ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Сентябрь н. 8—13
  • ЩІалэгъуалэр лъапІэу флъытэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЩІалэгъуалэр лъапІэу флъытэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЦІЫХУ ІЭДЭБУ ФЫЩЫТ
  • ФИ ЗЭФІЭКІЫМ ГЪУНЭ ЗЭРИІЭР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ
  • ФІЫЩІЭ ЗЫЩІ ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ
  • ЦІЫХУ ХЬЭЛЭЛУ ФЫЩЫТ
  • Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Уи ныбжьыр хэкІуэтами, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэд
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Сентябрь н. 8—13

36 СТАТЬЯР

ЩІалэгъуалэр лъапІэу флъытэ

«Къарурщ щІалэгъуэм и щытхъу фащэр» (ПРИТ. 20:29, Гъэсэпэтхыдэхэр).

88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ мурад зыхуагъэув хъунур?

ДИ НЫБЖЬЫР кІуэтэху Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэту щытам хуэдизрэ дызэрыхэмытыжыфым дигъэгузэвэнкІэ хъунущ. ДауикІ, зэманыр кІуэху ди къарур нэхъ мащІэ мэхъу, ауэ зэдгъэгъуэта Іущагъымрэ щІэныгъэмрэ нэхъ мащІэ хъукъым. АбыхэмкІэ дэ щІалэгъуалэм дадэгуашэу Иеговэ и организацэм къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр щагъэзэщІэн щхьэкІэ дадэІэпыкъу хъунущ. Илъэс куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди зы къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «Нэхъ къарууншэ сызэрыхъур зыхызощІэ, ауэ зэхуэсым пыщІа къалэнхэр зыгъэзэщІэн щІалэгъуалэ зэрыщыІэм сэ сыщогуфІыкІ».

2. Мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

2 Мыбы ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ щІалэгъуалэм зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр щагъэныбжьэгъум деж сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьми. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ зи ныбжь хэкІуэтахэр щІалэгъуалэм ядэлэжьэн щхьэкІэ Іэдэбагъыр, я зэфІэкІыр здынэсыр зэращІэжыр, фІыщІэ зэращІыр икІи хьэлэлагъыр дапхуэдэу къадэІэпыкъуфынуми. Ахэр зэрызэдэлажьэм и фІыгъэкІэ зэхуэс псом сыт хуэдэ фІыгъуэхэр иІэфынуми къэтщІэнущ.

ЦІЫХУ ІЭДЭБУ ФЫЩЫТ

3. Филиппи 2:3, 4 зэритымкІэ, Іэдэбагъыр къызыхэщыр сыт икІи Иеговэ и лэжьакІуэхэм дежкІэ абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 Зи ныбжь хэкІуэтахэр щІалэгъуалэм дэІэпыкъуну хуейуэ щытмэ, абыхэм Іэдэбагъыр яхэмылъу хъунукъым. ЦІыху Іэдэбым нэгъуэщІхэр и щхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу елъытэ. (Къеджэ Филиппи 2:3, 4.) И нэхъыбэм Іуэхур зэрыбгъэзащІэ хъуну Іэмал зыбжанэ щыІэщ икІи ахэр Библием итым пэщІэувэкъым. Зи ныбжь хэкІуэтахэм Іэдэбагъыр къадэІэпыкъунущ ахэр зэресам хуэдэу сыт щыгъуи Іуэхум бгъэдэмыхьэну (Эккл. 7:10). ДауикІ, абыхэм гъащІэ кІыхь къагъэщІащ икІи куэдым щыгъуазэщ, абы къыхэкІкІэ щІалэгъуалэр куэдым хуагъэсэфынущ. Абы нэмыщІ зи ныбжь хэкІуэтахэм къагуроІуэ «мы дунейм и щытыкІэм зызэблихъуурэ» зэрыкІуэр икІи я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьэн зэрыхуейр (1 Кор. 7:31).

1. Молодой районный надзиратель проводит урок из курса Школы пионерского служения. 2. Тот же районный надзиратель и его жена, уже пожилые, получают письмо о новом назначении. 3. Он же в Зале Царства обучает молодого брата, а его жена поддерживает молодую сестру.

Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр я щІэныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм гуапэу ядогуашэ (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)b

4. Районым и нэхъыжьхэр левитхэм сыткІэ ещхь?

4 Абы нэмыщІ зи ныбжь хэкІуэтахэм я щІалэгъуэм ящІэу щытам хуэдиз иджыпсту зэрамыщІэфынур къагурыІуэну Іэдэбагъыр къадоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьхэм я гугъу тщІынщ. Ахэр илъэс 70 ирикъуа иужь районнэ лэжьыгъэр къагъэнэн хуейщ. Ар тыншу щымытынкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къуэш, шыпхъу куэдым ядэІэпыкъуну яІа къалэныр абыхэм лъапІэу ялъытэт. А къуэшхэр псэемыблэжу а лэжьыгъэм хэтащ, иджыпстуи а гукъыдэжыр абыхэм яІэщ. Ауэ абыхэм къагуроІуэ: районнэ лэжьыгъэр нэхъ зыхузэфІэкІынур зи къару илъыгъуэ къуэш нэхъ щІалэхэращ. АбыкІэ районым и нэхъыжьу щытахэр пасэрей Израилым щыІа левитхэм ещхьщ. Ахэр илъэс 50 ирикъуа иужь шэтыр лъапІэм щагъэзащІэ къалэнхэр къагъанэт. А левитхэм я гуфІэгъуэр къалэн хэха гуэрым пыщІауэ щытакъым. Ахэр сыт хуэдэ лэжьыгъэми щыгуфІыкІт икІи левит нэхъ щІалэхэм дэІэпыкъуну хущІэкъут (Чис. 8:25, 26). Абыхэм ещхьу, районым и нэхъыжьу щытахэр зэхуэс зыбжанэм дэІэпыкъужкъым, ауэ ахэр зыхэт зэхуэсым дэІэпыкъун щхьэкІэ къарууэ яІэр ирахьэлІэ.

5. Дэнрэ и щхьэгъусэмрэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

5 Дэн и щапхъэм деплъынщ. Ар илъэс 23 районым и нэхъыжьу лэжьащ. Дэн илъэс 70 щыхъуам щыгъуэ и щхьэгъусэ Кэти и гъусэу специальнэ пионер ящІащ. А къалэныщІэр ягъэзэщІэну абыхэм яхузэфІэкІауэ пІэрэ? Дэн зэрыжиІэмкІэ, абы апхуэдэу зэман щимыІа иджыри зэи къэхъуакъым! Зэхуэсым щиІэ къалэнхэр зэригъэзащІэм нэмыщІ ар къуэшхэм ядоІэпыкъу ахэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ икІи цІыху куэд здэщыІэ щІыпІэхэмрэ тутнакъхэмрэ хъыбарыфІыр щагъэІуну къуэш, шыпхъухэр егъасэ. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, полновременнэ лэжьыгъэм фыхэтми фыхэмытми, нэгъуэщІхэм фадэІэпыкъун щхьэкІэ фэ Іэмал куэд фиІэщ. Дапхуэдэу ар зэрыфщІ хъунур? Фи Іуэхум зыщихъуэжым деж абы зыдевгъэкІу, мурадыщІэхэр зыхуэвгъэув икІи иджыпсту фхузэфІэкІыным фи акъылыр тевухуэ.

ФИ ЗЭФІЭКІЫМ ГЪУНЭ ЗЭРИІЭР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ

6. Уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжыным Іущагъ хэлъу жыпІэ щІэхъунур сыт? Щапхъэ къэфхь.

6 Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум абы гъунэ зэриІэр къыгуроІуэ (Прит. 11:2). А хьэл-щэным и фІыгъэкІэ цІыхум хузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэ ищІэну иужь ихьэкъым. Ар абы къыдоІэпыкъу гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэдыну икІи адэкІи егугъуу лэжьэну. Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхур дэкІыпІэ задэм дэкІуей машинэм и шофёрым ебгъэщхь хъунущ. Машинэм и моторыр мыункІыфын щхьэкІэ шофёрым скорость нэхъ лъахъшэ Іуидзэн хуейщ. ДауикІ, машинэр нэхъ хуэму кІуэнущ, ауэ къэувыІэнукъым. Абы ещхьу, зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум къыгуроІуэ нэхъ хуэм зыщищІын хуейр дапщэщми, адэкІи Иеговэ хуэлэжьэфын икІи нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуфын щхьэкІэ (Флп. 4:5).

7. Барзиллай и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжыр сыткІэ къигъэлъэгъуа?

7 Барзилла́й и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Пащтыхь Даут и унэм пщІэ зыпылъ къалэнхэр щигъэзэщІэну Барзиллай къыщригъэблэгъам щыгъуэ ар илъэс 80 хъут. Барзиллай и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэти, а къалэныр хуэмыфащэу жиІащ. Абы къыгурыІуэт и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ а къалэныр игъэзэщІэну зэрыхузэфІэмыкІынур икІи езым и пІэкІэ ныбжькІэ нэхъ щІалэ Кимга́м къыздищтэну Даут жриІащ (2 Сам. 19:35—37). Барзиллай хуэдэу, зи ныбжь хэкІуэта къуэшхэм яфІэфу щІалэщІэхэм Іэмал ират Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэну.

Царь Давид показывает Соломону материалы, которые он заготовил для строительства храма.

ЩІалэщІэ Сэлмэн Алыхьым и унэшхуэр иухуэну Иеговэ унафэ ищІар пащтыхь Даут диІыгъащ (8-нэ абзацым феплъ.)

8. Пащтыхь Даут Алыхьым и Унэшхуэр ищІыну щыхэтам щыгъуэ и зэфІэкІым гъунэ зэриІэр къызэрыгурыІуэр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

8 Пащтыхь Даути щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар щІэхъуэпст Иеговэ унэшхуэ хуиухуэну. Ауэ апхуэдэ щІыхьыр Иеговэ щІалэщІэ Сэлмэн зэрыхуигъэфэщар Даут къыщищІам щыгъуэ а унафэм арэзы техъуащ икІи а ухуэныгъэмкІэ и къуэм дэІэпыкъун щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ищІащ (1 Лет. 17:4; 22:5). Сэлмэн зэрыщІалэм къыхэкІкІэ а къалэныр езым нэхъыфІу хуэгъэзэщІэну Даут егупсыстэкъым (1 Лет. 29:1). Абы къыгурыІуэт а Іуэхум и ехъулІэныгъэр ар зыухуэну цІыхухэм я ныбжьымрэ я зэфІэкІымрэ елъытауэ зэрыщымытыр, атІэ Иеговэ елъытауэ зэрыщытыр. Ди зэманми зи ныбжь хэкІуэта Иеговэ и лэжьакІуэхэм Даут щапхъэ трах. Абыхэм я къалэнхэм захъуэжауэ щытми, ахэр егугъуу Иеговэ хуолажьэ. Зи ныбжь хэкІуэтахэм шэч лъэпкъ къытрахьэкъым абыхэм ягъэзащІэу щыта къалэнхэр щІалэгъуалэм ягъэзэщІэну Иеговэ зэрадэІэпыкъунум.

9. Филиалым и комитетым щылажьэ ди къуэшым и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжыр дауэ къызэригъэлъэгъуар?

9 Ди зэманми и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжым теухуауэ Сигэо зи цІэ къуэшым щапхъэфІ игъэлъэгъуащ. 1976-нэ гъэм ар илъэс 30 хъууэ филиалхэм ящыщ зым и комитетым щылэжьэну абы хуагъэфэщащ. Абы иужь 2004-нэ гъэм Сигэо филиалым и комитетым и координатору лэжьэн щІидзащ. Ауэ зэман гуэр дэкІа иужь абы къыгурыІуащ и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ а къалэныр игъэзэщІэну къызэрытехьэлъэр. Абы и гурыщІэхэр Иеговэ хуиІуэтащ икІи, а къалэныр къуэш нэхъ щІалэм и пщэ далъхьэмэ, нэхъыфІу къилъытащ. Сигэо а къалэныр къигъэнауэ щытми, ар адэкІи филиалым и комитетым и къарум къызэрихькІэ доІэпыкъу. Барзиллай, пащтыхь Даут, ди къуэш Сигэо сымэ я щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Іэдэбагъ зыхэлъ икІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхум и акъылыр зытриухуэр щІалэгъуалэм яхуримыкъу щІэныгъэракъым, атІэ яІэ зэфІэкІхэращ. Ар абыхэм пеуэкъым, атІэ ифІэфІу долажьэ (Прит. 20:29).

ФІЫЩІЭ ЗЫЩІ ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ

10. Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр щІалэгъуалэм дапхуэдэу зэрахущытыр?

10 Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм щІалэгъуалэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэу ялъытэ икІи абыхэм щхьэкІэ фІыщІэ хуащІ. Абыхэм я къарур нэхъ мащІэ хъуурэ макІуэ, абы къыхэкІкІэ зи къару илъыгъуэ къуэш, шыпхъухэм зэхуэсымрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ пыщІа лэжьыгъэр ягъэзэщІэну зэрыхьэзырым щхьэкІэ фІыщІэ хуащІ.

11. НэІумий теухуа хъыбарым дауэ къызэригъэлъагъуэр зи ныбжь хэкІуэтахэм фІыщІэ ящІу щІалэгъуалэр зэрызыдагъэІэпыкъун хуейр? (Руфэ 4:13—16, Руфэ, 2009).

11 НэІумий и гъащІэм теухуа хъыбарыр — ар зи ныбжь хэкІуэта цІыхум щІалэгъуалэм къыбгъэдэкІ дэІэпыкъуэгъур фІыщІэ зэрищІ хъуным и щапхъэфІщ. ЯпэщІыкІэ НэІумий зи щхьэгъусэр лІа и нысэ Руфэ елъэІут и лъэпкъым деж игъэзэжыну. Ауэ Руфэ и гуащэр къигъэнэн идэтэкъым икІи и гъусэу Бэтлэхьэм кІуэну тригъэчыныхьт. Абы иужь НэІумий и нысэм жиІэм арэзы техъуащ икІи абы и дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб ищІакъым (Руфэ 1:7, 8, 18, Руфэ, 2009). Апхуэдэу а цІыхубзитІым я гъащІэм фІыкІэ зихъуэжащ! (Къеджэ Руфэ 4:13—16, Руфэ, 2009.) Зи ныбжь хэкІуэтахэм НэІумий щапхъэ трахыну Іэдэбагъыр къадэІэпыкъунущ.

12. Апостол Паул фІыщІэ зыхуищІар хэт икІи сыт щхьэкІэ?

12 Апостол Паули къуэш, шыпхъухэр къызэрыдэІэпыкъум щхьэкІэ фІыщІэ яхуищІт. Псалъэм папщІэ, Паул Филиппи дэсхэм письмо щахуитхам щыгъуэ зыхуэныкъуэмкІэ ахэр къызэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ фІыщІэ яхуищІащ (Флп. 4:16). Тимофей къызэрыдэІэпыкъуари абы лъапІэу илъытэт (Флп. 2:19—22). Паул Іэхъулъэхъу ящІауэ Рим щашэм щыгъуи ар зыгъэгушхуэну къэкІуа къуэшхэм щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ хуищІащ (Апост. 28:15). Апостол Паул псэемыблэжу Алыхьым хуэлажьэт: абы километр мин бжыгъэ зэпичт зэхуэсхэм дэІэпыкъун икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэтын щхьэкІэ. Ауэ, апхуэдэ лэжьыгъэшхуэр зэригъэзащІэм емылъытауэ, абы къуэш, шыпхъухэм я дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб ищІакъым.

13. ЩІалэгъуалэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуащІыр зи ныбжь хэкІуэтахэм дауэ къызэрагъэлъэгъуэфынур?

13 Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэ, фи зэхуэсым хэт щІалэгъуалэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэфщІын Іэмал куэд фиІэщ. МашинэкІэ зыщІыпІэ фашэну, тыкуэным фхуэкІуэну е нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ къывдэІэпыкъуну ахэр хуейуэ щытмэ, я дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб фымыщІ. Ар езы Иеговэ къыбгъэдэкІыу къэфлъытэ. Абы нэмыщІ щІалэгъуалэр фэ ныбжьэгъуфІ къыфхуэхъуфынущ. Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ абыхэм сыт щыгъуи фадэІэпыкъу. Ахэр егугъуу хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэхуэсым и Іуэхухэмрэ зэрыхэтыр флъэгъуну фызэригуапэр щІэх-щІэхыурэ яжефІэ. Абыхэм фепсэлъэн икІи фи ІущагъымкІэ фадэгуэшэн щхьэкІэ зэманым фыщымысхь. Апхуэдэу фэ къэвгъэлъэгъуэнущ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэфщІыр абы щІалэгъуалэр зэхуэсым къызэрыришэлІам щхьэкІэ (Ин. 6:44; Кол. 3:15; 1 Фес. 5:18).

ЦІЫХУ ХЬЭЛЭЛУ ФЫЩЫТ

14. Пащтыхь Даут хьэлэлагъ дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар?

14 Пащтыхь Даут и щапхъэм зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр иджыри зы мыхьэнэшхуэ зиІэ хьэл-щэным хуигъэсэфынущ — ар хьэлэлагъыращ. Иеговэ и унэшхуэр яухуэн щхьэкІэ Даут и мылъкум щыщу тыгъэшхуэ ищІащ (1 Лет. 22:11—16; 29:3, 4). ИкІи а ухуэныгъэм щхьэкІэ щІыхь псори и къуэ Сэлмэн къызэрылъысынум Даут къигъэувыІакъым. Ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм дыхэтыну щытхузэфІэмыкІыжым дежи дэ Іэмал диІэщ арэзыуэ тты ахъшэмкІэ а Іуэхур адэкІи дгъэкІуэтэну. Абы нэмыщІ дэ зэдгъэгъуэта ІущагъымкІэ щІалэгъуалэм дыдэгуашэ хъунущ.

15. Тимофей теухуауэ апостол Паул хьэлэлагъыр дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар?

15 Апостол Паули цІыху хьэлэлу щытащ. Абы Тимофей къригъэблэгъащ и гъусэу миссионер лэжьыгъэм хэтыну. Паул и зэманым щымысхьу Тимофей игъасэт Іэзэу хъыбарыфІыр игъэІуну икІи цІыхухэр иригъэджэну (Апост. 16:1—3). Абы и фІыгъэкІэ Тимофей ехъулІэныгъэ иІэу хъыбарыфІыр игъэІуащ икІи Паул зыхуригъэджам нэгъуэщІхэри хуригъэджэфу хъуащ (1 Кор. 4:17).

16. Ди къуэш Сигэо адрей къуэшхэр сытыт щІигъасэр?

16 Ди зэманми зи ныбжь хэкІуэтахэм я къалэнхэм нэхъ щІалэхэр хурагъасэ. Ахэр шынэкъым я къалэнхэр яфІэкІуэдыну икІи мыхьэнэ зиІэ лэжьыгъэ абыхэм афІэкІа ирамытыну. Псалъэм папщІэ, ди къуэш Сигэо илъэс куэдым къриубыдэу комитетым хэт къуэш нэхъ щІалэхэр езым игъэзащІэ къалэнхэм хуригъэсащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар щыпсэу къэралым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Іуэхум зыгуэр зэран хуэхъуну хуейтэкъым. Сигэо и къалэнхэр къытехьэлъэу щыхъуам щыгъуэ абы фІыуэ игъэса къуэш нэхъ щІалэм координаторым и лэжьыгъэр игъэзащІэу щІидзащ. Сигэо илъэс 45-м щІигъуауэ филиалым и комитетым щолажьэ икІи ар адэкІи къуэш нэхъ щІалэхэм ядоІэпыкъу. Алыхьым и лъэпкъым апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр зэрыхэтыр сыту насыпышхуэ!

17. Лука 6:38 зэритымкІэ, зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм сыт ящІэ хъунур?

17 Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, фэ фи гъащІэмкІэ къывогъэлъагъуэ Иеговэ пэжу ухуэлэжьэным нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр. Библием ит принципхэр къафщІэу абыхэм фытету фыпсэун щхьэкІэ фэ къаруушхуэ ефхьэлІащ. Ар абы зэрыхуэфащэр фи щапхъэм къегъэлъагъуэ! Фэ фІы дыдэу фощІэ организацэр япэм щыгъуэ зэрылажьэу щытар икІи зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм зэрызыдевгъэкІун хуейр къывгуроІуэ. Ауэ фэ псым зэрызыщІэвгъауэрэ куэд мыщІамэ-щэ? Апхуэдэу щытми, щІалэгъуалэм куэдкІэ фадэІэпыкъуфынущ. Фэ фи ныбжьым пэжыр къафщІэу абы фи гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжамрэ зэвгъэгъуэта Іущагъымрэ щІалэгъуалэм сэбэп яхуэхъунущ. ЩІалэгъуалэм фи щІэныгъэмкІэ фадэгуэшэну хьэзыру фыщытмэ, Иеговэ фІыгъуэ куэд къыфхуищІэнущ. (Къеджэ Лука 6:38.)

18. Зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ щІалэгъуалэмрэ дапхуэдэу зэрызэдэІэпыкъу хъунур?

18 Зи ныбжь хэкІуэтахэми щІалэгъуалэми зэфІэкІ гуэрхэр яІэщ. Ныбжь зиІэхэм щІэныгъэмрэ Іущагъымрэ ябгъэдэлъщ, щІалэгъуалэр жыджэрщ икІи къарууфІэщ. Ахэр щызэдэуэршэрым деж зым зыр егъэгушхуэ (Рим 1:12). ЩІалэгъуалэмрэ зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ зэгъусэу зэрызэдэлажьэм нэмыщІ абыхэм я зэхуаку ныбжьэгъугъэ зэрыдэлъыр плъэгъуну гуапэщ! Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм уафэм щыІэ ди Адэм и цІэр ягъэлъапІэ икІи зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр ягъэбыдэ!

ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ Я ЩІЭНЫГЪЭМКІЭ ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ ЩЫДЭГУАШЭМ ДЕЖ МЫ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР ЯХЭЛЪЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ:

  • Іэдэбагъымрэ уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжынымрэ?

  • фІыщІэ щІыным?

  • хьэлэлагъым?

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

a Ди зэхуэсхэм псэемыблэжу Иеговэ хуэлажьэ щІалэгъуалэ куэд зэрыхэтыр сыту фІы! Щыпсэу щІыпІэм къекІуэкІ хабзэхэм емылъытауэ зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр щІалэгъуалэм дэІэпыкъун хуейщ ахэр я къарум къызэрихькІэ Иеговэ хуэлэжьэфын щхьэкІэ.

b СУРЭТЫР. Районым и нэхъыжьыр илъэс 70 щрикъуам щыгъуэ абырэ и щхьэгъусэмрэ зэхуэсхэм ящыщ зым щылэжьэну къалэныщІэ къратащ. Иджы ахэр я щІэныгъэмкІэ я зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм ядогуашэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын