ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Сентябрь н. 14—19
  • «Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнущ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнущ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • АГГЕЙ И ЗЭМАНЫМ ЩЫІА УЗЫГЪЭГУШХУЭ ХЪЫБАРЫР
  • ИЕГОВЭ ДИ ЗЭМАНЫМ ЩІЫЛЪЭР «ЗЭЩІЕГЪЭСЫСЭ»
  • ИЕГОВЭ ЩІЫЛЪЭР «ЗЭРЫЗЭЩІИГЪЭСЫСЭМ» КЪЫПЭКІУЭ ФІЫГЪУЭР
  • МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УНАФЭ КЪЭТЩТЭНЫМ И ЗЭМАНЩ
  • ИЕГОВЭ УАФЭМРЭ ЩІЫЛЪЭМРЭ «ЗЫЩІИГЪЭСЫСЭНУЩ»
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Сентябрь н. 14—19

37 СТАТЬЯР

«Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнущ»

«Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнурэ лъэпкъыу хъуам я налкъутналмэсхэр мы унэм къэкІуэнущ» (АГГ. 2:7).

24-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Аггей бегъымбарым щІыхъейм ебгъэщхь хъуну сыт хуэдэ Іуэхугъуэм и гугъу ищІауэ щыта?

2015-НЭ ГЪЭМ Непал къэралым щІыр щыхъеям щыгъуэ, ар зи нэгу щІэкІа цІыхухэм мыпхуэдэ псалъэхэр жаІащ: «Дакъикъэ зыбжанэм тыкуэнхэмрэ унэжьхэмрэ щыщ къахэмынэу зэтещэщащ». «Псори гужьеят... Куэдым жаІэт ар дакъикъэ зытІущкІэ фІэкІа емыкІуэкІауэ, ауэ абы кІэух имыІэу сэ къысщыхъут». Апхуэдэ гузэвэгъуэ фэри фи нэгу щІэкІамэ, ар щІэх фщыгъупщэну къыщІэкІынкъым.

2 Ауэ иджыпсту ди зэманым къэхъур апхуэдэ щІыхъейм ебгъэщхь хъунущ. А щІыхъейр зылъэІэсыр къалэ е къэрал гуэркъым, атІэ дунейм тет лъэпкъ псоми лъоІэс икІи илъэс куэд щІауэ йокІуэкІ. Ар къызэрыхъуным теухуауэ Аггей бегъымбарым мыпхуэдэу итхат: «Дзэхэм я Алыхь Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: „Куэд мыщІэу сэ иджыри зэ уафэмрэ щІымрэ, тенджызымрэ щІылъэмрэ зэщІэзгъэсысэнущ“» (Агг. 2:6).

3. Аггей зи гугъу ищІа «зэщІэгъэсысэныр» щІыхъейм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

3 Аггей бегъымбарым зи гугъу ищІ «зэщІэгъэсысэныр» псори зэтезыкъутэ щІыхъейм хуэдэкъым. Абы фІыгъуэ куэд къызэрыпэкІуэнур езы Иеговэ жеІэ: «Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнурэ лъэпкъыу хъуам я налкъутналмэсхэр мы унэм къэкІуэнущ, икІи щІыхьыр абы щІэз сщІынущ» (Агг. 2:7). Аггей и зэманым щыпсэуа цІыхухэм я дежкІэ а псалъэхэм къикІыр сытыт? Ди дежкІэ а псалъэхэм сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэм дытепсэлъыхьынущ, абы нэмыщІ къэтщІэнущ лъэпкъхэр «зэщІэгъэсысэн» жыхуиІэ Іуэхугъуэм дапхуэдэу дыхэт хъунуми.

АГГЕЙ И ЗЭМАНЫМ ЩЫІА УЗЫГЪЭГУШХУЭ ХЪЫБАРЫР

4. Иеговэ и лъэпкъым деж бегъымбар Аггей щІигъэкІуар сыт?

4 Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн Аггей бегъымбарым иритащ. Абы ипэкІэ къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Ди эрэм ипэ 537-нэ гъэм Бабилэн пщылІыпІэм къикІыжу Ерусалим къэзыгъэзэжа цІыхухэм Аггей яхэтауэ къыщІэкІынущ. Куэд дэмыкІыу Алыхьым хуэпэж а цІыхухэр Иеговэ и унэр зэфІагъэувэжыну иужь ихьащ икІи абы и лъабжьэр ягъэтІылъащ (Езд. 3:8, 10). Ауэ я гъунэгъу лъэпкъхэр къазэрыпэщІэувэм къыхэкІкІэ абыхэм а лэжьыгъэр къагъэнащ (Езд. 4:4; Агг. 1:1, 2). Аращ ди эрэм ипэ 520-нэ гъэм Иеговэ Аггей журт цІыхухэр игъэгушхуэну къалэн щІритар абыхэм ухуэныгъэр икІэм нагъэсын щхьэкІэ (Езд. 6:14, 15)b.

5. Аггей жиІа хъыбарым израил лъэпкъыр щІигъэгушхуэн хуейр сытыт?

5 Израил лъэпкъым Иеговэ хуаІэ фІэщхъуныгъэр Аггей жиІа хъыбарым игъэбыдэн хуейт. Бегъымбарым лІыгъэ хэлъу зи лъэ щІэхуахэм мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ зыхуигъэзащ: «„ЛІыгъэ зыхэгъэлъ, мы щІылъэм щыпсэу лъэпкъ, — жеІэ Иеговэ, — икІи лэжьыгъэм пэрыувэ“. „Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ срыуигъусэщ“, — жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ» (Агг. 2:4). Гу лъыфтэ: езы Иеговэ дзэхэм я Алыхьу щыту жеІэ. Сыт щхьэкІэ? Апхуэдэу Иеговэ журт лъэпкъым игу къигъэкІыжыну хуейт абы дзэшхуэ хъу мелыІычхэр зэриІэр. Абы къыхэкІкІэ журт лъэпкъым ехъулІэныгъэ яІэн щхьэкІэ я Алыхьым нэгъэсауэ дзыхь хуащІын хуейт.

6. Иеговэ лъэпкъыу хъуар «зэщІигъэсысэну» иІа мурадым сытыт къыпэкІуэн хуеяр?

6 Бегъымбар Аггей къигъэсэбэпу Иеговэ жиІащ: «Сэ лъэпкъ псори зэщІэзгъэсысэнущ». Апхуэдэу зи лъэ щІэхуа журт лъэпкъыр абы къигъэгугъащ а зэманым лъэпкъ куэд зи лъабжьэ щІэта икІи дунейпсо державэу щыта Персиер «зэщІигъэсысэну». Сыт а Іуэхум къыпэкІуэн хуеяр? ЯпэщІыкІэ израил лъэпкъым Алыхьым и унэшхуэм и ухуэныгъэр икІэм нигъэсын хуейт. Абы иужь журт лъэпкъым щымыщхэри абыхэм я гъусэу унэшхуэ яухуэжам Иеговэ щыхуэлэжьэн хуейт. Шэч хэмылъу, Аггей жиІа хъыбарым Алыхьым и лъэпкъыр игъэгушхуащ! (Зах. 8:9).

ИЕГОВЭ ДИ ЗЭМАНЫМ ЩІЫЛЪЭР «ЗЭЩІЕГЪЭСЫСЭ»

1. Аггей старается воодушевить израильтян, чтобы они продолжили строить храм. 2. Братья и сёстры участвуют в информационном марше и приглашают людей на речь Джозефа Рутерфорда. На некоторых плакатах написано: «Служите Богу и Христу Царю». 3. Супруги проповедуют по телефону и при помощи писем, предлагая людям выпуск «Сторожевой башни» № 2 за 2020 год «Что такое Царство Бога?». 4. Иисус Христос и его небесная армия выступают против врагов Бога.

