5 СТАТЬЯР
Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ
«Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэхэтхащ фэ Алыхьыр фи гъусэу» (ЗАХ. 8:23).
26-НЭ УЭРЭДЫР «Сэ къысхуэфщІауэ» солъытэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
НэгъуэщІ мэлхэм («цІыхуипщІым») лъапІэу ялъытэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм («иудейм») я гъусэу Иеговэ зэрыхуэлажьэр. (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)
1. Иеговэ ди зэманым къэхъунум теухуауэ сыт жиІар?
ИЕГОВЭ ди зэманым къэхъунум теухуауэ жиІат: «Лъэпкъ псоми къыхэкІауэ, бзэ зэмыщхькІэ псалъэ цІыхуипщІым иудейм и щыгъын кІапэр яубыдынущ, яубыдынурэ жаІэнущ: „Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэхэтхащ фэ Алыхьыр фи гъусэу“» (Зах. 8:23). Мыбдежым «иудей» жиІэу зи гугъу ищІыр уафэм кІуэну Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къыхихахэращ. Абыхэм «Тхьэм и израил цІыхукІэ» йоджэ (Гал. 6:16). «ЦІыхуипщІыр» — щІылъэм игъащІэкІэ щыпсэуну гугъэ зиІэхэращ. Абыхэм ящІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Иеговэ къызэрыхихар икІи абыхэм зэрыдэлажьэр лъапІэу ялъытэ.
2. Дапхуэдэу «цІыхуипщІыр» уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я гъусэу «зэрыкІуэр»?
2 ЩІылъэм иджыри щыпсэу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм псоми я цІэхэр дымыщІэми, дэ, щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр, абыхэм я гъусэу «дыкІуэфынущ»b. Дапхуэдэу? Библием итщ: «ЦІыхуипщІым иудейм и щыгъын кІапэр яубыдынущ, яубыдынурэ жаІэнущ: „Дэ фи гъусэу дынэкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зэхэтхащ фэ Алыхьыр фи гъусэу“». Мыбдежым зы иудейм и гугъу ищІ щхьэкІэ, «фи гъусэу» жыхуиІэ псалъэм къыбгурегъаІуэ зи гугъу ищІыр уафэм кІуэну гугъэ зиІэ зы цІыхуу щымыту, ахэр цІыху гуп зэрыхъур. ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр абыхэм я гъусэу мэлажьэ. Ауэ абыхэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр я пашэу ябжкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къагуроІуэ я пашэр — Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр (Мт. 23:10).
3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
3 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэр иджыри щІылъэм зэрыщыпсэум щхьэкІэ, упщІэ зыбжанэ къохъей: 1) Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дапхуэдэу зэрызыхущытыжын хуейр? 2) Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? 3) Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм щхьэкІэ дыгузэвэн хуей? Мы упщІэхэр адэкІэ зэпкърытхынщ.
УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ ЗИІЭХЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗЫХУЩЫТЫЖЫН ХУЕЙР?
4. 1 Коринф 11:27—29 зэритымкІэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр сыт зэгупсысын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
4 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм 1 Коринф 11:27—29 ит псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр къагурыІуэн хуейщ (къеджэ). Дауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхум Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ «хуэмыфащэу» зэрызыІуилъхьэнкІэ хъунур? Апхуэдэу хъуфынущ абы Иеговэ и хабзэхэм пэщІэувэ гуэр ищІэу щытмэ (Евр. 6:4—6; 10:26—29). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм къагуроІуэ Алыхьым «и цІыхухэм ящыщ» хъуну гугъэ яІэр къаІэрыхьэн щхьэкІэ ахэр Иеговэ хуэпэжу къэнэн зэрыхуейр (Флп. 3:13—16).
5. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дапхуэдэу зэрызыхущытыжын хуейр?
5 Иеговэ и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу пагэу дыщымыту Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну (Еф. 4:1—3; Кол. 3:10, 12). Аращи, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъалъытэжкъым. Абыхэм къагуроІуэ щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм нэхърэ абыхэм Иеговэ и къару лъапІэр Іэмал имыІэу нэхъыбэу яриту зэрыщымытыр. Абыхэм жаІэкъым Библием ит пэжхэр нэхъ куууэ къагурыІуэу. ИкІи нэгъуэщІхэм жраІэкъым ахэри уафэм кІуэну Иеговэ къыхихауэ икІи Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэн хуейуэ. Абыхэм Іэдэбагъ яхэлъу къагуроІуэ уафэм кІуэнухэр къыхэзыхыр Иеговэ закъуэу зэрыщытыр.
6. 1 Коринф 4:7, 8 зэритымкІэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дапхуэдэу зэрыщытын хуейр?
6 Уафэм укІуэну гугъэ къыпІэрыхьэну щІыхьышхуэу щытми, апхуэдэ гугъэ зиІэхэр егупсыскъым нэгъуэщІхэм пщІэ нэхъыбэ къыхуащІын хуейуэ (Флп. 2:2, 3). Абыхэм ящІэ Алыхьым и къару лъапІэмкІэ ахэр къыхиха иужь, Иеговэ ар нэгъуэщІхэм зэрыжримыІэр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм ягъэщІагъуэкъым уафэм кІуэну Алыхьым къызэрыхихар нэгъуэщІхэм занщІэу я фІэщ зэрымыхъур. А къуэш, шыпхъухэм ящІэ Библием чэнджэщ къызэрыдитыр зыгуэрым Алыхьым къыхихауэ щыжиІэм деж зэхэдмыгъэкІауэ, занщІэу ди фІэщ тщІын зэрыхуэмейр (Апок. 2:2). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм зыгуэр щызрагъэцІыхум деж гугъэ яІэр къыхагъэщыну иужь иткъым, гулъытэ лей зыхурамыгъэщІын щхьэкІэ. ИкІи, дауикІ, Алыхьым къызэрыхихам щхьэкІэ зыщытхъужынукъым. (Къеджэ 1 Коринф 4:7, 8.)
7. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм сыт ямыщІэр икІи сыт щхьэкІэ?
7 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъалъытэжкъым икІи апхуэдэ гугъэ зиІэхэм фІэкІ адрейхэм яригъусэн хуэмейуэ я гугъэкъым. Абыхэм апхуэдэ гугъэ зиІэ нэгъуэщІхэр къалъыхъуэкъым я гугъэм теухуауэ тепсэлъыхьын щхьэкІэ е гуп зэхуашэсу Библием итыр езыхэм щхьэхуэу яджын щхьэкІэ (Гал. 1:15—17). Апхуэдэу ящІэу щытамэ, зэхуэсыр гуэша хъунут икІи мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ зэхуэсым къизылъхьэ Алыхьым и къару лъапІэм ахэр зэран хуэхъунут (Рим 16:17, 18).
УАФЭМ КІУЭНУ ГУГЪЭ ЗИІЭХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?
Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр е пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэр дгъэлъапІэу икІи къемызэгъ гулъытэ яхуэтщІу дыщытын хуейкъым. (8-нэ абзацым феплъ.)f
8. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дазэрыхущытым дыхуэсакъыну сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
8 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? ЦІыхум пщІэ лей хуэщІыным Іущагъ хэлъкъым, ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщми (Мт. 23:8—12). Псалъэм папщІэ, Библием дыкъыхуреджэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я фІэщхъуныгъэм щапхъэ тетхыну, ауэ абы къикІкъым цІыхур егъэлеяуэ дгъэлъапІэу ди пашэм хуэдэу дыхущытыну (Евр. 13:7). Пэжщ, Алыхьым и псалъэм щыжыІащ языныкъуэхэм «щІыхь нэхъыбэ яхуэфащэу». Ауэ абы и щхьэусыгъуэр уафэм кІуэну гугъэ зэраІэракъым, атІэ зэхуэсым и Іуэхур «фІыуэ зезыхьэ» цІыхуу ахэр зэрыщытыращ икІи «Тхьэм и псалъэхэр цІыхухэм хуаІуатэурэ» зэрырагъащІэращ (1 Тим. 5:17). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дгъэлъапІэу икІи къемызэгъ гулъытэ яхуэтщІу щытмэ, ахэр Іэнкун хъункІэ хъунущc. Абы нэмыщІ пагэ хъуну хуэдгъэушыфынущ (Рим 12:3). Дэ дыхуейкъым ди щытыкІэм и ягъэкІэ Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну гуэрым щыуагъэшхуэ ищІэну! (Лк. 17:2).
9. Уафэм кІуэну Иеговэ къыхихахэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
9 Уафэм кІуэну Иеговэ къыхихахэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Псалъэм папщІэ, уафэм кІуэну гугъэ зэраІэр къызэращІам теухуауэ дыщІэмыупщІэмэ. Ар езыхэм я Іуэхущ, дэ ар тщІэну дыхуиткъым (1 Фес. 4:11; 2 Фес. 3:11). Абы нэмыщІ уафэм кІуэну гугъэ зиІэм и адэ-анэми, и щхьэгъусэми е нэгъуэщІ и Іыхьлыхэми апхуэдэ гугъэ яІэу дегупсысын хуейкъым. ЦІыхум а гугъэр щІэину къыІэрыхьэкъым, атІэ ар Алыхьым къриту аращ (1 Фес. 2:12). ЦІыхум и гум еуэн упщІэхэр едмытмэ нэхъыфІщ. Псалъэм папщІэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэм и щхьэгъусэм деупщІын хуейкъым, абы и щхьэгъусэр имыгъусэу щІылъэм зэрыщыпсэуным щегупсысым деж гурыщІэ иІэхэм теухуауэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ дощІэ дунеищІэм Иеговэ «псэ зыІут псоми зыхуэныкъуэр» зэрахуищІэнур (Пс. 145:16).
10. ЦІыхур егъэлеяуэ дымыгъэлъапІэмэ сыт хуэдэ щыуагъэм зыщытхъумэну?
10 Уафэм кІуэну Иеговэ къыхихахэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зиІэхэм сыт хуэдэ щыуагъэм зыщахъумэрэ? Библием щыжыІащ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщ языныкъуэхэр фІэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекІыжынкІэ хъунур (Мт. 25:10—12; 2 Пет. 2:20, 21). Ауэ дэ цІыхур егъэлеяуэ дымыгъэлъапІэмэ, ар зэи ди пашэ тщІынукъым, абы уафэм кІуэну гугъэ иІэми, пщІэ зыпылъ къалэн игъэзащІэми е куэд щІауэ Алыхьым хуэлажьэми (Иудэ 16). А цІыхур Алыхьым епцІыжмэ е зэхуэсым хэкІыжмэ, Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр махэ хъунукъым икІи абы дыхуэлэжьэн щыдгъэтынукъым.
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР ЩЕКІУЭКІЫМ ДЕЖ ЩІАКХЪУЭМРЭ ШАГЪЫРЫМРЭ ЗЫІУЗЫЛЪХЬЭХЭМ Я БЖЫГЪЭР ЗЭРЫХЭХЪУЭМ ЩХЬЭКІЭ ДЫГУЗЭВЭН ХУЕЙ?
11. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэхэм я бжыгъэм дапхуэдэут зэрызихъуэжыр?
11 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъ мащІэ хъууэрэ кІуэт. Ауэ иужьрей илъэсхэм абыхэм я бжыгъэр хохъуэ. Абы дригузэвэн хуей? Хьэуэ. Зэпкърытхынщ абы и щхьэусыгъуэхэр.
12. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм щхьэкІэ сыт дыгузэвэн щІыхуэмейр?
12 «Зиусхьэным езым и цІыхухэр ещІэ» (2 Тим. 2:19). Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэхэм я бжыгъэр зыбж къуэшхэм ящІэкъым абыхэм ящыщу дапхуэдизым уафэм кІуэну пэжу гугъэ яІэми, ар зыщІэр Иеговэщ. Аращи, а бжыгъэм хохьэ уафэм кІуэну Алыхьым къыхихауэ зи гугъэу щыуэхэри. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІуалъхьэн щагъэтащ. НэгъуэщІхэм акъылкІэ зэрысымаджэм къыхэкІкІэ Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъыну я гугъэу хъуащ. Зэрытлъагъущи, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщу дапхуэдиз къэнэжами къытхуэщІэнукъым.
13. Гузэвэгъуэшхуэр щІидзэн ипэ уафэм кІуэнухэм щыщу дапхуэдиз къэнэнуми Библием иту пІэрэ?
13 Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыхихахэр Хьисэ уафэм дришеижыну къыщыкІуэнум деж, ахэр зы щІыпІэм щымыпсэууэ, дуней псом тегуэшауэ щытынущ (Мт. 24:31). Библием щыжыІащ мы дунейм и иужьрей махуэхэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэ гуп мащІэ щІылъэм зэрыщыІэнур (Апок. 12:17). Ауэ абы иткъым гузэвэгъуэшхуэр щІидзэн ипэ абыхэм ящыщу дапхуэдиз къэнэнуми икІи дэнэ ахэр щыпсэунуми.
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыгуэрым зыІуилъхьэмэ, дапхуэдэу дэ абы дызэрыхущытын хуейр? (14-нэ абзацым феплъ.)
14. ЦІыхум уафэм кІуэну гугъэ къызэрыІэрыхьэм теухуауэ Рим 9:11, 16 итым сыт къыдгуригъаІуэр?
