ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Февраль н. 20—24
  • Иеговэ си гъуэгур занщІэ ищІащ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ си гъуэгур занщІэ ищІащ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • ГЪУЭГУ ПЭЖЫМ СЫТЕУВЭНУ СИ АДЭ-АНЭР КЪЫЗДОІЭПЫКЪУ
  • ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭСЩІЫНУ МУРАД СОЩІ
  • ИЕГОВЭ УЩЫГУГЪЫНЫМ НЭХЪРЭ НЭХЪЫФІ ЗЫРИ ЩЫІЭКЪЫМ
  • НЭГЪУЭЩІЫПІЭ ДАГЪАКІУЭ
  • «ЭКСПЕДИЦЭ» ГЪЭЩІЭГЪУЭНХЭР
  • ДИ ІЭХУМ ЗЕХЪУЭЖ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Февраль н. 20—24
Стивен Харди.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Иеговэ си гъуэгур занщІэ ищІащ

ЖЫЗЫІЭЖАР СТИВЕН ХАРДИЩ

ЗЫ КЪУЭШ ныбжьыщІэ гуэр зэгуэр мыпхуэдэу къызэупщІащ: «Сыт хуэдэ едзыгъуэра уэ нэхъ уигу ирихьыр?» Сэ занщІэу абы жесІащ: «Притчи 3:5, 6 едзыгъуэхэращ, абы щыжыІащ: „ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ; кІуапІэу хэпшхэми Тхьэр къыщылъыхъуэ, уи гъуэгур занщІэ мис Абы ищІынщ“». Шэч хэмылъу, Иеговэ си гъуэгур пэж дыдэу занщІэ ищІащ.

ГЪУЭГУ ПЭЖЫМ СЫТЕУВЭНУ СИ АДЭ-АНЭР КЪЫЗДОІЭПЫКЪУ

Си адэ-анэм пэжыр 1920 гъэхэм къащІащ, иджыри зэрымышэ щІыкІэ. Сэ 1939-нэ гъэм сыкъалъхуащ. Дэ Англием дыщыпсэут. СызэрыцІыкІурэ си адэ-анэм я гъусэу сэ зэІущІэхэм сыкІуэт, иужькІэ «Школа теократического служения» жыхуиІэм зыхезгъэтхащ. Иджыпсту хуэдэу сощІэж япэ дыдэу задание зэрызгъэзэщІауэ щытар. Сэ къызэдаІуэхэр слъэгъун щхьэкІэ ашычым сыдэпщэящ. Абы щыгъуэ илъэсих сыхъу къудейуэ арат икІи апхуэдиз цІыху балигъ залым щІэсу къызэрызэдаІуэм щхьэкІэ Іейуэ сыгузавэт.

Стивен Харди в детстве проповедует с родителями и другими братьями и сестрами. Они держат плакаты с приглашением послушать публичную речь на конгрессе.

Си адэ-анэм я гъусэу хъыбарыфІыр уэрамым щызогъэІу

ХъыбарыфІыр щызгъэІукІэ тыншу къэзгъэсэбэпыфыну пэщІэдзэ псалъэхэр зытет карточкэхэр си адэм схуищІт. Илъэсий сыщыхъум щыгъуэ сэ япэ дыдэу си закъуэу бжэм сыІухьащ. Унэм къыщІэкІар хуэсшия карточкэм тетым къеджэри, «Бог верен» жыхуиІэ тхылъыр къысІихащ. Сэ апхуэдизкІэ сыгуфІати, а уэрам дыдэм хъыбарыфІыр щызыгъэІу си адэм деж ар жесІэжын щхьэкІэ сыжащ. ХъыбарыфІ гъэІунымрэ, зэІущІэхэмрэ сэ гуфІэгъуэ хэсхт икІи абыхэм я фІыгъэкІэ, Иеговэ полновременнэу сыхуэлэжьэну мурад сщІащ.

Си адэм «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр къысхуэкІуэн щхьэкІэ схутридза иужь Библием ит пэжыр нэхъыфІыжу слъагъуу сыхъуащ. ЖурналыщІэ къызэрыкІуэу сэ занщІэу абы седжэт. КІуэтэхукІэ Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэсщІу сыхъут икІи сэ абы сыхуигъэушащ си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ислъхьэну.

1950-нэ гъэм Нью-Йорк щекІуэкІа «Рост теократии» зицІэ конгрессым зэрыунагъуэу дыкІуащ. ШыщхьэІум и 3-м махуэкум и темэу щытар «Миссионерский день». Ди къуэш Кэ́ри Ба́рбер псым зыщІэзыгъауэхэм яхуэгъэза псалъэ жиІащ (иужькІэ ар УнафэщІ гупым яхэтащ). И псалъэм икІэм абы псым зыщІэзыгъэуэну зызыгъэхьэзырхэм упщІиткІэ захуигъэзащ. Сэ сыкъэтэджри а упщІитІми: «НтІэ!» — жысІэу жэуап естащ. Абы щыгъуэ илъэс 11 фІэкІа сымыхъуми, сэ къызгурыІуэт а лъэбакъуэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ауэ сэ псым сыхыхьэн сышынэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджыри есыкІэ сщІэтэкъым. Си адэ къуэшыр си гъусэу бассейным нэс накІуэри, зы щхьэкІи сымыгузэвэну къызжиІащ. ИкІи сэ си лъакъуитІыр бассейным и лъабжьэм лъэмыІэс щІыкІэ псори псынщІэу зэфІэкІащ. Сэ къуэшитІым сызэІэпахащ. Зым псым сыщІигъэуащ, адрейм бассейным сыкъыхихыжащ. А махуэм щыщІэдзауэ Иеговэ си гъуэгур занщІэ ещІ.

ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭСЩІЫНУ МУРАД СОЩІ

Школ нэужьым сэ пионеру сылэжьэну сыхуейт ауэ си егъэджакІуэхэм еджапІэ нэхъыщхьэ сыщІэтІысхьэн хуейуэ трагъэчыныхьт. Абыхэм жаІэм седаІуэри университетым сыщІэтІысхьащ. Ауэ куэд мыщІэу къызгурыІуащ, тэмэмуи седжэну, фІэщхъуныгъэ быди сиІэну зэрысхузэфІэмыкІынур. Абы къыхэкІкІэ, университетыр къэзгъэнэну мурад сщІащ. Сэ Иеговэ зыхуэзгъазэри псори жесІащ, абы иужькІэ си егъэджакІуэхэм письмо яхуэстхри, илъэсым икІэм еджапІэр къызэрызгъэнэнур пщІэ хэлъу къагурызгъэІуащ. Сэ Иеговэ дзыхь хуэсщІыну мурад сщІащ икІи занщІэу пионер лэжьыгъэр къэсщтащ.

Сэ си полновременнэ лэжьыгъэр 1957-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм Уэ́ллингборо къалэм щыщІидзащ. Сэ Лондон дэт Вефилым щылажьэ къуэшхэм селъэІуащ куэд щІауэ пионеру лажьэ къуэш гъусэ схуащІыну. Ди къуэш Берт Ве́йзи гъусэ схуэхъуащ. Абы псэемыблэжу хъыбарыфІыр игъэІут икІи хъыбарыфІ гъэІуныр фІыуэ зытезухуэну къыздэІэпыкъуащ. Ди зэхуэсыр цІыхуий хъу къудейуэ арат: зи ныбжь хэкІуэта шыпхъуихрэ, сэрэ ди къуэш Бертрэ. Сэ зэхуэсхэм псоми зыхуэзгъэхьэзырт икІи абыхэм сыхэтт, абы сэ Іэмал къызитт Иеговэ сыщыгугъыну икІи си фІэщхъуныгъэм теухуауэ цІыхухэм садэгуэшэну.

Армэм сыкІуэн зэрызмыдэм щхьэкІэ сэ зэман кІэщІкІэ тутнакъым сагъэтІысащ. СыкъаутІыпщыжа иужь, специальнэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Ба́рбара зэзгъэцІыхуащ. 1959-нэ гъэм дэ дызэрышащ икІи мурад тщІащ хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ дэнэ дамыгъакІуэми абы дыкІуэну. ЯпэщІыкІэ дэ Англием и ищхъэрэ-къухьэпІэмкІэ щыІэ Ла́нкашир дагъэкІуащ. Абы иужькІэ 1961-нэ гъэм щІышылэм Лондон дэт Вефилым «Школа священного служения» жыхуиІэ курсым мазэкІэ сыщеджэну сагъэкІуащ. ГъэщІэгъуэныращи, симыгугъэххауэ а курсыр къэзуха иужь сэ районым и нэхъыжьу сагъэкІуащ. Куэд щІауэ районым и нэхъыжьу лажьэ къуэшым деж зыщызгъасэу сэ тхьэмахуитІкІэ Бирминге́м сыщыІащ. Абы щыгъуэ Барбара си гъусэу нэкІуэну хуит ящІащ. ИужькІэ дэ къыдата районым дыкІуащ — ар Ланкашир икІи Че́шир графствэхэрат.

ИЕГОВЭ УЩЫГУГЪЫНЫМ НЭХЪРЭ НЭХЪЫФІ ЗЫРИ ЩЫІЭКЪЫМ

1962-нэ гъэм, шыщхьэІум отпуск дыщыІэу филиалым къикІыу письмо къытхуэкІуащ, абы Галаад Школым и заявлениер и гъусэт! Барбарарэ сэрэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэщ, заявление ттхыри филиалым занщІэу едгъэхьащ, ди къуэшхэр къызэрыдэлъэІуам хуэдэу. Мазитху фІэкІа дэмыкІыу дэ Бруклин дыкІуащ, Галаад Школым и 38-нэ классым мазипщІкІэ дыщеджэн щхьэкІэ.

Галаадым дызэрыщеджам и фІыгъэкІэ дэ Алыхьым и Псалъэмрэ и организацэмрэ теухуауэ къэтщІам нэмыщІ, ди къуэш, ди шыпхъухэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІащ. Дэ илъэс 25 иджыри дыхъутэкъым, ауэ ди классым щІэс ди къуэш, ди шыпхъухэм я деж куэдым зыщедгъэсащ. Дезыгъэджахэм щыщу ди къуэш Фред Раск махуэ къэс сыдэлэжьэну Іэмал сиІащ. Абы сэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы дерс къызгуригъэІуащ: зыгуэрым чэнджэщ ептын ипэ ар Библием тегъэщІарэ темыгъэщІарэ зэхэгъэкІ. Дэ лекция къытхуеджахэм ящыщщ Нейтан Норр, Фре́дерик Френц, Карл Клейн сымэ. Іэдэбагъ зыхэлъ ди къуэш Александр Макми́ллан дэ иджыри куэдым дыхуигъэсащ. Абы и лекциям дэ къыщыджиІэжащ зэман гугъухэм — 1914-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1919-нэ гъэм и пэм нэс — Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуар.

НЭГЪУЭЩІЫПІЭ ДАГЪАКІУЭ

Школыр къэдухыным куэд имыІэжу, ди къуэш Норр Барбарэрэ сэрэ къыджиІащ Африкэм, Буру́нди къэралым дызэрагъакІуэр. Дэ Вефилым щыІэ библиотекэм жэрыгъэкІэ дыкІуащ, а къэралым ди къуэш, ди шыпхъуу дапхуэдиз щылажьэми «Ежегодник» тхылъым къыщытщІэн щхьэкІэ. ГъэщІэгъуэныращи, а къэралым теухуауэ «Ежегодник» тхылъым зыри иттэкъым. Дэ хъыбарыфІыр зэи щамыгъэІуа щІыпІэм дыщылэжьэну къытпэщылът икІи а континентым теухуауэ зэи зыри зэхэтхыхатэкъым. Дэ хуабжьу дыкъэгузэващ! Ауэ Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъазэри, ди гум гупсэхугъуэ кърилъхьащ.

Бурунди щыІэ гъащІэм дэ десатэкъым: дунейм и щытыкІэми, я хабзэми, я бзэми. Дэ французыбзэ зэдгъэщІэн хуей хъуащ. Абы нэмыщІ ущыпсэун унэ къэбгъуэтыну гугъут. А щІыпІэм дынэсри махуитІ дэкІа иужь, ди гъусэу Галаад Школым щеджа Ха́рри А́рнотт ди деж къыІухьащ. Абы щыгъуэ ар миссионеру За́мбием щылажьэти, абы кІуэуэ гъуэгу тетт. Дыщыпсэун унэ къэдгъуэтыну Харри къыддэІэпыкъуащ икІи а унэр ди япэ миссионер унэ хъуащ. Ауэ а щІыпІэм щыІэ къэрал унафэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр яцІыхутэкъыми, куэд дэмыкІыу къытпэщІэувэу щІадзащ. Бурунди хъыбарыфІыр зэрыщыдгъэІум гуфІэгъуэ къытхуихьу щІидза къудейуэ, къэрал унафэщІхэм хъыбар дагъэщІащ а къэралым дыщылэжьэну хуитыныгъэ димыІэу щытмэ, абы дыкъанэ зэрымыхъуным теухуауэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Бурунди къэралым дикІыу Уга́ндэ дыкІуэн хуей хъуащ икІи а щІыпІэми десэн хуейт.

Дэ дыгузавэт, визэ димыІэу Угандэ дызэрыкІуэнум теухуауэ. Ауэ Иеговэ дыщыгугъти, дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ зыри димыІэжу хъуащ. Угандэ хъыбарыфІыр щигъэІун щхьэкІэ Канадэм икІыу абы Іэпхъуа ди зы къуэш къыддэІэпыкъуащ. Абы миграционнэ службэм щылажьэм ди Іуэхур зыІутыр къыгуригъэІуати, а къэралым дыщыпсэуну хуитыныгъэ къыдатыхукІэ, абы мазитІ-щыкІэ дыкъыщынэну къытхуадащ. Псори апхуэдизу фІыуэ зэфІэкІати, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум шэч лъэпкъ къытетхьэтэкъым.

Угандэм Іуэхур зыІутыр Бурунди къэралым хуэдэтэкъым. Абы хъыбарыфІыр щагъэІут, къэрал псом Иеговэ и щыхьэту 28 фІэкІа щымыІэми. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ, английскэбзэкІэ псалъэ цІыху куэдым дарихьэлІэт. Ауэ куэд дэмыкІыу къыдгурыІуащ хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн цІыхухэм лъэбакъуэ ячыну дадэІэпыкъун щхьэкІэ, а щІыпІэм цІыхухэр зэрыщыпсалъэ бзэхэм языхэз зэрызэдгъэщІэн хуейр. Дэ Кампа́лэ зи цІэ къалэмрэ абы и Іэгъуэблагъуэхэмрэ хъыбарыфІыр щыдгъэІуу щІэддзащ. А щІыпІэм цІыхухэр нэхъыбэу луга́ндэ бзэрат зэрыщыпсалъэр икІи ар зэдгъэщІэну мурад тщІащ. А бзэмкІэ фІыуэ дыпсалъэу дыхъуху илъэс зыбжанэ дэкІащ, ауэ ар зэрызэдгъэщІам фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ! Иджы Библием едгъаджэхэр зыхуэныкъуэр дэ нэхъыфІу къыдгурыІуэт. Езыхэми нэхъ дзыхь къытхуащІу икІи я гурыщІэхэмкІэ къыддэгуашэу хъуащ.

«ЭКСПЕДИЦЭ» ГЪЭЩІЭГЪУЭНХЭР

1. Карта Африки с указанием некоторых мест, где служил Стивен Харди. 2. Стивен сидит на складном стуле рядом со своим фургоном. 3. Барбара, первая жена Стивена, моет овощи в тазу.

Угандэм «экспедицэ» дыщыІэу

Дэ цІыхухэм пэжыр къащІэну дазэрыдэІэпыкъум гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьт. Ауэ районнэ лэжьыгъэм дыхэтыну къызэрыдэлъэІуам гуфІэгъуэ нэхъыбэж къытхуихьащ. Кением щыІэ филиалым экспедицэ дигъэкІуащ специальнэ пионерхэм хъыбарыфІыр нэхъыфІу щагъэІун щІыпІэ къэрал псом къыщыдгъуэтын щхьэкІэ. Дэ мызэ-мытІэу Иеговэ и Щыхьэтхэр зымыцІыху цІыхухэм хьэщІагъэшхуэ къыдахащ икІи ерыскъы тхуапщэфІащ!

Абы иужь сэ нэгъуэщІ «экспедицэ» сыкІуащ. Кампалэ сикІри махуитІкІэ поездым сису Ке́нием щыІэ Момба́сэ къалэм и кхъухьтедзапІэм сыкІуащ, абы сикІри кхъухькІэ Индийский океаным щыІэ Сейше́лы хытІыгу гупым сыкІуащ. ИужькІэ 1965-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1972-нэ гъэм нэсыху сэ Сейшелы хытІыгухэм щІэх-щІэхыурэ сыкІуащ икІи Барбарэ си гъусэу нэкІуащ. Абы дыкІуэн ипэ а щІыпІэм хъыбарыфІыр зыгъэІуу цІыхуитІт щыІэр, ауэ а илъэсхэм къриубыдэу а цІыхуитІыр гуп хъуащ, иужькІэ гупыр зэхуэсышхуэ хъуащ. НэгъуэщІ «экспедицэ» сыщыкІуэм сэ Суда́ным, Эритре́ям, Эфио́пием щыщ къуэшхэм сахуэзэт.

Угандэм зауэлІхэм зыкъаІэтри тепщэныгъэр яубыда иужь, къэралым щыІэ политикэм псынщІэ Іейуэ зихъуэжащ. Абы щыгъуэ лей зехьэным егъэлеяуэ зыщиубгъуа илъэсхэм щІидзащ. А зэманым сэ къызгурыІуащ Хьисэ и псалъэхэм утетыным Іущагъ зэрыхэлъыр. Абы жиІат: «Кесарым ейр кесарым ефтыж» (Мк. 12:17). Куэд дэмыкІыу хамэ къэралым къикІа цІыхухэм я унэм пэгъунэгъу полицейскэ участокым кІуэуэ зрагъэтхын хуейуэ апхуэдэ унафэ ящІащ. А унафэр дэ занщІэу дгъэзэщІащ. МахуитІ-щы дэкІауэ нэгъуэщІ зы миссионер ди гъусэу Кампалэ дыдэту «тайная полиция» жыхуаІэм щыщ цІыхухэм дыкъагъэувыІащ. Абы щыгъуэ апхуэдизкІэ дыгузэвати, ди фэр шэхум хуэдэу пыкІат. А къэралым тІасхъэщІэхыу дыкІуауэ жаІэри дагъэкъуэншащ икІи полицэм и унэ нэхъыщхьэм дашащ. Дэ абыхэм яжетІэт зыми и зэран къэзымылъыхъуэ миссионеру дызэрыщытыр икІи полицэм зэрызедгъэтхар, ауэ зыри къыдэдаІуэтэкъым. Іэщэ зыІыгъ цІыхухэр ди гъусэу япэу зыщедгъэтхауэ щыта участокым дашащ. Дэ зыкІэ дыгуфІати, а махуэм лажьэ цІыхухъум дыкъицІыхужу даутІыпщыжыну унафэ щищІам щыгъуэ!

Абы щыгъуэ дэ блокпостхэм дыкъыщагъэувыІэм деж хуабжьу дыгузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дыкъэзыгъэувыІэ зауэлІхэр сыт щыгъуи чэфт. Блокпостхэм дынэсын ипэкІэ дэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэт икІи абыхэм дыблагъэкІа иужь ди гур псэхужт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1973-нэ гъэм нэгъуэщІ къэралым къикІа миссионерхэм Угандэ къэралыр къагъэнэн хуейуэ унафэ хуащІащ.

Стивен печатает на мимеографе.

«Наше священное служение» жыхуаІэ тхыгъэр мимеографкІэ тызодзэ (Кот-д’Ивуарым щыІэ филиалыр, Абиджан)

Дэ аргуэру дыІэпхъуэн хуей хъуащ — Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Кот-д’Ивуа́р зи цІэ къэралым. ИкІи псори щІэрыщІэу щІэддзэжын хуей хъуащ. Псалъэм папщІэ, дэ нэгъуэщІ хабзэм десэн хуейт, аргуэру французыбзэкІэ дыпсэлъэн хуейт икІи нэгъуэщІ къэралхэм къикІа миссионерхэм я гъусэу дыпсэууэ зедгъэсэн хуейт. Ауэ а зэхъуэкІыныгъэхэм дэ аргуэру Иеговэ и Іэр хэтлъэгъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэр яфІэфІу хъыбарыфІым къедаІуэт. Дэ Иеговэ дыщыгугъти, абы ди гъуэгур захуэ ищІащ.

ДИ ІЭХУМ ЗЕХЪУЭЖ

Димыгугъауэ Барбарэ рак уз иІэу къахутащ. Дэ а узыр дгъэхъужын щхьэкІэ хамэ къэралым дызэрыкІуам щхьэкІэ къэмынэу, 1983-нэ гъэм гурыІуэгъуэ хъуащ афІэкІа Африкэм дыкъанэ зэрымыхъунур. Ар Іейуэ ди жагъуэ хъуащ.

Дэ Лондон дэт Вефилым дыщылажьэт, ауэ Барбэрэ и узым нэхъри нэхъ зиубгъури ар лІащ. Вефилым щыІэ къуэш, шыпхъухэм си гуауэр егъэлеяуэ къыздаІыгъащ. Псом хуэмыдэу абы щыІэ зэщхьэгъуситІ къыздэІэпыкъуащ. Абыхэм я фІыгъэкІэ сэ си гуауэм сыпэлъэщащ икІи адэкІэ Иеговэ сыщыгугъын къэзгъэнакъым. Зэман гуэр дэкІри сэ Энн зи цІэ шыпхъу зэзгъэцІыхуащ. Ар япэм щыгъуэ специальнэ пионеру лажьэу щытащ, иджы Вефилым дэІэпыкъут. Сэ гу лъыстащ ар Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу зэрыщытым икІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум. Дэ 1989-нэ гъэм дызэрышащ икІи абы лъандэрэ Вефилым зэгъусэу дыщолажьэ.

Стивен и Энн Харди.

Эннрэ сэрэ Британием щыІэ филиалыщІэм дыщыІэу

Сэ 1995-нэ гъэм щыщІэдзауэ 2018-нэ гъэм нэсыху Дуней псо ІуэхузехьэпІэм и лІыкІуэу сылэжьащ (япэм щыгъуэ абы зональнэ надзирателкІэ еджэу щытащ). Сэ къэрал 60-м нэблагъэм сыщыІащ икІи сыт хуэдэ къэралым сымыкІуами, си нэкІэ слъэгъуащ сыт къэмыхъуауэ щытми Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэфІ зэрыщыхуэр.

2017-нэ гъэм филиалхэм сыщыкІуэм щыгъуэ, аргуэру Африкэм сыкІуащ. Сэ зыкІэ си гуапэти Бурунди къэралыр Энн езгъэцІыхуну икІи къэрал псом дапхуэдиз цІыхум Иеговэ теухуа пэжыр къащІами си нэкІэ слъэгъуну! 1964-нэ гъэм сэ хъыбарыфІыр щызгъэІуауэ щыта уэрам дыдэм иджыпсту Вефилым и унэ дахэ тетщ икІи абы 15 000-м щІигъу Иеговэ и Щыхьэтхэр зыхуей хуегъазэ.

2018-нэ гъэм сыздэкІуэн хуей къэралхэм я графикыр щыслъэгъуам щыгъуэ, сэ хуабжьу сыгуфІащ — а къэралхэм Кот-д’Ивуар яхэтт. Дэ а къэралым щыІэ къалэшхуэ Абиджа́н дыкъыщылъэтам щыгъуэ, си унэм сыкъэкІуэжа хуэдэу апхуэдэ гурыщІэ сиІэт. Вефилым и телефонный справочникым сэ нэкІэ сыщрижам щыгъуэ, гу лъыстащ дэ дыкъыщыувыІа пэшым и бгъум деж Со́ссу зи цІэ къуэш зэрыщыпсэур. Сэ сегупсысащ: «Ар япэм щыгъуэ Абиджан къалэм и надзирателу лэжьа къуэшыра хъунщ». Ауэ сыщыуащ, къызэрыщІэкІамкІэ ар абы и къуэрат.

Иеговэ и псалъэр иІыгъыжщ. Сэ си гъащІэм гугъуехь куэдхэм сыщрихьэлІащ, ауэ сэ къызгурыІуащ: Иеговэ ущыгугъыу щытмэ, абы уи гъуэгухэр занщІэ ищІынущ. Сэ си гукІи си псэкІи адэкІи сытетыну сыхуейщ а гъуэгум — дунеищІэм щыІэну гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын