ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Апрель н. 26—31
  • Гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дывгъажэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дывгъажэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДЭ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭДЭЖЭНЫГЪЭМ ДЫХЭТ?
  • ГЪУЭГУ ПЭЖЫР КЪЫХЭФХ
  • ТЫГЪЭ КЪЫФЛЪЫСЫНУР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ
  • ГУГЪУЕХЬХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ИКІЭМ НЭС ФЫЖЭ
  • «Ди гур дгъэкІуэдыркъым»!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Фхьын хуейр фхьы икІи зэран къыфхуэхъур зытевдз
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Апрель н. 26—31

18 СТАТЬЯР

Гъуэгуанэ къытпэщылъым икІэм нэс дывгъажэ

«[Сэ] къэзжынур къэзжащ» (2 ТИМ. 4:7).

128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Дэтхэнэ зыми сыт тщІэн хуейр?

ЗЭДЭЖЭНЫГЪЭ гугъум фыхэтыну пІэрэт фысымаджэу щытмэ е къару фимыІэжу щытмэ? Фыхэтыну къыщІэкІынтэкъым. Ауэ апостол Паул зэрыжиІамкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэ псори зэдэжэныгъэм хэтщ (Евр. 12:1). ДыщІалэми ди ныбжьыр хэкІуэтами, къару диІэми димыІэми, къапщтэу щытмэ дэ псори икІэм нэс пэжу дыкъэнэн хуейщ Иеговэ къыдитыну тыгъэр къытлъысын щхьэкІэ (Мт. 24:13).

2. 2 Тимофей 4:7, 8 зэритымкІэ, Паул сытыт хуитыныгъэ щІиІэр къуэшхэр хуигъэушыну гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету жэну?

2 Паул хуитыныгъэ иІэт къуэшхэр хуигъэушыну гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету жэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езыр икІэм нэс жат. (Къеджэ 2 Тимофей 4:7, 8.) Ауэ сыт абы зи гугъу ищІар?

ДЭ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭДЭЖЭНЫГЪЭМ ДЫХЭТ?

3. Паул сыт хуэдэ зэдэжэныгъэм и гугъу ищІа?

3 Ижь зэманым Грецием зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэныгъэхэр зэрырагъэкІуэкІ щІыкІэм теухуауэ Паул щапхъэ къихьауэ щытащ, абы дерс хэтхын щхьэкІэ (1 Кор. 9:25—27; 2 Тим. 2:5). Мызэ-мытІэу абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэдэжэныгъэм хэт цІыхухэм иригъэщхьащ (1 Кор. 9:24; Флп. 3:14; 2 Тим. 4:7). Зэдэжэныгъэм цІыхур хэтын щыщІидзэр и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщыщІигъауэм дежщ икІи икІэм нэсауэ жыпІэ щыхъунур гъащІэ мыухыжыр Алыхьым кърита иужьщ (Мт. 25:31—34, 46; 2 Тим. 4:8; 1 Пет. 3:21).

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Гъуэгуанэ кІыхь къижыну къызыпэщылъ цІыхумрэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэмрэ сыткІэ зэщхь? Ахэр куэдкІэ зэщхьщ, ауэ дэ Іуэхугъуищ зэпкърытхынщ: япэрауэ, гъуэгу пэж къыхэтхын хуейщ; етІуанэрауэ, тыгъэ къытлъысынур зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым; ещанэрауэ, гугъуехьхэм емылъытауэ икІэм нэс дыжэн хуейщ.

ГЪУЭГУ ПЭЖЫР КЪЫХЭФХ

Бегун участвует в забеге — пожилой брат разговаривает с молодым братом во время служения.

Дэ псори Хьисэ дигъэлъэгъуа гъуэгум дытетын хуейщ. (5—7-нэ абзацхэм феплъ.)d

5. Дэ сыт хуэдэ гъуэгу дызытетын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

5 Спортсменхэр зрижэн хуей гъуэгур зэдэжэныгъэр зэзыгъэпэщхэм траухуэ. Къызэдэжэхэр а гъуэгум тету жэн хуейщ, тыгъэр къалъысын щхьэкІэ. Апхуэдэу дэри гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къытлъысыну дыхуеймэ, Хьисэ дигъэлъэгъуа гъуэгум дытетын хуейщ (Апост. 20:24; 1 Пет. 2:21). Ауэ ШейтІанымрэ абы щапхъэ тезыххэмрэ яхуейщ дэ нэгъуэщІ гъуэгу къыхэтхыну. Ахэр хуейщ я гъусэу дыжэну (1 Пет. 4:4). Ахэр дэ етхьэкІ гъащІэм щодыхьэшх икІи езыхэм къыхаха гъуэгур нэхъыфІу, абы хуитыныгъэм ухуишэу жаІэ. Сыту Іейуэ ахэр щыуэрэ! (2 Пет. 2:19).

6. Ди къуэш Брайан и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

6 ШейтІаным и лъабжьэм щІэтхэр зытет гъуэгум теувахэм куэд дэмыкІыу къагуроІуэ абыхэм къыхаха гъуэгум хуитыныгъэм узэрыхуимышэр, атІэ пщылІ узэрищІыр (Рим 6:16). Ди къуэш Брайан и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар зэрыцІыкІурэ и адэ-анэм хуагъэушт Хьисэ и лъэужь иувэну. Ауэ нэхъ балигъ хъуа иужь абы шэч къытрихьэу щІидзащ а гъуэгум насыпыфІэ зэрищІынум. Брайан мурад ищІащ ШейтІаным и лъабжьэм щІэтхэр зытет гъуэгум теувэну. Брайан жеІэж: «Абы щыгъуэ сэ къызгурыІуэтэкъым апхуэдизу сызыхущІэкъу хуитыныгъэм Іуэху мыхъумыщІэхэм я пщылІ сызэрищІынур. Сэ наркотик зэсхьэлІэт, фадэкІэ езгъэлейт икІи зинэ сщІэт. ИужькІэ наркотик нэхъ гуащІэхэр зэсхьэлІэу щІэздзат икІи абыхэм щыщ куэдым я пщылІ сыхъуат. А псом ахъшэ куэд текІуадэт, абы къыхэкІкІэ сэ наркотик сщэуэ щІэздзат». ИкІэм-икІэжым Брайан Иеговэ и хабзэхэм тету псэуну мурад ищІащ. Абы Алыхьым и гъуэгур къыхихащ икІи 2001-нэ гъэм псым зыщІигъэуащ. Абы апхуэдэ гъуэгу къызэрыхихам иджыпсту хуабжьу щогуфІыкІыжb.

7. Маттэ 7:13, 14 зэритымкІэ, сыт хуэдэ гъуэгуитІ щыІэ?

7 Зэрытлъагъущи, гъуэгу пэж къыхэтхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ! ШейтІаныр хуейщ «гъащІэм... ухуэзышэ гъуэгу бгъузэм» дытекІыу, мы дунейм щыщ цІыху куэдым къыхах «гъуэгушхуэм» дытехьэну. А гъуэгум утету ужэну нэхъ тыншщ, ауэ абы лІэныгъэм ухуешэ. (Къеджэ Маттэ 7:13, 14.) Гъуэгу пэжым дытемыкІын щхьэкІэ дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІын икІи жиІэм дедэІуэн хуейщ.

ТЫГЪЭ КЪЫФЛЪЫСЫНУР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ

Бегун спотыкается во время забега — пожилой брат предлагает более молодому брату выпить больше вина, но тот отказывается.

Дэ тыгъэ къытлъысынур зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым икІи зыгъэлъэпэрэпэн мывэ нэгъуэщІхэм дахуэхъу хъунукъым. (8—12-нэ абзацхэм феплъ.)e

8. Зэдэжэныгъэм хэтыр джалэмэ, сыт ищІэр?

8 Зэдэжэныгъэм хэтыр мылъэпэрэпэн щхьэкІэ зытет гъуэгум еплъурэ мажэ. Ауэ и гъусэу жэ гуэр имыщІэу къыжьэхэуэнкІэ хъунущ е ар гъуэгум кумб иІэм иуэу джэлэнкІэ хъунущ. Ар джалэу щытми, къотэджыжри адэкІэ мажэ. Ар зэгупсысыр щІэджэлам и щхьэусыгъуэракъым, атІэ икІэм нэс жэуэ тыгъэр къызэрылъысыныращ.

9. Дыджэлауэ щытмэ, сыт тщІэн хуейр?

9 Гъуэгу пэжым дытету дыщыжэкІэ дэ куэдрэ дыджэлэфынущ, псалъэкІэ е ІуэхукІэ щыуагъэхэр тщІэуэ. Е ди гъусэу жэхэм щыуагъэ ящІэу, зэран къытхуэхъуфынущ. Ар дгъэщІэгъуэн хуейкъым. Дэ псоми гуэныхь тхэлъщ икІи псори «гъащІэм... ухуэзышэ гъуэгу бгъузэм» дытету дожэ. Абы къыхэкІкІэ щІэх-щІэхыурэ «дызэжьэхэуэнущ». Паул жиІауэ щытащ «зым зым гукъанэ» зэрыхуиІэнур (Кол. 3:13). Ауэ ди жагъуэ зэращІам дегупсыс нэхърэ тыгъэ къытлъысынум дегупсысмэ нэхъыфІщ. Зыгуэрым и ягъэкІэ дыджэлауэ щытмэ, дыкъэвгъэтэджыжи, адэкІэ дывгъажэ. Зыдгъэгусэу Иеговэ хуэлэжьэн щыдгъэтмэ, икІэм нэс дынэсынукъым икІи тыгъэр къытлъысынукъым. Абы нэмыщІ «гъащІэм... ухуэзышэ гъуэгу бгъузэм» тету жэну къару езыхьэлІэ къуэш, шыпхъухэм зэран дахуэхъункІэ хъунущ.

10. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур ди гъусэу жэхэм «зыгъэлъэпэрэпэн мывэ» дахуэмыхъуну?

10 Сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур ди гъусэу жэхэм «зыгъэлъэпэрэпэн мывэ» дахуэмыхъун щхьэкІэ? Дэ дызыхуейм тедгъэчыныхь нэхърэ, хъуххэу щытмэ дэтчыхмэ нэхъыфІщ (Рим 14:13, 19—21; 1 Кор. 8:9, 13). АбыкІэ дэ зэдэжэныгъэм хэтхэм дакъыщхьэщокІ. Ахэр зэпоуэ икІи дапхуэдэу ямыщІами, текІуэныгъэр къызэрахьыным иужь итщ. Япэ дыдэу ахэр зэгупсысыр я щхьэращ. Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм еІунщІурэ ипэ ищыну хущІокъу. Абыхэм елъытауэ дэ дызэпеуэкъым (Гал. 5:26; 6:4). Дэ дыхуейщ зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм дадэІэпыкъуну ди гъусэу икІэм нэс жэуэ, гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къалъысын щхьэкІэ. Аращи, Алыхьым апостол Паул иригъэтха чэнджэщым дызэрытетыным иужь дитщ: «Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ» (Флп. 2:4).

11. Зэдэжэныгъэм хэтыр сыт зэгупсысыр икІи сыт щхьэкІэ?

11 Зэдэжэныгъэм хэтыр зытет гъуэгум еплъурэ зэрыжэм нэмыщІ икІэм зэрынэсыным йогупсыс. Гъуэгум и кІэр имылъагъуу щытми, абы и нэгу къыщІигъэхьэфынущ икІэм нэсауэ тыгъэр къызэрыІэрыхьэр. Абы зэрегупсысым хуегъэуш адэкІи къэмыувыІэу жэну.

12. СыткІэ Иеговэ дыкъигъэгугъэрэ?

12 Иеговэ дыкъегъэгугъэ гъуэгур икІэм нэс къэзыж и лэжьакІуэхэм тыгъэ къаІэрыхьэну — гъащІэ мыухыж яІэу уафэм щыпсэунущ е щІылъэм щыІэну жэнэтыр къалъысынущ. Тыгъэ къытІэрыхьэнум теухуауэ Библиер топсэлъыхь. Абы и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гъащІэ дахэ диІэнуми ди нэгу къыщІэдгъэхьэфынущ. Иеговэ къыдитыну дыкъызэригъэгугъэ гъащІэм дегупсысу щытмэ, гъуэгур икІэм нэс къэджыну зыри зэран зыхуэдгъэхъунукъым.

ГУГЪУЕХЬХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ ИКІЭМ НЭС ФЫЖЭ

Бегун поднимается на холм во время дождя — пожилой брат лежит в больнице и дает буклет своему лечащему врачу.

Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм дежи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыу адэкІи дыжэну дыхуейщ. (13—20-нэ абзацхэм феплъ.)f

13. Зэдэжэныгъэм хэт цІыхухэм дэ сыткІэ дакъыщхьэщыкІрэ?

13 Ижь зэманым Грецием зэдэжэныгъэм хэт цІыхухэр гугъуехь куэдым пэщІэтын хуейт, псалъэм папщІэ абыхэм зэран къахуэхъуфынут зэрезэшар икІи уз зэрызыхащІэр. ИкІи ахэр зыщыгугъыфынур зэрызагъэхьэзырамрэ я къарумрэт. Апхуэдэ зэдэжэныгъэм хэтхэм хуэдэу, дэри дагъасэ ехъулІэныгъэ диІэу гъуэгур икІэм нэс къэджын щхьэкІэ. Ауэ дэ абыхэм зыгуэркІэ дакъыщхьэщокІ — зэи имыух къару къызыбгъэдэкІ Алыхьым дыщыгугъыфынущ. Иеговэ дыкъегъэгугъэ абы дыщыгугъыу щытмэ, дызэригъасэм нэмыщІ къаруи къыдитыну! (1 Пет. 5:10).

14. 2 Коринф 12:9, 10 ит Паул и псалъэхэр дапхуэдэу дэ къызэрыддэІэпыкъур гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж?

14 Паул гугъуехь куэдым пэщІэхуэт. Абы псалъэ Іейхэр къыжраІэт икІи кърахуэкІт. Абы нэмыщІ абы иныкъуэхэм деж къару щримыкъу къэхъут икІи «банэм хуэдэу» къыхэуэу гугъуехь гуэр иІэт (2 Кор. 12:7). Ауэ а псор и Іэр щІрихьэхын щхьэусыгъуэу Паул ибжтэкъым. АтІэ Іуэхугъуэ зихуахэр Иеговэ зэрыщыгугъыр къызэригъэлъэгъуэфын Іэмалу къилъытэт. (Къеджэ 2 Коринф 12:9, 10.) Абы къыхэкІкІэ Паул сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами Иеговэ къыдэІэпыкъут.

15. Паул щапхъэ тетхмэ, сыт зыхэтщІэнур?

15 Дэри ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ Іей куэд къыджаІэнкІэ хъунущ икІи дыкърахуэкІынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ ди узыншагъэр мыхьэнэншэу щытынкІэ хъунущ е къару дыщримыкъу къэхъуфынущ. Ауэ Паул щапхъэ тетхмэ, дэтхэнэ гугъуехьми Іэмал къытхузэІуихынущ Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ ар къызэрыддэІэпыкъумрэ зыхэтщІэну.

16. Сыт фэ фщІэ хъунур фи узыншагъэр мыхьэнэншэу щытми?

16 Ауэ фэ фыкъэмытэджыфу фысымаджэмэ е инвалиднэ креслэм фисмэ-щэ? КъэфкІухьыну къывэхьэлъэкІмэ е фи нэм фІыуэ имылъагъумэ-щэ? Узыншагъэ быдэ зиІэ, зи щІалэгъуэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу фыжэфыну? ДауикІ, фыжэфынущ! Зи ныбжь хэкІуэта, лъэрымыхь къуэш, шыпхъу куэд гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету мажэ. Ахэр я щхьэм щымыгугъыу, Иеговэ и къарум щогугъ, псалъэм папщІэ зэІущІэхэм телефонкІэ йодаІуэ е видеосвязкІэ йоплъ. Абы нэмыщІ ахэр хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ — дохутырхэм е я Іыхьлыхэм йопсалъэ.

17. Узыншагъэм пыщІа гугъуехь зиІэхэм дауэ Иеговэ зэрыхущытыр?

17 Фи узыншагъэр зэрымыщІагъуэм къывит гупсысэ Іейхэр зэран зыхуэвмыгъэхъу икІи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум фытету фыжэну къару фимыІэу фемыгупсыс. Иеговэ дзыхь зэрыхуэфщІым щхьэкІэ икІи илъэс куэд щІауэ абы хуэпэжу фызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ фІыуэ фелъагъу. Иджыпсту фэ зэи хуэмыдэу абы и дэІэпыкъуэгъум фыхуэныкъуэщ икІи абы фэ сыт къэмыхъуами фыкъигъэнэнукъым, уеблэмэ, нэхъ гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ (Пс. 9:10). Узыншагъэм пыщІа гугъуехь зиІэ хъуа ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жиІащ: «КІуэтэхукІэ си узыншагъэр нэхъ Іей зэрыхъум къыхэкІкІэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ садэгуэшэну Іэмал сиІэхэр нэхъ мащІэ мэхъу. Ауэ сэ сощІэ: схуэщІэр мащІэу щытми, абы Иеговэ егъэгуфІэ, апхуэдэу зэрыщытым сэри гуфІэгъуэ къызет». Гукъыдэж фыщимыІэм деж зыщывмыгъэгъупщэ фызэримызакъуэр — Иеговэ фи гъусэщ. Паул къытхуигъэна щапхъэм фегупсыс икІи узыгъэгушхуэ псалъэ жиІахэр фигу къэвгъэкІыж: «ЛъэкІыныгъэ симыІэми... согуфІэ; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъэкІыныгъэ симыІэ щыхъукІэ, лъэкІыныгъэ нэхъ согъуэт» (2 Кор. 12:10).

18. Сыт хуэдэ Іуэху гугъум пэщІэхуэрэ языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр?

18 ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тету жэ языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІ гугъуехьым пэщІохуэ. ИкІи абы теухуауэ нэгъуэщІхэм зыми ямыщІэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, ахэр депрессием йобэн е гупсэхугъуэ яфІэзыгъэкІуэд, зыгъэгузавэ гупсысэхэм пэщІэтын хуей мэхъу. Апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэ ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэм я Іуэхур хуабжьу гугъуу сыт жыпІэ щІэхъунур? Зыгуэрым и Іэр икъутамэ е инвалиднэ креслэм исмэ, ар псоми ялъагъу икІи дэІэпыкъуну хэтщ. Ауэ эмоциональнэ е психическэ гугъуехь зиІэ цІыхум и теплъэкІэ апхуэдэ узыфэ зэриІэр къыпхуэмыщІэнкІэ хъунущ. Зи Іэр е зи лъакъуэр къута цІыхум уз зэрызыхищІэм хуэдэу, абыхэми уз зыхащІэ. Ауэ къэзыухъуреихь цІыхухэм ямыщІэнкІэ хъунущ ахэр гугъу зэрехьыр, абы къыхэкІкІэ нэгъэсауэ гущІэгъу хуамыщІыфынкІэ хъунущ.

19. Мемфивосфей и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

19 Гугъуехь фиІэхэм щхьэкІэ Иеговэ и лэжьыгъэм фыхэтыну фызэрыхуейм хуэдизрэ фыхэмытыфмэ е нэгъуэщІхэм фи Іуэхур зыІутыр къагурымыІуэу къыфщыхъумэ, Мемфивосфей и щапхъэр къывдэІэпыкъуфынущ (2 Сам. 4:4). Ар лъакъуитІымкІи щІакъуэт. Абы нэмыщІ пащтыхь Даут Мемфивосфей и Іуэхур тэмэму зэхимыгъэкІыу, захуагъэ зыхэмылъ унафэ ищІащ. А псор къызэрыщыщІам Мемфивосфей и къуаншагъэ хэлътэкъым. Ауэ абы гупсысэ Іейхэр зытригъакІуэтэкъым икІи фІыгъуэ иІэхэр фІыщІэ ищІт. Даут япэм фІы къыхуищІахэм щхьэкІэ Мемфивосфей и гум фІыщІэ илът (2 Сам. 9:6—10). Абы къыхэкІкІэ Мемфивосфей и Іуэхум теухуауэ Даут захуагъэ зыхэмылъ унафэ щищІам щыгъуэ, ар зэгуэпакъым икІи зигъэгусакъым. Даут и щыуагъэм щхьэкІэ абы и гум губжь ирилъхьакъым икІи Даут ищІам щхьэкІэ Иеговэ игъэкъуэншакъым. Мемфивосфей зэгупсысыр Иеговэ тригъэува пащтыхьым и Іуэхухэр зэрыдиІыгъынырат (2 Сам. 16:1—4; 19:24—30). Иеговэ Мемфивосфей и хъыбарыр Тхыгъэ ЛъапІэм ирыригъэтхащ, а лэжьакІуэ пэжым и щапхъэ дахэм дерс хэтхын щхьэкІэ (Рим 15:4).

20. Сытым дежи я гум гузавэ илъу, гупсэхугъуэ ямыІэу зэрыщытыр языныкъуэхэм дапхуэдэу зэран къазэрыхуэхъур икІи сыт абыхэм шэч къызытрахьэн хуэмейр?

20 Сытым дежи я гум гузавэ илъу, гупсэхугъуэ ямыІэу зэрыщытым щхьэкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр махуэ къэс зрихьэлІэ Іуэхугъуэхэм егъэлеяуэ ирогузавэ икІи нэгъуэщІ цІыхухэм щахэтым деж Іэнкун мэхъу. Абыхэм я дежкІэ гугъуу къыщІэкІынщ цІыху куэдым яхэтыну, ауэ, абы емылъытауэ абыхэм зэхуэсхэмрэ конгрессхэмрэ кІуэн щагъэткъым. ЯмыцІыху цІыхухэм епсэлъэну абыхэм я дежкІэ гугъуми, ахэр хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ. Фэри апхуэдэ гъэунэхуапІэ фиІэмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: фэ фи закъуэкъым, куэдым апхуэдэ гугъуехь яІэщ. Шэч къытевмыхьэ къару ефхьэлІэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэм. Фи Іэр зэревмыхьэх зым къегъэлъагъуэ Алыхьым и нэфІ къызэрыфщыхуэр икІи фызыхуэныкъуэ къару къызэрывитыр (Флп. 4:6, 7; 1 Пет. 5:7)c. Гугъуехь фиІэхэм емылъытауэ Иеговэ адэкІи фыхуэлажьэмэ, шэч къытевмыхьэ ар зэрывгъэгуфІэм.

21. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ сыт дэ тхузэфІэкІынур?

21 ГуфІэгъуэшхуэщ пщІэну спортсменхэр зыхэт зэдэжэныгъэмрэ Паул зи гугъу ищІа зэдэжэныгъэмрэ зыгуэркІэ зэрызэщхьэщыкІыр. Библиер щатха зэманым щыгъуэ къызэдэжэхэм щыщ зырат тыгъэр къызылъысыр. Абы елъытауэ Хьисэ и гъуэгум тету икІэм нэс жа дэтхэнэ зыми гъащІэ мыухыжыр тыгъэу къылъысынущ (Ин. 3:16). Зэдэжэныгъэм хэтхэм узыншагъэ быдэ яІэн хуейт, армыхъумэ текІуэныгъэр къахуэхьынутэкъым. Ауэ дэ тщыщ куэдым узыншагъэ быдэ дызэримыІэм емылъытауэ ехъулІэныгъэ диІэу, дыкъэмыувыІэу дожэ (2 Кор. 4:16). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ икІэм нэс дыжэфынущ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Паул сыт хуэдэ зэдэжэныгъэм и гугъу ищІа?

  • Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дэ дыпэщІэхуэрэ?

  • ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыу адэкІи дыжэну сыт дэ къыддэІэпыкъур?

144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!

a Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам пыщІа гугъуехьхэр яІэщ, языныкъуэхэр я лъэр щІэзых узыфэхэм йобэн икІи къару димыІэжу дэ псори дыщезэш къохъу. Абы къыхэкІкІэ зэдэжэныгъэм дыхэтыну тхузэфІэмыкІыну къытщыхъункІэ хъунущ. Мы статьям щызэпкърытхынущ апостол Паул зи гугъу ищІа гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум теубыдагъэ тхэлъу икІэм нэс дэтхэнэ зыри дызэрыжэфынур.

b 2013-нэ гъэм, щІышылэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Библия меняет жизнь» жыхуиІэ рубрикэм ит статьям феплъ.

c Сытым дежи уи гум гузавэ илъу, гупсэхугъуэ уимыІэу узэрыщытым упэлъэщын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну чэнджэщхэр, абы нэмыщІ а узыфэм пэлъэщ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэр jw.org® сайтым къыщыбгъуэтыфынущ, ди интернет телевидением 2019-нэ гъэм, накъыгъэм къыдэкІа и программэм. (БИБЛИОТЕКА > JW BROADCASTING® вкладкэм феплъ.)

d СУРЭТЫР. Жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтыр зи ныбжь хэкІуэта къуэшым къыдоІэпыкъу Хьисэ и лъэужь адэкІи ирикІуэну.

e СУРЭТЫР. Зыгъэлъэпэрэпэн мывэ нэгъуэщІхэм дахуэхъуфынущ ахэр фадэ нэхъыбэ ефэну хэдгъэзыхьмэ е дэ езым фадэкІэ едгъэлеймэ.

f СУРЭТЫР. Ди къуэшыр сымаджэу пІэм зэрыхэлъым емылъытауэ, абы дохутырым хъыбарыфІыр жреІэ, апхуэдэу Хьисэ дигъэлъэгъуа гъуэгум ирижэн щигъэткъым.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын