ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лэжьакІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къыбоцІыху. Зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр хъумэ
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Хьисэ щаукІынум ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм «ахэр пэжу зы ирехъу» жиІэу и гъэсэнхэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІуащ (Ин 17:23). Ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэн щхьэкІэ, дэ фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ икІи ди жагъуэ къызэращІа псор ди гум идгъэлъын хуейкъым (1Кр 13:5).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Иеговэ цІыхухэм яхэлъ фІыр зэрилъагъум щапхъэ тех
Уи гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм яхуэгъэгъу
Фи зэхуаку дэлъа зэгурымыІуэныгъэр блэкІа Іуэху щытмэ, афІэкІа ар уигу къомыгъэкІыж (Пр 17:9)
«„ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ“. ФИ ЖАГЪУЭ КЪЫЗЭРАЩІА ПСОР ФИ ГУМ ИВМЫГЪЭЛЪ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Роликым и япэ Іыхьэм дауэ къыхэщрэ Хелен и жагъуэ къызэращІа псор и гум зэрыригъэлъыр?
Хелен гупсысэ Іейхэм емыгупсысу нэхъыфІым и акъылыр триухуэну зэрыхузэфІэкІар роликым и етІуанэ Іыхьэм дауэ къыщыгъэлъэгъуа?
Хелен ищІар зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэм дауэ сэбэп хуэхъуа?
Ди жагъуэ къызэращІа псор ди гум щидгъэлъым деж, хэт ар зэран зыхуэхъур?