14 Иеговэщ унафэ зыщІыр и лэжьакІуэм уафэм кІуэну гугъэ дапщэщ иритынуми (Рим 8:28—30). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Иеговэ уафэм кІуэнухэр къыхихыу щІидзащ. Япэ лІэщІыгъуэм щыгъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм псоми уафэм кІуэну гугъэ яІауэ къыщІэкІынущ. Ауэ къыкІэлъыкІуэ лІэщІыгъуэхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зызыбжыжхэм я нэхъыбэр Алыхьым пэжу хуэлажьэтэкъым. Абы емылъытауэ а зэманми Иеговэ пэжу хуэлажьэхэр и къару лъапІэмкІэ къыхихт. Ахэр Хьисэ зи гугъу ищІа «гуэдзым» хуэпхь хъунущ, а гуэдзыр удзыжьым и гъусэу къэкІын хуейт (Мт. 13:24—30). «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм» Иеговэ 144 000-мd хыхьэнухэр къыхихын пищащ. Абы къыхэкІкІэ мы иужьрей махуэхэми уафэм кІуэну и лэжьакІуэр Алыхьым къыхихыну мурад щищІакІэ, дэ дыхэт абы и Іущагъым шэч къытетхьэну? (Къеджэ Рим 9:11, 16.)e Хьисэ къихьа ущие хъыбархэм щыщ зым арэзыуэ щымыт лэжьакІуэхэм я гугъу щищІат, дэ абыхэм хуэдэу дыщытын хуейкъым. Ахэр тхьэусыхэт жызум хадэр зейм зы сыхьэт фІэкІ мылэжьа и лэжьакІуэхэм ярита ахъшэм щхьэкІэ (Мт. 20:8—15).
15. Маттэ 24:45—47 зи гугъу ищІ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр псори хыхьэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.
15 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр псори зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым хыхьэкъым. (Къеджэ Маттэ 24:45—47.) Япэ лІэщІыгъуэм хуэдэу Иеговэрэ Хьисэрэ куэдыр ягъашхэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ ирагъаджэ гуп мащІэ къагъэсэбэпу. Япэ лІэщІыгъуэм уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм ящыщу языныкъуэхэращ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр зытхар. Ноби уафэм кІуэну гугъэ зиІэ языныкъуэхэращ Иеговэ унафэ зыхуищІар и лэжьакІуэхэм «шхын и чэзум» иратыну.
16. Сыт мы статьям къыщыфщІар?
16 Аращи, мы статьям къыщытщІащ: Иеговэ и лэжьакІуэ и нэхъыбэм щІылъэм щыпсэуну гугъэ яритащ, ауэ уафэм кІуэнур Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну гуп мащІэращ. Иеговэ хуэлажьэхэм псоми тыгъэ яритынущ: «иудейми» «цІыхуипщІми». ИкІи Алыхьыр щогугъ тІури и хабзэхэм тетыну, хуэпэжуи щытыну. Дэ псоми Іэдэбагъ зыхэдгъэлъын, дызэдэлэжьэн икІи зэкъуэтыныгъэр тхъумэн хуейщ. Абы нэмыщІ зэхуэсым зэкъуэтыныгъэ илъын щхьэкІэ псоми къару етхьэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Мы дунейм и иужьрей махуэхэр куэд мыщІэу иухынущ, аращи зы мэл хъушэм хуэдэу, Хьисэ ди пашэу Иеговэ дыхуэвгъэлажьэ (Ин. 10:16).
a Мы гъэм Хьисэ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр мэлыжьыхьым и 7-м, гъубж махуэм екІуэкІынущ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІым деж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ зыІузылъхьэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр? Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэм щхьэкІэ дыгузэвэн хуей? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям къыщыдгъуэтынущ. Мы статьям лъабжьэ хуэхъуащ 2016-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ита гупсысэхэр.
b Псалом 87:5, 6 тепщІыхьмэ, Хьисэ и гъусэу уафэм тепщэныгъэ щызиІэнухэм псоми я цІэхэр къэкІуэну зэманым Алыхьым къытхузэІуихыну къыщІэкІынщ (Рим 8:19).
c 2016-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Любовь... не ведет себя неприлично» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
d Алыхьым и къару лъапІэр Хьисэ яритауэ Апостолхэм 2:33 щыжыІами, Иеговэщ унафэ зыщІыр хэт уафэм кІуэнуми.
e 2007-нэ гъэм, накъыгъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм нэхъыбэ къыщыфщІэнущ.
34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет
f СУРЭТЫР. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт конгрессым къуэш, шыпхъухэм сурэттеххэр яІыгъыу дунейпсо ІуэхузехьэпІэм къикІа къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ къаухъурейхьауэ. Абыхэм пщІэ хуащІу жыпІэ хъуну?