Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Иеговэ и Щыхьэтхэм я публикациехэр уи сайтым е социальнэ сетьхэм иплъхьэ щІэмыхъунур сыт?
Библием тегъэщІа ди тхыгъэхэмрэ нэгъуэщІ ди материалхэмрэ пщІэншэу зэрыдгуэшым щхьэкІэ, языныкъуэхэм къащохъу ахэр нэгъуэщІ сайтхэм е социальнэ сетьхэм иралъхьэ хъуну. Ауэ, пэжыр жыпІэмэ, апхуэдэу зыщІэр «Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр» жыхуиІэм ит унафэм йобакъуэa икІи абы Іей гуэр кърикІуэфынущ. «Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр» жыхуиІэм гурыІуэгъуэу щыжыІащ сайтым илъыр интернетым зыщІыпІи ирилъхьэну зыми хуитыныгъэ зэримыІэр. Ар ирехъу сурэт, электроннэ публикацие, къыдэзыгъэкІым и дамыгъэ, макъамэ, видео, статья. Ахэр нэгъуэщІ сайт гуэрым (сыт хуэдэ сайти ирехъу, файлхэмрэ видеохэмрэ зэребгъэхь хъу сервисхэр, социальнэ сетьхэр) иплъхьэ хъунукъым. Сыт апхуэдэ унафэ щІыщыІэр?
Ди сайтхэм илъ псори «авторское право» жыхуиІэм къехъумэ. Алыхьым епцІыжахэмрэ ди организацэм и нэгъуэщІ бийхэмрэ я сайтхэм къыщагъэсэбэп Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІ публикациехэр. Сыт щхьэкІэ? Я сайтхэм ди къуэш ди шыпхъухэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ ирагъэхьэн щхьэкІэ. Бийхэм апхуэдэ сайтхэр щІащІыр Библием ит пэжым шэч къытетхьэу щІэддзэн щхьэкІэщ (Пс. 26:4; Прит. 22:5). Ди публикациехэм щыщ гуэрхэмрэ ди организацэм и дамыгъэхэмрэ языныкъуэхэм я рекламэм, хьэпшып къыдагъэкІхэм, мобильнэ приложениехэм къыщагъэсэбэп. Къэрал унафэм «авторское право» жыхуэтІэр къехъумэ. Абы къыхэкІыу ди материалхэмрэ ди логотипхэмрэ тэмэму къэзымыгъэсэбэпхэм суд ІуэхукІэ дапэщІэувэну дыхуитщ (Прит. 27:12). Ди материалхэмрэ ди дамыгъэхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэм, ди къуэш, ди шыпхъухэри абыхэм хэту, зэрыхуейм хуэдэу къагъэсэбэпыну хуит тщІы хъунукъым. Сыт щхьэкІэ? Абы щыгъуэм ди бийхэмрэ коммерческэ органицэхэмрэ ди материалхэр я фейдэкІэ къызэрагъэсэбэпым щхьэкІэ судым еттымэ, судым ди лъэныкъуэр имыубыдынкІэ хъунущ.
Ди публикациехэр ди сайтхэм къомыхыу нэгъуэщІ сайтхэм къипхыным шынагъэ пылъщ. Библием тегъэщІа щІэныгъэр къыдитыну Иеговэ къалэн зыхуищІар «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІуту» щыт закъуэращ (Мт. 24:45). И къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, «унэІутым» къигъэсэбэпыр ди организацэм и официальнэ сайтхэращ. Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ а сайтхэм рекламэрэ ШейтІаным къыбгъэдэкІ пцІымрэ дызэрыщримыхьэлІэнум. Ауэ Библием тегъэщІа ди материалхэр нэгъуэщІыпІэ къыщытлъыхъуэмэ, абыхэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр бийхэм халъхьагъэнкІэ хъунущ (Пс. 18:26; 19:8).
Абы нэмыщІ цІыхум и еплъыкІэр кІэщІитхэну Іэмал къезыт сайтхэм ди материалхэр иралъхьэмэ, Алыхьым епцІыжахэмрэ нэгъуэщІ ди жагъуэгъухэмрэ ар къагъэсэбэпу, Иеговэ и организацэм дзыхь хуэдмыщІыжу дащІыну иужь ихьэфынущ. Языныкъуэ ди къуэшхэр апхуэдэ сайтхэм ихьэурэ цІыхухэм щедэуа къэхъуащ икІи абыкІэ Иеговэ и цІэр гъэулъия хъуащ. «Езым къыпэувхэм гущабагъэкІэ ягуригъэІуэн хуейщ»,— жеІэ Библием (2 Тим. 2:23—25; 1 Тим. 6:3—5). Ауэ мы чэнджэщыр къыщыгъэсэбэпыпхъэр интернетым и форумхэракъым. Гу лъыттащ ди организацэм, УнафэщІ гупым е абы щыщ гуэрым и цІэкІэ сайт нэпцІ е социальнэ сетьхэм напэкІуэцІ зыгуэрхэм къызэрызэІуахыр. Ауэ УнафэщІ гупым щыщ зыми езым и сайт е социальнэ сетьхэм езым и напэкІуэцІ иІэкъым.
Ди организацэм и официальнэ сайтхэр цІыхухэм къащедгъащІэм деж, «хъыбарыфІ» гъэІуным дыхэту жыпІэ хъунущ (Мт. 24:14). ХъыбарыфІыр дгъэІунымкІэ къыддэІэпыкъу ди официальнэ сайтхэр кІуэ пэтми нэхъыфІ мэхъу. Дэ дыхуейщ ахэр псоми къагъэсэбэпыну. Абы къыхэкІкІэ, «Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр» жыхуиІэм зэрыщыжыІам хуэдэу, дэтхэнэ ди зы публикациер е ар къызэІузых ссылкэр электроннэ пощткІэ цІыхум хуедгъэхь хъунущ. Библием ит пэжыр къэзыщІэну хуейхэм ди сайтхэр зэредгъэцІыхумкІэ идогъэлъагъу Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжыр къызыбгъэдыкІыр «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІут» закъуэрауэ зэрыщытыр.
a «Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр» жыхуиІэр ди сайтхэм я напэкІуэцІ нэхъыщхьэм и лъабжьэм деж къыщыбгъуэтыфынущ. Зи гугъу тщІа унафэхэр сайтхэм илъ материал псоми хуэхьащ.