыщІэкІынкъым. Абы ещхьу, Иеговэ ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжыну къытщогугъ. Зыгуэрым и гуэныхьым щхьэкІэ и жагъуэ хъумэ, ар фІыщ. Апхуэдэ гурыщІэр уи гуэныхьым ухущІегъуэжыным мыхьэнэшхуэ зиІэ и зы Іыхьэщ. Ауэ абы иджыри зыгуэр хохьэ. Абы теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым куэд къыдигъэщІэнущ.

НЭГЪЭСАУЭ ГУЭНЫХЬЫМ УХУЩІЕГЪУЭЖЫНЫМ И НЭЩЭНЭХЭР

Зи адэр къэзыгъэна щІалэм зыкъищІэжа иужь, унэм къигъэзэжын щхьэкІэ гъуэгуанэ кІыхь зэпичащ (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)d

14. ЩІалэ щхьэзыфІэфІыр и гуэныхьым хущІегъуэжын зэрыщІидзар сытым къыхэщрэт?

14 Лука 15:11—32 итщ Хьисэ зи адэр къэзыгъэна къуэм теухуа ущие хъыбарыр зэрыжиІэжыр. ЩІалэ щхьэзыфІэфІым мурад ищІащ и адэм и унафэм щІэмыту псэуну. Абы и унэр къигъанэри, хамэ къэрал гуэрым кІуащ икІи щхьэрыутІыпщу гуэныхь щІэным зыдригъэхьэхащ. Зэман гугъухэр къыщысам щыгъуэ ар зыщІэгупсысыжри, и адэм и унэм щыпсэуам щыгъуэ и гъащІэр нэхъыфІу зэрыщытар къыгурыІуэжащ. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, а щІалэм зыкъищІэжри, унэм кІуэжу, и адэм къыхуигъэгъуну елъэІуну мурад ищІащ. Абы и тхьэмыщкІагъэр къызэрыгурыІуэжам мыхьэнэшхуэ иІэт, ауэ абыкІэ Іуэхур зэфІэкІтэкъым. А щІалэм и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хилъхьэн хуейт.

15. Хьисэ къихьа ущие хъыбарым зи гугъу ищІ щІалэм дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар нэгъэсауэ и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар?

15 ЩІалэр и гум къыбгъэдэкІыу зэрыщІегъуэжар и Іуэхухэм къыхэщащ. Унэм кІуэжын щхьэкІэ абы гъуэгуанэ кІыхь зэпичащ. И адэр къилъэгъуа иужь абы мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Си адэ, уафэмкІи уэркІи гуэныхь злэжьащ. Уэ узикъуэщ къызжепІэну схуэфащэкъым» (Лк. 15:21). Абы имыбзыщІу и къуаншагъэм теухуауэ зэрыжиІамкІэ къигъэлъэгъуащ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжыну зэрыхуейр. Иджыри абы къыгурыІуэт и адэм и гум хуабжьу зэреуар. Абы и лъагъуныгъэр аргуэру зыхищІэн щхьэкІэ а щІалэм сыти ищІэну хьэзырт, уеблэмэ, и адэм и лІыщІэхэм ящыщ зым хуэдэу лэжьэну (Лк. 15:19). Хьисэ жиІар ауэ хъыбар дахэу щыту аракъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы къыщыхьа принципхэм тетын хуейщ гуэныхь хьэлъэ зыщІа Алыхьым и лэжьакІуэр ищІам хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ щызэхагъэкІым деж.

16. ЦІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ зэхагъэкІыну зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дежкІэ щІэмытыншыр сыт?

16 Гуэныхь хьэлъэ зыщІар нэгъэсауэ и гуэныхьым хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ зэхэбгъэкІыну тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм цІыхум и гум илъыр ялъагъукъым. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ гуэр къащтэн ипэ цІыхум и гуэныхьым хуиІэ еплъыкІэр зэрихъуэжам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ гуэр яІэн хуейщ. Ауэ иныкъуэхэм деж Алыхьым и лэжьакІуэм илэжьу щыта гуэныхьым и хьэлъагъым къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм а цІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжам шэч къытрахьэнкІэ хъунущ.

17. 1) ЦІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжыр фэ зытригъауэм зэремылъытар сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ? 2) 2 Коринф 7:11 зэритымкІэ, зи гуэныхьым хущІегъуэж цІыхум сыт ищІэн хуейр?

17 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ ди къуэшыр и щхьэгъусэм йопцІыж. Абы зыгуэр зыдигъэІэпыкъун и пІэкІэ и гуэныхьыр щІехъумэ икІи и щхьэгъусэри, и ныбжьэгъухэри, зэхуэсым и нэхъыжьхэри адэкІи къегъапцІэ. ИкІэм-икІэжым абы и гуэныхьыр къыщІощ икІи а гуэныхьыр зэхагъэкІын щхьэкІэ правовой комитетыр абы хуозэ. Къуэшыр и щхьэгъусэм зэрепцІыжамкІэ зеумысыж икІи ищІам Іейуэ хущІегъуэж хуэдэщ. Ауэ ар и нэкІумкІэ къигъэлъагъуэ къудейкІэ зэфІэкІкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абы зэрымыщІэкІэ къыІэщІэщІа Іуэхукъым, абы апхуэдэ гъащІэ илъэс бжыгъэкІэ ирихьэкІащ. Абы нэмыщІ а къуэшым езым зиумысыжакъым, атІэ и гуэныхьыр къыщІэщауэ аращ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалъэгъун хуейщ а цІыхум ищІа гуэныхьым гущыкІ зэрыхуищІар, абы нэмыщІ и гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ зэрихъуэжар. (Къеджэ 2 Коринф 7:11.) Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр занщІэу къызэрымыхъунур гурыІуэгъуэщ. А цІыхур зэхуэсым хагъэкІын хуей хъуну къыщІэкІынущ икІи ар абы щыхыхьэж хъунур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар и ІуэхущІафэхэмкІэ къыщигъэлъагъуэм дежщ (1 Кор. 5:11—13; 6:9, 10).

18. Зэхуэсым хагъэкІар и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжыр сытым къыхэщыну икІи абы сытым шэч къытримыхьэми хъуну?

18 Гуэныхь зыщІар нэгъэсауэ абы зэрыхущІегъуэжыр сыт къэзыгъэлъэгъуэнур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы жраІэнущ димыгъэхуу зэІущІэхэм къэкІуэн, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэн икІи Библиер иджын зэрыхуейр. Абы нэмыщІ а цІыхум гуэныхьым хуэзышэну Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ зыхуищІын хуейщ. Апхуэдэ цІыхум Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ищІэу щытмэ, абы шэч къытримыхьэми хъунущ: Иеговэ абы хуигъэгъунущ икІи ар зэхуэсым хагъэхьэжынущ. ІуэхуитІ зэтехуэу зэрыщымыІэм къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр Іуэхум и лъэныкъуэ псоми хэплъэну хущІокъу икІи зэхуэсым къэзыгъэзэжыну хуей цІыхум Библием имыт гуэр хуагъэувкъым.

19. Нэгъэсауэ гуэныхьым хущІегъуэжыным сыт хыхьэр? (Иезекииль 33:14—16).

19 КъызэрытщІащи, нэгъэсауэ уи гуэныхьым ухущІегъуэжыным ар уи жагъуэ зэрыхъуар жыпІэным нэхърэ нэхъыбэ хохьэ. Гуэныхь зыщІам и гуми и акъылми зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэу, и ІуэхущІафэхэмкІэ ар игъэлъэгъуэн хуейщ. А цІыхур гуэныхьым хуэзышэ гъуэгум текІын икІи Алыхьым и хабзэхэм тету псэууэ щІидзэжын хуейщ. (Къеджэ Иезекииль 33:14—16.) Гуэныхь зыщІар псом хуэмыдэу щІэгузэвэн хуейр абырэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэрызэтригъэувэжыныращ.

ГУЭНЫХЬ ЗЫЩІАХЭМ Я ЩЫУАГЪЭХЭМ ХУЩІЕГЪУЭЖЫНУ ФАДЭІЭПЫКЪУ

20, 21. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъуфынур?

20 Хьисэ зэрыжиІамкІэ, ар щІылъэм къыщІэкІуам и зы щхьэусыгъуэу щытар «гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну» къыхуриджэн щхьэкІэт (Лк. 5:32). Абы къыхэкІкІэ дэри апхуэдэу зэрытщІэным дыхущІэкъун хуейщ. Псалъэм папщІэ, уэ уи ныбжьэгъум гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къэпщІащ. Сыт уэ пщІэнур?

21 Уи ныбжьэгъум и гуэныхьыр щІэпхъумэну узэрыхэтымкІэ уэ абы и Іуэхур нэхъ Іей пщІыуэ аращ. ИкІи а гуэныхьыр щІэпхъумэну пхузэфІэкІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ псори елъагъу (Прит. 5:21, 22; 28:13). Уэ уи ныбжьэгъум ущыдэІэпыкъуфынур абы зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэзэну хуэбгъэушмэщ икІи ахэр гуэныхь зыщІам дэІэпыкъуну зэрыхуейр игу къэбгъэкІыжу щытмэщ. Ауэ абы зиумысыжыну имыдэу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ар жезыІэн хуейр уэращ. Апхуэдэу уэ ныбжьэгъу пэжу узэрыщытыр къэбгъэлъэгъуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтекъутэну шынагъэ щыІэщ.

22. КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур сыт?

22 Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэм зэман куэдым къриубыдэу гуэныхь хьэлъэ зэрищІам къыхэкІкІэ ар зэхуэсым хагъэкІамэ-щэ? Абы къикІыу пІэрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр а цІыхум гущІэгъу хэмылъу хущытауэ? Ар къыдгурыІуэну къыкІэлъыкІуэ статьяр къыддэІэпыкъунущ. Дэ абы щызэпкърытхынущ Иеговэ гуэныхь зыщІам тезыр щытрилъхьэм деж гущІэгъу зэригъэлъагъуэр икІи абы сытым дыхуигъэсэфынуми къэтщІэнущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Пащтыхь Ахав и щапхъэм гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ?

  • Пащтыхь Манассие нэгъэсауэ и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар сытыт къэзыгъэлъагъуэр?

  • Гуэныхьым хущІегъуэжыным теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ?

103-НЭ УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ

a ЦІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжыр сыт къэзыгъэлъагъуэр? УзэрыщІегъуэжар жыпІэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. Ар къыдгурыІуэну къыддэІэпыкъунущ пащтыхь Ахаврэ Манассиерэ я щапхъэхэр икІи зи адэр къэзыгъэна къуэм теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарыр. Абы нэмыщІ мы статьям дэ щызэпкърытхынущ зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум и Іуэхур щызэпкърахкІэ ар хущІегъуэжарэ хущІемыгъуэжарэ къагурыІуэн щхьэкІэ сытым гу лъатэн хуейми.

b СУРЭТЫР. Пащтыхь Ахав губжьауэ унафэ ещІ Алыхьым и бегъымбар Михей тутнакъым ирадзэну.

c СУРЭТЫР. Пащтыхь Манассие Алыхьым и унэшхуэм щигъэувауэ щыта тхьэ напэхэр якъутэну унафэ ещІ.

d СУРЭТЫР. Гъуэгуанэ кІыхьым иригъэзэша зи адэр къэзыгъэна щІалэр жыжьэу и унэр зэрилъагъум щогуфІыкІ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын