18 СТАТЬЯР
Хьисэ и гъуэгу урикІуэну зыгуэр зэран зыхуэбгъэхъуну?
«Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкІэ къэзымыгъэкІыр» (МТ. 11:6).
54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Библием ит пэжхэр нэгъуэщІхэм япэ дыдэу щажепІам щыгъуэ ар дауэ къащыхъуа икІи ар уи дежкІэ гъэщІэгъуэн щІэхъуар сыт?
ПЭЖЫР къызэрыбгъуэтар япэ дыдэу къыщыбгурыІуам щыгъуэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІами пщІэжрэ? Библием иту уэ къэпщІахэр уи дежкІэ гурыІуэгъуэу зэрыщытым къыхэкІкІэ а пэжхэр нэгъуэщІхэми гуфІэжу къащтэну уи гугъэу къыщІэкІынт. Уэ шэч лъэпкъ къытепхьэтэкъым Библием ит пэжхэм иджыпсту абыхэм я гъащІэр нэхъыфІ зэращІыфынум икІи къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ къызэрыратыфынум (Пс. 119:105). Абы уэ ухуигъэушащ къэпщІамкІэ уи ныбжьэгъухэм икІи уи Іыхьлыхэм уадэгуэшэну. Ауэ ар абыхэм дауэ къазэрыщыхъуар? ГъэщІэгъуэныращи, абыхэм я нэхъыбэм а пэжхэр къащтэн ядакъым.
2, 3. Хьисэ щыпсэуа зэманым и нэхъыбэ цІыхухэр дауэ абы зэрыхущытар?
2 Библием ит пэжым цІыхухэм едэІуэн зэрамыдэр дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым. Хьисэ щыпсэуа зэманым и нэхъыбэ цІыхухэм ар я фІэщ хъуакъым, Алыхьыр зэригъусэр къэзыгъэлъагъуэ телъыджэ куэд абы илэжьа пэтми. Псалъэм папщІэ, Хьисэ Лазар лІахэм къахигъэтэджыкІыжащ. А телъыджэ Іуэхур Хьисэ имылэжьауэ и бийхэм нэгъуни жаІэфтэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, иудей дин пашэхэм Хьисэ Мэссихьу къалъытэн ядакъым. Уеблэмэ, абыхэм Хьиси Лазари яукІыну мурад ящІат! (Ин. 11:47, 48, 53; 12:9—11).
3 Хьисэ ищІэт и нэхъыбэ цІыхухэм ар Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ зэрымыхъунур (Ин. 5:39—44). ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и гъэсэнхэм Хьисэ мыпхуэдэу яжриІат: «Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкІэ къэзымыгъэкІыр» (Мт. 11:2, 3, 6). Сыт-тІэ апхуэдиз цІыхум Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар?
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Мы статьями абы къыкІэлъыкІуэми дэ щызэпкърытхынущ япэ лІэщІыгъуэм псэуа цІыху куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуам и щхьэусыгъуэ зыбжанэ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ нобэ куэдыр хъыбарыфІым едэІуэну щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэхэм. Ауэ, псом нэхърэ нэхъапэращи, дэ къэтщІэнущ адэкІи Хьисэ быдэу ди фІэщ хъуну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэми.
1. ХЬИСЭ КЪЫЗЫХЭКІАР
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар сыт? Хьисэ къызыхэкІар. Ноби цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иувэну апхуэдэ гуэр зэран къащІыхуэхъуфынур сыт? (5-нэ абзацым феплъ.)b
5. Хьисэ къэкІуэн хуей Мэссихьу зэрыщытыр языныкъуэ цІыхухэм сыт я фІэщ щІэмыхъуар?
5 Хьисэ къызыхэкІауэ щытар куэдым зэран яхуэхъуащ абы и лъэужь иувэну. Ар егъэджакІуэ Іэзэу зэрыщытыр икІи абы телъыджэ Іуэхухэр зэрилэжьыр цІыхухэм ялъагъут. Ауэ абыхэм я дежкІэ Хьисэ къулеягъ зыбгъэдэмылъ пхъащІэм и къуэ къудейуэ щыту арат. Абы нэмыщІ ар мыхьэнэшхуэ зимыІэу къалъытэ Назарет къалэм щыщт. Абы теухуауэ Хьисэ и лъэужь иува Нафанаил мыпхуэдэ псалъэхэр жиІат: «Назарет фІыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкІын?» (Ин. 1:46). Нафанаил Хьисэ щыпсэуа къалэр игу иримыхьу щытагъэнкІэ хъунут. Е абы зи гугъу ищІар, Михей 5:2 зэритымкІэ, Мэссихьыр Бэтлэхьэм къалэм къыщалъхун хуейуэ зэрыщытарауэ къыщІэкІынут.
6. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа цІыхухэм Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ хъуну сытыт къадэІэпыкъуфынур?
6 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Мэссихьыр къызыхэкІын хуейм теухуауэ Библием куэд итщ. Ауэ бегъымбар Ешайа итхауэ щытащ Хьисэ и бийхэм абы мыхьэнэ зэрырамытынур (Ис. 53:8). А цІыхухэм Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэн щхьэкІэ зэман хухахауэ щытамэ, бегъымбар Михей зэритхам техуэу, ар Бэтлэхьэм къызэрыщалъхуар икІи пащтыхь Даут и щІэблэм къызэрыхэкІар къащІэнут (Лк. 2:4—7). Ауэ абыхэм Хьисэ къызыхэкІам теухуа пэжым гу лъамытэу икІи а Іуэхур фІыуэ зэхамыгъэкІыу унафэхэр къащтэт. А псор абыхэм зэран къахуэхъуащ Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ хъуну.
7. Нобэ пэжыр къащтэну куэдыр щІыхуэмейр сыт?
7 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Иеговэ и Щыхьэтхэм я нэхъыбэр унагъуэ къулейм е цІэрыІуэм къыхэкІакъым. Куэдым ахэр «щІэныгъэ зимыІэ цІыху къызэрыгуэкІыу» ябж (Апост. 4:13). Языныкъуэ цІыхухэм я гугъэщ Иеговэ и Щыхьэтхэм Библием хурагъэджэну хуитыныгъэ ямыІэу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр диным хуемыджауэ къалъытэ. НэгъуэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр Америкэм къикІа дину къалъытэ, ауэ, пэжыр жыпІэмэ, абыхэм щыщу процент 14 хуэдизщ Америкэм щыпсэур. Зыгуэрхэми я гугъэщ Иеговэ и Щыхьэтхэм Хьисэ Мэссихь я фІэщ мыхъуу. Илъэс куэдым къриубыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм коммунисткІэ, Америкэм къикІа шпионкІэ е экстремисткІэ цІыхухэр йоджэ. Апхуэдэ хъыбархэр куэдым я фІэщ мэхъу икІи абыхэм Іуэхур зытетыр зэхагъэкІыну хуейкъым. Абы къыхэкІкІэ пэжыр къащтэн ядэкъым.
8. Апостолхэм 17:11 зэритымкІэ, нобэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр хэтми дауэ зэхэбгъэкІа хъуну?
8 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Іуэхур зытетыр зэхэгъэкІын хуейщ. Лука ХъыбарыфІ тхылъыр щитхым щыгъуэ апхуэдэущ зэрищІар. Ар хущІэкъут «къэхъукъащІэ Іуэху псори я щІэдзапІэм къыщегъэжьауэ» зэхигъэкІыну. Лука хуейт итхыжа ХъыбарыфІым еджэнухэм Хьисэ теухуауэ зэхахар пэжу зэрыщытым шэч лъэпкъ къытрамыхьэну (Лк. 1:1—4). Верие дэс журтхэм Лука иІа бгъэдыхьэкІэм хуэдэ яІащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр япэ дыдэу щызэхахам щыгъуэ абыхэм ар ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкІыну мурад ящІащ. (Къеджэ Апостолхэм 17:11.) Ноби Іуэхур зытетыр зэхэбгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхурагъаджэр Библием итым егъэпщэн хуейщ. Абы нэмыщІ Иеговэ и лъэпкъым ди зэманым игъэзащІэ лэжьыгъэм теухуауэ нэхъыбэ къэщІэн хуейщ. Апхуэдэу зыщІ цІыхур Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ къекІуэкІ хъыбархэм е куэдыр абыхэм нэфІ-ней хэлъу зэрыхущытым щигъэуэнукъым.
2. ХЬИСЭ МЭССИХЬУ ЗЭРЫЩЫТЫМ ЩЫХЬЭТ ТЕХЪУЭ НЭЩЭНЭ ГЪЭЩІЭГЪУЭНЫЩЭХЭР ИЩІЭН ИДЭТЭКЪЫМ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар сыт? Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым щыхьэт техъуэ нэщэнэ гъэщІэгъуэныщэхэр ищІэн идэтэкъым. Ноби цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иувэну апхуэдэ гуэр зэран къащІыхуэхъуфынур сыт? (9, 10-нэ абзацхэм феплъ.)c
9. Нэщэнэ гъэщІэгъуэн гуэр уафэм къахуригъэхыну Хьисэ цІыхухэм щахуимыдам щыгъуэ сыт къэхъуар?
9 Хьисэ и зэманым языныкъуэ цІыхухэм абы зыхуригъаджэр зэрызэхах закъуэмкІэ арэзы хъутэкъым. Ахэр нэхъыбэ хуейт. ЦІыхухэр Хьисэ елъэІут ар Мэссихьу зэрыщытым щыхьэт техъуэ «нэщэнэ гъэщІэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну» (Мт. 16:1). Абыхэм Даниил 7:13, 14 ит псалъэхэм къикІыр тэмэму къагурыІуэу къыщІэкІынтэкъым. А псалъэхэр къыщыхъун хуеяр зэман гуэр дэкІа иужьт. Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр зэхэбгъэкІын щхьэкІэ, абы зыхуригъаджэу щытар зэхэпхыным нэхърэ нэхъыбэ ухуейтэкъым. Аращ ахэр Хьисэ щІелъэІуа телъыджэ Іуэхухэр абы щІимыщІар. А цІыхухэм зыхуейр къащыІэрымыхьэм Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ ящІын ядакъым (Мт. 16:4).
10. Мэссихьым теухуауэ Исаия 42:1, 2 ит псалъэхэр Хьисэ дапхуэдэу зэригъэзэщІар?
10 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Исаия бегъымбарым Мэссихь теухуауэ мыпхуэдэу итхат: «Абы и макъым зригъэІэтынукъым икІи ар кІиинукъым, уэрамыми и макъыр щызэхригъэхынукъым» (Ис. 42:1, 2). Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ гулъытэ лей зыхуригъэщІу щытакъым. Абы Алыхьыр щагъэлъапІэ унэшхуэхэр иухуакъым, щыгъын хэха гуэр зрихьакъым икІи цІыхухэм зыкъыщыхуагъазэкІэ титулхэр къагъэсэбэпын хуейуэ яхуигъэувакъым. Хьисэ и гъащІэр зэлъыта хьэкумыр щащІым щыгъуи Ирод пащтыхьым нэщэнэ гуэр иригъэлъэгъун идакъым (Лк. 23:8—11). Пэжщ, Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ телъыджэ Іуэхухэр илэжьт, ауэ хъыбарыфІ гъэІуныр абы псом нэхърэ нэхъапэ иригъэщт. Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Аращ сэ сыкъыщІэкІуар» (Мк. 1:38).
11. Нобэ диным теухуауэ языныкъуэхэм сыт хуэдэ еплъыкІэ нэпцІхэр яІэ?
11 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Куэдым ягу ирохь хьэпшып лъапІэхэмкІэ гъэщІэрэщІа динхэм яІэ унэшхуэ дэгъуэхэр, дин пашэхэм зрахьэ титул цІэрыІуэхэр икІи цІыхухэм хуагъэув хабзэхэр, абыхэм я мыхьэнэмрэ ахэр къыздикІамрэ ямыщІэ пэтми. Ауэ апхуэдэ зэІущІэхэм кІуэ цІыхухэм Алыхьымрэ абы и мурадымрэ теухуауэ куэд къащІэу пІэрэ? Ди зэІущІэхэм къакІуэхэм Иеговэ цІыхухэм къахуигъэувыр къащІэ икІи а къащІам тету псэуну зрагъасэ. Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэр хьэпшып лъапІэхэмкІэ гъэщІэрэщІакъым, ауэ ахэр къэбгъэсэбэпыну икІи къабзэу зепхьэну тыншщ. Зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэхэм щыгъын хэха е титул гуэрхэр къагъэсэбэпкъым. Дэ ди фІэщ хъумрэ цІыхухэр зыхуедгъаджэмрэ лъабжьэ хуэхъур Алыхьым и Псалъэращ. А псом емылъытауэ, куэдым ди диныр егъэлеяуэ къызэрыгуэкІыу къащохъу икІи дэ жытІэр ахэр зыхуейм техуэкъым.
12. Еврейхэм 11:1, 6 зэритымкІэ, ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъун хуейр сыт?
12 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Рим дэс къуэш, шыпхъухэм Паул яхуитхащ: «ХъыбарыфІыр щызэхахкІэ цІыхухэм фІэщхъуныгъэ яІэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиІуатэкІи а хъыбарыфІыр зэхах» (Рим 10:17). Аращи, фІэщхъуныгъэ диІэн щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэр куууэ дджын хуейщ абы темыгъэщІа хабзэхэм дыхэтыным ипІэкІэ, ахэр дапхуэдизу гъэщІэгъуэну щымытми. Ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъун хуейр Библием ит щІэныгъэ пэжхэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «цІыхум фІэщхъуныгъэ имыІэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым». (Къеджэ Еврейхэм 11:1, 6.) Абы къыхэкІкІэ дэ пэжыр къызэрыдгъуэтам щыхьэт техъуэ нэщэнэ гъэщІэгъуэнхэм дыхуэныкъуэкъым. ФІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щхьэкІэ Библиер куууэ дджыным нэхърэ нэхъыбэ дыхуейкъым.
3. ЖУРТХЭМ Я ХАБЗЭ КУЭДЫМ ХЬИСЭ ТЕТАКЪЫМ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар сыт? Журтхэм я хабзэ куэдым Хьисэ тетакъым. Ноби цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иувэну апхуэдэ гуэр зэран къащІыхуэхъуфынур сыт? (13-нэ абзацым феплъ.)d
13. Хьисэ Мэссихьу къалъытэн куэдым щІамыдар сыт?
13 ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и гъэсэнхэм къагурыІуэтэкъым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр щІэмынэщІыр. Хьисэ абыхэм яжриІащ и гъэсэнхэм ар я гъусэхукІэ ахэр нэщІын зэрыхуэмейр (Мт. 9:14—17). Абы емылъытауэ, Хьисэ журтхэм я хабзэхэм зэрытемытым щхьэкІэ фарисейхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ ар ягъэкъуаншэт. Хьисэ щэбэт махуэм сымаджэхэр зэригъэхъужым ахэр къигъэгубжьт (Мк. 3:1—6; Ин. 9:16). Зы лъэныкъуэкІэ, абыхэм щэбэт махуэр ягъэлъапІэ хуэдэу фэ зытрагъауэт, ауэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, Алыхьым и Унэшхуэм сату щыпщІыным Іей лъэпкъ халъагъуэтэкъым. Абы щхьэкІэ Хьисэ дин пашэхэр щигъэкъуаншэм деж ахэр зэгуэпт (Мт. 21:12, 13, 15). Назарет къалэм дэт синэгуэгум Хьисэ едаІуэу щІэса цІыхухэр икъукІэ къэгубжьат ахэр щхьэхуещэу зэрыщытыр икІи фІэщхъуныгъэ зэрахуримыкъур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэр абы къыщихьам щыгъуэ (Лк. 4:16, 25—30). Хьисэ и щытыкІэр цІыхухэр зыщыгугъам техуэтэкъым, абы къыхэкІкІэ ар Мэссихьу къалъытэн ядакъым (Мт. 11:16—19).
14. Алыхьым и Псалъэм итым темыхуэ хабзэхэр Хьисэ щІимыдэр сытыт?
14 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Бегъымбар Ешайа къигъэсэбэпу Иеговэ жиІащ: «Мы лъэпкъым жьэкІэ гъунэгъу зыкъысхуещІ икІи ІупэкІэ фІэкІа щІыхь къысхуихькъым, ауэ абыхэм ягухэр пэІэщІэ схуащІащ икІи сэ къысфІэлІыкІыныр абыхэм я дежкІэ цІыхухэм къагупсыса хабзэу фІэкІа щыткъым» (Ис. 29:13). Тхыгъэ ЛъапІэм темыхуэ хабзэхэр Хьисэ щІимыдэм щхьэусыгъуэ иІэт. Ауэ цІыхухэм къагупсыса хабзэхэр Алыхьым и Псалъэм итым нэхърэ нэхъ лъапІэу къэзылъытэхэм Иеговэрэ абы къигъэкІуа Мэссихьымрэ ІэщІыб ящІащ.
15. Иеговэ и Щыхьэтхэр цІыху куэдым ягу щІримыхьыр сыт?
15 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Куэдым я жагъуэ ящІ Иеговэ и Щыхьэтхэм абыхэм я гъусэу Библием темыхуэ махуэшхуэхэр щамыгъэлъапІэм деж, псалъэм папщІэ, илъэсыщІэмрэ цІыхур къыщалъхуа махуэхэмрэ. НэгъуэщІхэр къегъэгубжь къэралыр зыгъэлъапІэ Іуэхугъуэхэм е цІыхур лІа иужь Библием темыхуэ хабзэ къекІуэкІхэм дызэрыхэмытым. Иеговэ и Щыхьэтхэм я щытыкІэр зигу иримыхь цІыхухэм езыхэр Алыхьым пэжу хуэлажьэу я гугъэнкІэ хъунущ. Ауэ абыхэм Библием ит пэжхэм нэхърэ мы дунейм къыщекІуэкІ хабзэхэр нэхъ къащтэу щытмэ, Алыхьыр арэзы яхуэщІынукъым (Мк. 7:7—9).
16. Псалом 119:97, 113, 163—165 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр икІи сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?
16 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Иеговэ и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэн хуейщ. (Къеджэ Псалом 119:97, 113, 163—165.) Дэ уафэм щыІэ ди Адэр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, абы ифІэмыфІ хабзэхэм дытетынукъым. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр зыгуэрым нэхъ махэ ищІыну дэ зэи хуит тщІынукъым.
4. ХЬИСЭ ПОЛИТИКЭМ ХЭІЭБАКЪЫМ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар сыт? Хьисэ политикэм хэІэбакъым. Ноби цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иувэну апхуэдэ гуэр зэран къащІыхуэхъуфынур сыт? (17-нэ абзацым феплъ.)e
17. Хьисэ и зэманым псэуа журт куэдым сыт зэран къахуэхъуар ар Мэссихьу зэрыщытыр я фІэщ хъуну?
17 Хьисэ щыпсэуа зэманым языныкъуэхэр хуейт политикэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьэну. Ахэр щыгугът гугъуехь езыгъэшэч Римым и тепщэныгъэм Мэссихьым къыщІишыжыну. Ауэ Хьисэ пащтыхь ящІыну щыхэтам щыгъуэ абы ар идакъым (Ин. 6:14, 15). НэгъуэщІхэр, дин пашэхэри абыхэм яхэту, Хьисэ политикэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хилъхьэнкІэ шынэт. Апхуэдэу къэхъуатэмэ, абы Римым тепщэныгъэ зиІэхэр къигъэгубжьыфынут икІи дин пашэхэм ирата тепщэныгъэр къытрахыфынут. Хьисэ я фІэщ хъуну журт куэдым зэран къахуэхъуащ политикэм пыщІа Іуэхухэм зэригъэгузавэр.
18. Мэссихьым теухуауэ Библием ит сыт хуэдэ псалъэхэра цІыху куэдым гу лъатэну зыхуэмеяр?
18 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Библиер Мэссихьым текІуэныгъэ къэзыхь зауэлІым хуэдэу топсэлъыхь. Ауэ абы иджыри щыжыІащ ар япэщІыкІэ ди гуэныхьхэм щхьэкІэ лІэн хуейуэ зэрыщытар (Ис. 53:9, 12). Сытыт-тІэ Хьисэ и зэманым псэуа цІыхухэм еплъыкІэ нэпцІхэр щІаІар? Абыхэм щыщ куэдыр хуейтэкъым я гугъуехьхэм занщІэу кІэ зэримыІэным теухуауэ Библием ит псалъэхэм гу лъатэну (Ин. 6:26, 27).
19. Нобэ куэдыр къыдэдэІуэну щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр сыт?
19 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Дэ политикэм дызэрыхэмыІэбэм щхьэкІэ цІыху куэдыр къыдэдэІуэну хуейкъым. Абыхэм къалъытэ тепщэныгъэ зиІэхэр къыщыхахым деж дэри а Іуэхум дыхэтын хуейуэ. Ауэ дэ къыдгуроІуэ цІыху гуэр ди тепщэу къыщыхэтхым деж Иеговэ и тепщэныгъэр ІэщІыб зэрытщІыр (1 Сам. 8:4—7). Абы нэмыщІ абыхэм къалъытэнкІэ хъунущ ІуэхуфІ гуэрхэр пщІэншэу тщІэн хуейуэ, псалъэм папщІэ, школхэр е сымаджэщхэр дыухуэну. Дэ иджыпсту щыІэ гугъуехьхэм хэкІыпІэ къахуэдгъуэтыну дызэрыхэмытыр, атІэ хъыбарыфІ гъэІуным ди къару псор зэреттым щхьэкІэ цІыхухэр къыдэдэІуэн ядэкъым.
20. Маттэ 7:21—23 зэритымкІэ, сыт дэ псом япэ идгъэщын хуейр?
20 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? (Къеджэ Маттэ 7:21—23.) Дэ псом нэхъапэ идгъэщын хуейр — ар Хьисэ къытхуигъэна лэжьыгъэращ (Мт. 28:19, 20). Мы дунейм и гугъуехьхэм хэкІыпІэ къыхуэдгъуэтын щхьэкІэ зэман дгъэкІуэд хъунукъым. Дэ цІыхухэр фІыуэ долъагъу икІи ахэр фІы хуэзэну дыхуейщ, ауэ къыдгуроІуэ: нэхъыфІ дыдэу абыхэм яхуэтщІэфынур — ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжымкІэ дадэгуэшэныращ икІи ахэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну дадэІэпыкъуныращ.
21. Сыт дэ дызыхущІэкъун хуейр?
21 Мы статьям дэ щызэпкърытхащ япэ лІэщІыгъуэм куэдым Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуам и щхьэусыгъуиплІыр. Ноби а щхьэусыгъуэ дыдэхэм щхьэкІэ цІыхухэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм едэІуэн ядэкъым. Апхуэдэу щІыщытым нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэу пІэрэ? ИІэщ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ иджыри щхьэусыгъуиплІ щызэпкърытхынущ. Аращи, ди фІэщхъуныгъэр быдэу зэрытхъумэным икІи Алыхьым Хьисэ къызэригъэкІуам шэч къызэрытедмыхьэным дыхущІэвгъэкъу!
56-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыр зэхэщІыкІ
a Хьисэ хуэдэ егъэджакІуэ щІылъэм темыта пэтми, ар Алыхьым къызэригъэкІуам куэдым шэч къытрахьэт. Сыт щхьэкІэ? Ар апхуэдэу щІыщытам и щхьэусыгъуиплІ дэ мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ нобэ куэдыр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІемыдаІуэм и щхьэусыгъуэхэм. Ауэ, псом нэхърэ нэхъапэращи, дэ къэтщІэнущ Хьисэ адэкІи и лъэужь дрикІуэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэми. Мы статьямрэ абы къыкІэлъыкІуэмрэ псом хуэмыдэу сэбэп яхуэхъунущ Библиер зыджхэм е зэІущІэхэм къекІуалІэхэм, ауэ Иеговэ и Щыхьэт хъуну темыгушхуэхэм.
b СУРЭТЫР. Филипп Нафанаил хуегъэуш Хьисэ бгъэдыхьэну.
c СУРЭТЫР. Хьисэ хъыбарыфІыр егъэІу.
d СУРЭТЫР. Хьисэ и бийхэм зэрафІэмыфІым щхьэкІэ къэмынэу зи Іэ къыдэмыбз цІыхухъур егъэхъуж.
e СУРЭТЫР. Хьисэ и закъуэу бгым докІ.