Дуней псор «зэщІэзыгъэсысэ» Іуэхум нэгъэсауэ ухэту пІэрэ уэ? (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)d

7. Лъэпкъ псори «зэщІэзыгъэсысэ» сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дэ дыхэт? КъыдгурывгъаІуэ.

7 Аггей и псалъэхэр ди зэманым дауэ гъэзэщІа зэрыхъур? Иеговэ аргуэру лъэпкъ псори «зэщІегъэсысэ» икІи дэри а Іуэхугъуэм дыхэтщ. Дапхуэдэу? Иджыпсту ар зэпкърытхынщ. 1914-нэ гъэм Иеговэ уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм Хьисэ Мэссихь пащтыхьу тригъэуващ (Пс. 2:6). А Пащтыхьыгъуэр къызэрыунэхуам дуней псом я пащтыхьхэм фІы лъэпкъ къахуихьыну къигъэгугъэтэкъым. Абы къигъэлъагъуэт лъэпкъхэм я зэманыр и кІэм къызэрысар, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ тригъэува пащтыхь щыщымыІэ зэманым кІэух къызэрыхуэкІуар (Лк. 21:24). Иеговэ и лэжьакІуэхэм ар къагурыІуащ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа цІыхухэм нэгъуэщІ гугъэ зэрамыІэм теухуа хъыбарыр дэни щагъэІуу щІадзащ. 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ абыхэм псэемыблэжу Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ягъэІу икІи а Іуэхугъуэм дуней псор «зэщІегъэсысэ» (Мт. 24:14).

8. Псалом 2:1—3 зэритымкІэ, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым цІыхухэм я нэхъыбэр дапхуэдэу зэрыхущытыр?

8 А хъыбарыр цІыхухэм дапхуэдэу къазэрыщыхъур? И нэхъыбэм ар ягу ирихькъым. (Къеджэ Псалом 2:1—3.) Лъэпкъхэм Иеговэ тригъэува Хьисэ пащтыхьу къалъытэну ядэкъым икІи зыкъаІэтауэ жыпІэ хъунущ. Пащтыхьыгъуэм теухуауэ дэ дгъэІур абыхэм хъыбарыфІу къалъытэкъым. Уеблэмэ, языныкъуэ къэралхэм ди лэжьыгъэр щызэхуащІащ. УнафэщІхэм ящыщ куэдым, Алыхьым хуэлажьэу жаІэми, я тепщэныгъэр къагъэнэну ягу илъкъым. Япэ лІэщІыгъуэм хуэдэу, ноби унафэщІхэм Хьисэ и гъэсэнхэр кърахуэкІ. Апхуэдэу абыхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ тригъэува пащтыхьым зэрыпэщІэувэр (Апост. 4:25—28).

9. ЦІыхухэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къызэрамыщтэм къыхэкІкІэ Иеговэ сыт ищІэр?

9 ЦІыхухэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къызэрамыщтэм къыхэкІкІэ Иеговэ сыт ищІэр? Абы и жэуапыр Псалом 2:10—12 едзыгъуэхэм къыщыдогъуэт: «Абы къыхэкІкІэ, пащтыхьхэ, зыкъэфщІэж, ущием фыщІэдэІу, щІылъэм тет хьэкумыщІэхэ. ФыфІэлІыкІыу Иеговэ фыхуэлажьэ, фыгуфІэ икІи фи гур ирепІейтей. Къуэм пщІэ хуэфщІ, Алыхьыр къыфхуэгубжьу фимыгъэкІуэдын щхьэкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и губжьыр напІэзыпІэм къэлыдыфынущ. Абы и деж хъумапІэ къэзылъыхъуэ псори насыпыфІэщ». Иеговэ и гущІэгъум къыхэкІкІэ и бийхэм зыкъащІэжыну икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр яубыдыну зэман ярет. Ауэ къэнэжа зэманыр мащІэщ. Дэ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» дыщопсэу (2 Тим. 3:1; Ис. 61:2). Аращи, цІыхухэм пэжыр къащІэн икІи Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдын хуейщ. АфІэкІа зыпІэжьэ хъунукъым!

ИЕГОВЭ ЩІЫЛЪЭР «ЗЭРЫЗЭЩІИГЪЭСЫСЭМ» КЪЫПЭКІУЭ ФІЫГЪУЭР

10. Аггей 2:7—9 ит лъэпкъ псори «зэщІэзыгъэсысэ» хъыбарым цІыхухэр дапхуэдэу зэрыхущытыр?

10 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым щІэдэІу цІыхухэри щыІэщ. Аггей зэритхам хуэдэу, Иеговэ щІылъэр «зэрызэщІигъэсысэм» и фІыгъэкІэ «лъэпкъыу хъуам я налкъутналмэсхэр... къэкІуэнущ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, зигу къабзэ цІыхухэр зэхуэсынущ зэгъусэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэc. (Къеджэ Аггей 2:7—9.) «Иужьрей махуэхэм» апхуэдэу къызэрыхъунур бегъымбар Ешайарэ Михейрэ ятхауэ щытащ (Ис. 2:2—4; Мих. 4:1, 2).

11. Ди къуэш Кен Пащтыхьыгъуэм теухуауэ япэ дыдэу щызэхихам сыт ищІар?

11 Лъэпкъ псори «зэщІэзыгъэсысэ» хъыбарым дунейпсо Іуэху зехьэпІэм щылажьэ Кен зи цІэ ди къуэшым и гъащІэр дапхуэдэу ихъуэжами къэтщІэнщ. Абы нобэр къыздэсым фІы дыдэу ещІэж илъэс 40 хуэдиз ипэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр зэрызэхихар. Кен жеІэж: «Сэ икъукІэ сыгуфІащ мы дунейм и иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур къыщысщІам щыгъуэ икІи къызгурыІуащ: Алыхьыр арэзы къысхуэхъун икІи гъащІэ мыухыж сиІэ хъун щхьэкІэ сэ мы зызыхъуэж дунейм сыщымыгугъыу Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу сыубыдын хуейщ. Сэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэри, зызмыІэжьэу нэхъ гъунэгъу зыхуэсщІыну иужь сихьащ. Мы дунейр ІэщІыб сщІыри, лъабжьэ быдэ зиІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм хъумапІэ къыщызгъуэтащ».

12. Иужьрей махуэхэм «Иеговэ и унэшхуэм» щІыхьыр дапхуэдэу щІэз зэрыхъур?

12 Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъур наІуэщ. Иужьрей махуэхэм абы и бжыгъэм куэдкІэ хэхъуащ. 1914-нэ гъэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр зыгъэІухэр минитхум щІигъуу арат, ауэ иджыпсту цІыху мелуанийм нэхърэ нэхъыбэ гурэ псэкІэ Иеговэ хуолажьэ! Абы нэмыщІ мелуан бжыгъэ хъу нэгъуэщІ цІыхухэми илъэс къэс ди гъусэу Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъапІэ. Апхуэдэу «лъэпкъыу хъуам я налкъутналмэсхэр» щІылъэм щыІэ «Иеговэ и унэшхуэм» и пщІантІэхэм дэз мэхъу. А пщІантІэхэр — ар Иеговэ дызэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ игъэува хабзэхэращ. Иеговэ и цІэр иджыри гъэлъэпІа мэхъу абы хуэлэжьэн щІэзыдзэ цІыхухэм, «щэныщІэфІыр фащэу» зрашэкІыу, я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ щыхалъхьэм деж (Еф. 4:22—24).

Братья и сёстры из разных стран с радостью проповедуют. 1. Сестра пишет письмо. 2. Супруги проповедуют по телефону. 3. Брат печатает письмо на компьютере. 4. Мама помогает дочке написать письмо.

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр Иеговэ и Щыхьэтхэм гуфІэгъуэ яІэу дуней псом щагъэІу (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Иеговэ и лъэпкъыр псынщІэу зэрыхэхъуэнум теухуауэ сыт хуэдэ бегъымбархэм иджыри ятхауэ щыта? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

13 Иеговэ и лъэпкъыр куэдкІэ зэрыхэхъуэнур зытхар бегъымбар Аггей и закъуэкъым. Абы теухуауэ Исаия тхылъым и 60-нэ псалъащхьэм 22-нэ едзыгъуэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «МащІэм мин къытехъукІынущ икІи къарууншэр лъэпкъ къарууфІэ хъунущ. Сэ сы-Иеговэщ, зэманыр къэсмэ, ар псынщІэу къэзгъэхъунущ». Апхуэдэу Алыхьым и лъэпкъым «налкъутналмэсхэр» куэду къызэрыхыхьэм къыхэкІкІэ телъыджэ гуэр къохъу. Иеговэ и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ я зэфІэкІхэмрэ я щІэныгъэхэмрэ къагъэсэбэп. Абы и фІыгъэкІэ, бегъымбар Ешайа зэритхам хуэдэу, абыхэм «лъэпкъхэм я шэр» ираф (Ис. 60:5, 16). А къуэш, шыпхъу лъапІэхэм Иеговэ и лэжьыгъэр зэрагъэкІуатэм щхьэкІэ дэ фІыщІэ худощІ. Иджыпсту 240 хъу къэралхэмрэ щІыпІэхэмрэ хъыбарыфІыр щыдогъэІу икІи ди публикациехэр бзэ 1 000 нэхърэ нэхъыбэкІэ къыдыдогъэкІ.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УНАФЭ КЪЭТЩТЭНЫМ И ЗЭМАНЩ

14. Дэтхэнэ зы цІыхуми сыт хуэдэ унафэ ищІын хуейр?

14 Ди зэманым хъыбарыфІ гъэІуным лъэпкъ псори «зэщІезыгъэсысэ» икІи цІыхухэм къахуегъэув е Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр яубыдыну е мы дунейм и унафэщІхэм щыгугъыну. Дэтхэнэ цІыхуми а унафэр ищІын хуейщ. Иеговэ и лэжьакІуэхэр щыпсэу къэралхэм я унафэхэм тету псэуми, политикэм теухуауэ нейтралитетыр яІыгъщ (Рим 13:1—7). Абыхэм ящІэ гугъуехьу щыІэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми кІэ зэрыримытыфынур. ИкІи а «Пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым» (Ин. 18:36, 37).

15. Апокалипсис тхылъым зэритымкІэ, Алыхьым дызэрыхуэпэжыр гъэунэхуа зэрыхъунур дапхуэдэу?

15 Апокалипсис тхылъым зэритымкІэ, иужьрей махуэхэм Алыхьым дызэрыхуэпэжыр гъэунэхуа хъунущ. Мы дунейм и унафэщІхэр къызэрытпэщІэтымрэ дыкъызэрырахуэкІымрэ нэхъ ткІий хъуурэ кІуэнущ. Дэ абыхэм къыттракъузэнущ я лъэныкъуэр дагъэубыдын щхьэкІэ икІи ар зымыдэхэр кърахуэкІынущ (Апок. 13:12, 15). Абыхэм «цІыху псоми — цІыкІуми инми — бейми тхьэмыщкІэми, щхьэхуитми пщылІми — я Іэ ижьхэм е я натІэхэм дамыгъэ» традзэну хагъэзыхьынущ (Апок. 13:16). Пасэрей зэманым пщылІхэм дамыгъэ традзэу щытащ ахэр зейр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Апхуэдэ дыдэу ди зэманми цІыху псоми къыхуагъэув «я натІэми» «я Іэ ижьми» дамыгъэ традзэну, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм я гупсысэкІэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ къыхэщынущ къэрал унафэщІхэм я лъэныкъуэр зэраІыгъыр.

16. Иеговэ нэгъэсауэ дыхуэпэжыным, псом хуэмыдэу иджыпсту, мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

16 Мы дунейм и унафэщІхэм я лъэныкъуэр зэрыпІыгъыр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэр къыптрагъэуэну уэ хуит пщІыну? «Хьэуэ» жыпІэмэ, гугъуехьхэм узэрыпэщІэхуэным хуэхьэзыру щыт. Библием щыжыІащ, «а дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икІи къищэхуну» хуитыныгъэ зэримыІэнур (Апок. 13:17). Ауэ а дамыгъэр зытет цІыхухэм Алыхьым сыт хуэдэ хьэкум ятрищІыхьынуми дэ дощІэ (Апок. 14:9, 10). Абы къыхэкІкІэ дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, нэгъуэщІ дамыгъэщ къыхэтхыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, дэ ди Іэм теттхэу жыпІэ хъунущ: «Сэ сызейр Иеговэщ» (Ис. 44:5). Иджыпсту псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ мыпхуэдэ упщІэ зэттыжыным: «Сэ нэгъэсауэ Иеговэ сыхуэпэж?» Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ и гум гуфІэгъуэ илъу езым ейуэ дызэрыщытыр жиІэнущ!

ИЕГОВЭ УАФЭМРЭ ЩІЫЛЪЭМРЭ «ЗЫЩІИГЪЭСЫСЭНУЩ»

17. Иеговэ и шыІэныгъэм теухуауэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

17 Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ икъукІэ шыІэныгъэшхуэ егъэлъагъуэ. Ар хуейкъым «зы цІыхуи кІуэдыну» (2 Пет. 3:9). Алыхьым цІыхухэм псоми Іэмал ярет я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну икІи Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэну. Ауэ абы и шыІэныгъэм гъунэ иІэщ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зыубыдыну хуэмейхэм фирхьэуным къыщыщІаращ къащыщІынур. Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпри фирхьэуным мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Сэ куэд щІауэ уэри, уи лъэпкъми гузэвэгъуэшхуэ къыфхуэзгъэкІуэфынут икІи щІылъэм утезгъэкІуэдыкІыфынут. Ауэ сэ уэ псэууэ укъыщІэзгъэнар си къарур уэзгъэлъэгъун икІи си цІэр щІылъэ псом щыІун щхьэкІэщ» (Исх. 9:15, 16). ИкІэм-икІэжым лъэпкъ псоми къащІэн хуейщ Иеговэ фІэкІа нэгъуэщІ Алыхь зыри зэрыщымыІэр (Иез. 38:23). Дапхуэдэу ар къызэрыхъунур?

18. 1) Аггей 2:6, 20—22 ит «зэщІэзгъэсысэнущ» жыхуиІэ псалъэм къикІыр сыт? 2) Аггей итха псалъэхэр иджыри къэхъун хуейуэ зэрыщытыр дэнэ дэ щытщІэр?

18 Къеджэ Аггей 2:6, 20—22. Илъэс щэ бжыгъэ дэкІауэ Аггей итха псалъэхэр къэкІуэну зэманым къэхъун хуейуэ зэрыщытыр Иеговэ апостол Паул иригъэтхащ. Паул япэщІыкІэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм теухуауэ етх: «ЩІылъэм и мызакъуэу, уафэри згъэхъеинущ аргуэру». Абы адэкІэ пещэ: «„Аргуэру“ жыхуиІэ псалъэм къегъэнахуэ Тхьэм игъэхъей псори — Тхьэм къигъэщІа псори — я пІэм зэрырихыжынур. Тхьэм имыгъэхъея Іуэхухэращ къызэтенэнур» (Евр. 12:26, 27). Аггей 2:7 зи гугъу ищІ «зэщІэгъэсысэныр» Паул зи гугъу ищІым къыщхьэщокІ. Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ иджыри зэ щигъэсыскІэ ар пащтыхьу къэзылъытэну хуэмейхэр, фирхьэуным хуэдэу, игъащІэкІэ игъэкІуэдынущ.

19. Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ «зэщІигъэсыса» иужь мыхъейуэ сыт къэнэнур икІи дэнэ дэ ар щытщІэр?

19 «Тхьэм имыгъэхъея Іуэхухэращ къызэтенэнур» жиІэу Паул щитхам щыгъуэ сытыт зи гугъу ищІар? Абы адэкІэ пещэ: «Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкІэ фІыщІэ хуэдвгъэщІ. ДгъэлъапІэу, фІэлІыкІ худиІэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ» (Евр. 12:28). Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ «зэщІигъэсыса» иужь мы дунеижьым щыщу сабэ фІэкІа зыри къэнэжынукъым. Ауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр «игъащІэкІэ щытынущ» икІи япэм хуэдэуи ар мыхъейуэ къэнэнущ! (Дан. 2:44; Пс. 110:5, 6).

20. ЦІыхухэм сыт хуэдэ унафэ ящІын хуейр икІи дэ абыхэм дауэ дадэІэпыкъуфыну?

20 Зэманыр нэблэгъащ! ЦІыхухэм сыт хуэдэ гъуэгу къыхахынуми унафэ ящІын хуейщ: лІэныгъэм хуэзышэра, хьэмэрэ гъащІэ мыухыжым хуэзышэра? НэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр мы дунейм и хабзэхэм тету псэуну, хьэмэрэ Алыхьыр зэрыхуейм тету я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэну? (Евр. 12:25). ХъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж дэ а мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэр цІыхухэм къащтэну дадэІэпыкъуфынущ. Алыхьым и лъэныкъуэр зыубыдын «налкъутналмэс» куэд иджыри щыІэщ. Аращи, Хьисэ Мэссихь жиІа псалъэхэр дигу илъу ахэр къэтлъыхъуэнщ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Мт. 24:14).

ИЕГОВЭ ЛЪЭПКЪХЭР «ЗЭРЫЗЭЩІИГЪЭСЫСЭНУМ» ТЕУХУАУЭ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР:

  • Псалом 2:1—3?

  • Аггей 2:7—9?

  • Аггей 2:20—22?

40-НЭ УЭРЭДЫР Хэт уэ узыхуэпсэур?

a Мы статьяр топсэлъыхь Аггей 2:7 итыр къызэрыдгурыІуэу щытам зэрызихъуэжам. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ лъэпкъ псори «зэщІэзыгъэсысэ» лэжьыгъэ гъэщІэгъуэным дызэрыхэтыфынум. ИкІи а лэжьыгъэр зигу ирихь цІыхуи зигу иримыхь цІыхуи зэрыщыІэр мы статьям къыдигъэщІэнущ.

b Аггей и къалэныр тэмэму зэригъэзэщІар нэрылъагъущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди эрэм ипэ 515-нэ гъэм Иеговэ и унэшхуэр ухуэн яухащ.

c Аггей 2:7 итыр къызэрыдгурыІуэу щытам зихъуэжащ. Лъэпкъхэр «зэрызэщІагъэсысэм» зигу къабзэ цІыхухэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну хуигъэушу япэм къэтлъытэу щытакъым. 2006-нэ гъэм, накъыгъэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.

d СУРЭТЫР. Аггей израил цІыхухэр егъэгушхуэ икІи Иеговэ и унэшхуэр икІэм нагъэсыну хуегъэуш. Иеговэ и лъэпкъым ди зэманым хъыбарыфІыр псэемыблэжу егъэІу. Куэд дэмыкІыу Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ «зэрызэщІигъэсысэнум» теухуа хъыбарыр зэщхьэгъуситІым ягъэІу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын