СТАТЬЯР 33
ЛІахэр къызэрытэджыжынум Алыхьым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
«Щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сэри Тхьэм сыщогугъ» (АПОСТ. 24:15).
151-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ нэгъуэщІхэм гъащІэ щІаритар сыт?
ЗЭГУЭР Иеговэ и закъуэу щытащ. Ауэ абы закъуэныгъэ зыхищІэтэкъым. ИкІи ар насыпыфІэу щытын щхьэкІэ зыми хуэныкъуэтэкъым. Дапхуэдэу щымытми, Алыхьыр хуейт нэгъуэщІхэри гъащІэм щыгуфІыкІыну. Лъагъуныгъэм Иеговэ хуигъэушащ уафэм щыІэхэри щІылъэм щыІэхэри къигъэщІыну (Пс. 36:9; 1 Ин. 4:19).
2. Хьисэрэ мелыІычхэмрэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІэт Иеговэ псори къызэригъэщІым щыкІэлъыплъым щыгъуэ?
2 ЯпэщІыкІэ Иеговэ и Къуэ Хьисэ къигъэщІащ икІи и гъусэу лэжьэну Іэмал иритащ. Абы иужь и Къуэр здигъэІэпыкъуурэ адрейхэр къигъэщІащ, мелуан бжыгъэ хъу мелыІычхэри абыхэм яхэту (Кол. 1:16). Хьисэ гуфІэт и Адэм и гъусэу лэжьэну Іэмал зэриІэм щхьэкІэ (Прит. 8:30). МелыІычхэми щІэгуфІэн щхьэусыгъуэ яІэт. Иеговэрэ абы и «дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу» щыт Хьисэрэ уафэмрэ щІылъэмрэ къыщагъэщІым мелыІычхэр япэ тІысыпІэхэм щысу абыхэм ящІэм кІэлъыплъауэ жыпІэ хъунущ. Алыхьым а и къуэхэм я гурыщІэхэр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар? Абыхэм Иеговэ «макъышхуэкІэ щІыхь хуащІт» (Иов 38:7). Шэч хэмылъу, мелыІычхэр Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ дэтхэнэми щыгуфІыкІт икІи Іэгу еуэт. Псом хуэмыдэу ахэр щыгуфІыкІащ иужь дыдэу абы къигъэщІам — цІыхум (Прит. 8:31, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ дэтхэнэми и лъагъуныгъэмрэ Іущагъымрэ къыхощ (Пс. 104:24; Рим 1:20).
3. 1 Коринф 15:21, 22 зэритымкІэ, Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ Іэмал диІэр?
3 Иеговэ и мурадымкІэ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу езым къигъэщІа щІылъэ дахэм щыпсэун хуейт. Ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ фІыуэ къэзылъагъу я Адэм пэщІэува иужь гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ цІыхухэм я Іыхьэ хъуащ (Рим 5:12). Иеговэ сыт ищІар? Абы занщІэу жиІащ цІыхухэр къызэрыригъэлынур икІи дапхуэдэу ар ищІынуми къыдгуригъэІуащ (ЩІэдз. 3:15). Абы мурад ищІащ щхьэщэхуж къурмэныпхъэ итыну икІи абы и фІыгъэкІэ Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІэкІыфынут. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Иеговэ къыхуэлэжьэну хуей дэтхэнэ зы цІыхуми гъащІэ мыухыж иритыфынущ (Ин. 3:16; Рим 6:23; къеджэ 1 Коринф 15:21, 22).
4. Сыт хуэдэ упщІэхэр мы статьям щызэпкърытхыну?
4 Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъегъэгугъэ. Абы къыхэкІкІэ упщІэ зыбжанэ къохъей, псалъэм папщІэ: лІахэр дапхуэдэу къызэрытэджыжынур? Ди лІахэр къэтэджыжа иужь къэтцІыхужыну пІэрэ? ЛІахэр къызэрытэджыжым сыт хуэдэ гуфІэгъуэ къытхуихьынур? Алыхьым и лъагъуныгъэм, Іущагъым икІи шыІэныгъэм теухуауэ лІахэр къызэрытэджыжынум сыт къыдигъащІэр? АдэкІэ мы упщІэхэм дегупсысынщ.
ЛІАХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫТЭДЖЫЖЫНУР?
5. ЛІахэр къыщытэджыжым деж зэуэ псори къэмытэджыжыну уегупсыс щІэхъунур сыт?
5 Иеговэ и Къуэр къигъэсэбэпу мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр къыщигъэтэджыжым деж зэуэ псори къимыгъэтэджыжыну уегупсыс хъунущ. Сыт щхьэкІэ? ЩІылъэм щыпсэу цІыхухэм я бжыгъэр зэуэ хэхъуауэ щытамэ, дунейм куэд щызэхэзэрыхьынут. Ауэ Иеговэ апхуэдэ къигъэхъунукъым. Абы ещІэ цІыхухэр мамыру псэун щхьэкІэ псори зэгъэпэщауэ, зэхэзэрыхьа зыри щымыІэу щытын зэрыхуейр (1 Кор. 14:33). Алыхьым Іущагърэ шыІэныгъэрэ игъэлъэгъуащ Хьисэ и гъусэу хуэм-хуэмурэ цІыхум щхьэкІэ ЩІылъэр щигъэхьэзырым щыгъуэ. Апхуэдэ дыдэу Хьиси илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым Іущагърэ, шыІэныгъэрэ игъэлъэгъуэнущ Армагеддоным къела цІыхухэр и гъусэу ЩІылъэр къэтэджыжынухэм щхьэкІэ щигъэхьэзырым деж.
Армагеддоным пхырыкІахэм Иеговэ и хабзэхэмрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжымрэ къэтэджыжахэр хурагъэджэнущ. (6-нэ абзацым феплъ.)c
6. Апостолхэм 24:15 зэритымкІэ, Иеговэ къигъэтэджыжынухэм сыт хуэдэ цІыхухэр хэтыну?
6 Ауэ псом нэхъапэращи, Армагеддоным къелахэм Иеговэ и хабзэхэмрэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжымрэ къэтэджыжынухэм кърагъэщІэн хуеинущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Алыхьым къигъэтэджыжынухэм и нэхъыбэр «щыпкъагъэ» зимыІэхэращ. (Къеджэ Апостолхэм 24:15.) Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къытхуихьыну фІыгъуэхэр къалъысын щхьэкІэ абыхэм куэдкІэ захъуэжын хуеинущ. Фегупсысыт, Иеговэ теухуауэ зыри зымыщІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Алыхьым теухуа пэжыр къагурыбгъэІуэн щхьэкІэ дапхуэдиз къару епхьэлІэн хуейми. Нобэ цІыхухэр Библием зэредгъаджэм хуэдэу цІыху къэс щхьэхуэу едгъэджэну пІэрэ? Ахэр зэхуэсым щыщ хъуну? Япэу къэтэджыжахэр ягъэсэну пІэрэ иужькІэ къэтэджыжынухэр ирагъэджэфын хуэдэу? А зэманыр къэсым тлъэгъунщ. Ауэ дэ дощІэ Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым и кІэм «щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ» зэрыщытынур (Ис. 11:9). Илъэс миным къриубыдэу дэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэн куэд дгъэзэщІэнущ!
7. Иеговэ и лэжьакІуэхэм къэтэджыжахэр щрагъаджэм деж, абыхэм я Іуэхур зыІутыр къагурыІуэу щытын щІыхуейр сыт?
7 Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори адэкІи зэлэжьыжынущ, уафэм щыІэ я Адэр ягъэгуфІэн щхьэкІэ. Къэтэджыжынухэм я гуэныхь щэныжьым ебэныну икІи Иеговэ и хабзэхэм тетыну дэ дадэІэпыкъунущ. ИкІи дэ ахэр къыдгурыІуэу щытын хуейщ (1 Пет. 3:8). Абыхэм къалъэгъунущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм Іэдэбагъ зэрахэлъыр икІи «фымыкІуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит» жыхуиІэ псалъэхэм тету адэкІи зэрызахъуэжыр. Абы къыхэкІкІэ ахэри ди гъусэу Алыхьым хуэлэжьэну хуеинущ (Флп. 2:12).
ДИ ЛІАХЭР КЪЭТЭДЖЫЖА ИУЖЬ КЪЭТЦІЫХУЖЫНУ ПІЭРЭ?
8. Алыхьым къигъэтэджыжынухэр къэтцІыхужыну сыт дегупсыс щІэхъунур?
8 Алыхьым къигъэтэджыжынухэр къэтцІыхужыну сыт дегупсыс щІэхъунур? Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ. Япэм къэтэджыжауэ щытахэм тепщІыхьмэ, цІыхум лІэн ипэ иІа теплъэр, гупсысэкІэр икІи псэлъэкІэр иІэу Иеговэ къигъэтэджыжынущ. Хьисэ лІэныгъэр жейм иригъэщхьащ, лІар къызэрытэджыжыр жеяр къызэрыушым хуигъэдащ (Мт. 9:18, 24; Ин. 11:11—13). ЦІыху жеяр къыщыушым деж, абы и теплъэмрэ и макъымрэ зэрыщытам хуэдэу къонэж, и гукъэкІыжхэри зыщІыпІи кІуэкъым. Лазар къыщыщІам девгъэгупсыс. Ар зэрылІэрэ махуиплІ хъуат икІи мэ щыууэ щІидзат. Ауэ Хьисэ Лазар къыщигъэтэджыжам, ар и шыпхъухэм занщІэу къацІыхужащ, езы Лазари шэч хэмылъу ахэр ицІыхужт (Ин. 11:38—44; 12:1, 2).
9. ЛІар къэтэджыжа иужь и акъылымрэ и Іэпкълъэпкъымрэ занщІэу сыт дагъуэншэ щІэмыхъужынур?
9 Иеговэ дыкъызэригъэгугъэмкІэ Хьисэ тепщэу щыщытыну зэманым зы цІыхуми жиІэнукъым: «Сэ сысымаджэщ» (Ис. 33:24; Рим 6:7). Аращи, псори узыншэу къэтэджыжынущ. Ауэ абы къикІкъым ахэр напІэзыпІэм цІыху дагъуэншэ хъужыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр я Іыхьлыхэм къамыцІыхужынкІэ хъунущ. Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым цІыхухэм псоми хуэм-хуэмурэ гуэныхь яхэмылъыжу хъунущ. А илъэс миным и кІэм дежщ Хьисэ Пащтыхьыгъуэр и Адэм щыІэщІилъхьэжынур. Абы щыгъуэ Пащтыхьыгъуэм Иеговэ и мураду хъуар игъэзэщІэнущ. Абы хохьэ дунейм цІыхуу тету хъуар дагъуэншэ зэрищІыжынур (1 Кор. 15:24—28; Апок. 20:1—3).
ЛІАХЭР КЪЫЗЭРЫТЭДЖЫЖЫМ СЫТ ХУЭДЭ ГУФІЭГЪУЭ КЪЫТХУИХЬЫНУ?
10. ЛІэныгъэм фІэщІиха фІыуэ флъагъу цІыхум фыхуэзэжа иужь сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІэну?
10 ЛІэныгъэм фІэщІиха фІыуэ флъагъу цІыхум фыхуэзэжа иужь сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІэнуми фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Фэ фыгуфІэщэну икІи гуфІэгъуэ нэпс щІэвгъэкІыну къыщІэкІынщ. Е Иеговэ щытхъу уэрэд хужыфІэнкІэ хъунущ. Ауэ шэч къытедмыхьэми хъунущ зи нэІэ къыттет ди Адэмрэ псэемыблэжу щыт абы и Къуэмрэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъыбэж зэрыхъунум. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди лІахэр къэтэджыжыну Іэмал зэрыщыІэр абыхэм я фІыгъэщ.
11. Иуан 5:28, 29 зэритымкІэ, Алыхьым и хабзэ пэжхэм тету псэу цІыхухэм сыт хуэдэ гъащІэ яІэну?
11 Иджы фи нэгу къыщІэвгъэхьэт къэтэджыжынухэм сыт хуэдэ гуфІэгъуэ зыхащІэнуми, Алыхьым и хабзэ пэжхэм тетын щхьэкІэ абыхэм зыщахъуэжым деж. Иеговэ апхуэдэ цІыхухэр жэнэтым щигъэпсэунущ икІи гъащІэ мыухыж яритынущ. Ауэ зызыхъуэжыну хуэмей цІыхухэм апхуэдэ гъащІэ яритынукъым икІи жэнэтым щыІэну мамырыгъэр зэтракъутэну яхуидэнукъым (Ис. 65:20; къеджэ Иуан 5:28, 29).
12. ЩІылъэм щыпсэунухэм Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр яритыну?
12 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр тепщэу щыщытыну зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм псоми Притчи 10:22 ит псалъэхэр зэрыпэжыр зыхащІэнущ: «Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэм хэхъуэ къыдет икІи гуныкъуэгъуэ абы хилъхьэкъым». Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм хэхъуэ яІэнущ, нэгъуэщІу жыпІэмэ кІуэ пэтми Хьисэ нэхъ ещхь хъууэрэ кІуэнущ икІи хуэм-хуэмурэ цІыху дагъуэншэ хъунущ (Ин. 13:15—17; Еф. 4:23, 24). Абыхэм махуэ къэс я узыншагъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи хьэл-щэныфІхэри зыхалъхьэнущ. Сыту гуфІэгъуэ куэд абыхэм гъащІэм хахыну! (Иов 33:25). Ауэ лІахэр къызэрытэджыжынум фызэрегупсысыр дапхуэдэу иджыпсту къызэрывдэІэпыкъунур?
ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
13. Псалом 139:1—4 ит псалъэхэр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрицІыхум дауэ щыхьэт техъуэрэ? ИкІи Алыхьым фІыуэ дыкъызэрицІыхур лІахэр къыщигъэтэджыжым деж дауэ наІуэ зэрыхъунур?
13 ЗэрыжытІащи, Иеговэ лІахэр къыщигъэтэджыжым деж, абыхэм я гукъэкІыжхэмрэ щытыкІэ яІахэмрэ яІэжу къигъэтэджыжынущ. Фегупсысыт абы къикІым. Иеговэ апхуэдизу фІыуэ фелъагъури фи гупсысэхэри, гурыщІэхэри, псалъэ жыфІахэри, фи ІуэхущІафэхэри ещІэж. Аращи, абы фыкъигъэтэджыжын хуей хъуатэмэ, фи гукъэкІыжхэри, гупсысэкІэри, хьэл-щэнхэри тыншу къывитыжыфынут. Пащтыхь Даут фІыуэ ищІэт Иеговэ дэ тщыщ дэтхэнэ цІыхуми гулъытэ зэрыхуищІыр. (Къеджэ Псалом 139:1—4b.) Иеговэ апхуэдэу фІыуэ дызэрицІыхум сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитрэ?
14. Иеговэ дэ ттеухуауэ псори зэрищІэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
14 Иеговэ дэ ттеухуауэ псори зэрищІэм щхьэкІэ дыгузэвэн хуейкъым. Сыт щхьэкІэ? Зыщывмыгъэгъупщэ Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур икІи дэтхэнэ зыри лъапІэу дызэрилъытэр. Абы ди гъащІэм къыщыхъуахэр и гум щехъумэ икІи хьэл-щэн диІэхэр зыхэтлъхьэн хуей щІэхъуа Іуэхугъуэхэри ещІэж. Апхуэдэу зэрыщытым дэ икъукІэ гупсэхугъуэ къыдет! Фегупсысыт: ди гъащІэм сыт къыщымыхъуми Иеговэ ди гъусэщ икІи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ (2 Лет. 16:9). Абы къыхэкІкІэ, дэ ди закъуэу зэи дегупсысын хуейкъым.
ИЕГОВЭ И ІУЩАГЪЫР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
15. Иеговэ лІахэр къызэригъэтэджыжынум абы и Іущагъыр дапхуэдэу къызэрыхэщыр?
15 ЦІыхур лІэныгъэм зэрыщышынэр бийм къигъэсэбэпыфынущ. ШейтІаным и лъабжьэм щІэтхэм а Іэщэ шынагъуэр къагъэсэбэп цІыхур и ныбжьэгъухэми и фІэщхъуныгъэми ирагъэпцІыжын щхьэкІэ. Ауэ а Іэщэм ди дежкІэ къару иІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бийхэм ди гъащІэр къыттрахми, Иеговэ ар къызэрыдитыжынур дощІэ (Апок. 2:10). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынум (Рим 8:35—39). Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну гугъэ къызэрыдитам хыдолъагъуэ зыми имыІэ Іущагъ абы зэриІэр! Апхуэдэу Иеговэ ШейтІаным и Іэщэм къару имыІэу ещІ икІи дэ къарурэ лІыгъэрэ къыдет.
Иеговэ дызыхуей дыхуигъэзэну дыкъызэригъэгугъар ди фІэщ зэрыхъур унафэ тщІыхэм къыхэщрэ? (16-нэ абзацым феплъ.)d
16. Сыт хуэдэ упщІэхэр уэ зэптыжын хуей икІи а упщІэхэм я жэуапхэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур Иеговэ дапхуэдизу дзыхь хуэпщІми къыбгурыІуэну?
16 Иеговэ и бийхэм фи гъащІэр къыфтрахыну шынагъэ щыІэмэ, уафэм щыІэ фи Адэм дзыхь хуэфщІрэ икІи фыкъызэригъэтэджыжынур быдэу фи фІэщ хъурэ? Апхуэдэ гъэунэхуапІэм фыхуэхьэзыррэ фыхуэмыхьэзыррэ дапхуэдэу къызэрыфщІэнур? Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу узэупщІыж хъунущ: «Махуэ къэс унафэ къасщтэхэм къигъэлъагъуэу пІэрэ сэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэсщІыр?» (Лк. 16:10). Иджыри мыпхуэдэ упщІэ зэптыж хъунущ: «Си зэманымрэ ахъшэмрэ къызэрызгъэсэбэпым къигъэлъагъуэу пІэрэ си гъащІэм япэ увыпІэр Пащтыхьыгъуэм зэриІыгъыр икІи Иеговэ сызыхуэныкъуэр къызитыну сыкъызэригъэгугъар си фІэщ зэрыхъур?» (Мт. 6:31—33). Мы упщІэхэм «нтІэ» жыфІэу жэуап ефтамэ, фэ Иеговэ дзыхь хувощІ икІи сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми фыхуэхьэзырщ (Прит. 3:5, 6, Гъэс.).
ИЕГОВЭ И ШЫІЭНЫГЪЭР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
17. 1) ЛІахэр къызэрытэджыжынымрэ Иеговэ шыІэныгъэ зэригъэлъагъуэмрэ сыткІэ зэпыщІа? 2) Иеговэ и шыІэныгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
17 ШейтІаным и дуней бзаджэр щигъэкІуэдыну зэманымрэ сыхьэтымрэ Иеговэ триухуащ (Мт. 24:36). Ауэ а зэманыр къэсыху абы шыІэныгъэ игъэлъэгъуэнущ. ДауикІ, ар хуабжьу хуейщ лІахэр къигъэтэджыжыну, ауэ а зэманыр къэмысауэ ар ищІэнукъым (Иов 14:14, 15). Абы лІахэр къигъэтэджыжын щхьэкІэ нэхъ хуэкІуэ зэманым йожьэ (Ин. 5:28). Иеговэ шыІэныгъэ зэрыхэлъым щхьэкІэ фІыщІэ щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Фегупсысыт: Иеговэ шыІэныгъэ зэрыхэлъым къыхэкІкІэ цІыху куэдым Іэмал яІэ хъуащ я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну, икІи дэри абыхэм дахэтщ (2 Пет. 3:9). Иеговэ хуейщ цІыху нэхъыбэм гъащІэ мыухыжыр къалъысыну. Аращи, абы шыІэныгъэ хэлъыр лъапІэу тлъытэнщ. Ар лъапІэу зэрытлъытэр къэдгъэлъэгъуэнущ «пэжыр къэзыщІэну хуей» цІыхухэр къэтлъыхъуэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэмэ, абы нэмыщІ Иеговэ фІыуэ ялъэгъуну икІи хуэлэжьэну абыхэм дадэІэпыкъумэ (Апост. 13:48, ДЩІ). ИтІанэ абыхэми дэр хуэдэу къагурыІуэнущ Иеговэ шыІэныгъэ зэрыхэлъым фІыгъуэ къызэрихьыр.
18. НэгъуэщІхэм шыІэныгъэ тхэлъу дахущытын щІыхуейр сыт?
18 Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр иухыху икІи дагъуэншэ дыхъуху Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу ежьэнущ. А зэманыр къэсыху ар хьэзырщ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну. Аращи, Иеговэ щапхъэ тедывгъэх — нэгъуэщІхэм фІы яхэлъхэм гу лъыдывгъатэ икІи шыІэныгъэ тхэлъу дахущывгъэт. Ди зы шыпхъум и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы и щхьэгъусэм зэІущІэхэм кІуэн щигъэтат, ар егъэлеяуэ гузэвэным иубыду зэрыхъуам щхьэкІэ. А шыпхъур къыддогуашэ: «Ар сэ хуабжьу сигу къеуащ. Дэ мурад тщІауэ хъуар псори лъэлъэжащ». Ауэ а псом емылъытауэ, шыІэныгъэ икІи гуапагъэ хэлъу ар и щхьэгъусэм хущытт. А шыпхъур Иеговэ щыгугът икІи и Іэр ирихьэхтэкъым. Иеговэ хуэдэу а шыпхъум и акъылыр зытриухуэр гугъуехьхэратэкъым атІэ и щхьэгъусэм и хьэл-щэныфІхэрат. Абы жеІэ: «Си щхьэгъусэм хьэл-щэныфІ куэд хэлъщ икІи абы и узыншагъэр хуэм-хуэмурэ зэрызэтригъэувэжыным къарууэ иІэр ирехьэлІэ». Аращи, гугъуехьхэм пэщІэт ди Іыхьлыхэмрэ зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэмрэ шыІэныгъэ тхэлъу дахущытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ!
19. Сыт хуэдэ мурад фэ фиІэр?
19 Хьисэрэ мелыІычхэмрэ гуфІэт Иеговэ щІылъэр къыщигъэщІам щыгъуэ. Ауэ фи нэгу къыщІэвгъэхьэт ахэр дапхуэдизу гуфІэнуми, Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи гурэ псэкІэ абы хуэлажьэ цІыху дагъуэншэхэр ЩІылъэм тез хъуауэ абыхэм щалъагъукІэ. Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъхэри дапхуэдизу гуфІэну я лэжьыгъэм цІыхухэм фІыгъуэ къахуихьыр щалъагъукІэ (Апок. 4:4, 9—11; 5:9, 10). Абы щыгъуэ гъащІэр сыту дахащэу щытыну: гуауэ нэпсыр гуфІэгъуэ нэпскІэ зрихъуэкІынущ, узри, гугъуехьри, лІэныгъэри щымыІэжу хъунущ (Апок. 21:4). Ауэ а зэманыр къэсыху лъагъуныгъэ, Іущагъ икІи шыІэныгъэ зыхэлъ ди Адэм щапхъэ тетхынщ. Апхуэдэу тщІэмэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ димыхуами, гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынукъым (Екъуб 1:2—4). Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну гугъэ къызэрыдитам щхьэкІэ дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ! (Апост. 24:15).
141-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ
a Иеговэ лъагъуныгъэ, Іущагъ, шыІэныгъэ зыхэлъ Адэщ. А хьэл-щэнхэр Иеговэ зэрыхэлъым щыхьэт тохъуэ и ІэдакъэщІэкІхэр икІи лІахэм гъащІэ яритыжыну дыкъызэригъэгугъэр. Мы статьям щызэпкърытхынущ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ упщІэ диІэнкІэ хъунухэр. Абы нэмыщІ дегупсысынущ Иеговэ лъагъуныгъэ, Іущагъ, шыІэныгъэ зэрыхэлъыр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнуми.
b Псалом 139:1—4: «Уэ, Иеговэ, уэ сыбгъэунэхуащ, икІи сыбоцІыху. СыщытІыси сыкъыщытэджи уэ болъагъу, си гупсысэхэр жыжьэу къыбощІэ. Уэ укъыскІэлъоплъ сэ къыщыскІухьми сыщыгъуэлъыжми. Си гъуэгухэр псори уэ боцІыху. Си бзэгупэм псалъэр къэмыс щІыкІэ уэ, Иеговэ, ар бощІэ».
c СУРЭТЫР. Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщыт зэманыр къэсащ. Илъэсищэ бжыгъэ ипэ лІа цІыхур къэтэджыжащ. Армагеддоным пхырыкІа къуэшым и гуапэу абы къыгурегъаІуэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къыпхуихь фІыгъуэр къыплъысын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейми.
d СУРЭТЫР. Къуэшым зыгъэлажьэм къыгурегъаІуэ тхьэмахуэм къриубыдэу махуэ зыбжанэкІэ лэжьапІэ нэужьым къанэу зэрымылэжьэфынур. Къуэшым абы жреІэ а пщыхьэщхьэхэр Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэм зэрытригъэкІуадэр, ауэ хуей хъууэ щытмэ, нэгъуэщІ махуэхэм лэжьапІэ нэужьым къанэу иджыри лэжьэну зэрыхьэзырыр.