ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Август н. 20—25
  • Иеговэ хуэфщІэф псом щхьэкІэ фыгуфІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ хуэфщІэф псом щхьэкІэ фыгуфІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ГУФІЭГЪУЭР ЗЭЛЪЫТАР СЫТ?
  • ГУФІЭГЪУЭ НЭХЪЫБЭ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
  • ГУФІЭГЪУЭ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ХУЭДЭ МУРАДХЭМ ДЫХУЩІЭКЪУН ХУЕЙ?
  • Иеговэ нэхъыфІу ухуэлэжьэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • ГуфІэгъуэр — Алыхьым и тыгъэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Август н. 20—25

СТАТЬЯР 33

Иеговэ хуэфщІэф псом щхьэкІэ фыгуфІэ

«Уи нитІым ялъагъум ущыгуфІыкІым нэхъыфІщ, къыпІэрымыхьэфыным ущІэхъуэпс нэхърэ» (ЭККЛ. 6:9, ДЩІ, 2021).

111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Къуэш, шыпхъу куэдым сыт хуэдэ гукъыдэж яІэ?

МЫ ДУНЕЙМ и кІэухыр къос, абы къыхэкІкІэ дэ лэжьыгъэ куэд диІэщ (Мт. 24:14; Лк. 10:2; 1 Пет. 5:2). Иеговэ нэхъыбэ хуэтщІэну дэ псори дыхуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ тщыщ куэдым мурад ящІащ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтыну. Хэти пионер лэжьыгъэр къищтэну, хэти Вефилым щылэжьэну, хэти ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтыну мурад ищІащ. Абы нэмыщІ къуэш куэдыр хущІокъу зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум е и нэхъыжьым хэлъын хуей хьэл-щэнхэр зыхалъхьэну (1 Тим. 3:1, 8). Апхуэдэ гукъыдэж диІэу Иеговэ щилъагъум деж ар хуабжьу мэгуфІэ! (Пс. 110:3; Ис. 6:8).

2. Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр къыщыдэмыхъулІэм деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?

2 Иныкъуэхэм деж зэманыр макІуэ, ауэ дэ дызыхущІэкъу мурадхэр къыдэмыхъулІэу къонэ. Ди ныбжьым е нэгъуэщІ Іуэхугъуэм къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр къыдэмыхъулІэнкІэ хъунущ (Прит. 13:12, Гъэсэпэтхыдэхэр). Псалъэм папщІэ, Мелиссэb Вефилым щылэжьэну е «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм щеджэну хуейт, ауэ и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ ар абы хузэфІэкІкъым. Абы жеІэ: «Сэ сызыщІэхъуэпсыр зэи къызэхъулІэнукъым. Абы зэман-зэманкІэрэ си лъэр щІех».

3. ПщІэ зыпылъ къалэнхэм хущІэкъухэм сыт ящІэн хуейр?

3 Иеговэ и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм дзыхь нэхъыбэу хуащІу хъун щхьэкІэ абыхэм я фІэщхъуныгъэм хагъэхъуэн икІи хьэл-щэн гуэрхэр зыхалъхьэн хуейщ. Зы лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, ахэр акъылыфІэу, унафэ къэщтэнымкІэ псынщІэу икІи жьы ящІэту щытыфынущ, ауэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, абыхэм шыІэныгъэ, зэхэщІыкІ е гуапагъэ яхуримыкъункІэ хъунущ. Аращи, фхущыщІэ хьэл-щэнхэм фелэжьу щытмэ, фымыщІэххэу пщІэ зыпылъ къалэнхэр къыватынкІэ хъунущ. Ди къуэш Ник и щапхъэм деплъынщ. Ар илъэс 20 щыхъум щыгъуэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу зэрамыщІыр игу къеуэт. Абы игу къегъэкІыж: «Си лажьэр сытми къызгурыІуэтэкъым». А Іуэхугъуэм емылъытауэ, Ник и Іэр ирихьэхтэкъым. Абы псэемыблэжу хъыбарыфІыр игъэІут икІи кърат къалэнхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ къарууэ иІэр ирихьэлІэт. Иджыпсту Ник филиалхэм ящыщ зым и комитетым щолажьэ.

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурад гуэрхэр зэкІэ къызэромыхъулІар уигу къеуэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ уи гурыщІэхэр хуэІуатэ (Пс. 37:5—7). Абы нэмыщІ сыт хуэдэ лъэныкъуэхэм уелэжьын хуейми куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэхэм уечэнджэщ икІи а чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэп хъунущ. Апхуэдэу пщІэмэ, уи мурадхэр къохъулІэну Іэмал нэхъ щыІэнкІэ хъунущ. Ауэ, Мелиссэ хуэдэу, языныкъуэ къалэнхэр къыдэмыхъулІэну Іуэхугъуэу къэнэфынущ. Дауэ-тІэ абы щыгъуэ гуфІэгъуэр зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Іуэхугъуищ зэпкърытхынщ: 1) гуфІэгъуэр зэлъытар сыт, 2) гуфІэгъуэ нэхъыбэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур, икІи 3) гуфІэгъуэ диІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ мурадхэм дыхущІэкъун хуей.

ГУФІЭГЪУЭР ЗЭЛЪЫТАР СЫТ?

5. ГуфІэгъуэ диІэн щхьэкІэ ди акъылыр сытым тедухуэн хуей? (Экклезиаст 6:9).

5 ГуфІэгъуэр зэлъытар сытми Экклезиаст 6:9 ит псалъэхэм фІыуэ къыхощ. (Къеджэ.) И нитІым илъагъум щыгуфІыкІ цІыхур иІэмкІэ арэзыуэ щытщ. Ауэ къыІэрымыхьэфыным щІэхъуэпс цІыхур зэи къемыхъулІэну Іуэхум пэплъэу аращ. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? ГуфІэгъуэ диІэн щхьэкІэ дэ диІэмкІэ арэзыуэ дыщытын икІи къыдэхъулІэфыну мурадхэр дгъэувын хуейщ.

6. Сыт хуэдэ ущие хъыбар зэпкърытхынур икІи гу зылъыттэнур сыт?

6 ДауикІ, цІыхухэм я хьэлщ я пІэм имыту щІэ гуэрым хущІэкъуну. НтІэ, дэ диІэмкІэ арэзыуэ дыщытыну тхузэфІэкІыну пІэрэ? ТхузэфІэкІынущ! Уеблэмэ, абы дыщыгуфІыкІынуи Іэмал диІэщ. Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? Талантхэм теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбарыр зэпкърытхынщ (Мт. 25:14—30). Ар щызэпкърытхкІэ гу лъыттэнщ диІэ ехъулІэныгъэхэм дапхуэдэу гуфІэгъуэ хэтхыфынуми икІи дауэ ар дгъэбэгъуэфынуми.

ГУФІЭГЪУЭ НЭХЪЫБЭ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?

7. Талантхэм теухуа ущие хъыбарыр зытепсэлъыхьыр кІэщІу къыжыфІэж.

7 Хьисэ жиІа ущие хъыбарым зы цІыхухъу гуэрым и гугъу ещІ. Абы хамэ къэралым кІуэну зигъэхьэзыру и унэІутхэр къриджэри и мылъкур яІэщІилъхьащ икІи ар ягъэбэгъуэну унафэ яхуищІащ. Абыхэм яхузэфІэкІынум теухуауэ зым талантитху, адрейм талантитІ, ещанэми зы талант иритащc. Япэ унэІутитІым я зиусхьэным хэхъуэ иІэн щхьэкІэ къару ирахьэлІащ. Ещанэ унэІутым кърата мылъкур хигъэхъуэн щхьэкІэ зыри зэримыщІам къыхэкІкІэ зиусхьэным и гур абы ебгъащ икІи тезыр трилъхьащ.

8. Япэ унэІутым гуфІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІа?

8 Япэ унэІутыр хуабжьу гуфІауэ къыщІэкІынт зиусхьэным абы талантитху къызэрыритам щхьэкІэ. Ар егъэлеяуэ ахъшэшхуэт икІи абы къигъэлъагъуэт и зиусхьэным дзыхь къызэрыхуищІыр. ЕтІуанэ унэІутыр-щэ? Абы и жагъуэ ищІыфынут япэ унэІутым къратам хуэдиз къызэрырамытам щхьэкІэ. Ауэ сыт абы ищІар?

1. Раб получает от своего господина два мешка денег. 2. Он торгуется с продавцами дорогой одежды. 3. Он приносит своему господину четыре мешка денег.

Хьисэ къихьа ущие хъыбарым зи гугъу ищІ етІуанэ унэІутым и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (9—11-нэ абзацхэм феплъ.)

9. ЕтІуанэ унэІутым теухуауэ Хьисэ сыт жимыІар? (Маттэ 25:22, 23).

9 Къеджэ Маттэ 25:22, 23. Ущие хъыбарым щыжыІакъым етІуанэ унэІутым талантитІ фІэкІа къызэрырамытам щхьэкІэ и жагъуэ ищІауэ. Ар мыпхуэдэу тхьэусыхауэ Хьисэ жиІакъым: «Арат сэ схуэфащэр? Сыт сэ нэхъ мащІэ къыщІызатар? Талантитху къызрата унэІутым хуэдэу сэри гугъу сехьу сылэжьащ. Си зиусхьэным пщІэ къысхуимыщІмэ, мы талантитІыр щІым щІэстІэнщи си щхьэ Іуэху зесхуэнщ».

10. ЕтІуанэ унэІутым дзыхь къыхуащІа талантхэм сыт ирищІар?

10 Япэ унэІутым хуэдэу, етІуанэми къалэн къыхуащІам мыхьэнэшхуэ иритри ар игъэзэщІэн щхьэкІэ къаруушхуэ ирихьэлІащ. Арати, абы дзыхь къыхуащІа ахъшэр тІукІэ игъэбэгъуащ. УнэІутым а Іуэхум къару зэрырихьэлІам щхьэкІэ и зиусхьэным и нэфІ къыщыхуащ: ар абы къызэрыщытхъуам нэмыщІ пщІэ зыпылъ къалэн нэхъыбэж хуигъэфэщащ.

11. ГуфІэгъуэ нэхъыбэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

11 Дэри гуфІэгъуэ нэхъыбэ зыхэтщІэнущ, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ къыдат къалэнхэр япэ идгъэщу щытмэ. Абы къыхэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным «гурэ псэкІэ» бгъэдыхьэ икІи зэхуэсым и Іуэхухэм жыджэру хэт (Апост. 18:5; Евр. 10:24, 25). Дэтхэнэ зы зэІущІэми фІыуэ зыхуэгъэхьэзыр, абы щыгъуэ уи жэуапхэм къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэнущ. Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэм къыщыуат зэрызыдгъасэ заданиехэм мыхьэнэшхуэ ет. Зэхуэсым къалэн гуэр щыбгъэзэщІэну къыуатамэ, ар игъуэу гъэзащІэ икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу щыт. Къыуата къалэнхэм мыхьэнэшхуэ имыІэу икІи абы уи зэманыр тебгъэкІуэдэну хуэмыфащэу къомылъытэ. Къалэнхэр зэрыбгъэзащІэр ебгъэфІэкІуэну хущІэкъу (Прит. 22:29). Иеговэ и лэжьыгъэм ухэтыным нэхъыбэу къару епхьэлІэху фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыпхуихьынущ (Гал. 6:4). Абы нэмыщІ уэ къыуатыну узыщыгугъа къалэнхэр нэгъуэщІхэм щратым деж хуабжьу угуфІэнущ (Рим 12:15; Гал. 5:26).

12. Мелиссэрэ Никрэ гуфІэгъуэ нэхъыбэ зыхащІэн щхьэкІэ сыт ящІар?

12 НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Мелиссэ и щапхъэм дгъэзэжынщ. Абы къыгуроІуэ Вефилым щылэжьэну е «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм щеджэну Іэмал зэримыІэр. Ауэ абы мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ си гум къыбгъэдэкІыу пионеру солажьэ. Абы нэмыщІ Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ хъыбарыфІыр згъэІуну сыхущІокъу. А псом сэ гуфІэгъуэшхуэ къысхуехь». Ник-щэ? Абы зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум и къалэнхэр къызэрырамытам щхьэкІэ и Іэр иримыхьэхыну къыдэІэпыкъуар сыт? Ар къыддогуашэ: «Сэ сиІэ Іэмалхэм си акъылыр тезухуэт: хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтыну икІи зэхуэсхэм щыст жэуапхэмкІэ къуэш, шыпхъухэр згъэгушхуэну. Абы нэмыщІ Вефилым сыщылэжьэн щхьэкІэ заявленэ стхащ икІи зы илъэс фІэкІа дэмыкІыу сэ абы срагъэблэгъащ».

13. Къалэн къыдатхэр дегугъуу дгъэзащІэу щытмэ, сыт дэ зыхэтщІэнур? (Экклезиаст 2:24).

13 Уэ къыуат къалэнхэр уегугъуу бгъэзащІэмэ, абы къикІыу пІэрэ къалэн нэхъыбэ дзыхь къыпхуащІыну? Ник и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ апхуэдэуи къэхъуфынущ. Ауэ апхуэдэу къэмыхъуу щытми, Іуэхур нэгъэсауэ зэрыбгъэзащІэм, Мелиссэ хуэдэу, уэри гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыпхуихьынущ. (Къеджэ Экклезиаст 2:24.) Абы нэмыщІ дегугъуу лэжьыгъэр зэрыдгъэзащІэмкІэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь догъэгуфІэ икІи дэ абы насыпыфІэ дещІ.

ГУФІЭГЪУЭ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ХУЭДЭ МУРАДХЭМ ДЫХУЩІЭКЪУН ХУЕЙ?

14. Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэм теухуауэ сыт дигу идгъэлъын хуейр?

14 Ауэ иджыпсту зэхуэсым щыдгъэзащІэ къалэнхэмкІэ арэзыуэ дызэрыщытым къикІыу пІэрэ Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтын щхьэкІэ нэгъуэщІ мурадхэр дгъэувын хуэмейуэ? ДауикІ, къикІкъым! ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэн икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэ адэкІи Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр дгъэувын хуейщ. А мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ дэ Іущагъ тхэлъын икІи ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу дыщытын хуейщ, абы нэмыщІ ди щхьэм нэхърэ нэхъапэ нэгъуэщІхэр идгъэщын хуейщ (Прит. 11:2, Гъэс.; Апост. 20:35).

15. ГуфІэгъуэ нэхъыбэ диІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ мурадхэм дыхущІэкъу хъуну?

15 Сыт хуэдэ мурадхэр зыхуэвгъэув хъуну? ФхузэфІэкІыну мурадхэр сыт хуэдэми фигъэлъэгъун щхьэкІэ Иеговэ фелъэІу (Прит. 16:3, Гъэс.; Екъуб 1:5). Мы статьям и япэ абзацым зи гугъу ищІ мурадхэм щыщ гуэр фхузэфІэкІыну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, подсобнэ е общэ пионерым и лэжьыгъэр вгъэзэщІэну, Вефилым фыщылэжьэну е ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм фыхэтыну. Абы нэмыщІ нэгъуэщІыбзэ зэвгъащІэ хъунущ хъыбарыфІ гъэІуным ар къыщывгъэсэбэпын е а бзэмкІэ щыпсалъэ щІыпІэм фыІэпхъуэн щхьэкІэ. Апхуэдэ мурадхэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэфынущ «Организованы, чтобы исполнять волю Иеговы» жыхуиІэ тхылъым и 10-нэ псалъащхьэм феджэмэ е фи зэхуэсым и нэхъыжьхэм фепсалъэу щытмэd. Фи мурадхэр вгъэзэщІэн щхьэкІэ къару ефхьэлІэмэ, фи ехъулІэныгъэхэр нэгъуэщІхэм я дежкІэ наІуэ хъунущ икІи фи гуфІэгъуэм хэхъуэнущ.

16. Ди Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ, мурад гуэр къыдэхъулІэну Іэмал щымыІэмэ, сыт тщІэ хъунур?

16 Ауэ фи Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ зи гугъу тщІа мурадхэр къывэхъулІэну Іэмал щымыІэмэ-щэ? Абы щыгъуэ фэ фхузэфІэкІыну нэгъуэщІ мурад зыхуэвгъэув хъунущ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм дыхэплъэнщ.

Брат изучает урок из брошюры «Развивай навыки чтения и способность учить».

Сыт хуэдэ фхузэфІэкІыну мурадхэр зыхуэвгъэув хъуну? (17-нэ абзацым феплъ.)f

17. 1 Тимофей 4:13, 15 зэритымкІэ, къуэшыр егъэджакІуэфІ хъуну сыт къыдэІэпыкъунур?

17 Къеджэ 1 Тимофей 4:13, 15. Псым зыщІэзыгъэуа къуэшу ущытмэ, цІыхухэм узэрепсалъэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ ебгъэфІэкІуэну хущІэкъу. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ укъызэджэр, жыпІэр икІи зэребгъаджэр къодаІуэхэм я гум нэсынущ. «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэм итыр щІэбджыкІыну мурад зыхуэгъэув. Ауэ урок псоми зэуэ уелэжьыну иужь уимыхьэ — ахэр зэрызурэ зэпкърых. Абы иужь задание гуэр щыбгъэхьэзырым деж брошюрэм ит чэнджэщхэр къэгъэсэбэп икІи фІыуэ зыгъэхьэзыр. «Тхьэм и псалъэхэр цІыхухэм хуаІуатэурэ езыгъащІэ» зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыбдэІэпыкъуну елъэІу, псалъэм папщІэ, чэнджэщхэр зыт къуэшымe (1 Тим. 5:17). Ауэ брошюрэм ит урокхэр бгъэзащІэ закъуэу щымыту къодаІуэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІыну икІи къащІэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуэбгъэушыну хущІэкъу. Абы уэри уэ къодаІуэхэми гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыфхуихьынущ.

Сыт хуэдэ фхузэфІэкІыну мурадхэр зыхуэвгъэув хъуну? (18-нэ абзацым феплъ.)g

18. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 Дэ псоми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн къытхуагъэфэщащ — хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну (Мт. 28:19, 20; Рим 10:14). Ар евгъэфІэкІуэну фыхуейт? АбыкІэ фэ къывдэІэпыкъунущ зи гугъу тщІа «ЕгъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэр. Урок гуэрым фыщелэжьым деж абы ит чэнджэщхэр къэвгъэсэбэпын щхьэкІэ мурад пыухыкІахэр зыхуэвгъэув. Абы нэмыщІ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым икІи тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэм къыщагъэлъагъуэ цІыхухэм дызэрепсалъэ хъуным теухуа видеороликхэм чэнджэщыфІ куэд къыщывгъуэтыфынущ. Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къэвгъэсэбэп фи Іуэхум нэхъ хуэкІуэр къэфщІэн щхьэкІэ. Мы чэнджэщхэм фытетмэ, шэч хэмылъу, егъэджакІуэфІ фыхъунущ икІи абы гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыфхуихьынущ (2 Тим. 4:5).

Сыт хуэдэ фхузэфІэкІыну мурадхэр зыхуэвгъэув хъуну? (19-нэ абзацым феплъ.)h

19. Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

19 Сыт хуэдэ мурад зыхуэвгъэувынуми унафэ щыфщІым деж нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэхэм ящыщ зыр зыщывмыгъэгъупщэ — ар Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэфлъхьэныращ (Гал. 5:22, 23; Кол. 3:12; 2 Пет. 1:5—8). А мурадыр къывэхъулІэн щхьэкІэ сыт фщІэ хъунур? Псалъэм папщІэ, уэ уи фІэщхъуныгъэм хэбгъэхъуэну ухуейщ. АбыкІэ къыбдэІэпыкъуну чэнджэщхэр ди публикациехэм къыщыплъыхъуэ хъунущ. Абы нэмыщІ гъэунэхуапІэ зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм фІэщхъуныгъэ быдэ зэрагъэлъэгъуам теухуауэ JW Broadcasting® программэхэм ущеплъ хъунущ. Абыхэм сыткІэ щапхъэ ятепх хъунуми егупсыс. А къуэш, шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ жаІэжым сэбэп куэд къыпхуихьынущ.

20. ДыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ нэхъыбэ икІи дыщІэнэщхъеин щхьэусыгъуэ нэхъ мащІэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

20 Шэч хэмылъу, дэ псори иджыпсту тхузэфІэкІым нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ хуэтщІэну дыхуейщ. А мурадыр нэгъэсауэ къыщыдэхъулІэнур дунеищІэращ. А зэманыр къэсыху Иеговэ и лэжьыгъэм дыхэтын щхьэкІэ Іэмал диІэхэр лъапІэу тлъытэнщ. Апхуэдэу тщІэмэ, ди гъащІэм дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ нэхъыбэ икІи дыщІэнэщхъеин щхьэусыгъуэ нэхъ мащІэ диІэнущ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, ди «Алыхь насыпыфІэ» Иеговэ и цІэр абыкІэ догъэлъапІэ (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Аращи, Иеговэ хуэтщІэф псом щхьэкІэ дыгуфІэнщ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ и лэжьыгъэм щыдгъэзащІэ къалэнхэм дыщыгуфІыкІыну талантхэм теухуа ущие хъыбарыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

  • Нэхъ егъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

  • Сыт хуэдэ тхузэфІэкІыну мурадхэр иджыри зыхуэдвгъэув хъуну?

82-НЭ УЭРЭДЫР Фи нэхур иреблэ

a Дэ Иеговэ фІыщэу долъагъу икІи тхузэфІэкІыу хъуар хуэтщІэну дыхуейщ. Абы къыхэкІкІэ куэдыр хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ хэтыну хущІокъу икІи зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр къыхуагъэфэщэн щхьэкІэ зыхуэныкъуэ хьэл-щэнхэм йолэжь. Ауэ къару зэретхьэлІэм щхьэкІэ къэмынэу ди мурадхэр къыдэмыхъулІэмэ-щэ? Сыт абы щыгъуэ къыддэІэпыкъунур ди Іэр едмыхьэхыну икІи гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну? А упщІэхэм жэуап еттыну талантхэм теухуауэ Хьисэ къихьа ущие хъыбарыр къыддэІэпыкъунущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. А зэманым цІыху къызэрыгуэкІым зы талант къилэжьын щхьэкІэ илъэс 20 лэжьэн хуейт.

d Библием псым зыщІэзыгъэуа къуэшхэр хуегъэуш зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум е и нэхъыжьым я къалэнхэм хущІэкъуну. А къалэнхэр хэт хуагъэфащэми «Организованы, чтобы исполнять волю Иеговы» жыхуиІэ тхылъым и 5-нэ, 6-нэ псалъащхьэхэм щыжыІащ.

e ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Чэнджэщхэр зыт къуэшыр — ар зэхуэсым и нэхъыжьщ. Абы и къалэныр зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ зэІущІэхэм заданиехэр зэрагъэзащІэм ирагъэфІэкІуэн щхьэкІэ чэнджэщ яритыныращ. Апхуэдэ чэнджэщыр къуэшым щратыр абы щизакъуэм дежщ икІи а чэнджэщым ар хуэныкъуэу щытмэщ.

f СУРЭТЫР. ЕгъэджакІуэфІ хъун щхьэкІэ къуэшым ди публикациехэм чэнджэщхэр къыщелъыхъуэ.

g СУРЭТЫР. Шыпхъум нэхъыбэу неформальнэу хъыбарыфІыр игъэІуну мурад зэрищІам къыхэкІкІэ шхапІэм щылажьэ хъыджэбзым jw.org визитнэ карточкэр ирет.

h СУРЭТЫР. Хьэлэлагъ зыгъэлъэгъуэну хуей шыпхъур адрей шыпхъум зыгуэркІэ хуоупсэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын