29 СТАТЬЯР
«ЛъэкІыныгъэ симыІэ щыхъукІэ, лъэкІыныгъэ нэхъ согъуэт»
«Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ, лъэкІыныгъэ симыІэми, къысхущІэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиІэми, согуфІэ» (2 КОР. 12:10).
38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Апостол Паул имыбзыщІу сыт жиІэу щытар?
АПОСТОЛ Паул лъэкІыныгъэ имыІэу зыкъызэрыщыхъужыр имыбзыщІу жиІэу щытащ. Абы итхауэ щытащ и Іэпкълъэпкъыр жьы зэрыхъур, унафэ пэж къищтэн щхьэкІэ къарууэ иІэр ирихьэлІэн хуей зэрыхъур икІи езым зэригугъам хуэдэу сыт щыгъуи и тхьэлъэІухэм Иеговэ жэуап къызэрыримытыр (2 Кор. 4:16; 12:7—9; Рим 7:21—23). Паул иджыри жиІэт абы лъэкІыныгъэb имыІэу и бийхэм зэралъытэр. Ауэ абы псори зэрыхузэфІэмыкІым щхьэкІэ икІи нэгъуэщІхэр Іейуэ къызэрыхущытым щхьэкІэ ар зыри иримыщІысу апхуэдэ гупсысэхэр игу къигъэкІтэкъым (2 Кор. 10:10—12, 17, 18).
2. 2 Коринф 12:9, 10 зэритымкІэ, Паул мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ гупсысэ пэжым къыхуэкІуа?
2 Паул мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ пэжым къыхуэкІуащ: цІыхум лъэкІыныгъэ имыІэу зыкъыщыхъужу щытми, абы лъэкІыныгъэ иІэфынущ. (Къеджэ 2 Коринф 12:9, 10.) Иеговэ Паул жриІащ: «Уэ лъэкІыныгъэ уимыІэ щыхъукІэ, си лъэкІыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Абы къикІыр Паул зыхуэныкъуэ къарум хуэдиз Алыхьым абы иритынут. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Паул и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми. Ауэ япэщІыкІэ девгъэгупсыс ди бийхэм Іей къыщыджаІэм деж, ар ди гум едгъэжэлІэн щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэм.
ІЕЙ КЪЫЩЫДЖАІЭМ ДЕЖ
3. Іей къыщыджаІэм деж гуфІэгъуэ сыт дыщІиІэфынур?
3 Зыми игу ирихькъым псалъэ Іейхэр къыщыжраІэм деж. Ауэ ди бийхэм Іей къытхужаІэхэм щхьэкІэ егъэлеяуэ дыгузавэу щытмэ, гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ (Прит. 24:10, Гъэсэпэтхыдэхэр). НтІэ, псалъэ Іей къыщыджаІэм деж, дапхуэдэу дэ абы дызэрыхущытын хуейр? Дэри Паул хуэдэу ди жагъуэ къыщащІым деж, нэгъуэщІу жыпІэмэ Іей къыщыджаІэм деж гуфІэгъуэ диІэфынущ (2 Кор. 12:10). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Іей къызэрыджаІэр икІи дыкъызэрырахуэкІыр Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэщ (1 Пет. 4:14). Хьисэ жиІауэ щытащ, абы и лъэужь ирикІуэхэр къызэрырахуэкІынур (Ин. 15:18—20). ИкІи япэ лІэщІыгъуэм апхуэдэу щытащ. А зэманым алыдж культурэм щІэт цІыхухэм къалъытэт Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм акъыли щІэныгъэшхуи ябгъэдэмылъу. Иудейхэми апхуэдэ еплъыкІэ яІэт: псалъэм папщІэ, зэгуэр абыхэм Петррэ Иуанрэ «щІэныгъэ зимыІэ цІыху къызэрыгуэкІыу» щыту жаІат (Апост. 4:13). Куэдым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зыри ялъэмыкІыу къащхьэщыжыни ямыІэу къалъытэт. Ахэр политикэм зэрыхэмытым къыхэкІкІэ политикэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр щащІыфынутэкъым икІи зыгуэр къатеуэу щытми, захъумэжыфынутэкъым. Ахэр цІыхухэм зэрамыпэсу Іумпэм ящІт.
4. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр бийхэр къазэрыпэщІэувэм дапхуэдэут зэрыхущытыр?
4 Бийхэр апхуэдэу къазэрыхущытым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къигъэувыІауэ пІэрэ? Хьэуэ. Апхуэдэу, апостол Петррэ Иуанрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэу икІи абы теухуа хъыбарыр ягъэІуу зэрыщытым щхьэкІэ кърахуэкІт. Ауэ бийхэр къазэрыпэщІэувэр абыхэм щІыхьу къалъытэт (Апост. 4:18—21; 5:27—29, 40—42). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я фІэщ хъум щІытеукІытыхьын щхьэусыгъуэ яІэтэкъым. Къапщтэу щытмэ, Іэдэбагъ зыхэлъа а Алыхьым и лэжьакІуэхэм цІыхухэм нэхъыбэ хуащІащ, ахэр къезыхуэкІыу щытахэм нэхърэ. Псалъэм папщІэ, абыхэм ятха тхылъхэр Библием щыщ хъуащ икІи нобэр къыздэсым а тхылъхэр мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэм доІэпыкъу, абы нэмыщІ а тхыгъэхэм я фІыгъэкІэ цІыхухэм гугъэ яІэ мэхъу. Ахэр зытепсэлъыхьу щыта Пащтыхьыгъуэр нобэ щыІэ закъуэкъым — куэд дэмыкІыу ар цІыху псоми я тепщэу щытынущ (Мт. 24:14). Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къезыхуэкІыу, лъэкІыныгъэшхуэ зиІэу щыта Римым и империер лъэлъэжащ. Абы нэмыщІ а зэманым кърахуэкІыу щыта Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр иджыпсту Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр даІыгъыу уафэм щыІэщ. Абыхэм къапэщІэту щытахэр лІащ икІи ахэр Алыхьым къигъэтэджыжу щытми, ялъагъу мыхъуу щытахэм зи лъэныкъуэ яІыгъа Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэту псэунуращ (Апок. 5:10).
5. Иуан 15:19 зэритымкІэ, мы дунейм тет цІыхухэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр ялъагъу щІэмыхъур сыт?
5 Ноби языныкъуэхэм я гугъэщ Иеговэ и лэжьакІуэхэм акъыли щІэныгъэшхуи ябгъэдэмылъу, абыхэм нэмыплъ ират икІи ауан ящІ. Сыт апхуэдэу щІыщытыр? Дэ нобэ цІыхухэм яІэ щытыкІэм хуэдэ къатщтэкъым икІи Іэдэбагъ зэрызыхэдгъэлъыным ижь дитщ. Ауэ мы дунейм тетхэм цІыху пагэхэмрэ зи щхьэр лъагэу зыІэтхэмрэ пщІэ нэхъ хуащІ. Абы нэмыщІ дэ сыт хуэдэ къэрал дыщымыпсэуами, политикэм дыхэІэбэкъым армэми дыкІуэкъым. Дэ мы дунейм тет цІыхухэм дакъыщхьэщокІ, абы къыхэкІкІэ далъагъу хъукъым. (Къеджэ Иуан 15:19; Рим 12:2).
6. Сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр яІэну Иеговэ и лэжьакІуэхэм ядэІэпыкъуа?
6 Мы дунейм тет цІыхухэм дэ зыри тлъэмыкІыу къалъытэми, Иеговэ дэ дыкъигъэсэбэпурэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкІуэкІ. ЦІыхубэм и тхыдэм къриубыдэу зэи щымыІа хъыбарыфІ гъэІуным епха компание Иеговэ ирегъэкІуэкІ. Мы дунейм бзэ нэхъыбэ дыдэкІэ зэдзэкІа икІи псом нэхърэ нэхъыбэу традзэ журналхэр абы и лэжьакІуэхэм къыдагъэкІ. Иеговэ и Щыхьэтхэм Библиер къагъэсэбэпу мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэм ядоІэпыкъу абыхэм я гъащІэр нэхъыфІ ящІын щхьэкІэ. Мы дунейм тетхэм лъэкІыныгъэ зимыІэу къалъытэ цІыхухэм апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ щІрагъэкІуэкІыфыр Иеговэ и фІыгъэщ. Ауэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? ЛъэкІыныгъэ диІэн щхьэкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъуфыну пІэрэ? КъыддэІэпыкъуфыну щытмэ, сыт дэ тщІэн хуейр? АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ апостол Паул и щапхъэм хэтх хъуну дерсищым.
ФИ КЪАРУМ ФЫЩЫМЫГУГЪЫЖ
7. Апостол Паул и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
7 Япэрауэ, апостол Паул и щапхъэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж ди къарумрэ ди зэфІэкІымрэ дыщыгугъын зэрыхуэмейр. ЦІыху еплъыкІэкІэ Паул пагэ щІэхъун икІи и щхьэм щІыщыгугъыжын щхьэусыгъуэхэр иІэт. Ар Римым и провинцие Киликием и къалащхьэ Тарс къыщыхъуащ. Тарс щІэныгъэ щызрагъэгъуэт къалэу щытт. Паул щІэныгъэфІ зригъэгъуэтащ: иудей егъэджакІуэ нэхъыфІ дыдэ Гамалиил и деж ар щеджащ (Апост. 5:34; 22:3). Зы зэман гуэр Паул иудейхэм пщІэшхуэ къыхуащІу щытащ. Абы жиІащ: «Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым япэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкІэ» (Гал. 1:13, 14; Апост. 26:4). Ауэ Паул и щхьэм щыгугъыжу щытакъым.
Мы дунейм и еплъыкІэмкІэ цІыхум лъэкІыныгъэ къезыту щыта псор Паул пхъэнкІийуэ илъытащ. Абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэныращ псом нэхърэ нэхъ лъапІэу илъытэу щытар. (8-нэ абзацым феплъ.)c
8. Филиппи 3:8, абы нэмыщІ 9 и япэ Іыхьэм зэритымкІэ, Паул къигъэнахэм дапхуэдэут зэрыхущытыр, икІи абы лъэкІыныгъэ зэримыІэм гуфІэгъуэ щІыхихыр сытыт?
8 Мы дунейм и еплъыкІэмкІэ Паул лъэкІыныгъэ къезыту щыта псор игу къемыуэу къигъэнащ. Абы а псор пхъэнкІийуэ илъытащ. (Къеджэ Филиппи 3:8, 9 и япэ Іыхьэр.) Паул Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ уасэшхуэ щІитащ. Ар и лъэпкъэгъухэм ялъагъу хъутэкъым (Апост. 23:12—14). И къэралым ис рим цІыхухэми абы удын тралъхьэт икІи лъэхъуэщым ирадзэт (Апост. 16:19—24, 37). Абы нэмыщІ Паул гуэныхь зэрыхэлъыр икІи ар зэран къызэрыхуэхъур хуабжьу игу къеуэт (Рим 7:21—25). Ауэ Паул и бийхэр къызэрыпэщІэту щытари езым щыуагъэ ищІахэри зэран зыхуигъэхъуакъым Хьисэ и лъэужь адэкІи итыну. Абы жиІащ: «ЛъэкІыныгъэ симыІэми... согуфІэ». Сытыт апхуэдэу щІыщытыр? Абы лъэкІыныгъэ щимыІэм деж Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъур илъагъут (2 Кор. 4:7; 12:10).
9. Дэ лъэкІыныгъэ димыІэу къыщІытщыхъу щхьэусыгъуэхэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
9 Дэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну икІи къару къыдитыну дыхуейуэ щытмэ, дегупсысын хуейкъым абы и деж лъапІэу дыщІыщытым щхьэусыгъуэ хуэхъур лъэкІыныгъэ диІэхэрауэ. Псалъэм папщІэ, къару дызэриІэр, щІэныгъэ зэрыдбгъэдэлъыр, лъэпкъ дыкъызыхэкІам и хабзэхэр е мылъку зэрыдбгъэдэлъыр. Алыхьым и лъэпкъым «акъылыфІагъэ зиІэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиІэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри» куэду яхэткъым. Уеблэмэ, «мы дунейм къару щызимыІэхэр Тхьэм къыхихащ» (1 Кор. 1:26, 27). Абы къыхэкІкІэ зыгуэр флъэмыкІыу щытмэ, фемыгупсыс Алыхьым фыхуэлэжьэну ар зэран къыфхуэхъуну. АтІэ ар Иеговэ лъэкІыныгъэ фиІэу фызэрищІын Іэмалу къэфлъытэ. Псалъэм папщІэ, фІэщхъуныгъэ фиІэм щхьэкІэ къывэдауэ цІыхухэм фащышынэу щытмэ, Иеговэ фелъэІу фи фІэщхъуныгъэм теухуауэ жэуап фтыжыфын щхьэкІэ лІыгъэ къыфхилъхьэну (Еф. 6:19, 20). Абы нэмыщІ фэ уз хэтІэса фиІэмэ, фи Іуэхур зыІутым елъытауэ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру фыхэтын щхьэкІэ Иеговэ къару къывитыну фелъэІу. Апхуэдэу, Иеговэ къызэрывдэІэпыкъур щыфлъагъум деж фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи нэхъ лъэкІыныгъэ фиІэ мэхъу.
БИБЛИЕМ ИТ ЩАПХЪЭХЭМКІЭ ЗЫВГЪАСЭ
10. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэмкІэ, псалъэм папщІэ Еврейхэм 11:32—34 зи гугъу ищІхэм я щапхъэхэмкІэ зыдгъэсэн щІыхуейр сыт?
10 Паул Тхыгъэ ЛъапІэр куууэ иджт. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм теухуауэ Алыхьым и Псалъэм ит хъыбархэм ар куэдым хуагъэсащ. Паул журтхэм письмо щахуитхам ахэр хуигъэушащ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэм егупсысыну. (Къеджэ Еврейхэм 11:32—34.) Абыхэм я щыщ зыщ пащтыхь Даут. Абы къыпэщІэувэу щытар и бийхэм я закъуэтэкъым, атІэ и ныбжьэгъуу щытахэри къыпэщІэувауэ щытащ. Даут и щапхъэр зэпкърытхынщи, абы и гъащІэм Паул зэрегупсысу щытар дапхуэдэу къыдэІэпыкъуами деплъынщ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ Паул сыткІэ щапхъэ тетх хъунуми.
Даут ДжэлутІ пэувыну шынакъым зэрыщІалэм икІи лъэкІыныгъэ имыІэу къызэрыпщыхъум емылъытауэ. Ар Иеговэ щыгугът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэт бийм текІуэн щхьэкІэ Алыхьым къару къызэрыритынур. ИкІи Иеговэ абы къыдэІэпыкъуащ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Даут лъэкІыныгъэ имыІэу сытыт къыщІыпщыхъункІэ хъунур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
11 КъарууфІэ зауэлІ ДжэлутІ и гугъэт Даут зыри лъэмыкІыну. ДжэлутІ Даут къыщилъэгъуам щыгъуэ ар абы ауан ищІащ. ИкІи ар гъэщІэгъуэнтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ДжэлутІ абы нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъагэт, ІэщэкІэ зэщІэузэдат икІи зауэм хуэхьэзырт. Абы елъытауэ Даут зауэм хуэмыхьэзыр ныбжьыщІэ цІыкІуу къыпщыхъункІэ хъунут икІи Іэщэ лъэпкъ имыІэу жыпІэ хъунут. Ауэ Даут къызэрыпщыхъункІэ хъуным нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ иІэт: ар Иеговэ щыгугъти, текІуэныгъэ абы къригъэхьащ (1 Сам. 17:41—45, 50).
12. Даут иджыри сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэтын хуей хъуа?
12 Даут иджыри нэгъуэщІ гугъуехьым пэщІэтын хуей хъуащ. А гугъуехьыр зэриІэм къыхэкІкІэ абы зыри лъэмыкІыу икІи къыщхьэщыжыни имыІэу егупсысыфынут. Израилым и пащтыхьу Иеговэ Щаул тригъэувати, Даут абы хуэпэжу хуэлажьэт. ЯпэщІыкІэ Щаул Даут пщІэ хуищІт, ауэ иужькІэ пагагъэм къыхэкІыу абы ефыгъуэу щІидзащ. Щаул Даут Іейуэ хущыту щІидзащ, уеблэмэ, иукІынуи хэтащ (1 Сам. 18:6—9, 29; 19:9—11).
13. Пащтыхь Щаул захуагъэ хэмылъу къызэрыхущытым Даут дапхуэдэут зэрыхущытыр?
13 Щаул захуагъэ хэмылъу Даут хущытт. Ауэ, абы емылъытауэ, Даут абы пщІэ хуищІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Щаул пащтыхьу тезыгъэувар Иеговэт (1 Сам. 24:6). Щаул лей зрихьэхэм щхьэкІэ Даут Иеговэ игъэкъуаншэтэкъым. Абы и пІэкІэ Даут Иеговэ щыгугът: абы и фІэщ хъут а гъэунэхуапІэ хьэлъэм зэрыпэлъэщын къару Алыхьым къызэрыритынур (Пс. 18, псалъащхьэм тетыр; 18:1).
14. Апостол Паул зэрыхуа Іуэхугъуэр Даут зыпэщІэхуа гугъуехьхэм сыткІэ ещхь?
14 Апостол Паули Даут зыпэщІэхуа Іуэхугъуэм хуэдэ пэщІэхуащ. Паул и бийхэм езым нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ яІэт. А зэманым дин пашэу щытахэмрэ къэрал унафэщІхэмрэ Паул ялъагъу хъутэкъым. Куэдрэ абыхэм я унафэкІэ ар яубэрэжьащ икІи лъэхъуэщым ирадзащ. Даут ещхьу, Паул ныбжьэгъум хуэдэу къыдэІэпыкъун хуея цІыхухэр егъэлеяуэ Іейуэ къыхущыту щытащ. Апхуэдэу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ языныкъуэхэри абы пэщІэувэт (2 Кор. 12:11; Флп. 3:18). Ауэ къыпэщІэту щытахэм псоми Паул ятекІуащ. Дауэ ар абы зэрыхузэфІэкІар? Гугъуехь иІэхэм щхьэкІэ къимыгъанэу абы адэкІи хъыбарыфІыр игъэІут. Къуэш, шыпхъухэм Паул и жагъуэ ящІу зэрыщытам емылъытауэ, ар абыхэм хуэпэжу къанэт. Ауэ псом нэхъапэращи, Паул икІэм нэс Алыхьым хуэпэжу къэнащ (2 Тим. 4:8). Ар и къарум щымыгугъыу, Иеговэ щыгугъыу зэрыщытам и фІыгъэкІэ гугъуехь куэдым пэлъэщыфащ.
Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я упщІэхэм жэуап щефткІэ гуапэу икІи пщІэ хэлъу фахущыт. (15-нэ абзацым феплъ.)d
15. Сыт хуэдэ текІуэныгъэ дэ дызыхущІэкъун хуейр икІи дапхуэдэу а текІуэныгъэр къызэрытхьынур?
15 Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм, псалъэм папщІэ къыбдеджэхэм, къыбдэлажьэхэм, уи Іыхьлыхэм Іей къыбжаІэу е гугъу урагъэхьу щыт? Е зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІауэ пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Даутрэ Паулрэ я щапхъэр фигу ивгъэлъ. Фэ сыт щыгъуи Іейм фІыкІэ фытекІуэфынущ (Рим 12:21). ЦІыхухэр къыщыфпэщІэувэм деж, фапэщІэувэжын хуейуэ аракъым, Даут ДжэлутІ зэрыпэщІэувам хуэдэу, атІэ Іейм фытекІуэн хуейуэ аращ. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, Иеговэрэ Библиемрэ теухуауэ къащІэн щхьэкІэ абыхэм фадэІэпыкъу хъунущ. Фэ ар фхузэфІэкІынущ Библиер къэвгъэсэбэпурэ цІыхухэм я упщІэхэм жэуап ефту щытмэ, Іейуэ къыфхущтхэм гуапэу икІи пщІэ хэлъу фахущытмэ, псоми фІы яхуэфщІэмэ, фи бийхэри абыхэм яхэту (Мт. 5:44; 1 Пет. 3:15—17).
НЭГЪУЭЩІХЭР ЗЫДЭВГЪЭІЭПЫКЪУ
16, 17. Паул сыт хуэдэ ущие зэи зыщимыгъэгъупщар?
16 Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ апостол Паул ерыщу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гугъуехь иригъэшэчу щытащ (1 Тим. 1:13; Апост. 7:58). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Паул къримыхуэкІын щхьэкІэ, ар езы Хьисэ къигъэувыІащ. Абы щыгъуэ Паул зэреджэу щытар Щаулщ. Хьисэ уафэм къепсэлъыхри абы зыхуигъэзауэ щытащ икІи и нэм зыри имылъагъужу ищІащ. Паул и нэм илъагъуу хъужын щхьэкІэ кърихуэкІыу щыта цІыхухэм я деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэн хуей хъуащ. Абы Іэдэбагъ хэлъу Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Ананий зыдигъэІэпыкъури и нэр къэплъэжащ (Апост. 9:3—9, 17, 18).
17 ИужькІэ Паул мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым щигъэзэщІащ, ауэ абы зэи щыгъупщакъым Дамаск кІуэуэ гъуэгу щытетым Хьисэ ущие къритар. Паул Іэдэбагъ хэлът икІи хьэзыру къуэш, шыпхъухэр зыдигъэІэпкъут. Езым мыпхуэдэу жиІащ: «Абыхэм ину сагъэгушхуащ» (Кол. 4:10, 11).
18. Сыт дэ иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэр зыдэдгъэІэпыкъуну дыщІыхуэмеир?
18 Паул и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну? Библиер дджыуэ щыщІэддзам щыгъуэ дыгуфІэу нэгъуэщІхэр зыдэдгъэІэпкъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къыдгурыІуэт Алыхьым и «ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм» дызэрыхуэдэр икІи дэ иджыри куэд къэтщІэн зэрыхуейр (1 Кор. 3:1, 2). Иджыпсту-щэ? Илъэс куэд щІауэ Иеговэ дыхуэлажьэмэ икІи куэд къэтщІауэ щытмэ, нэгъуэщІхэр зыдэдгъэІэпыкъуну дыхуэмеищэу щытынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу ди ужь псым зыщІэзыгъэуахэр. Ауэ Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ къуэш, шыпхъухэр къегъэсэбэп (Рим 1:11, 12). Аращи, Иеговэ къару къыдитыну дыхуейуэ щытмэ, къуэш, шыпхъухэр зыдэдгъэІэпыкъун хуейщ.
19. Сытыт Паул ехъулІэныгъэ щІиІэр?
19 Паул Хьисэ и лъэужь иува иужь Іуэху гъэщІэгъуэн куэд илэжьащ. Сыт ахэр щІыхузэфІэкІар? Абы къыгурыІуат цІыхум ехъулІэныгъэ иІэнрэ имыІэнрэ къару иІэм, щІэныгъэ бгъэдэлъым, къызыхэкІам е мылъку бгъэдэлъым елъытауэ зэрыщымытыр. ЕхъулІэныгъэ зиІэр Иеговэ щыгугъыу, Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэращ. Паул щапхъэ тетхынщ икІи зыщыдгъэгъупщэнкъым мыхьэнэшхуэ зэриІэр: 1) Иеговэ дзыхь хуэтщІыну, 2) Библием ит щапхъэхэмкІэ зыдгъэсэну икІи 3) къуэш, шыпхъухэр зыдэдгъэІэпыкъуну. Апхуэдэу тщІэмэ, лъэкІыныгъэ дыщимыІэм дежи Иеговэ лъэкІыныгъэ къыдитынущ!
71-НЭ УЭРЭДЫР Дэ Иеговэ дризауэлІщ!
a Мы статьям дэ апостол Паул и щапхъэр щызэпкърытхынущ. Дэ къэтщІэнущ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъу щытмэ, ауан дыщащІым деж икІи лъэкІыныгъэ димыІэу щызыхэтщІэм деж дызыхуэныкъуэ къарур Иеговэ къызэрыдитынур.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Дэ лъэкІыныгъэ димыІэу къыщІытщыхъум щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ: къулейсызыгъэм къыхэкІыу, гуэныхь зэрытхэлъым, узыншагъэ дызэримыІэм, щІэныгъэшхуэ зэрыдбгъэдэмылъым е бийхэм дыкъызэрырахуэкІым икІи ди пщІэр зэрыраудыхым щхьэкІэ.
c СУРЭТЫР. Паул Хьисэ теухуауэ хъыбар игъэІуу щыщІидзам абы къыздищтакъым фарисейуэ щыщытам къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр — светскэ свитокхэмрэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит едзыгъуэхэр зытет тхылъымпІэхэр зэрылъ коробкэ цІыкІухэмрэ.
d СУРЭТЫР. Ди къуэшыр лэжьапІэм щыІэщ икІи къыдэлажьэхэм ящыщ зыр къыщалъхуа махуэр псоми ягъэлъапІэ. Абыхэм ди къуэшыр трагъэчыныхьу ирагъэблагъэ.