ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Июль н. 20—25
  • Пэжыгъэм фытету адэкІи фыпсэу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пэжыгъэм фытету адэкІи фыпсэу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПЭЖЫГЪЭМ УТЕТУ УПСЭУНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
  • СЫТ ДЭ ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУФЫНУР?
  • ПЭЖЫГЪЭМ АДЭКІИ ФЫТЕТУ ФЫПСЭУНУ ЗЫР ЗЫМ ФЫДЭІЭПЫКЪУ
  • Хьисэ «и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщу нэхъыфІу илъагъуу» щытам и щапхъэр дэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Пэжыр къызэрывгъуэтам шэч къытевмыхьэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • «Уи пэжыгъэм сытету сыпсэунущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • АдэкІи пэжым и гъуэгум фытет
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Июль н. 20—25

30 СТАТЬЯР

Пэжыгъэм фытету адэкІи фыпсэу

«Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкІэ, абы нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ сиІэкъым» (3 ИН. 4).

54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. 3 Иуан 3, 4 зэритымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт гуфІэгъуэ къезытыр?

ФИ НЭГУ къыщІэвгъэхьэт апостол Иуан зэрыгуфІар, пэжыр къащІэну зыдэІэпыкъуа цІыхухэр Иеговэ пэжу адэкІи зэрыхуэлажьэр щызэхихам щыгъуэ. Иуан и быным хуэдэу илъытэ Алыхьым хуэпэж цІыхухэм гугъуехь куэд яІэт икІи абыхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ абы хузэфІэкІыу хъуар ищІэт. Дэри хуабжьу догуфІэ ди бынхэм е Библием едгъаджэхэм я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэу, абы хуэпэжу щыхуэлажьэм деж. (Къеджэ 3 Иуан 3, 4.)

2. Иуан и письмоищыр сыт щІитхар?

2 Патмос хытІыгум ссылкэ щыІауэ Иуан къаутІыпщыжа иужь, ар Ефес къалэм е абы и гъунэгъуу щыпсэуауэ къыщІэкІынущ. А зэманым, ди эрэм 98-нэ гъэм ирихьэлІэу, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ Иуан хуигъэушащ письмоищ итхыну. А письмохэмкІэ ар дэІэпыкъуну хуейт Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм Хьисэ хуаІэ фІэщхъуныгъэр хагъэхъуэну икІи пэжыгъэм тету адэкІи псэуну.

3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщытщІэну?

3 Апостолхэм щыщу Иуан и закъуэт псэууэ къэнар икІи ар иригузавэт дин егъэджакІуэ нэпцІхэр зэхуэсым зэран зэрыхуэхъум (1 Ин. 2:18, 19, 26)b. Алыхьым епцІыжа а егъэджакІуэ нэпцІхэм жаІэт Иеговэ яцІыхуу, ауэ пэжыр жыпІэмэ, абыхэм Алыхьым и хабзэхэр ягъэзащІэтэкъым. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Иеговэ и къару лъапІэмкІэ Иуан иригъэтха чэнджэщхэм икІи къыкІэлъыкІуэ упщІищым я жэуапхэр къэтщІэнщ: пэжыгъэм утету упсэуным сыт къикІыр? Сыт дэ зэран къытхуэхъуфынур? ИкІи пэжыгъэм дытету дыпсэуну дауэ зыр зым дызэрыдэІэпыкъуфынур?

Иуан и письмохэр щІитхар сыт?

Зэхуэсхэм дин егъэджакІуэ нэпцІхэр къызэрыхыхьам щхьэкІэ апостол Иуан зэрыгузавэр и письмохэм къыщыхигъэщащ. А егъэджакІуэ нэпцІхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр пэжыгъэм и гъуэгум трашыну хэтт. Апхуэдэу къызэрыхъунур апостол Паулрэ Петррэ ятхауэ щытащ (Апост. 20:29, 30; 2 Пет. 2:1—3). А дин егъэджакІуэ нэпцІхэр алыдж философием дихьэхауэ къыщІэкІынут. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм жаІэу къыщІэкІынут Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэ гуэрхэр телъыджэ ІуэхукІэ къаІэрыхьауэe. Ауэ абыхэм зыхурагъаджэмрэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытамрэ зэпэщІэувэт. А дин егъэджакІуэ нэпцІхэм цІыхухэр зыхуагъэушыр лъагъуныгъэратэкъым, атІэ щхьэхуещагъэт. Аращ Иуан абыхэм антихристкІэ щІеджар (1 Ин. 2:18). А псалъэр зэбдзэкІыу щытмэ, абы къикІыр «Хьисэ пэщІэувэ (е ипІэкІэ)» жиІэу аращ.

e 2006-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Антихрист разоблачен» жыхуиІэ статьям феплъ.

ПЭЖЫГЪЭМ УТЕТУ УПСЭУНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?

4. 1 Иуан 2:3—6, абы нэмыщІ 2 Иуан 4, 6 зэритымкІэ, пэжыгъэм дытету дыпсэун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

4 Пэжыгъэм дытету дыпсэун щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэ Библием ит пэжыр тщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ дэ Иеговэ и хабзэхэм дытету дыпсэун хуейщ. (Къеджэ 1 Иуан 2:3—6; 2 Иуан 4, 6.) АбыкІэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр Хьисэ къытхуигъэнащ. Аращи, Иеговэ дедэІуэну дыхуеймэ, зэрыхъукІэ нэхъыфІу Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ (Ин. 8:29; 1 Пет. 2:21).

5. Сыт дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейр?

5 Пэжыгъэм дытету адэкІи дыпсэун щхьэкІэ дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейщ Иеговэ пэжыгъэр къызыбгъэдэкІ Алыхьу зэрыщытымрэ Библием ит абы и псалъэ псори зэрыпэжымрэ. Абы нэмыщІ дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейщ Хьисэ къэкІуэн хуейуэ щыта Мэссихьу зэрыщытыр. Нобэ куэдым я фІэщ хъукъым Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу зэрыщытыр. Иуан и письмом щитхауэ щытащ «цІыхухэр къэзыгъапцІэхэр» куэд зэрыхъуар икІи Иеговэрэ Хьисэрэ теухуа пэжым къыщхьэщыжыну мыхьэзырхэр абыхэм къызэрагъэпцІэфынур (2 Ин. 7—11). Абы мыпхуэдэу итхащ: «Хэт атІэ пцІы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ» (1 Ин. 2:22). Дэ пцІым дыщызыхъумэфынур зыщ — ар Алыхьым и Псалъэр зэрыдджыращ. Абы щыгъуэщ дэ Иеговэрэ Хьисэрэ пэж дыдэу къыщытцІыхуфынур (Ин. 17:3). ИкІи абы щыгъуэщ пэжыр зэрытщІэр дэ быдэу ди фІэщ щыхъунур.

СЫТ ДЭ ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУФЫНУР?

6. Иеговэ и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

6 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыри хуэсакъын хуейщ мы дунейм щыпсэу цІыхухэм яІэ еплъыкІэм хуэдэ къамыщтэн щхьэкІэ (1 Ин. 2:26). Псом хуэмыдэу абы хуэсакъын хуейр ныбжьыщІэхэращ. Францием щыщ, илъэс 25-рэ хъу ди шыпхъу Але́ксьяc жеІэ: «Школым сыщыщІэсам эволюцэмрэ мы дунейм щыщ цІыху куэдым яІэ нэгъуэщІ еплъыкІэхэмрэ теухуауэ драгъаджэт. Иныкъуэхэм деж а еплъыкІэхэм дзыхь хуэпщІ хъуну къысщыхъути, сытыр пэжми зэхэзгъэкІыну си дежкІэ гугъу хъут. Ауэ сэ къызгурыІуэт Библием итыр лъэныкъуэ ебгъэзу, егъэджакІуэхэм жаІэ псор уи фІэщ пщІыныр зэрымытэмэмыр». Алексья куууэ иджащ «Жизнь — как она возникла? Путем эволюции или путем сотворения?» жыхуиІэ тхылъыр. ТхьэмахуитІ-щы дэкІри пэжыр Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым абы шэч къытримыхьэу хъуащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ быдэу си фІэщ хъуащ пэжыр Библием зэритыр икІи абы ит хабзэхэм сытету сыпсэумэ, гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ сызэриІэнур».

7. Сытым дыхуэсакъын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

7 Дэ зыми — щІалэгъуалэми, ныбжь зиІэхэми — Иеговэ дыхуэлажьэу фэ зытедгъауэу, ауэ абы ифІэмыфІ Іуэхухэр тщІэуэ дыщыт хъунукъым. Иуан къыхигъэщащ Алыхьым и хабзэхэм дебакъуэмэ, пэжыгъэм дытету дыпсэууэ жыпІэ зэрымыхъунур (1 Ин. 1:6). Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуеймэ, зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэ тщІэ псор абы зэрилъагъур. Пэжыр жыпІэмэ, гуэныхь щэху щыІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуэныхь зэрытщІар цІыхухэм къамыщІэми, Иеговэ псори елъагъу (Евр. 4:13).

8. Сыт хуэдэ гупсысэкІэм зыщытхъумэн хуей?

8 Дэ гуэныхьым дызэрыхущытыр мы дунейм щыпсэу цІыхухэм я еплъыкІэм ихъуэжыну хуит тщІы хъунукъым. Апостол Иуан итхащ: «Гуэныхь зыри димыІэу жытІэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцІэж» (1 Ин. 1:8). Иуан щыпсэуа зэманым щыгъуэ Алыхьым епцІыжахэм жаІэт цІыхум ищІэр къыгурыІуэу гуэныхь ищІэми, Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыфыну. Ноби цІыху куэдым апхуэдэ гупсысэкІэ яІэщ. Абыхэм Алыхьыр я фІэщ хъууэ жаІэ, ауэ Иеговэ гуэныхьым теухуауэ иІэ еплъыкІэм арэзы техъуэкъым, псом хуэмыдэу зинэ щІэным теухуауэ. ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр Иеговэ гуэныхьу къилъытэми, цІыхур езыр хуейуэ щытмэ, апхуэдэу псэу хъуну абыхэм къалъытэ.

Юная сестра в школе противостоит влиянию нравственных норм, распространенных в этом мире: 1) она идет по школьному коридору и видит на стене плакаты, пропагандирующие гомосексуализм; 2) дома она читает Библию и проводит личное изучение с помощью планшета; 3) в классе она отказывается от цветного браслета, который показал бы, что она выступает за гомосексуальные отношения; несколько одноклассников смотрят на нее с неодобрением.

ЩІалэгъуалэ, Иеговэ и хабзэхэм утетыныр зэрыпэжыр фэ езым зыгурывгъаІуэу, быдэу фи фІэщ фщІын хуейщ. Апхуэдэу фщІэмэ, фи фІэщхъуныгъэм теухуауэ зыгуэр къыщывжаІэм деж, фэ жэуап фхуэтыжынущ. (9-нэ абзацым феплъ.)f

9. Библием ит принципхэм зэрытетым Алыхьым и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьыр?

9 Алыхьым и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм я дежкІэ псом хуэмыдэу гугъущ къадеджэхэм е къадэлажьэхэм сексым теухуауэ яІэ еплъыкІэр зыхамылъхьэну. Ди къуэш Александр игу къегъэкІыж: «Школым сыщыщІэсам языныкъуэ хъыджэбзхэм саригъусэну сыхагъэзыхьт. Абыхэм жаІэт: „Уэ хъыджэбз ущимыІэкІэ, уигу ирихьыр щІалэхэрауэ къыщІэкІынщ“». Апхуэдэ гуэрым фэри фыпэщІэхуэмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: Библием ит принципхэм фытету щытмэ, фи щхьэм пщІэ хуэфщІыжу фыпсэунущ, фи узыншагъэр фхъумэнущ икІи Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъынущ. МыхъумыщІагъэ фщІэну фыщыхагъэзыхьым деж, абы зыдевмыгъэхьэхмэ, кІуэтэхукІэ пэжым фытетыну нэхъ тынш хъунущ. Зыщывмыгъэгъупщэ, сексым теухуауэ еплъыкІэ мыхъумыщІэхэр къызыбгъэдэкІыр ШейтІаныращ. Аращи, Библием ит принципхэм фыщытетым деж фэ ШейтІаным фытокІуэ (1 Ин. 2:14).

10. 1 Иуан 1:9 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур напэ къабзэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэну?

10 Сыт хуэдэ щытыкІэр гуэныхьу илъытэнуми Иеговэ хуитыныгъэ зэриІэм дэ арэзы дытохъуэ. ИкІи гуэныхь дымыщІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр идохьэлІэ. Ауэ гуэныхь тщІауэ щытмэ, Иеговэ лъэІукІэ зыхудогъазэри, ар худоІуэтэж. (Къеджэ 1 Иуан 1:9.) Гуэныхь хьэлъэ тщІамэ, къыддэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ къыдита зэхуэсым и нэхъыжьхэм захудогъазэ (Екъуб 5:14—16). Ауэ япэм щыгъуэ тщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэжын хуейкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм и Къуэр къурмэныпхъэу итащ. Гуэныхьым хущІегъуэжа цІыхум къыхуигъэгъуну Иеговэ щыжиІэм деж, ар и псалъэм тетыжщ. Аращи, напэ къабзэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэну зыри зэран къытхуэхъуфынукъым (1 Ин. 2:1, 2, 12; 3:19, 20).

11. Ди фІэщхъуныгъэр махэ зыщІыфыну еплъыкІэхэм дауэ зэрызыщытхъумэнур?

11 Алыхьым епцІыжахэм зыхурагъаджэхэм зыпыІуддзын хуейщ. Япэ лІэщІыгъуэм зэхуэсыр къызэрыунэху лъандэрэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм Тхыгъэ ЛъапІэм итым шэч къытрахьэу Иблисым ищІыну хэтщ. Абы къыхэкІкІэ дэ пцІымрэ пэжымрэ зэхэдгъэкІыфу зедгъэсэн хуейщd. Ди бийхэм интернетымрэ СМИ-мрэ къагъэсэбэпурэ пцІы ягъэІу, Иеговэ дзыхь хуэдмыщІыжу икІи къуэшхэр фІыуэ дымылъагъужу дащІын щхьэкІэ. А псор къызыбгъэдэкІыр хэтми зыщывмыгъэгъупщэ икІи абы зыкъевмыгъэгъапцІэ! (1 Ин. 4:1, 6; Апок. 12:9).

12. Пэж къэтщІахэм теухуауэ фІэщхъуныгъэ диІэр нэхъ быдэ тщІыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

12 ШейтІаным ди фІэщхъуныгъэр имыкъутэн щхьэкІэ Хьисэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу зедгъэсэн хуейщ икІи Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ абы сыт хуэдэ къалэн иритами фІыуэ къыдгурыІуэн хуейщ. Абы нэмыщІ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым дзыхь хуэтщІыным икІи Иеговэ и лъэпкъым унафэ иритын щхьэкІэ ар къызэригъэсэбэпыр быдэу ди фІэщ хъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Мт. 24:45—47). Алыхьым и Псалъэр махуэ къэс зэрыдджыр къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр быдэ тщІыну. Апхуэдэу тщІэмэ, зи лъабжьэр щІым куууэ хэт жыгым хуэдэу ди фІэщхъуныгъэр щытынущ. Колоссэ щыІэ зэхуэсым письмо щахуитхам щыгъуэ Паул апхуэдэ гупсысэ къыхигъэщащ. Абы итхащ: «Мэссихь Хьисэ Зиусхьэну фщтащи, ар фи псэм щыщурэ фыпсэу. Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщІыхь, фи гъащІэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщІам хуэдэу, абыкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ фиІэурэ, щІыхь хуэфщІ зэпымыууэ» (Кол. 2:6, 7). Алыхьым и лэжьакІуэм и фІэщхъуныгъэр быдэ хъун щхьэкІэ къару ирихьэлІэу щытмэ, ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ абы и фІэщхъуныгъэр якъутэфынукъым (2 Ин. 8, 9).

13. Сыт дэ дгъэщІэгъуэн хуэмейр икІи сыт щхьэкІэ?

13 Мы дунейм дыкъызэрилъагъу мыхъур дэ дгъэщІагъуэ хъунукъым (1 Ин. 3:13). Иуан итхащ: «Дуней псори шейтІаным и ІэмыщІэ зэрилъри дощІэ» (1 Ин. 5:19). Мы дунейм и кІэр нэхъ къэблэгъэху ШейтІаным и губжьыр нэхъ ин мэхъу (Апок. 12:12). Ар иныкъуэхэм деж гъэпщкІуауэ зэран къытхуэхъуну хэтщ, псалъэм папщІэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр дригъэІэну иужь иту икІи Алыхьым епцІыжахэм жаІэр ди фІэщ ищІыну хуейуэ. Ауэ иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэхэм щІэмыхъумауи ятоуэ. ШейтІаным ещІэ: хъыбарыфІ гъэІуныр къигъэувыІэну икІи ди фІэщхъуныгъэр икъутэну абы къыхуэна зэманыр мащІэ дыдэщ. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым языныкъуэ къэралхэм хъыбарыфІыр дгъэІуну зэран къызэрыщытхуэхъур е ди лэжьыгъэр зэрызэхуащІар. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу а къэралхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм теубыдагъэ яхэлъу Иеговэ адэкІи хуолажьэ. Абыхэм я щапхъэмкІэ къагъэлъагъуэ ШейтІаным сыт имыщІами, дэ абы дызэрытекІуэфынур!

ПЭЖЫГЪЭМ АДЭКІИ ФЫТЕТУ ФЫПСЭУНУ ЗЫР ЗЫМ ФЫДЭІЭПЫКЪУ

14. Пэжыгъэм адэкІи тету псэун щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм дауэ дазэрыдэІэпыкъу хъунур?

14 Пэжыгъэм адэкІи тету псэуну къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэ абыхэм гущІэгъу хэлъу дахущытын хуейщ (1 Ин. 3:10, 11, 16—18). Зыр зым фІыуэ зэрытлъагъур щыдгъэлъэгъуэн хуейр псори щытэмэмым и закъуэкъым, атІэ гугъуехь гуэрхэр къыщыхъум дежи лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, зэІущІэм щыщ гуэрым фІыуэ илъагъу цІыху лІэныгъэм ІэщІихамэ, абы и гур фІы хуэфщІыфыну пІэрэ е зыгуэркІэ фыдэІэпыкъуфыну пІэрэ? Ауэ къуэш, шыпхъухэм гузэвэгъуэшхуэм кърикІуа гугъуехьхэр яІэу къэпщІамэ-щэ? Абыхэм я унэхэмрэ дыщызэхуэс Унэхэмрэ ухуэжынымкІэ фэ дэІэпыкъуэгъу фыхъуфыну пІэрэ? Ахэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи гущІэгъу зэрахуэтщІыр псалъэ закъуэкъым, атІэ псом нэхъапэращи ди ІуэхухэмкІэ къыдогъэлъагъуэ.

15. 1 Иуан 4:7, 8 итым сытым дыкъыхуриджэрэ?

15 Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, уафэм щыІэ ди Адэм щапхъэ тыдох. (Къеджэ 1 Иуан 4:7, 8.) ФІыуэ дызэрызэрылъагъур къызэрыдгъэлъэгъуэн Іэмалхэм ящыщ зыщ зыр зым зэрыхуэдгъэгъур. Зыгуэрым ди жагъуэ къищІауэ щытмэ, абы хуэдгъэгъун хуейщ икІи щыуагъэ ищІар зыщыдгъэгъупщэн хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, а цІыхур фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэнущ (Кол. 3:13). Ди къуэш А́льдо и щапхъэм деплъынщ. Зэгуэр абы пщІэ зыхуищІ къуэш гуэрым и псалъэхэр хуабжьу и жагъуэ хъуат. А къуэшым Альдо и лъэпкъэгъухэм теухуауэ Іей гуэр жиІат. Альдо къыддогуашэ: «А къуэшым ІейкІэ семыгупсысыну къыздэІэпыкъуну Иеговэ зэпымыууэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэт». Ауэ абыкІэ Альдо къэувыІакъым. Абы мурад ищІащ хъыбарыфІыр зэгъусэу ягъэІуну а къуэшыр къригъэблэгъэну. Абы и фІыгъэкІэ Альдо Іэмал иІэ хъуащ и жагъуэ хъуар а къуэшым жриІэну. Абы игу къегъэкІыж: «А къуэшым и псалъэхэр си гум зэреуар къыщыгурыІуам къыхуэзгъэгъуну къызэлъэІуащ. Абы и макъым къыхэщт ар хуабжьу зэрыщІегъуэжар. Апхуэдэу ди зэныбжьэгъугъэр тхъумэжыфащ».

16, 17. Сыт хуэдэ мурад дэ тщІын хуейр?

16 Алыхьым и къару лъапІэмкІэ апостол Иуан итха письмохэм дыщеджэм деж дэ долъагъу абы къуэш, шыпхъухэр фІыщэу илъагъуу икІи абыхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну хуейуэ зэрыщытар. Иуан хуэдэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр зэрыдаІыгъыным дэ хуабжьу дегъэгуфІэ! (1 Ин. 2:27).

17 Мы статьям къыщытщІар зыщыдгъэгъупщэнкъым икІи Иеговэ жиІэм сыт щыгъуи дедаІуэу адэкІи пэжыгъэм дытету дыпсэунщ. Алыхьым и Псалъэр вджы икІи абы итым дзыхь хуэфщІ. Хьисэ хувиІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ фщІы. Мы дунейм щыщ цІыхухэм яІэ еплъыкІэхэмрэ Алыхьым епцІыжахэм зыхурагъаджэхэмрэ зэран зыхуэвмыгъэхъу. Зыщывмыгъэгъупщэ, икІи Иеговэ дыхуэлажьэу икІи абы ифІэмыфІ Іуэхухэр тщІэуэ дыщыт зэрымыхъунур. Абы къыхэкІкІэ гуэныхь фагъэщІэну фыщыхуагъэушым деж, зытевмыгъакІуэ. Иеговэ и хабзэхэм фытету фыпсэу. Фи жагъуэ къэзыщІахэм яхуэвгъэгъумэ, дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм щІэгъэкъуэн фахуэхъумэ, къуэш, шыпхъухэм гукъыдэж икІи фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну фадэІэпыкъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами адэкІэ пэжыгъэм дытету дыпсэуфынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Пэжыгъэм утету упсэуным сыт къикІыр?

  • Пэжыгъэм дытету дыпсэуну сыт дэ зэран къытхуэхъуфынур?

  • Пэжыгъэм адэкІи дытету дыпсэуну зыр зым дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъу хъунур?

49-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и гур гъэгуфІэ

a Дыщыпсэу дунейм и тепщэу щытыр пцІым и адэ ШейтІаныращ. Абы къыхэкІкІэ пэжыгъэм дытету дыпсэуну тыншкъым. Япэ лІэщІыгъуэм и кІэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэу щытащ. Абыхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ апостол Иуан письмоищ итхыну хуигъэушащ. А письмохэр дэри сэбэп къытхуэхъунущ, ахэр дэ къыддоІэпыкъу пэжыгъэм дытету дыпсэуну зэран къытхуэхъунухэмрэ абыхэм дызэрыпэлъэщынумрэ къыдгурыІуэну.

b «Иуан и письмохэр щІитхар сыт?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d 2018-нэ гъэм, шыщхьэІум къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «И пэжыпІэр фщІэуэ пІэрэ?» жыхуиІэ статьям феплъ.

f СУРЭТЫР. ЦІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр къезэгъыу къэзыгъэлъагъуэ плакатхэм ди шыпхъу ныбжьыщІэр школым дэнкІи щыІуощІэ (къэрал куэдым лэгъупыкъур апхуэдэ зэхущытыкІэм и дамыгъэу къалъытэ). ИужькІэ шыпхъум езым Библиер куууэ едж, Иеговэ жиІэм нэхъыфІыжу дзыхь хуищІын щхьэкІэ икІи щІэныгъэ иІэхэр зэрыпэжыр быдэу и фІэщ хъун щхьэкІэ. Ар абы къыдоІэпыкъу унафэ пэж къищтэну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын