ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Апрель н. 20—25
  • «Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СЫТ ХЬИСЭ НЫБЖЬЭГЪУ ДЫЩІЫХУЭХЪУН ХУЕЙР?
  • ДАУЭ ХЬИСЭ И НЫБЖЬЭГЪУ ДЫЗЭРЫХЪУНУР?
  • ИГЪАЩІЭ ПСОКІЭ ХЬИСЭ И НЫБЖЬЭГЪУУ ДЫЩЫТЫНУЩ
  • Хьисэ Мэссихь сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъ?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Уэ Иеговэ и ныбжьэгъуу ущытыфынущ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Хьисэ щапхъэ тефх икІи гупсэхугъуэ зивгъэІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Апрель н. 20—25

17 СТАТЬЯР

«Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ»

«Сэ фэ си ныбжьэгъукІэ сынывэджащ, си Адэм жиІэу зэхэсха псори вжесІэжащи» (ИН. 15:15).

13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Зыгуэрым и ныбжьэгъу дыхъуну дыхуеймэ, сыт тщІэн хуейр?

ЦІЫХУИТІЫМ зэгъусэу зэман щагъакІуэм деж, ахэр зэныбжьэгъу мэхъу. Ахэр зэпсалъэурэ, я гурыщІэхэмкІэ зэдэгуашэурэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ящІ. Ауэ Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и гугъу пщІымэ, абы и ныбжьэгъу дыхъуну зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэхэр щыІэщ. Сыт хуэдэхэр?

2. Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну сыт япэу зэран къытхуэхъур?

2 Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну япэу зэран къытхуэхъур — дэ зэи Хьисэ дызэрыхуэмызаращ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдми апхуэдэ гугъуехь яІащ. Абы емылъытауэ апостол Петр абыхэм яхуитхащ: «Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фІыуэ фолъагъу. ИджыкІэ фымылъагъу пэтми, абыкІэ фІэщхъуныгъэ фиІэщ» (1 Пет. 1:8). Аращи, Хьисэ дыхуэмызами, дэ абы ныбжьэгъу дыхуэхъуфынущ.

3. Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну сыт етІуанэу зэран къытхуэхъур?

3 Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну етІуанэу зэран къытхуэхъур — дэ Хьисэ дызэремыпсэлъэфыращ. Дэ Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж дызэпсалъэр езы Иеговэщ. Алыхьым дыщелъэІукІэ Хьисэ и цІэкІэ зыхуэдгъазэми, дэ езы Хьисэ депсалъэкъым. ИкІи езы Хьиси хуейкъым дэ абы лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, тхьэлъэІур Иеговэ дызэрыхуэлажьэ Іэмалхэм щыщ зыщ икІи дэ дызыхуэлэжьэн хуейр Иеговэ закъуэщ (Мт. 4:10). Абы емылъытауэ дэ Хьисэ фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэфынущ.

4. Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну сыт ещанэу зэран къытхуэхъур? Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну ещанэу зэран къытхуэхъур — Хьисэ уафэм зэрыщыпсэуращ. Абы къыхэкІкІэ дэ абы и гъусэу зэман дгъэкІуэну Іэмал диІэкъым. Дапхуэдэу щымытми, Хьисэ теухуауэ дэ куэд къытхуэщІэнущ. Аращи, Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну икІи а ныбжьэгъугъэр тхъумэжыну къыддэІэпыкъуну лъэбакъуиплІ зэпкърытхынщ. Ауэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ абы ныбжьэгъу дыхуэхъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми.

СЫТ ХЬИСЭ НЫБЖЬЭГЪУ ДЫЩІЫХУЭХЪУН ХУЕЙР?

5. Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъуным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? («Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуху, Иеговэ и ныбжьэгъу дохъу» жыхуиІэ рамкэмрэ «Хьисэ игъэзащІэ къалэным еплъыкІэ тэмэм хувиІэ» жыхуиІэ рамкэмрэ феплъ.)

5 Дэ Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун хуейщ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Абы щхьэусыгъуитІ иІэщ. Япэрауэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ: «Фэ сэ фІыуэ сызэрыфлъэгъуам... щхьэкІэ, езы Адэ лъапІэми фІыуэ фыкъелъагъу» (Ин. 16:27). Абы нэмыщІ жиІащ: «Си гъуэгу иримыкІуэмэ, Адэ лъапІэм деж зы цІыхуи кІуэн лъэкІынукъым» (Ин. 14:6). Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэмылъу Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуну иужь дихьэмэ, ар ебгъэщхь хъунущ бжэр Іуумыхыу унэм ущІыхьэну иужь уитыным. Хьисэ апхуэдэ щапхъэ къихьащ: мэлхэр зэрыт «чэтым и бжэр сэращ» жиІащ абы (Ин. 10:7). ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и Адэм хэлъ хьэл-щэнхэм нэгъэсауэ щапхъэ трихт. Абы и лъэужь ирикІуэхэм жриІауэ щытащ: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Ин. 14:9). Аращи, Иеговэ къэтцІыхун щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ Хьисэ Мэссихь щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ ирихьэкІа гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэным. Хьисэ нэхъыфІу къэтцІыхуху абы худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин мэхъу. ИкІи Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуху, абы и Адэм лъагъуныгъэ худиІэр хохъуэ.

Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуху, Иеговэ и ныбжьэгъу дохъу

Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ дэ езыр Иеговэ и ныбжьэгъу зэи дыхъуфынутэкъым. Дэ Алыхьым и ныбжьэгъуу дыкъалъхукъым, атІэ абы и бийуэ дунейм дыкъытохьэ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ныбжьэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ, абы декІужын хуейщ (Рим 5:6—12). Алыхьым езым декІужыну Іэмал къыдитащ и Къуэ закъуэм и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ. ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ диІэмэ икІи унафэ къытхуигъэнахэм дытетмэ, абы и ныбжьэгъу дохъу (Ин. 3:16, 36; 15:14). Ауэ псом нэхъапэр: ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ диІэмэ, дэ Алыхьым декІужыфынущ. Аращи, Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуху, Иеговэ и ныбжьэгъу дохъу.

Хьисэ игъэзащІэ къалэным еплъыкІэ тэмэм хувиІэ

Чристэн диныр зыІыгъ цІыхухэм хуэдэу Библием и КъэхутакІуэхэм щыуагъэ ящІащ: Хьисэ хуаІэ лъагъуныгъэр Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм ипэ ирагъэщащ. Ауэ 1919-нэ гъэм къыщыщІэдзауэ абыхэм къагурыІуэу щІадзащ: Алыхьым щыхуэлажьэкІэ ипэ ирагъэщын хуейр Иеговэрэ абы хуаІэ зэхущытыкІэмрэщ. Иджы дэ ІупщІу къыдгуроІуэ: Хьисэ лъагъуныгъэ худиІэр — Иеговэ и ныбжьэгъугъэм ухуэзышэ гъуэгущ. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэкъым Хьисэ худиІэ лъагъуныгъэр абы и Адэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ину щытын зэрыхуэмейр (Ин. 16:27).

6. Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иджыри щыІэр? КъыдгурывгъаІуэ.

6 Дэ Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун хуейщ ди тхьэлъэІум и жэуапыр къытІэрыхьэн щхьэкІэ. Абы къикІыр ди тхьэлъэІум икІэм ауэ сытми «Хьиссэ Мэссихь и цІэкІэ» жытІэныракъым, атІэ дэ къыдгурыІуэн хуейщ Иеговэ и Къуэм сыт хуэдэ къалэн игъэзэщІэну иритами. Хьисэ апостолхэм жриІащ: «Адэ лъапІэм си цІэкІэ сыткІэ фелъэІуми, ар сэ фхуэсщІэнущ» (Ин. 14:13). Ди лъэІухэм едаІуэр икІи жэуап къезытыр езы Иеговэу щытми, абы Хьисэ хуитыныгъэ иритащ — Иеговэ унафэ ищІахэр абы игъэзэщІэну (Мт. 28:18). Абы нэмыщІ ди лъэІухэм жэуап къритын ипэ, Алыхьыр йоплъ дэ Хьисэ къытхуигъэна хабзэхэм дытетрэ дытемытрэ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ жиІат: «ЦІыхухэм мыхъумыщІагъэу ящІар щахуэвгъэгъукІэ, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм фэри мыхъумыщІагъэу фщІар къыфхуигъэгъунущ... Ауэ цІыхухэм мыхъумыщІагъэу ящІар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапІэми фэ мыхъумыщІагъэу фщІар къыфхуигъэгъунукъым» (Мт. 6:14, 15). Абы къыхэкІкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ цІыхухэм гуапэу дахущытыным — Иеговэрэ Хьисэрэ дэ къызэрытхущытым хуэдэу.

7. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къытхузэІуих фІыгъуэхэр хэт къызыІэрыхьэфынур?

7 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къытхузэІуих фІыгъуэхэр къызыІэрыхьэнур Хьисэ и ныбжьэгъуу щытхэращ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Хьисэ жиІауэ щытащ «езым и ныбжьэгъухэм папщІэ» и гъащІэр иту (Ин. 15:13). Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Алыхьым хуэпэжу псэуа цІыхухэм Хьисэ теухуауэ къащІэу ар фІыуэ ялъагъун хуеинущ. Иеговэ къигъэтэджыжынущ Ибрэхьим, Сарэ, Мусэ икІи Рахав сымэ, ауэ ахэри Хьисэ и ныбжьэгъу хъун хуеинущ гъащІэ мыухыж яІэу псэун щхьэкІэ (Ин. 17:3; Апост. 24:15; Евр. 11:8—12, 24—26, 31).

8, 9. Иуан 15:4, 5 зэритымкІэ, Хьисэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытым и фІыгъэкІэ сыт дэ тхузэфІэкІыр икІи сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр абырэ дэрэ зэныбжьэгъуу дыщытыным?

8 Дэ дрогуфІэ Хьисэ дызэрыдэлажьэм икІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуурэ цІыхухэр абы и лъэужь зэридгъэувэм. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ цІыхухэр иригъаджэу щытащ. Уафэм дэкІуеижа иужь Хьисэ зэхуэсым и нэхъыщхьэ хъуащ икІи абы хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм адэкІи и нэІэ тригъэтщ. Хьисэ елъагъу езымрэ и Адэмрэ цІыху нэхъыбэм къевгъэцІыхун щхьэкІэ къару ефхьэлІэр икІи ар лъапІэу елъытэ. Пэжыр жыпІэмэ, дэ а лэжьыгъэр тхуэгъэзэщІэнукъым Иеговэрэ Хьисэрэ къыддэмыІэпыкъуу щытмэ. (Къеджэ Иуан 15:4, 5.)

9 Аращи, Алыхьым и Псалъэм гурыІуэгъуэу итщ Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ Хьисэ фІыуэ тлъагъун икІи а лъагъуныгъэр хэдгъэхъуэн зэрыхуейр. Иджы адэкІэ зэпкърытхынщ Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну къыддэІэпыкъун лъэбакъуиплІ.

ДАУЭ ХЬИСЭ И НЫБЖЬЭГЪУ ДЫЗЭРЫХЪУНУР?

Иисус обнимает за плечи двух своих учеников. Как развить дружбу с Иисусом: 1) родители с детьми проводят семейное поклонение; 2) в Зале Царства сестра пытается поговорить с другой сестрой, которая на нее обиделась; 3) муж с женой проповедуют с тележками для литературы; 4) в Зале Царства старейшина показывает возвещателям на экране территорию их собрания.

Фэ Хьисэ и ныбжьэгъу фыхъуфынущ: 1) ар нэхъыфІу къэфцІыхумэ, 2) Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зивгъэІэмэ икІи абы и ІуэхущІафэхэм щапхъэ тефхмэ, 3) Хьисэ и къуэшхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэр дэфІыгъмэ икІи 4) Иеговэ и организацэм ищІа унафэхэр дэфІыгъмэ. (10—14-нэ абзацхэм феплъ.)b

10. Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ япэу тчын хуейр?

10 1. Хьисэ нэхъыфІу къэфцІыху. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Маттэ, Марк, Лука икІи Иуан сымэ ятхыжа ХъыбарыфІым дызэреджэр. Хьисэ гуапагъэ хэлъу цІыхухэм зэрахущытам теухуауэ а тхылъхэм дыщеджэкІэ икІи абы дыщегупсыскІэ дэ Хьисэ фІыуэ тлъагъуу икІи нэхъ пщІэ хуэтщІу щІыдодзэ. Псалъэм папщІэ, и лъэужь ирикІуэхэм щхьэкІэ Хьисэ Зиусхьэну щытами, ар абыхэм пщылІхэм хуэдэу хущытакъым. АтІэ ар и гупсысэхэмкІэ икІи и гурыщІэхэмкІэ абыхэм дэгуашэт (Ин. 15:15). Хьисэ абыхэм я гуауэр ядиІыгът икІи я гъусэу гъыт (Ин. 11:32—36). Уеблэмэ, Хьисэ и бийхэми жаІэт абы игъэІу хъыбарым къедаІуэ цІыхухэм ар я ныбжьэгъуу зэрыщытыр (Мт. 11:19). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэрахущытам хуэдэу дэри цІыхухэм дащыхущытым деж, абыхэм дагурыІуэну нэхъ тыншщ, гъащІэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ хыдох икІи Хьисэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу.

11. Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ етІуанэу тчын хуейр икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

11 2. Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ зивгъэІэ икІи абы и ІуэхущІафэхэм щапхъэ тефх. Хьисэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къатщІэмэ икІи апхуэдэ гупсысэкІэ дызэриІэным иужь дитмэ, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ (1 Кор. 2:16). Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхынур? Зы гупсысэ зэпкърытхынщ. Хьисэ и дежкІэ псом нэхъапэр езыр зыхуейр япэ иригъэщыныратэкъым, атІэ нэгъуэщІхэм дэІэпыкъунырат (Мт. 20:28; Рим 15:1—3). Апхуэдэ гупсысэкІэ зэриІэм и фІыгъэкІэ ар хьэзырт езыр зыхуейр къигъэнэну икІи адрейхэм я щыуагъэхэр къахуигъэгъуну. Псалъэ Іей къыщыжраІэм деж абы зигъэгусэтэкъым (Ин. 1:46, 47). Хьисэ цІыхум япэм щыуагъэ ищІахэм щхьэкІэ ар цІыху Іейуэ илъытэтэкъым (1 Тим. 1:12—14). Абы жиІащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:35). Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Хьисэ и щапхъэм сытету, схузэфІэкІыр сщІэуэ пІэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ сэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъын щхьэкІэ?»

12. Хьисэ ныбжьэгъу дыхуэзыщІ ещанэ лъэбакъуэр сыт хуэдэ икІи а лъэбакъуэр дауэ зэрытчынур?

12 3. Хьисэ и къуэшхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэр дэфІыгъ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм зыгуэр щахуэтщІэм деж, ар Хьисэ езым хуэтщІауэ къелъытэ (Мт. 25:34—40). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэр зэрадэтІыгъ хъуну Іэмалхэм щыщу нэхъыщхьэр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ярита къалэныр жыджэру гъэзэщІэныращ: Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм жеІэныр икІи Хьисэ и лъэужь иувэну абыхэм дэІэпыкъуныр (Мт. 28:19, 20; Апост. 10:42). Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэр дуней псом щагъэзэщІэну Хьисэ и къуэшхэм щахузэфІэкІынур «нэгъуэщІ мэлхэр» къадэІэпыкъуу щытмэщ (Ин. 10:16). Фэ «нэгъуэщІ мэлхэм» фащыщмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: а лэжьыгъэм фыхэтыхукІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр фІыуэ зэрыфлъагъур къызэрывгъэлъагъуэм нэмыщІ, езы Хьиси фІыуэ зэрыфлъагъур къывогъэлъагъуэ.

13. Лука 16:9 ит Хьисэ и чэнджэщым дапхуэдэу дызэрытетынур?

13 Абы нэмыщІ Иеговэрэ Хьисэрэ я ныбжьэгъу дыхъуфынущ, абыхэм ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэр мылъку диІэмкІэ ядэтІыгъыу щытмэ. (Къеджэ Лука 16:9.) Псалъэм папщІэ, Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм ахъшэкІэ дыдэІэпыкъу хъунущ. Арэзыуэ ашыкхэм ахъшэ итлъхьэхэр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ къагъэсэбэп: щІыпІэ жыжьэхэм щыпсэу цІыхухэм хъыбарыфІыр лъагъэІэсын щхьэкІэ, Иеговэ дыхуэлэжьэну дыщызэхуэс Унэхэр яухуэн икІи зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ икІи гузэвэгъуэшхуэ ІущІахэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Абы нэмыщІ ди зэхуэсыр зыхуэныкъуэм щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ тты хъунущ икІи дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм дэ езыр щІэгъэкъуэн дахуэхъу хъунущ (Прит. 19:17, Гъэсэпэтхыдэхэр). Апхуэдэу тщІэмэ, Хьисэ и къуэшхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэр ядыдоІыгъ.

14. Ефес 4:15, 16 зэритымкІэ, Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ еплІанэу тчын хуейр?

14 4. Иеговэ и организацэм ищІа унафэхэр дэфІыгъ. КъыддэІэпыкъуну зи къалэн къуэшхэм дащыдэлажьэм деж, зэхуэсым и нэхъыщхьэ Хьисэ дэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. (Къеджэ Ефес 4:15, 16.) Псалъэм папщІэ, иджыпсту дыщызэхуэс Унэхэр нэхъыфІу къызэрыдгъэсэбэпыным иужь дитщ. Абы щхьэкІэ языныкъуэ зэхуэсхэр зы ящІащ икІи абыхэм хъыбарыфІыр щагъэІу щІыпІэм зихъуэжащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм и фІыгъэкІэ дыщызэхуэс Унэхэм тедгъэкІуадэ ахъшэр нэхъ мащІэ хъуащ. Ауэ языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэхъуэкІыныгъэхэм есэн хуей хъуащ. А къуэш, шыпхъухэр илъэс куэдкІэ Алыхьым хуэпэжу зы зэхуэсым щылэжьауэ къыщІэкІынущ икІи а зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъу яхуэхъуа хъунщ. Иджы абыхэм елъэІуащ нэгъуэщІ зэхуэсым кІуэну. Алыхьым хуэпэж а къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и организацэм и унафэхэр зэрыдаІыгъыр щилъагъум деж Хьисэ хуабжьу мэгуфІэ!

ИГЪАЩІЭ ПСОКІЭ ХЬИСЭ И НЫБЖЬЭГЪУУ ДЫЩЫТЫНУЩ

15. Хьисэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр къэкІуэну зэманым сыт нэхъ быдэ щІэхъунур?

15 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Хьисэ щиІэну тепщэныгъэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм даІыгъынущ. Ахэр сыт щыгъуи Хьисэ игъусэфынущ — ар ялъэгъуфынущ, епсэлъэфынущ икІи и гъусэу зэман ягъэкІуэфынущ (Ин. 14:2, 3). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми Хьисэ и лъагъуныгъэр икІи ар къазэрыдэІэпыкъур зыхащІэнущ. Абыхэм Хьисэ я нэкІэ ямылъэгъунуми, ахэр махуэ къэс абы нэхъ гъунэгъу хуэхъунущ икІи Хьисэрэ абы и Адэ Иеговэрэ я фІыгъэкІэ гъащІэ дахэ яІэм щыгуфІыкІыу псэунущ (Ис. 9:6, 7).

16. Хьисэ ди ныбжьэгъуу зэрыщытым и фІыгъэкІэ сыт дэ къытІэрыхьэр?

16 Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъуну дыкъыхуреджэ. ИкІи дэ абы и ныбжьэгъу дыщыхъум деж ди гъащІэм фІыкІэ зехъуэж. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и лъагъуныгъэр икІи ар къызэрыддэІэпыкъур дэ иджыпсту зыхыдощІэ. Абы нэмыщІ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал диІэ хъуащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр, Хьисэ ди ныбжьэгъуу зэрыщытым и фІыгъэкІэ псом нэхърэ нэхъ лъапІэ налкъутналмэсыр къытІэрохьэ — Хьисэ и Адэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Сыту насыпышхуэ Хьисэ и ныбжьэгъуу ущытыну!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Сыт гугъуу къыщІыпщыхъункІэ хъунур Хьисэ и ныбжьэгъу ухъуну?

  • Хьисэ и ныбжьэгъуу дыщытын щІыхуейр сыт?

  • Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуей?

17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

a Апостолхэр илъэс бжыгъэкІэ Хьисэ епсэлъащ икІи хъыбарыфІ гъэІуным и гъусэу хэтащ, абы къыхэкІкІэ ахэр зэныбжьэгъуфІ хъуащ. Хьисэ хуейщ дэри абы и ныбжьэгъу дыхъуну, ауэ апостолхэм елъытауэ, дэ Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъуну зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэхэр диІэщ. Ахэр дэ зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым. Аращи, мы статьям зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэ зыбжанэ щызэпкърытхынущ икІи Хьисэ и ныбжьэгъу дыхъуну икІи а ныбжьэгъугъэр тхъумэжыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэм я гугъу тщІынущ.

b СУРЭТХЭР. 1. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щыдджым деж Хьисэ щІылъэм ирихьэкІа и гъащІэмрэ Алыхьым зэрыхуэлэжьамрэ теухуауэ нэхъыбэ къыдощІэ. 2. Зэхуэсым ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ зэрыдэлъыным дыхущІокъу. 3. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дыщыхэтым деж, Хьисэ и къуэшхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр ядыдоІыгъ. 4. Зэхуэсхэр зы щащІым деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я унафэр ядыдоІыгъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын