СТАТЬЯР 35
Иеговэ и зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми пщІэ хуэтщІыну хуэфащэщ
«Нэм, „Уэ сыпхуэныкъуэкъым“, жиІэу, Іэм жриІэфынукъым. Щхьэми, „Сэ сыфхуэныкъуэкъым“, жиІэу, лъакъуэхэм яжриІэфынукъым» (1 КОР. 12:21).
124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ дэтхэнэ и лэжьакІуэ пэжми сыт иритар?
ФІЫУЭ дыкъэзылъагъу ди Алыхь Иеговэ дэтхэнэ и лэжьакІуэ пэжми мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн иритащ. Зэхуэсым щыщхэм къалэн диІэхэр зэхуэмыдэми, дэтхэнэ зыри Иеговэ лъапІэу делъытэ икІи дэ зыр зым дыхуэныкъуэщ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэр къыдгурыІуэну апостол Паул и письмохэр къыддоІэпыкъу. АдэкІэ а письмохэм ит гупсысэхэм щыщ зэпкърытхынщ.
2. Ефес 4:16 зэритымкІэ, къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуэтщІыным икІи абыхэм дадэлэжьэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
2 Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм зэрыжиІэмкІэ, къуэш, шыпхъухэм яжетІэ хъунукъым: «Сэ сыфхуэныкъуэкъым» (1 Кор. 12:21). Зэхуэсым мамырыгъэ илъыну дыхуеймэ, къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ икІи абыхэм дадэлэжьэн хуейщ. (Къеджэ Ефес 4:16.) Апхуэдэу тщІэмэ, зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъынущ икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Къуэш, шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Мы статьям щапхъэ зыбжанэ щызэпкърытхынщ. Дэ дытепсэлъыхьынущ зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ зэрызэхуащІыр дапхуэдэу къагъэлъэгъуэнуми. Абы нэмыщІ дегупсысынщ щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дэ тщыщ дэтхэнэ зыми дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнуми. Абы иужь ди бзэр фІыуэ зымыщІэхэр фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнуми къэтщІэнущ.
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭ, ЗЫР ЗЫМ ПЩІЭ ЗЭХУЭФЩІ
4. Рим 12:10 ит сыт хуэдэ псалъэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр тетын хуей?
4 Зэхуэсым и нэхъыжь дэтхэнэри Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхихащ. Ауэ псоми я зэфІэкІымрэ я Іуэхур зыІутымрэ зэхуэдэкъым (1 Кор. 12:17, 18). Языныкъуэхэр зэхуэсым и нэхъыжь зэрыхъурэ куэд щІакъым, абы къыхэкІкІэ абыхэм зыгуэрым хамыщІыкІынкІэ хъунущ. НэгъуэщІхэми я ныбжьымрэ я узыншагъэмрэ елъытауэ адрейхэм ящІэм хуэдиз яхузэфІэмыкІынкІэ хъунщ. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыр зым жриІэ хъунукъым: «Сэ сыфхуэныкъуэкъым». Абы ипІэкІэ дэтхэнэ зыри Паул Рим 12:10 иритха псалъэхэм тетмэ нэхъыфІщ (къеджэ).
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ зэрызэхуащІыр зыр зым жиІэм зэредаІуэмкІэ къагъэлъагъуэ. (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)
5. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыр зым пщІэ хуащІу щІыщытын хуейр сыт икІи ар сытым къыхэщыну?
5 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ зэрызэхуащІыр зыр зым жаІэм зэредаІуэмкІэ къагъэлъагъуэ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ щызэпкърахым деж. Сыт щхьэкІэ? 1988-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1 къыдэкІа, английскэбзэкІэ тха «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым мыпхуэдэу итащ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагурыІуэн хуейщ Хьисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и гупсысэр къару лъапІэмкІэ зэриунэтІыфынур. Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іуэхугъуэ гугъу гуэрым хэкІыпІэ къыхуагъуэтын е мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къащтэн щхьэкІэ Библием ит принципхэр къагъуэтыфынущ (Апост. 15:6—15). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщу Алыхьым и къару лъапІэр зыритыр зыкъым, атІэ псоми ярет».
6. Зэкъуэту зэдэлэжьэну зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къадэІэпыкъунур икІи сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы зэхуэсым къыхуихьынур?
6 Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэшым зэхуэсым и нэхъыжь адрейхэм пщІэ яхуищІу щытмэ, упщІэ гуэр щызэпкърахым деж сыт щыгъуи япэу езым и еплъыкІэр жиІэнукъым. Абы адрейхэм нэхърэ нэхъыщхьэу зилъытэжу зыхиІэтыкІынукъым икІи езым жиІэр адрейхэм жаІэм нэхърэ нэхъ пэжу илъытэнукъым. Абы Іэдэбагъ хэлъу и еплъыкІэр жиІэнущ икІи зэхуэсым и нэхъыжь адрейхэм жаІэм едэІуэнущ. Ауэ псом нэхъапэращи, абы хьэзыру Библием ит принципхэр адрейхэм я гъусэу зэпкърихынущ икІи узыщыгугъ хъун унэІутым и унафэхэм тетынущ (Мт. 24:45—47). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм упщІэ гуэр щызэпкърахым деж, я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу щытмэ икІи зыр зым пщІэ зэхуащІмэ, абыхэм Алыхьым и къару лъапІэр ягъусэнущ икІи зэхуэсыр быдэ зыщІын унафэ къащтэнущ (Екъуб 3:17, 18).
ЩХЬЭГЪУСЭ ЗИМЫІЭХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ
7. Хьисэ щхьэгъусэ зимыІэхэм дапхуэдэут зэрыхущытыр?
7 Ди зэхуэсым щхьэгъусэ зиІэхэри щхьэгъусэ зимыІэхэри хэтщ. Щхьэгъусэ зимыІэхэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? Хьисэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар щІылъэм щыпсэуам къишауэ щытакъым. Абы унагъуэ имыухуэу, и акъылыр зытриухуари и зэманыр зытригъэкІуэдари Алыхьым кърита къалэныр зэригъэзэщІэныращ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэи яжриІакъым абыхэм щхьэгъусэ зрагъэгъуэтын хуейуэ е хуэмейуэ. Ауэ абы жиІащ языныкъуэ и лъэужь ирикІуэхэм щхьэгъусэ зрамыгъэгъуэтмэ нэхъ къащтэну (Мт. 19:11, 12). Хьисэ щхьэгъусэ зимыІэхэм пщІэ хуищІт. Хьисэ ахэр адрейхэм нэхърэ нэхъ Іейуэ е абыхэм зыгуэр яфІэкІуэду илъытэтэкъым.
8. 1 Коринф 7:7—9 зэритымкІэ, Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым егупсысыну хуигъэуша?
8 Паули Хьисэ хуэдэу Алыхьым и лэжьыгъэр щигъэзащІэм щхьэгъусэ зригъэгъуэтакъым. Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унагъуэ яухуэн хуэмейуэ зэи жиІакъым. Абы къыгурыІуэт дэтхэнэ зыми абы теухуауэ езым унафэ зэрищІыр. Ауэ Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щхьэгъусэ зрамыгъэгъуэту Иеговэ хуэлэжьэфыну щытмэ, абы егупсысыну хуигъэушт. (Къеджэ 1 Коринф 7:7—9.) ГурыІуэгъуэщ Паул щхьэгъусэ зимыІэхэр зыгуэркІэ нэхъ Іейуэ илъытэу зэрыщымытар. Псалъэм папщІэ, абы щхьэгъусэ зимыІэ щІалэщІэ Тимофей мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн игъэзэщІэну иритат (Флп. 2:19—22)b. Абы къыхэкІыу къуэшым зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щигъэзэщІэну иратынумэ, ар елъытауэ щытын хуейкъым къуэшым щхьэгъусэ иІэрэ имыІэрэ (1 Кор. 7:32—35, 38).
9. Щхьэгъусэ уиІэнми, уимыІэнми дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
9 Аращи, Хьиси Паули жаІакъым Алыхьым и лэжьакІуэхэм щхьэгъусэ зрагъэгъуэтын хуейуэ е хуэмейуэ. 2012-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэ гупсысэ итащ: «[Щхьэгъусэ уиІэнри, уимыІэнри] Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэу плъытэ хъунущ. [...] Иеговэ щхьэгъусэ узэримыІэм уриукІытэн хуейуэ ибжкъым икІи ар уигу къеуэн хуей Іуэхугъуэу илъытэкъым». Апхуэдэу щыщыткІэ щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэм дэ пщІэ хэлъу дахущытын хуейщ.
Щхьэгъусэ зимыІэхэм я гурыщІэхэм дегупсысмэ икІи пщІэ яхуэтщІмэ, сыт дэ дымыщІэнур? (10-нэ абзацым феплъ.)
10. Щхьэгъусэ зимыІэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
10 Щхьэгъусэ зимыІэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм щхьэгъусэ зэрамыІэр езыхэм къащта унафэу зэрыщытыр. Адрейхэм щхьэгъусэ зрагъэгъуэтыну хуейт, ауэ ягу дыхьэн цІыху иджыри хуэзакъым. Зи щхьэгъусэ дунейм ехыжахэри зэхуэсым хэтщ. Дапхуэдэу щымытами, апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм щхьэгъусэ щІамыІэм и щхьэусыгъуэмкІэ дащІэупщІэн хуей е щхьэгъусэ къахуэдгъуэтыну яжетІэн хуей? Пэжщ, удэІэпыкъуну зыгуэри къолъэІункІэ хъунущ. Ауэ къомылъэІуамэ-щэ? Апхуэдэ «Іуэхутхьэбзэ» яхуэпщІэну щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэм яжепІэу щытмэ, сыт хуэдэ гурыщІэ абыхэм яІэнур? (1 Фес. 4:11; 1 Тим. 5:13). Апхуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт жаІэр?
11, 12. Дапхуэдэу умыщІэххэу щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэр Іэнкун зэрыпщІынкІэ хъунур?
11 ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэт щхьэгъусэ зимыІэ районым и нэхъыжьым щхьэгъусэ зэримыІэм Іэмал куэд къызэрыхузэІуихыр къыгуроІуэ. Абы жеІэ къуэш, шыпхъухэм фІы къыхуащІэ я гугъэу иджыри къэс къыщІимышамкІэ къыщеупщІым деж, ар Іэнкун зэрыхъур. Вефилым щылажьэ щхьэгъусэ зимыІэ ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм щхьэгъусэ зимыІэ къуэшыр е шыпхъур яфІэгуэныхь хъун хуейуэ я къалэну къыпщохъу. Ауэ абы щхьэгъусэ зимыІэр иригъэгупсысынкІэ хъунущ щхьэгъусэ уимыІэныр тыгъэу щымыту, атІэ гугъуехь гуэру».
12 Вефилым щылажьэ щхьэгъусэ зимыІэ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Языныкъуэхэм я гугъэщ щхьэгъусэ зимыІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр псори щхьэгъусэ къызэрагъуэтыным фІэкІ емыгупсысу, икІи сыт хуэдэ гуп хэмыхьэми, зыгуэр зэрызрагъэцІыхуным сыт щыгъуи иужь иту. Зэгуэр сэ теократическэ ІуэхукІэ нэгъуэщІ къалэ сыкІуат. А къалэм сыщыкІуа махуэм зэІущІэ щыІэт. Зи унэ сыкъыщыувыІа шыпхъум къызжиІащ я зэхуэсым сэ си ныбжьу дэлъхуитІ хэту. Абы щІалэ къысхуигъуэтыну иужь имыту жиІэт, ауэ Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм дызэрыщІыхьэу, занщІэу а дэлъхуитІым сабгъэдишащ. Сэри а дэлъхуитІри дыкІуэцІрыхуным хуэдэу дызэрыукІытар жызмыІэми хъунущ».
13. Ди зы шыпхъум хэт и щапхъэ къыдэІэпыкъур?
13 Иджыри Вефилым щылажьэ ди зы шыпхъу къыддогуашэ: «Сэ соцІыху щхьэгъусэ зрамыгъэгъуэту куэд щІауэ пионеру лажьэ къуэш, шыпхъухэр. Ахэр цІыху зэтетщ, мурад ящІахэр къазэрехъулІэным иужь итщ, псэемыблэжу щытхэщ, хъыбарыфІ гъэІуныр фІыуэ ялъагъу икІи зэхуэсым щхьэкІэ куэд ящІэ. Абыхэм щхьэгъусэ уимыІэным еплъыкІэ тэмэм хуаІэщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ щхьэгъусэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъалъытэжкъым икІи езыхэм щхьэгъусэ зэрамыІэм щхьэкІэ зыгуэр яфІэкІуэдауэ къащыхъукъым». Аращи, пщІэ къызэрыпхуащІыр икІи лъапІэу узэралъытэр щызыхэпщІэ зэхуэсым ущыщыну гуапэщ. Апхуэдэ зэхуэсым ущыхэтым деж зыри уримыщІысу зыкъыпщыхъужкъым, зыри къофыгъуэкъым, зыуи укърамыдзэу е ухаІэтыкІыу щыткъым икІи фІыуэ къызэралъагъур дэтхэнэ зыми зыхещІэ.
14. Щхьэгъусэ зимыІэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
14 Щхьэгъусэ зимыІэхэм я гуапэ хъунущ абыхэм щхьэгъусэ зэрамыІэм демыплъу, я хьэл-щэныфІхэм щхьэкІэ ахэр лъапІэу тлъытэмэ. Абы щыгъуэ дэ абыхэм я дежкІэ мыпхуэдэ псалъэхэр жызыІэм хуэдэ дыхъунукъым: «Сэ сыфхуэныкъуэкъым» (1 Кор. 12:21). Абыхэм шэч къытрахьэнукъым зэхуэсым щыщхэм пщІэ къызэрыхуащІым икІи лъапІэу зэралъытэм.
ФИ БЗЭР ФІЫУЭ ЗЫМЫЩІЭХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ
15. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэм я гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьа?
15 Иужьрей илъэсхэм Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым мурад ящІащ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ нэгъуэщІыбзэ зрагъэщІэну. Абы щхьэкІэ абыхэм зэхъуэкІыныгъэ куэд я гъащІэм халъхьэн хуей хъуащ. А къуэш, шыпхъухэр хъыбарыфІыр зыгъэІун цІыху зыхуэныкъуэ нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ зэхуэсым кІуащ (Апост. 16:9). Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ езыхэм къащта унафэщ ар. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр зрагъащІэ бзэмкІэ хуиту псалъэу хъун щхьэкІэ илъэс куэд дэкІын хуейми, ахэр зэхуэсым сэбэпышхуэ хуохъу. Абыхэм я хьэл-щэн дахэхэмрэ хъыбарыфІыр фІыуэ зэрагъэІумрэ зэхуэсым щыщхэр егъэгушхуэ. Псэемыблэжу щыт апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр дэ лъапІэу долъытэ!
16. Къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь е зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу щащІынум деж зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт зэплъын хуейр?
16 Зэхуэсыр зэрекІуэкІ бзэр къуэшым фІыуэ зэримыщІэм щхьэкІэ, ар зэхуэсым и нэхъыжь е зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу мыхъуфыну зэхуэсым и нэхъыжьхэр егупсысын хуейкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшым пщІэ зыпылъ къалэн щратынум деж, зэплъын хуейр абы бзэр зэрищІэракъым, атІэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум хэлъын хуейуэ Библием хуигъэув хьэл-щэнхэращ (1 Тим. 3:1—10, 12, 13; Тит 1:5—9).
17. НэгъуэщІ къэралым Іэпхъуа унагъуэм сыт хуэдэ унафэхэр къищтэн хуей?
17 Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр я унагъуэхэр я гъусэу нэгъуэщІ къэрал Іэпхъуащ, лей къатехьэну шынагъэ зэрыщыІэм е лэжьыгъэ зэрамыгъуэтым щхьэкІэ. Апхуэдэ унагъуэхэм я сабийхэр школым кІуэуэ щытмэ, ахэр зэреджэнур а щІыпІэм цІыхухэр зэрыпсалъэ бзэрауэ къыщІэкІынщ. Адэ-анэхэми лэжьапІэ къагъуэтын щхьэкІэ бзэр зрагъэщІэн хуей мэхъу. Ахэр щыпсэу щІыпІэм и гъунэгъуу я бзэкІэ екІуэкІ зэхуэс е гуп цІыкІу щыІэмэ-щэ? Сыт хуэдэ зэхуэс ахэр здэкІуэн хуейр: я бзэмкІэ екІуэкІыра, хьэмэрэ здэкІуа щІыпІэм зэрыщыпсалъэ бзэмкІэ екІуэкІыра?
18. Галатие 6:5 итым тепщІыхьмэ, унагъуэм и нэхъыжьым ищІа унафэм пщІэ зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
18 Унагъуэм и нэхъыжьым унафэ ищІын хуейщ и унагъуэр сыт хуэдэ зэхуэсым кІуэнуми. Абы псори зэпишэчу и унагъуэм дежкІэ унафэ нэхъыфІыр къищтэн хуейщ. (Къеджэ Галатие 6:5.) А Іуэхум теухуауэ унагъуэм и нэхъыжь дэтхэнэ зыми езым унафэ ещІыж, абы къыхэкІкІэ абы ищІа унафэм дэ пщІэ хуэтщІын хуейщ икІи а унагъуэр ди зэхуэсым къызэрыкІуам дыщыгуфІыкІын хуейщ (Рим 15:7).
19. Унагъуэм и нэхъыжьыр Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэу сыт зэгупсысын хуейр?
19 Языныкъуэ унагъуэхэр здэкІуэ зэхуэсыр зэрекІуэкІ бзэр адэ-анэхэм я анэдэлъхубзэращ. Ауэ сабийхэм а бзэр фІыуэ къагурымыІуэжынкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ахэр школым зэрырагъаджэр я адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэракъым, атІэ а щІыпІэм цІыхухэр зэрыщыпсалъэ бзэращ. Абы къыхэкІкІэ унагъуэр щыпсэу щІыпІэм цІыхухэр къэралыр зэрыпсалъэ бзэмкІэ псалъэмэ, сабийхэм я дежкІэ гугъу хъунущ зэхуэсым щыжаІэр къагурыІуэну икІи Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну. Апхуэдэм деж унагъуэм и нэхъыжьыр фІыуэ егупсысу, Алыхьым Іущагъ къритыну елъэІун хуейщ, Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну и бынхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Адэ-анэр я быным дэІэпыкъун хуейщ я бзэр фІыуэ зрагъэщІэну е я быныр зэрыпсалъэ бзэмкІэ екІуэкІ зэхуэсым зэрыкІуэным егупсысын хуейщ. Унагъуэм и нэхъыжьым сыт хуэдэ унафэ къимыщтами, ахэр здэкІуэну зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм абы ищІа унафэм пщІэ хуащІын хуейщ.
НэгъуэщІыбзэ зэзыгъащІэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур? (20-нэ абзацым феплъ.)
20. НэгъуэщІыбзэ зэзыгъащІэ къуэш, шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
20 Зи гугъу тщІа щхьэусыгъуэхэм къыхэкІкІэ зэхуэс куэдым бзэр зрагъэщІэну къызэгугъуэкІ къуэш, шыпхъухэр хэтщ. Абыхэм я гупсысэхэр жаІэну къегугъуэкІынкІэ хъунущ. Ауэ ахэр ди бзэмкІэ фІыуэ зэрымыпсалъэм демыгупсысмэ, абыхэм Иеговэ нэгъэсауэ фІыуэ зэралъагъур икІи хуэлэжьэну зэрыхуейр тлъэгъунущ. А къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ хьэл-щэн дахэхэр зэрахэлъым щхьэкІэ дэ абыхэм пщІэ яхуэтщІынущ икІи лъапІэу тлъытэнущ. Абыхэм ди бзэр фІыуэ зэрамыщІэм щхьэкІэ «сэ сыфхуэныкъуэкъым» яжетІэнукъым.
ИЕГОВЭ ДЭ ЛЪАПІЭУ ДЕЛЪЫТЭ
21, 22. Сыт дэ Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІыр?
21 Иеговэ дэ фІыщІэшхуэ худощІ и зэхуэсым лэжьыгъэ лъапІэ щыдгъэзэщІэну дзыхь къызэрытхуищІам щхьэкІэ. Ди къуэшхэри, ди шыпхъухэри Иеговэ лъапІэу елъытэ, дэри ахэр лъапІэу долъытэ. Ар елъытакъым ди ныбжьым, бзэр зэрытщІэм е щхьэгъусэ диІэрэ димыІэрэ (Рим 12:4, 5; Кол. 3:10, 11).
22 Пкъым теухуауэ апостол Паул къихьа щапхъэр зыщыдгъэгъупщэнкъым икІи мы статьям дызытепсэлъыхьахэр къэдгъэсэбэпынщ. Абы и фІыгъэкІэ дэ къыдгурыІуэнущ къуэш, шыпхъухэр зэрыдгъэгушхуэну щІыкІэр. Абы нэмыщІ къыдгурыІуэнущ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнуми.
90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
a Иеговэ и лъэпкъым хэт цІыхухэр зэхуэдэкъым икІи псоми зэхуэсым къалэн зэрыз щагъэзащІэ. Къуэш, шыпхъухэм псоми пщІэ щІахуэтщІын хуейм и щхьэусыгъуэр къыдгурыІуэну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ.
b Тимофей зэи щхьэгъусэ зримыгъэгъуэтауэ тхужыІэнукъым.