ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Сентябрь н. 2—7
  • Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу флъытэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу флъытэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТА И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ЛЪАПІЭУ ЩІИЛЪЫТЭР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ КЪАЛЭНХЭР И ОРГАНИЗАЦЭМ ЩАХУИГЪЭФЭЩАЩ
  • НАЛКЪУТНАЛМЭСХЭМ ФАБЛЭМЫКІ!
  • Уи ныбжьыр хэкІуэтами, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэд
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • ЩІалэгъуалэр лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • «Иеговэ бгъэлъэгъуа лъагъуныгъэр щыгъупщэкъым»
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Сентябрь н. 2—7

35 СТАТЬЯР

Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу флъытэ

«Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ» (ПРИТ. 16:31).

138-НЭ УЭРЭДЫР «Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ!»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Притчи 16:31 зэритымкІэ, зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

АМЕРИКЭМ, Арканза́с штатым и национальнэ паркым къекІуалІэ цІыхухэр налмэс мывэ лъапІэхэм щрохьэлІэ. А мывэхэм щыщ языныкъуэхэр щІы щхьэфэ дыдэм телъщ икІи ахэр мывэ къызэрыгуэкІхэм ещхьщ. Абы къыхэкІкІэ, куэдым ахэр ялъагъуми, абыхэм гулъытэ хуащІкъым икІи я пащхьэм налкъутналмэс илъу ягу къэкІыххэкъым!

2 Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэр апхуэдэ мывэ лъапІэхэм ебгъэщхь хъунущ. Абыхэм уасэ яІэкъым! Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ тхъугъэм цІыхур зэригъэдахэр. (Къеджэ Притчи 16:31; 20:29, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Дэ а налкъутналмэсхэм я лъапІагъым тыншу гу лъыдмытэнкІэ хъунущ. Ауэ абыхэм я дахагъэр тлъагъуу зедгъасэу щытмэ, сыт хуэдэ мылъкум нэхъри нэхъ лъапІэ налмэсхэр къэдгъуэтынущ. Абы щхьэкІэ мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: 1) Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр лъапІэу щІилъытэр сыт? 2) Сыт хуэдэ къалэн Иеговэ абыхэм яхуигъэфэщар? 3) Абыхэм я щапхъэм нэгъэсауэ сэбэпынагъ хэтхын щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур?

ИЕГОВЭ ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТА И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ЛЪАПІЭУ ЩІИЛЪЫТЭР СЫТ?

Пожилой брат общается с детишками в Зале Царства и рассматривает их рисунки.

Иегови абы и лъэпкъым дежкІи зи ныбжь хэкІуэта лэжьакІуэ пэжхэр лъапІэу щытщ (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр лъапІэу щІилъытэр сыт? (Псалом 92:12—15).

3 Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр фІыщэу елъагъу. Абы ахэр фІыуэ ецІыху икІи абыхэм я хьэл-щэн дахэхэр лъапІэу елъытэ. Зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэм зрагъэгъуэта ІущагъымкІэ нэхъ щІалэу щытхэм щадэгуашэм деж Иеговэ ар игу ирохь (Иов 12:12; Прит. 1:1—4, Гъэс.). Абы нэмыщІ Иеговэ и дежкІэ абыхэм я теубыдагъэр лъапІэу щытщ (Мал. 3:16). Ахэр гугъуехь куэдым пэщІэхуами, Иеговэ хуаІэ фІэщхъуныгъэр яхъумащ. Абыхэм я гугъапІэм и нурыр пэжыр къыщащІа махуэм нэхърэ нэхъ ину мэлынд. Иджыри Иеговэ ахэр фІыщэу елъагъу, я ныбжьым емылъытауэ, Алыхьым и цІэм теухуауэ адрейхэм жраІэн зэрыщамыгъэтым щхьэкІэ. (Къеджэ Псалом 92:12—15.)

4. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм гупсэхугъуэ сыт къезытыфынур?

4 Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэ, Иеговэ хуэфщІауэ хъуар зэрыщымыгъупщэм шэч лъэпкъ къытевмыхьэ! (Евр. 6:10). Фэ псэемыблэжу хъыбарыфІ гъэІуным фызэрыхэтым уафэм щыІэ ди Адэр егъэгуфІэ. Фи гъащІэм гугъуехь куэдым фыпэщІэхуащ икІи иныкъуэхэм деж ахэр егъэлеяуэ гугъут, ауэ лІыгъэ фхэлъу абыхэм фыпэщІэтащ. А илъэсхэм къриубыдэу фэ Библием ит Алыхьым и хабзэхэм фытетащ, мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр зэхуэсым щывгъэзэщІащ икІи нэгъуэщІхэм Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну фадэІэпыкъуащ. Фэ псынщІэу зызыужь Иеговэ и организацэм фыкъыкІэрымыхун щхьэкІэ флъэкІыу хъуар фщІащ икІи полновременнэ лэжьыгъэм хэтхэм фадэІэпыкъуащ. Пэжагъ вгъэлъэгъуам щхьэкІэ ди Алыхь Иеговэ фІыщэу фыкъелъагъу икІи зэи фыкъызэримыгъэнэнымкІэ фыкъегъэгугъэ! (Пс. 37:28). Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ зыкъыфхуегъазэ: «Фи щхьэцри тхъуху сэ щІэгъэкъуэн сыфхуэхъунущ» (Ис. 46:4). Аращи, фи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ Иеговэ и организацэм щывгъэзащІэ къалэнхэм мыхьэнэшхуэ ямыІэу фегупсысыну фымыпІащІэ. ДауикІ, фэ фщІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ!

ИЕГОВЭ ЗИ НЫБЖЬ ХЭКІУЭТАХЭМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ КЪАЛЭНХЭР И ОРГАНИЗАЦЭМ ЩАХУИГЪЭФЭЩАЩ

5. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм ягу ирагъэлъын хуейр сыт?

5 Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и организацэм куэд щащІэфынущ. Абыхэм япэм яІа къарум хуэдиз ямыІэжми, Иеговэ куэд щІауэ зэрыхуэлажьэм къыхэкІкІэ Іущагъ ябгъэдэлъщ. Иджыпстуи Иеговэ абыхэм къалэн зэмылІэужьыгъуэ куэд ягъэзэщІэну хуегъэфащэ. АдэкІэ зэпкърытхыну щапхъэхэр абы щыхьэт тохъуэ.

6, 7. Библием зи гугъу ищІ зи ныбжь хэкІуэта Иеговэ и лэжьакІуэхэр абы хуэпэжу къызэрынам щхьэкІэ и нэфІыр дапхуэдэу ящыхуами къыжыфІэж.

6 Зи ныбжь хэкІуэта Иеговэ и лэжьакІуэ пэж куэдым Библиер топсэлъыхь. Абыхэм я ныбжьым емылъытауэ, пщІэ зыпылъ къалэн куэд ягъэзащІэт. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Мусэ израил лъэпкъым и Іэтащхьэу икІи бегъымбару щигъэувам ар илъэс 80 хуэдиз хъут. Бегъымбар Данили, илъэс 90-м щІигъуа пэтми, Иеговэ дзыхь къыхуищІт и псалъэхэр нэгъуэщІхэм яжриІэну. Апостол Иуани и ныбжьыр илъэс 90-м нэблэгъат Иеговэ Апокалипсис тхылъыр абы щригъэтхам щыгъуэ.

7 Абыхэм нэмыщІ Библиер Иеговэ и лэжьакІуэ пэж куэдым топсэлъыхь. А цІыхухэм теухуауэ дэ тщІэр мащІэщ икІи Библием еджэхэм абыхэм гу лъамытэххэнкІэ хъунущ. Ауэ езы Иеговэ абыхэм гу лъимытэу къэнакъым икІи я пэжагъым щхьэкІэ и нэфІ ящыхуащ. Псалъэм папщІэ, «щыпкъагъэри Тхьэм и фІэлІыкІыри зигу илъ» Симеон Библиер зэрытепсэлъыхьыр зэзакъуэщ. Абы емылъытауэ, Иеговэ ар фІыуэ ицІыхут икІи пщІэшхуэ абы хуищІащ: Хьисэ сабий цІынэу щыщытам иригъэлъэгъуащ икІи абырэ и анэмрэ теухуауэ къэхъун хуея псалъэхэр жригъэІащ (Лк. 2:22, 25—35). Аннэ зи цІэ бегъымбар цІыхубзым и щапхъэми деплъынщ. Ар фызабэт икІи илъэс 84 зэрыхъуам щхьэкІэ къэмынэу «Тхьэм и унэшхуэм къыщІэмыкІыу» абы хуэлажьэт. Аннэ ди зэманым псэуамэ, зы зэІущІи блимыгъэкІыу жыпІэ хъунут. Абы щхьэкІэ Иеговэ Аннэ и нэфІ щыхуэри, абыи Хьисэ сабий цІынэу щыщытам илъэгъуну Іэмал иритащ. Шэч хэмылъу, Симеони Анни Иеговэ лъапІэу илъытэт (Лк. 2:36—38).

Лоис Дидур на своём рабочем месте в украинском филиале.

Зи ныбжьыр илъэс 80-м щІигъуа Лоис Дидур адэкІи Иеговэ пэжу хуолажьэ (8-нэ абзацым феплъ.)

8, 9. Фызабэхэр къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу щапхъэ яхуэхъуфыну?

8 Ди зэманми зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр нэхъ щІалэхэм щапхъэфІ яхуохъу. Ди шыпхъу Ло́ис Ди́дур и щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар илъэс 21 щыхъуам щыгъуэ специальнэ пионеру Канадэм щылэжьэн щІидзащ. ИтІанэ ар и щхьэгъусэ Джон и гъусэу районнэ лэжьыгъэм илъэс куэдкІэ хэтащ. Абы иужь ахэр илъэс 20-м щІигъукІэ Канадэм щыІэ Вефилым щылэжьащ. Лоис илъэс 58 щыхъум щыгъуэ Джонрэ абырэ Украинэм Іэпхъуэу Иеговэ щыхуэлэжьэну Іэмал зэраІэр къыжраІащ. Абыхэм ар дауэ къащыхъуа? ДауикІ, куэдыр тегушхуэнутэкъым апхуэдэ ныбжьым иту нэгъуэщІ къэралым Іэпхъуэну, ауэ ахэр гуфІэжу абы арэзы техъуащ. Джон Украинэм щыІэ филиалым и комитетым щылэжьэну къыхуагъэфэщащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэсибл дэкІа иужь ар дунейм ехыжащ, ауэ Лоис а филиалым адэкІи щылэжьэну унафэ ищІащ. Иджыпсту, илъэс 81 зэрыхъум емылъытауэ, ар Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ икІи Вефилым щыІэ къуэш, шыпхъухэм ар фІыщэу ялъагъу.

9 ДауикІ, Лоис хуэдэ ди шыпхъу фызабэхэр япэм я щхьэгъусэхэр щыпсэуам хуэдэу цІыхухэм куэдрэ хэмыхьэжынкІэ хъунущ. Ауэ абы къикІкъым ахэр «налкъутналмэс» лъапІэу щымытыжу. Иеговэ апхуэдэ шыпхъухэм фІыщІэшхуэ яхуещІ ахэр илъэс куэдкІэ я щхьэгъусэхэм дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуам икІи иджыпстуи теубыдагъэ зэрагъэлъагъуэм щхьэкІэ (1 Тим. 5:3). Абы нэмыщІ а шыпхъухэм нэхъ щІалэхэр ягъэгушхуэ.

10. Тони сыт хуэдэ щапхъэфІ дигъэлъагъурэ?

10 Зи ныбжь хэкІуэтахэр щызэрахьэж унэхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэри дэ лъапІэу долъытэ. Псалъэм папщІэ, США-м щыщ Тони иджыпсту апхуэдэ унэм щопсэу. Ар 1942-нэ гъэм, шыщхьэІум илъэс 20 хъууэ псым зыщІигъэуащ. Куэд дэмыкІыу Тони нейтралитетым зэрытетым щхьэкІэ илъэситІрэ ныкъуэкІэ тутнакъым ягъэтІысащ. Абырэ и щхьэгъусэ Хи́льдэрэ я бынитІыр Библием ит пэжым тету япІащ. А илъэсхэм къриубыдэу Тони «председательствующий надзиратель» жыхуаІэм и къалэныр игъэзэщІащ (зэхуэсым и нэхъыжьхэм я координаторым япэм апхуэдэущ зэреджэу щытар) икІи районнэ конгрессхэм и нэхъыжьу щытащ. Абы нэмыщІ зы тутнакъ гуэрым зэІущІэхэр щригъэкІуэкІт икІи абы ис цІыху зыбжанэ Библием иригъаджэт. Иджыпсту Тони илъэс 98 мэхъу, ауэ, абы емылъытауэ, зигъэпсэхун Іуэху зэрихуэкъым. Абы иджыпстуи Иеговэ и лэжьыгъэм хэтын икІи и зэхуэсым дэлэжьэн щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ещІэ.

11. Сыт щыгъуи дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

11 Сыт щыгъуи дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэр апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм доІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну, абы нэмыщІ зэІущІэхэм къэкІуэну е программэм едэІуэну. Дэри Іэмал диІэщ абыхэм я деж дыкІуэу дащІэупщІэну е видеосвязькІэ депсэлъэну. Псом хуэмыдэу дэ гулъытэ хуэтщІыну дыхуейщ я зэхуэсым пэжыжьэу псэу ди къуэш, ди шыпхъухэм, псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэ Іыхьлыхэм я гъусэу е зи ныбжь хэкІуэтахэр щызэрахьэж унэхэм щыпсэухэм. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр тщымыгъупщэн щхьэкІэ абыхэм гулъытэ яхуэтщІын хуейщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэр я щхьэм тепсэлъыхьыжыну есакъым е мэукІытэ. Ауэ а къуэш, шыпхъухэм дадэуэршэрын щхьэкІэ зэманым дыщымысхьу щытмэ икІи ахэр Иеговэ зэрыхуэлэжьа илъэсхэм теухуауэ къыддэгуэшэну делъэІумэ, дэ сэбэп къытхуэхъун куэд къэтщІэнущ.

12. Ди зэхуэсым сыт хуэдэ налкъутналмэсхэр къыщыдгъуэтыфыну?

12 Ди зэхуэсым хэт зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхумэ, абыхэм фІэщхъуныгъэшхуэ зэрагъэлъэгъуам теухуауэ къатщІэр дэ тфІэгъэщІэгъуэн хъуну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Ха́рриетт 1920-нэ гъэхэм псым зыщІигъэуащ икІи илъэс куэдкІэ штат Нью-Джерси (США-м) щыІэ и зэхуэсым Иеговэ щыхуэлэжьащ. ИужькІэ ар и пхъум деж Іэпхъуащ. Ди шыпхъу Харриетт здэкІуа зэхуэсыщІэм щыщ къуэшхэм ар щызрагъэцІыхуам щыгъуэ абыхэм къагурыІуащ а шыпхъур налкъутналмэсым зэрыхуэдэр. Абы псым зыщІигъэуа иужь къыщыщІа Іуэхугъуэхэр къуэшхэм икъукІэ ягъэщІэгъуащ. А зэманым Харриетт хъыбарыфІыр игъэІуну щыкІуэм деж, полицэм яубыдыну шынагъэ зэрыщыІэм къыхэкІкІэ, сыт щыгъуи дзэлъэщІыр къыздищтэт. ИкІи 1933-нэ гъэм ар тхьэмахуэкІэ исыну тІэу тутнакъым ягъэтІысащ. Абы и щхьэгъусэр, Иеговэ и Щыхьэту щымытами, и лъэныкъуэр иІыгът икІи ар тутнакъым щисам щыгъуэ я бынищым кІэлъыплът. ДауикІ, Харриетт хуэдэ зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу тлъытэну яхуэфащэщ!

13. Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ къалэн яхуигъэфэща?

13 Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн и зэхуэсым щагъэзэщІэну яхуигъэфэщащ. Абыхэм я гъащІэм къриубыдэу мызэ-мытІэу ялъэгъуащ Иеговэ и организацэм икІи и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъур. А къуэш, шыпхъухэр щыщыуаи къэхъуащ, ауэ я щыуагъэхэм дерс къыхахт. Абыхэм я Іущагъыр лъапІэу флъытэ икІи фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп (Прит. 18:4). Ахэр нэхъыфІу зэвгъэцІыхуу щытмэ, фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ фщІынущ икІи куэдым зевгъэсэфынущ.

НАЛКЪУТНАЛМЭСХЭМ ФАБЛЭМЫКІ!

Пророк Илья общается с Елисеем. Коллаж на тему «Как мы можем учиться у пожилых». 1. Супружеская пара навещает в доме престарелых пожилого брата и внимательно его слушает. 2. Братья и сёстры пришли домой к пожилой сестре и вместе смотрят её фотоальбом, а также рассматривают патефон. 3. Молодой брат служит вместе с пожилым.

Елисей Иляс бегъымбарым и деж куэдым зыщригъэсащ. Апхуэдэу къуэш, шыпхъухэми зи ныбжь хэкІуэтахэм я деж куэдым зыщрагъэсэфынущ ахэр Иеговэ зэрыхуэлэжьам теухуауэ жаІэжхэм зэредаІуэмкІэ (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)

14. Второзаконие 32:7 ит псалъэхэм нэхъ щІалэхэр сытым хуагъэушрэ?

14 Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэм фепсэлъэн щхьэкІэ япэу лъэбакъуэ фчы. (Къеджэ Второзаконие 32:7.) ДауикІ, абыхэм япэм хуэдэу я нэхэр жану, я зекІуэкІэр псынщІэу, я макъри жьгъырууэ щытыжкъым. Ауэ абыхэм я гур щІалэщ икІи Иеговэ абыхэм «я цІэр фІыкІэ» къреІуэ (Эккл. 7:1). Иеговэ ахэр лъапІэу щІилъытэм и щхьэусыгъуэр зыщывмыгъэгъупщэ икІи пщІэ яхуэфщІ. Елисей иІа гупсысэкІэм хуэдэ зивгъэІэ. Абырэ бегъымбар Илясрэ зэгъусэу Алыхьым щыхуэлэжьа иужьрей махуэм къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Иляс «сыкъэгъанэ» жиІэу Елисей елъэІуа пэтми, абы ар идакъым. Елисей щэнейрэ жиІащ: «Сэ уэ укъэзгъэнэнукъым» (2 Цар. 2:2, 4, 6).

15. Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм сытым теухуауэ уеупщІ хъуну?

15 Щабэу икІи пщІэ хэлъу зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ фыщІэупщІэ (Прит. 1:5; 20:5; 1 Тим. 5:1, 2). Фэ абыхэм мыпхуэдэ упщІэхэр ефт хъунущ: «Пэжыр къызэрыбгъуэтар дауэ къызэрыбгурыІуар? Уи гъащІэм къыщыхъуа сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэра Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІар? Алыхьым узэрыхуэлажьэм къыпхуихь гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъуар?» (1 Тим. 6:6—8). Абы иужь фи упщІэхэм кърат жэуапхэм фІыуэ федаІуэ.

16. Зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ щІалэгъуалэмрэ зэрызэдэуэршэрым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьрэ?

16 Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр щІалэгъуалэм щадэуэршэрым деж ар псоми сэбэп яхуохъу (Рим 1:12). Апхуэдэм деж щІалэгъуалэм нэхъ наІуэу ялъагъу Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм и нэІэ зэратригъэтыр. Зи ныбжь хэкІуэтахэми ахэр фІыуэ зэралъагъур икІи лъапІэу зэралъытэр зыхащІэ. Абы нэмыщІ а къуэш, шыпхъухэм я фІэфІщ Иеговэ къарита ехъулІэныгъэхэм теухуауэ нэгъуэщІхэм ядэгуэшэну.

17. Зэманыр кІуэху зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъ дахэ хъууэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

17 ЦІыхум и ныбжьыр хэкІуэтэху и дахагъэри мэужьых, ауэ Иеговэ и дежкІэ абы хуэпэжхэр нэхъ дахэ хъуурэ макІуэ (1 Фес. 1:2, 3). Сыт ар апхуэдэу щІыщытыр? Ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэ зэманым къриубыдэу абы и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэныфІхэр зыхалъхьэну щагъэтакъым. А зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу къэтцІыхумэ, пщІэ яхуэтщІмэ икІи абыхэм щапхъэ ятетхмэ, ахэр лъапІэу зэрыщытыр дэ тыншу къэтлъэгъунущ!

18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

18 ЩІалэгъуалэм зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу щалъытэм деж зэхуэсыр хохъуэ икІи ехъулІэныгъэ иІэ мэхъу. Ауэ зи ныбжь хэкІуэтахэми щІалэгъуалэр лъапІэу ялъытэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ ар абыхэм дапхуэдэу ящІ хъунуми.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэ пэжхэр лъапІэу щІилъытэр сыт?

  • Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм зэхуэсым сыт хуэдэ къалэн щагъэзащІэр?

  • ЩІалэгъуалэм зи ныбжь хэкІуэтахэр нэхъыфІу зэрызрагъэцІыхум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьрэ?

144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

a Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэр налкъутналмэсхэм хуэдэщ. Мы статьям дыхуигъэушынущ ахэр адэкІи лъапІэу тлъытэну икІи абыхэм щхьэкІэ фІыщІэ тщІыну. Дэ къэтщІэнущ абыхэм я деж зыщыдгъэсэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. Абы нэмыщІ мы статьям зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжынущ абыхэм Иеговэ и организацэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэрыщагъэзащІэр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын