СТАТЬЯР 34
Иеговэ и зэхуэсым дежкІэ уэ улъапІэщ!
«Пкъым и пкъыгъуэхэр куэд хъуми, пкъыр зыщ. А пкъыгъуэхэр куэд хъуми, псори а зы пкъым щыщщ. Мэссихь и Іуэхури апхуэдэщ» (1 КОР. 12:12).
101-НЭ УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Сыт хуэдэ щІыхь Иеговэ дэ къытхуищІа?
СЫТУ щІыхьышхуэ Иеговэ и зэхуэсым щыщу ущытыну! Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж зыми хуэмыдэ мамырыгъэрэ гуфІэгъуэрэ зыхыдощІэ. Иеговэ и зэхуэсым уэ сыт хуэдэ къалэн ущиІэ?
2. Апостол Паул и письмохэм сыт хуэдэ щапхъэ къыщыхьа?
2 А упщІэм и жэуапыр еттын ипэ Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Паул иригъэтха письмохэм къыщыхьа щапхъэхэм дегупсысынщ. А письмохэм зэритымкІэ, Паул зэхуэсыр цІыхум и пкъым иригъэщхьащ, зэхуэсым щыщхэр — пкъым и пкъыгъуэхэм (Рим 12:4—8; 1 Кор. 12:12—27; Еф. 4:16).
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми лъэпкъ дыкъызыхэкІам, дбгъэдэлъ мылъкум, гъэсэныгъэ къыдбгъэдалъхьам икІи щІэныгъэ диІэм емылъытауэ, Иеговэ и зэхуэсым мыхьэнэ зиІэ къалэн щыдогъэзащІэ. ИкІи дэтхэнэ зыми зэхуэсыр дгъэгушхуэну тхузэфІэкІынущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Паул къихьа щапхъэм сытым дыхуигъасэми. Япэрауэ, дэ къэтщІэнущ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри лъапІэу щІыщытыр. ЕтІуанэрауэ, зэхуэсым щыдиІэ къалэныр сыт хуэдэми къыдгурыІуэну гугъумэ, сыт тщІэн хуейми дытепсэлъыхьынущ. Ещанэрауэ, дегупсысынущ Иеговэ дэтхэнэ зыми къыдита къалэныр дгъэзэщІэным мыхьэнэшхуэ иІэу щІыщытым.
ДЭ ТЩЫЩ ДЭТХЭНЭ ЗЫМИ ИЕГОВЭ И ЗЭХУЭСЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ КЪАЛЭН ЩЕГЪЭЗАЩІЭ
4. Рим 12:4, 5 итым сытым дыхуигъасэрэ?
4 Паул къихьа щапхъэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ и унагъуэм дэтхэнэ зыми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэрыщигъэзащІэр. Паул итхар мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щІедзэ: «Ди Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр куэдщ, ауэ а псоми ялэжь Іуэхухэр зыкъым. Апхуэдэу, дэри куэд дыхъуми, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкІэ, зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ» (Рим 12:4, 5). Сыт Паул зи гугъу ищІыр? Зэхуэсым щыщхэм къалэн диІэхэр зэхуэмыдэми, дэтхэнэ зыри Иеговэ лъапІэу делъытэ.
Зэхуэсым щыщхэм къалэн диІэхэр зэхуэмыдэми, дэтхэнэ зыри Иеговэ лъапІэу делъытэ. (5—12-нэ абзацхэм феплъ.)c
5. Иеговэ сыт хуэдэ «тыгъэхэр» зэхуэсым ирита?
5 Зэхуэсым къалэн щагъэзащІэхэм и гугъу щащІым деж унафэ къэзыщтэ къуэшхэм занщІэу дегупсысу къыщІэкІынщ (1 Фес. 5:12; Евр. 13:17). Иеговэ Хьисэ къигъэсэбэпри зэхуэсым «тыгъэхэу» цІыхухэр яритащ (Еф. 4:8). Абыхэм ящыщщ УнафэщІ гупыр икІи абыхэм я дэІэпыкъуэгъухэр, филиалым и комитетым хыхьэхэр, районым и нэхъыжьхэр, Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ школхэм и егъэджакІуэхэр, зэхуэсым и нэхъыжьхэр, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр. А къуэшхэр Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхихащ зэхуэсыр ягъэбыдэн икІи лъапІэу илъытэ и мэл цІыкІухэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ (1 Пет. 5:2, 3).
6. 1 Фессалоникэ 2:6—8 зэритымкІэ, Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къыхиха къуэшхэр сытым хущІэкъурэ?
6 Къуэшхэр Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхех зэхуэсым къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр щагъэзэщІэн щхьэкІэ. Пкъым и пкъыгъуэхэм, псалъэм папщІэ Іэмрэ лъакъуэмрэ Іэпкълъэпкъ псом сэбэп къызэрыхуахьым хуэдэу, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхиха къуэшхэм зэхуэс псом сэбэп къыхуахь. Абыхэм а къалэнхэр щІагъэзащІэр зыгуэр къащытхъун щхьэкІэкъым, атІэ къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэн икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІын щхьэкІэщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:6—8.) Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ икІи псэемыблэжу щыт къуэшхэр дызэриІэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ!
7. Полновременнэ лэжьыгъэм хэт Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яІэ?
7 Дуней псом пионеру, миссионеру икІи специальнэ пионеру лажьэ къуэш, шыпхъухэр щыІэщ. Абыхэм полновременнэ лэжьыгъэр я гъащІэм псом япэ ирагъэщ. Абы и фІыгъэкІэ ахэр цІыху куэдым ядэІэпыкъуащ Хьисэ Мэссихь и лъэужь иувэну. А къуэш, шыпхъухэм мылъкушхуэ ябгъэдэмылъми, Иеговэ къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэмкІэ я гъащІэр гъэнщІащ (Мк. 10:29, 30). Дэ а къуэш, шыпхъухэр лъапІэу долъытэ икІи лэжьыгъэ ягъэзащІэр фІыщІэ дощІ.
8. Сыт Иеговэ и дежкІэ хъыбарыфІыр зыгъэІу дэтхэнэ зыри лъапІэу щІыщытыр?
8 Абы къикІрэ Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхиха къуэшхэмрэ полновременнэ лэжьыгъэм хэтхэмрэ фІэкІа нэгъуэщІхэм зыми зэхуэсым мыхьэнэ зиІэ къалэн ямыгъэзащІэу? ДауикІ, къикІкъым! Алыхьым дежкІи, зэхуэсым дежкІи хъыбарыфІыр зыгъэІу дэтхэнэ зыри лъапІэщ (Рим 10:15; 1 Кор. 3:6—9). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр — Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм ядэІэпыкъуныращ (Мт. 28:19, 20; 1 Тим. 2:4). Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр зыгъэІухэр псори иужь итщ а Іуэхур я гъащІэм псом япэ зэрырагъэщыным: псым зыщІэзыгъэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэри хъыбарыфІыр зыгъэІуу щІэзыдза къудейхэри (Мт. 24:14).
9. Зэхуэсым хэт шыпхъухэр дэ лъапІэу щІэтлъытэр сыт?
9 Иеговэ шыпхъухэми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэхуэсым щагъэзэщІэну яритащ. Щхьэгъусэ зиІэхэр, анэхэр, фызабэхэр, щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъухэр хуэпэжу къызэрыхуэлажьэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Алыхьым хуэпэжу хуэлэжьа цІыхубз куэдым я щапхъэ дахэхэр Библием итщ. Иеговэ абыхэм арэзы яхуэхъуащ Іущагъ, фІэщхъуныгъэ, лІыгъэ, хьэлэлагъ зэрахэлъам щхьэкІэ, абы нэмыщІ псэемыблэжу хуэлажьэу зэрыщытам икІи ІуэхуфІ ялэжьахэм щхьэкІэ (Лк. 8:2, 3; Апост. 16:14, 15; Рим 16:3, 6; Флп. 4:3; Евр. 11:11, 31, 35). Апхуэдэ хьэл-щэн дахэхэр зыгъэлъагъуэ шыпхъухэр ди зэхуэсым зэрыхэтым щхьэкІэ дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ!
10. Зи ныбжь хэкІуэта Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт дэ лъапІэу щІэтлъытэр?
10 Абы нэмыщІ дэ дыщогуфІыкІ щапхъэ дахэ зыгъэлъагъуэ зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъу куэд зэхуэсым зэрыхэтым щхьэкІэ. Абыхэм ящыщ куэдым Иеговэ пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ я гъащІэ псор трагъэкІуэдащ. Языныкъуэхэми пэжыр къызэращІэрэ куэд щІакъым. Дапхуэдэу щымытами, абыхэм ящыщ куэдым узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр яІэщ. Абы къыхэкІкІэ, зэхуэсым пыщІа лэжьыгъэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ ахэр зэрыхэтыфыр нэхъ мащІэущ. Абы емылъытауэ, зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм къарууэ яІэр ирахьэлІэ хъыбарыфІ гъэІуным, нэгъуэщІхэр егъэджэным икІи гъэгушхуэным! Абыхэм я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ зрагъэгъуэта щІэныгъэхэм дэ ди сэбэпынагъышхуэ хэлъщ. Иеговэ ахэр нэгъэсауэ дахэу елъытэ, ди дежкІи ахэр лъапІэщ (Прит. 16:31, Гъэсэпэтхыдэхэр).
11, 12. ЩІалэгъуалэм я щапхъэм фэ дауэ фигъэгушхуэрэ?
11 Ди щІалэгъуалэми дегупсысынщ. Ахэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейр зи ІэмыщІэ илъыр ШейтІаныращ икІи абы и еплъыкІэмрэ и философиемрэ дунейм тез хъуащ (1 Ин. 5:19). Абы емылъытауэ, абыхэм зэхуэсым жэуап щат, хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ икІи лІыгъэ яхэлъу я фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жэуап иратыж, абыкІэ дэ хуабжьу дагъэгуфІэ. Шэч хэмылъу, фэ, ныбжьыщІэхэ, Иеговэ и зэхуэсым мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн щывогъэзащІэ! (Пс. 8:2).
12 Дапхуэдэу щымытами, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ гугъущ ахэр зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр я фІэщ хъуну. Аращи, дэтхэнэ зыри зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу дызэрыщытыр къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур? Ар зэпкърытхынщ.
ЗЭХУЭСЫМ И ДЕЖКІЭ ФЭ ЛЪАПІЭУ ФЫЩЫТЩ
13, 14. Зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу щымыту языныкъуэхэм сыт къащІыщыхъур?
13 Паул къихьа щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Абы гу зылъита гугъуехьыр ноби щыІэщ: Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым я фІэщ хъуну гугъущ ахэр зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр. Паул итхащ: «Лъакъуэм, „Іэуэ сызэрыщымытым щхьэкІэ, пкъым сыщыщкъым“, жиІэмэ, абы щхьэкІэ пкъым щымыщ хъурэ? ТхьэкІумэми, „Нэуэ сызэрыщымытым щхьэкІэ, пкъым сыщыщкъым“, жиІэмэ, абы щхьэкІэ пкъым щымыщ хъурэ?» (1 Кор. 12:15, 16). Сыт мы псалъэхэм къикІыр?
14 Фэ адрей къуэш, шыпхъухэм зевгъапщэмэ, нэгъуэщІхэм нэхърэ фынэхъ Іейуэ зыкъыфщыхъужу щІэвдзэнкІэ хъунущ. Фэ нэгъуэщІхэм зэфІэкІ яІэхэм гу лъыфтэу къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, егъэджакІуэфІхэр, Іуэхур фІыуэ зэзыгъэпэщхэр, нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъу нэхъыжьхэр зэхуэсым хэтщ. ИкІи фэ абыхэм хуэдэ фымыхъуфыну фегупсысу къыщІэкІынщ. Абы къегъэлъагъуэ фэ Іэдэбагъ зэрыфхэлъыр (Флп. 2:3). Зыщывмыгъэгъупщэ: зэфІэкІ зиІэ гуэрым зэпымыууэ зебгъапщэмэ, уигу зэбгъэжынкІэ хъунущ. Паул зэритхам хуэдэу, фэ зэхуэсым мыхьэнэ фыщимыІэу къыфщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
15. 1 Коринф 12:4—11 зэритымкІэ, ди зэфІэкІхэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ диІэн хуей?
15 Фегупсысыт: япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр яритауэ Іуэху телъыджэхэр ящІэт, ауэ псоми я зэфІэкІыр зытэкъым. (Къеджэ 1 Коринф 12:4—11.) Иеговэ а и лэжьакІуэхэм лъэкІыныгъэ яритахэр зэхуэмыдэми, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри абы и дежкІэ лъапІэт. Нобэ дэ Іуэху телъыджэхэр тщІэкъым, ауэ и лэжьакІуэхэм Иеговэ зэрыхущытым зихъуэжакъым: дэ псоми зэфІэкІ диІэхэр зэхуэдэкъым, ауэ Иеговэ и дежкІэ псори дылъапІэщ.
16. Апостол Паул сытым дыкъыхуриджэрэ?
16 Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дэ зедгъэпщэн хуейкъым, атІэ Паул Алыхьым иригъэтха псалъэхэм дытетын хуейщ: «Езым и Іуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Іуэхур фІымэ, нэгъуэщІ цІыхум и Іуэхум емыплъу, езым и Іуэхур зытетым ирипэгэн лъэкІынущ» (Гал. 6:4).
17. Паул и псалъэхэр сыткІэ сэбэп къытхуэхъурэ?
17 Паул дыкъызыхуриджэм дытету, нэгъуэщІхэм зедмыгъапщэмэ, дэ къыдгурыІуэнущ адрейхэм ямыІэ зэфІэкІхэр дызэриІэр. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжь гуэрым псалъэ гъэхьэзыра егъэлеяуэ дахэу жимыІэфми, абы цІыхухэр Библием фІыуэ ирегъаджэ. Е ар зэхуэсым и нэхъыжь нэгъуэщІхэм хуэдэу Іуэхухэр зэримыгъэпэщыфу щытынкІэ хъунущ, ауэ псоми ящІэ ар зи мэл цІыкІухэр фІыуэ зылъагъу мэлыхъуэу зэрыщытыр икІи Библием ит чэнджэщ къеІыпхын щхьэкІэ зыхуэбгъэзэну зэрытыншыр. Абы нэмыщІ абы хьэщІагъэ хэлъу щытынкІэ хъунущ (Евр. 13:2, 16). Дэ зэфІэкІ диІэхэр къыдгурыІуэжу щытмэ, дэри зэхуэсым дапхуэдэу сэбэп дыщыхъунуми къыдгурыІуэнущ. Абы щыгъуэ къуэш, шыпхъухэм яІэ зэфІэкІым хуэдэ дызэримыІэм щхьэкІэ абыхэм дефыгъуэну къыщІэкІынкъым.
18. ЕгъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
18 Дэтхэнэ зыми хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ цІыхухэр зэредгъаджэ щІыкІэмрэ нэхъыфІ зэрытщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ и организацэмкІэ дызэрыригъэджэн Іэмалхэр къыдет. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр нэхъыфІу зэрыдгъэІун чэнджэщхэр ди зэІущІэхэм къыщыдат. А зэІущІэхэм къыщыфщІэхэр хъыбарыфІыр щывгъэІукІэ къэвгъэсэбэпрэ?
19. Сыт фэ къывдэІэпыкъунур «Школа благовестников Царства» жыхуиІэ школым фыщеджэну?
19 «Школа благовестников Царства» жыхуиІэ школыр хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур зэредгъэфІэкІуэн ІэмалыфІхэм ящыщ зыщ. А школым щеджэфынущ полновременнэу лажьэ ди къуэш, ди шыпхъу зи ныбжьыр илъэс 23-м щыщІэдзауэ 65-м нэс хъухэр. Фэ фи гугъэу къыщІэкІынщ а школым зэи фыщІэмыхуэну. А школым фыщеджэну зэран къыфхуэхъухэм фегупсыс нэхърэ, абы фыщеджэну фыщІыхуейм и щхьэусыгъуэхэм фегупсысу ахэр фтхым нэхъыфІщ. А мурадыр къывэхъулІэн щхьэкІэ фщІэн хуейм фегупсыс. Фэ къару ефхьэлІэу щытмэ, фхузэфІэмыкІыну къыфщыхъур къывэхъулІэну Иеговэ къывдэІэпыкъунущ.
ЗЭФІЭКІ ФИІЭХЭР ЗЭХУЭСЫМ СЭБЭП ФЫХУЭХЪУН ЩХЬЭКІЭ КЪЭВГЪЭСЭБЭП
20. Рим 12:6—8 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
20 Паул къихьа щапхъэм иджыри зыгуэрым дыхуегъасэ. Рим 12:6—8 ит абы и псалъэхэм девгъэгупсыс (къеджэ). Мыбдежи Паул гу лъыдегъатэ зэхуэсым щыщхэм лъэкІыныгъэ зэрыз зэраІэм. Ауэ абы къыхегъэщ ди лъэкІыныгъэхэр зэхуэсыр дгъэгушхуэн икІи дгъэбыдэн щхьэкІэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр.
21, 22. Робертрэ Феличерэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
21 Ди къуэш Робертb и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар нэгъуэщІ къэралым Иеговэ щыхуэлажьэт, ауэ абы къуэшхэр къелъэІуащ и къэралым къигъэзэжу Вефилым щылэжьэну. НэгъуэщІ къалэн щІратам и щхьэусыгъуэр абы иІа лэжьыгъэр тэмэму хуэмыгъэзэщІауэ аратэкъым. Къуэшхэм а гупсысэр Роберт жраІащ, ауэ езыр абы нэгъуэщІут зэрегупсысыр. Роберт игу къегъэкІыж: «Си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжт, къызата къалэныр схуэмыгъэзэщІауэ къэслъытэт. Сэ а гурыщІэ Іейхэм мазэ бжыгъэ куэдкІэ саІыгъащ. Вефиль лэжьыгъэр къэзгъэнэну сыщыхуея зэмани къысхуихуащ». ГуфІэгъуэ зригъэгъуэтыжыну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Зэхуэсым и нэхъыжь гуэрым абы игу къигъэкІыжащ япэм Иеговэ лэжьыгъэ къыдитахэм нобэ дгъэзащІэ лэжьыгъэм дыхуагъэхьэзыру зэрыщытыр. Роберт къыгурыІуащ блэкІа зэманыр игу къримыгъауэу, нобэ ищІэфынум и акъылыр триухуэн зэрыхуейр.
22 Апхуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуащ ди къуэш Фели́че Эписко́по. 1956-нэ гъэм абы и щхьэгъусэр и гъусэу Галаад Школыр къиухри Боливием районым и нэхъыжьу лажьэу щІидзащ. 1964-нэ гъэм абы къуэ къыхуалъхуащ. Феличе жеІэж: «Дэ фІыуэ тлъагъуа лэжьыгъэр къэдгъэнэну гугъут. Пэжыр жысІэнщи, мыхьэнэ имыІэу илъэс хуэдиз згъэкІуэдащ — сэ сыт щыгъуи зыгуэр сфІэкІуэдауэ къысщыхъут икІи си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжт. Ауэ Иеговэ и фІыгъэкІэ сэ псоми нэгъуэщІынэкІэ сеплъу сыхъуащ икІи къалэныщІэ схуэхъуам, адэу сыщытыным, си акъылыр тезухуащ». Робертрэ Феличерэ яІа гурыщІэхэм хуэдэ фэри фиІауэ пІэрэ? Япэм вгъэзащІэу щыта къалэнхэр иджыпсту зэрывмыгъэзэщІэжыр фигу къеуэу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, иджыпсту Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ яхуэфщІэфынум фи гур зэрытевухуэным иужь фит. ЛъэкІыныгъэ фиІэхэр адрейхэм сэбэп фахуэхъун щхьэкІэ къэвгъэсэбэпмэ, гуфІэгъуэ фиІэнущ.
23. Сыт дэ тщІэн хуейр? КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
23 Иеговэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри лъапІэу елъытэ. Ар хуейщ, дэ абы и унагъуэм дызэрыщыщыр зыхэтщІэну. Ар сытым дежи фи гум илъу зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэр зэрывгъэгушхуэнымрэ я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыфщІынымрэ фегупсыс икІи ар зэрыфщІэным иужь фит. Абы щыгъуэ фэ зэхуэсым сэбэп фыхуэхъуну зэрыфхузэфІэкІынум шэч къытефхьэнукъым. Ауэ зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыхущытыр? Ахэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур? КъыкІэлъыкІуэ статьям ар щызэпкърытхынщ.
24-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ
a Дэтхэнэ зыми Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхэтщІэну дыхуейщ. Ауэ иныкъуэхэм деж къыдгурыІуэкъым сыт дэ абы хуэтщІэфынуми. Дэтхэнэ зыми зэхуэсым мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэрыщыдгъэзащІэр къыдгурыІуэну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c СУРЭТЫР. Сурэтищым къыщыгъэлъэгъуащ зэхуэсым ипэ, зэхуэсыр щекІуэкІкІэ, зэхуэсыр иуха иужь къэхъур. 1 сурэтыр. Зэхуэсым и нэхъыжьым гуапэу кърегъэблагъэ зэІущІэм къэкІуа цІыхухъур; къуэш ныбжьыщІэр микрофоныр лажьэрэ мылажьэрэ йоплъ; шыпхъу ныбжьыщІэр зи ныбжь хэкІуэтам йопсалъэ. 2-нэ сурэтыр. Къуэш, шыпхъу ныбжьыщІэхэмрэ зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ «ХъумакІуэ чэщанэ» журнал джыным хэтщ. 3-нэ сурэтыр. ЗэщхьэгъуситІым Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс унэр зэлъыІуах; ди шыпхъум и пхъум ирегъэлъагъу ахъшэр зрилъхьэну ашыкыр; къуэш ныбжьыщІэм ди тхыгъэхэр зэрегъэзахуэ; къуэшым зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур егъэгушхуэ.