7 СТАТЬЯР
Зэхуэсым нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ щІытриухуам и щхьэусыгъуэр къывгурыІуэу пІэрэ?
«Мэссихь члисэ зэхуэсым и щхьэу [щытщ]... Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъыу щытщ, езыращ а пкъыр мыкІуэду къезыгъэлыр» (ЕФ. 5:23).
137-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэпэж цІыхубзхэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ и унагъуэм зэкъуэтыныгъэ щІилъым и зы щхьэусыгъуэ къыжыфІэ.
ИЕГОВЭ и унагъуэм дызэрыщыщым дэ хуабжьу дыщогуфІыкІ. Ауэ сыт ди унагъуэм мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ щІилъыр? Абы и зы щхьэусыгъуэр — и унагъуэм зыгуэр нэхъыщхьэу щытын хуейуэ Иеговэ ищІа унафэм пщІэ зэрыхуэтщІыращ. ИкІи Алыхьым апхуэдэ унафэ щІищІар нэхъыфІу къыдгурыІуэхукІэ, ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэри нэхъ быдэу щытынущ.
2. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
2 Зэхуэсым нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ ищІа унафэм дызэрытетыныр мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап еттынущ: Иеговэ шыпхъухэм зэхуэсым сыт хуэдэ къалэн щагъэзэщІэну хуигъэфэща? Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри дэтхэнэ зы шыпхъуми и нэхъыщхьэу жыпІэ хъуну? Унагъуэм и нэхъыжьхэм я щхьэгъусэмрэ я бынхэмрэ яхуиІэ тепщэныгъэм хуэдэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм хуаІэу пІэрэ? ЯпэщІыкІэ зэпкърытхынщ шыпхъухэм дазэрыхущытын хуейр.
ШЫПХЪУХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?
3. Шыпхъухэм ящІэ псор нэхъыбэжу лъапІэу тлъытэну сыт къыддэІэпыкъунур?
3 Зэхуэсым щыщ шыпхъухэр дэ лъапІэу долъытэ, абыхэм куэд ящІэ я унагъуэм дэІэпыкъун щхьэкІэ, хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Ауэ дэ шыпхъухэр нэхъыбэжу лъапІэу тлъытэу дыхъунущ Иеговэрэ Хьисэрэ абыхэм зэрахущытым дегупсысу щытмэ. Абы нэмыщІ дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ апостол Паул цІыхубзхэм зэрыхущытам.
4. Дауэ Библием къызэрыхэщыр Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми зэхуэдэу пщІэ зэрахуищІыр?
4 Библием къызэрыхэщымкІэ, Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми зэхуэдэу пщІэ яхуещІ. Абы зэритымкІэ, япэ лІэщІыгъуэм Иеговэ и къару лъапІэр цІыхухъухэми цІыхубзхэми зэхуэдэу яритащ икІи телъыджэ Іуэхухэр ящІэну зэфІэкІ яритауэ щытащ. Псалъэм папщІэ, абы и фІыгъэкІэ ахэр нэгъуэщІыбзэкІэ псэлъэфт (Апост. 2:1—4, 15—18). Уафэм кІуэуэ Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэм цІыхухъухэри цІыхубзхэри хэтщ (Гал. 3:26—29). Иеговэ цІыхухъухэми цІыхубзхэми Іэмал яритащ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну (Апок. 7:9, 10, 13—15). Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр гъэІун икІи цІыхухэр егъэджэн лэжьыгъэр Хьисэ къуэшхэми, шыпхъухэми яритащ (Мт. 28:19, 20). Псалъэм папщІэ, Апостолхэм тхылъым зэритымкІэ, Прискиллэрэ Акилэрэ зэгъусэу щІэныгъэфІ зиІэ Аполлос дэІэпыкъуащ пэжыр нэхъыфІу къыгурыІуэну (Апост. 18:24—26).
5. Лука 10:38, 39, 42 ит псалъэхэм сыт къыдагъащІэр Хьисэ цІыхубзхэм зэрахущытам теухуауэ?
5 Хьисэ цІыхубзхэм пщІэ хуищІт. Абы фарисейхэм яІа еплъыкІэм хуэдэ иІэтэкъым. Фарисейхэм цІыхубзхэм нэмыплъ иратт, нэгъуэщІ цІыхухэм ялъагъуу епсалъэтэкъым икІи, дауикІ, Тхыгъэ ЛъапІэм ит гупсысэхэр я гъусэу зэпкърахтэкъым. Абыхэм елъытауэ Хьисэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит гупсысэхэр цІыхухъухэми, цІыхубзхэми къагуригъаІуэтb. (Къеджэ Лука 10:38, 39, 42.) Абы нэмыщІ Хьисэ цІыхубзхэр хуит ищІт хъыбарыфІыр щигъэІукІэ и гъусэу кІуэну (Лк. 8:1—3). ИкІи Хьисэ языныкъуэ цІыхубзхэм пщІэ яхуищІри къалэн яхуищІауэ щытащ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар апостолхэм жраІэну (Ин. 20:16—18).
6. Апостол Паул цІыхубзхэм пщІэ зэрахуищІыр дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэу щытар?
6 Апостол Паул Тимофей письмо щыхуитхам щыгъуэ, къыхигъэщауэ щытащ цІыхубзхэм пщІэ хуэпщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Абы Тимофей хуитхат ныбжь зиІэ цІыхубзхэм анэхэм хуэдэу, цІыхубз нэхъ щІалэхэм шыпхъухэм хуэдэу хущытын зэрыхуейр (1 Тим. 5:1, 2). Паул куэд ищІащ Тимофей фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэтыну дэІэпыкъун щхьэкІэ, ауэ абы къыгурыІуэт Тхыгъэ ЛъапІэм итыр Тимофей япэу езыгъэцІыхуар и анэмрэ и анэшхуэмрэ арауэ зэрыщытыр (2 Тим. 1:5; 3:14, 15). Рим къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул письмо щахуитхам щыгъуэ, шыпхъухэр къыхигъэщащ я цІэхэр къриІуэурэ. А шыпхъухэм хъыбарыфІыр зэрагъэІур къызэрыхигъэщам имызакъуэу, ящІэм щхьэкІэ ящытхъуащ (Рим 16:1—4, 6, 12; Флп. 4:3).
7. АдэкІэ сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?
7 ИпэкІэ зэпкърытха абзацхэм къызэрыхэщымкІэ, Библием зыщІыпІэ дежи иткъым шыпхъухэр къуэшхэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъ Іейуэ. Лъагъуныгъэрэ хьэлэлагърэ зыхэлъ шыпхъухэр зэхуэсым дэІэпыкъуэгъушхуэ хуохъу икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэ абыхэм уащыгугъ зэрыхъунур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ шыпхъухэм къару ирахьэлІэ зэхуэсым мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ илъын щхьэкІэ. Ауэ упщІэ зыбжанэм я жэуапыр къэдгъуэтын хуейщ, псалъэм папщІэ: сыт Иеговэ шыпхъухэм щІахуигъэувыр иныкъуэхэм деж ІэлъэщІ зытралъхьэну? ИкІи зэхуэсым и нэхъыжьым е зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум я къалэнхэр къуэшхэм фІэкІ шыпхъухэм ягъэзащІэ зэрымыхъуным къикІрэ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри дэтхэнэ зы шыпхъуми и нэхъыщхьэу?
КЪУЭШЫР ШЫПХЪУМ И НЭХЪЫЩХЬЭ?
8. Ефес 5:23 зэритымкІэ, зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри дэтхэнэ зы шыпхъуми и нэхъыщхьэу жыпІэ хъуну? КъыдгурывгъаІуэ.
8 Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри дэтхэнэ зы шыпхъуми и нэхъыщхьэу жыпІэ хъуну? КІэщІу жыпІэмэ, хьэуэ. Къуэшыр зэхуэсым хэт шыпхъухэм я нэхъыщхьэу щытыфынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я нэхъыщхьэр — Мэссихьщ. (Къеджэ Ефес 5:23.) Унагъуэм цІыхубзым и нэхъыщхьэу Иеговэ тригъэувар абы и щхьэгъусэращ. Псым зыщІэзыгъэуа къуэр и анэм и нэхъыщхьэкъым (Еф. 6:1, 2). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм хуэгъэзауэ яІэ тепщэныгъэм гъунэ иІэщ (1 Фес. 5:12; Евр. 13:17). Ауэ щхьэгъусэ зимыІэ икІи зи адэ-анэм бгъэдэмыс шыпхъухэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Абыхэм я адэ-анэхэми зэхуэсым и нэхъыжьхэми пщІэ хуащІ, ауэ апхуэдэ шыпхъухэм къуэшхэми хуэдэу зы нэхъыщхьэщ яІэр — Хьисэщ.
Щхьэгъусэ зимыІэ икІи зи адэ-анэм бгъэдэмыс къуэш, шыпхъухэм я нэхъыщхьэу щытыр Хьисэщ. (8-нэ абзацым феплъ.)
9. Шыпхъухэм иныкъуэхэм деж ІэлъэщІ щІызытралъхьэн хуейр сыт?
9 Зэхуэсым унафэ къыщащтэну Иеговэ къалэн зыхуищІар цІыхухъухэращ. ЦІыхубзхэм апхуэдэ хуитыныгъэ иритакъым (1 Тим. 2:12). Сыт щхьэкІэ? Абы и щхьэусыгъуэр Хьисэ къуэшхэм я нэхъыщхьэу щІытригъэувам и щхьэусыгъуэм хуэдэщ — и унагъуэм зэкъуэтыныгъэрэ мамырыгъэрэ илъын щхьэкІэщ. Къуэшым игъэзащІэ къалэныр шыпхъум игъэзэщІэн хуей хъумэ, абы ІэлъэщІ зытрилъхьэн хуейщ (1 Кор. 11:4—7)c. Иеговэ шыпхъухэм апхуэдэу ящІэну щІелъэІур я пщІэр ириудыхын щхьэкІэкъым, атІэ унафэ игъэувам пщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъэгъуэну Іэмал яриту аращ. Иджы адэкІэ зэпкърытхынщ унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сыт хуэдэ тепщэныгъэ яІэми.
УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬХЭМРЭ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМРЭ ИЕГОВЭ СЫТ ХУЭДЭ ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЯРИТАР?
10. Зэхуэсым и нэхъыжьым хабзэ гуэрхэр зэхуэсым щигъэувыну щІыхуеинкІэ хъунур сыт?
10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ фІыуэ ялъагъу, абы нэмыщІ Иеговэрэ Хьисэрэ дзыхь къыхуащІа мэл цІыкІухэри фІыуэ ялъагъу (Ин. 21:15—17). Языныкъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я бынхэм хуэдэу хущытщ. Къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуну хуейуэ ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Унагъуэм и нэхъыжьхэм я унагъуэм щыщхэр къахъумэн щхьэкІэ хуитыныгъэ яІэщ хабзэхэр ягъэувыну. Апхуэдэу щыщыткІэ, зэхуэсым и нэхъыжьми Иеговэ и мэл цІыкІухэр къэзыхъумэн хабзэхэр игъэувыну хуитщ». Апхуэдэу ящІэну зэхуэсым и нэхъыжьхэр языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм хуагъэуш, псалъэм папщІэ я пІэкІэ унафэ ящІыну щелъэІум деж. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ яІэ тепщэныгъэр зэхуэдэу пІэрэ?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну ядоІэпыкъу икІи абыхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуащІ. Иеговэ абыхэм къалэн яхуищІащ къуэш, шыпхъухэм Библием ит хабзэхэр зэрагъэзащІэм кІэлъыплъыну. (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)
11. Унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ ягъэзащІэ къалэныр сыткІэ зэщхь?
11 Апостол Паул итхауэ щыта письмохэм щыщ зым къыхигъэщауэ щытащ унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ ягъэзащІэ къалэныр зыгуэркІэ зэрызэщхьыр (1 Тим. 3:4, 5). Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуейщ унагъуэм щыщхэр унагъуэм и нэхъыжьым едэІуэну, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэри зэхуэсым и нэхъыжьым едэІуэну (Кол. 3:20). Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьхэми зэхуэсым и нэхъыжьхэми щогугъ абыхэм я ІэмыщІэм ирилъхьахэм я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ ядэІэпыкъуну икІи я гурыщІэхэм гулъытэ хуащІыну. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэри унагъуэм и нэхъыжьхэри гугъуехь пэщІэхуахэм доІэпыкъу (Екъуб 2:15—17). Абы къыщынэмыщІауэ Иеговэ хуейщ а къуэшхэр Библием ит хабзэхэм емыбакъуэу абы ит принципхэм нэгъуэщІхэр зэрытетым кІэлъыплъыну (1 Кор. 4:6).
Унагъуэм и нэхъыжьхэм я унагъуэм щыщхэм ехьэлІауэ унафэ къащтэну хуитыныгъэ яІэщ. Унафэ гуэр ищІын ипэ цІыхухъур и щхьэгъусэм йочэнджэщ — апхуэдэу абы къегъэлъагъуэ и унагъуэм щыщхэр фІыуэ зэрилъагъур. (13-нэ абзацым феплъ.)
12, 13. Рим 7:2 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьым и тепщэныгъэмрэ унагъуэм и нэхъыжьым и тепщэныгъэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
12 Ауэ унагъуэм и нэхъыжьым и тепщэныгъэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьым и тепщэныгъэмрэ икъукІэ зэщхьэщокІ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр хеящІэу зэхуэсым щытригъэуващ икІи зи гуэныхьым хущІемыгъуэжхэр зэхуэсым хагъэкІыну я пщэ дилъхьащ (1 Кор. 5:11—13).
13 Ауэ унагъуэм и гугъу пщІымэ, Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм ямыІэ хуитыныгъэ яритащ. Псалъэм папщІэ, унагъуэр зытетын хуей хабзэхэр абыхэм ягъэувыну хуит ищІащ. (Къеджэ Рим 7:2.) Апхуэдэу унагъуэм и нэхъыжьым сабийхэр пщыхьэщхьэм унэм къыщыкІуэжыну зэманыр игъэувыфынущ икІи ахэр а унафэм емыдаІуэу щытмэ, ар хуитщ абыхэм тезыр ятрилъхьэну (Еф. 6:1). ДауикІ, и унагъуэм щыщхэр фІыуэ зылъагъу унагъуэм и нэхъыжьым хабзэ гуэр игъэувын ипэ и щхьэгъусэм йочэнджэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «ахэр зыпкъщ» (Мт. 19:6)d.
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЩХЬЭ МЭССИХЬ ПЩІЭ ХУЭФЩІ
Хьисэ зэхуэсым и нэхъыщхьэу Иеговэ тригъэуващ. (14-нэ абзацым феплъ.)
14. 1) Марк 10:45 зэритымкІэ, Хьисэ зэхуэсым и нэхъыщхьэу щытыну псом нэхърэ нэхъ хуэфащэу сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) УнафэщІ гупым сыт хуэдэ къалэнхэр игъэзэщІэн хуейуэ и пщэ дэлъ? («УнафэщІ гупым игъэзэщІэн хуей къалэнхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
14 Иеговэ и Къуэ лъапІэр дэр щхьэкІэ итащ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми и гъащІэр икІи, къапщтэу щытмэ Хьисэ зи фІэщ хъуа дэтхэнэ зыми и гъащІэр зейр Алыхьыращ. (Къеджэ Марк 10:45; Апост. 20:28; 1 Кор. 15:21, 22.) Абы и Къуэр зэхуэсым и нэхъыщхьэу тригъэуващ. Хьисэ а къалэныр игъэзэщІэну псом нэхърэ нэхъ хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гъащІэр дэр щхьэкІэ итащ. Зэхуэсым и нэхъыщхьэу щытщи абы хуитыныгъэ иІэщ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми, унагъуэхэми икІи зэхуэс псоми хуэгъэзауэ унафэхэр игъэувыну. Абы нэмыщІ абы хуитыныгъэ иІэщ а унафэхэр зэрагъэзащІэм кІэлъыплъыну (Гал. 6:2). Ауэ Хьисэ унафэхэр игъэув закъуэу щымыту, дэтхэнэ зыри фІыуэ дыкъелъагъу икІи къытхуосакъ (Еф. 5:29).
15, 16. Марлирэ и Бенджаминрэ я псалъэхэм сытым фыхуагъасэрэ?
15 КъадэІэпыкъуну зи пщэм дэлъ цІыхухъухэм я унафэм щедаІуэм деж шыпхъухэм Мэссихь пщІэ хуащІ. Америкэм щыпсэу ди шыпхъу Ма́рли и псалъэхэм шыпхъу куэдыр арэзы техъуэнущ. Абы жеІэ: «Унагъуэми зэхуэсми щызгъэзэщІэну Иеговэ къалэн къызитахэр сэ лъапІэу солъытэ. Пэжщ, унагъуэмрэ зэхуэсымрэ нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ игъэува унафэм пщІэ хуэсщІын щхьэкІэ сэ сызэлэжьыжын хуейщ. Ауэ ар си дежкІэ гугъукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си щхьэгъусэми зэхуэсым щыщ нэхъыжьхэми сэ пщІэ къысхуащІ икІи сщІэр сыт щыгъуи фІыщІэ ящІ».
16 Зэхуэсым икІи унагъуэм нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ щІигъэувам и щхьэусыгъуэр фІыуэ къызыгурыІуэ къуэшхэм шыпхъухэр лъапІэу ялъытэ икІи абыхэм пщІэ хуащІ. Англием щыщ ди къуэш Бе́нджамин мыпхуэдэу жеІэ: «Зэхуэсым шыпхъухэм щат жэуапхэм я фІыгъэкІэ сэ гъэщІэгъуэн куэд къызощІэ икІи абыхэм хъыбарыфІыр щагъэІукІэ е цІыхур Библием щрагъаджэкІэ къагъэсэбэп Іэмалхэр сэри къызэрызгъэсэбэпыным сыхущІокъу. Абыхэм ящІэ псор сэ лъапІэу солъытэ».
17. Зэхуэсымрэ унагъуэмрэ нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ игъэува унафэм пщІэ щІыхуэтщІын хуейр сыт?
17 Дэ псоми — къуэшхэми, шыпхъухэми, унагъуэм и нэхъыжьхэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэми — зэхуэсымрэ унагъуэмрэ нэхъыщхьэ иІэн хуейуэ Иеговэ щІигъэувам и щхьэусыгъуэр къыщыдгурыІуэм икІи абы пщІэ щыхуэтщІым деж зэхуэсым мамырыгъэ илъщ. ИкІи псом нэхърэ нэхъапэращи, абыкІэ дэ фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ догъэлъапІэ (Пс. 150:6).
123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
a Иеговэ шыпхъухэм зэхуэсым сыт хуэдэ къалэн щагъэзэщІэну хуигъэфэща? Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэшри дэтхэнэ зы шыпхъуми и нэхъыщхьэу жыпІэ хъуну? Зэхуэсым и нэхъыжьымрэ унагъуэм и нэхъыжьымрэ Иеговэ тепщэныгъэ яритар зэхуэдэ? Библием ит щапхъэхэр зэпкърытхыурэ, мы упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтынщ.
b 2020-нэ гъэм фокІадэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Шыпхъухэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу» жыхуиІэ статьям и 6-нэ абзацым феплъ.
c «Дапщэщ шыпхъухэм ІэлъэщІ зытралъхьэн щыхуейр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
d Унагъуэр сыт хуэдэ зэхуэсым хэтын хуейми унафэ зыщІын хуейм теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ 2020-нэ гъэм, шыщхьэІум къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ита «Иеговэ и зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми пщІэ хуэтщІыну хуэфащэщ» жыхуиІэ статьям и 17—19-нэ абзацхэм.
e «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» жыхуиІэ тхылъым и 209—212-нэ напэкІуэцІхэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ.
f Иеговэ УнафэщІ гупым къалэн хухихам теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэнущ 2013-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 20—25-нэ напэкІуэцІхэм.