ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Февраль н. 2—7
  • «Дэтхэнэ лІыми и щхьэр Мэссихьщ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Дэтхэнэ лІыми и щхьэр Мэссихьщ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УАФЭМИ ЩІЫЛЪЭМИ ЩЫІЭ УНАГЪУЭХЭР ИЕГОВЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЭТРИУХУАР?
  • ЗЫГУЭРЫМ УНАФЭ ИЩІЫН ХУЕЙУЭ ИЕГОВЭ ЩІИГЪЭУВАР СЫТ?
  • УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬЫФІУ УЩЫТЫНУ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЕБГЪАСЭ ХЪУНУР?
  • УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬЫМ И КЪАЛЭНХЭР
  • Зэхуэсым нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ щІытриухуам и щхьэусыгъуэр къывгурыІуэу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Февраль н. 2—7

5 СТАТЬЯР

«Дэтхэнэ лІыми и щхьэр Мэссихьщ»

«Дэтхэнэ лІыми и щхьэр Мэссихьщ» (1 КОР. 11:3).

12-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. ЦІыхухъур и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ тэмэму зэрыхущымытым сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуфынур?

ФЭ ФЫЗЭРЕПЛЪЫМКІЭ, унагъуэм и нэхъыжьым дапхуэдэ щытыкІэ иІэн хуейр? ЦІыхухъу куэдыр я щхьэгъусэмрэ я сабийхэмрэ зэрыхущытыр щапІа унагъуэмрэ къыщыхъуа лъэпкъымрэ къыщекІуэкІ хабзэм елъытащ. Европэм щыщ ди шыпхъу Яни́тэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сыкъыщыхъуа къэралым цІыхубзхэм унэІутым хуэдэу хущытщ икІи псоми ар тэмэму къалъытэ». Америкэм щыщ Лю́ки мыпхуэдэу жеІэ: «Языныкъуэ адэхэм я къуэхэм жраІэ цІыхубзым и къалэныр — зыри жимыІэу щысыну икІи абы и еплъыкІэм мыхьэнэ имыІэу». Ауэ Иеговэ зэреплъымкІэ, унагъуэм и нэхъыжьхэр я унагъуэм щыщхэм апхуэдэу хущытын хуейкъым. (Евгъапщэ Марк 7:13.) Дапхуэдэу-тІэ унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ игъэзащІэу зэрызригъэсэнур?

2. Унагъуэм и нэхъыжьхэм сыт зэхагъэкІын хуейр икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

2 Унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ игъэзащІэу зригъэсэн щхьэкІэ, абы къыгурыІуэн хуейщ Иеговэ къызэрыщыгугъымрэ унагъуэм нэхъыжь иІэн хуейуэ щІытриухуам и щхьэусыгъуэмрэ, абы нэмыщІ Иеговэрэ Хьисэрэ сыткІэ щапхъэ ятрихыфынуми зэхигъэкІын хуейщ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Алыхьым цІыхухъум тепщэныгъэ гуэр иритащи, а тепщэныгъэр абы тэмэму къигъэсэбэпыну щогугъ (Лк. 12:48, етІуанэ Іыхьэр).

УАФЭМИ ЩІЫЛЪЭМИ ЩЫІЭ УНАГЪУЭХЭР ИЕГОВЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЭТРИУХУАР?

3. Уафэми щІылъэми щыІэ унагъуэхэр Иеговэ зэрызэтриухуам теухуауэ 1 Коринф 11:3 сыт къыщытщІэр?

3 Къеджэ 1 Коринф 11:3. Мы едзыгъуэр топсэлъыхь Иеговэ уафэмрэ щІылъэмрэ щыІэ и унагъуэр зэрызэтриухуам. Иеговэ псоми и нэхъыщхьэу зэрыщытым къыхэкІкІэ, абы и тепщэныгъэм гъунэ иІэкъым. И бынхэр псори абы и лъабжьэ щІэтщ — уафэм щыІэхэри, щІылъэм щыІэхэри (Рим 14:10; Еф. 3:14, 15). Иеговэ и тепщэныгъэмкІэ нэгъуэщІхэми дэгуэшащ, ауэ абыхэм а тепщэныгъэр къызэрагъэсэбэпымкІэ абы и пащхьэм жэуап щахьыжынущ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым Хьисэ тепщэныгъэ иритащ зэхуэсым и нэхъыщхьэу щытыну, ауэ Хьисэ а тепщэныгъэр къызэригъэсэбэпымкІэ уафэм щыІэ и Адэм и пащхьэм жэуап щихьыжынущ (1 Кор. 15:27). Абы нэмыщІ Иеговэ цІыхухъум тепщэныгъэ иритащ унагъуэм и нэхъыжьу щытыну, ауэ и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ зэрыхущытымкІэ, абы Иеговэрэ Хьисэрэ я пащхьэм жэуап щихьыжынущ (1 Пет. 3:7).

4. Иеговэрэ Хьисэрэ сыт хуэдэ хуитыныгъэ яІэ?

4 Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьу зэрыщытым къыхэкІкІэ, уафэм щыІэ и бынхэми щІылъэм щыІэ и бынхэми хабзэ яхуигъэувыну икІи ахэр а хабзэм зэрытетым кІэлъыплъыну хуитыныгъэ иІэщ (Ис. 33:22). Зэхуэсым теухуауэ апхуэдэ хуитыныгъэ Иеговэ Хьисэ иритащ (Гал. 6:2; Кол. 1:18—20).

5. Унагъуэм и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ тепщэныгъэ яІэ икІи абыхэм я тепщэныгъэм гъунэ щІиІэр сыт?

5 Иеговэ цІыхухъухэми хуитыныгъэ яритащ я унагъуэм теухуауэ унафэхэр къащтэну (Рим 7:2; Еф. 6:4). Ауэ цІыхухъум и тепщэныгъэм гъунэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, абы и унагъуэм щигъэув хабзэхэм Библием ит принципхэр лъабжьэ хуэхъун хуейщ (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы нэмыщІ цІыхухъум и унагъуэм щымыщхэм хабзэ яхуигъэувыну хуитыныгъэ иІэкъым (Рим 14:4). Бынхэм я адэм пщІэ хуащІын хуейми, абы къыгурыІуэн хуейщ ахэр балигъ хъууэ щхьэхуэу псэун щІадза иужь абыхэм унафэ яхуищІыну тепщэныгъэ зэримыІэжыр (Мт. 19:5).

ЗЫГУЭРЫМ УНАФЭ ИЩІЫН ХУЕЙУЭ ИЕГОВЭ ЩІИГЪЭУВАР СЫТ?

6. Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ щІигъэувар сыт?

6 Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ щІигъэувам и щхьэусыгъуэр — и унагъуэр фІыуэ елъагъури аращ. Ар Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэщ, абы и фІыгъэкІэ Иеговэ и унагъуэм мамырыгъэ илъщ икІи зэгъэпэщауэ щытщ (1 Кор. 14:33, 40). Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ имыгъэувауэ щытамэ, абы и унагъуэм зэкъуэтыныгъи гуфІэгъуи илъынутэкъым. Псалъэм папщІэ, гурыІуэгъуэу щытынутэкъым хэт унафэ пыухыкІа ищІын хуейми икІи ар зыгъэзэщІэн хуейр хэтми.

7. Ефес 5:25, 28 зэритымкІэ, цІыхухъухэр я щхьэгъусэхэм дапхуэдэу хущытыну Иеговэ зэрыхуейр?

7 Зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ зэригъэувам псоми фІыгъуэ къахуихьын хуейуэ щытмэ, цІыхухъухэр я щхьэгъусэхэм гущІэгъуншэу зэрахущытым къыхэкІкІэ апхуэдиз цІыхубзыр насыпыншэу щІыщытыр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр цІыхухъу куэдыр Иеговэ и хабзэхэм темыту, я лъэпкъымрэ я щІыпІэмрэ къыщекІуэкІ хабзэхэм зэрытетыращ. Уеблэмэ, языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр ираудыхыну яфІэфІщ езыхэм я пщІэр драгъэуеин щхьэкІэ е нэгъуэщІхэм я деж зыщагъэлІын щхьэкІэ. ЦІыхухъур мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «ЗалымыгъэкІэ абы фІыуэ зыкъезмыгъэлъэгъуфу щытми, къысщрешынэ. Къысщышынэу щытмэ, жыІэдаІуэу щытынущ»b. Ауэ цІыхубзхэм апхуэдэу уахущытыну къемызэгъыу Иеговэ елъытэ. Ар хуейщ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэр фІыуэ ялъагъуну икІи пщІэ хуащІыну. (Къеджэ Ефес 5:25, 28.)

УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬЫФІУ УЩЫТЫНУ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЕБГЪАСЭ ХЪУНУР?

8. Унагъуэм и нэхъыжьыфІу ущытыну дапхуэдэу зэрызебгъасэ хъунур?

8 Унагъуэм и нэхъыжьыфІу ущытыну зебгъэсэн щхьэкІэ, Иеговэрэ Хьисэрэ я тепщэныгъэр къызэрагъэсэбэпым щапхъэ тепхын хуейщ. Абы щхьэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ яхэлъ хьэл-щэнитІым и гугъу тщІынщ икІи цІыхухъум а хьэл-щэнхэр и унагъуэм къызэрыщигъэсэбэп хъунур къэтщІэнщ.

9. Иеговэ и Іэдэбагъыр къызыхэщыр сыт?

9 Іэдэбагъ. Иеговэ нэхърэ нэхъ Іущ зыри щыІэкъым, ауэ абы емылъытауэ ар и лэжьакІуэхэм жаІэм йодаІуэ икІи абыхэм я еплъыкІэм гулъытэ хуещІ (ЩІэдз. 18:23, 24, 32). Абы и лэжьакІуэхэр хуит ещІ я Іуэху еплъыкІэр жаІэну (1 Цар. 22:19—22). Иеговэ дагъуэншэу щытщ, ауэ дэри апхуэдэу дыщытыну иджыпсту къытщыгугъкъым. Гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэр абы хуэпэжу къыхуэнэн щхьэкІэ ар Іэдэбу ядоІэпыкъу (Пс. 113:6, 7). Уеблэмэ, Библием щыжыІащ Иеговэ ди дэІэпыкъуэгъуу щыту (Пс. 27:9; Евр. 13:6). Пащтыхь Даут жиІэт Иеговэ Іэдэбагъ хэлъу къыдэмыІэпыкъуу щытамэ, и пщэ къыдилъхьа къалэнхэр зэрыхуэмыгъэзэщІэнур (2 Сам. 22:36).

10. Хьисэ и Іэдэбагъыр къызыхэщыр сыт?

10 Иджы Хьисэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар и апостолхэм дежкІэ Зиусхьэну щыта пэтми, абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІащ. А Іуэхум теухуа хъыбарыр Иеговэ Библием щІырыригъэтхэжар сыт? Ар хуейт унагъуэм и нэхъыжьхэми адрей и лэжьакІуэхэми Хьисэ щапхъэ трахыну. Абы и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яжриІауэ щытащ: «ФщІэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщІам хуэдэ фэри фщІэн щхьэкІэ» (Ин. 13:12—17). Хьисэ тепщэныгъэшхуэ иІа пэтми, цІыхухэр къыхуэлэжьэн хуейуэ абы зэи илъытэтэкъым, атІэ езыр абыхэм яхуэлажьэт (Мт. 20:28).

1. Муж с радостью помогает жене готовить еду. 2. Та же пара во время семейного поклонения.

Унагъуэм и нэхъыжьым Іэдэбагърэ лъагъуныгъэрэ егъэлъагъуэ, унагъуэ ІуэхухэмкІэ и щхьэгъусэм дэІэпыкъумэ икІи Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ и унагъуэм дэІэпыкъумэ. (11, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

11. Унагъуэм и нэхъыжьхэм Иеговэрэ Хьисэрэ дауэ щапхъэ зэрытрахыфынур?

11 Дэр щхьэкІэ дерсхэр. Унагъуэм и нэхъыжьым Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуэн Іэмал куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ, абы и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ дагъуэншэу щытыну ящыгугъкъым. Унагъуэм и нэхъыжьхэм и унагъуэм щыщхэм я еплъыкІэм мыхьэнэ ирет, езым и еплъыкІэм ахэр къытемыхуэу щытми. Америкэм щыпсэу ди шыпхъу Ма́рли къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди еплъыкІэр щызэтемыхуи къохъу. Ауэ сэ зыхызощІэ абы лъапІэу сызэрилъытэр икІи пщІэ къызэрысхуищІыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар си Іуэху еплъыкІэм щІоупщІэ икІи унафэ къищтэн ипэ абы фІыуэ йогупсыс». Абы нэмыщІ Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухъум унагъуэ Іуэхухэр игъэзэщІэну хьэзырщ, щыпсэу щІыпІэм ар цІыхубз къалэну ялъытэу щытми. Апхуэдэу ущытыну щымытынш къохъу. Сыт щхьэкІэ? Рейчел зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ сыкъыщалъхуа щІыпІэмкІэ цІыхухъум хьэкъущыкъу щитхьэщІым деж е унагъуэ ІуэхукІэ и щхьэгъусэм щыдэІэпыкъум деж гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэ ар ауан ящІ. Абы щхьэкІэ мыпхуэдэу жаІэ: „ИгъащІэкІи лІы хъунукъым ар“». Фэри фыщыпсэу щІыпІэм цІыхухэм апхуэдэ гупсысэкІэ яІэу щытмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: Хьисэ и апостолхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІауэ щытащ, а лэжьыгъэр унэІутым и къалэну зэрыщытам щхьэкІэ къэмынэу. Унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ зыгъэзащІэ цІыхухъум дежкІэ псом нэхъапэр и гъунэгъухэр зэгупсысыныракъым, атІэ и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ зыхуей зэрыхуигъэзэныращ. Іэдэбагъым нэмыщІ унагъуэм и нэхъыжьым иджыри сыт хуэдэ хьэл-щэн хэлъын хуейр?

12. Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрагъэлъагъуэр?

12 Лъагъуныгъэ. Иеговэ ищІэу хъуар лъагъуныгъэм къыхэкІыу ещІэ (1 Ин. 4:7, 8). Библиемрэ организацэмрэ къигъэсэбэпу Иеговэ дызыхуэныкъуэ щІэныгъэр къыдет. Абы нэмыщІ дэ лъагъуныгъэм дызэрыхуэныкъуэр ещІэри сыт щыгъуи фІыуэ дызэрилъагъур къыджеІэ. Дыпсэун щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ ахъшэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Библием мыпхуэдэу итщ: «Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ» (1 Тим. 6:17). Дэ дыщыщыуэм дежи абы фІыуэ дилъагъун къигъанэкъым икІи зытхъуэжыну къыддоІэпыкъу. Лъагъуныгъэм ар хуигъэушащ дэр щхьэкІэ и Къуэр итыну. Хьиси къытхуиІэ лъагъуныгъэр игъэлъэгъуащ и гъащІэр дэр щхьэкІэ зэритамкІэ (Ин. 3:16; 15:13). Иеговэрэ Хьисэрэ къахуэпэжу щытхэр абыхэм фІыуэ ялъагъун зэи щагъэтынукъым (Ин. 13:1; Рим 8:35, 38, 39).

13. ЦІыхухъум и унагъуэр фІыуэ зэрилъагъур ІуэхукІэ игъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? («УнагъуэщІэ къыщыунэхум деж, цІыхухъум сыт ищІэ хъунур и щхьэгъусэм пщІэ къыхуищІу хъун щхьэкІэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

13 Дэр щхьэкІэ дерсхэр. Унагъуэм и нэхъыжьым ищІу хъуар лъагъуныгъэм къыбгъэдэкІыу ищІэн хуейщ. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Апостол Иуан абы жэуап иритащ: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэкІэ илъэгъуа и къуэшыр [е и унагъуэр] фІыуэ зымылъагъум, нэкІэ имылъэгъуа Тхьэр фІыуэ илъагъун лъэкІынукъым» (1 Ин. 4:11, 20). ЦІыхухъум и унагъуэр фІыуэ илъагъуу щытмэ икІи Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ трихыну хуейуэ щытмэ, и унагъуэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну дэІэпыкъунущ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи зыхуей хуигъэзэнущ (1 Тим. 5:8). Абы и бынхэр игъэсэнущ икІи иущийнущ. Абы нэмыщІ абы зригъэсэнущ Иеговэ щІыхь къыхуэзыхь икІи и унагъуэм сэбэп къыхуэхъу унафэхэр къищтэу. Унагъуэм и нэхъыжьхэм Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ зэрытрахыфынум адэкІэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

УнагъуэщІэ къыщыунэхум деж, цІыхухъум сыт ищІэ хъунур и щхьэгъусэм пщІэ къыхуищІу хъун щхьэкІэ?

  • Зыщумыгъэгъупщэ уи щхьэгъусэмрэ уэрэ «тІури зыпкъ» фызэрыхъуар. Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу унафэ къащтэн хуейщ икІи фи адэ-анэхэми фи бынхэми, уеблэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми фэ фи пІэкІэ унафэ ящІ хъунукъым (Мт. 19:5).

  • Уэ къыбгурыІуэн хуейщ уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи къалэныщІэхэм фесэн щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын зэрыхуейр (1 Пет. 3:7).

  • Уи щхьэгъусэмрэ уи анэмрэ зэхуумыгъадэ (Гал. 6:4).

  • Библием ит принципхэм темыхуэ хабзэхэмрэ еплъыкІэхэмрэ уи щхьэгъусэр тетыну ущымыгугъ (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мк. 7:13).

  • Уи щхьэгъусэр уи унафэм залымыгъэкІэ щІэбгъэтыну ухэмыт; Библием ит Иеговэ и унафэхэм узэрыщІэтымкІэ уэ езым щапхъэ гъэлъагъуэ (1 Кор. 11:3).

  • Уи щхьэгъусэм залымыгъэкІэ пщІэ зыхуебгъэщІыну ухэмыт, ауэ уэ уи щытыкІэмкІэ абы и пщІэр къэблэжьыфынущ (Еф. 5:25; 1 Пет. 5:3).

УНАГЪУЭМ И НЭХЪЫЖЬЫМ И КЪАЛЭНХЭР

14. ЦІыхухъум и унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ сыт ищІэн хуейр?

14 Унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ дэІэпыкъун. Хьисэ и Адэм щапхъэ зэрытрихыр къигъэлъэгъуащ и лъэужь ирикІуэхэм я фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ ядэІэпыкъуу зэрыщытамкІэ (Мт. 5:3, 6; Мк. 6:34). Зи къалэныр фІыуэ зыгъэзащІэ унагъуэм и нэхъыжьым апхуэдэ дыдэу ещІэ: абы и дежкІэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр и унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ ядэІэпыкъуныращ (Втор. 6:6—9). Абы и унагъуэм хабзэ яхуэхъуауэ щытщ Библием еджэну, ар куууэ зэпкърахыну, зэІущІэхэм кІуэну икІи хъыбарыфІыр ягъэІуну. Апхуэдэу ар и унагъуэм доІэпыкъу Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъыну.

15. ЦІыхухъум и унагъуэм щыщхэм я гурыщІэхэм гу лъитэн щхьэкІэ сыт ищІэн хуейр?

15 Унагъуэм щыщхэм я гурыщІэхэм гу лъытэн. Иеговэ Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур псоми зэхахыу жриІэт (Мт. 3:17). Хьиси и гъэсэнхэр фІыуэ зэрилъагъур псалъэкІи ІуэхукІи игъэлъэгъуащ. Абыхэми Хьисэ фІыуэ зэралъагъур жраІэу щытащ (Ин. 15:9, 12, 13; 21:16). Унагъуэм и нэхъыжьым и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ фІыуэ зэрилъагъур къигъэлъэгъуэфынущ, псалъэм папщІэ я гъусэу Библиер зэриджымкІэ. Ауэ абы нэмыщІ цІыхухъум и унагъуэр фІыуэ зэрилъагъур икІи лъапІэу зэрилъытэр яжриІэн хуейщ икІи къыщезэгъым деж нэгъуэщІхэм зэхахыу абыхэм ящытхъун хуейщ (Прит. 31:28, 29, Гъэс.).

Брат работает в автомастерской.

Унагъуэм и нэхъыжьым Иеговэ игъэгуфІэну хуейуэ щытмэ, и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуигъэзэн хуейщ. (16-нэ абзацым феплъ.)

16. Унагъуэм и нэхъыжьым сыт хуэдэ къалэн иджыри иІэр икІи сыт ар зыхуэсакъын хуейр?

16 Унагъуэм зыхуэныкъуэр егъэгъуэтын. Иеговэ израил лъэпкъыр къызэремыдаІуэм щхьэкІэ тезыр щытрилъхьэу щытам щыгъуи, зыхуэныкъуэр ириту щытащ (Втор. 2:7; 29:5). Абы дэри дызыхуэныкъуэр къыдет (Мт. 6:31—33; 7:11). Апхуэдэ дыдэу, Хьиси и лъэужь ирикІуэ цІыхухэр игъашхэу икІи игъэхъужу щытащ (Мт. 4:24; 14:17—20). Иеговэ зыгъэгуфІэну хуей унагъуэм и нэхъыжьым и къалэнщ и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ зыхуей хуигъэзэну. Ауэ абы псом нэхърэ нэхъапэр зыщигъэгъупщэн хуейкъым. Псалъэм папщІэ, и унагъуэм щыщхэм Алыхьым теухуа щІэныгъэхэр яритыным икІи я гурыщІэхэм гу лъитэным абы лэжьыгъэр зэран хуигъэхъу хъунукъым.

17. Иеговэрэ Хьисэрэ дапхуэдэу дэ дызэрагъасэр икІи зытхъуэжыну къызэрыддэІэпыкъур?

17 Унагъуэм щыщхэр гъэсэн. ФІы дыхуэзэну зэрыхуейм къыхэкІкІэ Иеговэ дегъасэ икІи зытхъуэжыну къыддоІэпыкъу (Евр. 12:7—9). Хьиси и Адэм щапхъэ трихыу, лъагъуныгъэ хэлъу и лъэужь ирикІуэхэр егъасэ икІи щабэу захъуэжыну ядоІэпыкъу (Ин. 15:14, 15; Мт. 20:24—28). Абы къыгуроІуэ дэ гуэныхь зэрытхэлъыр икІи дызэрыщыуэнкІэ хъунур (Мт. 26:41).

18. Унагъуэм и нэхъыжьым сыт зыщигъэгъупщэн хуэмейр?

18 Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тезыхыну хуей цІыхухъум къыгуроІуэ и унагъуэм щыщхэм гуэныхь зэрахэлъыр. Абы къыхэкІкІэ ар и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ пхъашэу яхущыткъым (Кол. 3:19). АтІэ ар Галатие 6:1 ит чэнджэщым тету «гущабагъэкІэ» и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ захъуэжыну ядоІэпыкъу. Абы езыми гуэныхь зэрыхэлъыр къыгуроІуэж. Хьисэ хуэдэу, унагъуэм и нэхъыжьым къыгуроІуэ езым и щапхъэмкІэ адрейхэр зэригъэсэн хуейр (1 Пет. 2:21).

19, 20. Унагъуэм и нэхъыжьым унафэ къыщищтэм деж, Иеговэрэ Хьисэрэ дауэ щапхъэ зэрытрихыфынур?

19 НэгъуэщІхэм яфІ къызэрыкІын унафэ къэщтэн. Иеговэ унафэ къыщищтэм деж нэгъуэщІхэм я сэбэпынагъ зыхэлъ унафэщ сыт щыгъуи къищтэр. Псалъэм папщІэ, дэ абы гъащІэр тыгъэу къыщІыдитар зыгуэр еттыжын щхьэкІэкъым, атІэ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну хуейти аращ. Абы нэмыщІ езы Иеговэ хуэмеямэ, абы и Къуэм и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу дэ ди гуэныхьхэм щхьэкІэ иригъэтыну зыми лъэкІынутэкъым. Абы дэ дифІ къилъыхъуэти, езым а лъэбакъуэр ичащ. Хьисэ унафэ къищтэхэми къыхэщт абы цІыхухэм яфІ къызэрилъыхъуэр (Рим 15:3). Псалъэм папщІэ, щешам щыгъуи зигъэпсэхуным ипІэкІэ, ар цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэну хьэзырт (Марк 6:31—34).

20 Унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ зыгъэзащІэ цІыхухъум къыгуроІуэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэпщтэну зэрымытыншыр, абы къыхэкІкІэ и къалэнхэр фІыуэ зэригъэзэщІэным къару ирехьэлІэ. Абы унафэ къыщищтэм деж и гурыщІэхэм трищІыхькъым е унафэ ищІыну хуитыныгъэ зэриІэ закъуэм къыхэкІкІэ унафэ ищІкъым, атІэ Иеговэ абы къызэрыщыгугъыр къищІэну хущІокъу (Прит. 2:6, 7, Гъэс.)c. Апхуэдэу ар «езым и щхьэм и Іуэху закъуэм» емыплъу, «нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми» йоплъ (Флп. 2:4).

21. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

21 Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн я пщэ дилъхьащ икІи а къалэныр зэрагъэзащІэм теухуауэ абыхэм Алыхьым и пащхьэм жэуап щатыжынущ. Ауэ цІыхухъум Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ трихын щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ищІэмэ, унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ игъэзэщІэнущ. Ауэ цІыхубзми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн унагъуэм щегъэзащІэ. Унагъуэм цІыхухъум унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ зэригъэувам цІыхубзыр дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр? ИкІи сыт хуэдэ гугъуехьхэм ар ирихьэлІэнкІэ хъуну? А упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Уафэми щІылъэми щыІэ унагъуэхэр Иеговэ дапхуэдэу зэрызэтриухуар?

  • Унагъуэм и нэхъыжьым и Іэдэбагъыр къэзыгъэлъагъуэр сыт?

  • Унагъуэм и нэхъыжьым сыт хуэдэ къалэнхэр иІэ?

16-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыхиха Мэссихьыр вгъэлъапІэ

a ЦІыхухъум щхьэгъусэ зригъэгъуэта иужь, ар унагъуэм и нэхъыжь мэхъу. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ унагъуэм и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ тепщэныгъэ яритами. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ апхуэдэ тепщэныгъэ щІаритам и щхьэусыгъуэр икІи езы Иеговэрэ Хьисэрэ абыхэм сыт хуэдэ щапхъэ ирагъэлъагъуми дытепсэлъыхьынущ. Мы статья гупым щыщу етІуанэм дэ и гугъу щытщІынущ Хьисэ и щапхъэм, абы нэмыщІ Библием зи гугъу ищІ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я щапхъэм зэщхьэгъусэхэр сытым хуигъэсэфынуми. Ещанэм дэ дыщытепсэлъыхьынущ зыгуэрым унафэ ищІын хуейуэ Иеговэ игъэува хабзэр зэхуэсым къызэрыщыдгъэсэбэпыным.

b Мы дунейм къыщекІуэкІ фильмхэр, пьесэхэр, анекдотхэр лъабжьэ хуэхъуащ цІыхухъур и щхьэгъусэм гущІэгъуншэу икІи пщІэ хэмылъу зэрыхущытым. Абы къыхэкІкІэ цІыхухъу куэдым я гугъэщ я щхьэгъусэхэм апхуэдэу яхущытыну яхуэфащэу.

c Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къызэрыпщтэнум теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ 2011-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым и 13—17-нэ напэкІуэцІхэм ит «Принимайте решения, которые прославляли бы Бога» жыхуиІэ статьям.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын