14 СТАТЬЯР
Хьисэ и лъэужьым фрикІуэ
«Мэссихьи фэр щхьэкІэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикІуэн папщІэ, щІапхъэхэр фигъэлъэгъуащи» (1 ПЕТ. 2:21).
13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Дэ дызрикІуэн хуей лъагъуэр Хьисэ и щІыбагъкІэ къигъэнащ (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)
1, 2. 1 Петр 2:21 ит псалъэхэр къыдгурыІуэну сыт хуэдэ щапхъэ къыддэІэпыкъур?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъухэм я гъусэу щІымахуэм нэгу зегъэужьакІуэ укІуауэ. Фи гъуэгур мэз дэгум кІуэцІрокІ. А гъуэгур фІыуэ зыцІыху гуэр фи гъусэщ. Абы лъагъуэ хишурэ фи япэ иту макІуэ. Зэман гуэр дэкІа иужь гъуэгур фэзыгъэлъагъу цІыхур плъэгъужкъым, ауэ уи ныбжьэгъухэмрэ уэрэ фыгузавэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и лъагъуэр уэсым телъщ икІи абы фытемыкІыу фрокІуэ.
2 Дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр, мэз куу шынагъуэм дыкІуэцІрыкІыу жыпІэ хъунущ — ар ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ мы дунейращ. Ди насыпщи, псом нэхърэ нэхъыфІу гъуэгур дэзыгъэлъэгъун Иеговэ къыдитащ — ар абы и къуэ Хьисэ Мэссихьщ. Абы и лъэужьым димыкІыу дызэрырикІуэн хуейр 1 Петр 2:21 щыжыІащ. Библием теухуа зы тхыгъэм зэритымкІэ, мы едзыгъуэм Петр Хьисэ гъуэгур уэзыгъэлъагъу цІыхум ирегъэщхь. Апхуэдэ цІыхум хуэдэу, Хьиси и лъэужь дрикІуэн щхьэкІэ лъагъуэ къытхуигъэнащ. Абы къыхэкІкІэ дэ упщІищ зэпкърытхынщ: Хьисэ и лъэужь урикІуэным сыт къикІыр, абы и лъэужь дыщІрикІуэн хуейр сыт икІи дауэ ар зэрытщІ хъунур?
ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ УРИКІУЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?
3. Зыгуэрым и лъэужь урикІуэным къикІыр сыт?
3 Зыгуэрым и лъэужь урикІуэным къикІыр сыт? ЦІыхум и дуней тетыкІэм и гугъу щищІкІэ, Библием иныкъуэхэм деж «зекІуэн» икІи «лъэ» жыхуиІэ псалъэхэр къыщыхьащ (ЩІэдз. 6:9; Пс. 119:59). ЦІыхум и ІуэхущІафэхэр и щІыбагъымкІэ къигъанэ лъакъуапІэхэм ебгъэщхь хъунущ. Абы къыхэкІкІэ зыгуэрым и лъэужь урикІуэным къикІыр абы щапхъэ техыныращ.
4. Хьисэ и лъэужь урикІуэным къикІыр сыт?
4 Сыт-тІэ Хьисэ и лъэужь урикІуэным къикІыр? КІэщІу жыпІэмэ, абы щапхъэ къытхуигъэнам дытетын хуейуэ аращ. Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм апостол Петр къыщыхегъэщ Хьисэ гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм щыгъуэ игъэлъэгъуа теубыдагъэм дэ щапхъэ зэрытетхыфынур. Ауэ дэ нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи Хьисэ щапхъэ тетхыфынущ (1 Пет. 2:18—25). Пэж дыдэу Хьисэ и гъащІэ псор — и псалъэхэри и Іуэхухэри — дэ щапхъэ тхуохъу.
5. Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм гуэныхь зыхэмылъа Хьисэ щапхъэ трахыфыну пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.
5 НтІэ, дэ, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм, Хьисэ щапхъэ тетхыну тхузэфІэкІыну пІэрэ? ТхузэфІэкІынущ. ДауикІ, дэ ар нэгъэсауэ тхуэщІынукъым, ауэ Хьисэ къытхуигъэна щапхъэм дытетыну дыхущІэкъуу щытмэ, ар зэрыпсэуам хуэдэу дэри дыпсэунущ (1 Ин. 2:6).
ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬЫМ ДЫЩІРИКІУЭН ХУЕЙР СЫТ?
6, 7. Хьисэ и лъэужьым дыщрикІуэм деж дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуу жыпІэ щІэхъунур сыт?
6 Хьисэ и лъэужьым дыщрикІуэм деж дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Япэрауэ, Иеговэ сыт щыгъуи дгъэгуфІэу дызэрыпсэуну щІыкІэр Хьисэ дигъэлъэгъуащ (Ин. 8:29). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и щапхъэм дыщытетым деж дэ Иеговэ догъэгуфІэ. Абы гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ, къарууэ диІэр щетхьэлІэм деж езыми гъунэгъу зыкъызэрытхуищІынум дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ (Екъуб 4:8).
7 ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и Адэм нэгъэсауэ щапхъэ трихт. Аращ абы мыпхуэдэу щІыжиІэфар: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Ин. 14:9). Дэ Хьисэ цІыхухэм зэрыхущыту щытам щапхъэ тетхыфынущ. Псалъэм папщІэ, абы уэшын уз зыпкърыт цІыхухъум гущІэгъу хуищІащ, узыфэ хьэлъэ зиІэ цІыхубзым щабэу хущытащ, абы нэмыщІ лІэныгъэм къыхэкІкІэ цІыху зыфІэкІуэдахэм и гур ящІэузт. Хьисэ щапхъэ щытетхым деж дэ езы Иеговэ щапхъэ тыдох (Мк. 1:40, 41; 5:25—34; Ин. 11:33—35). ИкІи Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу дгъэлъэгъуэху абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу.
8. Хьисэ и лъэужьым дрикІуэу щытмэ, мы дунейм дытекІуэфыну жыпІэ щІэхъунур сыт?
8 Хьисэ и лъэужьым дыщрикІуэм деж, дэ мы дунейм и Іуэхухэм зыдедгъэхьэхкъым. Хьисэ лІэн ипэ иужьрей жэщым мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ дунейм сытекІуащ» (Ин. 16:33). Сыт абы зи гугъу ищІар? Хьисэ нэгъуэщІ цІыхухэм я гупсысэкІэр, я мурадхэр, я ІуэхущІафэхэр зэран зыхуигъэхъуакъым. Абы зэи зыщигъэгъупщэтэкъым щІылъэм къыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр — ар Иеговэ и цІэ лъапІэр гъэкъэбзэжынырат. Дэ-щэ? Дэри мы дунейм и Іуэхугъуэ куэдым дыдахьэхыфынущ. Ауэ, Хьисэ хуэдэу, Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр едгъэубыду щытмэ, дэри мы дунейм дытекІуэфынущ (1 Ин. 5:5).
9. ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум адэкІи дытетын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
9 Хьисэ и лъэужьым дыщрикІуэм деж, дэ игъащІэкІэ дыпсэуну Іэмал диІэ мэхъу. Зэгуэр мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ щІалэщІэр Хьисэ еупщІат гъащІэ мыухыж иІэу псэун щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми. Хьисэ абы мыпхуэдэ жэуап иритащ: «Си ужь къиувэ» (Мт. 19:16—21). Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр зи фІэщ мыхъу языныкъуэ журтхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «[Си мэлхэр] си ужь иту къокІуэ. Абыхэм мыкІуэдыжын гъащІэ язот» (Ин. 10:24—29). Хьисэ хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуа Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ Никодими жриІащ «Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэми... мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ» зэрыхъунур (Ин. 3:16). Дэ Хьисэ ди фІэщ зэрыхъур къыдогъэлъагъуэ къытхуигъэна унафэхэр щыдгъэзащІэм икІи щапхъэ щытетхым деж. Апхуэдэу тщІэмэ, гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум адэкІи дытетынущ (Мт. 7:14).
ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬЫМ ДИМЫКІЫУ ДАПХУЭДЭУ ДЫЗЭРЫРИКІУЭНУР?
10. Иуан 17:3 зэритымкІэ, Хьисэ теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтыным къикІыр сыт?
10 Хьисэ и лъэужьым димыкІыу дрикІуэн щхьэкІэ, япэрауэ, абы теухуауэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтын хуейщ. (Къеджэ Иуан 17:3.) А щІэныгъэм сыт щыгъуи хэдгъэхъуэн хуейщ. Абы къикІыр — дэ Хьисэ нэхъыфІу къызэрытцІыхун хуейращ. Псалъэм папщІэ, и хьэл-щэнхэр, и гупсысэкІэр икІи фІымрэ Іеймрэ теухуауэ иІа еплъыкІэхэр. Пэжыр къызэрытщІэрэ дапхуэдиз мыхъуами, дэ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ теухуауэ адэкІи щІэныгъэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ къару етхьэлІэн хуейщ.
11. ХъыбарыфІ тхылъиплІыр зытепсэлъыхьыр сыт?
11 Иеговэ хуейщ дэ абы и Къуэр нэхъыфІу къэтцІыхуну. Аращ Библием ХъыбарыфІ тхылъхэр щІыхыхьар. А тхылъхэр Хьисэ и гъащІэмрэ абы Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр зэригъэІуамрэ топсэлъыхьыж. Хьисэ зыхуригъаджэу щытам, и ІуэхущІафэхэм икІи и гурыщІэхэм теухуауэ дэ абыхэм къыщытщІэфынущ. А тхылъиплІыр къыддоІэпыкъу Хьисэ и щапхъэр куууэ зэпкърытхыну (Евр. 12:3). Хьисэ къигъэна лъагъуэр а тхылъхэм наІуэ тхуащІ. Абыхэм я фІыгъэкІэ дэ Хьисэ нэхъыфІу къэтцІыхуфынущ икІи и лъэужьым димыкІыу дрикІуэфынущ.
12. ХъыбарыфІ тхылъиплІым итыр сэбэп къыщытхуэхъунур дапщэщ?
12 ХъыбарыфІ тхылъиплІым итыр сэбэп къытхуэхъун щхьэкІэ абыхэм ауэ деджэ къудейкІэ зэфІэкІкъым. Абыхэм дыщеджэкІэ куууэ дегупсысын щхьэкІэ, зэман къыдэдгъэкІын хуейщ. (Евгъапщэ Иисус Навин 1:8.) ХъыбарыфІ тхылъиплІым итым куууэ дегупсысын икІи ар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну чэнджэщитІ зэпкърытхынщ.
13. ХъыбарыфІым итыр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну къыддэІэпыкъунур сыт?
13 Япэрауэ, ХъыбарыфІым фыщеджэкІэ фызэджэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Апхуэдэу фщІэмэ, фызэджэ пычыгъуэм итыр къэфлъэгъунущ, зэхэфхынущ икІи зыхэфщІэнущ. АбыкІэ фэ сэбэпышхуэ къыфхуэхъунущ Иеговэ и организацэм къыдигъэкІ публикациехэр. Контекстым гу лъыфтэ — фызэджэм ипэ е иужь къэхъуа Іуэхугъуэхэм. Абы зи гугъу ищІ цІыхухэм е щІыпІэхэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэну фыхущІэкъу. Фызэджэ пычыгъуэм адрей ХъыбарыфІ тхылъхэр зэрытепсэлъыхьым феплъ. Иныкъуэхэм деж зы тхылъым имыт Іуэхугъуэ гуэрым адрей тхылъыр топсэлъыхь.
14, 15. ХъыбарыфІ тхылъхэм къыщытщІэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыну сыт къыддэІэпыкъунур?
14 ЕтІуанэрауэ, Хьисэ теухуауэ ХъыбарыфІым къыщыфщІар фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп (Ин. 13:17). ХъыбарыфІым щыщ пычыгъуэ куууэ зэпкърыфха иужь, фызэупщІыж: «Сызэджам сыт хуэдэ дерс хэт икІи ар си гъащІэм дауэ къыщызгъэсэбэп хъуну? Мы пычыгъуэм ит гупсысэхэмкІэ зыгуэрым сыдэІэпыкъуфыну пІэрэ?» ФцІыху гуэрым фегупсыс икІи щыхуэкІуэ зэманым гуапэу, щабэу къэфщІамкІэ а цІыхум фыдэгуашэ.
15 Иджыпсту зи гугъу тщІа чэнджэщитІыр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунум дытепсэлъыхьынщ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и Унэшхуэм Хьисэ фызабэ тхьэмыщкІэр щилъэгъуам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэр.
ФЫЗАБЭ ТХЬЭМЫЩКІЭМ ТЕУХУА ХЪЫБАРЫР
16. Марк 12:41 итыр сыт хуэдэ Іуэхугъуэм тепсэлъыхьрэ?
16 ХъыбарыфІыр зытепсэлъыхь Іуэхугъуэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. (Къеджэ Марк 12:41.) Ди эрэм 33-нэ гъэм, нисан мазэм и 11-нэ махуэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Тхьэмахуэ нэхърэ нэхъ мащІэ дэкІым Хьисэ яукІынущ. А махуэм Хьисэ Иеговэ и Унэшхуэм цІыхухэр щрегъаджэ. А Іуэхугъуэм дин пашэхэр къегъэгубжь икІи ахэр Хьисэ къыпэщІоувэ. Абы ипэ къихуэу абыхэм я щыщ гуэрхэм Хьисэ мыпхуэдэ упщІэ иратащ: «Мы Іуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар?» НэгъуэщІхэри ар Іэнкун зыщІын упщІэхэмкІэ абы зэран хуэхъуну хэтщ (Мк. 11:27—33; 12:13—34). Иджы Хьисэ Алыхьым и Унэшхуэм и нэгъуэщІ лъэныкъуэмкІэ — цІыхубзхэм я пщІантІэкІэ зэджэмкІэ — макІуэ. Абдеж цІыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащІ ахъшэхэр зрадзэ хьэкъущыкъухэр блыным кІэрытщ. Хьисэ мэтІысри пхъуантэхэм ахъшэ изыдзэ цІыхухэм якІэлъыплъу щІедзэ. Абы елъагъу ахъшэ куэд тыгъэу къэзыхь цІыху къулейхэр. Уеблэмэ, а ахъшэхэр щехуэхкІэ макъ ящІыр абы зэхихыу къыщІэкІынщ.
17. Марк 12:42 зытепсэлъыхь фызабэ тхьэмыщкІэм сыт ищІар?
17 Къеджэ Марк 12:42. Зэман тІэкІу дэкІа иужь Хьисэ фызабэ тхьэмыщкІэ гуэрым гу лъетэ. А цІыхубзым и гъащІэр тыншкъым икІи абы зыхуэныкъуэр къызэрищэхун ахъшэ иІэу къыщІэкІынкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, а фызабэр тыгъэ здащІым деж бгъэдохьэри гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитІ иредзэ. Абы ахъшэ иридзам ищІ макъыр зыми зэхихыу къыщІэкІынкъым, ауэ Хьисэ ещІэ абы лептэ зи цІэ жьгъеитІ тыгъэ зэрищІар. А жьгъейм нэхърэ нэхъ пуд а зэманым щыІэтэкъым. Уеблэмэ, абыкІэ зы бзу цІыкІу къыпхуэщэхунутэкъым — яшхын щхьэкІэ къагъэсэбэп къуалэбзухэм я нэхъ пуд дыдэр.
18. Марк 12:43, 44 зэритымкІэ, фызабэм къихьа тыгъэм щхьэкІэ Хьисэ сыт жиІар?
18 Къеджэ Марк 12:43, 44. Хьисэ илъэгъуа Іуэхугъуэр и гум хохьэ. Абы и лъэужь ирикІуэхэр къреджэри а фызабэр яригъэлъагъуурэ яжреІэ: «Мы фызабэ тхьэмыщкІэм и закъуэ адрей цІыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм». Абы иужькІэ къагурегъаІуэ: «ЦІыху псоми [псом хуэмыдэу къулейхэм] къелыжа ахъшэм щыщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иІэ псори дилъхьащ пхъуантэм — зэрыпсэуну иІэ мащІэ тІэкІур зэрыщыту». Алыхьым пэжу хуэлажьэ а фызабэм иІэу хъуар тыгъэу къыщихьам щыгъуэ, зыхуэныкъуэр къезытыфыну Иеговэ и ІэмыщІэ и гъащІэр ирилъхьащ (Пс. 26:3).
ЯхузэфІэкІыр Иеговэ зэрыратым щхьэкІэ Хьисэ щапхъэ тефхыу нэгъуэщІхэм фащытхъу (19, 20-нэ абзацхэм феплъ.)b
19. Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ дерсым дыхуагъасэрэ?
19 КъэфщІар фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. ФызэупщІыж: «Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэм сэ сытым сыхуагъасэрэ?» А цІыхубзым фегупсыс. Абы Алыхьым нэхъыбэ иритыну хьэзырт, ауэ а цІыхубзым хузэфІэкІыр ищІащ — иІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр Иеговэ иритащ. Хьисэ ищІэт абы и тыгъэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэр. А Іуэхугъуэм дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы дерс къыхэтхыфынущ: Иеговэ мэгуфІэ дэ нэхъыфІ дыдэу диІэр щеттым деж, нэгъуэщІу жыпІэмэ ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу дыщыхуэлажьэм деж (Мт. 22:37; Кол. 3:23). Дэ тхузэфІэкІ зэманымрэ къарумрэ Иеговэ зэреттым къегъэлъагъуэ а дерсыр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыр, абы хохьэ хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтымрэ зэІущІэхэм дызэрыкІуэмрэ.
20. Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ къэфщІар дауэ къызэрывгъэсэбэп хъунур? Щапхъэ къэфхь.
20 Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ къэфщІар фи гъащІэм дауэ къыщывгъэсэбэпа хъуну? Зи лъэр щІэхуа цІыху гуэрым фегупсыс икІи абы Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ къару ирихьэлІэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэр жефІэ. Фэ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъу фцІыхуу къыщІэкІынщ. Абы узыншагъэ тэмэм зэримыІэжым къыхэкІкІэ, япэм хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэту щытам хуэдизрэ хэтыжыфкъым. А шыпхъум и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу къыщІэкІынщ икІи зыри иримыщІыс хуэдэу абы гурыщІэ иІэнкІэ хъунущ. Е уз хэтІэса зиІэ къуэш гуэрым фегупсыс хъунущ. А къуэшыр зэІущІэхэм псоми къызэрымыкІуэфым щхьэкІэ и лъэр щІэхуауэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу. Абыхэм къару евгъэгъуэтын щхьэкІэ псалъэ гуапэхэр яжефІэ (Еф. 4:29). Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ къэфщІамкІэ абыхэм фадэгуашэ. Фэ фи псалъэ гуапэхэм я фІыгъэкІэ абыхэм ягу къэкІыжынущ Иеговэ зэрыгуфІэр абы тхузэфІэкІыр щыхуэтщІэм деж (Прит. 15:23; 1 Фес. 5:11). Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ, ар мащІэу щытми, яхузэфІэкІыр зэращІэм щхьэкІэ нэгъуэщІхэм фащыщытхъум деж, фэ Хьисэ и лъэужь фрокІуэ.
21. Мы статьям фэ сытым фыхуигъэуша?
21 Дэ егъэлеяуэ фІыщІэ дощІ ХъыбарыфІ тхылъиплІым я фІыгъэкІэ Хьисэ и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэну Іэмал дызэриІэр. Дэ ар къыддоІэпыкъу Хьисэ и лъэужь дрикІуэну. Фи унагъуэм и гъусэу е фи закъуэу Библиер куууэ щывджкІэ, ХъыбарыфІ тхылъиплІыр зэпкърыфхыну мурад фщІы хъунущ. Зыщыдгъэгъупщэнкъым, апхуэдэу Библиер зэрыдджым сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ дызэджэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэн икІи къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын зэрыхуейр. Ауэ дэ Хьисэ и щапхъэм дытетын хуей закъуэкъым, атІэ и псалъэхэми фІыуэ дедэІуэн хуейщ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ лІэн ипэ жиІа псалъэхэр икІи абыхэм сытым дыхуагъэсэфынуми къэтщІэнущ.
15-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
a Дэ, Хьисэ и гъэсэнхэр, абы къытхуигъэна лъагъуэм дытемыкІыу дрикІуэн хуейщ. Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынущ: Хьисэ и лъэужь урикІуэным къикІыр сыт, абы и лъэужь дыщІрикІуэн хуейр сыт икІи дауэ ар зэрытщІ хъунур?
b СУРЭТЫР. Фызабэ тхьэмыщкІэм теухуауэ Хьисэ жиІа и псалъэхэм зэрегупсысам, ди шыпхъу ныбжьыщІэр хуигъэушащ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум щытхъуну, и гум къыбгъэдэкІыу ар Иеговэ зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ.