ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Январь н. 26—30
  • Дэ Иеговэ зэи «хьэуэ» жедмыІэу зедгъэсащ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дэ Иеговэ зэи «хьэуэ» жедмыІэу зедгъэсащ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • ИЕГОВЭ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ХОХЪУЭ
  • ДЫЗЫЩІЭХЪУЭПСАР КЪЫДОХЪУЛІЭ
  • КЪАЛЭНЫЩІЭХЭМРЭ ГУГЪУЕХЬЫЩІЭХЭМРЭ
  • ЯПЭУ БГЫМ ДЫЗЭРЫКІУАР
  • «ВАННЭ» ГЪЭЩІЭГЪУЭНЫР
  • АМИ БЗЭМКІЭ ДИ ТХЫГЪЭХЭР КЪЫДОКІ
  • ИЕГОВЭ ЗЭХУЭСЫР ЕГЪЭКЪАБЗЭ
  • ГУАУЭ КЪЫСЛЪОІЭС
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Январь н. 26—30
Кэтлин и Харви Лоуган.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Дэ Иеговэ зэи «хьэуэ» жедмыІэу зедгъэсащ

ЖЫЗЫІЭЖАР КЭ́ТЛИН ЛО́УГАНЩ

БОРЭНЫШХУЭ нэужьым псы ежэхым ятІэрэ мывэрэ хэз хъуат. Дэ псым адрей лъэныкъуэмкІэ дызэпрыкІын хуейт, ауэ лъэмыжыр псым трихат. Сэри си щхьэгъусэ Ха́рвии, жытІэр а́ми бзэкІэ зэзыдзэкІ къуэшри дышынэт икІи хэкІыпІэ лъэпкъ димыІэуи къытщыхъут. Ауэ дапхуэдэу мыхъуами, дэ псым дызэпрыкІыну дытегушхуащ. Адрей лъэныкъуэмкІэ къыдэжьэ къуэшхэр гузавэу къыткІэлъыплът. Дэ ди машинэ цІыкІур езым нэхърэ тІэкІунитІэкІэ нэхъ ин машинэм и кузовым идгъэлъэдащ. Машинэр хуэмурэ псы къэукъубеям пхырыкІыу щІидзащ. Ди машинэр троскІи цепкІи емыпхауэ абы и кузовым итт. Дэ дымыувыІэу Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІут. А псыр зэрызэпыдупщІа зэманым кІэи пэи имыІэу къытщыхъут, ауэ икІэм-икІэжым дэ псы Іуфэм дынэсащ. А Іуэхугъуэр къыщыхъуар 1971-нэ гъэращ, Тайвань и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ, дыкъыщыхъуа щІыпІэм километр мин бжыгъэкІэ пэжыжьэу. Харвирэ сэрэ ди гъащІэм теухуа хъыбарыр вжесІэжыну сыхуейщ.

ИЕГОВЭ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ХОХЪУЭ

Харви зэкъуэшиплІым я нэхъыжьт. Абы и унагъуэм пэжыр къищІащ 1930 гъэхэм, экономическэ кризисышхуэ щыщыІам щыгъуэ Ми́дленд-Джа́нкшен къалэм (Австралием и къухьэпІэмкІэ). Харви Иеговэ фІыуэ илъэгъуати, илъэс 14 щыхъум псым зыщІигъэуащ. Ар иджыри щыныбжьыщІэм щыгъуэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы дерс къыгурыІуащ: Иеговэ и организацэм уи пщэм къыдилъхьа къалэнхэр зэи ІэщІыб пщІы хъунукъым. Зэгуэр Харви ди зы къуэш къелъэІуат «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр щаджкІэ абы къеджэну. Ауэ Харви ар хузэфІэмыкІыну къыщыхъури къеджэн идакъым. Абы щыгъуэ а къуэшым абы къыжриІащ: «Иеговэ и организацэм щыщ гуэрым зыгуэр пщІэну къыщолъэІум деж, ар зэрыпхузэфІэкІынум шэч лъэпкъ къытрихьэкъым!» (2 Кор. 3:5).

Сэ си анэмрэ си шыпхъу нэхъыжьымрэ я гъусэу пэжыр Англием къыщысщІащ. ЯпэщІыкІэ си адэм ифІэфІтэкъым дэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэр, ауэ илъэс бжыгъэ дэкІа иужь ари ди гъусэ хъуащ. Абы зэримыдэм емылъытауэ, сэ илъэсипщІ иджыри сыщымыхъум псым зыщІэзгъэуащ. Сэ япэщІыкІэ пионер итІанэ миссионер сыхъуну сыхуейт. Сэ къызгурыІуэт балигъ сымыхъуауэ си адэм ар къызэрысхуимыдэнур, ауэ илъэс 21 сыхъуху сэ сежьэну зызгъэхьэзыртэкъым. Абы къыхэкІкІэ илъэс 16 сыщыхъум си адэр арэзы техъуэри нэхъапэІуэкІэ си шыпхъу нэхъыжьыр здэІэпхъуа Австралием сэри сыІэпхъуащ. Абы сыщыІэу илъэс 18 сыхъуа иужь, апхуэдизу сызэжьа пионер лэжьыгъэр къэсщтащ!

Дыщызэрыша махуэм. 1951-нэ гъэ

Австралием сэ Харви щызэзгъэцІыхуащ. Ари сэр хуэдэу миссионеру Алыхьым хуэлэжьэну хуейт. Дэ 1951-нэ гъэм дызэрышащ. ИлъэситІкІэ дэ пионеру дылэжьащ, абы иужь Австралием и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ районнэ лэжьыгъэр щыдгъэзэщІэну дагъэкІуащ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІу районыр инти, хуабэм дыхэту щІэх-щІэхыурэ жыжьэ дыкІуэн хуей хъут.

ДЫЗЫЩІЭХЪУЭПСАР КЪЫДОХЪУЛІЭ

Нейтан Норр вручает Кэтлин и Харви Лоуган дипломы на выпуске Школы Галаад.

Галаад Школыр къыщыдухым «Янки» стадионым. 1955-нэ гъэ

1954-нэ гъэм дэ Галаад школым и 25-нэ классым дыщеджэну драгъэблэгъащ. Харвирэ сэрэ апхуэдизу дызыщІэхъуэпсар къыдэхъулІэну Іэмал диІэ хъуащ! Нью-Йорк дыкъызэрысу дэ Библие джыным занщІэу зеттащ. Дызэрырагъаджэ программэм испаныбзэ зэрадж курс хэтт, ауэ Харви сыт имыщІами испаныбзэм и хьэрф «р» хужыІэтэкъым.

Дыщрагъаджэм щыгъуэ къыджаІащ Японием хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дыхуеймэ, абы я бзэр зэдгъэщІэн щхьэкІэ курсым зыхедгъатхэ зэрыхъунур. ХъыбарыфІыр щыдгъэІуну щІыпІэр Иеговэ и организацэм езым къытхухихмэ нэхъыфІу къэтлъытати, курсым зыхедгъэтхакъым. Ди егъэджакІуэхэм щыщ Альберт Шрёдер ар къыщищІам щыгъуэ мыпхуэдэу жиІащ: «Иджыри зэ фегупсысыж абы». Ауэ абы иужьи дэ дытегушхуэтэкъыми, ди къуэш Шрёдер мыпхуэдэу къыджиІащ: «Адрей егъэджакІуэхэмрэ сэрэ абы фыхэттхащ. Деплъынщ, японыбзэм фызэрыпэлъэщым». Харви испаныбзэм елъытауэ японыбзэр тыншу къехъулІащ.

1955-нэ гъэм дэ Японием дыкІуащ, абы щыгъуэ а къэралым хъыбарыфІыр щызыгъэІуу цІыху 500 фІэкІ щыІэтэкъым. Харви илъэс 26 хъут, сэ илъэс 24 сыхъут. Дэ кхъухьтедзапІэ Кобе къалэм хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дагъэкІуащ икІи абы илъэсиплІкІэ дыщыІащ. Абы иужькІэ дэ ди гум гуфІэгъуэ илъу районнэ лэжьыгъэм щІэддзэжащ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІу районыр Наго́я къалэм пэгъунэгъут. Дэ абы псори дигу ирихьт: къуэшхэри, я ерыскъыри, а щІыпІэм и теплъэри. Ауэ куэд дэмыкІыу дэ нэгъуэщІ къалэн къыдатащ икІи абы щыгъуи Иеговэ «хьэуэ» жетІакъым.

КЪАЛЭНЫЩІЭХЭМРЭ ГУГЪУЕХЬЫЩІЭХЭМРЭ

Харвиерэ сэрэ нэгъуэщІ миссионерхэр ди гъусэу Кобе (Японие) дыщыщыІам. 1957-нэ гъэ

Дэ районнэ лэжьыгъэр илъэсищкІэ дгъэзэщІа иужь Японием и филиалыр къыдэупщІащ Тайва́нь щыпсэу ами лъэпкъым щыщ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну дыкІуэфынырэ дымыкІуэфынырэ. Ами лъэпкъым щыщ языныкъуэ къуэшхэр Алыхьым епцІыжат икІи а Іуэхур зэхигъэкІын щхьэкІэ филиалыр японыбзэкІэ хуиту псалъэ къуэш хуейтa. Дэ Японием хъыбарыфІыр щыдгъэІуну хуабжьу дигу ирихьт, абы къыхэкІкІэ дыІэпхъуэну дытегушхуэну тынштэкъым. Ауэ Харви къыгурыІуэт къалэн къыщыуатым деж, зэи «хьэуэ» жыпІэ зэрымыхъунур. Арати, дэ абы арэзы дытехъуащ.

1962-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм Тайвань дыІэпхъуащ. Абы щыгъуэ абы хъыбарыфІыр зыгъэІу цІыхуу 2 271 щыІэт (и нэхъыбэр ами лъэпкъым щыщт). Псом япэрауэ дэ китаибзэ зэдгъэщІэн хуейт. Дэ зы тхылъ фІэкІа диІэтэкъым икІи дезыгъаджэм английскэбзэ ищІэтэкъым. Ауэ дауэ мыхъуами, дэ а бзэр зэдгъэщІащ.

Тайваным дыкъэІэпхъуа иужь куэд дэмыкІыу Харви филиалым и нэхъыжь ящІащ. Филиалыр цІыкІути, Харви Вефилым щиІэ лэжьыгъэр псори игъэзащІэти, къэна зэманым ами лъэпкъым щыщ къуэшхэм я гъусэу хъыбарыфІыр игъэІут (иныкъуэхэм деж мазэм тхьэмахуищкІэ). Абы нэмыщІ ар зэман-зэманкІэрэ областым и нэхъыжьу лажьэт икІи конгрессхэм псалъэ гъэхьэзыра щыжиІэт. Харви псалъэ гъэхьэзырахэр японыбзэкІэ жиІэфынут икІи къуэшхэм ар къагурыІуэнут. Ауэ къэрал унафэщІхэм диным пыщІа зэхуэсхэр китаибзэм къыщынэмыщІа нэгъуэщІыбзэкІэ ебгъэкІуэкІыу ядэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ Харви зригъащІэу щІидза китаибзэмкІэ псалъэ гъэхьэзырахэр жиІэт, къуэшхэм щыщ гуэрым ар ами бзэмкІэ зэридзэкІт.

Тайвань зауэ щІидзэну шынагъэ щыІэти, къуэшхэм конгресс ирагъэкІуэкІын щхьэкІэ къэрал унафэщІхэм хуит къащІын хуейт. Ар тынштэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іуэхур и нэхъыбэм полицэм кІыхьлІыхь ищІт. Конгрессыр щекІуэкІыну тхьэмахуэм и пэм а хуитыныгъэр къыдамытауэ щытмэ, Харви полицейскэ участокым кІуэти, зыхуей тхылъымпІэр кърамытауэ къыщІэкІыжтэкъым. НэгъуэщІ къэралым къикІа цІыху абыхэм я деж зэрыщІэсым полицэм щылажьэхэр Іэнкун ищІти, и нэхъыбэм Харви къигъэсэбэп Іэмалыр лажьэт.

ЯПЭУ БГЫМ ДЫЗЭРЫКІУАР

Кэтлин, Харви и еще несколько человек пересекают речку на самодельном транспортном средстве.

Тайвань щыІэ псы цІыкІум дызэпырокІ хъыбарыфІыр дгъэІуну дыкІуэн щхьэкІэ

Къуэшхэм я гъусэу хъыбарыфІыр щыдгъэІу тхьэмахуэхэм дэ сыхьэткІэ е нэхъыбэкІэ лъэсу дыкІуэн хуей хъут, бгыхэм дыдэкІуейуэ е псыхэр зэпыдупщІу. Япэу бгым сыщыдэкІа махуэр сощІэж. Харвирэ сэрэ псынщІэу пщэдджыжьым дышхэри, сыхьэтитхурэ ныкъуэм къуажэ пхыдза цІыкІум дызышэну автобусым дитІысхьащ. А къуажэм дынэса нэужь, дэ псыр и чэнжыпІэмкІэ зэпыдупщІри бгым дыдэпщейуэ щІэддзащ. Ар апхуэдизкІэ задэти, си япэ ит дэлъхум и лъэдакъэр си нэкІум хуэзанщІэт.

А пщэдджыжьым Харви а щІыпІэм щыщ къуэшхэм я гъусэу хъыбарыфІыр игъэІуну кІуащ, ауэ сэ си закъуэти, къуажэ цІыкІум хъыбарыфІыр щызгъэІуну сыкІуащ, абы дэс цІыхухэр зэрыпсалъэр японыбзэт. Шэджагъуэм сыхьэт пщыкІущхэм деж апхуэдизкІэ сымэжэлІати сыкъэмэхыным нэсат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сыхьэт зыбжанэ хъуауэ сышхатэкъым. Харви къыщыкІуэжам щыгъуэ журналкІэ къихъуэжа джэдыкІэ цІынищ иІыгът. Ар зэрыпшх хъуну щІыкІэр сэ абы сигъэлъэгъуащ: джэдыкІэр и лъэныкъуитІымкІэ гъуанэ пщІыуэ итыр къипфыкІын хуейуэ арат. Ар гурыхьтэкъым, ауэ сытыт сщІэнур, зыр сшхын хуей хъуащ. ЕтІуанэр Харви ишхащ. Ещанэ джэдыкІэм сыт дэ етщІар? Ещанэри сэ къыслъысащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сызэрымэжалІэм къыхэкІкІэ сыкъэмэхатэмэ, Харви бгым сыкърихьэхыжыфыну къыщІэкІынутэкъым.

«ВАННЭ» ГЪЭЩІЭГЪУЭНЫР

Зэгуэр сэ Іуэху гъэщІэгъуэн къысщыщІащ. Харвиерэ сэрэ районнэ конгрессым дыкІуат икІи абы щыпсэу къуэшым и унэм дыкъыщыувыІащ, дыщызэхуэс Унэм и гъунэгъуу. Ами лъэпкъым цІыхум и къабзагъэм гулъытэшхуэ хуащІ, арати районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэм дэ «ваннэ» тхуигъэхьэзыращ. Харви хущІыхьэтэкъыми сэ япэу зызгъэпскІыну къызжиІащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, «ваннэ» тхуагъэхьэзырар — ар псы щІыІэ пэгун, псы пщтыр пэгун, тас нэщІ и гъусэу. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэщІэгъуэныр а псор уэрамым дэтт, дыщызэхуэс унэм и гупэм деж икІи абы къуэшхэр щыІэт конгрессым зыхуагъэхьэзыру. Сэ районым и нэхъыжьым и щхьэгъусэм селъэІуат Іупхъуэ сщІын гуэр къызитыну, ауэ абы узыпхырыплъ хъу тхылъымпІэпс къысхуихьащ! Пэжщ, сэ унэ щІыбагъымкІэ секІуэкІ хъунут, ауэ абыкІэ къазхэр итт икІи ахэр къызэдзэкъэнкІэ сышынэт. Арати, сэ сегупсысащ: «Дэлъхухэр хущІыхьэкъым, сэ абыхэм сыраІуэхукъым. Ауэ зызмыгъэпскІыу щытмэ, хьэщІагъэ къызэзыха шыпхъум и жагъуэ сщІынущ. Хъуа мыхъуами зызгъэпскІынщ!»

Харви и Кэтлин в национальных костюмах народности ами.

Ами лъэпкъым я фащэр тщыгъыу

АМИ БЗЭМКІЭ ДИ ТХЫГЪЭХЭР КЪЫДОКІ

Харви къыгурыІуэт ами лъэпкъым щыщ къуэшхэм еджэкІэ зэрамыщІэм икІи я бзэмкІэ тхыгъэхэр къызэрыдэмыкІым къыхэкІкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыну зэрыгугъур. 1963-нэ гъэм ами лъэпкъым латинскэбзэм тегъэщІауэ алфавит яІэ хъуати, къуэшхэм мурад ящІащ абы щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр я бзэмкІэ къеджэфу ирагъэсэну. Ар тынштэкъым, ауэ иджы ами лъэпкъым щыщ къуэшхэм Библиер езыр-езыру яджу зрагъэсащ. 1966-нэ гъэм ами бзэкІэ Библием тегъэщІа тхыгъэ япэу къыдэкІащ, 1968-нэ гъэм а бзэмкІэ «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр къыдэкІыу щІидзащ.

Къэрал унафэщІхэм тхыгъэхэр китаибзэкІэ фІэкІа къыдэбгъэкІын зэрамыдэм къыхэкІкІэ «ХъумакІуэ чэщанэр» адрейхэм емыщхьу къыдэдгъэкІын хуей хъут. Псалъэм папщІэ, зэман гуэркІэ журналым бзитІ иту къыдэкІыу щытащ — китаибзэмрэ амиибзэмрэ. А журналыр зыгуэрым Іэрыхьауэ щытамэ, ар егупсысыфынут абыкІэ цІыхухэм китаибзэр едгъащІэу. Абы лъандэрэ Иеговэ и организацэм къару ирихьэлІам и фІыгъэкІэ ами бзэкІэ цІыхухэм Библием итыр къезыгъащІэ тхыгъэ куэд къыдэкІащ (Апост. 10:34, 35).

ИЕГОВЭ ЗЭХУЭСЫР ЕГЪЭКЪАБЗЭ

1960—70 гъэхэм ами лъэпкъым щыщ къуэш куэдыр Иеговэ и хабзэхэм тету псэутэкъым. Библием ит принципхэр абыхэм икІэм нэс къазэрыгурымыІуэм къыхэкІкІэ зинэ щІэным, фадэкІэ егъэлеиным, бете́ль жыхуаІэр гъэныщкІуным икІи тутын ефэным зыри Іей халъагъуэтэкъым. Харви зэхуэсхэм кІуэурэ къуэшхэм ядэІэпыкъут Иеговэ а псом зэрыхущытыр къагурыІуэну. Апхуэдэу зы зэхуэс гуэрым дыкІуэу, вжесІэж си хъыбарыр къызэрезгъэжьа Іуэхугъуэр къэхъуауэ щытащ.

Іэдэбагъ зыхэлъ къуэшхэм захъуэжыну хьэзырт, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори апхуэдэтэкъым. Илъэс 20-м къриубыдэу Тайвань хъыбарыфІыр зыгъэІу цІыхухэм я бжыгъэр къапщІэу нэхъ мащІэ хъуащ: япэщІыкІэ ахэр 2 450-м щІигъут, ауэ иужькІэ 900 хуэдиз къэнэжауэ аращ. ДауикІ, дэ ар Іейуэ ди жагъуэ хъут. Ауэ дэ къыдгурыІуэт Иеговэ и организацэм мыхъумыщІагъэ гуэр хэту зэримыдэнур (2 Кор. 7:1). Абы зэхуэсыр игъэкъэбзащ икІи иджыпсту Тайвань хъыбарыфІыр зыгъэІухэр 11 000 мэхъу.

1980 гъэхэм ами лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыхъуар тлъэгъуати, Харви зэман нэхъыбэ иІэ хъуащ китаибзэкІэ екІуэкІ зэІущІэхэм дэІэпыкъуну. Харви и фІыгъэкІэ ди шыпхъухэм я щхьэгъусэ зыбжанэ Иеговэ и Щыхьэт хъуащ икІи Харви хуабжьу абы иригуфІэт. СощІэж абы гухэхъуэ ин иІэу зэрыжиІэжауэ щытар а цІыхухъухэм щыщ зым япэу Иеговэ лъэІукІэ зэрызыхуигъэзар. Иеговэ и ныбжьэгъу хъуну цІыхубз куэдым сэри сазэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ согуфІэ. А цІыхубзхэм щыщ зым и къуэмрэ и пхъумрэ Тайвань щыІэ филиалым сащыдэлэжьэну сэ къысхуихуащ.

ГУАУЭ КЪЫСЛЪОІЭС

Сэ иджыпсту Харви си гъусэжкъым. Дэ илъэс 59-кІэ дызэдэпсэуащ, ауэ 2010-нэ гъэм щІышылэм и 1 фІыуэ слъагъу си Харви лышхым илІыкІащ. Ар полновременнэ лэжьыгъэм илъэс 60 хуэдикІэ хэтащ! Харви зэрылІам сэ нобэр къыздэсым си гур хегъэщІ. Ауэ Япониемрэ Тайваньрэ Пащтыхьыгъуэм и Іуэхум зыщиубгъуу щыщІидза зэманым Харви сызэрыригъусам сэ зыкІэ сыщогуфІыкІри! Дэ Азием щыІэ бзэ гугъуитІымкІэ дыпсалъэу зедгъэсащ, Харви а бзэхэмкІэ зэрыпсалъэм нэмыщІ, икІи тхэфт.

Дапхуэдэу щымытми, ныбжьым зыкъыуегъащІэ, абы къыхэкІкІэ УнафэщІ гупым сэ Австралием згъэзэжмэ нэхъыфІу унафэ ищІащ. ЯпэщІыкІэ сэ сегупсысащ: «Хьэуэ, Тайваным сикІыу сэ нэгъуэщІыпІэ сыкІуэнукъым!» Ауэ сэ Харви сригъэсат Иеговэ и организацэм зэи «хьэуэ» жезмыІэну. Абы къыхэкІкІэ сэ Австралием згъэзэжыну арэзы сытехъуащ. ИужькІэ сэ къызгурыІуащ а унафэм Іущагъ зэрыхэлъыр.

Кэтлин проводит экскурсию в Вефиле.

Японыбзэрэ китаибзэрэ зэрысщІэр къэзгъэсэбэпу Вефилым экскурсие зэрыщезгъэкІуэкІыфым сэ хуабжьу сырогуфІэ

Иджыпсту сэ австралазийскэ филиалым сыщолажьэ икІи щэбэтым е тхьэмахуэ махуэм зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр согъэІу. Японыбзэрэ китаибзэрэ зэрысщІэр къэзгъэсэбэпу Вефилым экскурсие зэрыщезгъэкІуэкІыфым сэ хуабжьу сырогуфІэ. Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъызэригъэгугъэм сыту си гур фІы ищІрэ! Харви Алыхьым зэи «хьэуэ» жримыІэу зригъэсат икІи Иеговэ Харви зэрыщымыгъупщар быдэу си фІэщ мэхъу (Ин. 5:28, 29).

a Тайваным зэрыщыпсалъэ бзэр китаибзэщ, ауэ япэм илъэс куэдкІэ ахэр зэрыпсалъэу щытар японыбзэращ. Абы къыхэкІкІэ Тайваным щыпсэу лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр японыбзэкІэ псалъэт.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын