18 СТАТЬЯР
Иеговэ нэхъыфІу ухуэлэжьэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?
«Мы Іуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цІыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкІэ, плъэкІ къыумыгъанэ» (1 ТИМ. 4:15).
84-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр щызэхамыха щІыпІэхэм щыдогъэІу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?
ДЭ, ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭМ, дауикІ, Иеговэ фІыщэу долъагъу икІи диІэм и нэхъыфІыр абы еттыну дыхуейщ. Ауэ тхузэфІэкІыу хъуар абы хуэтщІэн щхьэкІэ, дэ мурадыфІхэр дымыгъэуву хъунукъымb. Псалъэм папщІэ, хьэл-щэныфІхэр едгъэфІакІуэ, сэбэп хъу гуэрым зыхуедгъасэ икІи адрейхэм дазэрыдэІэпыкъун Іэмал къэтлъыхъуэ хъунущ.
2. Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ мурадхэр бгъэувын щІыхуейр сыт?
2 Иеговэ дызэрыхуэлажьэр адэкІи едгъэфІэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэр дгъэгуфІэну дыхуейщи аращ. Иеговэ ди къарур здынэсыр ещІэ икІи абы дыхуэлэжьэн щхьэкІэ тхузэфІэкІ къыщыдмыгъанэм деж ар мэгуфІэ. Абы нэмыщІ Иеговэ дызэрыхуэлажьэр адэкІи едгъэфІакІуэмэ, къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэжу сэбэп дахуэхъуфынущ (1 Фес. 4:9, 10). Пэжыр къызэрытщІэрэ илъэс дапщэ мыхъуами, Иеговэ дызэрыхуэлажьэ щІыкІэр дэ псоми едгъэфІэкІуэн хуейщ. Ар къыдэхъулІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми зэпкърытхынщ.
3. Паул Тимофей сытыт зыхуигъэушыр? (1 Тимофей 4:12—16).
3 Апостол Паул япэ письмор къыщыхуитхам Тимофей куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэт, ар ныбжькІэ зэрыщІалэм емылъытауэ. Тимофей ехъулІэныгъэ хъарзынэхэр иІэ пэтми, Паул абы жриІэт адэкІи ахэр зэрыхигъэхъуэным иужь итыну. (Къеджэ 1 Тимофей 4:12—16.) Паул и псалъэхэм гу лъыттэмэ, абы Тимофей хуигъэушт лъэныкъуитІым елэжьыну: 1) абы и хьэл-щэнхэр иригъэфІэкІуэну «фІылъагъуныгъэмкІэ, фІэщхъуныгъэмкІэ, гукъабзагъэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэхэм щапхъэ» яхуэхъун щхьэкІэ; 2) зэрыригъаджэ щІыкІэр иригъэфІэкІуэну, «Тхьэм и псалъэ тхахэм цІыхухэм я пащхьэм [къызэрыщыхуеджэнми], цІыхухэм [зэрагуригъэІуэнми], [зэрыригъэщІэнми]» хэтурэ. Тимофей и щапхъэм дигъэлъэгъунущ, дэри едгъэфІэкІуэн щхьэкІэ, дызылъэІэсыфыну мурадхэр Іэмал имыІэу дгъэувын зэрыхуейр. Иджыри дэ къэтщІэнущ, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтын щхьэкІэ, сыт хуэдэ Іэмалхэр щыІэми.
ИЕГОВЭ ИГУ ИРИХЬ ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР ЗЫХЭЛЪХЬЭ
4. Тимофей Иеговэ и лэжьакІуэфІ зыщІыр сытыт? (Филиппи 2:19—22).
4 Тимофей Иеговэ и лэжьакІуэфІ зыщІыр сытыт? Алыхьым игу ирихь хьэл-щэнхэр зыхилъхьэн щхьэкІэ, абы къару куэд ирихьэлІэт. (Къеджэ Филиппи 2:19—22.) Паул зэрыжиІэмкІэ, Тимофей щытхъу хуэфащэт: абы Іэдэбагърэ пэжагърэ хэлът, сыт хуэдэ Іуэхури нэгъэсауэ игъэзащІэт икІи ар узыщыгугъ хъун цІыхуу щытт. Тимофей къуэш, шыпхъухэр фІыуэ илъагъут икІи и гум къыбгъэдэкІыу абыхэм ядэІэпыкъут. Абы къыхэкІкІэ Паул ар лъапІэу илъытэт икІи къалэн гугъухэр дзыхь хуищІт (1 Кор. 4:17). Дэри апхуэдэ хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэмэ, Иеговэ нэхъыфІыжу дилъагъунущ икІи зэхуэсым нэхъыбэжу сэбэп дыщыхъуфынущ (Пс. 25:9; 138:6).
Узэлэжьын хуей хьэл-щэныр къыхэх (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)
5. 1) Узэлэжьын хуей хьэл-щэныр къыбгурыІуэн щхьэкІэ сыт уэ къыбдэІэпыкъунур? 2) Сурэтым къыщыгъэлъэгъуа шыпхъум сыт къыдэІэпыкъур гулъытэ нэхъыбэ адрейхэм яхуищІыну?
5 Узэлэжьыну хьэл-щэныр къыхэх. Узэлэжьын хуей хьэл-щэныр къыбгурыІуэн щхьэкІэ Иеговэ ечэнджэщ. ЕбгъэфІэкІуэну узыхуей зы хьэл-щэн къыхэхи, абы елэжь. Гулъытэ нэхъыбэу пхэлъыну е зэхуэсым щыщхэм уадэІэпыкъуну гукъыдэж уиІэр хэбгъэхъуэну ухуейт? Уэ гу зылъыптэжынкІэ хъунущ мамырыгъэм нэхъыбэу ухущІэкъун икІи уи гум къыбгъэдэкІыу адрейхэм яхуэбгъэгъун зэрыхуейм. Абы теухуауэ дзыхь зыхуэпщІ уи ныбжьэгъум уеупщІ хъунущ (Прит. 27:6).
6. Хьэл-щэныфІ гуэр зыхэплъхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
6 Уи мурадыр къызэрохъулІэным иужь ит. Дапхуэдэу ар зэрыпщІ хъунур? Мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэ къэбгъэсэбэп хъунущ. Узэлэжьэну узыхуей хьэл-щэным теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Псалъэм папщІэ, адрейхэм яхуэбгъэгъуфу уэ зебгъэсэну ухуейщ. А темэм теухуауэ сыт узэджэ хъунур? Библием итщ тыншу зыгъэгъуфхэмрэ ар къызэхьэлъэкІыу щытахэмрэ я щапхъэхэр. Хьисэ и гугъу пщІымэ, абы цІыхухэм тыншу яхуигъэгъут (Лк. 7:47, 48). Хьисэ цІыхухэм я щыуагъэхэр и нэм къыфІэнэу щыттэкъым, абы нэхъыбэу гу зылъитэу щытар абыхэм яхэлъ фІырат. Фарисейхэр Хьисэ ещхьтэкъым, абыхэм цІыхухэр зрапэстэкъым (Лк. 18:9). Мы щапхъитІым фегупсысурэ фызэупщІыж хъунущ: «ЦІыхум хэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэныра сэ япэу гу зылъыстэр? А цІыхум сыщегупсысым деж, абы хэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэныра сигу къэкІыр?» Зыгуэрым хуэбгъэгъуну къохьэлъэкІмэ, абы и хьэл-щэныфІхэр уигу къэгъэкІыж икІи ахэр зыщІыпІэ итхэ. ИужькІэ зэупщІыж: «Дауэ Хьисэ а цІыхум зэреплъыр? Хуигъэгъунут абы?» Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къыбдэІэпыкъунущ уи жагъуэ къэзыщІам нэгъуэщІ нэкІэ уеплъыну. Тыншу бгъэгъуфу занщІэу уемысэнкІэ хъунущ, ауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм и фІыгъэкІэ уэ Іэмал имыІэу ехъулІэныгъэ уиІэнущ.
СЭБЭП ХЪУ ГУЭРЫМ ЗЫХУЕГЪАСЭ
Дыщызэхуэс Унэм укІэлъыплъыфу зегъасэ (7-нэ абзацым феплъ.)e
7. Притчи 22:29 зэритымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр дапхуэдэу зэрызыдигъэІэпыкъур?
7 Зыхуэбгъэув хъуну мурадыфІхэм ящыщ зыщ сэбэп хъу гуэрым зыхуебгъэсэныр. Ди организацэм конгрессхэр щедгъэкІуэкІ Унэхэр, дыщызэхуэс Унэхэр икІи филиалхэр еухуэ. А лэжьыгъэм хэтхэм щыщ куэдым ди ухуэныгъэхэм къэкІуэн ипэ ІэщІагъэ ямыІами, а Іуэхум фІыуэ хэзыщІыкІхэм дэлажьэурэ куэдым зыхурагъэсащ. Сурэтым зэрыщытлъагъущи, къуэшхэми шыпхъухэми ди организацэм иухуэ Унэхэм кІэлъыплъыну зрагъасэ. Абыхэм я ІэкІэ «зэманым и Пащтыхь» Иеговэрэ «пащтыхьхэм я Пащтыхьыж» Хьисэ Мэссихьрэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІ (1 Тим. 1:17, ДЩІ; 6:15; къеджэ Притчи 22:29). Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу долажьэ икІи а лэжьыгъэм дыщІыхэтыр цІыхухэм щІыхь зыхуедгъэщІын щхьэкІэкъым, атІэ ди Алыхь Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэщ (Ин. 8:54).
8. Зызыхуебгъасэ хъунур къыхэпхыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
8 Мурад пыухыкІа гъэув. Сытым зыхуебгъасэ хъуну? Абы теухуауэ зэхуэсым е районым и нэхъыжьым уечэнджэщ хъунущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм ящыщ зым къыбжеІэ: «ЦІыхухэр зэребгъаджэмрэ зэхуэсым укъызэрыщыпсалъэмрэ ебгъэфІэкІуэн хуейщ». Ар хъарзынэщ, ауэ хэхауэ узэлэжьын хуейр сытми къуэшым къыбжиІэну елъэІу. ИужькІэ абы и чэнджэщыр зэрыбгъэзэщІэным къару ехьэлІэ. Сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
9. Бгъэува мурадыр къохъулІэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
9 Бгъэува мурадым укъэмыувыІэу хущІэкъу. Псалъэм папщІэ, уэ мурад пщІащ цІыхухэр зэребгъаджэр ебгъэфІэкІуэну. Абы щыгъуэ «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэр фІыуэ щІэджыкІ. ЗэІущІэм укъыщыпсэлъэн ипэ, зэхуэсым и нэхъыжьым елъэІу зэрызыбгъэхьэзырам едэІуэну. Абы чэнджэщыфІхэр къыуитыфынущ. Ауэ зыщомыгъэгъупщэ: псом нэхърэ нэхъапэр жьакІуэу ущытыныракъым, атІэ узыщыгугъ хъун цІыхуу ущытыныращ (Прит. 21:5; 2 Кор. 8:22).
10. ЕгъэджакІуэфІ ухъуну сыт къыбдэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.
10 Бгъэув дэтхэнэ зы мурадри тыншу къохъулІэнукъым. Псалъэм папщІэ, узэрыцІыкІурэ узэмысам псынщІэу зебгъэсэну гугъущ. Ауэ уи Іэр йомыхьэх! ПсынщІэу икІи зэхэщІыкІыгъуэу къызэремыджэфым щхьэкІэ, ди къуэш Гэри зэІущІэм зыгуэр къыщеджэну укІытэт. Ауэ ар увыІэгъуэ имыІэу а Іуэхум елэжьт. Алыхьым и Псалъэм фІыуэ хуезыгъаджэ къуэшхэмрэ ди тхыгъэхэм ит чэнджэщхэмрэ Гэри къыдэІэпыкъуащ. Иджы ар районнэ икІи региональнэ конгрессхэм хуиту къыщопсалъэ.
11. Тимофей хуэдэу, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтыну дыхуеймэ, сыт тщІэ хъунур?
11 Паул кърита чэнджэщхэм я фІыгъэкІэ зэІущІэм къызэрыщыпсалъэмрэ цІыхухэр Алыхьым и Псалъэм зэрыригъаджэмрэ, шэч хэмылъу, Тимофей иригъэфІэкІуащ (2 Тим. 3:10). Дэри егъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ едгъэфІакІуэмэ, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтыфынущ.
АДРЕЙХЭМ УАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУН ІЭМАЛ КЪЭЛЪЫХЪУЭ
12. Ди къуэш, ди шыпхъухэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
12 Дэ адрейхэм я дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэщ. Псалъэм папщІэ, сымаджэ къуэш, шыпхъухэм фІыщІэ ящІ сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым хыхьэ къуэшхэм къыхуащІар. Абы нэмыщІ щІэупщІакІуэ къэкІуа къуэш, шыпхъухэм ахэр хуэарэзыщ. Гугъуехьхэм дыщыхуэзэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыдодаІуэ икІи гупсэхугъуэ къыдат. Дэ ар фІыщІэшхуэ дощІ. Куэд щІауэ пионеру лажьэ къуэш, шыпхъухэри сыт щыгъуи хьэзырщ Библием едгъаджэ цІыхум деж ди гъусэу накІуэу, иужькІэ чэнджэщыфІхэр къыдатыну. Ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къытхуохъу. Абыхэм гуфІэгъуэ зыхащІэм хуэдэ дэри зыхэтщІэнущ, адрейхэм дадэІэпыкъуну хьэзыру дыщытмэ. Хьисэ жиІауэ щытат: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35). Адрейхэм нэхъыбэжу уадэІэпыкъуну ухуеймэ, сыт пщІэ хъунур?
13. Мурад щыбгъэувкІэ сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр?
13 Зыщомыгъэгъупщэ: бгъэув мурадыр пыухыкІауэ щытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, «зэхуэсым нэхъыбэу сыдэІэпыкъуами хъунут» жыбоІэри, уогупсыс. Апхуэдэ мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ пщІэн хуейр гурыІуэгъуэ? Ар къызэрохъулІар дауэ къызэрыбгурыІуэнур? Уи мурадыр гурыІуэгъуэу икІи пыухыкІауэ щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Езы мурадри ар къохъулІэн щхьэкІэ пщІэн хуейри птхымэ, нэхъыфІыжщ.
14. Хуей хъумэ, ди мурадхэр тхъуэжыну дыхьэзыру дыщІыщытын хуейр сыт?
14 Ди гъащІэм къыщыхъу псор дэ дэлъытакъыми, ди мурадхэр щытхъуэжын хуей къохъу. Апостол Паул и щапхъэр къэтхьынщ. Абы и фІыгъэкІэ Фессалоникэ къалэм зэхуэс къыщыунэхуат. ДауикІ, абы а къалэм зыщиІэжьэну хуейт, Хьисэ и лъэужь иувагъащІэхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Ауэ бийхэр къызэрыпэщІэувам къыхэкІкІэ Паул Фессалоникэ къыдэкІын хуей хъуащ (Апост. 17:1—5, 10). Паул абы къыщынамэ, бийхэр къуэш, шыпхъухэм зэран яхуэхъуфынут. И мурадхэр ихъуэжын хуей хъуами, Паул и Іэр ирихьэхакъым. Сыт хуэдэ хэкІыпІэ абы къигъуэтар? Паул езым ипІэкІэ Тимофей Фессалоникэ игъэкІуащ, абы щыІэ зэхуэсым дигъэІэпыкъун щхьэкІэ (1 Фес. 3:1—3). А къалэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм Тимофей фІыщІэ хуащІт, ар псоми дэІэпыкъуну зэрыхьэзырым щхьэкІэ.
15. Ди Іуэхум зэрызихъуэжым ди мурадхэр дауэ зэрелъытар? Щапхъэ къэфхь.
15 Паул къыщыщІам дэ дерс хэтхыфынущ. Псалъэм папщІэ, уи Іуэхум зэрызихъуэжам къыхэкІкІэ бгъэува мурадыр пхъуэжын хуеинкІэ хъунущ (Эккл. 9:11). Апхуэдэ гуэр уи гъащІэм къыщыхъуамэ, узылъэІэсыфын нэгъуэщІ мурад гъэув. Аращ зэщхьэгъусэ Тедрэ Хайдирэ ящІар. Я узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ абыхэм Вефилыр къагъэнэн хуей хъуащ. Абы щхьэкІэ Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр нэхъ мащІэ хъуакъым, икІи ахэр егупсысу щІадзащ дэнэ иджы сэбэп щыхъуфынуми. Япэ щІыкІэ абыхэм пионеру лэжьэн щІадзащ, иужькІэ ахэр специальнэ пионер хъуащ. Ди къуэш Тед районым и нэхъыжьым и къуэдзэм ирихьэкІ лэжьыгъэм хуеджащ. Ауэ организацэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм къыхэкІкІэ зэщхьэгъусэхэм къагурыІуащ районнэ лэжьыгъэм хэтыну я ныбжьыр зэран зэрыхъур. А Іуэхур ягу къеуами, абыхэм ящІэт Иеговэ хуэлэжьэну нэгъуэщІ Іэмалхэри зэрыщыІэр. Тед къыддогуашэ: «Дэ зедгъэсащ зы лэжьыгъэ закъуэм ди гур кІэрыпщІауэ щымытыну».
16. Галатие 6:4 итым сытым дыхуригъасэрэ?
16 Ди гъащІэм къыщыхъу псори дэ дэлъытауэ щыткъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ къызэрыпхущытыр абы и лэжьыгъэм узэрыхэтым и куэдагъым елъытакъым. Уэ пхузэфІэкІыр адрейхэм яхузэфІэкІым йомыгъапщэмэ, нэхъыфІщ. Хайди жеІэ: «Уи гъащІэр нэгъуэщІым и гъащІэм ебгъапщэу щІэбдзэмэ, уи гуфІэгъуэр мэкІуэд». (Къеджэ Галатие 6:4.) Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ, адрейхэм уемыплъу, уэ уиІэ Іэмалхэр къэгъэсэбэпc.
17. Сыт пщІэ хъунур, пщІэ зыпылъ къалэнхэр къыпхуагъэфэщэну ухуеймэ?
17 ПщІэ зыпылъ къалэнхэр къыпхуагъэфэщэну ухуеймэ, уи гъащІэр гугъу зыщІ Іуэхухэмрэ ахъшэ щІыхуэхэмрэ зыщыхъумэ. Зы мурадышхуэр къохъулІэн щхьэкІэ, абы ухуэзышэ нэгъуэщІ мурад цІыкІухэр гъэув. Псалъэм папщІэ, общэ пионер лэжьыгъэр къэпщтэну ухуеймэ, япэ щІыкІэ подсобнэ пионеру улажьэ хъунущ. Е къуэшыр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу щытыну хущІэкъумэ, иджыпсту щыщІэдзауэ абы хъыбарыфІыр нэхъыбэу игъэІу икІи ныбжь зиІэхэмрэ сымаджэхэмрэ ядэІэпыкъу хъунущ. Иджыпсту нэхъыбэ зэрыпщІэм и фІыгъэкІэ дяпэкІэ къыуатыну къалэнхэм нэхъ ухуэхьэзыру ущытынущ. Сыт хуэдэ къалэн къыпхуамыгъэфэщами, зэрыхъукІэ нэгъэсауэ ар гъэзащІэ (Рим 12:11).
УзылъэІэсыфын мурад пыухыкІа гъэув 18-нэ абзацым феплъ.)f
18. Сурэтым ит ди шыпхъу Беверли сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъагъур?
18 Сыт хуэдэ ныбжьым уимытми, Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ мурадхэр бгъэув хъунущ. Абы щыхьэт тохъуэ илъэс 75 хъу ди шыпхъу Бе́верли и щапхъэр. И узыншагъэм къыхэкІкІэ абы къикІухьыну къехьэлъэкІт, ауэ ар хуейт Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампанием нэхъыбэу хэтыну. Ар абы къехъулІэн щхьэкІэ, мурад пыухыкІахэр игъэуващ. Игъэува мурадхэм Беверли щылъэІэсыфам, абы и гуфІэгъуэм кІэ иІэтэкъым. Ди шыпхъу Беверли и щапхъэм адрейхэр хуигъэушащ нэхъыбэ ящІэну. Ныбжь зиІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм ирахьэкІ лэжьыгъэр Иеговэ лъапІэу елъытэ, абыхэм куэд яхузэфІэмыкІыу щытми (Пс. 71:17, 18).
19. Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?
19 УзылъэІэсыфын мурадхэр гъэув. Иеговэ игу ирихь хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. Алыхьымрэ абы и организацэмрэ нэхъыбэ яхуэпщІэфын щхьэкІэ, сэбэп хъу гуэрым зыхуегъасэ. Къуэш, шыпхъухэм уазэрыдэІэпыкъун Іэмал къэлъыхъуэd. Иеговэ и фІыгъэкІэ Тимофей ар щыхузэфІэкІакІэ, уэри ар пхузэфІэкІынущ. Абы щыгъуэ уи ехъулІэныгъэхэр «цІыху псоми нахуэ ящыхъунущ» (1 Тим. 4:15).
38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
a Тимофей егъэджакІуэ Іэзэу щыт пэтми, Паул ар хуигъэушащ Иеговэ зэрыхуэлажьэр адэкІи иригъэфІэкІуэну. Тимофей, абы и чэнджэщым тету, Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэ щищІэу икІи къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэу ядэІэпыкъуу хъуащ. Шэч хэмылъу, уэри ухущІокъу Иеговэрэ зэхуэсымрэ щхьэкІэ нэхъыбэ пщІэну. Ар къохъулІэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну? Бгъэува мурадхэми улъэІэсыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Иеговэ нэхъыфІу ухуэлэжьэну къыбдэІэпыкъуну мурадхэм хохьэ ар бгъэгуфІэу и лэжьыгъэм нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ узыхущІэкъу псори.
c «Организованы, чтобы исполнять волю Иеговы» тхылъым и 10-нэ псалъащхьэм, «Служение там, где нужна помощь» жыхуиІэ подзаголовокым феплъ.
d «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым и 60-нэ урокым феплъ.
e СУРЭТЫР. Дыщызэхуэс Унэм кІэлъыплъыфу къуэшым шыпхъухэр ирегъасэ. Шыпхъухэм зызыхурагъэсар хъарзынэу къагъэсэбэп.
f СУРЭТЫР. И узыншагъэм къыхэкІкІэ ди шыпхъур унэм къыщІэкІыфкъым. Ауэ абы телефонкІэ хъыбарыфІыр егъэІу икІи цІыхухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм кърегъэблагъэ.