39 СТАТЬЯР
ФІыуэ тлъагъу гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж
«Дапхуэдизрэ... [абыхэм] абы... и жагъуэ [я]щІа» (ПС. 78:40).
102-НЭ УЭРЭДЫР Къарууншэ хъуахэм фадэІэпыкъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Алыхьым и лэжьакІуэм фІыуэ илъагъу гуэр зэхуэсым щыхагъэкІым деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэфыну?
ФІЫУЭ плъагъу гуэр зэхуэсым щыхагъэкІым деж ар уи гум хуабжьу йоуэ! Зэгуэр апхуэдэ гурыщІэ уиІауэ пІэрэ? Ди шыпхъу Хи́льдэb къыддогуашэ: «Илъэс 41-кІэ сызэдэпсэуа си щхьэгъусэр дунейм щехыжам щыгъуэ а гуауэм нэхърэ нэхъ хьэлъэ щымыІэу си гугъат. Ауэ си къуэр зэхуэсым щыхагъэкІам икІи абы и щхьэгъусэмрэ и бынитІымрэ щыхыфІидзам щыгъуэ сэ ар куэдкІэ нэхъ къызэхьэлъэкІащ».
Зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм я гум щыщІэр Иеговэ къыгуроІуэ (2, 3-нэ абзацхэм феплъ.)d
2, 3. Сыт Иеговэ и гум щыщІэр абы и лэжьакІуэ гуэрым ар къыщигъанэм деж? (Псалом 78:40, 41).
2 Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэ хьэлъэхэр иІами и унагъуэм щыщ мелыІычхэр абы щепцІыжам щыгъуэ! (Иудэ 6). Израил лъэпкъыр-щэ? Иеговэ израил цІыхухэр фІыщэу илъагъут, ауэ ахэр зэпымыууэ абы къыпэщІэувэт. (Къеджэ Псалом 78:40, 41.) ФІыуэ флъагъу цІыхур зэхуэсым щыхагъэкІым дежи Иеговэ апхуэдэ гурыщІэхэр зэриІэм шэч къытевмыхьэ. Абы псом хуэмыдэу къыгуроІуэ фэ фи гум щыщІэр. ГущІэгъу зыхэлъ ди Алыхьым Іэмал имыІэу фигъэгушхуэнущ икІи къывдэІыпыкъунущ.
3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ а гугъуехьым дызэрыпэлъэщын къару Иеговэ къыдитын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ зи Іыхьлыхэр зэхуэсым хагъэкІа къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дадэІэпыкъуфынуми. Ауэ япэщІыкІэ гу лъыттэнщ сыт хуэдэ гупсысэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейми.
ЗЫВМЫГЪЭКЪУЭНШЭЖ
4. Адэ-анэ куэдым сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІэ я быным Иеговэ къыщигъанэм деж?
4 Адэ-анэм я быным Иеговэ къыщигъанэм деж абыхэм щІэх-щІэхыурэ къуаншэу зыкъалъытэж икІи сыт хуэдэ щыуагъэ ящІами зэхагъэкІыну хущІокъу. Ди къуэш Лью́ис и къуэр зэхуэсым хагъэкІащ. Абы и гурыщІэхэм теухуауэ мыпхуэдэу жеІэж: «Сэ си гур зэбгъэжт. ПщІыхьэпІэ Іейхэр слъагъут. Иныкъуэхэм деж си нэпсхэр къысфІыщІэжт икІи си гур гуауэм икъузт». Ди шыпхъу Эли́забет апхуэдэ гугъуехь дыдэ щыпэщІэхуам щыгъуэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу егупсыст: «Анэм ищІэн хуейуэ сымыщІар сыт сэ? Си къуэм Иеговэ фІыуэ зэримылъагъуам щхьэкІэ къуаншэр сэращ».
5. ЦІыхум Иеговэ къыщигъанэм деж ар зи ягъэр хэт?
5 Дэтхэнэ зыми ди гъащІэм дызыхуейр къыхэтхыну Иеговэ хуитыныгъэ къыдитащ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и хабзэхэм дытетынрэ дытемытынрэ дэ езым къыхыдох. Ар зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Языныкъуэ адэ-анэхэм я бынхэм щапхъэфІ ирагъэлъагъуу щытакъым, ауэ, абы емылъытауэ, а ныбжьыщІэхэм Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну мурад ящІащ икІи абы пэжу хуолажьэ. НэгъуэщІ унагъуэхэм адэ-анэхэр къарууэ яІэр ирахьэлІэу щытащ я сабийхэм Библием ит принципхэр фІыуэ ялъагъуу ягъэсэн щхьэкІэ, ауэ ахэр нэхъ балигъ хъуа иужь Иеговэ къагъэнащ. Дапхуэдэу мыхъуами, дэтхэнэ зыми унафэ тщІын хуейщ Иеговэ дыхуэлэжьэнрэ дыхуэмылэжьэнрэ (Иис. Н. 24:15). Аращи, адэ-анэхэ, фи бынхэм Иеговэ къагъэнауэ щытмэ, фи щхьэр фымыгъэкъуэншэжыну дыныволъэІу!
6. Адэм е анэм Иеговэ къыщигъанэм деж ар сабийм дауэ зэран зэрыхуэхъуфынур?
6 Ауэ адэ-анэм ящыщ зым пэжыр къыщигъанэ, уеблэмэ, и унагъуэри щыхыфІидзэ къохъу (Пс. 27:10). Апхуэдэ Іуэхугъуэм сабийм и гъащІэр зэтрикъутэфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бынхэм адэ-анэхэм щапхъэ трахыну я хьэлщ. Зи адэр зэхуэсым хагъэкІа ди шыпхъу Э́стер жеІэж: «Сэ щІэх-щІэхыурэ сыгът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си адэм щыуагъэ гуэрым къыхэмыкІыу, атІэ езым хуейуэ Иеговэ къызэригъэнар къызгурыІуэт. Сэ си адэр фІыуэ солъагъу, абы къыхэкІкІэ ар зэхуэсым хагъэкІа иужь сэ сыт щыгъуи абы щхьэкІэ сыгузавэу сыхъуащ. Уеблэмэ, шынэм сыщызэщІиубыда мызэ-мытІэу къэхъуащ».
7. Зи адэ е зи анэ зэхуэсым хагъэкІахэм теухуауэ Иеговэ и гум щыщІэр сыт?
7 Зи адэ е зи анэ зэхуэсым хагъэкІа ди ныбжьыщІэ лъапІэхэ, фэ фи гукъеуэр дэри ди гукъеуэщ. Дапхуэдиз гугъуехь фиІэми Иеговэ зэрищІэм шэч къытевмыхьэну дыныволъэІу. Иеговэ фэ фІыщэу фелъагъу икІи лъапІэу фелъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ абы и лъэныкъуэр быдэу фІыгъщ. Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэми фІыуэ фыкъалъагъу. Зыщывмыгъэгъупщэ: фи адэм е фи анэм къищта унафэм щхьэкІэ фэ фыкъуаншэкъым. ИпэкІэ зэрыжытІам хуэдэу, Иеговэ дэтхэнэ зыми хуитыныгъэ иритащ абы хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ къыхихыну. Абы и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми «и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщ» (Гал. 6:5).
8. ФІыуэ тлъагъу гуэр зэхуэсым хагъэкІауэ щытыху сыт дэ тщІэн хуейр? («Иеговэ и деж къэгъэзэж» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
8 ФІыуэ тлъагъу гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж зэгуэр абы къигъэзэжыну дэ дыщогугъ. Ар къэмыхъуа щІыкІэ сыт дэ тщІэ хъунур? Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІы хъунущ. Абы щыгъуэ ди Іыхьлыхэми щапхъэфІ едгъэлъэгъунущ икІи зэхуэсым хагъэкІами ар сэбэп хуэхъуфынущ. Абы нэмыщІ гурыщІэ хьэлъэхэм дытекІуэн щхьэкІэ дэ къару диІэ хъунущ. А къарур зэдгъэгъуэтыну сыт къыддэІэпыкъуфынуми иджыпсту къэтщІэнщ.
ДИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР МАХЭ МЫХЪУН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР
9. Уи фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? (Абы нэмыщІ «Зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм къару къезытын Библием ит едзыгъуэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
9 Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм зэпымыууэ хэт. Абыхэм ухэтыным уи дежкІи уи унагъуэм дежкІи мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур? Зэпымыууэ Алыхьым и Псалъэм еджэ икІи узэджам куууэ егупсыс, абы нэмыщІ зэІущІэхэр бломыгъэкІ. Апхуэдэу уэ Иеговэ Іэмал ептынущ къару къыуитыну. Ди шыпхъу Джоа́ннэ и адэмрэ и шыпхъу нэхъыжьымрэ пэжыр къагъэнащ. Абы жеІэж: «Авигея, Эсфирь, Іэиуб, Исуф икІи Хьисэ теухуауэ сыщеджэм деж сэ гупсэхугъуэ согъуэт. Абыхэм теухуа хъыбархэр гупсысэ Іейхэм сыпэлъэщыну икІи си гум телъ хьэлъэр сщхьэщыкІыну къыздоІэпыкъу. Абы нэмыщІ JW Broadcasting программэм ит ди уэрэдхэм хуабжьу сагъэгушхуэ».
10. Псалом 32:6—8 ит псалъэхэр къыттехьэлъэ гурыщІэхэм дыпэлъэщыну дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
10 Узыгъэгузавэ псор Иеговэ хуэІуатэ. ГурыщІэ хьэлъэхэр къыщыптегуплІэм деж фІыщэу укъэзылъагъу Алыхьым зэпымыууэ елъэІу узыпэщІэхуа Іуэхугъуэм абы и нэкІэ уеплъыну къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, Иеговэ зэхэщІыкІ къыуитынущ икІи гъуэгу узрикІуэнури уигъэлъэгъунущ. (Къеджэ Псалом 32:6—8.) ДауикІ, уи гурыщІэхэр псалъэкІэ жыпІэну тыншкъым икІи абыхэм ущытепсэлъыхьым деж уи лъэр нэхъ Іеижу щІихынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ фІыуэ къыгуроІуэ уи гум щыщІэр сытми. Абы фІыщэу уелъагъу икІи уи гурыщІэхэр хуэпІуэтэну къолъэІу (Исх. 34:6; Пс. 62:7, 8).
11. Еврейхэм 12:11 зэритымкІэ, цІыхур зэхуэсым хагъэкІыну Иеговэ ищІа унафэм дзыхь щІыхуэтщІын хуейр сыт? (Абы нэмыщІ «Зыгуэр зэхуэсым зэрыхагъэкІыр — ар лъагъуныгъэм къыхэкІ тезырщ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІа унафэр дэфІыгъ. Зыгуэр зэхуэсым зэрыхагъэкІыр — ар езы Иеговэ игъэува хабзэщ. А Іуэхум лъабжьэ хуэхъур лъагъуныгъэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар псоми сэбэп яхуохъу, гуэныхь зыщІари абы хэту. (Къеджэ Еврейхэм 12:11.) Правовой комитетым ищІа унафэм зэхуэсым щыщ гуэр арэзы щытемыхъуэ къохъу. А унафэм арэзы темыхъуэ цІыхур а Іуэхугъуэм и лъэныкъуэ гуэрхэм мыхьэнэ ириткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэхуэсым хагъэкІам и ныкъусаныр щІихъумэну хуейуэ къыщІэкІынщ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: Іуэхур зытет псор дэ тщІэкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм хьэкум щащІым Библием ит принципхэм фІыуэ зэрыхэплъам икІи Иеговэ и еплъыкІэкІэ ар зэращІам шэч къытедмыхьэмэ, дэ Іущагъ дгъэлъэгъуэнущ (2 Лет. 19:6).
12. Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырым теухуа хабзэхэр абы дэтІыгъын щІыхуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.
12 Правовой комитетым фІыуэ флъагъу гуэр зэхуэсым хигъэкІыну ищІа унафэр дэфІыгъыу щытмэ, фэ цІыхум фыдоІэпыкъу абы Иеговэ и деж къигъэзэжыну. ИпэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Элизабет къыддогуашэ: «Балигъ хъуа ди къуэм депсэлъэн щыдгъэтыну икъукІэ къыдэхьэлъэкІащ! Ауэ ар зэхуэсым къыхыхьэжа иужь езым жиІащ апхуэдэ тезырыр хуэфащэу зэрыщытар. А тезырым и фІыгъэкІэ абы куэд къызэрыгурыІуар жиІащ. Иджы сэ шэч къытесхьэкъым Иеговэ ищІэу хъуам фІы къызэрыпэкІуэм». Элизабет и щхьэгъусэ Марк пещэ: «Зэман дэкІа иужь си къуэм къызжиІащ зэхуэсым къыщІигъэзэжам и зы щхьэусыгъуэу щытар дэ абы депсэлъэн зэрыщыдгъэтарат. Сэ хуабжьу согуфІэ Иеговэ хуэжыІэдаІуэу дыщытыну къызэрыддэІэпыкъуам щхьэкІэ!»
13. Къыфтехьэлъэ гурыщІэхэм фыпэлъэщыну сыт къывдэІэпыкъунур?
13 Фи гурыщІэхэр къызыгурыІуэфын ныбжьэгъухэм фи гум илъымкІэ фадэгуашэ. Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм фаригъусэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фи Іэр евмыхьэхыну ахэр къывдэІэпыкъунущ (Прит. 12:25; 17:17). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Джоаннэ жеІэж: «Сэ егъэлеяуэ закъуэныгъэ зыхэсщІэт! А зэманым си гурыщІэхэм сыпэлъэщыну ныбжьэгъу пэжхэр къыздэІэпыкъуащ». Ауэ зэхуэсым щыщ гуэрхэм я псалъэхэм фи гур къауІэмэ-щэ?
14. «Зым зыр ирешыІэ икІи зым зым... зэхуэвгъэгъу» жыхуиІэ псалъэхэм дытетын щІыхуейр сыт?
14 Къуэш, шыпхъухэм шыІэныгъэ фхэлъу фахущыт. ДауикІ, дэ дызыхуэныкъуэ псалъэхэр сыт щыгъуи къыджаІэну къыщІэкІынкъым (Екъуб 3:2). Дэ псоми гуэныхь тхэлъщи, дгъэщІэгъуэн хуейкъым, зыгуэрым псалъэ къыджиІэн къыхуэмыгъуэтмэ е хуэмейуэ ди жагъуэ ищІмэ. Паул и чэнджэщыр зыщыдгъэгъупщэнкъым: «Зым зыр ирешыІэ икІи зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу» (Кол. 3:13). Зи къуэр зэхуэсым хагъэкІауэ щыта ди зы шыпхъум жеІэж: «Дэлъхухэр къыздэІэпыкъуну хуейуэ иныкъуэхэм деж си жагъуэ щащІи къэхъут. Ауэ абыхэм хуэзгъэгъуну Иеговэ къыздэІэпыкъут». АдэкІэ зэпкърытхынщ зи Іыхьлы зэхуэсым хагъэкІам къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу дэІэпыкъуфынуми.
ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩХЭР ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ХЪУФЫНУЩ
15. Куэд мыщІэу зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур?
15 Зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм гулъытэ яхуэфщІ икІи гуапэу фахущыт. Ди шыпхъу Ми́риам и дэлъху нэхъыщІэр зэхуэсым щыхагъэкІам щыгъуэ зэІущІэхэм щыкІуэн хуейм деж щтэІэщтаблэу щытт. Абы жеІэж: «ЦІыхухэм жаІэнум щхьэкІэ хуабжьу сыгузавэт. Ауэ си ныбжьэгъу пэжхэм си гукъеуэр къыздаІыгъащ икІи си дэлъхум ІейкІэ зэи тепсэлъыхьакъым. Абыхэм я фІыгъэкІэ си гугъуехьым си закъуэу сыпэщІэтакъым». НэгъуэщІ ди зы шыпхъури къыщыщІамкІэ къыддогуашэ: «Ди къуэр зэхуэсым щыхагъэкІам щыгъуэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ дагъэгушхуэну ди ныбжьэгъухэр къэкІуащ. Языныкъуэхэм псалъэ жаІэн къахуэгъуэттэкъым. Хэти къыздэгъащ, хэти иужькІэ сызыгъэгушхуэн письмо къысхуитхащ. Сэ ар хуабжьу къыздэІэпыкъуащ!»
16. Зэхуэсым хагъэкІам и унагъуэм щыщхэр дапхуэдэу адэкІи зэрыдгъэгушхуэфынур?
16 Зэхуэсым хагъэкІам и унагъуэм щыщхэр зэпымыууэ вгъэгушхуэ. Иджыпсту и зэман дыдэщ фи лъагъуныгъэр абыхэм евгъэлъэгъуну икІи ахэр вгъэгушхуэну (Евр. 10:24, 25). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иныкъуэхэм деж зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм езыхэри хагъэкІауэ къащохъу. Апхуэдэ гурыщІэхэр абыхэм ямыІэн щхьэкІэ фхузэфІэкІыу хъуар фщІэ! Псом хуэмыдэу зи адэ е зи анэ зэхуэсым хагъэкІа ныбжьыщІэхэм фащытхъуным икІи вгъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Зи щхьэгъусэр зэхуэсым хагъэкІа ди шыпхъу Мария жеІэж: «Си щхьэгъусэм зэхуэсымрэ унагъуэмрэ къыщигъэнам щыгъуэ, дэлъху шыпхъухэр си деж къакІуэт, схуэпщафІэт икІи си сабийхэм я гъусэу Библиер зджыну къыздэІэпыкъут. Си гурыщІэхэр абыхэм зыхащІэт икІи си гъусэу ахэр гъыт. Сэ стеухуауэ цІыхухэм пцІы щыжаІэм деж ахэр къысщхьэщыжт. Ауэ сытми ахэр сэ къыздэІэпыкъуакъым!» (Рим 12:13, 15).
Зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэм къуэш, шыпхъухэр лъагъуныгъэ хэлъу ядоІэпыкъу (17-нэ абзацым феплъ.)e
17. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гугъуехь зиІэхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ сыт ящІэ хъунур?
17 Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Иеговэ къэзыгъэнахэм я Іыхьлыхэм я фІэщхъуныгъэр вгъэбыдэн щхьэкІэ Іэмалу фиІэу хъуар къэвгъэсэбэп. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ япэ дыдэу езытын хуейр фэращ (1 Фес. 5:14). ЗэІущІэр щІидзэн ипи иуха иужьи абыхэм фадэуэршэр. Абыхэм я деж фыкІуэ икІи я гъусэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Зэгъусэу хъыбарыфІыр вгъэІуну икІи фи унагъуэм и гъусэу Библиер вджыну зэман-зэманкІэрэ ахэр къевгъэблагъэ. Апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа Иеговэ и мэл цІыкІухэр псом хуэмыдэу гущІэгъум, лъагъуныгъэм, гулъытэм хуэныкъуэщ икІи абыкІэ дэІэпыкъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэнщ (1 Фес. 2:7, 8).
ГУГЪЭР ЗЫФІЭВМЫГЪЭКІУЭД ИКІИ АДЭКІИ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
18. 2 Петр 3:9 зэритымкІэ, Иеговэ гуэныхь зыщІа цІыхум сыткІэ щыгугърэ?
18 Иеговэ «зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ». (Къеджэ 2 Петр 3:9.) ЦІыхум гуэныхь хьэлъэ ищІами, абы и гъащІэр Алыхьым дежкІэ лъапІэу щытын къанэкъым. Дэтхэнэ зыми щхьэкІэ Иеговэ ита уасэшхуэм девгъэгупсыс. Ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкІэ абы и Къуэ щІасэм и гъащІэр къурмэныпхъэу итащ! Иеговэ гущІэгъум къыхэкІкІэ пэжыр къэзыгъэнахэм ядэІэпыкъуну хьэзырщ икІи езым и деж къагъэзэжыну ахэр кърегъэблагъэ. Абыхэм къагъэзэжыну Иеговэ зэрыщыгугъыр Хьисэ дигъэлъэгъуащ, зи адэр къэзыгъэна къуэм теухуа ущие хъыбарыр щыжиІэжам щыгъуэ (Лука 15:11—32). Зэхуэсым хагъэкІа куэдым иужькІэ Иеговэ деж къагъэзэжащ икІи къуэш, шыпхъухэм ахэр гуапэу кърагъэблэгъэжащ. Ди шыпхъу Элизабет и гъащІэми апхуэдэ гуфІэгъуэ къыщыхъуащ: абы и къуэр зэхуэсым хагъэхьэжащ. Ар къыддогуашэ: «ЩІэгъэкъуэн къытхуэхъуа икІи дызыгъэгушхуа дэлъху, шыпхъухэм сэ фІыщІэшхуэ яхузощІ!»
19. Иеговэ зэпымыууэ дзыхь щІыхуэтщІ хъунур сыт?
19 Сыт къэмыхъуами, дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІ хъунущ. Дэ зэран тхуэхъун унафэ абы зэи къытхуищІынукъым. Иеговэ хьэлэлагърэ гущІэгъурэ зыхэлъ Адэщ икІи фІыуэ къэзылъагъу и лэжьакІуэхэм гурыщІэ ІэфІ яхуиІэщ. Абы зэи дыкъигъэнэнукъым, псом хуэмыдэу гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж (Евр. 13:5, 6). А псалъэхэр зэрыпэжым ипэкІэ зи гугъу тщІа Марк щыхьэт тохъуэ. Ар къыддогуашэ: «Ди Іуэхур щыгугъум деж Иеговэ сыт щыгъуи ди гъусэщ». Иеговэ адэкІи лъэкІыныгъэшхуэ къытхилъхьэну дыкъегъэгугъэ (2 Кор. 4:7). Аращи, фІыуэ флъагъу цІыхур зэхуэсым хагъэкІами, фи гугъэр зыфІэвмыгъэкІуэду Иеговэ пэжу фыкъыхуэнэфынущ!
44-НЭ УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур
a ЦІыху гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж абы и Іыхьлыхэм я гум ар хуабжьу йоуэ. Апхуэдэм деж езы Иеговэ сыт и гум щыщІэр? Ар къыдгурыІуэну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ. Дэ иджыри зэпкърытхынущ зэхуэсым хагъэкІам и Іыхьлыхэр къатехьэлъэ гурыщІэхэм дапхуэдэу пэлъэщыфынуми икІи я фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ сыт ящІэ хъунуми. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщхэм апхуэдэ гугъуехь пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм гупсэхугъуэ дапхуэдэу иратыфынуми къэтщІэнущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
d СУРЭТЫР. Иеговэ къэзыгъэна цІыхухъум и унагъуэр хыфІедзэ. Абы и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ ар хуабжьу я гум щІыхьащ.
e СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр пэжыр къэзыгъэнам и унагъуэр ягъэгушхуэну къэкІуащ.