СТАТЬЯР 34
«Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр» жыхуиІэм къикІыр сыт?
«Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр; насыпыфІэщ ар егъэзыпІэ зыхуэхъуар» (ПС. 34:8).
117-НЭ УЭРЭДЫР ІуэхуфІхэр тщІэнщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Псалом 34:8 зэритымкІэ, Иеговэ и фІагъыр зыхэтщІэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт зэи умышха шхыныгъуэ гуэр Іэнэм къыпхутрагъэувауэ. Абы теухуауэ зыгуэр къэпщІэфынущ и теплъэмкІэ икІи и мэмкІэ, абы нэмыщІ щапщэфІым халъхьар къапщІэмэ икІи ар зышхахэм ягу ирихьарэ иримыхьарэ ущІэупщІэмэ. Ауэ ар уэ езым умышхауэ уигу ирихьрэ иримыхьрэ къыпхуэщІэнукъым.
2 Иеговэ зэрыфІым теухуауэ зыгуэр къэпщІэфынущ Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ уеджэмэ, абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и нэфІ къазэрыщыхуам теухуауэ жаІэжхэм уедаІуэмэ. Ауэ Иеговэ и фІагъыр нэгъэсауэ зыхэпщІэн щхьэкІэ уэ езым ар бгъэунэхун хуейщ. (Къеджэ Псалом 34:8.) Ар зэрытщІ хъунум деплъынщ. Псалъэм папщІэ, уэ полновременнэ лэжьыгъэ гуэрым ухэтыну ухуейщ, ауэ абы щхьэкІэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэн хуейщ. Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ изыгъэщ цІыхухэм Иеговэ ахэр зыхуэныкъуэр къазэрыритынур. А псалъэхэм мызэ-мытІэу укъеджауэ, ауэ ар уи гъащІэм гъэзэщІа зэрыщыхъур иджыри умылъэгъуауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ (Мт. 6:33). Ауэ, абы емылъытауэ, Хьисэ дыкъызэригъэгугъа псалъэхэм дзыхь хуэпщІу хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ узэрылажьэ графикым зэхъуэкІыныгъэ хыболъхьэ икІи ахъшэ бгъэкІуэдыр нэхъ мащІэ бощІ. Аращи, уэ уи нэкІэ болъагъу Иеговэ и нэІэ къызэрыптригъэтыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ зэрыфІыр уэ бгъэунэхури къэпщІащ.
3. Псалом 31:19 зэритымкІэ, Иеговэ и фІыгъуэхэр псом хуэмыдэу хэт зритыр?
3 «Иеговэ псоми фІыуэ яхущытщ», уеблэмэ, ар зымыцІыхухэми (Пс. 145:9; Мт. 5:45). Ауэ Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэм икІи гурэ псэкІэ хуэлажьэхэм абы и нэфІыр псом хуэмыдэу ящохуэ. (Къеджэ Псалом 31:19.) Иджыпсту Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ зыбжанэхэм и гугъу тщІынщ.
4. Иеговэ гъунэгъу зыхуэзыщІыу щІэзыдзэхэм и нэфІ дауэ зэрыщыхуэр?
4 Иеговэ къыбгъэдэкІ чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпыху дэ долъагъу ди гъащІэм нэхъыфІкІэ зэрызихъуэжыр. Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху икІи абы худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэху абы игу иримыхь гупсысэкІэмрэ хьэлхэмрэ зыхэднэну ар къыддэІэпыкъуащ (Кол. 1:21). Ауэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм итлъхьэу псым зыщыщІэдгъэуам щыгъуэ ар фІыуэ къызэрытхущытыр нэхъыбэжу зыхэтщІащ. Псалъэм папщІэ, дэ абы напэ къабзэ къыдитащ икІи и ныбжьэгъу дыхъуну хуит дищІащ (1 Пет. 3:21).
5. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэм Иеговэ дауэ зэрадэІэпыкъур?
5 ХъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым дежи Иеговэ фІыуэ къызэрытхущытыр зыхыдощІэ. УукІытэхыу пІэрэ уэ? Иеговэ и Щыхьэтхэм апхуэдэ цІыху куэд яхэтщ. Псым зыщІэбгъэуэн ипэ уэ уи нэгу къыпхущІэгъэхьэну къыщІэкІынтэкъым хамэ цІыхухэм я бжэм утеуІуэу Библием ит хъыбарыр яжепІэну. Ауэ нобэ ар уи гъащІэм и Іыхьэ хъуащ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуныр фІыуэ плъагъуну Иеговэ къыбдэІэпыкъуащ. Абы и дэІэпыкъуэгъур абдеж щиухакъым. ХъыбарыфІыр бгъэІуу цІыхухэр пхъашэу къыщопсалъэм щыгъуи зыпшыІэну Иеговэ къару къыуитт. Ауэ цІыхум хъыбарыфІыр щыфІэгъэщІэгъуэным щыгъуэ псалъэмакъым хуэкІуэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит едзыгъуэр уигу къэкІыжыну ар къыбдэІэпыкъут. ИкІи цІыхухэм къазэрыфІэмыІуэхум щхьэкІэ къэмынэу Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ уэ адэкІи хъыбарыфІыр богъэІу (Иер. 20:7—9).
6. Иеговэ къыбгъэдэкІ гъэсэныгъэр ар фІыуэ къызэрытхущытым дауэ щыхьэт зэрытехъуэр?
6 Иеговэ фІыуэ къызэрытхущытыр иджыри къыхощ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуну Іэмалхэм абы дызэрыхуигъасэм (Ин. 6:45). Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэм дэ дыщоплъ цІыхухэм дызэрепсалъэ хъуным теухуа видеохэм. ЯпэщІыкІэ дызэмыса Іэмалхэр къэдгъэсэбэпыну дытегушхуэу къыщІэкІынкъым, ауэ ахэр къэдгъэсэбэпмэ, цІыхухэр нэхъ яфІэфІу къыдэдэІуэнкІэ хъунущ. ЗэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ дэ дыщыхуагъэуш хъыбарыфІыр ІэмалыщІэхэмкІэ дгъэІуу зедгъэсэну. Ар тыншу щымытынкІэ хъунущ, ауэ, а Іуэхум къару етхьэлІэу щытмэ, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ. Иджыпсту я Іуэхур зыІутым емылъытауэ, нэхъыфІу яІэр Иеговэ езытыну хущІэкъухэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къапэщылъми деплъынщ. Абы иужь дэ дытепсэлъыхьынущ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ дгъэув мурадхэр къыдэхъулІэну сыт къыддэІэпыкъунуми.
ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ КЪЫХУЭЗЫЩІХЭМ И НЭФІ ЯЩОХУЭ
7. Иеговэ нэхъыбэу дыхуэлэжьэну дыхущІэкъумэ, дауэ абы и нэфІ къызэрытщыхуэнур?
7 Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Колумбием щыщ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Самуэ́льb и щапхъэр зэпкърытхынщ. Самуэльрэ и щхьэгъусэмрэ пионеру я зэхуэсым щылэжьэну ягу ирихьт. Ауэ ахэр хуейт Иеговэ нэхъыбэ хуащІэну икІи хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну. Абыхэм а мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр халъхьэн хуей хъуащ. Самуэль къыддогуашэ: «Дэ Маттэ 6:33 ит чэнджэщыр къэдгъэсэбэпри дызыхуэмыныкъуэ хьэпшыпхэр къэтщэхун щыдгъэтащ. Ауэ псом хуэмыдэу дэ къыдэхьэлъэкІар ди унэр къэдгъэнэн хуей зэрыхъуаращ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар дызэрыхуей дыдэм хуэдэу ящІат икІи абы щхьэкІэ щІыхуэ лъэпкъ ттелътэкъым». Самуэльрэ и щхьэгъусэмрэ Іэпхъуа иужь къагурыІуащ псэун щхьэкІэ япэм къалэжьу щыта ахъшэм и Іыхьэ ханэм зэрырикъунур. Абы пещэ: «Дэ къэтлъэгъуащ Иеговэ ди лъэр зэриунэтІыр икІи ди тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритыр. Абы щыгъуэ дэ зэи хуэмыдэу зыхэтщІащ ар къызэрытхуэарэзыр икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъур». Фэ-щэ? Иеговэ нэхъыбэу фыхуэлэжьэн щхьэкІэ фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэфлъхьэфыну пІэрэ? Мы упщІэм «нтІэ» жыфІэу жэуап ефтауэ щытмэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъуж фызэрыхуэхъуным икІи абы и нэІэ къызэрыфтригъэтыным шэч лъэпкъ къытевмыхьэ (Пс. 18:25).
8. Иванрэ Викториерэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
8 Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтым гуфІэгъуэ къытхуехь. Киргизием пионеру щылажьэ зэщхьэгъусэ Иванрэ Викториерэ я псалъэхэм гу лъыттэнщ. Организацэм сыт хуэдэ къалэн къаримытми, ар ягъэзэщІэну хьэзыру ахэр псэут, псалъэм папщІэ, ухуэныгъэм пыщІа лэжьыгъэхэм. Иван къыддогуашэ: «КъалэныщІэ къыдатыхукІэ ди гури ди псэри етауэ абы деувалІэт. Пэжщ, махуэм и кІэм деж дэ дезэшт, ауэ ди къарууэ хъуар Иеговэ зэреттым гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьт. Абы нэмыщІ дэ хуабжьу дыщогуфІыкІ ныбжьэгъу куэд къызэрыдгъуэтам икІи зэгъусэу дызэрылэжьам теухуауэ дигу къэдгъэкІыжын куэд дызэриІэм щхьэкІэ» (Мк. 10:29, 30).
9. Ди шыпхъум иІэ гугъуехьхэм емылъытауэ, хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтын щхьэкІэ сыт ищІар икІи сыт абы къыпэкІуар?
9 Ди Іуэхур щымытыншым дежи Иеговэ дызэрыхуэлажьэм дэ гуфІэгъуэ къытхуихьыфынущ. Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу икІи фызабэу щыт зи ныбжьыр хэкІуэта ди шыпхъу Мире́й и щапхъэр абы щыхьэт тохъуэ. Япэм щыгъуэ ар дохутыру лэжьащ, ауэ пенсием кІуа иужь пионер лэжьыгъэр къищтащ. Мирей и къупщхьэ зэрытыпІэхэр къоуз, абы къыхэкІкІэ куэдрэ къыхуэкІухькъым. ХъыбарыфІыр унэ-унэкІэ игъэІуну ар щыкІуэм деж зы сыхьэт нэхърэ нэхъыбэкІэ кІуэкъым, ауэ стендыр къагъэсэбэпу хъыбарыфІыр щагъэІум деж а лэжьыгъэм нэхъыбэрэ хотыф. Мирей тригъэзэжурэ хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуа цІыху куэдым йопсалъэ икІи Библием ирегъаджэ. Иныкъуэхэр абы зэрыригъаджэр телефонкІэщ. Мирей хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтыну хуэзыгъэушыр сыт? Абы жеІэ: «Сэ Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу солъагъу. Абы нэмыщІ нэхъыбэ схуэщІэн щхьэкІэ сэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ къыздэІэпыкъуну солъэІу» (Мт. 22:36, 37).
10. 1 Петр 5:10 зэритымкІэ, Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэну хуейхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къаІэрыхьэрэ?
10 Иеговэ зэмылІэужьыгъуэ щІыкІэкІэ дызэрыригъаджэр. Ди къуэш Ке́нни Маври́кий къэралым хъыбарыфІыр щегъэІу. Абы и дежкІэ Иеговэ ар зэрыригъаджэр тыгъэ лъапІэщ. Кенни пэжыр къищІа иужькІэ еджапІэр къигъанэри псым зыщІигъэуащ икІи полновременнэ лэжьыгъэр къищтащ. Ар къыддогуашэ: «Бегъымбар Ешайа итха псалъэхэм сытету сыпсэуну сыхущІокъу: „Сы-мис, сыгъакІуэ сэ!“» (Ис. 6:8). Кенни ухуэныгъэм пыщІа лэжьыгъэ зыбжанэм хэтащ, абы нэмыщІ ди публикациехэр абы и анэдэлъхубзэмкІэ щызэрадзэкІым ар ядэІэпыкъуащ. Абы жеІэ: «Къуэшхэм сызэрырагъэджам и фІыгъэкІэ си къалэнхэр фІыуэ схуэгъэзэщІащ». Ауэ Кенни зригъэгъуэтар а ІэщІагъэхэм я закъуэкъым. Абы пещэ: «Сэ къызгурыІуащ си зэфІэкІхэм гъунэ зэриІэр икІи Иеговэ згъэгуфІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэм селэжьын хуейми къэслъэгъуащ». (Къеджэ 1 Петр 5:10.) Уэ-щэ? Уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэплъхьэу щытмэ, Иеговэ зэмылІэужьыгъуэ щІыкІэкІэ дызэрыригъаджэр уэри зыхэпщІэну къыщІэкІынущ.
Зэщхьэгъусэхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІу; ди шыпхъу ныбжьыщІэр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэр щаухуэм пыщІа лэжьыгъэм хэтщ; зи ныбжьыр хэкІуэта зэщхьэгъуситІым хъыбарыфІыр телефонкІэ ягъэІу. Иеговэ и лэжьыгъэм зэрыхэтым абыхэм псоми гуфІэгъуэшхуэ къахуехь. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтын щхьэкІэ Ипщэ Кореем щыщ ди шыпхъуищым сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ящІа икІи сыт абы къыпэкІуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
11 Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэми ІэмалыщІэхэр къагъэсэбэпурэ хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ. Ипщэ Кореем щыщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыддэгуэшащ COVID-19 пандемиер зэрекІуэкІ лъандэрэ я зэхуэсым сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр яІэми: «Узыншагъэ зэрамыІэм къыхэкІкІэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ зыхуэмыгъэІуу щытахэм иджыпсту видеосвязыр къагъэсэбэпу хъыбарыфІыр ягъэІу. Зи ныбжьыр илъэс 80-м щІигъуа ди шыпхъуищым компьютерыр къагъэсэбэпу зрагъэсащ. Иджы абыхэм махуэ къэс жыхуаІэм хуэдэу хъыбарыфІыр ягъэІу» (Пс. 92:14, 15). Уэри ухуейт хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ жыджэру ухэтыну икІи Иеговэ зэрыфІыр бгъэунэхуну? А мурадыр къохъулІэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунуми къэтщІэнщ.
ДИ МУРАДХЭР КЪЫДЭХЪУЛІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
12. Иеговэ дзыхь хуэзыщІхэр сыткІэ къигъэгугъэрэ?
12 Иеговэ дзыхь хуэфщІу зевгъасэ. Дэ Алыхьым дзыхь хуэтщІмэ икІи нэхъыфІу диІэр етту щытмэ, абы дыкъегъэгугъэ и нэфІ къытщыхуэну (Мал. 3:10). Колумбием щыщ ди шыпхъу Фабио́лэ а псалъэхэр зэрыпэжыр и фІэщ хъуащ. Абы псым зыщІигъэуа иужь пионер лэжьыгъэр къищтэну мурад ищІащ. Ауэ Фабиолэ и щхьэгъусэмрэ и бынищымрэ зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ лэжьэн хуейт икІи пионер лэжьыгъэри и лэжьапІэри хузэдэхьынутэкъым. Абы къыхэкІкІэ ди шыпхъум и ныбжьыр пенсие кІуэгъуэм щынэсам щыгъуэ Иеговэ къыдэІэпыкъуну тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэу щІидзащ. Фабиолэ игу къегъэкІыж: «И нэхъыбэм пенсиер зэбгъэпэщын щхьэкІэ зэман куэд токІуадэ. Ауэ си Іуэхум щыгъуэ ар мазэм и кІуэцІым зэфІэкІащ. Ар сыту телъыджэт!» МазитІ дэкІа иужь ди шыпхъур зыщІэхъуэпсар къехъулІащ. Иджыпсту Фабиолэ и ныбжьыр илъэс 70-м щІигъуащ икІи ар илъэс 20-м щІигъуауэ пионеру мэлажьэ. А зэманым къриубыдэу ар цІыхубзийм ядэІэпыкъуащ ахэр Иеговэ и Щыхьэт хъуну. Фабиолэ пещэ: «Иныкъуэхэм деж сэ къару зэрысхуримыкъур зыхызощІэ, ауэ Иеговэ махуэ къэс къыздоІэпыкъу пионер лэжьыгъэм и графикым сытетыну».
Ибрэхьим, Саррэ, Екъуб, абы нэмыщІ Иордан псым пхырыкІа дин пашэхэм Иеговэ дзыхь зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар? (13-нэ абзацым феплъ.)
13, 14. Иеговэ дзыхь хуэтщІын икІи ди мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ щапхъэ хэт зытетх хъунур?
13 Иеговэ дзыхь хуэзыщІу щытахэм я щапхъэм дерс хэфх. Иеговэ псэемыблэжу хуэлэжьа цІыху куэдым Библиер топсэлъыхь. Абыхэм ящыщ куэдым Иеговэ и нэфІ щащыхуар япэ лъэбакъуэр яча иужьщ. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьим «здэкІуэнур имыщІэу щыта пэтми», и унэр къигъэна иужьщ Иеговэ и нэфІ абы щыщыхуар (Евр. 11:8). Екъуб жэщ псокІэ мелыІычым ебэна иужьщ Иеговэ и нэфІ абы щыщыхуар (ЩІэдз. 32:24—30). Дин пашэхэр псым хыхьа иужьщ Израил лъэпкъыр Иордан псым зэпхрыкІыу Иеговэ ахэр къызэригъэгугъа щІыналъэм щихьэфар (Иис. Н. 3:14—16).
14 Ди зэманым псэу Иеговэ и лэжьакІуэхэри дэ щапхъэфІ тхуэхъуфынущ. Ахэр Иеговэ щогугъ икІи абы и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр зыхуагъэув. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм топсэлъыхь «Они с готовностью предоставили себя для служения»c жыхуиІэ статья гупыр. А статьяхэм еджэну зи фІэфІ Пе́йтонрэ абы и щхьэгъусэ Дайа́нэрэ къыддогуашэ: «Ди дежкІэ а статьяхэм деджэнри ІэфІу шхэ цІыхухэм дыбгъэдэсынри тІури зыщ. Абыхэм нэхъыбэрэ уеплъыхукІэ уэри Иеговэ зэрыфІыр бгъэунэхуну ухуейуэ уохъу». Зэман гуэр дэкІа иужь Пейтонрэ Дайанэрэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуащ. Уэри а статьяхэм щыщ уеджауэ пІэрэ? Абыхэм нэмыщІ jw.org сайтым «Проповедь в отдалённых районах. Австралия» икІи «Проповедь в отдалённых районах. Ирландия» жыхуиІэ видеороликхэм ущеплъ хъунущ. Апхуэдэ статьяхэмрэ видеороликхэмрэ уэ къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ нэхъыбэу ухуэлэжьэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунуми къыбгурыІуэну.
15. Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къыхэпхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
15 Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къыхэфх. Зэи умышха гуэр пшхыну утегушхуэну нэхъ тыншщ а шхыныгъуэр фІыуэ зылъагъухэм уащригъусэм деж. Абы ещхьу, Иеговэ нэхъыбэ хуэзыщІыну хуейхэр дгъэныбжьэгъуу щытмэ, дэри Алыхьым и лэжьыгъэм нэхъыбэрэ дыхэтыну абы дыхуигъэушыфынущ. Кент зи цІэ ди къуэшымрэ абы и щхьэгъусэ Веро́никэрэ а псалъэхэр зэрыпэжыр зыхащІащ. Абыхэм жаІэж: «Ди ныбжьэгъухэмрэ ди унагъуэм щыщхэмрэ дыхуагъэушт хъыбарыфІыр ІэмалыщІэхэмкІэ дгъэІуну. Дэ къыдгурыІуащ: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ изыгъэщхэм уаригъусэу щытмэ, уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэну нэхъ утогушхуэ». Иджыпсту ахэр специальнэ пионеру Сербием щолажьэ.
16. Хьисэ къихьа ущие хъыбарым дауэ къызэрыхэщыр цІыхум зыгуэр къигъэнэну хьэзыру зэрыщытын хуейр? (Лука 12:16—21).
16 Иеговэ щхьэкІэ зыгуэр зыхуэвгъэныкъуэну хьэзыру фыщыт. Иеговэ арэзы тщІын щхьэкІэ ди гъащІэм гуфІэгъуэ къыдэзыт псори ІэщІыб тщІын хуейкъым (Эккл. 5:19, 20). Иныкъуэхэм деж Иеговэ нэхъыбэрэ дыхуэлэжьэну Іэмал диІэщ, ауэ абы щхьэкІэ зыгуэр къэдгъэнэну дыхьэзыркъым. Хьисэ къихьа ущие хъыбарым хэта цІыхухъум ищІар апхуэдэ щыуагъэщ. Абы къыфІэІуэхуу щытар Алыхьым и еплъыкІэратэкъым, атІэ езым и тыншыгъуэрат. (Къеджэ Лука 12:16—21.) Францием щыщ ди къуэш Кристья́н жеІэ: «Япэм щыгъуэ нэхъыфІу сиІэр Иеговэрэ си унагъуэмрэ есту щытакъым». Кристьянрэ и щхьэгъусэмрэ пионер лэжьыгъэр къащтэну мурад ящІащ. Абыхэм ар яхузэфІэкІын щхьэкІэ я лэжьапІэр къагъанэри унэхэмрэ офисхэмрэ зэлъыІуахыу фирмэ цІыкІу къызыІуахащ икІи мащІэмкІэ арэзы хъууэ зрагъэсэн хуей хъуащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр я гъащІэм халъхьэну мыхьэнэ иІэт? Кристьян жеІэ: «Дэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм апхуэдиз гуфІэгъуэ зэи къытхуихьакъым! ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ икІи цІыхухэр Библием щедгъаджэкІэ абыхэм Иеговэ теухуауэ къызэращІэр щытлъагъум деж дэ абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь».
17. Шерон хъыбарыфІыр ІэмалыщІэкІэ игъэІуну сыт къыдэІэпыкъуар?
17 ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ ІэмалыщІэхэр къэвгъэсэбэпыну хьэзыру фыщыт. (Апост. 17:16, 17; 20:20, 21). США-м щыщ пионеру лажьэ Ше́рон и дежкІэ тынштэкъым COVID-19 пандемием и ягъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным зэрызихъуэжам есэну. Телефоныр къигъэсэбэпу хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм ядэгуэшэну япэщІыкІэ ар тегушхуэтэкъым. Ауэ районым и нэхъыжьыр зэхуэсым къыщыкІуам щыгъуэ ар зэрыпщІ хъуныр абыхэм яригъэлъэгъуащ икІи Шерон щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІыр телефонкІэ игъэІуу щІидзащ. Абы жеІэж: «ЯпэщІыкІэ а Іуэхум сэ сыщышынэт, ауэ иджыпсту абы гуфІэгъуэ къысхуихьу хъуащ. ХъыбарыфІыр унэ-унэкІэ щыдгъэІуу щытам нэхърэ телефонкІэ цІыху нэхъыбэм уопсэлъэф».
18. ХъыбарыфІыр нэхъыбэу дгъэІуну мурад щытщІым деж дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 Мурад вгъэуви ар къызэрывэхъулІэным фыхущІэкъу. Гугъуехь гуэр дыщыпэщІэхуэм деж дэ Иеговэ зыхудогъазэри адэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ тчынуми догупсыс (Прит. 3:21, Гъэсэпэтхыдэхэр). Соня Европэм щыщ къэрал гуэрым цыджаныбзэкІэ псалъэ гупым хэтщ икІи пионеру мэлажьэ. Ар къыддогуашэ: «Сэ сщІэну сызыхуейхэр тхылъымпІэм тызотхэри, ар щыслъэгъуным деж тызолъхьэ. Абы нэмыщІ сэ си стІолым гъуэгу зэхэкІыпІэм и сурэт тетщ. Унафэ гуэр къэсщтэн ипэ сэ абы соплъри а унафэм сызыхуишэным согупсыс». Соня гугъуехь гуэрхэм щыпэщІэхуэм деж абыхэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэну хущІокъу. Абы жеІэ: «Си Іуэхум зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм блыным е лъэмыжым хуэдэу сыхущыт хъунущ — абыхэм сыкъагъэувыІэнущ е адэкІэ сыкІуэну гъуэгу къызатынущ. Псори зэлъытар сэ си еплъыкІэращ».
19. Мы статьям сытым фыхуигъэуша?
19 Иеговэ дэ фІыгъуэ куэд къыдет! А псор фІыщІэ зэрытщІыр едгъэлъэгъун икІи и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ (Евр. 13:15). ХъыбарыфІыр ІэмалыщІэхэмкІэ дгъэІуу зэрызедгъэсэным дыхущІэвгъэкъу. Апхуэдэу дэ Иеговэ Іэмал еттынущ фІыгъуэ нэхъыбэ къыдитыну. «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр» жыхуиІэ псалъэхэр зэрыпэжыр къэтщІэну махуэ къэс дыхущІэвгъэкъу! Абы щыгъуэ, Хьисэ хуэдэу, дэри тхужыІэнущ: «Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкІуар зыхуейр злэжьыну, абы и Іуэхур нэзгъэсыну аращ» (Ин. 4:34).
80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»
a ФІыгъуэ псори къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ. Ар цІыхухэм псоми фІыуэ яхущытщ, уеблэмэ, цІыху бзаджэхэми. Ауэ псом хуэмыдэу и лэжьакІуэхэм фІыгъуэхэр яритыну абы и фІэфІщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ дапхуэдэу ар ищІэми икІи абы нэхъыбэу хуэлэжьэну хущІэкъухэм сыт хуэдэ тыгъэхэр яритми.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c Япэм щыгъуэ а статья гупым щыщхэр «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым къытрадзэу щытащ. Иджы ахэр къыщыбгъуэтыфынущ jw.org сайтым (О НАС > СЛУЧАИ ИЗ ЖИЗНИ > ДУХОВНЫЕ ЦЕЛИ).