ФщІэжу пІэрэ?
Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?
Екъуб 5:11 зэритымкІэ, Иеговэ «гущІэгъушхуэ иІэу» икІи щабэу къызэрытхущытыр зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыщІыдитыр сыт?
ГущІэгъум Иеговэ хуегъэуш ди щыуагъэхэр къытхуигъэгъуну. Абы нэмыщІ Екъуб 5:11 ит псалъэхэм къагъэлъагъуэ ар къыддэІэпыкъуну хьэзыру зэрыщытыр. Дэри нэгъуэщІхэм апхуэдэу дахущытын хуейщ (w21.01, 21-нэ напэкІуэцІыр).
Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ щІигъэувар сыт?
Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ щІигъэувам и щхьэусыгъуэр — и унагъуэр фІыуэ елъагъури аращ. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ и унагъуэм мамырыгъэ илъщ икІи ар зэгъэпэщауэ щытщ. Иеговэ апхуэдэу имыщІауэ щытамэ, и унагъуэм зэкъуэтыныгъи гуфІэгъуи илъынутэкъым. Псалъэм папщІэ, гурыІуэгъуэу щытынутэкъым хэт унафэ пыухыкІа ищІын хуейми икІи ар зыгъэзэщІэн хуейр хэтми (w21.02, 3-нэ напэкІуэцІыр).
Алыхьым и лэжьакІуэхэм мессенджерхэр къыщагъэсэбэпым деж набдзэгубдзаплъэу щІыщытын хуейр сыт?
Апхуэдэ Іэмэпсымэр зыгуэрым къигъэсэбэпу щытмэ, зэпсэлъэну цІыхухэр къыхихын щхьэкІэ сакъын хуейщ. Ауэ цІыху куэд зыхэт гупым ар пщІэну тыншкъым (1 Тим. 5:13). Иджыри зы шынагъэ щыІэщ — апхуэдэ щІыкІэкІэ щІэх-щІэхыурэ пцІыуэ щыт хъыбархэр мэбагъуэ. Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэт языныкъуэхэм ахъшэ-бохъшэм пыщІа Іуэхухэм щхьэкІэ мессенджерхэр къагъэсэбэп. Апхуэдэм деж Алыхьым и лэжьакІуэм и мылъкур игъэбэгъуэн щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпынукъым (w21.03, 31-нэ напэкІуэцІыр).
Хьисэ хьэзаб ирагъэшэчу яукІыну Алыхьым хуит щІищІар сыт?
Абы и зы щхьэусыгъуэр мыращ: Хьисэ пкъом фІэлъу лІатэмэ, журтхэм ятелъ нэлатыр ятрихыфынут (Гал. 3:10, 13). НэгъуэщІ щхьэусыгъуи щыІэщ: апхуэдэу Иеговэ Хьисэ ди Дин пашэшхуэу зэрыщытыным хуигъэхьэзырт. Абы нэмыщІ Хьисэ икІэм нэс пэжу Иеговэ къызэрыхуэнам къегъэлъагъуэ цІыхухэри гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм щыпэщІэхуэм деж Алыхьым хуэпэжу къызэрынэфынур (Иов 1:9—11) (w21.04, 16—17-нэ напэкІуэцІхэр).
ХыбарыфІыр щыбгъэІукІэ цІыхухэр къыщомыгъуэтым деж сыт пщІэ хъунур?
ЦІыхухэр унэм нэхъ щыщІэс зэманым хъыбарыфІыр вгъэІуну фыхущІэкъу. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм щывгъэІу. Иджыри зы чэнджэщ: къэвгъэсэбэп Іэмалхэр фхъуэж, псалъэм папщІэ, письмо фтхы хъунущ (w21.05, 15—16-нэ напэкІуэцІхэр).
Сыт апостол Паул зи гугъу ищІар мыпхуэдэу щыжиІам щыгъуэ: «Торэт хабзэм дежкІэ цІыху лІа сыхъуащ»? (Гал. 2:19).
Торэт Хабзэм наІуэ ищІт гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр нэгъэсауэ Алыхьым и хабзэхэм зэрытемытыфынур. Абы нэмыщІ а Хабзэм Мэссихьыр къызэрыкІуэн хуейм Израил лъэпкъыр хуигъэхьэзырт (Гал. 3:19, 24). Паул ар къызэрыгурыІуэм хуигъэушащ Хьисэ Мэссихьу къилъытэну. Абы къыхэкІкІэ Паул Хабзэм щхьэкІэ лІауэ жиІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Мусэ и Хабзэр абы и тепщэу афІэкІа щыттэкъым (w21.06, 31-нэ напэкІуэцІыр).
Теубыдагъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Иеговэ и щапхъэр нэхъыфІ дыдэу щыту сыт жыпІэ щІэхъунур?
Иеговэ теубыдагъэ хэлъу къыкІэлъыкІуэ Іуэхугъуэхэр ешэч: и цІэр зэрагъэулъийр, и тепщэныгъэм зэрыпэщІэувэр, и бынхэр и жыІэм зэрыщІэмытыр, абы теухуауэ Иблисым зэпымыууэ пцІы зэриупсыр, фІыуэ илъагъу и лэжьакІуэхэм хьэзаб зэрашэчыр, и ныбжьэгъухэр дунейм зэрехыжар, залымыгъэм зэрызиубгъуар икІи цІыхухэм ЩІылъэр зэрагъэкІуэдыр (w21.07, 9—12-нэ напэкІуэцІхэр).
Исуф шыІэныгъэм теухуауэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?
Абы и къуэшхэм лей къытрагъэхьащ. ИужькІэ Исуф Мысыр щІыналъэм щыщыІам щыгъуэ пцІы къытралъхьэри, илъэс куэдкІэ лъэхъуэщым ирадзащ. Ауэ Исуф теубыдагъэ хэлъу а псор ишэчащ (w21.08, 12-нэ напэкІуэцІыр).
Аггей 2:6—9, 20—22 зэритымкІэ, сыт нобэ Иеговэ «зэщІигъэсысэр» икІи къэкІуэну зэманым сыт «зэщІигъэсысэнур»?
Ди зэманым Иеговэ лъэпкъхэр хъыбарыфІ гъэІунымкІэ «зэщІегъэсысэ». ЦІыхухэм и нэхъыбэр а хъыбарым едаІуэкъым, ауэ пэжыр къэзыщтэ куэди щыІэщ. Куэд дэмыкІыу Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ иджыри зэ «зэщІигъэсысэнущ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы едэІуэну хуэмейхэр игъащІэкІэ игъэкІуэдынущ (w21.09, 15—19-нэ напэкІуэцІхэр).
Ди Іэр едмыхьэхыу хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтын щІыхуейр сыт?
ХъыбарыфІ гъэІуным дыхэтын щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар зэрытщІэр Иеговэ илъэгъуну и гуапэщ. А Іуэхум теухуауэ ди Іэр едмыхьэхмэ икІи дыкъимыкІуэтмэ, Иеговэ гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къыдитынущ (w21.10, 25—26-нэ напэкІуэцІхэр).
1 Петр 1:15 ит «фи гур лъапІэу икІи къабзэу влэжь псори вгъэзащІэ» жыхуиІэ псалъэхэм дытетыну Левит 19-нэ псалъащхьэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
Петр жиІа псалъэхэр Левит 19:2 итырауэ къыщІэкІынущ. А псалъащхьэр зэпкърытхмэ, 1 Петр 1:15 ит чэнджэщыр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфынур къэтлъэгъунущ (w21.12, 3-нэ напэкІуэцІыр).