ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Ноябрь н. 8—11
  • Къыщалъхуа къэралым зыгъэзэжхэм Иеговэ и нэфІ щохуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Къыщалъхуа къэралым зыгъэзэжхэм Иеговэ и нэфІ щохуэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «„БДЗЭЖЬЕЙ КУЭД“ ЗДЭЩЫІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫЗОГЪЭІУ»
  • НЭГЪУЭЩІХЭР ЗЭРЕДГЪАДЖЭМ ГУФІЭГЪУЭ ХЫДОХ
  • ИЕГОВЭ КЪЫДДОІЭПЫКЪУ
  • «Я ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИРАЛЪХЬЭНУ ЦІЫХУХЭМ УАДЭІЭПЫКЪУНЫМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ГУФІЭГЪУЭШХУЭ ЗЫРИ ЩЫІЭКЪЫМ»
  • «ДЭ ТЩІЭН ХУЕЙРАЩ ТЩІАР»
  • «Сэ нэгъуэщІхэм я деж куэдым зыщезгъэсащ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэ сызэрыхуэлэжьа гъащІэ гъэщІэгъуэныщэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Ноябрь н. 8—11
Онесим и Жеральдина проповедуют продавцу.

Онесимрэ Жеральдинэрэ

Къыщалъхуа къэралым зыгъэзэжхэм Иеговэ и нэфІ щохуэ

КЪУЭШ, ШЫПХЪУ куэдыр къэрал къыщалъхуар къагъанэри нэхъ зызыужьа къэралхэм Іэпхъуауэ щытащ. Ауэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр зыгъэІун къуэш, шыпхъухэм зэрыхуэныкъуэм щхьэкІэ абыхэм я къэралым ягъэзэжащ. Абыхэм Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ зэралъагъум апхуэдэу ящІэну хуигъэушащ (Мт. 22:37—39). Сыт абыхэм къагъэнэн хуей хъуар икІи Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яхуищІэжа? Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Камерун къэралым щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэхэр зэпкърытхынщ.

«„БДЗЭЖЬЕЙ КУЭД“ ЗДЭЩЫІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫЗОГЪЭІУ»

1998-нэ гъэм ди къуэш Оне́сим Камерун икІри нэгъуэщІ къэрал Іэпхъуат. Ар абы илъэс 14-кІэ щыпсэуащ. Зэгуэр ар зэІущІэм щыІэу щапхъэ гъэщІэгъуэн щызэхихат. Псалъэ жызыІэм хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт бдзэжьеящэ кІуа зэныбжьэгъуитІ. Абыхэм щІыпІэ зырызым я къунтхыр хадзэ. Зым бдзэжьей нэхъыбэ къиубыду мыдрейм илъагъуу щытмэ, езыми нэхъыбэ къиубыдын щхьэкІэ и ныбжьэгъур здэщыІэ щІыпІэм кІуэнукъэ?»

А щапхъэм Онесим хуигъэушащ и къэрал Камерун Іэпхъуэжыну. А щІыпІэм щыпсэу цІыху куэдым Библиер яджыну хуейт икІи абы щыпсэу къуэш, шыпхъухэр хъыбарыфІ гъэІунымкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэт. Ауэ ар илъэс куэдкІэ хамэ къэралым зэрыщыпсэуам къыхэкІкІэ и къэралым игъэзэжмэ, абы щрахьэкІ псэукІэм емысэжыфынкІэ гузавэт. Абы къыхэкІкІэ Онесим япэщІыкІэ Камерун илъэс ныкъуэкІэ щыпсэуащ. ИужькІэ, 2012-нэ гъэм абы Іэпхъуэжыпащ.

«Сэ хуабэмрэ нэгъуэщІ псэукІэмрэ аргуэру сесэжын хуейт икІи дыщызэхуэс Унэм щІэт скамейкэ гъурхэм сытесын хуейт. Ауэ зэІущІэм щекІуэкІ программэм си гур тезухуэну иужь ситти, хуэм-хуэмурэ креслэ тыншым семыгупсысыжу сыхъуащ»,— къыпыгуфІыкІыу игу къегъэкІыж Онесим.

2013-нэ гъэм Онесим Жеральди́нэ къишащ. Жеральдинэ илъэсибгъукІэ Францием щыпсэуа иужь Камерун игъэзэжат. Ахэр зэгъусэу Иеговэ хуэлажьэт икІи абы и мурадыр гъэзэщІэныр я гъащІэм псом япэ ирагъэщт. Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр Иеговэ абыхэм яхуищІа? Онесим жеІэ: «Дэ „Школа благовестников Царства“ жыхуиІэм дыщеджащ икІи иджыпсту Вефилым дыщолажьэ. Иужьрей илъэсым дэ ди зэІущІэм щыщ цІыху тІощІым псым зыщІагъэуащ. Иджы „бдзэжьей куэд“ здэщыІэ щІыпІэм сэ хъыбарыфІыр щызогъэІу» (Мк. 1:17, 18). Жеральдинэ щІегъуж: «Сыту фІыгъуэ куэд Иеговэ къызита, зэи сигугъэнтэкъым апхуэдэу и нэфІ къысщыхуэну».

НЭГЪУЭЩІХЭР ЗЭРЕДГЪАДЖЭМ ГУФІЭГЪУЭ ХЫДОХ

Жюдит и Сам-Кастель проповедуют стоящему у лодки мужчине.

Жюдитрэ Сам-Кастелрэ

Америкэм Іэпхъуа Жюди́т хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ хэтыну хуейт. Абы игу къегъэкІыж: «Си Іыхьлыхэм я деж Камерун згъэзэжыху, а щІыпІэм щыпсэу цІыху зыбжанэм и гъусэу Библие джын щІэздзэт. Америкэм щызгъэзэжкІэ си нэпсхэр къысфІыщІэжт». Ауэ Жюдит и къэралым Іэпхъуэжыну тегушхуэтэкъым. Абы лэжьапІэфІ иІэт икІи абы и фІыгъэкІэ Камерун щыпсэу и адэ сымаджэм хущхъуэхэр къыхуищэхуфт. Дапхуэдэу щымытми, Иеговэ дзыхь хуищІри ар Іэпхъуэжащ. Жюдит зэрыжиІэжымкІэ, Америкэм щигъуэту щыта тыншыпІэр абы игъуэттэкъым. Ауэ ар Иеговэ елъэІут и гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм есэн щхьэкІэ къыдэІэпыкъуну икІи абы жэуап къритащ: къуэш, шыпхъухэр абы къыдэІэпыкъуащ, районым и нэхъыжьымрэ абы и щхьэгъусэмрэ абыхэм яхэту.

А зэманыр игу къегъэкІыжри Жюдит жеІэ: «Илъэсищым къриубыдэу Библием езгъэджа цІыхуиплІым псым зыщІагъэуащ». Ар специальнэ пионеру лэжьащ, иджыпсту и щхьэгъусэ Сам-Касте́л и гъусэу районнэ лэжьыгъэм хэтщ. Жюдит и адэр-щэ? Абы и адэр пщІэншэу операцэ щащІын сымаджэщ хамэ къэралым къыщагъуэтащ. ИкІи операцэр тэмэму зэрызэфІэкІам гуфІэгъуэ къахуихьащ.

ИЕГОВЭ КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

Каролина и Виктор проповедуют мужчине в парке.

Каролинэрэ Викторрэ

Ди къуэш Ви́ктор Камерун икІри Канадэ Іэпхъуат. Ар университетым щеджэт, ауэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэтыным теухуауэ «ХъумакІуэ чэщанэм» ита статьям еджа иужь, абы мурад ищІащ зэрылэжьэн ІэщІагъэ зригъэгъуэтын щхьэкІэ курс къиухыну. Абы игу къегъэкІыж: «Абы и фІыгъэкІэ сэ нэхъ щІэх лэжьэн щІэздзащ икІи сызыщІэхъуэпсыр къызэхъулІащ — пионер сыхъуащ». Зэман гуэр дэкІа иужь Виктор Кароли́нэ къишащ икІи абыхэм мурад ящІащ Камерун кІуэну. А щІыпІэм щыІэ филиалым щыкІуам щыгъуэ къуэшхэм ахэр хуагъэушащ Камерун Іэпхъуэу, хъыбарыфІыр абы щагъэІуну. Виктор пещэ: «Дэ къыдгурыІуащ зыри зэран къызэрытхуэмыхъур. Дэ мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэмыкъуу дыпсэути, Камерун дыІэпхъуэну мурад тщІащ». Каролинэ и узыншагъэмкІэ гугъуехь гуэрхэр иІами, ахэр Іэпхъуащ.

Викторрэ Каролинэрэ Камерун Іэпхъуа иужь пионер лэжьыгъэм пащащ икІи Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну цІыху куэдым ахэр дэІэпыкъуащ. Зы зэман гуэркІэ ахэр ахъшэ зэхуахьэсамкІэ псэуащ, иужькІэ ахъшэ къалэжьу къагъэзэжын щхьэкІэ мазэ бжыгъэкІэ Канадэ кІуащ. Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэ абыхэм яхуищІар? Ахэр «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм щеджащ, специальнэ пионеру лэжьащ, иджыпсту теократическэ ухуэныгъэхэм хэтщ. Виктор къыддогуашэ: «ТыншыпІэ диІар къэдгъанэри Иеговэ дзыхь хуэтщІати, ар къыддэІэпыкъуащ».

«Я ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИРАЛЪХЬЭНУ ЦІЫХУХЭМ УАДЭІЭПЫКЪУНЫМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ГУФІЭГЪУЭШХУЭ ЗЫРИ ЩЫІЭКЪЫМ»

Стефани и Ален проповедуют женщине во время служения с тележками для литературы.

Стефанирэ Аленрэ

2002-нэ гъэм ди къуэш Але́н Германием университетым щеджэт. А зэманым ар «Молодежь, чему вы посвятите свою жизнь» жыхуиІэ буклетым еджащ. А буклетым ар хуигъэушащ Алыхьым хуэлэжьэным пыщІа нэгъуэщІ мурадхэр игъэувыну. 2006-нэ гъэм Ален «Школа усовершенствования служения» жыхуиІэм щеджащ, абы иужь ар къыщалъхуа Камерун къэралым хъыбарыфІыр щигъэІуну ягъэкІуащ.

Ален тхьэмахуэ ныкъуэ фІэкІ мылажьэу Камерун лэжьыгъэ къыщигъуэтат. ИужькІэ лэжьапщІэ нэхъыбэ кърату абы нэгъуэщІ лэжьыгъэ къигъуэтащ, ауэ хъыбарыфІыр игъэІуну зэман мащІэ фІэкІа къыхуэмынэжынкІэ ар гузавэт. Абы къыхэкІкІэ специальнэ пионеру лэжьэну къыщыжраІам щыгъуэ, занщІэу абы арэзы техъуащ. Ален зыгъэлажьэм къыжриІат и лэжьапщІэр хигъэхъуэну, ауэ абы мурад ищІар ихъуэжакъым. Зэман гуэр дэкІри, Францием илъэс куэдкІэ щыпсэуа Сте́фани абы къишащ. Камерун Іэпхъуа иужь Стефани сыт хуэдэ гугъуехьхэр иІа?

Стефани къыддогуашэ: «Сэ аллергиярэ узыншагъэм пыщІа нэгъуэщІ гугъуехьхэмрэ сиІэ хъуащ. Ауэ сэ щІэх-щІэхыурэ хущхъуэ зызохьэлІэ. Иджыпсту си узыншагъэр нэхъыфІ хъужащ». А унагъуэм теубыдагъэ зэраІам щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ абыхэм ящыхуащ. Ален къыджеІэж: «Зэгуэр дэ Кате́ зи цІэ къуажэ пхыдза дыкІуат. Абы цІыху зыбжанэ Библие щедгъаджэу щІэддзащ, иужькІэ ахэр телефонкІэ едгъэджэн пытщащ. Абыхэм ящыщу тІум псым зыщІагъэуащ икІи Кате гуп цІыкІу къыщыунэхуащ». Стефани пещэ: «Я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэну цІыхухэм уадэІэпыкъуным нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ зыри щыІэкъым. ИкІи апхуэдэ гуфІэгъуэ дэ мызэ-мытІэу мыбы щызыхэтщІащ». Иджыпсту Аленрэ Стефанирэ районнэ лэжьыгъэм хэтщ.

Уи къэралым хъыбарыфІыр щыбгъэІуну фІыуэ хэлъыр

«Ди щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэмрэ цІыхухэм я гупсысэкІэмрэ дэ дощІэ. НэгъуэщІ къэралым къикІа цІыхухэм нэхърэ дэ нэхъыбэу дзыхь къытхуащІ, абы къыхэкІкІэ цІыхум уепсэлъэн щІэбдзэну нэхъ тыншщ» (Ален).

«НэгъуэщІ къэралым къикІа цІыхухэм елъытауэ, дэ гу нэхъ къытлъатэкъым икІи ахэр здэмыкІуэфын щІыпІэхэм дэ докІуэф» (Стефани).

«ДЭ ТЩІЭН ХУЕЙРАЩ ТЩІАР»

Леонс и Жизель проповедуют женщине на мосту.

Леонсрэ Жизельрэ

Жизе́ль Италием псым зыщыщІигъэуащ икІи абы дохутыр ІэщІагъэр щызригъэгъуэтащ. Библием езыгъэджа зэщхьэгъуситІым я щапхъэм ар хуигъэушащ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хилъхьэну. Ахэр пионеру лажьэт икІи мылъку зэхуэхьэсыным хущІэкъутэкъым. Жизель абыхэм хуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ хэтыну хуейт, абы къыхэкІкІэ еджапІэм иужьрей курсым абы пионер лэжьыгъэр къищтащ.

Жизель Камерун игъэзэжыну хуейт хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ, ауэ ар зы Іуэхугъуэ гуэрым игъэгузавэт. Абы жеІэ: «Сэ Камерун згъэзэжмэ, Италием сыщыпсэуну хуитыныгъэ сиІэр сфІэкІуэдынкІэ сышынэт. Абы нэмыщІ си Іыхьлыхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ я деж сымыкІуэжыфынкІэ сыгузавэт». Дапхуэдэу щымытми, 2016-нэ гъэм, накъыгъэм Жизель Камерун Іэпхъуащ. Зэман гуэр дэкІа иужь ар ди къуэш Лео́нс дэкІуащ, икІи Камерун щыІэ филиалым и унафэкІэ ахэр хъыбарыфІыр зыгъэІу къуэш, шыпхъухэр мащІэу здэщыІэ Айо́с къалэм ягъэкІуащ.

Айос сыт хуэдэ гъащІэ абыхэм щрахьэкІар? Жизель игу къегъэкІыж: «ЩІэх-щІэхыурэ тхьэмахуэ бжыгъэкІэ токыр къыщымыкІуэ щыІэт. Абы къыхэкІкІэ ди телефонхэр мылажьэу, и нэхъыбэм тІысауэ щылът. Сэ мафІэкІэ сыпщафІэу зезгъэсащ, абы нэмыщІ псынэм псы къэтхьыну дыщыкІуэр пшапэр зэхэуауэ абы цІыхур нэхъ мащІэу щыщыІэм дежт. Псыр гу цІыкІукІэ къатшэт, гъуэгур фонаркІэ къэдгъэнэхут». А гугъуехьхэм зэщхьэгъусэхэр дапхуэдэу пэлъэща? Жизель жеІэ: «Дэ Иеговэ и къару лъапІэр къыддэІэпыкъут, зыр зым дызэдэІэпыкъужт, абы нэмыщІ ди ныбжьэгъухэмрэ ди Іыхьлыхэмрэ дагъэгушхуэт, иныкъуэм деж ахъшэкІэ къыддэІэпыкъут».

Жизель и къэралым зэригъэзэжам щыгуфІыкІрэ? «ДауикІ, шэч хэмылъу сыщогуфІыкІ — жеІэ абы.— Гугъуехь дыщиІаи, ди гур зэщыуауэ щыщытаи къэхъуащ, ауэ дэ а псом дыпэлъэщащ. Иджы Леонсрэ сэрэ шэч къытетхьэкъым: дэ тщІэн хуейращ тщІар. Дэ Иеговэ дзыхь худощІ икІи абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуащ». Леонсрэ Жизельрэ «Школа благовестников Царства» жыхуиІэр къаухащ, иджыпсту зэман гуэркІэ специально пионеру мэлажьэ.

Дунейр зэІыхьауэ щытми, бдзэжьей къаубыдыну лІыгъэ яхэлъу бдзэжьеящэхэр хым тохьэ. Апхуэдэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр зэхэзыхыну хуей цІыхухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ я къэралым зыгъэзэжа къуэш, шыпхъухэр зыгуэрым зыхуагъэныкъуэну хьэзырщ. Иеговэ зэи щыгъупщэнукъым абы и цІэм щхьэкІэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэм ягъэзэщІа лэжьыгъэмрэ лъагъуныгъэ ягъэлъэгъуамрэ (Неем. 5:19; Евр. 6:10). Фэ хамэ къэралым фыщыпсэумэ икІи фи къэралым хъыбарыфІыр зыгъэІу къуэш, шыпхъухэр щымащІэу щытмэ, абы вгъэзэжыфыну пІэрэ? Апхуэдэу фщІэмэ, фэ флъэгъунущ Иеговэ фІыгъуэ куэд къызэрыфхуищІэр (Прит. 10:22).

Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар?

Фи къэралым вгъэзэжыну фегупсысмэ, мы статьяр зытепсэлъыхь къуэш, шыпхъухэм жаІэм феджэ.

  • Сыт фызрихьэлІэнкІэ хъунур?

    «ФІы къыфхуащІэ я гугъэу фи Іыхьлыхэмрэ фи ныбжьэгъухэмрэ абы фымыІэпхъуэжыну къызэрывжаІэнум икІи къызэрыфтракъузэнум хуэхьэзыру фыщыт. Иеговэ фыщыгугъ» (Ален).

  • Дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзырынур?

    «Сэ зэи апхуэдизрэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъэза хъункъым» (Жизель).

    «Сэ ахъшэ згъэтІылъат, зыми сыщымыгугъын щхьэкІэ» (Жеральдинэ).

    «Си узыншагъэм и Іуэхур зыІутыр къэсщІэн щхьэкІэ сэ анализхэр стащ» (Стефани).

  • Уи щхьэр ппІыжыфын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

    «ЯпэщІыкІэ сэ зэхуэсхьэса ахъшэмкІэ сыпсэуащ. ИужькІэ школым егъэджакІуэу сыуващ. ИтІанэ сабын сщІыуэ зезгъасэри, ар сщэуэ щІэздзащ» (Жеральдинэ).

    «Шэм къыхэщІыкІа кІэнфетхэр тщІыурэ тыкуэным зэреттымкІэ ахъшэ къэдлэжьт» (Жизель).

    «Документхэр онлайну зэздзэкІыурэ абыкІэ ахъшэ къэзлэжьт» (Онесим).

  • Узыхуэсакъыжын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

    «Къуэш, шыпхъухэм я гъунэгъуу псэупІэ къэзгъуэтащ» (Жеральдинэ).

    «Сэ си закъуэ зэи хъыбарыфІыр згъэІукъым» (Жизель).

    «Сэ пщыхьэщхьэм уэрамым сыкъыдыхьэкъым икІи щыгъын лъапІэхэр щыстІагъэкъым» (Стефани).

    «Сэ нэгъуэщІ къэрал сыкъызэрикІар зыми жесІэкъым. Иджыри а щІыпІэм зэращІым хуэдэу псори сощІэ абыхэм сакъыхэмыщын щхьэкІэ» (Жюдит).

  • ГуфІэгъуэр зыфІумыгъэкІуэду хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру ухэтын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

    «ГъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм дыпэлъэщу зедгъэсащ. Мыбы дыкъыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр зыщыдгъэгъупщэкъым икІи фІым ди акъылыр зэрытедухуэным иужь дитщ» (Виктор).

    «Сэ диІэмкІэ арэзыуэ сыщытыну зезгъэсэн хуейт» (Ален).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын