ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Апрель н. 8—13
  • Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «СИ АДЭ, КЪАХУЭГЪЭГЪУ АБЫХЭМ»
  • «ЖЭНЭТЫМ УЩЫЗИГЪУСЭНУЩ»
  • «МЫРАЩ ИДЖЫ УИ КЪУЭР! МЫРАЩ ИДЖЫ УИ АНЭР!»
  • «УЭ СИ ТХЬЭ, УТЫКУМ СИ ЗАКЪУЭУ ЩХЬЭ СЫКЪИБНА?»
  • «ПСЫ СХУОЛІЭ»
  • «СИ ЛЭЖЬЫГЪЭР НЭЗГЪЭСАЩ!»
  • «СИ ПСЭР УИ ІЭМЫЩІЭ ИЗОЛЪХЬЭ»
  • Иеговэ федаІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • «Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Апрель н. 8—13

15 СТАТЬЯР

Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

«Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр. Абы жиІэм федаІуэ» (МТ. 17:5).

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Хьисэ щаукІа махуэм къэхъуа Іуэхугъуэхэр къыжыфІэж.

ГОЛГОФЭ. Ди эрэм 33-нэ гъэ, нисан мазэм и 14-нэ. А махуэм Хьисэ пцІы тралъхьэри щІэпхъаджагъэ имыщІам щхьэкІэ ягъэкъуэншащ. Ар ауан ящІащ, удынышхуэ тралъхьащ, абы иужькІэ хьэзаб телъу лІэн щхьэкІэ пкъом ираІулІащ. Абы и Іэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ гъущІ ІунэкІэ пхыудауэ щытщ икІи зы бэуэгъуэ щищІкІэ, зы псалъэ закъуэ щыжиІэкІэ абы егъэлеяуэ узышхуэ зыхещІэ. Ауэ Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр жиІэн хуейщ.

2 Маттэ 17:5 зэритымкІэ, Иеговэ хуейщ дэ абы и Къуэм дедэІуэну. Хьисэ пкъом щраІулІам щыгъуэ лІэн ипэ жиІа псалъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ икІи абыхэм сытым дыхуагъасэми дегупсысынщ.

«СИ АДЭ, КЪАХУЭГЪЭГЪУ АБЫХЭМ»

3. «Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм» жиІэу Хьисэ Иеговэ щелъэІуам щыгъуэ, хэт зи гугъу ищІар?

3 Сыт Хьисэ жиІар? Хьисэ пкъом щыфІэлъым щыгъуэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзащ: «Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм». Хэт абы зи гугъу ищІар? АдэкІэ Хьисэ жиІа и псалъэхэм ар къыдгурагъаІуэ: «[Абыхэм] ялэжьыр зищІысыр къагурыІуэркъым» (Лк. 23:33, 34). Хьисэ зи гугъу ищІар ар пкъом езыІулІа Рим зауэлІхэрауэ къыщІэкІынущ. Ар хэту щытами абыхэм ящІэтэкъым. Абы нэмыщІ Хьисэ яукІыну лъэІуахэр, ауэ иужькІэ ар зи фІэщ хъуахэр а цІыхухэм яхэтауэ къыщІэкІынущ (Апост. 2:36—38). Хьисэ захуагъэ хэмылъу къыхущыта цІыхухэр игъэкъуэншакъым икІи къращІар яригъэпшыныжыну хэтакъым (1 Пет. 2:23). Абы и пІэкІэ ар Иеговэ елъэІут абыхэм ящІар къахуигъэгъуну.

4. Хьисэ и жагъуэгъухэм хуигъэгъуну хьэзыру зэрыщытам дэ сытым дыхуигъасэрэ?

4 Хьисэ и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Хьисэ хуэдэу цІыхухэм къахуэдгъэгъуну дэри хьэзыру дыщытын хуейщ (Кол. 3:13). Языныкъуэ цІыхухэр, ди благъэхэри абыхэм яхэту, къытпэщІоувэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дэ ди фІэщ хъумрэ ди дуней тетыкІэмрэ къагурыІуэкъым. Дэ ттеухуауэ абыхэм пцІы жаІэфынущ, нэгъуэщІ цІыхухэм я пащхьэм ди пщІэр щраудыхыфынущ, ди публикациехэр хыфІадзэфынущ, уеблэмэ, даубэрэжьыну къыджаІэфынущ. Дэ ахэр къызэрытхущытыр ди жагъуэ тщІын ипІэкІэ Иеговэ делъэІу хъунущ абыхэм я нэхэр къахузэІуихыну икІи пэжыр къалъэгъун щхьэкІэ ядэІэпыкъуну (Мт. 5:44, 45). Дэ зыгуэрым хуэдгъэгъуну щымытынш къохъу, псом хуэмыдэу лей къыщыттрагъэхьэм деж. Ауэ гужьгъэжьым ди гум лъабжьэ щедгъэщІмэ, ар зэран къытхуэхъунущ. Ди зы шыпхъу къыддогуашэ: «Сэ цІыхум къызищІар щыхуэзгъэгъум деж, абы къикІкъым ар тэмэму къэслъытэу е адэкІи апхуэдэу къысхущытыну хуит сщІыуэ. АтІэ абы къикІыр сэ гужьгъэжьым си гум лъабжьэ щезмыгъэщІу аращ» (Пс. 37:8). Ди жагъуэ къэзыщІам щыхуэдгъэгъум деж, гурыщІэ Іейхэм дызэщІаубыдэну Іэмал едмыту аращ (Еф. 4:31, 32).

«ЖЭНЭТЫМ УЩЫЗИГЪУСЭНУЩ»

5. Хьисэ хъунщІакІуитІым я зыр сыткІэ къигъэгугъа икІи сыт щхьэкІэ?

5 Сыт Хьисэ жиІар? Хьисэ щаукІым щыгъуэ, абы и гъусэу хъунщІакІуитІ пкъом ираІулІат. ЯпэщІыкІэ абыхэми Хьисэ псалъэкІэ ягъэпудт (Мт. 27:44). Ауэ иужькІэ абыхэм ящыщ зым и еплъыкІэр ихъуэжащ: абы къыгурыІуащ Хьисэ мыхъумыщІагъэ лъэпкъ зэримыщІар (Лк. 23:40, 41). Уеблэмэ, абы лІэуэ фІэлъ КъегъэлакІуэм жриІащ: «Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскІэ, уигу сыкъэгъэкІыж» (Лк. 23:42). Мы псалъэхэмкІэ а лІым къигъэлъэгъуащ Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур икІи пащтыхьу зэрыщытынур и фІэщ зэрыхъур. А цІыхухъум сыту фІэщхъуныгъэшхуэ игъэлъэгъуа! Хьисэ абы жриІащ: «Пэжыр уэ ныбжызоІэ, [пащтыхьыгъуэракъым, атІэ] жэнэтым уэ ущызигъусэнущ» (Лк. 23:43, ДЩІ). Хьисэ жиІам гу лъыттэнщ: «уэ ныбжызоІэ», «уэ ущызигъусэнущ» жыхуиІэ псалъэхэм къагъэлъагъуэ абы гугъэ зритар а цІыхухъурауэ зэрыщытыр. И Адэм гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр ищІэти, Хьисэ лІэуэ фІэлъ хъунщІакІуэм а псалъэхэр жриІэфащ (Пс. 103:8).

6. Хьисэ хъунщІакІуэм жриІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

6 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Хьисэ и Адэм хэлъ хьэл-щэнхэр нэгъэсауэ егъэлъагъуэ (Евр. 1:3). Иеговэ къытхуигъэгъуну икІи гущІэгъу къытхуищІыну сыт щыгъуи хьэзырщ. Ауэ дэ тщІа щыуагъэхэм гукІи псэкІи дыхущІегъуэжын икІи Хьисэ и къурмэныпхъэм ипкъ иткІэ Алыхьым ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур ди фІэщ хъун хуейщ (1 Ин. 1:7). Языныкъуэ цІыхухэм я фІэщ хъукъым абыхэм ящІауэ щыта гуэныхьхэр Иеговэ къахуигъэгъуну. Фэри апхуэдэ гурыщІэхэр фиІэ хъууэ щытмэ, Хьисэ лІэн ипэ фІэщхъуныгъэ зыгъэлъагъуэу щІэзыдза хъунщІакІуэм гущІэгъу хэлъу зэрыхущытам фегупсыс. Иджы фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Иеговэ и хабзэхэм тетын щхьэкІэ къарууэ яІэр езыхьэлІэ и лэжьакІуэ пэжхэм дапхуэдэу яхущытми. ДауикІ, апхуэдэ и лэжьакІуэхэм Иеговэ нэхъыбэжу гущІэгъу яхуещІ! (Пс. 51:1; 1 Ин. 2:1, 2).

«МЫРАЩ ИДЖЫ УИ КЪУЭР! МЫРАЩ ИДЖЫ УИ АНЭР!»

7. Иуан 19:26, 27 зэритымкІэ, Хьисэ Мэриемрэ Иуанрэ сыт яжриІар икІи сыт щхьэкІэ?

7 Сыт Хьисэ жиІар? (Къеджэ Иуан 19:26, 27.) Хьисэ и анэм щхьэкІэ гузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым ар фызабэу къэнауэ къыщІэкІынт. Хьисэ и анэм къилъхуауэ къуэш, шыпхъухэр иІэт икІи ахэр я анэм дэмыІэпыкъуу къагъэнэнутэкъым, ауэ Мэрием адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну хэтыт къыдэІэпыкъунур? А зэманым ирихьэлІэу абыхэм ящыщ зыри Хьисэ и лъэужь иджыри иувауэ къыщІэкІынутэкъым. Абыхэм елъытауэ, Иуан апостол пэжт икІи Хьисэ и ныбжьэгъуфІт. Иеговэ хуэлажьэ псори Хьисэ и дежкІэ и унагъуэм хуэдэт (Мт. 12:46—50). Абы къыхэкІкІэ и анэм кІэлъыплъыну Хьисэ Иуан и пщэм дилъхьащ. Хьисэ и анэр фІыуэ илъагъут икІи абы щхьэкІэ гузавэт. Абы ищІэт Иуан Мэрием зэрыдэІэпыкъуфынур Иеговэ адэкІи хуэлэжьэну. Хьисэ и анэм жриІащ: «Мыращ иджы уи къуэр!», Иуани жриІащ: «Мыращ иджы уи анэр!» А махуэм щыщІэдзауэ Иуан Мэрием къилъхуа и къуэм хуэдэу хъуащ икІи Иуан абы и анэм хуэдэу хущытащ. Хьисэ къыщалъхуа махуэм щыщІэдзауэ лъагъуныгъэ хэлъу зыпІа икІи лІэхукІэ ар къэзымыгъэна цІыхубзым теухуауэ сыту лъагъуныгъэшхуэ игъэлъэгъуа!

8. Хьисэ Мэриемрэ Иуанрэ яжриІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

8 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Иеговэ хуэлажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр ди унагъуэм илъ зэхущытыкІэм нэхърэ нэхъ быдэу щытыфынущ. Иеговэ дыхуэлэжьэну ди унагъуэм щыщхэр зэран къытхуэхъуфынущ, уеблэмэ, къыдэпсэлъэну щагъэтынкІэ хъунущ. Ауэ дэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ гъунэгъу зыхуэтщІмэ, Хьисэ дыкъызэригъэгугъам хуэдэу, тфІэкІуэдам «хуэдищэ» дгъуэтыжынущ. Куэдыр дэ фІыуэ дыкъэзылъагъу къуэ, пхъу, анэ, адэ папщІэ тхуэхъунущ (Мк. 10:29, 30). Дэ псори Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэмрэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ, абы нэмыщІ фІэщхъуныгъэмрэ зэкъуэт дащІ. Апхуэдэ унагъуэ зэкъуэтым дызэрыщыщым фэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ? (Кол. 3:14; 1 Пет. 2:17).

«УЭ СИ ТХЬЭ, УТЫКУМ СИ ЗАКЪУЭУ ЩХЬЭ СЫКЪИБНА?»

9. Маттэ 27:46 ит Хьисэ и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

9 Сыт Хьисэ жиІар? Хьисэ лІэн ипэ макъ хэІэтыкІакІэ джащ: «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?» (Мт. 27:46). Мы псалъэхэр Хьисэ щІыжиІам и щхьэусыгъуэр Библием иткъым, ауэ ахэр щІыжиІэгъэнкІэ хъунум девгъэгупсыс. Япэрауэ, Хьисэ Псалом 22:1b ит къэхъун хуей псалъэхэр апхуэдэу игъэзэщІащ. ЕтІуанэрауэ, а псалъэхэм къагъэлъэгъуащ а дакъикъэм Иеговэ и Къуэм гугъуехьхэр зэрыщхьэщимыхар (Иов 1:10). Хьисэ къыгурыІуэт Иеговэ ар бийхэм я ІэмыщІэ ирилъхьэн хуей щІэхъуам и щхьэусыгъуэр — ар гугъуехьышхуэм щыпэщІэхуам щыгъуи Алыхьым хуэпэжу къэнэн хуейт. Апхуэдэ гугъуехьым зэи зы цІыху пэщІэхуакъым. Ещанэрауэ, а псалъэхэм къагъэлъэгъуащ Хьисэ апхуэдэ тезыр щІытралъхьэн щІэпхъаджагъэ зэримыщІар.

10. Хьисэ Иеговэ жриІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

10 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Япэрауэ, дэ дыщыгугъын хуейкъым ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехь псори Иеговэ тщхьэщихыну. Хьисэ гъэунэхуапІэ псоми пэщІэтыфащ, дэри Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу щытми, абы дыхуэхьэзыру дыщытын хуейщ (Мт. 16:24, 25). Ауэ дэ дызыпэщІэтыфыну гугъуехьхэм нэхърэ нэхъыбэ дыхуэзэну Иеговэ хуит зэримыщІынум шэч къытедмыхьэми хъунущ (1 Кор. 10:13). ЕтІуанэрауэ, дэри, Хьисэ хуэдэу, лажьэ димыІэми захуагъэ хэмылъу цІыхухэр къытхущытынкІэ хъунущ (1 Пет. 2:19, 20). Ахэр къыщІытпэщІэувэр Іей гуэр тщІэуэ аракъым, атІэ дэ мы дунейм дызэрыщымыщыращ икІи Иеговэ къыбгъэдэкІ пэжыр зэрыжытІэращ (Ин. 17:14; 1 Пет. 4:15, 16). Хьисэ къыгурыІуэт ар гугъуехь пэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІам и щхьэусыгъуэр. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм ящыщ гуэрхэм къагурымыІуэнкІэ хъунущ гугъуехь яІэхэм пэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІам и щхьэусыгъуэр (Авв. 1:3). ГущІэгъушхуэрэ шыІэныгъэшхуэрэ зыхэлъ Алыхьым къыгуроІуэ апхуэдэ цІыхухэм фІэщхъуныгъэ яхуримыкъуу зэрыщымытыр, атІэ ахэр Алыхьым къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм зэрыхуэныкъуэр (2 Кор. 1:3, 4).

«ПСЫ СХУОЛІЭ»

11. Иуан 19:28 ит псалъэхэр Хьисэ щІыжиІар сыт?

11 Сыт Хьисэ жиІар? (Къеджэ Иуан 19:28.) Сыт Хьисэ «псы схуолІэ» щІыжиІар? Апхуэдэу Псалом 22:15 ит къэхъун хуей мы псалъэхэр абы игъэзэщІащ: «Кхъуэщын къутам хуэдэу къарууншэ сыхъуащ, си бзэгур си жьэ кІуэцІым кІэрыпщІэжащ». Абы нэмыщІ Хьисэ удынышхуэ тралъхьауэ и псэм хьэзаб телъу пкъом щыфІэлъам щыгъуэ, дауикІ, ар псы хуэлІэу къыщІэкІынут. Абы и псы хуэлІэр иригъэкІын щхьэкІэ ар дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэт.

12. Хьисэ «псы схуолІэ» зэрыжиІам сытым дыхуигъасэрэ?

12 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Хьисэ дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр жиІэну укІытакъым, дэри дыукІытэн хуейкъым. Дэ зыгуэр дыщыхуэныкъуэм деж и нэхъыбэм абы теухуауэ зыми яжетІэкъым. Ауэ а Іуэхум дэ ди къарукІэ дыпэмылъэщмэ, нэгъуэщІхэм делъэІуну дыукІытэн хуейкъым. Псалъэм папщІэ, ди ныбжьыр хэкІуэтамэ е ди узыншагъэм кІэричамэ, зэхуэсым щыщ гуэрым делъэІу хъунущ тыкуэным е дохутырым дишэну. Ди лъэр щІэхуауэ щытмэ-щэ? Ди гукъеуэхэм къедэІуэну е псалъэ гуапэкІэ дигъэгушхуэну зэхуэсым и нэхъыжьым е Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ ди ныбжьэгъум делъэІу хъунущ (Прит. 12:25). Зыщыдгъэгъупщэнкъым: ди къуэш, ди шыпхъухэм фІыуэ дыкъалъагъу икІи сыт щыгъуи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ (Прит. 17:17). Ауэ абыхэм ди гум илъыр ящІэкъым икІи дэІэпыкъуэгъу дызэрыхуэныкъуэр дэ езым жыдмыІэу щытмэ, абы гу лъамытэнкІэ хъунущ.

«СИ ЛЭЖЬЫГЪЭР НЭЗГЪЭСАЩ!»

13. Хьисэ икІэм нэс Алыхьым хуэпэжу къызэрынам сыт хуэдэ Іэмалхэр къытхузэІуиха?

13 Сыт Хьисэ жиІар? Нисаным и 14-м, махуэм сыхьэтищым нэблэгъауэ, Хьисэ макъ хэІэтыкІакІэ жиІащ: «Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ!» (Ин. 19:30). Хьисэ лІэн ипэ и Адэр къызэрелъэІуауэ хъуар псори зэригъэзэщІар ищІэт. Япэрауэ, Хьисэ къигъэлъэгъуащ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр икІи ШейтІаным дапхуэдиз къару иримыхьэлІэми гуэныхь зыхэмылъ цІыхур Алыхьым хуэпэжу къызэрынэфынур. ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу итащ. Абы и фІыгъэкІэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм Іэмал яІэ хъуащ ахэр Алыхьым къабзэу къилъытэну икІи гъащІэ мыухыж яІэу псэуну. Ещанэрауэ, Хьисэ Иеговэ и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр къигъэлъэгъуащ икІи и Адэм и цІэр игъэлъэпІащ.

14. Ди гъащІэм сыт хуэдэ еплъыкІэ худиІэу дыпсэун хуей? КъыдгурывгъаІуэ.

14 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Иеговэ дызэрыхуэпэжыр махуэ къэс дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ. Галаад Школым егъэджакІуэу щылэжьа ди къуэш Ма́ксвелл Френд и псалъэхэм девгъэгупсыс. Къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгрессым къыщыпсэлъам щыгъуэ пэжагъым теухуауэ абы мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Нобэ жыпІэ хъунур е пщІэ хъуну Іуэхур пщэдей хъуху евмыгъэтІылъэкІ. Пщэдей къыпщыщІынур пщІэкъым. ГъащІэ мыухыжыр Иеговэ къывитыну зэрыфхуэфащэр къэвгъэлъагъуэу махуэ къэс фыпсэу». Аращи, Алыхьым дызэрыхуэпэжыр къэдгъэлъэгъуэну дэтхэнэ зы махуэри иужьрей Іэмал хуэдэу ди дежкІэ щрет! Абы щыгъуэ дэ ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІэм дежи мыпхуэдэу тхужыІэнущ: «Иеговэ, сэ уэ пхуэпэжу сыкъэнэн, ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къэзгъэлъэгъуэн, уи цІэ лъапІэм сыкъыщхьэщыжын икІи уи пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр сІыгъын щхьэкІэ схузэфІэкІыу хъуар сщІащ».

«СИ ПСЭР УИ ІЭМЫЩІЭ ИЗОЛЪХЬЭ»

15. Лука 23:46 зэритымкІэ, сытыт Хьисэ быдэу и фІэщ хъур?

15 Сыт Хьисэ жиІар? (Къеджэ Лука 23:46.) Хьисэ и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрилъыр ищІэт икІи ар и Адэм зэрыщымыгъупщэным шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІэфащ: «Си Адэ, си псэр уи ІэмыщІэ изолъхьэ».

16. Джошуа и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

16 Хьисэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн хуейщ. Абы щхьэкІэ дэ ди «гущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь» едгъэзын хуейщ (Прит. 3:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Джо́шуа зи цІэ ди къуэш ныбжьыщІэм и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар илъэс 15 хъууэ уз хьэлъэм илІыкІащ. Абы Алыхьым и хабзэм пэщІэувэ медицинскэ процедурэхэр иригъэщІын идакъым. Джошуа лІэн ипэ и анэм мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Мамэ, сэ си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм илъщ. [...] ...Иеговэ Іэмал имыІэу сыкъызэригъэтэджыжынум сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым. Сэ си гум илъри ар фІыуэ зэрыслъагъури Иеговэ ещІэ»c. Дэ псори дызэупщІыжын хуейщ: «Си гъащІэр къезгъэлынрэ Иеговэ пэжу сыкъыхуэнэнрэ сыхэдэн хуей хъумэ, сыт сэ сщІэнур? Иеговэ игу сыкъызэригъэкІыжынум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу си гъащІэр абы и ІэмыщІэ ислъхьэну пІэрэ?»

17, 18. Хьисэ лІэн ипэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? («Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

17 Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сыту мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс куэд къыхэтхыфыну! А псалъэхэм дэ дигу къагъэкІыж нэгъуэщІхэм хуэдгъэгъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр икІи Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр быдэу ди фІэщ зэрыхъун хуейр. Абы нэмыщІ дэ къыддэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъу куэд диІэщ. Ауэ дэІэпыкъуэгъу дыщыхуэныкъуэм деж дэ абыхэм делъэІун хуейщ. Дэ дощІэ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуами абы дыпэщІэтыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур. Абы нэмыщІ Хьисэ и псалъэхэм дыхуагъэуш Алыхьым дызэрыхуэпэжыр къэдгъэлъэгъуэн щхьэкІэ дэтхэнэ зы махуэри иужьрей Іэмал хуэдэу тлъытэну икІи ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрилъыр зыщыдмыгъэгъупщэну.

18 Пэжщ, Хьисэ лІэн ипэ жиІа псалъэхэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ яІэщ! КъэтщІар зыщыдгъэгъупщэнкъым икІи ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпынщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ едгъэлъэгъунущ абы и Къуэм дызэредаІуэр (Мт. 17:5).

Иисус на столбе мучений. На него смотрит преступник, которого пригвоздили к соседнему столбу.

Хьисэ и иужьрей псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

  1. 1. «Си адэ, къахуэгъэгъу абыхэм».

    Дэ ди жагъуэ къэзыщІахэм яхуэдгъэгъуну хьэзыру дыщытын хуейщ.

  2. 2. «Жэнэтым ущызигъусэнущ».

    Иеговэ гущІэгъу къытхуищІыну сыт щыгъуи хьэзырщ.

  3. 3. «Мыращ иджы уи къуэр! Мыращ иджы уи анэр!»

    Дэ Иеговэ хуэлажьэ унагъуэшхуэм дыщыщщ.

  4. 4. «Уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»

    Ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехьхэр Иеговэ тщхьэщихынукъым.

  5. 5. «Псы схуолІэ».

    ДэІэпыкъуэгъу дызэрыхуэныкъуэр жытІэну дыукІытэн хуейкъым.

  6. 6. «Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ!»

    Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ дэ махуэ къэс тхузэфІэкІыу хъуар тщІэн хуейщ.

  7. 7. «Си псэр уи ІэмыщІэ изолъхьэ».

    Дэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ илъщ.

КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ ИТ ХЬИСЭ И ПСАЛЪЭХЭМ СЫТЫМ ДЫХУАГЪАСЭРЭ:

  • Лука 23:34, 43, 46?

  • Маттэ 27:46?

  • Иуан 19:26—28, 30?

126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!

a Маттэ 17:5 зэритымкІэ, Иеговэ хуейщ дэ абы и Къуэм жиІэм дедэІуэну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ лІэн ипэ жиІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэми.

b Псалом 22:1 ит псалъэхэр Хьисэ щІыжиІам и щхьэусыгъуэу щытынкІэ хъуным теухуауэ мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.

c 1995-нэ гъэм, щІышылэм и 22-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Вера Джошуа. Успех в борьбе за права детей» статьям феплъ (англ.).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын